Кlыщокъуэ Алим и "Нал къута" романыр дунейм къызэрытехьэрэ илъэс 50 мэхъу
ТхакIуэшхуэ, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтхэм я лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ бадзэуэгъуэм и 22-м илъэси 109-рэ ирикъуащ. Адыгэ литературэ псом нэхъ къахэлъэщыкIа художественнэ тхыгъэр – псалъэмакъышхуэ зращIэкIауэ щыта Алим и «Нал къута» романыр – дунейм къызэрытехьэрэ илъэс 50 ирокъу.
Ди бзэр псэужмэ, апщIондэхукIэ
Си гугъуи ящIу зэхэфхынщ
(КIыщокъуэ Алим)
Алим Хэку зауэшхуэ екIуэкIам (1941-1945гъ.гъ.) и пэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэсыху хэташ. Хэтащ лагъымыдз батареем,, абы нэмыщIкIэ фотоаппарат, къалэм иIыгъыу, тхакIуэ бригадэ и гъусэу и нэгу щIэкIар итхыжу. Зауэм триухуа тхыгъэхэр къапщтэмэ, нэхъ романышхуэ дыдэр «Щынэхужьыкъуэращ». Мыр дилогиещ: «Щынэхужьыкъуэ», «Нал къута» жиIэу тхылъитIу зэхэтщ, абы епхащ «Кхъужьыфэ» романыр.
«Нал къутам» нэхъ гугъу сыдехьащ, ар нэхъ къызэхъулIауэ къызолъытэ. Ар нэхъ щIысфIэлъапIэм нэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэщ: романыр зытеухуар 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм и кIуэдыкIа хъуарщ – ар сэ езым си нэгу щIэкIащ, сыпсэухуи си щхьэм икIынукъым», – жиIат Алим.
1971-1973 гъэхэм КIыщокъуэм и «Нал къута» романыр «Iуащхьэмахуэ» журналым традзэ. «Iуащхьэмахуэм» иримыт щIыкIэ, Алим, и псэм ищIа хуэдэу, романыр партым и обкомым ихьри зажриIэпхъэм елъэIуат, гупсэхуу щаджыкIыу, къазэрыщыхъуари ямыбзыщIыну. Ауэ, адыгэбзэкIэ тха художественнэ тхыгъэ ахэр еджэфынутэкъым, апхуэдэ хабзи а зэманым щыIатэкъым. Мыдрейуэ, критикхэр романым щытхъуа мыхъумэ, ныкъусаныгъэ щIагъуи къагъэлъэгъуатэкъым.
1973 гъэм «Щынэхужьыкъуэ» роман-дилогиер урысыбзэкIэ «Сломанная подкова» жиIэу Москва къыщыдэкIащ, зэзыдзэкIар Солоухин Владимирщ. «Москва» журналым и номерищым тетащ романыр. Абы иужькIэщ романым теухуауэ псалъэмакъышхуэ къыщыхъеяр. ТхакIуэм зэрыжиIэжамкIэ, псори къыщежьар партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомырт.
«Ди обкомым щылажьэхэм сраджэри къызэпсэлъащ, романыр езыхэр зэрыхуейм хуэдэу сагъэтхыжыну. Абыхэм къагурызгъэIуащ зэхъуэкIыныгъэ лъэпкъ стхам зэрыхэзмылъхьэнур. Сэ пцIы стхакъым, архивым щIэлъ тхылъхэр къэзгъэсэбэпащ. Сэ сыхуейщ пцIы хэмылъу пэжыр щIэблэм я деж нэзгъэсыну, псори кIуэдыжынущ, – къэнэнур тхыгъэращ», – итхыжат Алим.
Стенографие отчетхэм мыхэр къыхощыж: «Обкомым гу лъыдегъатэ «Нал къута» романым щыщIэныгъэ куэд зэрыхэлъым…», «Сэ нобэ сыкъыщIэпсалъэр обкомым апхуэдэ къалэн си пщэ кърилъхьауэ аращ…», «Роман «Нал къутар» ди щIалэгъуалэр гъэсэным зэран хуэхъунущ, абы къыхэкIыуи, ди школ Iэтащхьэхэм чэнджэщ еттащ а тхыгъэр программэм хамыгъэхьэну...», «ЖыпIэ хъунущ а тхыгъэ дызыхуэмейр Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхуу исым ягу иримыхьауэ…», нэгъуэщI куэди. ЗэрыжаIауи, романыр школ, университет программэхэм хэтакъым, и цIэ къраIуа мыхъумэ, Iэмалыншэу уеджэн хуейуэ щытакъым. ЗытеIукI текIыжыркъым щIыжаIар мы Iуэхугъуэм щынэрылъагъу дыдэщ.
««Щынэхужьыкъуэ» романыр щыстхым щыгъуэ сэ къэзгъэсэбэпа щыIэмэ, си нэгу щIэкIар, си нэкIэ слъэгъуар, си фэм дэкIаращ – жиIащ Алим, псалъэмакъыр къыщежьам. – Сэ сощIэж: дивизэм и зауэ гъуэгур щиухам щыгъуэ ятхыжауэ щытащ зы отчет. Абы итащ мыпхуэдэу: дзэр щызэхашам щыгъуэ 5550 хъууэ щытащ, абы щыщу къэнар 365-рэщ жиIэу. А 365-м сэ сахэтщ. Иджы цIыхум и мурадыр къехъулIэнумэ, сэ къызэхъулIащ. Зэгуэр Саль губгъуэм дилъу, абы шу щыбгъэпщкIун дэнэ къэна, къамылъэгъун хуэдэу пыIэ щыбгъэтIылъын щыIэтэкъым, апхуэдэу джафэу, дэнэ лъэныкъуэкIэ гъази километри 100-кIэ жэ, зы кумб, е зы кIэнауэ, е зы Iуащхьэ ухуэзэнутэкъым. Мис аращ дэ зэуапIэ тхуэхъуари, нацдивизэр мис абы и деж щызэуащ. ЛIыгъэ яхэлъу зэуащ. НэгъуэщI Iэмал ямыгъуэту, мы танкхэр къедгъэкъутэнщ жаIэу, - топышэ я IэплIэм илъу танк щIагъым зыщIадзэрэ, езыми зрагъэукIыу, – танкыр якъутэн я гугъэу, мис апхуэдэу зэуащ. Пщэдджыжь гуэрым, сощIэж, жьыуэ къыщIадзэри пщыхьэщхьэ хъухукIэ авиацэкIэ бомбэ къыттрапхъэу бэлыхь дыхагъэтащ. Сэ кIэнауэ гуэрым сыдэлът, зыгуэрым и хэдапхэм деж. Иджы мыбы сыкъелрэ, мы си нэгу нобэ щIэкIар схуэтхыжатэмэ, сыту си насыпт жысIэу ар си гум къэкIащ. НтIэ, а «Щынэхужьыкъуэм» зы хэткъым къэзгупсысаи е рассказ япэм стхахэм щыщ зыгуэрхэр къыщызгъэсэбэпаи, – си нэгу щIэкIар стхыжащ, слъэгъуар стхыжащ».
Топауэр уэгум иувауэ / Уафэгу IунэщIыр егъэзджыздж, – къыхощри Алим и усэм.
Алим лей кIэлъызэрахьэну зэхаубла Iуэхур щIэх щагъэтакъым. «ЗищIысыр сыт КIыщокъуэ Алим итха романыр?» жиIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтми Къэбэрдей-Балъкъэр университетми зэхуэсышхуэхэр щекIуэкIат, – литераторхэм, щIэныгъэлIхэм «Щынэхужьыкъуэ» дилогием теухуауэ унафэ пыухыкIахэр къыхуащIат. Обкомым и унафэм зыри ебэкъуэфынутэкъым. Романым хуэфащэ пщIэр езытыжыфын цIыху лъэщ абдей къахэкIатэмэ, псалъэмакъыр нэхъ псынщIэу ужьыхыжынут.
«Иджыпсту республикэ псом абы нэхъ хъыбарышхуэ илъкъым: цIыхур дэнэ и дежи абы щытопсэлъыхьри уахуэзам, ухуейми ухуэмейми, ар къызэрыпщыхъур яжепIэн хуей мэхъу. Абы жэуап ептын щхьэкIэ, щхьэж къызэрыщыхъур, хъуми мыхъуми имыIуатэу, псоми еплъыкIэ зэщхь яIэн хуейщ. А еплъыкIэ зэщхьыр иджыри къэс ирикъуу къахуэгъэлъэгъуакъым. ЦIыхур гупитI зэрыгъэхъуащи: «Дауэ къыпщыхъурэ КIыщокъуэм и романыр?», аращ зэхэпхыр. «ФIыщ» жыпIэми, фIыкъым, «Iейщ» жыпIэнущи, ари хъуркъым», – апхуэдэут зэрытепсэлъыхьхэр.
«Нал къутам» щытхъуу зыри ятх хъуртэкъым. АрщхьэкIэ, къаIэта Iэуэлъауэм тхыгъэр цIыхухэм яIэщIимыгъэхуа къудейм къыщымынэу, абы нэхъыбэ еджэ ищIат. «Дружба народов» библиотекэм (Москва) 1976 гъэм «Сломанная подкова» романыр мин 200 хъууэ къыдигъэкIат. Ар зэрызыIэрыбгъэхьэфынур Iэ тебдзэурэт, апхуэдизу зэпэубыдати.
«Грушевый цвет» романыр 1981 гъэм «Молодая гвардия» тхылъ тедзапIэм (Москва) къыдигъэкIащ. А зэманым ирихьэлIэу, 1981–1982 гъэхэм, «Художественная литература» тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ щагъэхьэзырри къыдагъэкIащ КIыщокъуэ Алим и тхыгъэхэр томиплIым щызэхуэхьэсауэ. 2-нэ томыр хухэхат мы романым, экземпляр 50 000-м тIэкIу фIэкIырт и бжыгъэр.
Москва, «Советская Россия» тхылъ тедзапIэм, 1982 гъэм «Долина белых ягнят» жиIэу урысыбзэкIэ (зэрытхылъищу), напэкIуэцI 784 хъууэ, къыщыдэкIащ. 1983 гъэм «Нал къутар» Братиславэ (Словакием) «Сломена подкова» жиIэу, и тиражри экземпляр 5500 хъууэ, словакыбзэкIэ къыщыдагъэкIащ. «Дружба» серием хэту, къэзахъыбзэкIи къыдэкIауэ щытащ «Нал къута» тхылъитIыр. Ауэ щыхъукIи, Москва тиражышхуэу къыщыдэкI пэтми, Къэбэрдей-Балъкъэрым ар щыгъуэтыгъуейт. Дэтхэнэри хуейт тхылъым еджэну, а романым щхьэкIэ унафэщIхэм жаIэр пцIырэ пэжрэ къищIэну.
1984-1986 гъэхэм КIыщокъуэ Алим и тхыгъэхэр томиплIым щызэхуэхьэсауэ адыгэбзэкIэ Налшык «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. И тиражыр экземпляр мини 2-т зэрыхъур. Ещанэ томыр хухахат «Щынэхужьыкъуэм», – иджы тхылъищу («Кхъужьыфэр» ящIыгъуу) зэхэлъ романым (1985 гъ.).
1987 гъэм, «Жазушы» Алматы къэзахъ тхылъ тедзапIэм Алим и роман «Сынфан тафа» («Сломанная подкова») жиIэу къыщыдэкIащ.
1985 гъэм «Кхъужьыфэ» романыр, щхьэхуэу, адыгэбзэкIэ дунейм къытехьащ. I989 гъэм «Долина белых ягнят» трилогиер етIуанэу «Советская Россия» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIыжащ.
2004 гъэм Алим и тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ томихым щызэхуэхьэсауэ Налшык «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIыу щIидзащ. 2006 гъэм 4-нэ томым иту, и тиражыр зы мин хъууэ, «Щынэхужьыкъуэ», «Нал къута», «Кхъужьыфэ» романхэр дунейм къытехьащ.
КIыщокъуэ Алим и IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ си тхылъ къыдэзгъэкIти, усакIуэм и сурэт тхылъ тебзэм тедгъэувэнум дыхэплъэу, типографием и унафэщI урыс щIалэм мыр къызжиIат: « «Нал къутам» и зэманым си адэ къуэшыр партым и обкомым щылажьэрти, гъэпщкIуа дыдэу романыр къысхуихьри, зы жэщым сригъэджат, пщэдджыжьым имыхьыжынкIэ Iэмал иIэтэкъыми. Хъунумэ, адыгэ фащэ зыщыгъ и сурэтыр тегъэувэ, – апхуэдэущ Алим си гум къызэринар, си нэгум къызэрыщIэувэр».
Комментарии 0