ЩоджэнцIыкIу Алий - 120

К 120-летию со дня рождения  Али Шогенцукова - адыгского  поэта-классика, основоположника кабардинской литературы.

Али Шогенцуков родился 28 октября 1900 г. в Кучмазукино, Нальчикского округа Терской области Российской империи (ныне г. Баксан КБР). Погиб 29 ноября 1941 г. в нацистском концлагере под Бобруйском, Белорусская ССР, СССР.

Къэбэрдей-Балъкъэр университетым гъэ еджэгъуэр иухри, зыгъэпсэхугъуэ мазитIым (июль-августым) техуэу, Истамбыл (Тыркум) и зы адыгэ Хасэ сыкIуат, абы къекIуалIэ адыгэхэм адыгэбзэ тIэкIу язгъэщIэну, адыгэ щэнхабзэм, ди тхыдэм щыгъуазэ сщIыну – мазитIкIэ, нэхъ мыхъуми, адыгэбзэм хэзгъэтыну. А зэманым адыгэхэр дызэкIэлъыкIуэу щIэддзагъащIэти, куэдым зэрыадыгэр къащIэжауэ, адыгэбзэ зрагъэщIэжыну иужь итт, хэкумкIи къэлъаIуэт бзэ-хабзэр дэзыгъэщIэн егъэджакIуэ къытхуэвгъакIуэ жаIэурэ.  

УсакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий илъэс бжыгъэ хъурей ирикъути, университет программэм абы и творчествэр егъэджыным хухих сыхьэт бжыгъэ мащIэм нэмыщIу, бжьыхьэм ар Iэтауэ дгъэлъэпIэну зыдгъэхьэзырти, Алий и гъащIэ гъуэгуанэм (биографием), и тхыгъэхэм теухуауэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр студентхэм ядезгъэкIуэкIт, Истамбыл адыгэ хасэм щезгъэджэнри си Iуэхухэм дэгъуэу къекIуат. КъемыкIункIи Iэмал иIакъым – Алий езым усэныр къыщищтар Истамбылтэкъэ! Апхуэдэу Iуэхур псори зэхуэхъури, лэжьэн щIэздзат. ИкъукIи Iэтауэ срагъэблэгъат – Къэбэрдей - Балькъэр къэрал университетым къикIри профессор къытхуагъэкIуащ адыгэбзэ дигъэщIэну жаIэри, Истамбыли а Iуэхур дэз ящIат – хэхэс адыгэхэр псынщIэу зэрощIэ.

Еджэныр абыхэм гугъу дыдэ къащыхъунут, ди алыфбейр язгъэщIэну абыкIэ къыщIэздзэмэ, адыгэ куэди дерсым къекIуэлIэжынтэкъым – ахэр а Iуэхум хуэмурэт зэрепшэлIэн хуейр. Адыгэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм – и хабзэм, и бзэм, и дуней тетыкIэм, Урыс-Кавказ зауэм кърикIуам, абы фIэкIуэдам, адыгэхэр Тыркум къызэрыщыхутам, нобэрей адыгэм и псэукIэм – Урысей къэралыгъуэм ди лъэпкъым щиубыд увыпIэм – нэгъуэщI куэдми и гугъу яхуэсщIыурэ, хуэм-хуэмурэ, дызэрылажьэрэ тхьэмахуитI нэхъыби дэкIауэ, литературэм – псом хуэмыдэу ди усэхэм – сакъыхуеджэу щIэздзащ; псалъэхэр яхузэпкъырысхыу, зы сатыр е сатыриплI къэс сыкъэувыIэурэ къикIыр къагурызгъаIуэу, сытми, тIэкIу адыгэбзэусэбзэм дезгъэхьэхащ. Усэхэр, езыхэм я ныбжьым яфIэгъэщIэгъуэн хъун защIэу къыхэсхти, я гум илъу яхужымыIэхэр усэбзэ къабзэкIэ – анэдэлъхубзэкIэ – щызэхахкIэ ахэр насыпыфIэ дыдэхэт – мыпхуэдиз усакIуэ адыгэм иIэныр щыгъэтауэ, усэ ятхыху тщIакъым жаIэт. Мис иджы Алий къагурыIуэну хьэзыр хъуагъэнщ щыжысIэм – усакIуэр къахузэIусхат. Алийрэ Истамбылымрэ зэрызэпхар къыхэзгъэщын хуейти, кIэщI дыдэу и биографием щыщ гуэрхэм – ахэр нэхъ зыхуеину къэслъытэм – сыкъытеувыIат, къинэмыщIуи, Алий и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр здэсхьат абыхэми, езгъэдэIуащ. Уэрэдхэрат абыхэм нэхъ псынщIэу япхъуатэр, – IэфIу я псэм дыхьати, ди адэ-анэр, ди нэхъыжьхэр едгъэдэIуэнущ жаIэурэ тратхэт. Алий яхэтат Дым Iэдэм и мыдрисэм япэ дыдэ щIэтIысхьахэм. Нэхъ гурыIуэгъуэ хъун папщIэ: Дым Iэдэм узэщIакIуэт, ар тхакIуэт, усакIуэт, зэдзэкIакIуэт, журналистт. Къыщалъхуар Бахъсэнщ. Урыс еджапIи мыдрисэи къиухат. Къаир дэт Аль-Азхар университетми щеджащ. А зэманым Къэбэрдейм нэхъ щIэныгъэшхуэ зиIэу исахэм яхуэдэщ. Дымым 1912 гъэм адыгэбзэ мыдрисэ къызэIуихат. Iэдэм Къаир щыкIуэм, Алий 1914 гъэм, Гугухэ я мыдрисэ-хьэлийм кIуэжат, ЦIагъуэ Нурийрэ Алийрэ еджапIэм къыщыщIахужым, Нурий къызэIуиха «ЦIагъуэм и университет» жыхуаIэу щытам щIэтIысхьат. Нурий и фIыгъэкIи, егъэджакIуэ IэщIагъэм зыхуигъэсэну Алий макIуэ Темирхъаншурэ (иджыпсту Буйнакск жыхуаIэм), абы йокIри Бахъшисарай (Кърымым) макIуэ. ИужькIэщ и щIэныгъэм хигъэхъуэну ар Истамбыл щынэсар.

 Алий усэныр Истамбылщ къыщищтар.  И усэ лъэщ дыдэхэр – «Тырку хадэм», «Жынгызмэ и нып фIыцIэжьыр», «Нанэ» жыхуиIэхэр здызэхилъхьар Истамбылщ. Бахъсэн куейм къыщалъхуа къэбэрдей усакIуэшхуэм, къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъам, усэныр Истамбылт къыщищтар. Ар къэзгъэнэIуа иужькIэ, сыт абы къыпыcщэжми, абыхэм я дежкIэ гъэщIэгъуэн дыдэт – усакIуэшхуэр, къызэрыщIэкIамкIэ, езыхэм ящыщт, я шынэхъыжьт, Босфор псы Iуфэм Iутат. Алий и биографием псалъэхэзышэ кIыхь щIыхуэсщIар а усищым нэхъ гъунэгъуу сыбгъэдыхьэнрат. «Жынгызмэ и нып фIыцIэжьыр» усэм – а сатыриплIым – университетым сыхьэт бжыгъэ щыхухэсхт. Сыхьэт бжыгъэкIэ узытепсэлъыхьынт Чингизхъан (Жынгызмэ жыхуиIэм), Темыр щIакъуэ сымэ Кавказыр илъэс куэдкIэ «зраутхыпщIам», – адыгэхэр щыгъэтауэ, мыр (усэр), къызгурыIуэм дежкIэ, Кавказым щыпсэу лъэпкъ псоми я тхыдэщ, я лIыгъэщ, я фащэщ – езыри апхуэдизу усэ лъагэщи, укъызэщIеIэтэ:

Жынгызмэ и нып фIыцIэжьыр
Адыгэм жьауэ хуэхъункъым,
Темыр щIакъуэ къригъэпс дыгъэкIи
Iуащхьэмахуэ уэсыр текIынкъым

(1917 гъ.)

 Езгъаджэхэм мыр адыгэм и гимнщ яжесIат, «гъущI хэлъу жаIэ сэ си усэм» жиIэгъащ КIыщокъуэ Алим мыпхуэдэ тхыгъэхэм щхьэкIэ. Мобдеи, зэрыхъукIэ яхузэпкъырысхащ тхыгъэр – ди тхыдэм ахэр щыгъуазэтэкъым – Чингизхъани Темыр щIакъуи Кавказым къэсауи ящIэхэтэкъыми. Ахэр къызэщIиIэтат Къэбэрдей щIалэм апхуэдэ зэхэщIыкIрэ лIыгъэрэ бгъэдэлъу зэрыщытым, тхыдэм фIыуэ щыгъуазэрэ, ар усэбзэкIэ къиIуэтэжу къызэрыщIэкIам, усэ бэлыхьри Истамбыл къызэрыщигъэщIам.

 «Тырку хадэм» усэр нэгъуэщIт.  Мыр зытеухуар езыхэрат, абыхэм нобэ я псэукIэрат. Усэр зэритхрэ илъэс бжыгъэ дэкIауэ щытми, къыхэщыр хэхэс адыгэхэм я нобэрей гъащIэрат. Тыркур псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэм я гум Алий къипсэлъыкIат – я губампIэхэр усэбзэ къабзэкIэ, анэдэлъхубзэкIэ къиIуэтат – хэку къагъуэтыжами гукъеуэшхуэ къахуищIу къащыхъуат: …    

Жанпагуэу си нэм и нэхум
Сигу кърихур ныщыхуэсIуатэм,
Пэтыгъэу хуэсщIа фIэхъусыр
АдыгэбзэкIэ къызиутыжкъым
ТыркущIым ар къыщалъхуати,
Мэрхьэбэр къыщызиуитым:
«ЗикI жумыIэ, Жанпагуэ дахэ,
Сэ уи адэжьхэм сагъэукIытэнщ.
«Мэрхьэбэу» мы пэкIуэ хьэлъэ
Си фIэхъусым щытебгъэкIуакIэ,
АбыкIэ гурыгъу згъуэтахэр
Уи дежым ныщеупсых!» …
ТхьэIухуду мы ди шыпхъу дахэхэм
Хамэлъыр щащIэлъэдакIэ,
ИкIэ дыдэу мы тураныжьхэм
Адыгащхьэр щыхуагъэлъахъшэкIэ –
Кавказым я щIалэгъуалэу
Лей гъэгъун зи адэжь имыдэхэм
ЯмыдэнкIэ си гур мэгугъэри
Сыхуогубжь Жанпагуэ дахэм.

(1917 гъ.)

 «Мы нобэ зи гугъу пщIыр зы усакIуэ гъэщIэгъуэн гуэру къэнэжкъым, атIэ ДыкъэзыгъэщIам зыдигъэцIыхужыну къыдитауэ арагъэнщ», жызыIаи абыхэм яхэтащ. А псом иужькIэщ «Нанэ» усэм сыкъыщеджар. А усэр абыхэм къазэрыщыхъунур, зэрызыхащIэнур сщIэти, арат апхуэдэу гъуэгу нэхъ кIыхьымкIэ сыкъыщIекIуэкIыр. Зэ сыкъеджащ, сыкъызэреджэ хабзэм тету, псалъэ псоми къикIыр щумыщIэм и деж, усэм къыщыIэтам и сурэтыр уи нэгум пэжу къыпхущIэгъыхьэкъым  сыкъызэтеувыIэурэ псалъэхэм къикIыр къагурызгъаIуэт. Мы къалэр абыхэм ямыхамэми, усэр нэхъ зыхащIэн щхьэкIэ и сурэтыжьхэр язгъэлъагъуурэ сыкъеджэт:

 … Щыхьэрщ – и лъабжьэр тенджызу,
 Гызыжу кхъухьхэр къепщылIэу,
Хьэпшыпхэр плIэкIэ кърахыу,
Ферс фIейкIэ напэр щалъэщIыу…

Мы теплъэгъуэр махуэ къэс абыхэм я нэгум щIэкI пэтми, мыпхуэдэу Истамбылыжьым и образыр адыгэбзэкIэ екIу дыдэу къэIуэтауэ япэу зэхахыу арат – Истамбылыжьым и тхыдэ хъуат тхыгъэр. УсакIуэм ар зытриусыхьар тIэкIу къагурыIуэу хъуащ иджы щыжысIэм, зэпызмыгъэууэ, усэм иджыри зэ сакъыхуеджащ. Си нэгум щIэкIыжкъым Алий и «Нанэ» усэм абыхэм къарищIауэ щытар: щысхэр къэтэджат. КъагурыIуэу хъуащ адэкIэ я псэукIэр нэгъуэщIу зэрыщытынур. Адыгэр езыхэр зыхэс тыркухэм зэрамыщхьыр сытым дежи ящIэжу къагъэтэджами, иджы псэкIэ зыхащIат адэкIэ я Iуэхур нэхъ гугъу зэрыхъунур, мыбыхэм тыншу зэрахэмызэгъэжынури хьэкът. Абыхэм иджы къагурыIуат, зы лъэбакъуэ нэхъ мыхъуми, ХэкумкIэ зэрачын хуейр. Псоми зы хъыбар гуауэ гуэр ягу къэкIыжат – ар нэхъыжьхэм къыжраIэжами е езыхэм къащыщIауэ арами – псоми зыгуэр жаIэжт. Сэ а махуэм къалэн зыхуэзгъэувыжар згъэзэщIати, адэкIэ сыт жаIэнуми хуитт. Ахэр а щытыкIэм нэзгъэсын хуейуэ арати, Iуэхур хъуат. Усэр я тырку-латин алыфбеймкIэ ятхри, дызэбгырыкIыжащ.

Сэ сщIэт ахэр а жэщым зэрымыжеинур.  ЕтIуанэ махуэм хасэм куэдкIэ нэхъыбэу адыгэ къекIуэлIат – ахэр Алий къыкIэлъыкIуат: къыщыщIыхьэкIэ, «мыбы хьэлэмэт гуэрхэр щокIуэкIри, дыхокIыж» жаIэт. «Алий мы усэр щитха щIыпIэм – Босфор дэжыпIэм деж – мывэ дгъэтIылъынущ, Тыркум щитха тхыгъэхэр къыдэдгъэкIынущ, ауэ ахэр дяпэкIэщ, иджы зэкIэ Алий шхын къыхуэтIэтынщ», - жаIэри, Босфор псыIуфэм Iут зы шхапIэ дыкIуауэ щытащ.

НэгъуэщI Iуэху дахэхэри диIащ Тыркум сыщыIэхукIэ, ауэ адэкIэ сыт тщIами икум итар Алийщ. Еджэгъуэ зэманыр и кIэм нэсу щыхуежьаращ, езыхэр къэлъэIуа нэужьщ, ди алыфбейр щастари, тхэн щыщIэддзари...

ИужькIи куэдрэ сыкIуащ, езгъэджахэщ – зэпыщIэныгъэ диIэщ. ЗэрыжаIам хуэдэуи, – а гъэ дыдэм ахэр Хэкужьым къакIуэу щIадзащ, къэкIуэжыпэу, унагъуэ мыбы щыхъужаи щыIэщ, хэкум щхьэгъусэ изышаи яхэтщ – ТыркумкIэ щыпсэуми, адыгэ дыдэу мэпсэу. Апхуэдэу дызэкIэлъыкIуэурэ, ЩоджэнцIыкIу Алий илъэси-115 щрикъум ирихьэлIэу къэрал проект хьэлэмэт «Нанэ» жиIэу ТыркумкIэ къызэрагъэпэщри, студентхэр си гъусэу срагъэблэгъащ. Езгъаджэу 25-рэ сшат. Си нэ къыхуикIт Алий «Нанэ» усэр щитха щIыпIэр ди щIалэгъуалэм язгъэлъагъуну, ТыркумкIэ щыIэ езгъэджахэмрэ хэкурыс си еджакIуэхэмрэ зэрызгъэцIыхуну. «Нанэ» проектым ипкъ иту, Алий и фэеплъу, тхьэмахуиткIэ Тырку къэралыгъуэм дыкъыщрашэкIащ. Хабзэшхуэ къыткIэлъызэрахьащ есшэжьахэр зи хьэщIа адыгэ унагъуэхэми, Тырку къэралыгъуэм и уэлийхэми, къызэрыгуэкI ди адыгэ цIыху дызыхуэзахэми. Iуэхур зыгъэдэха псоми фIыщIэ яхузощI. ГъуэгупщIэр Тырку къэралыгъуэм къыбгъэдэкIами, адрейхэр псори абыкIэ щыIэ ди ныбжьэгъухэм зэфIахащ. ЩоджэнцIыкIу Алий «Нанэ» усэр щитха щIыпIэри езгъаджэхэм кърагъэлъэгъуащ, я музей нэхъ инхэми къыщрашэкIащ, Тыркум я унафэщIхэри къытхуэзащ, хасэхэми дыщыIащ, нэгъуэщI дахэ куэди есшэжьахэм я нэгу щIэкIащ. Мис ахэр псори ЩоджэнцIыкIу Алий – усакIуэм и лIыгъэм, и адыгагъэм, «Нанэ» усэм кърикIуащ.

БАКЪ Зерэ,
филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор
Налшык къалэ

(Бакова Зера Х., доктор филолог. наук, проф.)

Комментарии 0

      Последние публикации

      Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

      Подписаться

      Здравствуйте!
      Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

      Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.