Лъэпкъым и бын, Урысейм и вагъуэ
«Идет эта песня, ногам помогая,
Качая штыки, по следам Улагая,
То чешской, то польской, то русской речью -
За Волгу, за Дон, за Урал, в Семиречье».
В.А. Луговской «Песнь о Ветре» 1926 г.
Адыгэ лъэпкъым и лъэужьым уздемыжьагъэхэ щIыпIэ куэдым ущыхуозэ. Хэт и гугъэнт мы уэрэдыр зыхуатха лIы цэрыIуэр- пащтыхь къэралым иригъэкIуэкIа зауэ куэдым и лIыхъужьыр, белогвардеецыр, дзэ хужьым и генерал-лейтенантыр, Врангель, Деникин, Корнилов сымэ я Iэ ижьу ядэзэуауэ, къэзакъыдзэм и дзэпщ пашэхэм я нэхъыфIхэм хагъыхьэ Улагай Сергей Георгий и къуэр адыгэ лъэпкъым щыщу??
Мы къедбжэкIар зы мащIэ къудейщ, нэхъ гъэщIэгъуэныжыр абы и гъащIэращ. Совет зэманым идеологие щхьэусыгъуэкIэ нэмыплъ зрата, тхыдэм и «къуагъым къуалъхьэжа» цIыхухэм ящыщщ мы лIыр. Сыту жыпIэмэ, ар зыхуэзэуари, зи гъащIэ зыхуиусари, зи икърарым емыпцIыжу къулыкъу зыхуищIари, и псэр IутыхукIэ ихъумэну тхьэлъанэ зыхуищIари – Урысейрат. Нып плъыжьым и жьауэм щIэт властыр къэкIуа и ужьи, абыхэм я кIэныр нэхъ къокI жэуэ, тхьэлъанэ итам епцIыжакъым, атIэ и гъащIэр зыпэрыта Iуэхум триухуащ. ГъэщIэгъуэнщ Улагай и гъащIэр. Нобэрей ди тхыгъэмкIэ зэрытхузэфIэкIкIэ нэIуасэ фыхуэтщIынущ абы и гъащIэ гъуэгуанэхэм и Iыхьэ нэхьыщхьэм. Ди жагъуэ зэрыхъущи, псори зы газет напэ кIуэцIым идгъэхуэфынукъым, езы Улагай и гъащIэм теухуа тхыгъэхэри къызэщIакъуэж къудей. КъызэщIэзыкъуэжым и нэхъыбэр къэзакъщ, сыту жыпIэмэ мы адыгэлIым пщIэрэ щIыхьыу къэзакъыдзэм деж щиIар псалъэкIэ пхужыIэнукъым. Нобэ къыздэсым ящыгъупщакъым Улагай теухуа уэрэдхэр, абы и нэIэ щIэта дзэ къудамэри, операцэ зэфIихахэри тхыдэм къызэрыхэщыжыр «Улагаевскэ» цIэм и жьауэм щIэтущ. Аращи, тфIэигъуэу къыдолъытэ апхуэдиз пщIэ Урысейм щызыгъуэта адыгэлIым и хъыбарыр и лъэпкъми яцIыхумэ.
Генерал-лейтенант Улагай Сергей Георгий и къуэр жэпуэгъуэм и 31-м (жьымкIэ 19-м) 1875 гъэм къэхъуащ. Шкуро В. зэритхыжымкIэ ар къыздэхъуар иджырей Горячий ключ къалэращ, тхыдэ-къэхутакIуэ Вершигора А. зэрыжиIэмкIэ – Чугуев къалэращ. Дауэ щымытми, тхыдэтххэр псори арэзы зэрытехъуэмкIэ, Улагай къызэрыхъухьар черкес офицер, шапсыгъ уэркъ Улагай Ислъам-Джэрий Щыхъым и унагъуэращ. Ислъам-Джэрий чристан диныр къищта и ужь Георгий Викторович цIэр къыфIащауэ щытащ. Мыбы утепсэлъыхькIи жыIэпхъэщ, Ислъам-Джэрийр лIыгъэ зыхэлъ офицер щыпкъэу зэрыщытар, илъэс 16 нэхъ мыхъуауэ щихъ Георгийм и орденым и е 4-нэ нагъыщэр къызэрыхуагъэфэщар. ИужькIэ ар нэсащ штабс-капитан лъэгапIэм. 1877-1878 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Тырку зауэм хэкIуэдауэ щытащ. Дунейм ехыжа и ужь, полковник цIэр къыфIащащ. Ислъам-Джэрийм къыщIэнащ къуиплI: Анатолий,Албэч, Исмэхьил, Сергей жэуэ. Исмэхьилри офицеру щытащ, Анатолийр 1903 гъэм къэзакъыдзэм и шууейхэр здызэпеуэ зэхьэзэхуэм хэкIуэдауэ щытащ.
Сергей иIыгъар чристан динщ, абыи зы щхьэусыгъуэ иIэщ. Улагайхэ я лъэпкъым шапсыгъыр ябгынэн къахудэхуащ Бзиикъуэ зауэм щыгъуэ. А зэманым Улагай лъэпкъыр яхэтIысхьэжащ натхъуэджхэмрэ къэзакъ станицэ Суворов-Черкесскэмрэ. Зыхэсари, къулыкъу зыдищIари хамэ лъэпкъыу щытми, и лIыгъэмкIэ, икърарымкIэ, щыпкъагъэмкIэ Сергей къэзакъ куэдым ящхьэщыкIри, Урыс-Япон, Япэ дунейпсо зауэжьым жэуэ лIыхъужьу зэуэн хузэфIэкIащ. Париж и Iэгъуэблагъэм деж Сент-Женевьев-де-Буа кхъэм дэт Сергей и сыным тетщ «Ген-лейт. Сергей Улагай 1876-1944 Вечная память Русскому Воину» жэуэ.
АтIэ дауэрэ адыгэлIыр апхуэдэ лъэгапIэхэм зэрынэсар, Деникинрэ Врангелрэ и чэнджэщ языхьэлIэф зауэлI бэлыхь къызэрыхэкIар? Мы упщIэм и жэуапыр къыщебгъэжьэн хуейщ 1895 гъэм. А илъэсым «Михайловский Воронежский» жыхуиIэ кадет къудамэр Сергеймрэ и къуэш нэхъыжьымрэ къаухри, я анэ Алимерт Ольгэ Иван и пхъум и чэнджэщкIэ Кубанскэ къэзакъыдзэм къулыкъу щащIэну макIуэ. Ольгэр нэгъэсауэ бзылъхугъэ Iущу къыщIэкIащ. И щхьэгъусэр яукIыу, бынунагъуэр и щхьэ закъуэу ипIын къыхудэхуами, ар къикIуэтакъым, дэтхэнэ и къуэри (игъуэ нэмысу хэкIуэда Анатолийм щымыхъукIэ) гъуэгу захуэм лъэ быдэкIэ тригъэуващ.
Дауэми, 1897 гъэм «Сотня элитного Николаевского кавалерийского училища» жыхуиIэр Сергейм къеух. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ мыр дыдэращ здеджауэ щытар урыс усакIуэ цIэрыIуэ Лермонтов Юрий, ауэ а зэманым училищэм зэрихьар нэгъуэщI цIэщ. Абы и ужь а гъэ дыдэм Сергейр Кубанскэ къэзакъыдзэм и Хоперскэ полкым хохьэ. Илъэс зыбжанэ токIри, сотник цIэр къыхуагъэфащэ, Варшавэ дэт къэзакъыдзэ къудамэм къулыкъу щищIэну ягъакIуэ.
Урыс-Япон зауэр щыщIидзэм, Сергей хуабжьу хуэпабгъэу щIидзащ абы кIуэну. АрщхьэкIэ апхуэдэ лъэкIыныгъэ игъуэттэкъым: япэрауэ зауэр здекIуэкIыр езыхэм къулыкъу здащIым пэжыжьэт, етIуанэрауэ, зыхэт полкыр Варшавскэ военнэ хэгъуэгум и командущэм и хъумакIуэхэм ящыщт. Абы къинэмыщIу, Маньчжурием кIуэну хуейр куэдыIуэ хъуати, военнэ министерствэм унафэ щхьэхуэ къыдигъэкIауэ щытащ, зауэм пэрыт дзэхэм нэгъуэщI зауэлI ямыщтэжыну. Ауэ абыи къигъэувыIакъым Сергейр. Зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр къызэрырату, ар Маньчжурием макIуэри, тхьэмахуищым и кIуэцIкIэ мыувыIэу Iуэхум и ужь итщ, зауэм пэрыт дзэ къудамэхэм захримыгъатхэу увыIэкъым.
Арами, япэ зэхэуэ дыдэм 1904 гъэм и накъыгъэм (маим) и 12-м Сергейр уIэгъэ къащI, и бгъэм шэ кIуэцIрокI. Абы къимыгъэувыIэу, адэкIэ мэзауэ. И лIыгъэм папщIэ, къыхуагъэфащэ щихъ Аннэм и орденым и е 4-нэ нагъыщэр. А зауэм деж абы и закъуэкъым нагъыщэу къыхуагъэфащэр: 1905 гъэм щихъ Аннэм и орден е 3-нэ нагъыщэр зиIэр, щихъ Станислав и орден е 3-нэ, е 2-нэ нагъыщэхэр зиIэр , абыхэм псоми джатэхэмрэ бантхэмрэ я гъусэжу. Орденым джатэ зэригъусэм кърагъэлъагъуэу щытар, зыхуагъэфащэр лIыгъэ хэлъу зауэм и гуащIэгъуэ дыдэм зэрыхэтаращ. Апхуэдиз орден бжыгъэм къыбжаIэ, Сергейр нэгъэсауэ щхьэмыгъазэу Урыс-Япон зауэм зэрыхэтар.
Зауэм и ужь, подъесаул цIэр къызыхуагъэфэща Улагаир къэзакъыдзэм мэкIуэжри и къулыкъум пещэж. А зэманым дивизионным и хеящIэхэм зэрыхагъыхьам къыуегъэлъагъу абы пщIэ къыхуащIу зэрыщытар.
1913 гъэм и жэпуэгъуэм (октябрым) и 24-м щыщIэдзауэ Сергей дивизионым и е 2-нэ сотнэм и унафэщIщ. И къаруи и гъащIи къулыкъум етауэ мэпсэу а зэманым Улагаир. Унагъуэ ищIын хущIыхьэкъым.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, 1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм щIедзэ. Ипэ махуэхэм щыщIэдзауэ зауэм пэрыува дзэм хэтщ Сергей, щихъ Аннэм и орденым и е 2-нэ нагъыщэри джатэ и гъусэу къилъэщын хущIохьэ. Ауэ абы арэзы ирихъукъым Улагайр, сыту жыпIэмэ, нэхъыбэу зыхэтыр зэхэуэ цIыкIухэт, зауэшхуэр здекIуэкI гъунапкъэхэм пэрыт дзэхэм яхэттэкъым. И лъэIу тхылъхэр ирегъэхьри япэ «Кавказская туземная дивизия» жыхуиIэм, иужькIэ генерал Вельяминов и цIэр зезыхьэ е 1-нэ полкым щозауэ. А зэманым полкыр зыхэт дивизием и унафэщIщ генерал-майор Красновыр. Абдеж Сергейм къыхуагъэфащэ есаул цIэр. 1915 гъэм и гъэмахуэ мазэхэм Улагай Линейцхэм я дивизионым и унафэщIщ Савин, Чукчица къуажэхэм деж щозауэ, нэмыцэдзэм япэщIэтщ. Чукчицэ къуажэм деж Сергей и нэIэ щIэт дивизионыр нэмыцэхэм зэрымыщIэкIэ тоуэри, хьэлэчыр хелъхьэ, къэбгъэрыкIуэ дзэр къегъэувыIэ.
Мыбдеж жыIэпхъэщ апхуэдиз лIыгъэ къызыкъуэкIа Сергей и цIыху щытыкIэкIэ укIытэхыу зэрыщытар. Дапхуэдэу лIыгъэ мыарму зэрихьами, ар ину игъэIуну фIэфIтэкъым, адрейхэм хуэдэу зигъэпIийтэкъым. Абы щыхьэт тохъуэ ищхьэ командущэм къыбгъэдэкIыу Сергей и унафэщIхэм тхылъ къахуэкIуар. Абы итщ: «Чукчицэ деж нэмыцэдзэм узыфIэмыкIыжыну хьэлэчыр халъхьащ, лIыгъэ хуабжьи зэрахьащ ди дзэхэм. Абдеж къызэтрамыгъэувыIамэ, къэбгъэрыкIуэ биидзэр хуабжьу зэран къытхуэхъунут. Ауэ, абы къыдэкIуэу, апхуэдэ лIыгъэшхуэ зэрахьам и хъыбарыр зэрымыщIэкIэщ къызэрытлъэIэсар, армыхъумэ фэ къыджефIакъым. ДяпэкIэ тхылъ къытхуевгъэхьхэм деж апхуэдэ лIыгъэ зефхьэр фымыущэху». Апхуэдэ къабзэу Сергей и укIытэхагъыр уегъэлъагъу абы къыщIэна зы сурэт закъуэм. Дапхуэдиз нагъыщэ имыIами, абдеж хэлъыр зы закъуэщ- Георгиевскэ жорыращ.
Улагай и дивизионыр хэтащ Брест-Литовск быдапIэр зыхъумахэм, Полесье щIыпIэм зауэ щекIуэкIам, Пинскэ шэдылъэ щIыпIэхэм. А шэдхэм деж австро-нэмыцэхэр дивизионым къеухъуреихьри, биидзэ эскадрон зэтраупщIатэ, абы и ужь генерал Брусилов А. и нэIэ щIэт е 8-нэ дзэм хэту бийм здебгъэрыкIуэм, Улагай и дивизионыр нэмыцэхэм яхолъадэри хьэлэчыр халъхьэ. Апщыгъуэращ генерал Драгомировым Улагай и дивизионым папщIэ щитхауэ щытар: «Линейцы способны не только рубить, но и изрубить» жэуэ. А зэхэуэм папщIэ Сергей къыхуагъэфащэ «За храбрость» жэуэ зытет дыщэ Iэщэр.
Абы и ужь, тхыдэм цIэрыIуэ щыхъуа Луцкэ (Брусиловскэ) зэхэуэм деж Улагай и къэзакъыдзэ сотнитIыр и гъусэу Стоход псым зэпросыкIри, урыс лъэсыдзэ гъуэлъар къагъэтэджыжын папщIэ, шыхэм къопсыхри лъэсу нэмыцэ пулеметхэм пэщIолъадэ. Дивизием и унафэщI Краснов итхыжауэ щытащ: «Нэмыцэхэр къигъэуIэбжьащ ялъэгъуам: щхьэмыIэту ягъэгъуэлъа лъэсыдзэм къэзакъ бащлыкъ плъыжьхэр лъэсу ящхьэпрыкIри, фочышэкIэ нэмыцэхэр зэтраухъуанщIащ. Ар зылъэгъуа ди лъэсыдзэр къэгушхуэжри, мыжурэпэкIэ бийм зрадзащ». Мы зэхэуэм теухуауа теплъэгъуэхэр къэзыпщытэжа тхыдэтх Стрелянов П. и тхыгъэ «Кубанские офицеры в Луцком прорыве и летнем наступлении Юго-Западного фронта 1916 года» жыхуиIэм деж етх а лIыгъэм и фIыщIэу, Георгий и жорым и е 4-нэ нагъыщэр Улагай Сергей къыхуагъэфэщауэ. Шкуро В. зэритхыжымкIэ, орденым ипкъ иткIэ, Сергей къыхуагъэфащэ полковник цIэр.
А зэманым Улагай илъэс 42-м итт. 1916 гъэм и дыгъэгъазэ (декабрь) мазэм хуэкIуэу, е 1-нэ линейнэ полкым и офицерихыр Георгий и дыщэ Iэщэм и кавалер хъуагъыхэт, къыкIэлъыкIуэ щIышылэ (январь) мазэм Улагай Сергейми ар дыдэр къратащ. Тхыдэтххэм ягъэбелджылы адыгэ щIалэм Георгий и орденымрэ дыщэ Iэщэмрэ псом и ужь къыщIратар зи щхьэусыгъуэр абы и укIытэхагърауэ. Нэмысрэ IэдэбрэкIэ зэтеубыда щIалэр щхьэмыгъазэу зауэт, ауэ фIыщIэ и IуэхукIэ адрейхэм закъыхигъэщыну фIэфIтэкъым. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ, Урыс-Япон зауэм зэрыIухьэу игъуэта уIэгъэм мыхъумэ, иужькIэ куэдрэ зы уIэгъи игъуэтыжакъым Сергей.
Дивизионым и унафэщIым къыщымынэу, Улагай полкым и хеящIэхэм я тхьэмадэт. Линейнэ полкыр дзэм и нэхъыфIхэм ящыщт, абы къулыкъу щызыщIхэр Урысейм и офицер нэхъ щыпкъэхэрат. 1914-1918 гъэхэм екIуэкIа зауэм деж нэхъ лIыгъэ къызыкъуэкIари ахэращ.
Апхуэдэурэ кIуэурэ, 1917 гъэм къэралыр зэхэтхъуа хъуащ. Гъатхэпэм (мартым) и 25-м Улагай линейнэ полкым, иужькIэ е 2-нэ Запорожскэ полкым жэуэ я унафэщI къалэнхэр игъэзащIэу трагъыхьэ. Мазэ зыбжанэ токIри, е 2-нэ Запорожскэ полкым и унафэщI ящI.
«Полкым саригъусэу къэткIуа гъуэгуанэхэм, къызэднэкIа тхыдэм хуэдэщ щIэблэр зыщIэтпIыкIыпхъэр. ГъащIэм сыт хуэдэ гугъусыгъу уримыгъэзами лъабжьэ къытхуэхъун ныбжьэгъугъэ, гъэсэныгъэ къыдитащ полкым, нэгъэсауэ дипсыхьащ»,- игу къегъэкIыж езы Улагай.
Мазае (февраль) зэрыхьзэриймрэ цIэрыIуэ хъуа «Приказ №1» жыхуиIэмрэ къэралыдзэр зэрызэпкърагъэхужым Улагай арэзы техъуакъым. ЖыIэпхъэщ, ар и гупсысэкIэкIэ монархисту зэрыщытар, иужькIэ хэкум щикIыжами «Горский монархический центр» жыхуиIэм и пашэхэм зэрахэтар.
1917 гъэм и шыщхьэIум (августым) и кIэм генерал Корниловыр большевикхэмрэ революцэмрэ щыпэщIэувэкIэ, Улагай абы зыщIегъакъуэ. Ар и щхьэусыгъуэу адыгэ щIалэр полкым и унафэщI IэнатIэм къытрашри, хьэпсэм ирадзэ. АрщхьэкIэ жэпуэгъуэм (октябрым) большевикхэм властыр яубыда и ужь ар къыщIопхъуэжри Псыжь хэгъуэгум макIуэ, абдеж «Добровольческое движение» дзэр зэхуэшэсыныр къезыхьэжьахэм ящыщщ. Акъыл нэгъэса зиIэ Сергей елъагъу дзэ къызэрагъэпэщым офицер щымыхъукIэ, къэзакъ къызэрыкIуэхэр зэрыхэмытыр, абы къыхэкIкIэ, къызэрыкIуэ цIыхухэм закъызэрыщIамыгъэкъуэнур къыгуроIуэ. Ар дыдэр игу къегъэкIыж а зэманым Псыжь къэзакъыдзэм и атаману тета Филимонов Александр: «Герман зауэжьым и лIыхъужь полковник Улагай кърихьэжьауэ щытащ а Iуэхур, ауэ дзэм офицер фIэкI къызэрыхэмыхьэр щилъагъум, жиIащ апхуэдэдзэм къэкIуэну махуэ зэримыIэр. Абы жиIам арэзы техъуащ генерал Черный». Дауэ щымытми, 1918 гъэм и щIышылэ мазэм хуэкIуэу, Сергеей къызэрегъэпэщ псыжь къэзакъ батальон, хэтым и нэхъыбэр офицеру. И ужьым абы «улагаевский батальонкIэ» еджэу щIадзэ. Гъатхэпэ (март) мазэм къэзакъыдзэхэр зэроубыдри, цIэрыIуэ хъуа зэхэуэмкIэ Ектатеринодар йобгъэрыкIуэ. Абдеж Улагай уIэгъэ хьэлъэ къащI. А зэхэуэ дыдэм деж Корнилов Лаврыр яукIри, дзэ зэрагъэпэщар ТэнкIэ (Дон) къокIуэтыж. И ужьым Сергей къэзакъ дивизие къызэрегъэпэщри, генерал-майор цIэр къыхуагъэфащэ. Дивизием фIащ «улагаевская дивизия» цIэр, Улагай и пашэу ар хэтщ Псыжь хэгъуэгум, Тэрч, нэгъуэщI Кавказ щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм.
Врангель П. етхыж: «Улагаир цIыху пэжт, военнэ Iуэхум нэгъэсауэ хэзыщIыкIт, офицерхэми къэзакъхэми фIыщIэшхуэ къыхуащIт. Зыгуэрым и ужь ихьамэ, ар нэгъэсауэ, икъукIэ хъарзынэу зэфIихт». Куэд темыкIыу, Деникин и унафэкIэ Псыжь къэзакъыдзэм и унафэщI Шкуро трагъэкIри, Улагай трагъыхьэ. «Шкуро и пIэкIэ тезгъэхьащ зауэлI бэлыхь, политикэр зыгъэIэщIыбу нэгъэсауэ зэтеубыда Улагай Сергей»,- къыхощыж Деникиным и гукъэкIыжхэм. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ, а зэманым офицер бэлыхь куэд яхэтащ къэзакъхэм. Арами, апхуэдэ фIыщIэ зыхуагъэфэщар псыжь адыгэхэм ящыщщ. Абы папщIэ зыми мыарэзыныгъэ къыхигъэщакъым, уеблэмэ псоми яфIэфI хъуащ апхуэдэ щытыкIэр.
Абы щыхьэт тохъуэ Улагай унафэщI ящIа и ужь дзэм зэраIущIа теплъэгъуэр. Ар итхыжауэ щытащ Лабинскэ полкым и унафэщI Елисеев Ф.: «МафIэгу къэкIуам лъэ псынщIэу къикIащ дзэпщыр. Абы щыгът адыгэ цеищхъуэр, хъурыфэ пыIэри щьэрыгът, хьэзырхэм къинэмыщIу, нэгъуэщI зы цIыугъэни, фэрыщIыгъэ нагъыщи дзэпщым и бгъэгум кIэрылътэкъым. Езыр и теплъэкIэ илъэс 40-хэм ит бгырыс щIалэт, адыгэ уэркъхэм зэращыщыр плъагъут. Дзэ къызэхэувам захуигъазэри фIэхъус щарихым, жыIэгъуейщ къэзакъхэр зэрыгуфIар. Абыхэм уафэм нэс яIэтащ я дзэпщыр».
Ауэ псори дэрэжэгъуэтэкъым къэралым деж. Улагай дзэпщ щащIа зэманрат къэралым деж дзэ хужьыр щызэпкъырылъэлъыжыпэр. Арами, адыгэ дзэпщым и нэIэ щIэт къэзакъыдзэр зэбгырыкIыжкъым, ар и гъусэу Псыжь хэгъуэгум кIуэцIрокIри, ТIуапсэкIэ макIуэ. Улагай и дзэ закъуэмкIэ пэщIэтыфынутэкъым къару зыгъуэта плъыжьыдзэм, нэгъуэщI къару зыкъыщIэзыгъэкъуэни щыIэжтэкъым.
Дауэми, 1920 гъэм и гъатхэпэ мазэм Улагайр иреджэ Деникиным. Кърымым деж дзэ хужьым и унафэщIу трагъыхьа Врангелыр къолъэIури, Улагай къэзакъыдзэр нэгъуэщIым IэщIелъхьэри, Врангелым и дэIэпыкъуэгъуу мэкIуэж. Алъандэрэ зэтегъэпсыхьауэ иIыгъа къэзакъыдзэр къызыхуигъэнахэм я зэранкIэ плъыжьыдзэм зыхуатIри иныкъуэр хэкум йокIыж. Абы и ужь Iуэхугъуэ куэдым хэтыжащ адыгэ щIалэр, а псом я гугъу тхуэщIынкъым зы газет напэкIэ. Ауэ, къыхэгъэщыпхъэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ «Улагаевский десант» зыфIащыжауэ щытар. Генерал-лейтенант Улагай зи пашэ дзэр Псыжь къихьауэ щытащ къэзакъхэм зыкърагъэIэтыну, ауэ ар яхузэфIэкIакъым.
Врангель итхыжауэ щытащ: «Къэзакъхэм пщIэ хуабжь къыхуащIт Улагай. Абы и щхьэ закъуэкIэ къэзакъхэр къызэщIиIэтэу и ужьым иту иришэжьэфынут. Къыпщыхъут абы и ужь псори иувэну, апхуэдизу фIыуэ ялъагъути, пщIэ къыхуащIти. Ар шууеидзэм и пашэ пщIымэ, абы хузэфIэмыкIын щыIэтэкъым». АрщхьэкIэ Улагайми хузэфIэкIакъым къэзакъхэр къиIэтын. «Улагаевский десант» зыфIащар хужьыдзэм и Iуэхугъуэ иужьрейхэм ящыщт. Плъыжьыдзэм и къарур зылъэгъуа къэзакъхэм зыкъаIэтын ядэжакъым. Арами, Псыжь хэгъуэгум деж закъримыгъэIэтыфами, къэзакъ мин 12 и ужьым иувэри, Кърым кIуауэ щытащ. Абы къыуегъэлъагъу адыгэлIым пщIэуэ иIар. Арат хужьыдзэм нэгъуэщI Iэмал щимыгъуэтыжым Улагаир щIагъэкIуар. ЯцIыхут абы хузэфIэкIыр нэгъуэщI зыми зэрыхузэфIэмыкIынур. А Iуэхугъуэм и ужь, Улагай дзэм къыхокIыжри хэкум йокIыж.
Япэ щIыкIэ ар псэуащ Сербхэмрэ Хорватхэмрэ я Пащтыхьыгъуэм, и ужьым Францием и Марсель къалэм Iэпхъуэжащ. «Повстанческая армия на Кавказе» жэуэ къызэрагъэпэщыну и ужь итахэм яхэтауэ ятхыж Улагаир. «Горский монархический центр» зэхыхьэ къызэрагъэпэщам и Iэтащхьэхэм ящыщ зыуэ къыхощыж. Ар дыдэм хэтауэ къыхощ Бекович –Черкасскэр, Къылыш-Джэрийр.
Тхыдэр къэзыхутэжхэм щызэхагъэгъуащэ щыIэщ Улагайхэ Сергейрэ Къасболэт и къуэ Кушыкурэ. Абы хагъэгъуащэкIэрэ, жаIэ Сергейр Албанием деж 1928 гъэм къэхъуа зэрыхьзэрийхэм хэтауэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэм деж вермахтым ядэIэпыкъуу щытауэ. Тхыдэтххэм нэгъэсауэ ягъэбелджылыжащ Сергейр апхуэдэ Iуэхухэм зэрыхэмытар. Уеблэмэ, ятхыж а зэманым щыIа «французское партизанское движение сопротивления «Маки» жыхуиIэм хэтауэ, абыхэм ядэIэпыкъуу щытауэ. Абы щыхьэт тохъуэ Улагай Сергей щытепсэлъыхькIэ, белоэмигрантхэм ямызакъуэу, совет къэралым щыщхэми абы и цIэкIэ Iей зэрыжамыIар.
Адыгэ лъэпкъым и къуэ, Урысейм хуэщыпкъэу къулыкъу хуэзыщIа Улагай Сергей дунейм щехыжащ Марсель деж, ауэ здыщIалъхьар Париж къалэм и Сент-Женевьев-де-Буа кхъэращ. Абы и кхъащхьэм тетщ : «Ген-лейт. Сергей Улагай 1876-1944. Вечная память Русскому Воину» жэуэ. Къэзакъ тхыдэтх Брацун (Вырубов) Егор мыпхуэдэу етхыж: «Екатеринодар къалэм деж Рашпилевскэ и урамым Улагай зыщIэса е 10-нэ унэр иджыри щытщ. 2009 гъэм унэр ягъэщIэрэщIэжауэ щытащ. Мы зэманым абы щIэсщ Псыжь къэзакъыдзэм и къудамэхэр.
Абы къыщымынэу, США-м 1974 гъэм Донской станицэм и къэзакъхэм штат Нью-Джерси и къалэ Петерсоным деж къэзакъ лIыхъужьхэм фэеплъ сын хуагъэувам хэтщ Улагай Сергей и цIэр.
Нобэ къыздэсым Улагай и кхъащхьэр Париж щыIэщ. Ауэ къынэмысауэ пIэрэ зэман Псыжь щIыгум и лIыхъужь нэсым и кхъащкIэр французыщIым къитшыжу ди деж къэтшэжыну? Хуэмыфащэу пIэрэ абы и цIэ Екатеринодар и зы урамым фIэтщмэ?» жэуэ.
Дауэ щымытми, Улагай Сергей и цIэр щыкIуэдыжакъым къэралым. Абы къытрищIыкIащ Булгаков Михаил и пьесэ «Бег» жыхуиIэм хэт Чарнота Григорий и образыр. Краснов П. и роман «Белая свитка» жыхуиIэм мыпхуэдэу хэтщ: «Шестой, предпоследний номер: «C.Machts: Tscherkessischer Zapfenstreich, - черкесская заря. Вечерняя заря русских черкесов ... Русских?.. Да, русских ... Разве они все эти доблестные Султан-Гиреи, лихие Улагаи, все эти мужественные люди с благородным характером не были русскими, верными слугами своего Государя?».
Сент-Женевьев-де-Буа кхъэм и щIыгум щыщ кхъащкIэщ щхьэщадзар Улагай и хьэдащхьэм. ЗэманыфIи текIыжащ абы и ужь. Ауэ адыгэлIым траухуа уэрэдым и пычыгъуэхэр къыхоIукI тхыдэ теплъэгъуэхэм. Зэхыуагъэх а зэманым щыIа зэрыхьзэрийм и макъхэр, къыуагъэцIыхуж лIыхъужьхэм я гъуэгуанэ щыпкъэхэр. А лIыхъужьхэм щIыхь иIэу яхэтщ адыгэ лъэпкъым и бын, Урысейм и вагъуэ Улагай Сергей Григорий и къуэр.
Тхыгъэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр итщ: «Георгиевские кавалеры – кавказцы на службе в кубанских казачьих частях» кубанский архивариус Шкуро В.И.; Рутыч Николай , «Биографический справочник высших чинов Добровольческой армии и Вооруженных Сил Юга России. Материалы к истории Белого движения М., 2002»
http://magazines.russ.ru/znamia/2007/2/sh16.html; «Черкес-рыцарь на службе России. Жизнь и судьба генерал-лейтенанта Сергея Георгиевича Улагая» Брацун (Вырубов) Егор; Казаков Аслан Владимирович, книга-справочник «Адыги (черкесы) на российской военной службе. Воеводы и офицеры середина XVI – начало XX в.», «Улагаи на Балканах»; В.И. Шкуро и А.Д. Вершигора сымэ я тхыгъэ щхьэхуэхэм.
Комментарии 0