«Лабэжьу тхьэр зыдэбгам лъы бахъаер къызэрыдох…»
Ди тхыдэм имащIэкъым лажьэ куэд къытхуэзыхьа зауэхэр. Псом хуэмыдэу гуащIэу, лъапсэрыхыу щытащ Урыс-Кавказ зауэжьыр. Абы къихьа лажьэ бжыгъэншэм ящыщ зыщ Лабэ Iуфэ Iуса Къарэмырзей жылэр ягъэсу дэсыр зэрызэтраукIар. Абы и лъэужь къыхэнащ тхыдэми IуэрыIуатэми. НэIуасэ фыхудощI Лабэ къыщыхъуа лажьэм теухуауэ ди тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ жаIэм. Ар зыгъэхьэзыру 1992 гъэм къытрезыгъэдзауэ щытыгъар филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Мыжей Михаилщ.
Лабэжьым игъэва лажьэр
Лъэпкъым и нэ-и псэу илъагъу IуэрыIуатэр куэдрэ ирогузавэ тхыдэм. IуэрыIуатэм и нэIэ тредзэ лъэпкъым къехъулIэ куэдым. Адыгэм нэпкъыжьэ хуэхъуарэ IуэрыIуатэм быдэу ищтахэм ящыщщ Лабэжьым къыщыхъуа гузэвэгъур. А гуауэр цIыхубэм и гущIэм щыIуащ щхьэфэцыр зыгъэтэдж гъыбзэкIи хъыбар гущIыхьэкIи. IуэрыIуатэм зыщIешэ тхыдэм къыщыхъуа куэд. Ауэ тхыдэр тхыдэщ, IуэрыIуатэр IуэрыIуатэщ. А тIур зэхуэбгъадэ мыхъунуми, тIуми жаIэм деплъынщ. Япэ щIыкIэ къэтхьынщ Лабэм и лажьэр тхыдэм къызэрыхэщыр.
Тхыдэм жиIэр
1820 гъэхэм пащтыхь генералхэм щIагъэхуабжьэ Псыжь адрыщIыр (сэмэгурабгъу Iуфэр) къэзэуныр, жылэхэр зэрыпхъуэныр. Кавказым щыIэ урысыдзэм и тет Ермоловыр къоув лъапсэрых зауэм и телъхьэу. Ар мэгугъэ мафIэм, топым, шэм адыгэм я гур ириуду нэхъ Iэсэ хъункIэ. «Ермэл и къуэжьым» и арэзыныгъэ хэлъу Хы ФIыцIэм щыIэ урысыдзэм и тет генерал Власовым зэрипхъуэт адыгэ жылэхэр. Апхуэдэу 1822 гъэ закъуэм абы тригъэсыкIащ адыгэ жыли 136-рэ , абы щыщу 17-р жылэшхуэт (еплъ: А. Х. Касумов, Х. А. Касумов. Геноцид адыгов. Налшык: Логос, 1992, н. 65).
Апхуэдэ лажьэ къехъулIащ Къарэмырзей жылэми. Ар Лабэшхуэ дэст. «Ахъмэт и фо изщ» псалъэжьыр зытражыIыкIа бгым и лъащIэм щIэст. Къуажэм зэрихьэт абы ипщ Къарэмырзэ Алий и цIэр, дэсхэр къэбэрдей хьэжрэтт. Жылэр гъэсыным «хэлIыфIыхьахэм» ящыщщ мыхэр: адыгэхэр «инэрал плъыжькIэ» зэджэу щыта Вельяминов, адыгэпщ, полковник Бекович-Черкасский Федор Александрович (и адыгэцIэр – Елмырзэхэ Темырбулэт), урысыдзэм бзэгузехьэу, тIасхъэщIэхыу (лазутчик, жасус) хэта Шевгуров (адыгэбзэкIэ IуэрыIуатэм зэтемыхуэу къыщокIуэ – Шогъур, Щауэгъур, Согъур, зэкъуэшитIу къыщыкIуи щыIэщ). Мыбыхэм ягъэхъахэри хэту, Къарэмырзей жылэр зэрагъэсар щатхыжащ «Утверждение русского владычества на Кавказе» жыхуиIэ тхылъым (Тбилиси, 1904. т. 3. ч. 2). Лабэм и тхыдэм щыщ гъэщIэгъуэн итщ «Из истории Русско-Кавказской войны» тхылъми (Налшык, 1991 гъэ, зыгъэхьэзырар Елмэс Iэулэдинщ). Вельяминов гуращэ бзаджэ зыхуищIа жылэр жылэшхуэт, бейт, зэхуэщIат, быдапIэ пэлъытэрэ фоч къиукIыпIэхэр иIэу унэ 200-250 хъун дэтт.
Жылэм япщ Къарэмырзэ Алий пщIэрэ щIыхьрэ иIэт, лIыгъэкIэ цIэрыIуэт. Жылэм дэст нэгъуэщI адыгэлI цIэрыIуэхэри. «Инэрал плъыжьыр» зэрыгупщысамкIэ, апхуэдэ адыгэлI зи тет жылэ хуэщIар лъапсэрых щIыным игъэщтэн хуейт адрей жылэхэр. «Абы папщIэ, – жеIэ «Утверждение русского владычества на Кавказе» тхылъым, – зэрымыщIэкIэ (жылэм) теуауэ, (пщыр) бгым ихьэжын хузэфIэмыкIыж щIын хуейт…» (н. 191). Апхуэдэ мурадым къыхэкIыу, Бекович-Черкасский сэлэт 350 игъусэу щэхуу, Iэуэлъауэншэу, мэз защIэкIэ беслъэней жылэхэм яблэкIри 1825 гъэм апрелым (мэлыжьыхьым) и 4 пщыхьэщхьэм етIысылIащ Къарэмырзей жылэм. Урысыдзэм яхэтт нэгъуэщI зы адыги – Дэхъушокъуэ Кърым-Джэрий. Абы игу щIэгъуащ жылэм. Ар дзэм хэкIуэсыкIри, зыми имыщIэу къуажэм кIуащ. Абы пщым зыхуигъазэри жриIащ жылэм мурад бзаджэ хуаIэу дзэр щэхуу къызэрекIулIар. Пщымрэ иужькIэ абы къызэщIиIэта лIыхэмрэ я фIэщ хъуакъым Дэхъушокъум жиIар: апхуэдизыдзэр беслъэней жылэхэм ямылъагъуу дауэрэ мыбы нэс къэсын? Дэхъушокъуэм къигъэзэжащ. Абы игу къэкIащ нэгъуэщI зы Iэмал. Абы Вельяминовым жриIащ Къарэмырзей жылэм зыри дэмысыжу дэкIауэ. Ауэ Щогъур бзэгухьым ар идакъым. Абы генералым жриIащ мыпхуэдэу: «Дэхъушокъуэм жиIэр уи фIэщ умыщI, ар къумалщ (епцIыжакIуэщ), абы пцIы еупс. Сэ иджыпсту сыкIуэнщи пэжыр къэсщIэнщ: зыми хъыбар иригъэщIэфыну щытакъым Къарэмырзэм». Щогъурыр плъэри хъыбар къихьыжащ жылэр и пIэм имыкIуауэ щысу. Дэхъушокъуэр ягъэтIасащ, Вельяминов а жэщ дыдэм «…къэзакъхэр псори иригъэжьащ Бекович-Черкасскэр я пашэу» (ар дыдэм , н. 192-193).
А щIыкIэм тету, 1825 гъэм, апрелым и 5-м, гъубжым, пщэдджыжь нэхущэм дзэр теуащ жей IэфIым хэт жылэм, нэхъыбэу лIыжь-фызыжь, бзылъхугъэ, сабий зыдэсым. Зи цIэ итIуа япэ тхылъым адэкIэ жеIэ: «Гуом, кIийм, фочауэ макъым жылэр къызэщIищтащ, абы кIэлъыкIуэу зэуэ мафIэм зэщIищтащ унэхэр, мафIэ бзийр бжыхь гъурхэм ирижэурэ мафIэм ис хабзэ псори зэщIищтащ. Фызхэмрэ сабийхэмрэ, жейбащхъуэрэ къэхъуар къагурымыIуэу, гузэвэгъуэр къалъэIэсауэ зэрызехьэт, я щхьэр здахьын ямыщIэжу. ДэнэкIэ замыдзами мафIэт, ажалыр зеуэти, укъелынкIэ Iэмал иIэтэкъым… Ажал шынагъуэм и шэмэджыр дэнкIи щызеуэт» (н. 194-195).
Сыт хуэдиз гуауэ абдеж къыщыхъуар? Ар зыми нэсу хуэIуэтэнукъым. Зи цIэ итIуа «Из истории Русско-Кавказской войны» тхылъым зэритымкIэ, къуажэм Iэщу дахуащ мини 4, гъэр ящIащ нэрыбги 139-рэ, адрейр яукIащ, мафIэм хисыхьащ, зэрыпхъуакIуэхэм хьэдэу къабжащ 570-рэ, езы адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыху 1000-м щIигъу хэкIуэдащ. Уи гур егъэуз мыбыи. Илъэси 8-м ит хъыджэбз цIыкIу гуэр къащтэри и щхьэр зэIыхьащ, абы и Iэпкълъэпкъ цIыкIур Iей дыдэу зеуэурэ и псэр хэкIащ, нэху ща нэужь (н. 98-100).
ХэкIуэдахэм ящыщщ жылэпщрикI. Къарэмырзэ Алий ныкъуэзыхуапэу унэм къыщIэцIэфтри зэуэ кIэрахъуэкIэ еуащ полкым и командир, майор Дадимовым, ауэ техуакъым. Дадимовыр уэри пщым и нэ ижьым и щIагъкIэ техуащ. Шэр щхьэ куцIым кIуэцIрыкIри, щхьэ щIыбымкIэ къыпхырыкIыжащ. Апхуэдэу Алий щаукIащ и унэ бжэщхьэIум деж (ардыдэм, н.98).
Зауэжьым лIыгъэкIэ щыцIэрыIуэ Щоджэн Шумахуэ и псэр пытыху ихъумащ ипхъу Гуащэхъурейр. ИлъэситI и ныбжьу щIалэ цIыкIу иIэти, абы и Iэм ерэжыб фочыр кIэрипхэри «я Алыхь, мыр уи Iэнэмэтщ» жиIэри щыхупIэм иридзыхащ: махуищ дэкIри урыс сэлэтхэр жылэм щыдэкIыжым хьэдэхэр зэрагъэзэхуэнэу къыкъуэкIыжахэм гу лъатащ фочыпэкIэ къуацэм фIэнауэ щыхупIэм щхьэщыт сабийм; жэщищ-махуищкIэ шхын зыIумыхуа сабийр лIа къафIэщIащ, ауэ абы и псэр пытт, ар кърагъэлащ ажалым. Ар Щоджэн Шумахуэ и щIалIэ цIыкIуу «Алыхьым Iэнэмэт хуищIа» Исмэхьилт. Уэркъ хэкIуэда гуэрым и щхьэгъусэм ахъшэу тумэн (червонец) 400-ми псэуалъэхэми мафIэ ящIидзэщ, итIанэ езырикI мафIэм хыхьэри зыхригъэсыхьыжащ (Из истории Русско-Кавказской войны», н. 98).
Лажьэм хэкIуэда Къарэмырзэ Алий фызитI иIащ. Зыр адыгэпхъуу Хъанийт, адрейр Елмысхъант, нэгъуейт, Мансурхэ япхъут. Ахэр къелащ бэлыхьым. КъыщIелари гущIэгъу хуащIауэ аратэкъым, мурад фIей хуащIати аращ. Бекович-Черкесскэм а бзылъхугъитIыр гъэр ищIри, зэблихъуу щIасэ фызу иIащ. ИужькIэ Елмысхъаныр Мансурэхэ я деж иригъэшэжащ. Хъанийр иритащ Джылахъстэнейм и полицэм и тет Астемыр и къуэм. Абыи Хъанийр иIыгъащ щIасэ фызу. А емыкIур Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ щызэхихым, кIэлъыкIуэри Астемыр и къуэр иукIащ.
Лабэжьым къыщыхъуа лажьэр псори тхыдэм ихуакъым. Тхыдэм пыдзыгъэ зыхуищIа гурхэри IуэрыIуатэм хыхьауэ къыщIэкIынщ.
Тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ
Лабэм и лажьэм теухуауэ гъыбзи хъыбар зыбжани щыIэщ. Гъыбзэр Хъаний иусауэ хуагъэфащэ. Ауэ гъыбзэ пычахуэ гуэрхэм гурыщхъуэ уагъэщI гъыбзэ нэгъуэщIми игъэшауэ. Гъыбзэр, абы и пычыгъуэу, и вариант сыт хуэдэу – псори зэхэтэу 8 хъууэ (сатыри 147-рэ) Тамбий Пагуэ итхыжауэ урысыбзэкIи адыгэбзэкIи къытехуащ 1898 гъэм Тбилиси къыщыдэкIа «Сборник материалов для описания местностей и племён Кавказа» (СМОМПК) жыхуиIэм и 25 номерым. НэгъуэщIхэм жаIэжауэ гъыбзэр иужькIи зыбжанэрэ къытрадзащ, абы вариант 20 щIигъу иIэщ. Гъыбзэр щызокIуэ Къэбэрдей Хьэжрэтми (Шэрджэсми), Къэбэрдей ТIуащIэми, КIахэми, ХыIуфэ Шапсыгъми. Дэ нобэ теддзэ гъыбзэ вариантыр уэрэдгъэIу Iэзэ, щIэныгъэлI КъардэнгъущI Зырамыку и вариантыращ, ар нэхъ зэпэщым ящыщщ.
Гъыбзэм пэмыщIу, хъыбар зыбжани щыIэщ зи гугъу тщIы лажьэр къаIуэтэжу. Абыхэм ящыщу сэ Хьэбэз районым щыстхыжауэ нобэ япэ дыдэу хъыбарищ тыдодзэ: «Къарэмырзейм и хъыбар» (жызыIэжар Уэрдокъуэ Мырзэбэчщ, Къэсейхьэблэ (Хьэбэз), 20.10.1970); «Къарэмырзей жылэр зарэгъэсам теухуауэ» (жызыIэжар Бэч Муратщ, Беслъэн и къуэм и къуажэ (Инжыджышхуэ), 26. 10. 1967); «Щогъур и къуитIыр зэраукIар» (жызыIэжар Хьэбэчыр Iэзэмэщ (Зэмахъшэрий), Беслъэн и къуэм и къуажэ (Инжыджышхуэ), 11.04.1979).
Мы хъыбархэр хэзгъэхьэн си гугъащ 1986 гъэм сэ згъэхьэзыру ди институтым (*КЧИГИ) къыдигъэкIа «Адыгэ хъыбархэм». Ауэ зыгуэрхэм ядакъым, «лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм» хуэсакъын хуей хьисэпкIэ, хъыбар зыбжанэм тхылъ псор хьэрэм ищIынщ, жаIэри. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, урыс пащтыхьыр тезыдза идеологием идэтэкъым традза пащтыхьым и залымыгъэр къэзыгъэлъагъуэ IуэрыIуатэрхэр, ауэ ахэр пащтыхьым и лъэхъэнэм къытрадзэ хъут. Зауэжьым и пэжыпIэр жаIэжу щытащ революцэ нэужьым и япэ илъэсхэм, итIанэ щIалъэфыжащ езы зауэжьри абы кърикIуа куэди. АтIэ, дауэрэ къыхэщрэ IуэрыIуатэм Лабэ къыщыхъуар?
Пэжым и телъхьэ тхыдэм и боршщ Iуэхур зэрекIуэкIа дыдэм хуэдэу итхыжыну. IуэрыIуатэм нэхъ зытрищIыхьыр цIыхум и гурыщIэм щыхъэхэращ. Мыбыи гу лъытэн хуейщ. IуэрыIуатэр зэIэпахыурэ къокIуэкIри, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къыхохуэ, зыгуэрхэр щызэхигъэгъуащэ, щытегъуэщыкI къохъу. Апхуэдэщ зи гугъу тщIы IуэрыIуатэхэри. Мис абы и щыхьэт зыбжанэ.
Къарэмырзейр щагъэсым хэтар Вельяминовщ, ауэ абы ипIэ «Ермол и къуэжьыр» (Ермоловыр) е Засс къыщиувэ къохъу. Лабэдэсхэм ялъ ищIэжу ХьэтIохъущокъуэм Ермол и къуэжьыр иукIауэ жеIэ. Ар пэжкъым, генерал лъыифыр абы иужькIи куэдрэ псэужащ, зауэми щаукIакъым. Щогъур и къуэр зыукIыжар зэм ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт-Iэшэу, зэм Дерхэ я къуитIырауэ къокIуэ. Лъы зыщIэжар Мыхьэмэту къэлъытапхъэщ. ИщхьэкIэ жысIащ Щоджэн Шумахуэ и къуэр ерэжыб фочым кIэрыпхарэ жыгым фIэнауэ къагъуэтыжауэ тхыдэм зэритыр. IуэрыIуатэм щыжиIэ къохъу адэм сабийр псым хидзауэ, псым къыхахыу кърагъэлауэ, зыкIэрыпхари мамжьей фочу. Дэтхэнэр нэхъ пэж? ЖыIэгъуейщ.
IуэрыIуатэр тIэкIу «тегъуэщыкIми» Iуэхукъым. Аракъым нэхъыщхьэр. Нэхьыщхьэр къэхъуам и купщIэр, и мыхьэнэр, гупщысэ нэхъыщхьэу хэлъыр пэжым тету къызэриIуатэращ. Лабэм и лажьэм теухуа IуэрыIуатэхэри, псом хуэмыдэу гъыбзэр, апхуэдэ пэжкIэ гъэнэIуащ, нэгъуэщI IуэрыIуатэ куэди ди IуэрыIуатэм и дыщэ налъэщ, лъэпкъым зэригъэпэща нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ.
АтIэ, сыт нэхъыбэу къаIуатэр лабэдэсхэм ятеухуа IуэрыIуатэхэм? Жылэм къытепсыха гузэвэгъуэр къэIуэтэжыным къыдэкIуэу, абы яхыболъагъуэ лъэпкъ псом дерс яхуэхъу гупщысэ куухэр.
Псыхьэлъахуэ сабийхэр
Яхь-яшхым къыпэкIуа лажьэр IупщIу нэм къыщIегъэхьэ IуэрыIуатэм. Ар зауэм, залымыгъэм, лей зехьэным и нэлату мэIу. Пыщтыхь блыгущIэт генералхэм, абы я жыIэщIэ зауэлIхэм ягъэхъа лажьэм щхьэфэцыр ягъэтэдж. Сыт хуэдиз къиIуатэрэ мы сатыритIым:
Лабэжьурэ тхьэр зыдэбгам лъы бахъаер къызэрыдох,
ЛабэкIэмкIэ сэ сынеплъыхыжмэ, сабий бынхэр уи псыхьэлъахуэт.
Нэхущым къепсыха лажьэр мыпхуэдэу къаIуатэ Тамбий Пагуэ итхыжа IуэрыIуатэхэм:
Нэху щыгъуэм и бэрэбанэм дыкъыдоуш.
Кхъуафэр зи шарыкъыр (вакъэ – М.М.)
бжьэпэмкIэ къызэдыкъуокIыр…
НэгъуэщI вариантым:
Ахъмэтыжьым и бгыплъыр бэрэбаным къыдэзыгъэпсалъэ,
Тетыжьхэр къыщытхуэдалъэкIэ
Лъы нэпсыр къыщIыдогъэкI.
Пыщтыхьыдзэр щысхьыншэт, гущIэгъуншэт, лыуз лъэпкъ ищIэтэкъым. Ар зыми еплъакъым – жьыи щIэи, сабии бзылъхугъи. IуэрыIуатэм куэду хэтщ бзылъхугъэм къалъыса гуауэмрэ щхьэкIуэмрэ, абы я щхьэ ягъеижу гъыбзэм и вариант псоми къыщокIуэ. Тамбий Пагуэ итхыжахэм мыпхуэдэу хэтщ:
Хъанийуэ сэ си нысэгъур
УеплъынкIэ фыз фIыцIэ къуэгъущ.
Данагъуэу и щхьэцыгъуитIыр
Джаурыжьхэм я шхуэмылакIэщ.
Абы къыщынэкъым бзылъхугъэм къалъыса гуауэр. Гъыбзэм зэрыжиIэмкIэ, бзылъхугъэхэри «мыжьыкъ алащэм дагъэлъэхъу, драгуныжьхэм я джэгуалъэщ». ГуащитIыр зэблихъуу иIыгъщ Хэкум епцIыжа лIым. Вариант куэдым ущрехьэлIэ мы псалъэхэм:
Тажурэ ди дыщэ пыIэри
фоч лъэдакъэкIэ къытщхьэщакъутэ,
къутынурэ ди гъуэншэдж цIыкIухэр
шырыкъу лъапэкIэ къытхузэIатхъ.
Апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэ хъыбархэми къаIуэтэж. IуэрыIуатэкIэ хуабжьу Iэзэу щыта Хьэбэчыр Iэзэмэт къиIуэтэжыгъащ Лабэ къыщыхъуа апхуэдэ зы икIагъэ, абы пэщIэта адыгэ пщащэм и лIыгъэ: «… пщащэм зимытурэ (генералым зыхуитIэщIу гъуэлъыну арат зыхуейри) къезауэурэ, шэнт игъуэтмэ къеуэурэ, нэмыщI гуэрэкIэ къеуэурэ пщащэр абдеж щаукIащ нэхъ, мор зыхуей хуищIакъым».
Тхыдэм хуэдэу, IуэрыIуатэми къыхощ сабийхэми лажьэшхуэ къалъысауэ. Гъыбзэм зэрыжиIэмкIэ, жейм хэт сабийхэр «фочкIэ къыщагъэлъэт», ахэр «Лабэжьым псыхьэлъахуэщ».
Лабэм и лIыхъухэр
Лабэжьыр лIы бланэбэт, шыщхьэмыгъазэт. Ауэ лIыгъэ пцIанэкIэ пэщIэтыгъуейщ хьэ щэхурыпхъуэу къыптеуа дзэ узэдам. ЛабэлIхэм, шэч хэмылъу, я щхьэ къафIэIуэхуакъым, лIэныгъэми щышынакъым. Абы ажал я щыпэлъагъутэкъым. Ахэр, дауикI, зыгъэгуIар я бын, я бзылъхугъэ, я нэхъыжь емынэм кърагъэлыныр я гуащIэ къызэримыхьырат. Къахуэнэжар зыт: я псэр пытыху я къару къихьыр ящIэн хуейти, ящIащ.
Хъыбархэми гъыбзэми къыхэщ лIыхъухэм ящыщщ Тау Жэбагъы. Абы щхьэкIэ мыр жеIэ Тамбий Пагуэ итхыжа гъыбзэм:
ПащIэ тетыр шылэ мыгъафэщ.
ХьэIуцыдзым къаувыхьар джатэпэкIэ тхудэзышыжыр
Тау гущэм фи Жэбагъыщ!
Гъыбзэм и вариантхэм къахощ Нартыжь хьэжым и лIыгъи:
Къэзыгъазэу зезыгъэукIыр
Нартыжьхэ фи хьэжьы дыщэрщ.
Есэн жэрымкIэ зи хьэдэр къезыгъэхьыжыр
Нартыжьхэ фи хьэжы цIыкIущ.
Зауэжьым и лIыхъужь бланэхэм ящыщщ Щоджэн Шумахуэ. Ар тхыдэми IуэрыIуатэми хэтщ. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Шумахуэ яхэтащ генерал Засс и пхъур къэзыхьахэм. ИщхьэкIэ дэ жытIащ ар Лабэм и тхыдэм къызэрыхэщыр. Шумахуэ и пхъур зэрихъумам, лIыгъэу хэлъым и IуэхукIэ гъыбзэм (Тамбий Пагуэ итхыжам) мыр жеIэ:
ЛIы ятауэ Гуащэхъурейр
ФочыпэкIэ тхудэзышыжыр
Щоджэнхэ фи Шумахуэшхуэщ.
Уэ уи адэу Щоджэн Шумахуэ
ИгъащэкIи шыщхьэмыгъазэщ.
И адэ ипхъути, Гущэхъуреи лIыгъэ къыкъуокI. АжалитI щыщымыIэкIэ, а зэ лIэгъуэм лIыгъэ пхэлъын хуейщ, жаIэ адыгэм. Апхуэдэу къыщIэкIащ бзылъхугъэ щIалэр, унагъуэ щIэным яужь иту лажьэм хэхуар. Тамбий Пагуэ итхыжам жеIэ:
«Дэ бзылъхугъэм димыхабзэу
ФочыпэбжкIэ дырагъэзащ»,- жеIэри
Къигъазэу зезыгъэукIыр
Щоджэнхэ я пхъуу Гуащэхъурейщ.
Шэч хэмылъу, Лабэ и лIыхъужьхэм ящыщщ жылэпщ Къарэмырзэ АлиикI. Ауэ абы и лIыгъэм зыкъызэкъуихын нэмысу хэкIуэдащ.
Лабэдэсхэм ялъ зыщIэжахэм ящыщу къокIуэ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт-Iэшэрэ Ажджэриикъуэ Кушыкупщрэ. Мыхьэмэт къоув цIыхубэм и леймыгъэгъуу, и хеящIэу, и лъыщIэжу. Аращ зыукIыжыр Щогъур и къуэр. Уэрдокъуэ Мырзэбэч жиIэжа хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, Мыхьэмэт жеIэ Щогъурыр щиукIыным деж: «Хьэурэ хьитIым я кум къыдэкIа, цIыхулхэр пшхыуэ, цIыхулъ уефэу …Алыхьым и шэрихьэт къысхуэщIэ, муслъымэну къулайсыз пщIам я цIэкIэ …». Адыгэ хабзэм тету, «лIыгъэ зезыхьар сэращ» жиIэн къримыгъэкIуу (абы щхьэщытхъугъэ хелъагъуэри), «Алий и лъыр зыщIэжар уэрауэ къыщIэкIыныщ» щыжраIэкIэ, Мыхьэмэт-Iэшэ мыпхуэдэу щIагъыбзэкIэ жеIэ: «Ерыжыбыжьыр гъуэгъуащ, Щогъур и къуэжьыр гъуэгащ» (Ерыжыб, ерэжыб – адыгэ фоч лIэужьыгъуэ).
Лабэм и лIыхъухэм лIыгъэ яхэлъу я псэр ятри, напэ хужькIэ къыхэнащ лъэпкъым и тхыдэм. АпхуэдэлIхэращ адыгэр зыIэтари, адыгэм я цIэр, лIыгъэр зыгъэIуари.
ЛIыхъужьхэм къадэкIуэу лъэпкъым, щIэблэм ящIапхъэщ лажьэр зипкъ къикIхэри, ныбэхуэфI щхьэхуещэу лъэпкъым епцIыж къумалхэри.
Къумал напэ фIыцIэхэр
Лыуз зимыIэ зауэр зи IэрыкI политик нэжэсхэм къумалхэри (коллаборационистхэри) тегъэщIапIэ ящI. Сыт щыгъуэ лъэхъэни – пасэ зэманми ноби, къумалхэр дахьэх IулъхьэкIэ: IэнатIэкIэ, къулыкъукIэ, мылъкукIэ, кIэщIу жыпIэмэ – IускIэ. Урыс зауэжьми, къапщтэмэ Лабэжьым игъэва лажьэми, хэтащ къумалхэр. 1824 гъэм Ермоловым дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуа Бекович-Черкасскэхэм ящыщ пщы гуэрым иритауэ щытащ щIы дестынэ мини 100-м нэс. («Геноцид адыгов», н.34). Къарэмырзейр зыгъэсахэм я пашэу щыта Бекович-Черкасский Фёдор (Елмырзэ Темырбулэт) «лIыгъэ» зэрихьам папщIэ Аущ-Джэрджийм и орден къратыну лъэIуауэ щытащ езы Ермолов дыдэр. Ауэ пащтыхьым идакъым – Лабэм щагъэхъа бзаджагъэр апхуэдизымкIэ гуащIэти. Ауэ Ермолов къищI-нищIми иужькIэ Елмырзэм къарырегъэт Джэрджийм и чрест (*жор, къач) орденыр. ИужькIи абы нэгъуэщI «лIыгъи» зэрехьэ. Ермоловым и нэфI нокIуэкIэ щыхуакъым Елмырзэм. Елмырзэм ищIэрт адыгэбзэ, европеибзэ зыбжанэ, абы нэмыщIу – тыркубзэ, персыбзэ (къэжэрыбзэ), къумыкъубзэ, тэтэрыбзэ. Ермоловыр Кавказым къыщагъакIуэм, ар адъютанту къещтэ, и шатырми зыдыщIегъэс.
Абы къинэмыщIа, тхыдэми IуэрыIуатэми къумалу къыхощ Щогъурыр. ЕпцIыжакIуэхэм щыхабжэ щыIэщ Дэхъушокъуэ Кърым-ДжэриикI. Дэхъушокъуэр пащтыхьыдзэм хэту зауэу щытащ, ауэ Лабэм щыгъуэ ар яужь итащ жылэр къригъэлыну. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, ар дзэм хэкIуэсыкIри Къарэмырзэ Алий жриIащ жылэм хуамурадыр. Мис Дэхъушокъуэм жылэпщым жриIауэ тхыдэм ихуар: «Сэ урысым къулыкъу яхузощIэ, ауэ фи жылэм дэс сабийхэмрэ бзылъхугъэхэмрэ сигу ящIогъу. ЦIыхухэр къегъэл. Нобэ-пщэдей урысхэр къыфтеуэнущ, ахэр къокIуэ Вельяминов я пашэу («Утверждение русского владычества на Кавказе», н.191). Дэхъушокъуэм ищIам зыри къикIакъым: абы жиIар я фIэщ хъуатэкъыми, жылэр и пIэм икIакъым. Езы Дэхъушокъуэм и шыфэлIыфэм хуэдэ къабзэу, а лIым и IуэхукIэ IуэрыIуатэри гуитI-щхьитIщ: зэм абы ифI жеIэ, зэм ар къумалхэм яхебжэ. Дауэ щытми, Дэхъушокъуэм къыщыщIам уегъэгупщысэ. Щогъурым и ягъэкIэ и пцIыр къыщIощри ар ягъэтIыс (и щхьэр палъауи къыщыкIуэ щыIэщ).
Лабэр зыгъэкIуэда дзэ гупым и унафэщIу щыта Елмырзэ Темырбулэт ящыщ зыщ урыс тхыдэр фIыуэ зыщыгъуазэ Бекович-Черкасскэхэм – жор зытращIэу чристаныцIэ зыфIащыжа адыгэ пщы гупым. Ар къалъхуащ 1791 гъэм, урыс тхылъым зэритыр Бекович-Черкасский Федор Александровичщ. IуэрыIуатэм ар елъытэ къумалу, жылэм къылъыса лажьэр абы и ягъэу. Апхуэдэу гъыбзэм жеIэ: «Джаурыжьурэ зи напэр фIыцIэр Елмырзэ и къуэкIэ Темырбулэтщ».
Тхыдэми IуэрыIуатэми IупщIу къыхэщ къумалщ Щогъурыр. Щогъурыр мызу, зэкъуэшитI хъууэ, тIури къумалу, къыхощ IуэрыIуатэм, псом хуэмыдэу хъыбархэм. ЗэкъуэшитIми я теплъэр, нэхъ тэрэзу жыпIэнумэ, я фащэр хужь защIэщ, зытес шыхэри пщIэгъуалэщ. IуэрыIуатэм игъэхьэрэмхэм я теплъэр апхуэдэу нахуу къыщыкIуэр мащIэ дыдэщ. ДауикI, мыбдеж IуэрыIуатэр гъащIэм и пэжыпIэм тетщ: Щогъурхэр апхуэдэу щытагъэнщ. Ауэ я теплъэмрэ я гумрэ зэрызэхуэмыдэр IуэрыIуатэм мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ къеIуатэ: «тхьэгъэпцI», «тхьэгъэпцI джафэжь», «кхъуэ джафэ», «кхъуэ лэпс ефа», «шагъырыбафэ», «хьэ джафэ-хьитI», «Согъур и къуэу кхъуэ джафэжьитIыр игъащIэм тхьэгъэпцI джафэжьщ» (Бэч Мурат), «Щогъур и къуитIу кхъуэлэпс ефам жылапхъи къытщIамыгъэн» (Хьэбэчыр Iэзэмэт). Тамбий Пагуэ итхыжам жеIэ:
Зи гъащIэкIэ шагъырыбафэу
Щогъуру хьэджафэжитIым
Ди адэ и жылэ ятекIуэдэжщ,
Алыхь, Алыхь, дыжылэ кIуэдщ.
Хэкум, лъэпкъым епцIыж къумалхэм ящIар къащIэкIуэкъым. Сыт щыгъуи хуэдэу, лъэпкъым, цIыхубэм я фIэщ мэхъу Тхьэм е зы къару гуэрым ери фIыри зэпишэчрэ, цIыхум бзаджагъэ ищIамэ къызэрыхуэмыгъур. Арагъэнщ зигу зэпыщIауэ гыбзэ зутIыпщ бзылъхугъэм щIыжиIэр: «Я Алыхь, щIомыгъанэкIэ». Арагъэнщ и гыбзэр зэбгам техуэу цIыху щыIэу щIыжаIэр. Гувэ-щIэхми, дауэ хъуми, цIыху фIейм ищIа лейр къыхуэгъукъым. Хэт яукIыж, хэт нэмыплъ хуащI, хэт нэлат ирах, хэт сэлам хуагъэфащэкъым, хэт узкIэ, хэт бынкIэ, хэт мыгъуагъэкIэ – сытми лажьэ гуэркIэ епшыныж.
Лабэм и тхыдэми и IуэрыIуатэми жеIэ къумалхэм ягъэхъар къахуэмыгъуауэ. Къумалым къылъысыж лажьэр лъэпкъым, Тхьэм, захуагъэм я цIэкIэ къылъысыжу IуэрыIуатэм къыщокIуэ (абы и щыхьэтщ ХьэтIохъущокъуэм Щогъурыр щиукIыжым жиIа псалъэхэри). Урысыдзэм хэта Дэхъушокъуэм фIы ищIэн игугъуами, лъэпкъми, лъэпкъым и бийми ящымыщыжу къонэ. Щогъур бзэгухьыр хьэ укIыкIэу яукIыж (бзэгухьри хьэри зыкъэ). Къарэмырзэ Алий зыукIа Дадимоври (ари Кавказым щыщт) лыIу-лыIуу яупщIэтэж Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ и зауэлIхэм. Алий и щхьэгъусэ Хъаний ирипэса цIапIагъэм токIуэдэж полицэ тет Астемырри. Елмырзэ Темырбулэт сыт ихьами сыт ишхами ар тхыдэми IуэрыIуатэми къумал напэ фIыцIэжьу къызэрыхэнам нэхъ икIагъэ сыт щыIэ?
Щхьэж хуэфащэ и щыдэжынщ.
I. КЪАРЭМЫРЗЕЙМ И ХЪЫБАР
ЖызыIэжар Уэрдэкъуэ Мырзэбэч, Хьэбэз (Къэсейхьэблэ). Зытхыжар Мыжей Михаил
Мы Кавказыр Арысейм къащтэн щыхъум, зыгуэрхэр Арысейм ящIыгъуащ гъуэгу ирагъэлъагъуу, Кавказым кърашэу гъуазэу яIащ. А зэманым мы Кубаныр нэщIу щытащ. Ажджэрий и къуэ Кушыкуи ХьэтIохъущокъуэми гуп ящIыгъуу Кавказым къихьахэм язауэу, екIуэлIапIэхэри быдапIэхэри яIыгъыу щытахэщ. Абыхэм нэхъ екIуэлIапIэу яIащ Преграднэ адэкIэ, Ахъмэтыбг деж, Семэн хэкужьыр. Ар зи хэкужьыр Къарэмырзей къуажэрат. Абы исауэ щытащ. Къарэмырзей и къуэ пщы уэлийр яхэту.
Иджы абы Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ, ХьэтIохъущокъуэ сымэ ирамыгъэкIуэлIэн щхьэкIэ, жылэр трагъэсыкIыну мурад ящIащ. ЕрмоловкIэ еджэу дзэпашэ яIащ урысхэм. Иджы ар Ермэлыхьэблэ къыдэкIри къежьащ. Къуэ кIуэцI иIэщ абыкIэ – дэ адыгэхэр ДзэлыкъукIэ доджэ, урысхэр СинюхэкIэ йоджэ. Дзэр абы къыдыхьэри, гъуэгурыкIуэурэ жэщым абы къекIуэлIащ. Дэхъушокъуэ Кърым-Джэрий и цIэу а дзэм зы яхэтт, Щогъур и къуэжьитIри а дзэхэм апхуэдэу жаIащ:
– Мы дыкъыздэкIуа жылэр куэшауэ щытмэ, зэдгъэцIыхун хуейщ.
– Сэ сыкъэплъэнщ, – жери Дэхъушокъуэр кIуащ.
Дэхъушокъуэр кIуэри – жылэр мыкуэшауэ шысщ. Дэхъушокъуэ Кърым-Джэрий пщы уэлийр къигъэтэджащ:
– Мыращ, Къарэмырзэ и къуэ, жылэм дзэ къекIуэлIащ, нэху щыгъуэм къыптоуэ, уи жылэр хьэлэч ящI, зэрапхъуэ. ПIалъэ имыIэу куэш. Сэ «куэшащ» яжесIэнщ.
Къарэмырзэм и къуэм жылэр къигъэтэджри яжриIащ:
– Хьэхьей, жылэ! Дзэ къыдэкIуэлIащ. ПIалъэ имыIэу дыкуэшын хуейщ, къулайсыз дащIынущ.
Темыр Лъостэн жаIэри зыгуэрэ яхэтти, абы жиIащ:
– Алыхьыр игъэпцIащ, жэщ къэсыхункIэ дыкъэтэджмэ дыкуэшурэ си щхьэр сымыужэгъуамэ. Зэ даукIынуми дыреукI, дыздэкIуэн щыIэкъым.
«Темыр Лъостэн жиIэращ жытIэр», – жаIэри жылэм апхуэдэу зэдащтащ.
– АтIэ, Темыр Лъостэн жиIар жылэм щывгъэувакIэ фызэбгырыкIыж. Тхьэр згъэпцIащ, пщы уэлийкIэ фыкъызэмыджэ, сыкъащтэу мэзым сыщIыхьэмэ. СхуэукIыIамэ, сыукIынщ, схуэмыукIыIами си хьэщIэщ зыщезгъэукIыжынщ, – жиIэри кIуэжащ пщы уэлийр.
Дэхъушокъуэ Кърым-Джэрий кIуэжщ, дзэм яхыхьэжри яжриIащ:
– Жылэу дыкъызыхуэкIуам я хьэр мэкъугъри дэлъщ. Жылэр куэшащ, жылэр щыIэкъым.
– Дауэ хъун? Дэ цIыху лъэпкъ къыттемыплъэу къуэ кIуэцIкIэ дырокIуэ. Апщыгъуэм дэ бзэгухь къытхэтщ. КъэцIыхун хуейщ, – жаIащ.
ЩогъуритIыр Ермоловым елъэIуащ:
– Мы Дэхъушокъуэм пцIы иупсу ди гугъэщ. Дэ дыгъакIуи дыгъаплъэ.
– АтIэ фыкIуэ.
ЩогъурыжьитIыр къакIуэри жылэр гъуэлъыжауэ къауплъэкIури кIуэжащ.
– Жылэу дыкъызыхуэкIуар мэжейри зэхэлъщ. Я джэдыр мэкъакъэ, я къазыр мэпщIыпщI. Уи гъащIэм плъэгъуам нэхъ хьэлэмэтщ, – жаIащ ЩогъурыжьитIым.
«Дэхъушокъуэм пцIы къытхуеупс», – жаIэщ аби, асыхьэтым Дэхъушокъуэр кхъужьей щIагъым ирашалIэри и щхьэр палъащ. Пщэдджыжь нэхулъэм деж дзэр жылэм къекIуалIэри къаувыхьащ. Зауэ хъури жылэр хьэлэч ящIащ.
ЯукIынури яукIхэри, дашынухэри дашащ. Гъыбзэм халъхьащ мыпхуэдэу:
Джаурыдзэм я фоч фIыцIэжьыр
ЩIакIуэ фIыцIэм трагъэлъалъэ.
Нэпс зауэр къыдэлъэлъэхыу
Къарэмырзэ и къуэр ди пэшым
КъыщыхагъащIэ.
Гуащэхъурейуэ лэгъунэ щIэсыр
Джаурыжьым я шэ фIыцIэжьыр
Нэхущэм къыттрагъэлъалъэ.
Гъыбзэм и кIэр зэригъэтIылъыжыр мыращ:
КъуажэкIэу ди сэреижьыр
Шы лъабжьэкIэ къытхуагъэкъутэ.
Мы махуэр дуней къутэжыгъуэщ,
НыбжьыщIэр щызэбграш,
НэчыхькIэ дыкъэзышахэри
Махуэ Iейти, къытщхьэмыпэж.
…Щогъуру кхъуэджафэжьитIым
Дядэ и жылэр ятокIуэдэж.
Къарэмырзейр дыжылэ кIуэдщ.
Муслъымэным дащыремыгъупщэ.
Еуэри, хъуар щызэхахым, ХьэтIохъущокъуэмрэ Ажджэрий и къуэмрэ «жылэр ди зэранкIэ кIуэдащи, жылэм я лъыр тщIэжын хуейщ» жаIащ.
– Жылэм я лъыр даурэ тщIэжын. Арысейр дэ тхуэукIынкъым. Арысейр инщ. ЩогъурыжьитIымрэ Ермоловымрэ дыукIынщ, жылэм я лъыр тщIэжауэ ирехъу. ХьэтIохъущокъуэмрэ Ажджэрий и къуэмрэ а унафэр ящIащ. АбыкIэ зэгурыIуэри шууитIыр, щхьэж и гупыр щIыгъуу ежьэжащ. Мори шууищэ мэхъу, модрейри шууищэ мэхъу.
Ажджэрий и къуэр СемэнкIэ къыдэжри, тхыцIэм ирикIуэну нэсауэ гупыр къигъэувыIэри яжриIащ:
– Уэ гуп, былымыхьэ сыкIуэкъым, гъуэмылэхьэ сыкIуэкъым. Зишрэ зи Iэщэрэ зэтемыгъэпсыхьа фынэмыкIуэ.
Абдеж къигъэзаIауи къимыгъэзаIауи сцIыхукъым. Ермэлыхьэблэ Iухьащ гупыр. Ермоловым и шыбэр губгъуэм текIутати, кърахужьэри къежьэжащ.
– «Ажджэрий и къуэм уи шыр еху» жеIэ шыр зейм, – жриIащ шыхъуэм.
Шыхъуэр кIуэжри жриIэжащ:
– Ажджэрий и къуэм уи шыр еху. «Уи дзэр къешажьэ, сомыгъэху» къыбжиIащ.
– Аджэрий и къуэм си шыр ихуну щытыгъамэ, игъуэтт. Си шым хуейкъым, си псэщ зыхуейр. Сыт хуэдэми, си нэр къижу си былым езгъэхункъым, – жери шууищэ къыздришажьэри къежьащ Ермоловыр.
…Ажджэрий и къуэр къаплъэри къилъэгъуащ мо гупыр. Ахэри къызэрехьэжьащ. Езыри къыщIэпхъуэри закъригъэхуурэ шу гупыр хьэкIапсэ ирищIыхьащ. ИтIанэ игъазэри иригъэлъэлъэхащ, я щхьэр пиупщIащ. Ермоловым и щхьэр альтмакъым иралъхьэщ аби, къихьри гъыбзэр зыуса Елмысхъанымрэ Хъаний псыгъуэмрэ яритыжащ:
– Ермоловымрэ ЩогъурыжьитIымрэ дгуэшри, ЩогъурыжьитIыр ХьэтIохъущокъуэм лъысащ. Сэ къыслъысар мырати, и щхьэр мис. Фи лъыр фхуэсщIэжауэ абыкIэ арэзы фыхъу.
ЩогъурыжьитIыр иукIыну кIуауэ ХьэтIохъущокъуэр щыIэщ. Зы махуэ гуэрым ЩогъурыжьитIым гуп ящIыгъуу зэIущIащ, зэзауэри зыр абы щаукIащ. Зы Щогъурыр къэнащ. Абы екIуэлIапIэрэ Iэмалрэ хуигъуэттэкъым ХьэтIэхъущокъуэм. Нэгъуей щIалэ гуэр Щогъурым и екIуэлIапIэу зэхихащ. Нэгъуейм деж кIуащ.
– Мы Щогъурыжьыр уэ къокIуалIэ. Ар сыгъэукI. Щогъурыр сыбгъэукIрэ – шыуанэ зэтелърэ карабинэ фочрэ уэстынщ. СомыгъэукIрэ – сэ си Тхьэм и цIэкIэ соIуэ, Щогъурри сыукIынукIэ, уэри узукIынукIэ.
«АтIэ , си сыт хэкIуадэр шыуанэ зэтелъымрэ фочымрэ къызитмэ…»
КригъэувэлIащ къригъэукIыну.
– Мыпхуэдэ жэщым, – жиIащ нэгъуейм, – ПщIэгъуалэжь и лъапэм деж къэгъуэлъ. Сэ хъыбар уэзгъэщIэнщ. Щогъурым цей хужь щыгъщ, пщIэгъуалэ тесщ, хьэджафэ щIыгъущ.
А жэщыр къэсри, ПщIагъуэлэжь и лъапэм щеувэхри абы и гупэм къыщыгъуэлъащ ХьэтIохъущокъуэр. Карабинэ фочыр иIыгъыу йожьэ лъагъуэр къыздехым. Аурэ ежьурэ Щогъурыр къох, дзапэ уэрэд жиIэу. ХьэтIохъущокъуэр тэджащ:
– Хьэурэ хьитIым я кум къикIа, – жиIащ. – ЦIыхулхэр пшхыуэ, цIыхулъ уефэу, ахэм я гъыбзэр дзапэ уэрэду жыпIэу, Алыхьым и шэрихьэт къысхуэщIэ, муслъымэну къулайсыз пщIам я цIэкIэ!..
– Ай, джаур, дэнэкIэ сыкIуэми уэ сыпIэщIэкIыну къыщIэкIынкъым, – жери Щогъурыр къауэри ХьэтIохъущокъуэм къытехуакъым. ХьэтIохъущокъуэр уэри Щогъурыр иукIащ.
И пщIэгъуалэри къиубыдщ, жыгей щытым ирипхщ, и хьэдэми щIакIуэр трипхъуэжри, ХьэтIохъущокъуэр къакIуэри гупым къахэгъуэлъхьэжащ. Нэху къекIри гупыр къызэхэуващ:
– Ныжэбэ фоч уащ. ТIэу уащ. Зыми зыдгъэхъеякъым. Апхуэдэу дызэхэтынумэ, уэлэхьи гуп кIуэду даукIынкIэ, дызэтраукIэнкIэ.
– А зи унагъуэ, карабинэр гъуагъуэри Щогъурыр гъуэгащ…
ЛIы Iущ яхэтхэти, карабин зыIыгъыр езырат, къащтэри – уауэ, мылъэщIыжауэ, мыузэдыжауэ щытти, жиIащ:
– Уэлэхьи иукIакIэ.
Апхуэдэу жылэм илъ ящIэжащ. «ПсэупIэ мыр тхуэхъунукъым» жари абы къикуэшыкIыжхэри, Невинкэ адэкIэ тIысащ. Иджы абыкIэ щыс Къарэмырзей жылэ тIэкIуращ.
II. КЪАРЭМЫРЗЕЙР ЗЭРАГЪЭСАМ ТЕУХУАУЭ
ЖызыIэжар Бэч Мурат, Инжыджышхуэ (Беслъэн и къуэм и къуажэ).
Зытхыжар Мыжей Михаил
Дзэм яшхащ Къарэмырзейр. Урысыращ къезэуар. Согъур и къуэр пщым, Къарэмырзэ, и бийти, дзэр къришалIэщ аби, зэрырагъэпхъуащ жылэр. А пщыри яукIащ, гуащэри яхьащ. Пщым и сабийхэр фочым ирипхщ: «Алыхьым и Iэнэмэтщ. Алыхьым и ужькIэ Лабэжьым и Iэнэмэтщ» жери псым хидзэри псым ихьащ. Жылэ гуэрым ирихьэхауэ, фыз гуэрэ псыхьэ къэкIуауэ сабийхэм я макъыр зэхихри, жылэм цIыху гуэрэхэм яжриIэри, сабийхэр къыхахащ. Псэууэ къыхахыжащ. ИтIанэ бзылъхугъэр яубыдащ, инэралым и къуэм хуахьащ. Яшэри яукIащ…
Тау Жэбагъыи а жэщым абдеж щыIащ, яхэтащ, и ажал Алыхьым къигъэсатэкъыми икIи яукIакъым. Ажджэрий и къуэр къакIуэри, цIыхухэри хьэлэч хъуауэ, щымыIэжыIауэ, жылэр хьэлэч хъуауэ, сахуэу щилъагъум:
– АтIэ, мо къомыр щыкIуэдым, Тау Жэбагъы, уэ даурэ укъэна? – жиIащ.
– Сэ тхьэ соIуэ, сэ къуагъэнапIэ зызмыщIа, саукIынущ, жысIэу. Си ажал къэсатэкъыми саукIакъым. Ауэ сызэрамыукIар уигу къеуамэ, сыдэкIыжынщ, – жери къэшэсри къыдэкIыжащ Тау Жэбагъы (Таухэ я лъапсэр жыжьэ къыщыкъуокI, зэман жыжьэ).
Гуащэ яхьам уэрэдым хилъхьэжащ а Согъурыр: «фэжьитIыр игъащIэм тхьэгъэпцI джафэжьщ» жери.
III. ЩОГЪУР И КЪУИТIЫР ЗЭРАУКIАРЖызыIэжар Хьэбэчыр Азэмэт, Инжыджышхуэ (Беслъэн и къуэм и къуажэ).
Зытхыжар Мыжей Михаил
Пащтыхьым дзэ къригъэкIуалIэри Къарэмырзей хьэлэчу зэтриукIащ. Щогъур и къуитIри а къуажэм щыщт, офицер хуэдэу еджахэт. Абыхэм я бзэгукIэ къуажэм зэтехуауэ зыкъыхуагъазэщ аби, дэсхэри зэтраукIащ, мылъкуу дэлъари яхьри кIуэжащ.
Щогъур и къуитIыр мы ди къущхьэхъумкIэ къыдыхьэри, Пыжьгуэным и лъапэхэм щыпсэут. А Пыжьгуэн и лъапэхэм деж бжэн щищ хуэдиз иIэу зы нэгъуей лIыжь цIыкIу щыпсэут. Иджы а лIыжь цIыкIур абы зэрыдэкIыу, Щогъур и къуитIыр къакIуэт, бжэным хэплъэти джэдэхъу пшэр, бжэныбгъэ пшэр – апхуэдэу зыгуэрэ къыхалъэфт, фIабзт, ягъавэти, яхуэшхыр яшхт, адрей къэнар я алътмакъым иралъхьэти, мэзым щIыхьэжт.
Мы ди къуажэм дэсауэ жаIэ Дер и къуэжьитI жэуэ. А тIур хуабжьу фочауэу щытауэ жаIэ. …Дер и къуитIыр шэсщ аби, абыкIэ дэкIуеящ. А Щогъур и къуитIым я шыфэлIыфэр арат, жи: пщIэгъуалэ тест тIури, щIакIуэ ящыгъри хужьыбзэт , цей ящыгъри хужь защIэу хуэпахэт. Еуэри, Пыжьгуэн и лъапэ щыщIыхьэм, а нэгъуей лIыжь цIыкIум и пщыIэм хуэзащ.
– Мы дунейм шу зекIуэ къокIуалIэ-нокIуалIэ сыт щыIэ? – жари лIыжь цIыкIум еупщIащ.
– Уэлэхьи, къызэкIуалIэри икIи самыгъэпсэу мыпхуэдэу лIит гуэрэм, – жиIащ лIыжьым. – ПщIэгъуалэ тесщ тIурикI, я щIакIуэри хужьщ, я бащлыкъри хужьщ. КъокIуэ, зыхуейр хаубыдыкIри яшх. Си бжэн тIэкIур къуэслъхьэжыным сынагъэсащ.
– Иджы сытым къэкIуэну?
– Пщэдей, шэджагъуэ нэужьым къэкIуэнущ.
КъызэрыкIуэну гъуэгури къажриIащ лIыжь цIыкIум.
Дер и къуитIыр абы жэщым тесащ. Пщэдджыжьым жьыуэ заIэтри, нэхъыжьыр нэхъ дэкIуеиIуэри тIысащ, нэхъыщIэр мыдэкIэ къекIуэтэхри тIысащ. Зырызу зэбгъэдэдзауэ тIысахэщ.
Еуэри мо Щогъур и къуитIыр къокIуэ, езым хуауса гъыбзэр дзапэ уэрэду жиIэу: «Щогъур и къуитIу кхъуэлэпс ефам жылапхъи къытщIамыгъэн».
А нэхъыжьым деж къыщысым, фочкIэ еуэри ижьырабгъум щытар къриудыхащ. Модрейр, шыр къидыдыкIри къыщIэпхъуа щхьэкIэ, нэхъыщIэм деж къызэрысу, ар еуэри иукIащ. Апхуэдэу Щогъур и къуитIыр Дер и къуитIым яукIащ.
P.S.
Хьэкъун Риммэ
СЕВМЫГЪАФЭ ЛАБЭПС
Севмыгъафэ лабэпс, севмыгъафэ, –
Сабий хьэдэхэм ар я гъэпскIэпсщ.
Хы ФIыцIэжь и бдзэжьей сIувмыгъахуэ, –
Лъэпкъым и лыр хуащIат абы Iус…
Гъэр ищIащ Кавказ зауэм акъылыр:
ХэкIуэдам сыралIыкIуэу къысщохъу,
Сызэрыхъурэ балигъ согупщысыр,
ПсэкIэ хейм ишэчар схуэмыгъэгъу.
УщызекIуэм Тенджыз ФIыцIэ Iуфэ
Уи лъэ макъыр уэ, кхъыIэ, гъэцIыкIу.
Псалъэ макъыр, солъаIуэ, гъэлъахъшэ,
Ар адыгэхэм я кхъэ гущIыIущ.
ЯукIар ягъэIуащ лъэпкъ щхьэфIэбзу,
Зэрапхъуэжым хъунщIакIуэ фIащащ.
ХужаIащ имыIауэ щIэнхабзэ,
ХьэкIэкхъуэкIэу ар тхыдэм хатхащ.
Зэм улIащ, си лъэпкъ, уихьри топышэм,
Кхъэншэ уащIри уэ тIэулIэ ухъуащ,
Ухэхэсу улIащи – ар щащIэщ,
Тхыдэ пцIышэм еплIанэм уихьащ.
БлэкIа гъащIэу хъужахэр ди хъищэ
Тызогъазэри щIызоджыкIыж,
ЛъыпскIэ птха тхыдэр, уэ си лъэпкъ дыщэ,
Сэ си нэпсхэмкIэ тызотхыкIыж.
Севмыгъафэ лабэпс, севмыгъафэ, –
Сабий хьэдэхэм ар я гъэпскIэпсщ.
Хы фIыцIэжь и бдзэжьей сIувмыгъахуэ, –
Лъэпкъым и лыр хуащIат абы Iус…
Комментарии 0