Ди тхыдэм щыщ
Къэбэрдеишхуэм я лIыкIуэхэр Екатеринэ II и тхылъкъашэри къэкIуэжахэщ: мэкъумэшыщIэ щIэпхъуэжахэр зэгъэщIылIахэм иратыжыну. Мэздэгу урысыщIым зэрытетым щхьэкIэ зыкIи я Iуэху хэмылъу арат жэуапу къаритар.
1782 гъэм Кавказым тету къагъэкIуащ граф Павел Сергеевич Потемкин. Абы и къалащхьэу щытащ Екатериноград.
1787 гъэм и кIэм къэбэрдейхэр генерал Иван Горич-Бегидовым и дзэм хэту Псыжь щызэуахэщ, пщыхэу 46-рэ цIыху минитхурэ хъууэ. 1790 гъэм Батал-пащэ къэбэрдей пщыхэм къелъэIуащ шейхъ Мансур (Ушурма) гухьэу Урысейм езэуэнхэу. Къэбэрдейхэми, дагьыстанхэми, осетинхэми ядакъым шейхъ Мансур гухьэн, урысхэм езэуэн. Ар хуабжьу сэбэп хъуащ Батал-пащэ и корпусыр урысхэм зэрызэхакъутамкIэ. Батал-пащэ урысхэм заритащ. 1791 гъэм И. В. Гудович и дзэм хэту зэуащ къэбэрдейхэр. Анапэ къыщащтэм къыхэжаныкIахэщ Хьэмырзэ ХьэтIохъущыкъуэ зи командир къэбэрдей отрядыр. Урыс правительствэм саугьэт лъапIэхэр къаритащ. Офицер цIэ лъапIэхэр къыфIащащ къэбэрдей пщыхэу Сидакъым, Хьэмырзэм, Тэтэрхъаным, Наурызым, Мударым, Талъостэным, нэгъуэщIхэми.
Урысыдзэхэм а урыс-тырку зауэм къыщахьащ текIуэныгъэшхуэ. Портэм и дзэр зэхакъутащ, мамырыгъэ зэращIылIэну къыщIэлъэIуащ. А текIуэныгьэм лIыгъэ зэрыщызэрахьам папщIэ офицер цIэ лъапIэхэр пщыуэ 8-м къыфIащащ: Жамботымрэ Тепсэрыкъуэ Талъостэнымрэ — подполковник, Мысостым — премьер-майор, ХьэтIохъущокъуэм, Бэчмырзэм, Мысостым, Дол Мударым, Алъхъом, Мамболэт Алъхъом — секунд-майор, лIакъуэлIэшхэу 3-м — Къундентым, Инарокъуэм, Дударыкъуэ Шырыхъум — капитан. Абыхэм саугъэт къратахэм и щIыIужкIэ офицер цIэ къыфIащам теухуауэ я улахуэхэри хагъэхъуащ.
Пащтыхь къулыкъущIэхэм я унафэр зыгъэлъэщ сыт хуэдэ Iуэхугъуэми Кавказым щыщ гуащIэрыпсэухэр пэщIэувэрт. 1793 гъэм “родовой (пщы) судхэмрэ”, “расправэхэмрэ” (уэркъ судхэмрэ), Мэздэгу комендантым и кIэлъыплъыныгъэкIэ лажьэу щытахэр, Къэбэрдейм къыщызэрагъэпэща иужькIэ, къэбэрдейхэм ахэр къалъытащ лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ я хабзэм егъэлеяуэ къыхэIэбэныгъэу.
Пащтыхь правительствэм и колониальнэ унафэхэр
Къэбэрдейм лъэщ щызыщI судебнэ лэжьакIуэщIэхэр щыхахыну зымыдэу пэщIэува, зыкъэзыIэта зэщIэхъееныгъэм хэхутахэщ урысыдзэм лIыгъэ щызезыхьа пщы офицер цIэрыIуэхэу подполковникхэу ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил, Хьэмырзэ ХьэтIохъущыкъуэ, Мысост Аслъэнбэч, майор ХьэтIохъущокъуэ Адэлджэрий, нэгъуэщIхэри. Тхыгъэхэм къызэрагъэлъагьуэмкIэ, а зэщIэхъееныгъэм, урыс пащтыхьыдзэм щезауэхэм, цIыху минитI нэс зы зэманым къриубыдэу хэтхэт. Ар цIыхубэ зэщIэхъееныгъэт, пащтыхь колониальнэ политикэм и бийуэ зыкъаIэтат, абы хэтахэм, я социальнэ щытыкIэкIэ зэхуэмыдэ щхьэкIэ, я Iуэху еплъыкIэр зэтехуэрт.
Пщы-уэркъхэм, мэкъумэшыщIэхэм, унэIутхэм я псэукIэхэр зэтехуэу щхьэхуит псэукIэ яIэнкIэ Iэмал а зэманым щыIэнкIэ хъуну къыщIэкIынтэкъым. Ауэ щыхъукIи гугъэфI яIэу къыщIэкIынт пащтыхьымрэ пщы-уэркъхэмрэ я деж зы хуитыныгъэ гуэр къыщызыхьыфын зи мурад мэкъумэшыщIэхэм е абыхэм яхэхуэ пщылI зэкъуэтIакъуэм. А зэманым а псори гугъэу арати, пащтыхьыдзэхэм апхуэдэ зэщIэхъееныгъэхэр япэми зэрызэбграхуу, зэрызэтраукIэу щытам хуэдэу мыри зэхэкъутащ. ЗэщIэхъееныгъэм гъуэгурыкIуэм тету хэхуа пщы офицерхэр цIыхубэм унафэщI яхуэхъуагъэнкъым. Апхуэдэу ар щIэхъуар, ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил иужькIэ зэрыжиIэжамкIэ: “ЗэрымыщIагъэкIэ зыкъэзыIэтахэм зэрыхэхуарщ”.
Колониальнэ унафэр нэхъ ткIий зэрыхъуам XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм къишащ зыкъэIэтыныгъэ зыбжанэ, антиколониальнэ, антифеодальнэ щытыкIэ яIэу. ЗыкъэIэтыныгъэхэм я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу щытащ а зэманым Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ щыIэ хъуа социально-экономическэ, политическэ щытыкIэр. А зыкъэIэтыныгъэхэм нэхъыщхьэу хэтар колониальнэ режим гущIэгъуншэр зыхуэмышэчыж мэкъумэшыщIэ цIыхубэрщ. Ауэ зыкъэIэтыныгъэхэм хэтт пщы-уэркъхэм ящыщ цIыхухэри. Апхуэдэу щыт щхьэкIэ мэкъумэшыщIэхэмрэ пщы-уэркъхэмрэ я мурадхэр зыкIи зэтехуэртэкъым. МэкъумэшыщIэхэм бэнэныгъэ ирагъэкIуэкIырт колониальнэ хабзэхэмрэ пщы-уэркъхэм зэрахьэ залымыгъэхэмрэ я бийуэ. Пщы-уэркъ гъэпщылIакIуэхэр хущIэкъурт гуащIэрыпсэухэм я мыарэзыныгъэр езыхэм я классым и сэбэп зыхэлъхэм папщIэ къагъэсэбэпыну.
Пщы-уэркъхэм ящыщ языныкъуэхэр щIэмыарэзым и щхьэусыгъуэр къэбэрдеипщхэм я экономическэ, политическэ хуитыныгъэхэм пащтыхьыр зэрыхэIэбэрт.
Апхуэдэ щытыкIэр хамэ къэрал агентхэм къагъэсэбэпащ. ЩIыпIэм щыпсэу цIыхухэр абыхэм зэщIагьэстырт “джаурхэм” (урысхэм) къэзэуат зауэ ещIылIэным и бэракъым щIэту Урысейм и бийуэ Iэщэ яIыгъыну бэнэныгъэ ирагъэкIуэкIыну. Бэнэныгъэм къыхуеджэным къыдэкIуэу военнэ, материальнэ дэIэпыкъуныгъэ къратыну къагьэгугьэрт. Зи щIыбагъым персидскэ шахыр къыдэт грузин пащтыхьыкъуэ Александр 1803 гъэм осетин алдар Дударовым хуитха письмом хъыбар щригъащIэрт осетинхэмрэ къэбэрдейхэмрэ мылъкушхуэ къызэрыритынумкIэ. Урысеймрэ Персиемрэ зэзэуэн щIадза нэужькIэ (1804 гъэм), пащтыхьыкъуэ Александр къэбэрдей, осетин, нэгъуэщI феодалхэм захуигъэзащ урысыдзэхэр ирырамыгъакIуэу къурш гъуэгур зэхуащIыну икIи ахэр зэтраукIэну.
1802 гъэм Кавказ линием и дзэпщ нэхъыщхьэу П. Д. Цициановыр ягъэуващ. Ар военнэ щIэныгъэшхуэ зиIэ генерал щхьэмыгъазэт, акъылыфIэт. 1803 гъэм Кисловодск быдапIэмрэ редутыщIэхэмрэ щиухуащ, Псыжь адрыщIым и щхьэпрыкIыпIэр игъэбыдащ.
Цициановыр Кавказым къэкIуа иужькIэ къэбэрдейхэм родовой судхэр хамыхыжын мурад яIэу, а судхэм я унэ зытIущ якъутащ. Абы хъыбар ирагъэщIати, кIэщIу пщыхэр ириджэри ткIийуэ къажриIащ икIэщIыпIэкIэ псалъэмакъ хэмылъу российскэ унафэхэр ягьэзэщIэну. Пщыхэм абы псалъэ быдэ иратащ адыгэ лъэпкъыр ягъэмамырыну. Илъэс дэкIащ, кIыхьлIыхь ящIащ родовой судхэр хамыхыурэ. Iэпэдэгъэлэл ящIащ.
Къэбэрдей пщыхэм я “псалъэ быдэ” П. Д. Цициановым иратар зэрамыгъэзэщIам папщIэ абы къахуитхащ: “Дэнэ щыIэ фи псалъэ быдэ жыфIар, фи щхьэпс акъылыншэхэр зэтеукIэным куэдрэ фелIэлIэну? Фэ Алыхьышхуэм и пащхьэм КъурIэнымкIэ къыщыфщтащ псалъэ быдэ пэжу фыщытыну, илъэс псор вгъэкIуащ фымышынэу. Си лъыр къокъуалъэ лэгъуп мафIэ зыщIэлъым хуэдэу, хабзэр къэзыкъутэхэм я лъымкIэ фи щIыр згъэнщIыну сыхуэнэхъуеиншэщи, си Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр къызозауэ: сэ псалъэ стамэ, си гъащIэр щIэстынуми, згъэзэщIэнущ... Фыкъызэжьэ, сэ фэ вжызоIэ, сэ еызэрихабзэмкIэ, фэ фи лъыр мыжурэхэмрэ топышэхэмрэкIэ псыхэу згъэжэнщ; фэ фищIхэм щежэх псыхэр псы утхъуауэ ежэхынукъым, атIэ фи бынунагъуэхэм я лъымкIэ иIауэ, плъыжьу ежэхынущ” (Утверждение русского владычества на Кавказе. Тифлис, 1901, т. III, ч. I, с. 51).
1804 гъэм щыIа зыкъэIэтыныгъэр нэхъ восстанэ инхэм ящыщщ. Абы къыщIидзэньшкIэ щхьэусыгъуэ хъуащ Кисловодск быдапIэр зэраухуэмрэ родовой судхэм, расправэхэм я зи чэзу хэхыгъуэхэр зэрекIуэкIынумрэ. ЗыкъэзыIэтахэм къагъэувырт Кисловодск быдапIэр якъутэжыну, кордон линиер щамыгъэIэжыну. Къэбэр деипщхэм даIыгъырт апхуэдэ Iуэхугъуэхэр, сыту жыпIэмэ ахэр езыхэм я сэбэп зыхэлъхэм къезэгъырт.
Восстанэм къанэ щIагъуэ щымыIэу зэщIищтащ Къэбэрдей псор. Пащтыхь унафэщIхэм епIэщIэкIыу ягъэхьэзырырт къэбэрдейхэмрэ балъкъэрхэмрэ я хэкухэм дзэ ягъэкIуэну. Кавказ линием щыIэ дзэхэм я дзэпщ генерал-лейтенант Глазенап икIэщIыпIэкIэ зыпищIащ Кавказым щыIэ дзэхэм я дзэпщ нэхъыщхьэ пщы Цициановыр зыдэс Тифлис къалэм.
1804 гъэм апрелым и 2-м П. Д. Цициановым унафэ ищIащ зыкъэзыIэтахэр махуэ 15-м къриубыдэу “нэсу жыIэдаIуэ ящIыжыну”. Дзэ къигъэкIуэным и пIэкIэ абы къэбэрдейхэм прокламацэкIэ закъыхуигъэзащ, восстанэр икIэщIыпIэкIэ щагъэтын хуейуэ яхуигъэуву. Щамыгъэтмэ, ахэр щысхьыншэу зэхикъутэну жиIэрт дзэпщ нэхъыщхьэм.
1804 гъэм майм восстанэ къэзыIэтахэм я бийуэ къагъэкIуащ генерал-лейтенант Г. И. Глазенап и унафэм щIэту лъэсыдзэу батальоний, шуудзэ полкиплI, топу 24-рэ; майм и 9-м отрядым Бахъсэн къызэпиупщIри цIыху 1 500-рэ хъууэ восстанэ къэзыIэтахэр зыдэщыIэ щIыпIэм километри 10 хуэдизкIэ пэIэщIэу тафэм щытIысащ. ЕтIуанэ махуэм пащтыхьыдзэхэмрэ восстанэ къэзыIэтахэмрэ зэзэуащ. Мыгувэу зыкъэзыIэтахэр къикIуэтын хуей хъуавд, генерал Лихачев и сэлэтхэр и гъусэу абыхэм я щIыбагьым къызэрыдыхьам къыхэкIыу. ИкIуэтахэр пащтыхьыдзэхэм ирахужьащ.
Восстанэ къэзыIэтахэм епсалъэ.у зэрыщIадзам къыхэкIыу, зэзэуэныр пIалъэкIэ щагъэтащ. Къэбэрдей лIыкIуэхэм жаIащ “къахуигъэгъун папщIэ, икIи абы, Глазенап, нэгъуэщI мыхъуми иджыри зы жэщ-зы махуэкIэ Урысейм и джатэ шынагъуэр зэтриIыгъэну” елъэIуну къагъэкIуауэ. ЛIыкIуэхэм урыс генералыр къагъэгугъащ “псомкIи заумысыжыну икIи псомкIи арэзы хъунхэу”. АпщIондэхукIэ восстанэ къэзыIэтахэм къаруущIэхэр къахыхьащ. КъадэIэпыкъуну апхуэдэу къэкIуащ балъкъэр, осетин, къэрэшей гупхэр. Восстанэм и унафэщI къэгушхуэжахэм ядэжакъым зэпсэлъэныгъэр адэкIэ ирагъэкIуэкIыну.
Майм и 14-м пщэдджыжьым жьыуэ Глазенап дзэхэм унафэ яхуищIащ Шэджэм зэпрыкIыу восстанэ къэзыIэтахэм ебгъэрыкIуэну. Зауэр щаублащ Щхьэлыкъуэ псым деж. ЛъэныкъуитIми щыщу зауэм хэтащ цIыху мин 13-м нэблагъэ, абы щыщу мин 11-р восстанэ къэзыIэтахэрт. Псом япэу зауэм Iухьахэщ лъэсыдзэмрэ шуудзэхэмрэ, ахэр и нэхъыбапIэкIэ мэкъумэшыщIэ тхьэмыщкIэхэм ящыщт. Шэджэм, Щхьэлыкъуэ, Аруан псы Iуфэхэм Iус къуажэ пщыкIутIым щащIат щIытIрэ мывэ зэрыз гухэмкIэ къэухъуреихьа тIысыпIэ щэхурэ. СыхьэтиблкIэ зэзэуа иужькIэщ пащтыхьыдзэхэм восстанэ къэзыIэтахэм я быдапIэр къыщащтэфар. Восстанэ къэзыIэтахэм гул щхьэхуэурэ загуэшауэ къуажэ быдапIэхэмрэ чэщанэхэмрэ къыщызауэрт, ауэ IэщэкIэ фIыуэ зэщIэузэда пащтыхьыдзэхэм япэщIэтыфакъым. Восстанэр зэхакъутащ. Пащтыхьыдзэхэм къуажэ 80-м лъапсэрыхыр къыхуагъэкIуащ.
1805 гъэм Глазенап Бахъсэн аузым аргуэру щызэхикъутащ Мысостхэрэ ХьэтIохъущокъуэхэрэ я къуажэхэр. А генералым Цициановым и унафэр нэхъри егугъуу адэкIи игьэзэщIэну къыщIэкIынт, АстраханкIэ кърашу Гумкъалэ къыщылыда талоумрэ емынэмрэ хэкур нэщI зэрищIар мыхъуамэ. Абы и дзэр щIыгъуу карантинхэр къызэрагъэпэщыну ежьэжащ, уз Iейм зыщахъумэн щхьэкIэ.
XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Шэшэным къэбэрдей уэркъ языныкъуэхэр я мэкъумэшыщIэхэр ящIыгъуу щIэпхъуэжу зэрыкIуэмкIэ, абы я деж екIуэлIапIэрэ дэIэпыкъуныгъэрэ зэрыщагъуэтымкIэ арэзытэкъыми, пащтыхьым и мурадащ шэшэнхэм я бийуэ урысыдзэхэм зызыхуагьэхьэзыра зауэм къэбэрдейхэр хашэфын, урысхэм я гугъащ пщыхэм я мыарэзыныгъэ шэшэным хуаIэхэр къагъэсэбэпыну. Къэбэрдей пщыхэм ящыщ гуэрхэр Iуэхум хыхьахэщ. Отряд зэрагъэпэщащ. Ауэ щыхъукIи абыхэм зэхуашэса адыгэхэм шэшэнхэм езэуэн ядакъым.
Апхуэдэу урыс генералхэм я Iуэхур къызэрыкъутам щыхьэт тохъуэ 1807 гъэм февралым генерал А. С. Булгаковым И. В. Гудович деж иригъэхьа письмом икъукIэ и жагъуэ хъуауэ иритхар: “...хуабжьу си гум щIыхьащ генерал-майор Дельпоццо и рапортым ипкъ иткIэ шэшэнхэм я бийуэ ди дзэхэм ящIыгъуу увыну хьэзырыпсу щыта къэбэрдейхэр а IуэхумкIэ къызэрыдмыгъэсэбэпар; сэ си мурад псори зытеухуауэ щытар а лъэпкъитIыр зэфIэзгъэнэжу, бий зэхуэсщIу, а щIыкIэм тету ахэр къарууншэ згъэхъунырт”. А псалъэхэм белджылыуэ къагъэлъагъуэ “зэкIэщIэчи, тепщэ зыщI” жыхуиIэ къыхуеджэныгъэр къагъэсэбэпурэ, Кавказ Ищхъэрэм гъуэгу щыпхызышу щыта пащтыхьым и колониальнэ политикэр напэншагъэкIэ гъэнщIауэ зэрыщытар.
Пащтыхь правительствэм апхуэдэуи Iуэхугъуэ псори илэжьырт щIым щхьэкIэ къэбэрдейхэмрэ шэшэнхэмрэ яку дэлъ зэныкъуэкъуныгъэ кIыхьыр а лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр зэпсалъэкIэ мыхъуу, атIэ пащтыхь унафэщIхэр хэлIыфIыхьу зэфIигъэкIыну. Ар абы апхуэдэу щIищIыр абыхэм я Iуэхум хэIэбэн папщIэт. 1809 гъэм генерал Тормасовым С. А. Булгаковым унафэ хуищIауэ щытащ “а къэбэрдейхэм ныбжьэгъугъэ пыщIэныгьэ шэшэнхэм хуаIэн икIи епсэлъэн дэнэ къэна, атIэ абы къыщымынэу, ахэр сыт хуэдизкIи зэбийуэ зэрыщытыным хущIэкъуну”. Апхуэдэущ а лъэхъэнэм Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр урыс къулыкъущIэхэм зэрымыщIэу зэбийуэ зэрызэрагъэукIыну я мураду щытар.
1809—1810 гьэхэм щыIащ зыкъэIэтыныгъэ ин. Япэми хуэдэу, хамэ къэрал агентурэр хущIэкъурт зыкъэзыIэтхэр езыр зыхуей лъэныкъуэмкIэ иунэтIыну, абы папщIэ къезэгь щытыкIи щыIэ хъуат: урыс-перс (1804—1813 гъэхэм), урыс-тырку (1810—1812 гъэхэм) зауэхэр екIуэкIырт.
1809 гъэм сентябрым Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ агентищ къэкIуащ пащтыхьыкъуэ Александррэ ахалцихскэ Салим-пащэмрэ я манифестхэр яIыгъыу. Абыхэм я пщэ къралъхьат “урысей гъунапкъэхэм” зэгъусэу теуэн икIи пащтыхьыкъуэ Александррэ ахалцихскэ пащэмрэ “Грузиер зыIэрагъэхьэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъун папщIэ, къэбэрдейхэр, балъкъэрхэр, осетинхэр, шэшэнхэр ирагъэблэгъэну”.
1809 гъэм ноябрым Урысейм имыфI пщыхэм езыхэм я зэIущIэм кърагъэблэгъауэ щытащ Псыжь адрыщIкIэ щыIэ тыркудзэхэм я дзэпщым и лIыкIуэр. Iулъхьэ, къэгъэгугъэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къигьэсэбэпурэ, ар хущIэкъуащ тыркудзэхэм Урысейм драгьэкIуэкI зауэм адыгэпщхэр дэIэпыкъуэгъу щищIыну. Абы къыдэкIуэуи хъыбар ягъэIурт урысыдзэхэр зауэ IэнатIэхэм зэпы:мыууэ щызэхакъутэу икIи ахэр къанэ щымыIэу щызэхакъутэпэну зэманыр мыжыжьэжу, муслъымэн лъэпкъхэр Iэщэ яIыгъыу Урысейм и бийуэ зыкъаIэтыньш къыхуриджэу “сулътIаным и бэракъым иритхауэ”.
Тырку агентхэм къэбэрдейхэмрэ балъкъэрхэмрэ я ;деж бзаджагьэкIэ хъыбарыпцIхэр щагъэIурт урыс къулыкъущIэхэм абыхэм я “динымрэ хабзэхэмрэ” Iахыну, залымыгъэкIэ къэзакъхэм хатхэну, ахэр Сыбыр ягъэкIуэну, нэгъуэщI Iэджэхэри жаIэу. Пащтыхь къулыкъущIэхэм Кавказ Ищхъэрэм щрагъэкIуэкI колониальнэ унафэм къызэригъэпэщырт апхуэдэ пцIыхэр я фIэщ зыщIын щхьэусыгъуэхэр. А псом къыхэкIащ восстанэщIэ къаIэтыныр.
1809 гъэм октябрым Балъкъ псым деж къыщыхутащ IэщэкIэ зэщIэузэда цIыху мин зыхэт къэбэрдей гуп. Ар Кавказ линием теуэн хуейт, ауэ теуэныр зэкIэ ягъэтIылъащ. Ноябрым и япэ махуэхэм Балъкъ псым деж щызэхэта зэIущIэм щызэхалъхьащ восстанэ къэзыIэтахэм ящIэн хуейм и план: 1) 1810 гъэм и гъатхэр къызэрихьэу тафэм тес къэбэрдей къуажэхэр Бахъсэн, Шэджэм, Шэрэдж аузхэм, нэгьуэщIу жытIэмэ, Балъкъэрым ягъэIэпхъуэну; 2) щIымахуэр икIыхункIэ икIи цIыхухэмрэ Iэщымрэ къуршхэм гъэIэпхъуэныр зэфIэкIыхункIэ “российскэ гъунапкъэхэм зэуэн щыщIамыдзэну”.
АрщхьэкIэ восстанэ къэзыIэтахэр адэкIэ зэгурымыIуэж хъуащ. ГуащIэрыпсэу цIыхубэм ядакъым пщыхэм я сэбэп зыхэлъхэм щхьэкIэ зэуэн икIи 1809 гъэм Балъкъ, псым деж къыщащта унафэхэм едэIуэн. 1810 гъэм февралым мэкъумэшыщIэ унагъуэ мини 2-м я лIыкIуэхэм Къэбэрдейм и унафэщI генерал Дельпоццо лъэIукIэ зыхуагъэзащ япщхэмрэ я уэркъхэмрэ гущIэгъуншэу зэрыдакъузэм икIи зэрахъунщIэм къыхэкIыу къэрэхьэлъкъхэм линием зэпрытIысыкIыну зэрафIэфIым теухуауз. Мартым и пэщIэдзэм псори тафэ щIыпIэхэм ирагъэIэпхъукIыу зауэм щIадзэну пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэрамурадымкIэ хъыбар адэкIэ ирагъащIэурэ, мэкъумэшыщIэхэр щIэлъэIурт абыхэм я псэупIэхэр яхъумэн папщIэ, дзэ гуп икIэщIыпIэкIэ Къэбэрдейм кърашэну.
Пащтыхь правительствэр зыкIи хуейтэкъым пщыхэмрэ таубийхэмрэ я мэкъумэшыщIэхэмрэ пщылIхэмрэ ямыIэж ищIыну, абы къыхэкIкIи мэкъумэшыщIэхэм къаIэта Iуэхугъуэм унафэ тещIыхьыныр кIыхьлIыхь хъуащ икIи, икIэм-икIэжым, ар зэфIамыгъэкIыу къэнащ. Ауэ дауэ щымытми, 1810 гъэм апрелым и 14-м Къэбэрдейм карательнэ экспедицэ ягъэкIуауэ щытащ генерал Булгаковым и унафэм щIэту. Абы зэхэгъэкI имыIэу “мамыр” къуажэхэми “мымамырхэми” лъапсэрыхыр къахуигъакIуэрт, гъавэр игъэсырт, Iэщыр зэтриукIэрт икIи ирихурт. Зауэ нэхъ инхэр щекIуэкIащ Бахъсэн, Щхьэлыкъуэ, Налшык псыщхьэхэм. Апрелым Булгаковымрэ Дельпоццорэ я экспедицэм щыгъуэ къуажэ 200 ягъэсауэ, Iэщ мин 20 хэкум ирахуауэ щытащ.
С. А. Булгаковым и экспедицэм илэжьа гущIэгъуншагъэр, уеблэмэ, игу ирихьакъым Урысейм и военнэ министр Барклай де Толли. Абы генерал Тормасовым хуитхауэ щытащ: “Хъыбархэр уи фIэщ пщIымэ, къэбэрдейхэмрэ Псыжь адрыщIкIэ щыпсэухэмрэ я бийуэ екIуэкIа экспедицэр щытащ ахэр хъунщIэныгъэрэ я псэупIэхэр зэтегъэсхьэныгъэу; апхуэдэ зауэ гущIэгъуншагъзхэм а лъэпкъхэр гузэвэгъуэ иным хидзэкIэрэ, дэ дыкъалъагъу мыхъу ящI икIи, жыпIэнурамэ, а ди гъунэгъу лъэпкъхэм яхудиIэ щытыкIэм ахэр нэхъри дбгъэдегъэкIуэт а хэкум мамырыгъэ щыIэ хъуным и пIэкIэ”.
1809—1810 гъэхэм екIуэкIа восстанэхэр зэриуха щIыкIэр щыхьэт тохъуэ тепщэу щыт гъэпщылIакIуэхэм — пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я сэбэп зыхэлъхэр зыхъумэ пащтыхьыр я дэIэпыкъуэгъуу пщы-уэркъхэм кърах залымыгъзм къыIэщIагьэкIыну щыгугъа мэкъумэшыщIэхэр икъукIэ къапцIэу зэрыщытам.
И. Ф. Ртищевыр дзэпщ нэхъыщхьэу Булгаковым и пIэкIэ къагъэкIуа нэужьи урыс правительствэм и колониальнэ унафэр Къэбэрдей хэкум нэхъ кIащхъэ щыхъуакъым. Ауэ щыхъукIи И. Ф. Ртищевым и лъэхъэнэм къриубыдэу Къэбэрдейм урысыдзэхэмрэ къэбэрдейхэмрэ щызэзэуауэ тщIэркъым. Ар Ртищевым мамыру Кушыку дригьэкIуэкIа колониальнэ унафэм и шэсыпIэу щытащ. Ртищевым щабэу, мамыру пащтыхь колониальнэ унафэр Кавказ Ищхъэрэм зэрыщилэжьам Кушыку пщы уэлийм и щIыхьри ину къиIэтащ. А зэманым ирихьэлIэу Урысейм колониальнэ политикэм пэуву щыта пщыхэр — Адэлджэрий, Мысост Аслъэнбэч, нэгъуэщIхэри зэрымыпсэужри Кушыку пщы уэлийм къигъэсэбэпыфащ. Урысейм и телъхьэ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил 1812 гъэм зэрымыпсэужар Кушыку езым зэрыхуейуэ къызэригъэсэбэпам дэ шэч къытетхьэркъым. А зэманым къэбэрдейхэм я мамыр псэукIэр ефIэкIуэным теухуауэ гугъэ нэпцIым и шэсыпIэ а псори хъуауэ къыщIэкIынщ.
А мамырыгъэ псэукIэм куэдрэ зиужьакъым. 1816 гъэм И. Ф. Ртищевым и пIэкIэ Кавказым къагъэкIуащ Цициановри, Глазенапи, Булгаковри ящызыгъэгъупща А. П. Ермоловыр. Ар 1812 гъэм Наполеон щызэхакъутэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэм ину ирипагэ урыс генерал цIэрыIуэт. Ауэ щыхъукIи нобэр къыздэсым цIыху куэдым къагурымыIуэу я гупсысэр къызэщIеIэтэ, абы а Хэку зауэшхуэм и ужькIэ япэ дыдэу экспедицэхэмрэ емынэмрэ лъапсэрых ищIа Къэбэрдейм и лъапсэр зэрырихар, абы урысхэм нэхъ гъунэгъу дыдэу яхущыта Къэбэрдейр зэбгрихуу щIапIэ нэщI ищIа хэкур зэриубыда щIыкIэр, абы хуэдиз хьэзабыр залымыгъэкIэ, зауэкIэ, мурад щэху IейхэмкIэ зэрилэжьар къызыгурымыIуэхэм зыщагъэгъупщэ ар пащтыхь унафэм и япэ джатэжьу зэрыщытар. Ермоловыр пащтыхьым и генералщ, и пащтыхььш и унафэхэр зыгъэзэщIа цIыху гущIэгъуншэщ.
А. П. Ермоловырщ Кавказыр къызэразэуну планыр зэхэзылъхьар. Абы и Iущагъымрэ и щIэныгъэхэмрэ урысей пащтыхьым Iэмал бзаджэкIэ къигъэсэбэпауэ зэрыщытыр зэи зыщыдгьэгьупщэ хъунукъым. Сэ зы псалъэкIэ къыжысIащ А. П. Ермоловыр “пащтыхь джатэу”. Ар тхылъеджэхэми къывгуроIуэ. Сэ А. П. Ермоловым теухуауэ къыжысIэну сызыхуеяр пысщащ Бейтыгъуэн Сэфарбий и тхылъым Жанхъуэт Кушыку щхьэкIэ щитха псалъэхэм дыщIызгъуа си псалъэхэмкIэ. Ермоловым Кушыку езым и шыщхьэмыгъазэ зауэлI зэрыхуэмыхъуам къыхэкIкIэ пщы уэлийм хужиIащ: “А купщIэншэ, мыхьэнэншэ дыдэ лIыжьым напэншэу езым къыбгъэдэтхэр яхуэмыфащэу щIеуфэ, ауэ щыхъукIи езым и къуэ дыдэ хъунщIакIуэми жьэдэуэфыркъым”.
1822 гъэм июлым и 20-м А. П. Ермоловым Урысей штабым и унафэщI нэхъыщхьэ Вельяминовым зэрыхуитхамкIэ, Къэбэрдейм нэгъэсауэ пащтыхь колониальнэ унафэр щигъэувын папщIэ, Балъкърэ Тэрчрэ я зэхуакум — Каменномост, Къызбрун, Бахъсэн, Шэджэм, Налшык, Аруан, Шэрэдж, Лэскэн, Тэрч — бгы лъапэхэмкIэ екIуэкIыу урыс гарнизонхэр щыпсэун быдапIэхэр щаухуэрт. Аращ Къэбэрдей линиер. А линиерщ А. П. Ермоловым и иужьрей экспедицэм и лъыгъажэ гъуэгур щиухар.
Пщы къудамэхэм теухуа очеркхэм я нэхъыбэм къыщыдгъэсэбэпа тхыгъэхэм къагъэлъагъуэ 1557 гъэм къыщыщIэдзауэ къэбэрдейхэмрэ урысхэмрэ зэгурыIуэныгъэм, пэжу зэбгъэдэтыныгъэм и гъуэгуу хашар, нобэр къыздэсым мыужьыхыжын гьуэгуанэу хашауэ, гъуэгуанэ хьэлъэми, ефIэкIуэныгъэу зэрыщытар. Мы зэман гугьуми Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысей Федерацэм хэту нэхъ ефIэкIуэным хущIокъу.
Дэ Мамсрыкъуэ, Къазий, Щолэхъу сымэ яхуэттха очеркхэм къыщыдгъэлъэгъуащ зэ еплъыгъуэкIэ ахэр пщы зэш зэдэIуэжхэу щыт хуэдэу, ауэ щыхъукIи пщы нэхъыжьу щытынум, пашагъэр зыIэщIэлъын хуейм теухуауэ Iэмал бзаджэм хуекIуэхэу зэрыукIыжхэу зэрыщытар. Очерк абыхэм яхуэттхахэм а пщыхэр зэиж-зэфыгъуэу, зэрыукIыжхэу щIыщытар щыгъэлъэгъуащ.
Щолэхъу Къэрэщейщ, А. И. Лобанов-Ростовскэм зэритхыжамкIэ, Мамсрыкъуэ илъ ящIэжам и къызэгьэпэщакIуэу щытар. “ПщыIэпщокъуэ Къазий и лIыкIуэхэр 1614 гъэм и гъэмахуэм тэрч дзэпщхэм дэIэпыкъуныгъэкIэ елъэIуауэ щытащ, адыгэпщхэу Талъостэнхэ езэуэн щхьэкIэ. Къэбэрдеипщхэм я зэныкъуэкъум къыхашат Къазийрэ абы и бынхэмрэ я телъхьэ тэрч дзэпщхэм я мызакъуэу, языныкъуэкIэ Къазий, языныкъуэкIи — Талъостэн Щолэхъу и телъхьэу къэув дагъыстан шамхалхэр, апхуэдэу Нэгъуеишхуэр. Псори зэгурызымыгъаIуэр Щолэхъу пщы “пагэрт, гумызагъэрт”. Ар лIа иужь 1616 гъэм Идархэ ящыщ Къамболэт Къундет Мэзкуу щIыхь тхылъ къыщратащ, адыгэ пщы нэхъыжь цIэр къызэрыфIащым теухуауэ, ар Къэбэрдейми къыщалъытэрт. Урыс правительствэр иужькIи хущIэкъуащ нэхъыжьыгъэр Идархэ яригьэIыгьыну, сыту жыпIэмэ Темрыкъуэ и зэман лъандэрэ ахэр урысхэм я гъуэгум быдэу тету къилъытэрт” (КъБАССР, т. I, н. 135). Пасэрей тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, Къамболэт Пщымахуи Елбэздыкъуэ Нартшуи Къэбэрдейм пщы нэхъыжьу щыхахын ядакъым, абыхэм тхылъ кърата пэтми.
1641 гъэм майм и 29-м Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэрэ Къазий ХьэтIохъущыкъуэрэ я къуэшхэри Нэгъуей ЩыкIури ящIыгьуу Къундет Чэлимэт, Елдар, Нартшу сымэ я къуажэхэм теуэхэри зэхакъутащ, ягъэсащ, я цIыхухэр, я Iэщхэр, я шыхэр яхури я къуажэхэм я гъунэгьухэу БалъкъкIэ щыпсэуну ягъэтIысащ. Щолэхъу Къэрэщей яукIащ (Кро, т. I, с. 197). ЦIыху яубыдахэм
яхэту яхуащ Чэлимэтрэ Елдаррэ я анэри я шыпхъуитIри.
1641 гъэм Джылахъстэн Мудар илъ ящIэжыну тхьэ яIуэри ежьащ: Шамхал Айдемир, Къундет Чэлимэт, Шишмарев Артемий, нэгъуэщIхэри. А зауэ хьэлъэм егъэлеяуэ цIыху куэд щыхэкIуэдащ. КъаукIахэщ Шамхал Айдемир, Къундет Чэлимэт, Шишмарев, нэгъуэщIхэри. А зэманым нэхъ лъэщ дыдэу щытар Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я Къэбэрдеишхуэрщ.
Пщы уэлий Алыджыкъуэрэ пщы нэхъыжь ХьэтIохъущыкъуэрэ я къулеягьри я лъэщагъэри Урысейм фIы дыдэу ищIэ щхьэкIэ ахэр гъунэгъу ищIакъым, Тэрч къалэ унэрэ щIапIэшхуэрэ Алыджыкъуэ щиIэ пэтми.
XVII лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм Алыджыкъуэ и шыпхъур фызу зыша кърым хъаныкъуэ Щыхьым-Джэрий урыс правительствэр игъэпIейтейрт. А гъэхэм кърым хъаным и лIыкIуэхэр Къазийхэ, Щолэхъухэ я Къэбэрдейхэми, Нэгъуей ЦIыкIуми, Дагъыстаыым я хъанхэми ягьэкIуахэт я дзэхэр ягъэхьэзырыну, тэтэрыдзэхэм ящIыгъуу шахъ Аббас Кавказ щIыбьш щрагъэзэуэну, Тыркумрэ Кърымымрэ зыхущIэкъуахэр къехъулIакъым. СулътIаным Щыхьым-Джэрий Константинополь ишэжри иригъэукIащ.
1650 гъэхэм Щоджэныкъуэ Алыджыкъуи Къазий ХьэтIохъущыкъуи Тэрч къалэм кIуэурэ пащтыхьым зэрыхуэпэжымкIэ псалъэ быдэ щIэрыщIэу ятхырт, тыгъэшхуэхэр къыхуащIхэрт. Апхуэдэу Iуэхум зызэриужьым Мусал и фIыщIэрэ и лэжьыгъэрэ хэлът. 1654 гъэм ХьэтIохъущыкъуэ и шыпхъур, кърым хъаным и фызыр, Къэбэрдеишхуэм къэкIуэжауэ тезыру хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ хахт.
Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я Къэбэрдейр къуажэ щэ ныкъуэ хъууэ щыщытым Къундетхэ къуажэу яIэщIэлъар зэрыхъур плIыт. Идархэ XVII лIэщIыгьуэм пщIэ щIагъуэ яIэжакъым. Ахэр зауэхэм хэкIуэдэжащ. А зэманыр апхуэдизкIэ зэщIэплъати, пщыхэм я зэныкъуэкъум пщы куэд хаукIэрт. Щолэхъу Къэрэщей езым и адэ къуэш Пыщтэ иукIащ, езыр Мудар иукIыжащ. Къазий ХьэтIохъущыкъуэ Жансэхъу Шужьей иукIащ (Кро. т. I, с. 386).
Пщышхуэ ХьэтIохъущыкъуэ дунейм ехыжа нэужь, Къэбэрдейм мазэ бжыгъэкIэ хъаным тепщэныгъэ щиIащ. 1671 гъэм абы Къэбэрдейр къыщIигъэнар: емынэм хэкур лъэрыщIыкI ищIати, имыкIыжу хъуакъым.
Жамбот Бэчмырзэ кърым хъаным щIыгьуу а лъэхъэнэм Польшэм щызауэрт. Къэбэрдеишхуэм Алыджыкъуэ и къуэхэм пщышхуэ увыпIэр щаубыдын щхьэкIэ, я адэ къуэш Мысост езэуэжхэрт. Алыджыкъуэ и къуэхэри Мысост пщы нэхъыжьым иукIри я мылъкури я жылагъуэхэри зэщIикъуауэ КърымымкIэ Iэпхъуэн мурад иIэу, Мусал Къамболэт урысхэм яхэту Киев, Харьков щызэуауэ къыздэкIуэжым хъыбар зэхихри кIэлъыпхъэращ, гумкIэ къыздишэжхэри Къэбэрдейм щыпсэунхэу къригъэтIысхьэжащ. Урысейм абы псалъэ быдэ, пэжу хущытыну, иригъэтащ. Апхуэдэу къыщыхъуар 1674 гъэрщ.
Тыркуми Кърымми XVII лIэщIыгъуэм Кавказ Ищхъэрэр зыIэрагъыхьэфакъым. 1696 гъэм Петр I Азов къиубыдащ, а гьэ дыдэм Михаил Алыджыкъуэ и къуэм урысыдзэм и генералиссимус цIэ лъапIэр фIащащ.
XVII—XVIII лIэщIыгъуэхэр щызэблэкI лъэхъэнэм Кавказым и тепщэ хъуну хущIэкъуу бжьыпэр яхузэрымыгъэгуэшу зэзауэхэрт Тыркури Персиери, абыхэм къакIэрымыхуу зи лъабжьэ Кавказ лъапэм щызыгъэбыдэ Урысейри а тепщэныгьэм хущIэкъурт. Урысеймрэ Тыркумрэ я мурад нэхъыщхьэр Кавказыр зыIэщIаубыдэнырт. ЗауэкIэ зыхьым, текIуэм Кавказыр ей хъун хуейт. Персиеми Восточнэ Кавказым Каспиер дэкIуэу, Тэрч псым нэс зэщIиубыдэн мурадкIэ зауэ хьэлъэхэр Тырку империем илъэс куэд хъуауэ ирищIылIэрт. Урысхэм 1700 гъэм Константинополь щызэращIылIа договорым ипкъ иту Азов къахуэнащ. Азов тенджызьш и кхъухьхэри тетыну хуит хъуат. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм Астрахан лъэныкъуэкIэ, Индылрэ Каспиемрэ, псы гъуэгукIэ нэхъыбэу пыщIауэ щытамэ, иджы Урысейр Дон псымрэ Азов тенджызымрэкIэ Кавказ Ищхъэрэм пыщIа хъурт. А псы гьуэгухэм Урысейм щызэпищIэт шэрджэсхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я хэкур.
1703 гъэм тырку сулътIану Ахьмэд III ягъэуващ. Абы нэхъыбэу гулъытэ хуищIащ ищхъэрэкIэ Азов яубыдыжынымрэ Урысейм и кхъухьхэр тенджыз ФIыцIэм трамыгъэхьэнымрэ.
СулътIаным фIыуэ къыгурыIуэт Петр I Севернэ зауэ хьэлъэр иригъэкIуэкIыу Тыркум зэремызэуэфынури, Ахьмэд III, ар къигъэсэбэпу, пащтыхьым къыхуигъэуващ урысхэм щIын яуха къудей Таганрог кхъухь тедзапIэр якъутэжыну, Дон тет урыс флотилиер щамыгъэIэжыну. А псоми къыщынэмыщIауэ, гулъытэшхуэ хуищIырт Дагъыстаным, Къэбэрдейм, Шэрджэсым, нэгьуэщI кавказ щIыпIэхэм. А хэкухэр зэщIаубыдэн мурад ягьэзащIэу, абы и эмиссархэм лэжьыгъэшхуэ ирагьэкIуэ-кIырт. Кърым хъан Къаплъэн-Джэрий тезыр къыхэзых тэтэр отрядхэр Псыжь илъэс зыбжанэ щIауэ къигъакIуэурэ щыфыщIэхэрт, IэщэкIэ зэщIэузэда тэтэрхэм Псыжь щыпсэу цIыхухэм ислъамыр лъэщыгъэкIэ кърагъащтэрт, цIыхухэр зэхэзехуэн ящIырт. 1707 гъэм хъан Къаплъэн-Джэрий Къэбэрдейм дзэшхуэ щIыгъуу къекIуэлIащ. Хъаным къэбэрдейхэм къахуигъэуващ псалъэмакъыншэу зэредаIуэм и щыхьэту щIалэрэ хъыджэбзу минищ тезыру иратыну.
Нэгумэ Ш. Б. зэритхыжамкIэ, къэбэрдейхэр бзаджагъэ хуекIуэри махуищ пIалъэ къыIахащ, тезыр къыхуагъэувар иратын папщIэ, заIэжьэну. Тэтэрыдзэр я хъаныр я пашэу ефэ-ешхэу зэхэст, ещанэ жэщым напIэзыпIэм теуэри бийр къанэ щымыIэу зэхакъутащ, куэд гъэр къащIащ, мылъкушхуэ къаIэрыхьащ. А зауэм кърым хъаныкъуэ зыбжани хэкIуэдащ. Къаплъэн-Джэрий и тэтэрхэу зауэм мин 30-м щIигъу хэкIуэдащ. “Абыхэм игъащIэм къащIэмыIуа зэтеукIэныгъэ къащыщIащ”,— жиIащ Рашад ефэндым (Смирнов В. Д. Крымское ханство под верховенством Оттоманской Порты в XVII столетии. Одесса, 1889, с. 9—10).
1711 гъэм Петр I и унафэкIэ Александр Бекович-Черкасскэр Къэбэрдейм къэкIуэжри езыр къызыхэкIа Жамботхэ я пщы-уэркъхэр щIыгъуу Псыжь кIуэхэри щызэхакъутащ бийр. Бытырбыху кIуа лIыкIуэхэм Петр I тхылъ къаритащ: “ЛIыхъужьыгьэ зэрыфхэлъым, пэжкIэ къулыкъу къызэрытхуэфщIэм папщIэ... дэ фэ фIыщIэ фхудощI, гулъытэншэуи зэи фыкъэдгъэнэнкъым” (Кро, т. II, с. 163). Тырку сулътIаныр адыгэпщхэм егиерт ахэр ислъамым къызэрыпэщIэкIуэтым къыхэкIыу икIи къыхуриджэрт муслъымэн диныр текIуэн папщIэ, “джаурхэм” — урысхэм — езэуэну. Ахэр псом хуэмыдэу зэгуэпырт урысыдзэхэм я гъусэу къэбэрдейхэр кърым хъаным и дзэхэм Псыжь зэрыщезэуам щхьэкIэ. А зэманым къэбэрдей пщы-уэркъхэм муслъымэн диным папщIэ “къэзэуат зауэм” хэтын хуейхэу къалъытэртэкъым.
Александр Бекович-Черкасскэм Петр I зэпымыууэ жриIэрт урысхэм я Iуэхур Кавказ Ищхъэрэм щыгъэбыдэн, кърым, тырку зэрыпхъуакIуэхэм пэщIэтыфын къару а щIыпIэхэм щыщу къызэгьэпэщын хуейуэ. Абы псом хуэмыдэу къыхигъэщырт “тенджыз ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ перс гьунапкъэм нэс...” урысхэм зэдыщIэкIыу я бий фронт Кавказ Ищхъэрэ псом къыщызэрагъэпэщу, “а щIыпIэр зэрыхуейм хуэдэу къедаIуэу и унафэм щIигъэувэн папщIэ”, адыгэхэмрэ къумыкъухэмрэ езым и лъэныкъуэ ищIыну Тыркур зэрыхущIэкъур. Тыркум Кавказ Ищхъэрэр емыгъэубыдын папщIэ, А. Б. Черкасскэм къигъэувырт лъэпкъ зэмылIэужьыгьуэхэм ящыщ, бгырыс пщы-уэркъхэр быдэу зэкъуигъэувэныр зыхузэфIэкIын дипломатическэ лIыкIуэ Iэзэ — резидент абы гъэкIуэн хуейуэ. Абы нэмыщIауэ, ар чэнджэщэгъу хъурт зэпымыууэ щыIэ урысыдзэхэмрэ зэманкIэ фIэкIа щымыIэхэмрэ (нэгьуэщIу жыпIэмэ, къэзакъыдзэхэр) Къэбэрдеймрэ Дагъыстан Ищхъэрэмрэ ишэн хуейуэ.
1714 гъэм майм сенатым деж иригъэхьа указымкIэ Петр I а Iуэхугъуэхэм арэзы техъуащ икIи и чэнджэщэгъухэм унафэ яхуищIащ Кавказ Ищхъэрэм ис пщыуэркъхэм “сыт хуэдэ щIыкIэкIэ ди лъэныкъуэу нэхъыфIу тхущыгъэтынуми” егупсысыну. Ауэ Кавказым урысыдзэхэр къигъэкIуэн пащтыхьым зэкIэ идакъым. Швецием езэуэныр кIыхьлIыхь зэрыхъуам Iэмал къритыртэкъым военнэ къарухэр апхуэдэ Iуэхухэм щхьэкIэ зэкIэщIидзыну. Абы нэмыщIу, урысыдзэхэр Кавказым къэкIуамэ, Тыркум ар аргуэру псалъэмакъ хидзэнут, Севернэ зауэ зэфIэмыкIам щыхэт зэманым абы зыкIи хуейтэкъым урыс дипломатиер.
1720 гъэм мартым кърым хъан Саадат-Джэрий, Къэбэрдейм къытеуэри, къуажэ зыбжанэ зэхикъутащ, ясыру (тезыру) миниплI иратыну, 1707 гъэм Къаплъэн-Джэрий и тэтэрыдзэр щызэтраукIам ягъуэта хэщIыныгъэр иратыжыну къахуигъэуващ. Кърым хъаным Къэбэрдеишхуэм пщы нэхъыжьу къахуигъэуващ тыркум я телъхьэ пщы Мысост Ислъам. Петр I псалъэ дыгъэл къызэригъэгугъахэр IэщIыб хъуащ, къэбэрдейхэм А. П. Волынскэр дзэкIэ къадэIэпыкъуакъым. 1721 гьэм Петр I и унафэкIэ Астрахан и губернатор Волынскэр дзэ щIыгъуу Тэрч зэпиупщIри гребен къалэ цIыкIухэм щыпсэу къэзакъхэм я деж кIуащ. Ар Къэбэрдей ЦIыкIум я пщыхэм яхуэза иужькIэ, Къэбэрдеишхуэм я пщыуэркъхэр Урысейм пэжу зэрыбгъздэтымкIэ псалъэ быдэ яригъэтащ. Абы Тыркум и унафэм щIэтыну екъу пщы нэхъыжь Ислъам игьэтIысри Къейтыкъуэ Аслъэнбэч пщы нэхъыщхьэу Къэбэрдеишхуэм щигъэуващ. Петр I а лъэхъэнэм ХьэтIохъущыкъуейм, Мысостейм, Къейтыкъуейм, Бэчмырзейм къазэрыхущытар Аслъэнбэчрэ Ислъамрэ ятеухуа очеркхэм пасэрей тхыгъэхэм къызэрагъэлъагьуэхэмкIэ щыттхащ. А пщышхуитIым кърым хъанхэм я къуэхэр малъхъэ ящIа нэужь, абыхэм я благъагъэ-зэпыщIэныгъэхэм зэпымыууэ кърикIуа зэныкъуэкъуныгъэм тхьэмыщкIагъэу къэбэрдей лъэпкъым къыхуахьар ин дыдэщ.
Петр I и персидскэ походым хэтащ Елмырзэ Черкасскэр, Чэлимэт Аслъэнбэч, Къейтыкъуэ Аслъэнбэч сымэ, я пщы-уэркъхэр ящIыгъуу.
Пэжщ Къейтыкъуэ Аслъэнбэч походым Къэбэрдеишхуэм я пщы уэлийуэ щыIар. Нало Е. Ж. къызэрихутамкIэ, “Утемшинскэ хэкум... дон къэзакъхэм ящIыгъуу 1722 гъэм сентябрым и 12-м кIуэхэри къэбэрдей пщы Аслъэнбэчрэ Елмырзэрэ я цIыхухэм “бзэуэ” гъэрищ къахьащ”. Сентябрым и 19-м Утемшинскэ сулътIан Мыхьмуд Святой Крест быдапIэр яригъэухуэртэкъыми, шамхал Тарковскэм и лъэIукIэ 1722 гъэм сентябрым и 19-м Петр I Мыхьмуд езэуэну игьэкIуащ астрахан, тэрч къэзакъхэмрэ Аслъэнбэч Черкасскэмрэ, ахэр шамхалым дэIэпыкъуну пащтыхь унафэ иту сентябрым и 20-м тхылъ иратащ къэзакъхэмрэ Аслъэнбэчрэ.
Мыр етIуанэу щIэстхыр мыращ: Къумыкъу Т. Хь. и общэ редакцэкIэ 1995 гъэм сентябрь мазэм къыдагъэкIащ илъэс зыбжанэкIэ къыдамыгьэкIыу яIыгъа “учебнэ пособие” тхылъыр — “История Кабардино-Балкарии”. А тхылъым, ди курыт еджапIэхэм щаджынум, и IV главам Дзэмыхьымрэ Мизиевымрэ щатхащ: “В русский лагерь на р. Сулаке прибыл также князь Арсланбек Кайтукин. Петр I заключил с ним договор о помощи, несмотря на существующее русско-турецкое соглашение”. Дауэ хъун Нало Е. Ж. и кандидатскэ диссертацэм и унафэщIу щытам и аспирантым итхар имыщIэжу? Дзэмыхьым имыщIэми, ар зауэм щыIарэ щымыIарэ ямыщIэу ара хьэмэрэ ямытхмэ, нэхъ яфIэзахуэу ара?
Петр I а лъэхъэнэм Персидскэ походым щиIа текIуэныгъэм абы и пащхьэм мурад инхэр щигъэувати, Прикаспиер къигъэсэбэпыным теухуауи пащтыхьыр абы зэщIиубыдат.
“Учебнэ пособием” иратхащ: “Святой Крест быдапIэр зэраухуэу, абы Тэрч къалэ щыIа гарнизонымрэ щыпсэуа цIыхухэмрэ ягъэIэпхъуахэщ. Къэгъэлъэгъуэн хуейщ, Петр I къэбэрдей Iуэхум теухуауэ иригьэкIуэкIа политикэр зэпIэзэрыту щытакъым, Кърымыр зыбжанэрэ Къэбэрдейм къытеувэу Iэмал иритырти”. Петр I сулътIаным 1722 гъэм мартым и 20-м тхылъ хуигъэхьам и пэжыпIэкIэ, къаугъэ къимыгъэхъеин папщIэ, Кърымым Къэбэрдейм и Iуэху химыльхьэу щхьэпригъэхащ. “Къэбэрдейхэм ижь лъандэрэ империтIыми анэмэтхэр шэсыпIэу ират” жиIэри Петр I сулътIаным хуитхащ. Абы нэсу къикIырт Кърымым и унафэм Къэбэрдейр щIэт хуэдэу. Абы къагьэувырт “Къэбэрдеишхуэм я пщы нэхъыжь Ислъам, Астрахан щагъэтIысауэ щаIыгъыр”, яутIыпщыжын хуейуэ. А документхэм я жэуапыр Къэбэрдейм и Iуэхур зэрыщытым техуэркъым. А Iуэху зэблэшар зыIэщIэкIар урыс лIыкIуэу Портэм щыIа И. И. Неплюевымрэ Петр I-мрэщ (Налоева Е. Ж., с. 27).
Петр I Сулакъ Къейтыкъуэ Аслъэнбэч къыдэIэпыкъуну зэрыщызэгурыIуам щIилъэфыжащ. Абы А. П. Волынскэм хуитхащ Аслъэнбэч дзэкIэ дэмыIэпыкъуну, ауэ щыхъукIи ерэхъурэ хъункIэ къигъэгугъэурэ дэмыIэпыкъуу къигъапцIэурэ иригъэкIуэкIыну. Губернаторым ар тыншу иригъэкIуэкIащ.
Аслъэнбэч утыкум къинащ, ищIэн имыщIэжу. Щхьэл мывитIым я кум дахьэжыхьырти, аращ Къэщкъэтау къигъанэу ар ПсыжькIэ, КърымымкIэ 1724 гъэм майм кIуэн хуей щIэхъуар.
1725 гъэм и январым Петр I лIа нэужь, Къэбэрдеишхуэм я пщыхэр нэхъри зэмызэгъыу зэпэщIэуващ. Мысост Ислъамрэ Кургъуокъуэ Бэмэтрэ, бахъсэн партым я пщы цIэрыIуэхэм, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и чэнджэщкIэ, Урысейм пэжу бгъэдэтыну псалъэ быдэ иратащ. Къэбэрдеишхуэм япщхэм Аслъэнбэч къезэуащ. 1729 гъэм бахъсэн пщы гупым Псыжь сераскиру щыIэ Бахты-Джэрийрэ и къуэш Шэбэз-Джэрийрэ къащытеуам пщы нэхъыжь Мысост Ислъам тIури иукIащ.
1730 гъэм тырку сулътIан Ахьмэд III кърым хъан Саадет-Джэрий Къэбэрдейр къызэрыхуэмыубыдам щхьэкIэ трихури, кърым хъану игъэуващ Къаплъэн-Джэрий. Къэбэрдеишхуэм хъаныкъуэ яукIахэм я уасэр япшыныну Къаплъэн-Джэрийм къигъэуващ. 1732 гъэм Мысост Ислъам лIащ. Пщы нэхъыжьу хасэм Бэчмырзэ Тэтэрхъан хихащ. Къэбэрдеишхуэм Аслъэнбэчт хахынур. Ауэ щыхъукIи ар гурыIуащ Къаплъэн-Джэрий, дзэшхуэкIэ къыдэIэпыкъумэ, Къэбэрдей псор Портэм и унафэм щIигъэувэну. 1734 гьэм июлым и 11-м иджырей Грознэм деж кърым-тыркудзэхэр щызэхэкъутащ. 1737 гъэм Аслъэнбэч пщы уэлийуэ Къэбэрдеишхуэм щагъэувыжащ.
1739 гъэм къэбэрдейхэмрэ къалмыкъхэмрэ Къейтыкъуэ Аслъэнбэч я гъусэу Псыжь зэпрыкIхэри кърым сулътIан Къазий-Джэрий и дзэр Лабэ деж щызэхакъутащ, цIыху куэди щаукIащ, сулътIанри хаукIащ.
1743 гъэм декабрым и 19-м императрицэ Елизаветэ Петровнэ къэбэрдеипщхэм зэмызэгъыу, зэфIэнэу, зэзауэу щытахэр зэригъэкIужыным теухуауэ къарита тхылъыр къахуишэри Царицын и бригадир Петр Колыгов дзэ и гъусэу Къэбэрдейм къигъэкIуащ. Абы и къалэныр хуэгъэзэщIакъым. Майорхэу Иван Барковскэмрэ Петр Татаровымрэ емышу къэбэрдей пщыхэм я Iуэхухэм зэрыхэлIыфIыхьым къыхэкIкIэ къэбэрдей пщыхэр 1753 гъэм октябрым и 23-м зэгурыIуащ езыр-езыру зэныкъуэкъуныр щагьэтыну.
1730 гъэм а пщы гупитIыр зэмызэгъыныр къыщежьащ Аслъэнбэч и къуэш курыт Къанэмэт зэраукIам къыхэкIкIэ (Кро, т. II, с. 185). Ар зыукIауэ зытраIуэр пщы нэхъыжь Къэсейт. Къэсейрэ Бэмэтрэ зэщыIеижа иужькIэ наIуэ къэхъуар Бэмэтщ. Ауэ щыхъукIи Къанэмэт зэраукIрэ илъэс куэд дэкIыжат. ИпэжыпIэкIэ езыгъэукIар Кургъуокъуэ Бэмэтщ. Къанэмэт илъ ящIэжын щхьэкIэ, япэу яукIыну зэуар Къэсейщ. Ар хъужащ уIэгъэм имылIыкIыу. ЕзыгъэукIар Бэмэту къащIа нэужь, къзщкъэтау пщы гупым ар хэкум ирахуащ.
Аслъэнбэч 1746 гъэм лIа иужькIэ, къэщкъэтау, бахъсэн пшы гупитIыр 1753 гъэм зэкIужахэщ. Иджы Урысейм а гупитIым улахуэ къаритри зэхуэдэ ящIахэт.
60—70 гъэхэм Къэбэрдейм щыщIохуабжьэ диным теухуауэ мафIэу лъэныкъуитIкIэ зэщIагъэст Iуэхухэр: зы лъэныкъуэкIэ Урысейм щIэпхъуэу кIуэ цIыхуу чыристан диныр къэзыщтэхэм ахъшэ ирет, къуажэу егъэтIыс. Пщы-уэркъхэр я Iумэтхэр зэрыкIуасэм къегъэнэщхъей, егъэгубжь, я цIыхухэр урыс станицэхэм, Тэрч, Къызлар мыкIуэсэн папщIэ, урыс унафэщIхэм йолъэIухэр чыристан ямыщIыну, къратыжыну. ЕтIуанэ лъэныкъуэкIэ, муслъымэн диным и духьэшыхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Дызытепсэлъыхь ХьэтIохъущокъуэ Бэмэт и къуэ Темрыкъуэ Мэчэ хьэж ищIу къыщикIыжым, Кърымым щаубыдри я мэсхьэбэгъу ящIри къэкIуэжащ. И хэкум епцIыжри и адэ Бэмэт емыдаIуэу Инжыдж Псыжь щыхэхуэм деж хъанымрэ сулътIанымрэ кърат ахъшэмкIэ Хьэжыкъалэ щиухуащ. А къалэм щрагъаджэрт молэхэр, ефэндыхэр, Iэщэ зыщI цIыхухэр. КIэщIу жыпIэмэ, пщы нэхъыжь Бэмэт и къуэ Темрыкъуэ игъэхьэзыра молэхэр, ефэндыхэр хэтынущ Къэбэрдейм 1793—1794 гъэм къыщаIэта восстанэм.
1762 гъэм Мэздэгу и уэркъхэр, и цIыхухэр и гъусэу Iэпхъуащ чыристан диныр иужькIэ къэзыщта пщы Къанщокъуэ Кургъуокъуэ. Абы къэбэрдей пщы-уэркъхэр икъукIэ игъэгузэващ я Iумэтхэр яIэщIэкIыу Мэздэгу жылагьуэхэм етIысылIэнкIэ (Кро, т. II, с. 219). Къэбэрдей мэкъумэшыщIэхэр Мэздэгу зэрыIэпхъуар урыс правительствэм яхуигъэдахэ къудейтэкъым. А гъэ дыдэм декабрым и 9-м къыдэкIа унафэм ипкъ иткIэ, линием адэкIэ Iэпхъуэу чыристан диным ихьа дэтхэнэ адыгэми соми 5-м къыщыщIэдзауэ сом 11-м нэс дэIэпыкъуныгъэу ирату щIадзат. Абы кIэлъыкIуэу, къэбэрдейхэмрэ къумыкъухэмрэ хуит ящIат урыс быдапIэхэмрэ станицэхэмрэ я хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, Iэщыр пошлинэншэу щащэну.
Абы къыхэкIащ Мэздэгу щIэпхъуэж къэбэрдей мэкъумэшыщIэхэр куэд хъуныр, абы и гъунэгъуу адыгэ къуажэ зыбжанэ зэрытIысар. Бештэмакъ деж 1763 гъэм урыс правительствэм Мэздэгу быдапIэр Къэбэрдейм къемыупщIу къыщигъэуващ жызыIэу шхыдэхэм ящIэну дыхуейт: “Петр I 1720 гъэм декабрым и 3-м Мэздэгу и деж, а быдапIэр къыщащIыну елъэIуахэщ Къейтыкъуэхэ Аслъэнбэч, Къанэмэт, Жамболэт; Бэчмырзэхэ Тэтэрхъан, Къейсын, Бэтокъуэ” (Кро, т. II, с. 29). Петр I лIа нэужь, Урысейм абы ищIауэ щыта унафэм — а щIыпIэм Мэздэгу къалэр щащIын я Iэ щыхунэсар Екатеринэ II и зэманырщ. А щIыпIэм ехъуапсэу япэ дыдэ 1762 гъэм абы итIысхьар Къэбзрдей ЦIыкIум япщ Къанщокъуэ Кургъуокъуэщ. Къэбэрдеипщхэм къагурыIуэт апхуэдэурэ я мэкъумэшыщIэхэр кIуасэмэ, езыхэм я унафэм щIэтын зыри къазэрыхуэмынэнур. 1764 гьэм къэбэрдеипщхэм: лIыкIуэ ягъэкIуащ Бытырбыху Мэздэгу быдапIэр якъутэжу урыс гарнизоныр абы дашыжыну щIэлъэIуну. А лъэIур урыс правительствэм аркъудеи идакъым.
Къзбэрдей пщы языныкъуэхэмрэ муслъымэн духьэшыхэмрэ къэуващ Тыркум и телъхьзу я цIыхухэр ПсыжькIэ ягъэIэпхъуэну. Молэхэм къыхураджэу щIадзащ ислъамым и бзракъ удзыфэм щIэту муслъымэн псори зэгухьэным, нэгъуэщIу жыпIэмэ, тырку сулътIаным и унафэм щIэувэным. Кърым хъаным икIэщIыпIэкIэ адыгэхзм закъыхуигъэзащ, урысхэм я бийуэ Тэрч деж бэнэныгъэ щрагъэкIуэкIын папщIэ, къадэIэпыкъуну къызэригъэгугъэ тхылъыщIэ къахуригъэхьащ. Пщыхэм языныкъуэхэмрэ молэхэмрэ ТыркумкIэ зэрекъум гу лъызыта мэкъумэшыщIэ цIыхубэр УрысеймкIэ еIэрт. Къэбэрдей лъэпкъыр абы тIууэ зэкъуичащ: мэкъумэшыщIэхэр урысхэм я деж кIуэну къуэкIыпIэмкIэ екъуахэщ; пщыхэм языныкъуэмрэ молэхэмрэ Кърымымрэ Тыркумрэ я телъхьэу зэпэуващ. Пщыуэркъхэм языныкъуэм я жылагъуэхэр ПсыжькIэ Iэпхъуэну къыщащIэм, мэкъумэшыщIэхэм 1767 гъзм восстанэ къаIэтащ. Арати, Урысейми Тыркуми ятемылъхьэу тIуми гуэмыт зэщIэхъееныгъэм лъэщу зыкъиIэтащ. 1768 гьэм Бештэмакъ деж мэкъумэшыщIэ минипщI щызэхуэсащ езыхэм я унафэщIхэр яIэжу. Тэрч лъэмыж тралъхьащ Тэтэр Петр къажриIэнум ежьэхэу. Япэ щIыкIэ мэкъумэшыщIэхэр линием зышэну зи мурада гупыр зэрыгъэшынэжауэ къыщIэкIынущ. ЕтIуанэрауэ, Шэджэм и деж Къэбэрдеишхуэм щыщ пщырэ лIакъуэлIэшхэу зэхуэсам щыщу нэхъ цIэрыIуэхэу цIыху 26-рэ ягъэкIуащ восстанэ къэзыIэтахэм гурыIуэу зыхуейр хуащIэну. АбыкIэ зэгурыIуэхэри я мэкъумэшыщIэхэм жаIауэ хъуар хуащIэну зыбграшыжащ. Мы Iуэхум Урысейм и телъхьэу пщы, лIакъуэлIэш куэд хэлIыфIыхьыгъащ, ХьэтIохъущокъуэ Къэсейрэ Сидакъ Жанхъуэтрэ я пашэу. Абыхэм ядакъым сулътIаным къызэригъэгугъар, атIэ ахэр Урысейм и телъхьэу уващ. Тырку сулътIан Мустафа къэбэрдей пщыхэм закъыхуигъэзащ, 1768 гъэм урыс-тырку зауэм щIидзати, “абы и унафэм щIэту” урысхэм Кавказ Ищхъэрэм щадезэуэну. Ауэ щыхъукIи, Мустафа и телъхьэ хъуакъым пщы-уэркъхэр, къэбэрдей пщы нэхъыжь ХьэтIохъущокъуэ Къэсей и унафэм щIэту урысхэм ядэIэпыкъуащ. Урыс-тырку зауэр щиухам, Кушыку-Кайнарджий, Болгарием, 1774 гъэм июлым и 10-м щызэращIылIа мамырыгьэ договорым ипкъ иткIэ, “Къэбэрдейр Урысейм и унафэм щIэту къилъытат”.
Генерал-майор И. Ф. де Медем 1769 гъэм япэ дыдэ Къэбэрдей хэкум къихьэри Ешкакон деж, Псыхуабэ пэмыжыжьэу, Тыркум и лъэныкъуэ зызыщIыну хуей пщыхэр щызэхакъутащ. Абы илэжь Iуэхухэм мыарэзыныгъэшхуэ къишэрт. Генерал де Медем къахуигъэуващ пристафу Тогановыр.
1774 гъэм Кушыку-Кайнарджи Тыркумрэ Урысеймрэ щызэращIылIа договорым и ужькIэ пащтыхьым и колониальнэ унафэр Кавказ Ищхъэрэм щыщIегъэхуабжьэ. Урыс-тырку зауэр яухати, генерал И. В. Якоби и унафэкIэ, Мэздэгурэ Азоврэ я зэхуакум военнэ линиер щаухуэу щIадзащ. Кавказ линием и япэ быдапIэхэм (Святой Крест, Къызлар, Мэздэгу) нэмыщI яухуэрт быдапIэхэр: Прохладнэр (1775), Гумкъалэ (1777), Павловскэр (1778), Солдатскэр, (1779), Марьинскэр (1780), Александровскэр (1780), нэгъуэщIхэри (Кро, т. II, с. 325—373; Чекменев С. А. Заселение Ставрополья...— Сборник трудов КЧГПИ. Нальчик, 1958, вып. I).
Къудащым итхащ: “Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ зэжьэхэуэн хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр къызыхэкIар Къэбэрдейр Урысейм гуэгъэхьэныгъэм кIэух игъуэта нэужь, урысхэмрэ къэбэрдейхэмрэ я зэхущытыкIэхэм лъыгъажэ зэжьэхэуэныгъэ зыбжанэ къызэришарщ — лъэныкъуитIым дежкIи зэхуэдэу зэраныгъэрэ удын хьэлъэрэ къахуэзыхьар” (Кудашев В. Н., с. 68).
Кавказскэ линием быдапIэхэр зэрыщаухуэм къыхэкIащ къэбэрдейхэм зыбжанэрэ а быдапIэхэр ирамыгъэухуэн мурад яIэу теуэхэу зэрыщытар. Ахэр Балъкъ зэпрыкIри Марьинскэ быдапIэм теуахэу щытащ. Апхуэдэу ахэр теуэрт Ставрополь, Павловскэ быдапIэхэм, арщхьэкIэ къыIуадзыжырт. Зэрытеуахэм папщIэ тезырышхуэхэр къэбэрдейхэм ирагъэпшынырт. 1779 гъэм декабрым и 9-м пщыхэмрэ уэркъхэмрэ псалъэ быдэ ирагъэтащ Урысейм пэжу хущытыну. Къэбэрдейхэм контрибуцэу ирагъэтащ сом минипщI, шы 2150-рэ, былымышхуэу 4759-рэ, мэлу 4539-рэ.
Къэбэрдейм щекIуэкI псор зэрагъэзащIэм пщы нэхъыжь Тэтэрхъан Жанхъуэт ткIийуэ кIэлъыплът.Къудащым хэгъэщхьэхукIауэ етх: быдапIэхэр зэраухуэхэмрэ къэзакъхэм хъупIэхэр, мэкъупIэхэр зэраубыдымрэ къэбэрдейхэр дикъузэрт, хъупIэхэр, мэкъупIэхэр къемэщIэкI ищIырт. БыдапIэщIэ яухуахэм хуиту къыщакIухьу щыта хэкухэм кIуапIэ ямыIэжу къагъанэрт. ПсыжькIэ кIуэ гъуэгухэм техьэ хъужыртэкъым, сату гьуэгуи яIэжтэкъым. Ар мамырыгъэ колонизацэу, культурнэу ирагъэкIуэкIыу щытакъым, IэщэкIэ къазэууэ щытащ. Япэм урысхэр мамыру къыщитIысхьэу, зэщыгуфIыкIыу, зэгъунэгъуу зэдэпсэухэу щытамэ, иужьым зэбий хъуахэщ (Кудашев В. Н., с. 70—71).
Профессор Къумыкъу Т. Хь., Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 130-рэ щрикъум, 1994 гъэм майм и 14-м “Кабардино-Балкарская правда” газетым тригъэдзащ “Это был геноцид” жиIэу итха очеркыр. А лэжьыгъэр нэхъ тэмэму къэхутауэ тха хъуащ. Къумыкъу Т. Хъ. хегъэщхьэхукI “XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейм Кавказ Ищхъэрэр къызэриубыдын мурад зэхилъхьауэ зэрыщытар. Царизмэм Центральнэ Кавказыр къызэризэуну стратегическэ, политическэ къалэну зыхуигъэувыжат”.
Генерал де Медем императрицэм хъыбар зэрыригъэщIам ипкъ иткIэ, Бытырбыху щыIэ къэбэрдей лIыкIуэхэм ящыщ Тэтэрхъан Кургьуокъуэ щхьэхуэу къыщепсалъэм щыгъуэ, Екатеринэ II тхыгъэ иритащ — ХьэтIохъущыкъуэхи, Мысост Бэмэти, Къейтыкъуэхи яхуэпщI хъунукъым дзыхь жиIэу зэрытыр. Ахэр тыркухэм ящэхуа кърым тэтэрхэм я унафэм щIэт пщыхэу игъэкъуаншэрт. Абыхэм я лIыкIуэ Сидакъ Жанхъуэт Астрахан къамыгъэкIуэжыну щаIыгъым нэхъыфIу чэнджэщ яритырт. Мысост Бэмэтрэ Темрыкъуэрэ зэрызэкъуэшыр, ар тыркухэм я лэжьакIуэу зэрыщыт нэгъунэ къигъэлъагъуэт, ар Къэбэрдеишхуэм я пщы нэхъыжьу зэрыщытри ибзыщIакъым (Бутков П. Г. ч. I, с. 312). Мыбы и деж гу лъытапхъэщ: апхуэдиз фIейр Къэбэрдейм хужызыIэфар 1774 гъэм кърым тэтэрхэр Наур къэзакъ станицэм щытеуам а гупым яхэту абы къыщаукIащ.
Къэбэрдеишхуэм я л1ык1уэхэр Екатеринэ II и тхылъкъашэри къэк1уэжахэщ: мэкъумэшыщ1э щ1эпхъуэжахэр зэгъэщ1ыл1ахэм иратыжыну. Мэздэгу урысыщ1ым зэрытетым щхьэк1э зык1и я 1уэху хэмылъу арат жэуапу къаритар.
1782 гъэм Кавказым тету къагъэк1уащ граф Павел Сергеевич Потемкин. Абы и къалащхьэу щытащ Екатериноград.
1787 гъэм и к1эм къэбэрдейхэр генерал Иван Горич-Бегидовым и дзэм хэту Псыжь щызэуахэщ, пщыхэу 46-рэ ц1ыху минитхурэ хъууэ. 1790 гъэм Батал-пащэ къэбэрдей пщыхэм къелъэ1уащ шейхъ Мансур (Ушурма) гухьэу Урысейм езэуэнхэу. Къэбэрдейхэми, дагьыстанхэми, осетинхэми ядакъым шейхъ Мансур гухьэн, урысхэм езэуэн. Ар хуабжьу сэбэп хъуащ Батал-пащэ и корпусыр урысхэм зэрызэхакъутамк1э. Батал-пащэ урысхэм заритащ. 1791 гъэм И. В. Гудович и дзэм хэту зэуащ къэбэрдейхэр. Анапэ къыщащтэм къыхэжанык1ахэщ Хьэмырзэ Хьэт1охъущыкъуэ зи командир къэбэрдей отрядыр. Урыс правительствэм саугьэт лъап1эхэр къаритащ. Офицер ц1э лъап1эхэр къыф1ащащ къэбэрдей пщыхэу Сидакъым, Хьэмырзэм, Тэтэрхъаным, Наурызым, Мударым, Талъостэным, нэгъуэщ1хэми.
Урысыдзэхэм а урыс-тырку зауэм къыщахьащ тек1уэныгъэшхуэ. Портэм и дзэр зэхакъутащ, мамырыгъэ зэращ1ыл1эну къыщ1элъэ1уащ. А тек1уэныгьэм л1ыгъэ зэрыщызэрахьам папщ1э офицер ц1э лъап1эхэр пщыуэ 8-м къыф1ащащ: Жамботымрэ Тепсэрыкъуэ Талъостэнымрэ — подполковник, Мысостым — премьер-майор, Хьэт1охъущокъуэм, Бэчмырзэм, Мысостым, Дол Мударым, Алъхъом, Мамболэт Алъхъом — секунд-майор, л1акъуэл1эшхэу 3-м — Къундентым, Инарокъуэм, Дударыкъуэ Шырыхъум — капитан. Абыхэм саугъэт къратахэм и щ1ы1ужк1э офицер ц1э къыф1ащам теухуауэ я улахуэхэри хагъэхъуащ.
Пащтыхь къулыкъущ1эхэм я унафэр зыгъэлъэщ сыт хуэдэ 1уэхугъуэми Кавказым щыщ гуащ1эрыпсэухэр пэщ1эувэрт. 1793 гъэм “родовой (пщы) судхэмрэ”, “расправэхэмрэ” (уэркъ судхэмрэ), Мэздэгу комендантым и к1элъыплъыныгъэк1э лажьэу щытахэр, Къэбэрдейм къыщызэрагъэпэща иужьк1э, къэбэрдейхэм ахэр къалъытащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ къадэгъуэгурык1уэ я хабзэм егъэлеяуэ къыхэ1эбэныгъэу.

Къэбэрдейм лъэщ щызыщ1 судебнэ лэжьак1уэщ1эхэр щыхахыну зымыдэу пэщ1эува, зыкъэзы1эта зэщ1эхъееныгъэм хэхутахэщ урысыдзэм л1ыгъэ щызезыхьа пщы офицер ц1эры1уэхэу подполковникхэу Хьэт1охъущокъуэ Исмэхьил, Хьэмырзэ Хьэт1охъущыкъуэ, Мысост Аслъэнбэч, майор Хьэт1охъущокъуэ Адэлджэрий, нэгъуэщ1хэри. Тхыгъэхэм къызэрагъэлъагьуэмк1э, а зэщ1эхъееныгъэм, урыс пащтыхьыдзэм щезауэхэм, ц1ыху минит1 нэс зы зэманым къриубыдэу хэтхэт. Ар ц1ыхубэ зэщ1эхъееныгъэт, пащтыхь колониальнэ политикэм и бийуэ зыкъа1этат, абы хэтахэм, я социальнэ щытык1эк1э зэхуэмыдэ щхьэк1э, я 1уэху еплъык1эр зэтехуэрт.
Пщы-уэркъхэм, мэкъумэшыщ1эхэм, унэ1утхэм я псэук1эхэр зэтехуэу щхьэхуит псэук1э я1энк1э 1эмал а зэманым щы1энк1э хъуну къыщ1эк1ынтэкъым. Ауэ щыхъук1и гугъэф1 я1эу къыщ1эк1ынт пащтыхьымрэ пщы-уэркъхэмрэ я деж зы хуитыныгъэ гуэр къыщызыхьыфын зи мурад мэкъумэшыщ1эхэм е абыхэм яхэхуэ пщыл1 зэкъуэт1акъуэм. А зэманым а псори гугъэу арати, пащтыхьыдзэхэм апхуэдэ зэщ1эхъееныгъэхэр япэми зэрызэбграхуу, зэрызэтраук1эу щытам хуэдэу мыри зэхэкъутащ. Зэщ1эхъееныгъэм гъуэгурык1уэм тету хэхуа пщы офицерхэр ц1ыхубэм унафэщ1 яхуэхъуагъэнкъым. Апхуэдэу ар щ1эхъуар, Хьэт1охъущокъуэ Исмэхьил иужьк1э зэрыжи1эжамк1э: “Зэрымыщ1агъэк1э зыкъэзы1этахэм зэрыхэхуарщ”.
Колониальнэ унафэр нэхъ тк1ий зэрыхъуам XIX л1эщ1ыгъуэм и япэ 1ыхьэ пл1анэм къишащ зыкъэ1этыныгъэ зыбжанэ, антиколониальнэ, антифеодальнэ щытык1э я1эу. Зыкъэ1этыныгъэхэм я щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу щытащ а зэманым Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ щы1э хъуа социально-экономическэ, политическэ щытык1эр. А зыкъэ1этыныгъэхэм нэхъыщхьэу хэтар колониальнэ режим гущ1эгъуншэр зыхуэмышэчыж мэкъумэшыщ1э ц1ыхубэрщ. Ауэ зыкъэ1этыныгъэхэм хэтт пщы-уэркъхэм ящыщ ц1ыхухэри. Апхуэдэу щыт щхьэк1э мэкъумэшыщ1эхэмрэ пщы-уэркъхэмрэ я мурадхэр зык1и зэтехуэртэкъым. Мэкъумэшыщ1эхэм бэнэныгъэ ирагъэк1уэк1ырт колониальнэ хабзэхэмрэ пщы-уэркъхэм зэрахьэ залымыгъэхэмрэ я бийуэ. Пщы-уэркъ гъэпщыл1ак1уэхэр хущ1экъурт гуащ1эрыпсэухэм я мыарэзыныгъэр езыхэм я классым и сэбэп зыхэлъхэм папщ1э къагъэсэбэпыну.
Пщы-уэркъхэм ящыщ языныкъуэхэр щ1эмыарэзым и щхьэусыгъуэр къэбэрдеипщхэм я экономическэ, политическэ хуитыныгъэхэм пащтыхьыр зэрыхэ1эбэрт.
Апхуэдэ щытык1эр хамэ къэрал агентхэм къагъэсэбэпащ. Щ1ып1эм щыпсэу ц1ыхухэр абыхэм зэщ1агьэстырт “джаурхэм” (урысхэм) къэзэуат зауэ ещ1ыл1эным и бэракъым щ1эту Урысейм и бийуэ 1эщэ я1ыгъыну бэнэныгъэ ирагъэк1уэк1ыну. Бэнэныгъэм къыхуеджэным къыдэк1уэу военнэ, материальнэ дэ1эпыкъуныгъэ къратыну къагьэгугьэрт. Зи щ1ыбагъым персидскэ шахыр къыдэт грузин пащтыхьыкъуэ Александр 1803 гъэм осетин алдар Дударовым хуитха письмом хъыбар щригъащ1эрт осетинхэмрэ къэбэрдейхэмрэ мылъкушхуэ къызэрыритынумк1э. Урысеймрэ Персиемрэ зэзэуэн щ1адза нэужьк1э (1804 гъэм), пащтыхьыкъуэ Александр къэбэрдей, осетин, нэгъуэщ1 феодалхэм захуигъэзащ урысыдзэхэр ирырамыгъак1уэу къурш гъуэгур зэхуащ1ыну ик1и ахэр зэтраук1эну.
1802 гъэм Кавказ линием и дзэпщ нэхъыщхьэу П. Д. Цициановыр ягъэуващ. Ар военнэ щ1эныгъэшхуэ зи1э генерал щхьэмыгъазэт, акъылыф1эт. 1803 гъэм Кисловодск быдап1эмрэ редутыщ1эхэмрэ щиухуащ, Псыжь адрыщ1ым и щхьэпрык1ып1эр игъэбыдащ.
Цициановыр Кавказым къэк1уа иужьк1э къэбэрдейхэм родовой судхэр хамыхыжын мурад я1эу, а судхэм я унэ зыт1ущ якъутащ. Абы хъыбар ирагъэщ1ати, к1эщ1у пщыхэр ириджэри тк1ийуэ къажри1ащ ик1эщ1ып1эк1э псалъэмакъ хэмылъу российскэ унафэхэр ягьэзэщ1эну. Пщыхэм абы псалъэ быдэ иратащ адыгэ лъэпкъыр ягъэмамырыну. Илъэс дэк1ащ, к1ыхьл1ыхь ящ1ащ родовой судхэр хамыхыурэ. 1эпэдэгъэлэл ящ1ащ.
Къэбэрдей пщыхэм я “псалъэ быдэ” П. Д. Цициановым иратар зэрамыгъэзэщ1ам папщ1э абы къахуитхащ: “Дэнэ щы1э фи псалъэ быдэ жыф1ар, фи щхьэпс акъылыншэхэр зэтеук1эным куэдрэ фел1эл1эну? Фэ Алыхьышхуэм и пащхьэм Къур1энымк1э къыщыфщтащ псалъэ быдэ пэжу фыщытыну, илъэс псор вгъэк1уащ фымышынэу. Си лъыр къокъуалъэ лэгъуп маф1э зыщ1элъым хуэдэу, хабзэр къэзыкъутэхэм я лъымк1э фи щ1ыр згъэнщ1ыну сыхуэнэхъуеиншэщи, си 1эпкълъэпкъ пщык1ут1ыр къызозауэ: сэ псалъэ стамэ, си гъащ1эр щ1эстынуми, згъэзэщ1энущ... Фыкъызэжьэ, сэ фэ вжызо1э, сэ еызэрихабзэмк1э, фэ фи лъыр мыжурэхэмрэ топышэхэмрэк1э псыхэу згъэжэнщ; фэ фищ1хэм щежэх псыхэр псы утхъуауэ ежэхынукъым, ат1э фи бынунагъуэхэм я лъымк1э и1ауэ, плъыжьу ежэхынущ” (Утверждение русского владычества на Кавказе. Тифлис, 1901, т. III, ч. I, с. 51).
1804 гъэм щы1а зыкъэ1этыныгъэр нэхъ восстанэ инхэм ящыщщ. Абы къыщ1идзэньшк1э щхьэусыгъуэ хъуащ Кисловодск быдап1эр зэраухуэмрэ родовой судхэм, расправэхэм я зи чэзу хэхыгъуэхэр зэрек1уэк1ынумрэ. Зыкъэзы1этахэм къагъэувырт Кисловодск быдап1эр якъутэжыну, кордон линиер щамыгъэ1эжыну. Къэбэр деипщхэм да1ыгъырт апхуэдэ 1уэхугъуэхэр, сыту жып1эмэ ахэр езыхэм я сэбэп зыхэлъхэм къезэгъырт.
Восстанэм къанэ щ1агъуэ щымы1эу зэщ1ищтащ Къэбэрдей псор. Пащтыхь унафэщ1хэм еп1эщ1эк1ыу ягъэхьэзырырт къэбэрдейхэмрэ балъкъэрхэмрэ я хэкухэм дзэ ягъэк1уэну. Кавказ линием щы1э дзэхэм я дзэпщ генерал-лейтенант Глазенап ик1эщ1ып1эк1э зыпищ1ащ Кавказым щы1э дзэхэм я дзэпщ нэхъыщхьэ пщы Цициановыр зыдэс Тифлис къалэм.
1804 гъэм апрелым и 2-м П. Д. Цициановым унафэ ищ1ащ зыкъэзы1этахэр махуэ 15-м къриубыдэу “нэсу жы1эда1уэ ящ1ыжыну”. Дзэ къигъэк1уэным и п1эк1э абы къэбэрдейхэм прокламацэк1э закъыхуигъэзащ, восстанэр ик1эщ1ып1эк1э щагъэтын хуейуэ яхуигъэуву. Щамыгъэтмэ, ахэр щысхьыншэу зэхикъутэну жи1эрт дзэпщ нэхъыщхьэм.
1804 гъэм майм восстанэ къэзы1этахэм я бийуэ къагъэк1уащ генерал-лейтенант Г. И. Глазенап и унафэм щ1эту лъэсыдзэу батальоний, шуудзэ полкипл1, топу 24-рэ; майм и 9-м отрядым Бахъсэн къызэпиупщ1ри ц1ыху 1 500-рэ хъууэ восстанэ къэзы1этахэр зыдэщы1э щ1ып1эм километри 10 хуэдизк1э пэ1эщ1эу тафэм щыт1ысащ. Ет1уанэ махуэм пащтыхьыдзэхэмрэ восстанэ къэзы1этахэмрэ зэзэуащ. Мыгувэу зыкъэзы1этахэр къик1уэтын хуей хъуавд, генерал Лихачев и сэлэтхэр и гъусэу абыхэм я щ1ыбагьым къызэрыдыхьам къыхэк1ыу. Ик1уэтахэр пащтыхьыдзэхэм ирахужьащ.
Восстанэ къэзы1этахэм епсалъэ.у зэрыщ1адзам къыхэк1ыу, зэзэуэныр п1алъэк1э щагъэтащ. Къэбэрдей л1ык1уэхэм жа1ащ “къахуигъэгъун папщ1э, ик1и абы, Глазенап, нэгъуэщ1 мыхъуми иджыри зы жэщ-зы махуэк1э Урысейм и джатэ шынагъуэр зэтри1ыгъэну” елъэ1уну къагъэк1уауэ. Л1ык1уэхэм урыс генералыр къагъэгугъащ “псомк1и заумысыжыну ик1и псомк1и арэзы хъунхэу”. Апщ1ондэхук1э восстанэ къэзы1этахэм къаруущ1эхэр къахыхьащ. Къадэ1эпыкъуну апхуэдэу къэк1уащ балъкъэр, осетин, къэрэшей гупхэр. Восстанэм и унафэщ1 къэгушхуэжахэм ядэжакъым зэпсэлъэныгъэр адэк1э ирагъэк1уэк1ыну.
Майм и 14-м пщэдджыжьым жьыуэ Глазенап дзэхэм унафэ яхуищ1ащ Шэджэм зэпрык1ыу восстанэ къэзы1этахэм ебгъэрык1уэну. Зауэр щаублащ Щхьэлыкъуэ псым деж. Лъэныкъуит1ми щыщу зауэм хэтащ ц1ыху мин 13-м нэблагъэ, абы щыщу мин 11-р восстанэ къэзы1этахэрт. Псом япэу зауэм 1ухьахэщ лъэсыдзэмрэ шуудзэхэмрэ, ахэр и нэхъыбап1эк1э мэкъумэшыщ1э тхьэмыщк1эхэм ящыщт. Шэджэм, Щхьэлыкъуэ, Аруан псы 1уфэхэм 1ус къуажэ пщык1ут1ым щащ1ат щ1ыт1рэ мывэ зэрыз гухэмк1э къэухъуреихьа т1ысып1э щэхурэ. Сыхьэтиблк1э зэзэуа иужьк1эщ пащтыхьыдзэхэм восстанэ къэзы1этахэм я быдап1эр къыщащтэфар. Восстанэ къэзы1этахэм гул щхьэхуэурэ загуэшауэ къуажэ быдап1эхэмрэ чэщанэхэмрэ къыщызауэрт, ауэ 1эщэк1э ф1ыуэ зэщ1эузэда пащтыхьыдзэхэм япэщ1этыфакъым. Восстанэр зэхакъутащ. Пащтыхьыдзэхэм къуажэ 80-м лъапсэрыхыр къыхуагъэк1уащ.
1805 гъэм Глазенап Бахъсэн аузым аргуэру щызэхикъутащ Мысостхэрэ Хьэт1охъущокъуэхэрэ я къуажэхэр. А генералым Цициановым и унафэр нэхъри егугъуу адэк1и игьэзэщ1эну къыщ1эк1ынт, Астраханк1э кърашу Гумкъалэ къыщылыда талоумрэ емынэмрэ хэкур нэщ1 зэрищ1ар мыхъуамэ. Абы и дзэр щ1ыгъуу карантинхэр къызэрагъэпэщыну ежьэжащ, уз 1ейм зыщахъумэн щхьэк1э.
XIX л1эщ1ыгъуэм и пэщ1эдзэм Шэшэным къэбэрдей уэркъ языныкъуэхэр я мэкъумэшыщ1эхэр ящ1ыгъуу щ1эпхъуэжу зэрык1уэмк1э, абы я деж ек1уэл1ап1эрэ дэ1эпыкъуныгъэрэ зэрыщагъуэтымк1э арэзытэкъыми, пащтыхьым и мурадащ шэшэнхэм я бийуэ урысыдзэхэм зызыхуагьэхьэзыра зауэм къэбэрдейхэр хашэфын, урысхэм я гугъащ пщыхэм я мыарэзыныгъэ шэшэным хуа1эхэр къагъэсэбэпыну. Къэбэрдей пщыхэм ящыщ гуэрхэр 1уэхум хыхьахэщ. Отряд зэрагъэпэщащ. Ауэ щыхъук1и абыхэм зэхуашэса адыгэхэм шэшэнхэм езэуэн ядакъым.
Апхуэдэу урыс генералхэм я 1уэхур къызэрыкъутам щыхьэт тохъуэ 1807 гъэм февралым генерал А. С. Булгаковым И. В. Гудович деж иригъэхьа письмом икъук1э и жагъуэ хъуауэ иритхар: “...хуабжьу си гум щ1ыхьащ генерал-майор Дельпоццо и рапортым ипкъ итк1э шэшэнхэм я бийуэ ди дзэхэм ящ1ыгъуу увыну хьэзырыпсу щыта къэбэрдейхэр а 1уэхумк1э къызэрыдмыгъэсэбэпар; сэ си мурад псори зытеухуауэ щытар а лъэпкъит1ыр зэф1эзгъэнэжу, бий зэхуэсщ1у, а щ1ык1эм тету ахэр къарууншэ згъэхъунырт”. А псалъэхэм белджылыуэ къагъэлъагъуэ “зэк1эщ1эчи, тепщэ зыщ1” жыхуи1э къыхуеджэныгъэр къагъэсэбэпурэ, Кавказ Ищхъэрэм гъуэгу щыпхызышу щыта пащтыхьым и колониальнэ политикэр напэншагъэк1э гъэнщ1ауэ зэрыщытар.
Пащтыхь правительствэм апхуэдэуи 1уэхугъуэ псори илэжьырт щ1ым щхьэк1э къэбэрдейхэмрэ шэшэнхэмрэ яку дэлъ зэныкъуэкъуныгъэ к1ыхьыр а лъэпкъхэм я л1ык1уэхэр зэпсалъэк1э мыхъуу, ат1э пащтыхь унафэщ1хэр хэл1ыф1ыхьу зэф1игъэк1ыну. Ар абы апхуэдэу щ1ищ1ыр абыхэм я 1уэхум хэ1эбэн папщ1эт. 1809 гъэм генерал Тормасовым С. А. Булгаковым унафэ хуищ1ауэ щытащ “а къэбэрдейхэм ныбжьэгъугъэ пыщ1эныгьэ шэшэнхэм хуа1эн ик1и епсэлъэн дэнэ къэна, ат1э абы къыщымынэу, ахэр сыт хуэдизк1и зэбийуэ зэрыщытыным хущ1экъуну”. Апхуэдэущ а лъэхъэнэм Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр урыс къулыкъущ1эхэм зэрымыщ1эу зэбийуэ зэрызэрагъэук1ыну я мураду щытар.
1809—1810 гьэхэм щы1ащ зыкъэ1этыныгъэ ин. Япэми хуэдэу, хамэ къэрал агентурэр хущ1экъурт зыкъэзы1этхэр езыр зыхуей лъэныкъуэмк1э иунэт1ыну, абы папщ1э къезэгь щытык1и щы1э хъуат: урыс-перс (1804—1813 гъэхэм), урыс-тырку (1810—1812 гъэхэм) зауэхэр ек1уэк1ырт.
1809 гъэм сентябрым Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ агентищ къэк1уащ пащтыхьыкъуэ Александррэ ахалцихскэ Салим-пащэмрэ я манифестхэр я1ыгъыу. Абыхэм я пщэ къралъхьат “урысей гъунапкъэхэм” зэгъусэу теуэн ик1и пащтыхьыкъуэ Александррэ ахалцихскэ пащэмрэ “Грузиер зы1эрагъэхьэнымк1э дэ1эпыкъуэгъу хъун папщ1э, къэбэрдейхэр, балъкъэрхэр, осетинхэр, шэшэнхэр ирагъэблэгъэну”.
1809 гъэм ноябрым Урысейм имыф1 пщыхэм езыхэм я зэ1ущ1эм кърагъэблэгъауэ щытащ Псыжь адрыщ1к1э щы1э тыркудзэхэм я дзэпщым и л1ык1уэр. 1улъхьэ, къэгъэгугъэныгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэр къигьэсэбэпурэ, ар хущ1экъуащ тыркудзэхэм Урысейм драгьэк1уэк1 зауэм адыгэпщхэр дэ1эпыкъуэгъу щищ1ыну. Абы къыдэк1уэуи хъыбар ягъэ1урт урысыдзэхэр зауэ 1энат1эхэм зэпы:мыууэ щызэхакъутэу ик1и ахэр къанэ щымы1эу щызэхакъутэпэну зэманыр мыжыжьэжу, муслъымэн лъэпкъхэр 1эщэ я1ыгъыу Урысейм и бийуэ зыкъа1этыньш къыхуриджэу “сулът1аным и бэракъым иритхауэ”.
Тырку агентхэм къэбэрдейхэмрэ балъкъэрхэмрэ я ;деж бзаджагьэк1э хъыбарыпц1хэр щагъэ1урт урыс къулыкъущ1эхэм абыхэм я “динымрэ хабзэхэмрэ” 1ахыну, залымыгъэк1э къэзакъхэм хатхэну, ахэр Сыбыр ягъэк1уэну, нэгъуэщ1 1эджэхэри жа1эу. Пащтыхь къулыкъущ1эхэм Кавказ Ищхъэрэм щрагъэк1уэк1 колониальнэ унафэм къызэригъэпэщырт апхуэдэ пц1ыхэр я ф1эщ зыщ1ын щхьэусыгъуэхэр. А псом къыхэк1ащ восстанэщ1э къа1этыныр.
1809 гъэм октябрым Балъкъ псым деж къыщыхутащ 1эщэк1э зэщ1эузэда ц1ыху мин зыхэт къэбэрдей гуп. Ар Кавказ линием теуэн хуейт, ауэ теуэныр зэк1э ягъэт1ылъащ. Ноябрым и япэ махуэхэм Балъкъ псым деж щызэхэта зэ1ущ1эм щызэхалъхьащ восстанэ къэзы1этахэм ящ1эн хуейм и план: 1) 1810 гъэм и гъатхэр къызэрихьэу тафэм тес къэбэрдей къуажэхэр Бахъсэн, Шэджэм, Шэрэдж аузхэм, нэгьуэщ1у жыт1эмэ, Балъкъэрым ягъэ1эпхъуэну; 2) щ1ымахуэр ик1ыхунк1э ик1и ц1ыхухэмрэ 1эщымрэ къуршхэм гъэ1эпхъуэныр зэф1эк1ыхунк1э “российскэ гъунапкъэхэм зэуэн щыщ1амыдзэну”.
Арщхьэк1э восстанэ къэзы1этахэр адэк1э зэгурымы1уэж хъуащ. Гуащ1эрыпсэу ц1ыхубэм ядакъым пщыхэм я сэбэп зыхэлъхэм щхьэк1э зэуэн ик1и 1809 гъэм Балъкъ, псым деж къыщащта унафэхэм едэ1уэн. 1810 гъэм февралым мэкъумэшыщ1э унагъуэ мини 2-м я л1ык1уэхэм Къэбэрдейм и унафэщ1 генерал Дельпоццо лъэ1ук1э зыхуагъэзащ япщхэмрэ я уэркъхэмрэ гущ1эгъуншэу зэрыдакъузэм ик1и зэрахъунщ1эм къыхэк1ыу къэрэхьэлъкъхэм линием зэпрыт1ысык1ыну зэраф1эф1ым теухуауз. Мартым и пэщ1эдзэм псори тафэ щ1ып1эхэм ирагъэ1эпхъук1ыу зауэм щ1адзэну пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зэрамурадымк1э хъыбар адэк1э ирагъащ1эурэ, мэкъумэшыщ1эхэр щ1элъэ1урт абыхэм я псэуп1эхэр яхъумэн папщ1э, дзэ гуп ик1эщ1ып1эк1э Къэбэрдейм кърашэну.
Пащтыхь правительствэр зык1и хуейтэкъым пщыхэмрэ таубийхэмрэ я мэкъумэшыщ1эхэмрэ пщыл1хэмрэ ямы1эж ищ1ыну, абы къыхэк1к1и мэкъумэшыщ1эхэм къа1эта 1уэхугъуэм унафэ тещ1ыхьыныр к1ыхьл1ыхь хъуащ ик1и, ик1эм-ик1эжым, ар зэф1амыгъэк1ыу къэнащ. Ауэ дауэ щымытми, 1810 гъэм апрелым и 14-м Къэбэрдейм карательнэ экспедицэ ягъэк1уауэ щытащ генерал Булгаковым и унафэм щ1эту. Абы зэхэгъэк1 имы1эу “мамыр” къуажэхэми “мымамырхэми” лъапсэрыхыр къахуигъак1уэрт, гъавэр игъэсырт, 1эщыр зэтриук1эрт ик1и ирихурт. Зауэ нэхъ инхэр щек1уэк1ащ Бахъсэн, Щхьэлыкъуэ, Налшык псыщхьэхэм. Апрелым Булгаковымрэ Дельпоццорэ я экспедицэм щыгъуэ къуажэ 200 ягъэсауэ, 1эщ мин 20 хэкум ирахуауэ щытащ.
С. А. Булгаковым и экспедицэм илэжьа гущ1эгъуншагъэр, уеблэмэ, игу ирихьакъым Урысейм и военнэ министр Барклай де Толли. Абы генерал Тормасовым хуитхауэ щытащ: “Хъыбархэр уи ф1эщ пщ1ымэ, къэбэрдейхэмрэ Псыжь адрыщ1к1э щыпсэухэмрэ я бийуэ ек1уэк1а экспедицэр щытащ ахэр хъунщ1эныгъэрэ я псэуп1эхэр зэтегъэсхьэныгъэу; апхуэдэ зауэ гущ1эгъуншагъзхэм а лъэпкъхэр гузэвэгъуэ иным хидзэк1эрэ, дэ дыкъалъагъу мыхъу ящ1 ик1и, жып1энурамэ, а ди гъунэгъу лъэпкъхэм яхуди1э щытык1эм ахэр нэхъри дбгъэдегъэк1уэт а хэкум мамырыгъэ щы1э хъуным и п1эк1э”.
1809—1810 гъэхэм ек1уэк1а восстанэхэр зэриуха щ1ык1эр щыхьэт тохъуэ тепщэу щыт гъэпщыл1ак1уэхэм — пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я сэбэп зыхэлъхэр зыхъумэ пащтыхьыр я дэ1эпыкъуэгъуу пщы-уэркъхэм кърах залымыгъзм къы1эщ1агьэк1ыну щыгугъа мэкъумэшыщ1эхэр икъук1э къапц1эу зэрыщытам.
И. Ф. Ртищевыр дзэпщ нэхъыщхьэу Булгаковым и п1эк1э къагъэк1уа нэужьи урыс правительствэм и колониальнэ унафэр Къэбэрдей хэкум нэхъ к1ащхъэ щыхъуакъым. Ауэ щыхъук1и И. Ф. Ртищевым и лъэхъэнэм къриубыдэу Къэбэрдейм урысыдзэхэмрэ къэбэрдейхэмрэ щызэзэуауэ тщ1эркъым. Ар Ртищевым мамыру Кушыку дригьэк1уэк1а колониальнэ унафэм и шэсып1эу щытащ. Ртищевым щабэу, мамыру пащтыхь колониальнэ унафэр Кавказ Ищхъэрэм зэрыщилэжьам Кушыку пщы уэлийм и щ1ыхьри ину къи1этащ. А зэманым ирихьэл1эу Урысейм колониальнэ политикэм пэуву щыта пщыхэр — Адэлджэрий, Мысост Аслъэнбэч, нэгъуэщ1хэри зэрымыпсэужри Кушыку пщы уэлийм къигъэсэбэпыфащ. Урысейм и телъхьэ Хьэт1охъущокъуэ Исмэхьил 1812 гъэм зэрымыпсэужар Кушыку езым зэрыхуейуэ къызэригъэсэбэпам дэ шэч къытетхьэркъым. А зэманым къэбэрдейхэм я мамыр псэук1эр еф1эк1уэным теухуауэ гугъэ нэпц1ым и шэсып1э а псори хъуауэ къыщ1эк1ынщ.
А мамырыгъэ псэук1эм куэдрэ зиужьакъым. 1816 гъэм И. Ф. Ртищевым и п1эк1э Кавказым къагъэк1уащ Цициановри, Глазенапи, Булгаковри ящызыгъэгъупща А. П. Ермоловыр. Ар 1812 гъэм Наполеон щызэхакъутэм щызэрихьа л1ыхъужьыгъэм ину ирипагэ урыс генерал ц1эры1уэт. Ауэ щыхъук1и нобэр къыздэсым ц1ыху куэдым къагурымы1уэу я гупсысэр къызэщ1е1этэ, абы а Хэку зауэшхуэм и ужьк1э япэ дыдэу экспедицэхэмрэ емынэмрэ лъапсэрых ищ1а Къэбэрдейм и лъапсэр зэрырихар, абы урысхэм нэхъ гъунэгъу дыдэу яхущыта Къэбэрдейр зэбгрихуу щ1ап1э нэщ1 ищ1а хэкур зэриубыда щ1ык1эр, абы хуэдиз хьэзабыр залымыгъэк1э, зауэк1э, мурад щэху 1ейхэмк1э зэрилэжьар къызыгурымы1уэхэм зыщагъэгъупщэ ар пащтыхь унафэм и япэ джатэжьу зэрыщытар. Ермоловыр пащтыхьым и генералщ, и пащтыхььш и унафэхэр зыгъэзэщ1а ц1ыху гущ1эгъуншэщ.
А. П. Ермоловырщ Кавказыр къызэразэуну планыр зэхэзылъхьар. Абы и 1ущагъымрэ и щ1эныгъэхэмрэ урысей пащтыхьым 1эмал бзаджэк1э къигъэсэбэпауэ зэрыщытыр зэи зыщыдгьэгьупщэ хъунукъым. Сэ зы псалъэк1э къыжыс1ащ А. П. Ермоловыр “пащтыхь джатэу”. Ар тхылъеджэхэми къывгуро1уэ. Сэ А. П. Ермоловым теухуауэ къыжыс1эну сызыхуеяр пысщащ Бейтыгъуэн Сэфарбий и тхылъым Жанхъуэт Кушыку щхьэк1э щитха псалъэхэм дыщ1ызгъуа си псалъэхэмк1э. Ермоловым Кушыку езым и шыщхьэмыгъазэ зауэл1 зэрыхуэмыхъуам къыхэк1к1э пщы уэлийм хужи1ащ: “А купщ1эншэ, мыхьэнэншэ дыдэ л1ыжьым напэншэу езым къыбгъэдэтхэр яхуэмыфащэу щ1еуфэ, ауэ щыхъук1и езым и къуэ дыдэ хъунщ1ак1уэми жьэдэуэфыркъым”.
1822 гъэм июлым и 20-м А. П. Ермоловым Урысей штабым и унафэщ1 нэхъыщхьэ Вельяминовым зэрыхуитхамк1э, Къэбэрдейм нэгъэсауэ пащтыхь колониальнэ унафэр щигъэувын папщ1э, Балъкърэ Тэрчрэ я зэхуакум — Каменномост, Къызбрун, Бахъсэн, Шэджэм, Налшык, Аруан, Шэрэдж, Лэскэн, Тэрч — бгы лъапэхэмк1э ек1уэк1ыу урыс гарнизонхэр щыпсэун быдап1эхэр щаухуэрт. Аращ Къэбэрдей линиер. А линиерщ А. П. Ермоловым и иужьрей экспедицэм и лъыгъажэ гъуэгур щиухар.
Пщы къудамэхэм теухуа очеркхэм я нэхъыбэм къыщыдгъэсэбэпа тхыгъэхэм къагъэлъагъуэ 1557 гъэм къыщыщ1эдзауэ къэбэрдейхэмрэ урысхэмрэ зэгуры1уэныгъэм, пэжу зэбгъэдэтыныгъэм и гъуэгуу хашар, нобэр къыздэсым мыужьыхыжын гьуэгуанэу хашауэ, гъуэгуанэ хьэлъэми, еф1эк1уэныгъэу зэрыщытар. Мы зэман гугьуми Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысей Федерацэм хэту нэхъ еф1эк1уэным хущ1окъу.

Комментарии 0