СурэтыщIыр здэкIуар…
Сыт сурэтым къыпхуигъэушын хуейр? Сыт хуэдэ гупсысэ, гухэлъ? СурэтыщIым и IэдакъэщIэкIыр – уи нэр зыгъафIэ дахагъэ къудейкъым. Ар зэчийрэ Iэзагърэ зыхэлъ цIыху зэчиифIэу щытмэ, и хъэтIымкIэ къыбнихьэсын хуейщ и псэр зэхэзехуэну езыхужьа гупсысэхэр. Лъэпкъым и усакIуэхэм, прозаикхэм, уеблэмэ мэкъамэтххэм я IэдакъэщIэкIхэр зэпкъырызых IэщIагъэрылажьэхэмрэ абыхэм я критическэ еплъыкIэмрэ куэду щыIэщ. Ауэ адыгэ сурэтыщIхэм, скульпторхэм я лэжьыгъэхэм еплъыкIэ щхьэхуэ езыт, е абыкIэ дэIэпыкъуэгъу къыпхуэхъу тхыгъэхэр гъуэтыгъуейщ.
Абы къыхэкIкIэ, нобэрей ди тхыгъэхэмкIэ едгъэжьэну дыхуейщ «Зэчийм къыджиIэр» рубрикэр. Абы щызэпкъырытхынущ лъэпкъым къыхэкIа ди сурэтыщIхэм, скульпторхэм я IэдакъэщIэкIхэм щIалъхьа гупсысэхэр. Ди япэ лъэбакъуэри къызэрыщIэддзэну дыхуейр Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) къуажэм и сурэтыщI ахъырзэман, зи зэчийр нэгъэсауэ зыубгъуа щIалэ – Щохъужь Мухьэмэд и зы сурэтымкIэщ.
«ЩIымахуэр- Хьэгъундыкъуейм» - аращ мы сурэтым и фIэщыгъэцIэр. ЗанщIэу жытIэнщи, абы къыщыгъэлъэгъуар Хьэгъундыкъуей къуажэм и зы теплъэгъуэщ. Бэчбий къуэладжэмкIэ укъаплъэу, Инжыдж ЦIыкIу и адрыщI псыхъуэм къыщыт бгыжьэхэмрэ абы и щIагъым къыщыс къуажэ Iыхьэмрэщ.
Сурэтыр лэч фIыцIафэхэмрэ хужьымрэ я зэпэджэжщ. Абы къыбжеIэ сурэтыщIыр зы гупсысэм зэрытемытыр, абы и гур зэхэзещхъуэну зэрыпхъэрыр. ЩIымахуэщ. Уэс пыIэ зыщхьэрыгъ бгыжьэм и нэкIум кIэрыт мэз жьакIэр зэхэкIагъейщ. Бгыжьэхэр зэрытха плъыфэхэр сэмэгурабгъумкIэ къыщегъэжьауэ, ижьырабгъумкIэ унэтIащ. Абы къагъэлъагъуэ сурэтым и ижьырабгъумкIэ еIэ гупсысэр. АбыкIэ – ипщэ лъэныкъуэщ. Хуабэри, Хы ФIыцIэри абыкIэщ здэщыIэр. Бгыхэм къызэщIаубыдэ дунейм и теплъэгъуэр здэунэтIари абыкIэщ. Къыпщохъу хуабапIэмкIэ кIуэжыну, нэпкъ хужь напэу ежьа бгыжьхэр щIыIэм зэщIиIулIэу, гъуэгу ныкъуэм щызэщIэщтыхьауэ.
Бгым и щхьэкIэ къыщыгъэлъэгъуа уафэри пшэхэри IупщIкъым. Ар и щхьэусыгъуэу, къуажэм щхьэщысыкI щIымахуэ уафэр мыджэмыпцIэ мэхъу. Абы белдыжылы ищI зэманри бгымрэ къуажэмрэ къатегуплIакъым, атIэ абыхэм къащхьэщыкIыу, ищхьэкIэ пхъэра гупсысэщ.
А псом и щIагъ къыщылъ къуажэр лэч нэхухэмкIэ тхащ. Унэхэри, цIыхухэри, гъащIэри щымамырщ Хьэгъундыкъуейм. Арами, абдежи сурэтыщIым нэхугъэ игъэлъагъуэр хуабэкъым, атIэ щIыIэщ. Зы уэнжакъи хуабэ Iугъуэ кърихуу плъагъукъым, хьэблэхэр дымащ, гъащIэр зы тэлайкIэ къызэщIэувыIыкIыу, щIымахуэм щIэдэIуа хуэдэщ.
А псом хэплъэ сурэтыщIыр дэнэ щыIэ? Гу зэрылъыттэщи, мы сурэтыр - дуней теплъэгъуэщ, армыхъу щхьэгъубжэм укъызэрыдэплъыр наIуэ зыщIкъым. Абы папщIэ, сурэтыщIыр зыщIэс унэм и хуабагъэри мы теплъэм иIэкъым. Уеблэмэ, и гукъеуэ къыхукъуэкIахэр бжыхь щIыIэу къыдэкIуэтеям хуэдэщ. А бжыхьыр къыдэуващ гъащIэр къэзыгъэлъагъуэ къуажэм щызекIуэ нэхугъэмрэ сурэтыщIымрэ я зэхуакум.
Ар нэхъри щIегъэбыдыхьыж бжыхьым кIэрыгъэува пкIэлъейм. Ар сурэтыщIым и гупсысэ пкIэлъейщ, гукъеуэхэм ящхьэдэхыну кIэригъэува Iэмалщ. ИжьырабгъумкIи сэмэгурабгъумкIи къыщыт къудамэ фIыцIэ-щIыIэхэр щIымахуэм зэщIиубыда гу къуэпсхэм ещхьщ. ЛъэныкъуитIымкIэ зэпэджэжу къыщыгъэлъэгъуа псэущхьитIым – къанжэмрэ джэдумрэ зы хьэрэмэхъашэ щIагъщIэлъ гупсысэхэм ухадзэ, жэщтеуэу пщхьэпрыкIа гузэвэгъуэ гуэрым и лъэужь щIыIэр къыплъагъэIэс.
Ар щIегъэбыдыхьыж а псэущхьэхэм я зэпэщIэтыныгъэми. Джэдум и лъэбакъуэ утIыпщар здэгъэзар жыгым тес къанжэм и дежкIэщ. Ар щакIуэ лъагъуэщ, бзаджагъэ гуэр зыхэлъу, гурыщхъуэ уэзыгъэщI теплъэгъуэщ. А псом и щIыIужкIэ, джэду фIыцIэм зэпиупщIыр пкIэлъейм иукъуэдия унэтIыпIэращ, сурэтыщIыр и гукъеуэхэм зэрыщхьэдэхыну гъуэгуанэращ.
АрщхьэкIэ, мы сурэтым зы гъэщIэгъуэни хэлъщ. Ар – кIыфIыгъэмрэ гупсысейхэмрэ - нэхумрэ фIымрэ зэрытемыкIуэращ. Джэдум и теплъэм щыхэплъагъуэкъым щакIуэ хьэлхэр. Къанжэри мамыру къудамэм пысщ. Дунейми зыхилъхьэ плъыфэ фIыцIэхэмрэ хужьхэмрэ зэхуэшэчащ.
Дауэ щымытми, бжыхьым еупцIа пкIэлъейр тэрэзу егъэзакъым. Абы иридырекIуея цIыхум иужьрейуэ пкIэлъейм трихыжа лъакъуэмкIэ иригъэбгъунлъэкIам хуэдэщ. ЗэрыхъумкIэ, ди сурэтыщIыр гукъеуэхэм ящхьэдэхри, къуажэмрэ гъащIэмрэ я нэхугъэм хыхьэжагъыххэщ. Мы сурэтри – абы и лъэужьым хэплъызэу къэна зы щIымахуэ теплъэгъуэщ.
Комментарии 0