ЕгъэджакIуэхэм я ГуфIэгъуэ Пшыхь
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и гуапэу фыкърегъаблагъэ 2015 гъэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 3-м Къэрал Концерт ГъэлъэгъуапIэм щызэхэтыну гуфIэгъуэ пшыхьым. ЕгъэджакIуэхэм я Махуэм ирихьэлIэу къызэдгъэпэщ мы зэIущIэр зыхуэгъэпсауэ щытынур адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэрщ – адыгэр лъэпкъ зыщIыж и бзэр щIэблэм бгъэдэзылъхьэ, хэзыпщэ, фIылъагъуныгъэ хуезыгъэщI Адыгэбзэм и Гупсэхэрщ.
ГуфIэгъуэ пшыхь утыкур ягъэдэхэнущ "Кабардинка" къэрал къэфакIуэ гупым, Лосэн Тимур, Сокъур Ольгэ, Тхьэгъэлэдж Светэ, Багъ Любэ, Хьэкъул Оксанэ, Тхьэзэплъ Залинэ, ЦокIыл Азэмэт, Уэзрокъуэ Чэрим, ДыщэкI Артур, Бэч Азэмэт, "Пшыналъэ" джэгуакIуэ гупым, «АмикС» джэгуакIуэ-къэфакIуэ гупым, Дзэгъащтэ Азэмэт, нэгъуэщIхэми.
Адыгэбзэм хуэгумащIэ, лъытэныгъэ хуэзыщI дэтхэнэ ди зы лъэпкъэгъухэри фыкъыдогъэблагъэ Адыгэбзэм и пщIэр зыIэт ди ЕгъэджакIуэхэм я ГуфIэгъуэ Пшыхьым.
Комментарии 0