Хьэгъундыкъуей къуажэм щекIуэкIащ Бемырзэ Мухьэдин и фэеплъ зэпеуэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, Хьэгъундыкъуей (Али-Бэрдыкъуэ) къуажэм щекIуэкIащ Дунейпсо Къандур саугъэтым и Лауреат, КъЧР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъЧР-м и цIыхубэ усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин Хьэмид и къуэм и фэеплъым траухуа баскетболкIэ топ джэгу зэпеуэр. Ар къызэрагъэпэщащ Мухьэдин къыщалъхуа махуэм – мэлыжьыхьым (апрелым) и 7-м ирихьэлIэу.

Зэпеуэр щрагъэкIуэкIащ Бемырзэ Мухьэдин здэлэжьауэ, къуажэм и е 1-нэ еджапIэм. Фэеплъыр ягъэлъэпIэну къекIуэлIащ къуажэм и Iэтащхьэ Иуан Руслан, еджапIэм и унафэщI Маху Руслан, Мухьэдин къыдэлэжьауэ, и ныбжьэгъуфIхэу ЛIымаху Умар, Аслъэныкъуэ Мухьэб, Нэхущ Рэмэд сымэ, кърагъэблэгъащ и  къуэш нэхъыщIэ Бемырзэ Мухьэрбий, лъэпкъым къыхэкIахэр, къуажэдэсхэр, еджакIуэ-егъэджакIуэхэр.

Зэпеуэр къызэIуахкIэрэ, утыкум къыщыпсэлъащ ЛIымаху Умаррэ Аслъэныкъуэ Мухьэбрэ. Ахэр къызэхуэсахэм ядэгуэшащ я ныбжьэгъум теухуа гукъэкIыжхэмкIэ, и гъащIэ гъуэгуанэм теухуа теплъэгъуэхэмкIэ.

- Мухьэдин къызыхэкIа  лъэпкъым гурэ псэрэкIэ етауэ, гъащIэм хича и лъэбакъуэ къэси адыгэм триухуэу псэуащ. Езым и гъащIэр псынщIэу иримыхьэкIами, и адэр пасэу щхьэщыукIуриикIыу, анэм и жьауэм щIэту гугъуехьым къыхэтэджыкIами, и цIыхугъэмрэ лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ зэманым иригъэсеякъым. ЕджапIэм щылажьэми, егъэджэныгъэ-щIэныгъэ Iуэхум щыпэрытми, сабийхэм я гъэсэныгъэм гуащIэ щыхуигъэтIылъми, абы зыщигъэгъупщакъым и къуэпсыр къыздежьэ лъэпкъым и хабзэр, нэмысыр, кIухьэныр.

Ноби Мухьэдин и IэдакъэщIэкI усэхэм дахэплъэжмэ, наIуэу долъагъу и Хэкум фIылъагъуныгъэу хуиIар, абы и къэщIэрэщIэжыныгъэм щIэхъуэпсу зэрыпсэуар. Гухэхъуэщ къуажэдэс щIалэгъуалэм  хьэрычэт махуэ къызыкъуахыу, апхуэдэ цIыхушхуэм и фэеплъыр ягъэлъапIэу, илъэс къэси мы Iуэхугъуэр зэрырагъэкIуэкIыр. Нэхъри дэрэжэгъуэщ еджапIэм щIэс сабийхэм къыщыщIэдзауэ, балигъхэм щыщIэкIыжу, зэпеуэм хэтхэр щыплъагъукIэ.

Шэчыншэщи, Мухьэдин хуэдэ цIыхухэм лъэпкъым хуащIар уасэншэщ, абыхэм я фэеплъым сыт хуэдэ Iуэху дахэкIэ дыпэмыджэжами, яхуэфащэщ. Тхьэм мы зэпеуэм фыкъызэрекIуэлIа мурадхэри, гъащIэм щывиIэ фи гухэлъхэри къывигъэхъулIэ,- жаIащ и ныбжьэгъухэм.

Абы къыдэкIуэу, Мухьэдин ипхъу Къущхьэ Мадинэ егъэджакIуэхэм я Урысейпсо зэпеуэм деж ищхьэ увыпIэр къыщихьу, анэдэлъхубзэм и пщIэр къэралым и къалащхьэм зэрыщиIэтам нэгъэсауэ зэрыригушхуэр жаIащ. Ар и щхьэусыгъуэуи фIыщIэ саугъэт Мадинэ хуагъэфэщащ. ИкIи ягъэбелджылащ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр и адэм и фэеплъым нэгъэсауэ зэрыхуэфащэр.

АдэкIэ, зэпеуэм и хеящIэ нэхъыщхьэ Ажий Уэсмэн псалъэр ищтэри, къекIуэлIа гупхэр зэрызэдэджэгунур наIуэ зыщI пхъэидзэ иригъэкIуэкIащ. Зэпеуэм топ джэгу IэзагъкIэ щызэпэджэжащ щIалэгъуалэу нэрыбгэ 40-м щIигъу. ЕджакIуэ цIыкIухэм къыщыщIэдзауэ, къуажэдэс щIалэгъуалэмрэ балигъыпIэ иува лIыкухэмрэ щыщIэкIыжу, фэеплъ турнирым хэтащ гупи 5.

Топ джэгу Iэзагъэм щIыгъуу, щIалэгъуалэм пабгъэныгъэ хуабжь къызыкъуахри, зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнащ. Джэгугъуэ къэскIэ гъэнщIат зэпэщIэтыныгъэ узыншэкIэ, дэтхэнэ гупми къикIуэтын и гугъэтэкъым. Зэдэджэгухэм яхэтт зи ныбжьыр илъэс 50-м нэблэгъахэри, илъэс 14-15-м ит ныбжьыщIэхэри. Арами, нэгъэсауэ зэгурыIуэу, зэхуэсакъыжу утыкум щызэпеуащ.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, джэгугъуэхэм щобелджылы зи IэкIуэлъэкIуагъымкIэ адрейхэм ящхьэщыкIахэр. Мы махуэми увыпIэхэр къалъэщащ щхьэж и джэгукIэ Iэзагъым елъытауэ. Япэ увыпIэмрэ илъэс къэси зэIэпах Саугъэтымрэ ялъэщащ «Бгъэ уардэхэр» гупым. ЕтIуанэ увыпIэр къалъэщащ зэпеуэр зи хьэрычэткIэ къезыхьэжьа «Нарт» гупым. Ещанэ увыпIэм зыщагъэбыдащ илъэс кIуам зэпеуэм щытекIуа «Бэчбий» гупым.

Абы къыщымынэу, къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ зи ныбжькIэ нэхъ щIалэу, е 1-нэ еджапIэм и еджакIуэхэм я гупым, топ нэхъыбэ изыдза Къущхьэ Расим, зи ныбжькIэ нэхъ щIалэ дыдэу зэпеуэм хэта Щокъарэ Амэрбий сымэ.

Къызэхуэсахэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ къуажэ Iэтащхьэм.

- Къуажэм и зэхэтыкIэ дахагъэри, гъэсэныгъэу дэлъри белджылы щыхъур нобэ хуэдэ махуэщ. Хабзэ тхуэхъуауэ, Бемырзэ Мухьэдин и фэеплъыр зэрыдгъэлъапIэ зэпеуэр илъэс къэси къызыдогъэпэщри, сыт щыгъуи щыхьэт дытохъуэ ди щIэблэми, нэхъыжьхэми пщIэ зэхуащIыжу, ди цIыхушхуэ дгъэлъэпIэфу, я цIэр фIыкIэ итIуэу къуажэр дызэрызэхэтыр.

Нобэ едгъэкIуэкIа Iуэхугъуэр спортым ехьэлIауи мыхьэнэфI зиIэ хьэрычэтщ. Ди щIэблэщIэр узыншэу къызэщIэтэджэным хуэгъэза лъэбакъуэ махуэщ. ДяпэкIи апхуэдэ дэрэжэгъуэ къызыкъуэфхыну сывохъуэхъу. Тхьэм жиIэмэ, дяпэгъэ зэпеуэм нэхъри зедгъэубгъуу, нэгъуэщI къуажэхэри къедгъэблагъэу едгъэкIуэкIын ди гугъэщи, апхуэдэ мурадхэр къыдигъэхъулIэ. Нобэ текIуахэм сывохъуэхъу, увыпIэ зи насып къимыхьахэми я джэгукIэ Iэзагъым хагъахъуэу, дяпэгъэ нэхъыфIыжу зывгъэлъэгъуэну дыфщогугъ,- жиIащ Иуан Руслан.

АдэкIэ, иужьрей псалъэр ищтащ Бемырзэ Мухьэрбий, икIи Бемырзэхэ я лъэпкъым къыбгъэдэкIыу, фIыщIэ яхуищIащ хьэрычэтыр къезыхьэжьа щIалэхэм, сыт и IуэхукIи абыхэм защIэзыгъэкъуа къуажэ администрацэм, зэпеуэм къекIуэлIа дэтхэнэми.

Комментарии 0

      Последние публикации

      Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

      Подписаться

      Здравствуйте!
      Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

      Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.