ЯБЛОКО: Россием зэхъуэкIыныгъэхэр къегъэув!
Ди мурадыр
«ЯБЛОКО» партым и мурад нэхъыщхьэр – конституцэм тету нобэрей зэманым декIу демократическэ социальнэ къэрал иухуэну, цIыхубэм хуэлажьэ зызыужь къэрал къызэригъэпэщыну.
Сыт дэ Думэм дыщIэкIуэр?
«ЯБЛОКО»-р парламентым щIэкIуэр цIыхубэм я фейдэ зыхэлъ законхэр къищтэну, къэралыр и мурадым лъэIэсыным гъунэгъу хуищIыну аращ.
Сыт дэ дызыпэщIэувэр?
Къулыкъумрэ бизнесымрэ зэхэмыгъэхьэным дыпэщIоувэ. Дэ къыдогъэув:
- «шхапIэ» псори щымыгъэIэн, гъэтIылъыгъэхэр щэным къыщIэкI мылъкумрэ бюджетымрэ олигарххэмрэ къулыкъущIэхэмрэ я жыпым кIуэхэр;
- нобэ бизнес къулыкъу зыIэщIэлъхэм я Iыхьлы-благъэхэр къэрал IэнатIэ Iумыгъэувэн;
- офшорхэм щатха компаниехэм я налогыр режим хэхам тегъэувэн; езыхэм я фейдэ хэлъу залоговэ аукцион зэзыгъэпэщхэм компенсационнэ налог ятелъхьэн;
Коррупцием дыпэщIоувэ. Дэ къыдогъэув:
- ООН-м и Конвенцэм и 20-нэ ст. коррупцэм пэщIэувэр зэрыщыту ратифицировать щIын, зи хэхъуэр къыздикIар жызмыIэф къулыкъущIэхэм тезыр ятелъхьэну хуит зыщIыр;
- къулыкъущIэхэм я декларацэм тотальнэ къэпщытэныгъэ щегъэкIуэкIын икIи зи хэхъуэмрэ мылъкумрэ хабзэм тету къилэжьауэ къэзмыгъэлъэгъуэфыр и къулыкъум тегъэкIын;
- къулыкъущIэхэмрэ депутатхэмрэ директор компаниехэм я советым къэрал IуэхукIэ кIуэну хуит мыщIын.
ЦIыхубэм я зэфIэкIыныгъэ зэхуэмыдэхэм дыпэщIэувэу. Дэ къыдогъэув:
- псэупIэ-бытовойкIэ, узыншагъэкIэ, машинэкIэ, адрей хуэIухуэщIэхэми ехьэлIауэ къулыкъущIэхэмрэ депутатхэмрэ яIэ хуитыныгъэ хэхахэр, «машинэ блэхэр» щымыгъэIэн;
- зыуэ щыт пенсионнэ Iуэху щытыкIэ къулыкъущIэхэмрэ къызэрыгуэкI цIыхухэмрэ щхьэкIэ къызэгъэпэщын; бизнес цIыкIумрэ инымрэ я хуитыныгъэ зэхуэмыдэхэр гъэкIуэдын.
Лъэпкъ зэныкъуэкъуныгъэмрэ зэгурымыIуэныгъэмрэ дыпэщIэувэу. Дэ къыдогъэув:
- лъэпкъхэм я зэхуакум зэныкъуэкъуныгъэ дэзылъхьэр лъэпкъхэр зэхуэзымыгъадэр жэуап ткIийм ешэлIэн;
- курыт еджапIэхэр зэреджэ программэхэм лъэпкъ зэрыщIэныгъэхэр хэгъэхьэн.
Тоталитарзимэмрэ сталинизмэмрэ дыпIэщIэувэу. Дэ къыдогъэув:
- сталинскэ большевистскэ реперессиехэр зыгъэзахуэхэр жэуапым ешэлIэн;
- тоталитарнэ щыIар гъэкIуэдынымкIэ къэрал программэ къэщтэн.
Сыт дэ дызыщIэзэур?
Нобэрей зэманым декIу къэрал – цIыхухэм хуитыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ къезыт къэрал щыIэн папщIэ
ЦIыхум и хуитыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ щхьэкIэ
- и гъащIэр иущэхуну хуиту: телефон зэпсэлъэныгъэхэр, зэхуэтхэныгъэхэр, псэупIэм еIусэну зыри хуимыту;
- залымыгъэкIэ зи щхьэхуитыныгъэр ограничить ящIхэм къыщхьэжын;
- хабзэм къемызэгъыу цIыхухэм яхущыт хабзэхъумэ лэжьакIуэхэм тезыр Iэмал имыIэу ятелъхьэн;
- тутнакъэщхэм щыIэхэм яхуэфащэ щытыкIэ яIэнымкIэ быдэу гъэгугъэн.
ЦIыхухэм я хуитыныгъэм щхьэкIэ
- хъыбар ирагъащIэурэ хабзэм тету пикетхэр, митингхэр, шествиехэр, демостранцэхэр егъэкIуэкIын;
- цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я хуитыныгъэхэр зэхуэдэу, цIыхубзхэр дэкъузэныгъэм и бийуэ къэувын;
- коммерческэ зэгухьэныгъэу щымытхэр къызэгъэпэщынымкIи гъэлэжьэнымкIи хуит щIын;
- хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм хуитыныгъэ етын; - зыми хэхауэ IэщIэмылъу псоми я зэхуэдэ лъэпкъ телевиденэ къызэгъэпэщын.
Демократием щхьэкIэ
- пэжу емыкIуэкI хэхыныгъэхэр щымыгъэIэн, административнэ мылъку хэкIыпIэхэр абы къыщыгъэсэбэпын;
- парт псори Iэмал имыIэу хэхакIуэ комиссэ къыщызэрагъэпэщкIэ хэтын;
- политическэ партхэр тхыныгъэр нэхъ тынш щIын;
- закон къыдэзыгъэкI собрание уровень псоми политическэ партхэм яIэ бжыгъэхэм я гъунапкъэр 3% -кIэ гъэмэщIэн.
Зым и унафи щIэмыту пэжу лажьэ суд щхьэкIэ
- судхэм я зэранкIэ лей зытехьахэр хуит щIыжын икIи я щIыхьыр зэфIэгъэувэжын;
- судым емызэгъыу унафэ зыщIа судыщIэхэм яхь жэуапыр гъэткIиин;
- судыщIэ IуэхущIапIэхэр зэрыщыту хъуэжын;
- къарузехьэ IэнатIэхэм, службэ щхьэхуэхэм щылажьэхэм цIыхубэр кIэлъыгъэплъын;
- ФСБ-м, ФСО-м, полицэхэм, адрей къарузехьэ IэнатIэхэм и лэжьакIуэхэм щхьэусыгъуэншэу я пщэрылъ къалэнхэр ягъэзэщIэну хуит зыщI законхэр, законым щIэт актхэр Iухыжын;
- парламент кIэлъыплъыныгъэ, парламент зэхэгъэкIыныгъэ, жылагъуэ организацэхэр кIэлъыплъыныгъэ.
Эффективнэ федерализмэм, лъэпкъ политикэм щхьэкIэ
- Совет Федерацэм и членхэр Федерацэ субъектхэм я цIыхухэм хахыныгъэ;
- Урысей Федерацэм и субъектхэм я унафэщIхэр хэхын;
- геополитическэ шынагъуэ, экологие къулейсызыгъэ здэщыIэхэм, зи климатыр мыщIагъуэ щIыпIэхэм къэралыр дэгъэIэпыкъун;
- къэралыр дэгъэIэпыкъун бзэхэм, Россием ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм; щIэх-щIэхыурэ езы лъэпкъхэм я бзэмкIэ нэтынхэр егъэкIуэкIын, къэрал федеральнэ, региональнэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм тедзэн;
- лъэпкъ республикэхэм я цIыхухэм фIагъ ищхьэ зиIэ щIэныгъэ я анэдэлъхубзэмкIэ зэраIэнымкIэ шэсыпIэ доувэ. Россие псом ит курыт еджапIэхэр хуеймэ я анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ яджыжынымкIэ Iэмал етын;
Хуиту щIыпIэ самоуправленэ щыIэн щхьэкIэ
- щIыпIэ орган самоуправленэм емычэнджэщауэ залымыгъэк1э кърагъащтэ законхэм хэплъэжыныгъэ;
- мылъку налог къыхэкIхэр езыхэм етыжын, абыхэмкIи езыхэм ечэнджэщыжын.
Профессиональнэ армэ щыIэн щхьэкIэ
- контракткIэ къызэгъэпэща профессиональнэ армэм хуэкIуэн; зауэ къулыкъу зезыхьэхэм я ахъшэхэр хэгъэхъуэн, псэупIэкIэ къызэгъэпэщын, пенсиемкIэ зэхуэмыдэныгъэхэр гъэкIуэдын;
- шынагъуэ щыIэм елъытауэ армэм и цIыху бжыгъэр убзыхун, техникэкIэ къызэгъэпэщын.
Эффективнэ щIыб политикэ щыIэн щхьэкIэ
- къэралыр мыгуэшын, Россиер гъунапкъэкIэ зыгухьэ къэралхэр хъумэнымкIэ гъэгугъэн;
- Россиер Европэм щыIэ адрей къэралхэм, Европейскэ зэгухьэныгъэм хэтхэм зэрадэлэжьэн хэкIыпIэщIэхэм зегъэужьын, визэ щытыкIэр гъэкIуэдыжын;
- Россиер зыхэт хамэ къэрал организацэхэм, конвенцэхэм зегъэубгъун, зи нормативхэмрэ стандартхэмрэ Россием и зыужьыныгъэмкIэ сэбэп хъунухэр.
Социальнэ рыночнэ экономикэм щхьэкIэ
Уней мылъкум зыри еIусэну хуимытын щхьэкIэ
- массовэ собственникым къыщхьэщыжын, и хуитыныгъэм зыри зэран хуэмыгъэхъун – миноритарнэ акционерхэм, фэтэрхэр, щIым тет унэхэр, щIы Iыхьэхэр,н. зейхэм;
- уней мылъкур тыншу зейм и цIэкIэ тхын.
Конкуренцэм щхьэкIэ
- нахуэу екIуэкI сатур псом нэхърэ нэхъ тэмэмщ естественнэ монополием расходышхуэ иIэн щхьэкIэ;
- естественнэ монополиехэм корпоративым трагъэкIуадэхэм теухуа информацэ интернетым иралъхьэн;
- предпринимательхэм ятезыкъузэхэмрэ административнэ барьер къэзыгъэхъухэмрэ тралъхьэ тезырыр гъэткIиин;
- монополием хуагъэув тарифэхэм ехьэлIа унафэр къыщащтэкIэ процедурэхэр нахуэу щытын, блэкIа периодхэм инфляцэм и уровеныр дэкIуеиныр нэхъ мащIэ щIын.
Экономикэ политикэщIэм, сырьевой зависимостыр гъэувыIэн щхьэкIэ
Урысей экономикэм нэхъ псынщIэу зедгъэужьын мурад диIэкIэ дэ зэхэдгъэуващ щхьэхуэу щIым щыт унэхэр куэду ухуа зэрыхъун программэ «ЩIыр – унэхэр – гъуэгухэр». НобэкIэ Россием и цIыху мелуан бжыгъэхэм езыхэми я бынхэми унэхэр хуаухуэфыну апхуэдэ лъэкIыныгъэ иIэщ. Iэмал имыIэу жыIэн хуейуэ къыдолъытэ щIыр, инфраструктурэхэр щIыгъуу, пщIэншэу унагъуэ унэхэр яухуэн папщIэ етын хуейуэ. «ЩIыр – унэхэр – гъуэгухэр» программэр гъэзэщIа зэрыхъунум и кIэухыр:
- псэупIэ унэ яухуэну мурад зиIэм пщIэншэу щIыр етын, абы щIэупщIэ иIэм зегъэужьын и реальнэ экономикэр псынщIэу къэIэтын, псэупIэ унэ щхьэхуэ яухуэкIэрэ цIыхухэр лэжьапIэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщын;
- цIыхухэм ирата щIыхэр инфраструктурэкIэ къызэгъэпэщын: гъуэгухэр ухуэн, газыр, светыр псыр къэралым и мылъкукIи и дэIэпыкъуныгъэкIи ешэлIэн (резервнэ фондым къыхэкIыу).
ИпэжыпIэкIэ бизнес цIыкIум, ику итым дэIэпыкъун щхьэкIэ
- бюджетым хэмыхьэ фондым и страховой платежхэм я уасэхэр егъэхуэхын; льготнэ кредитованэ къызэгъэпэщын;
- «цIыхубэ» рынокхэр къызэгъэпэщын – абы нэхъыбэу хуитыныгъэ къует бизнес цIыкIум и кооператив рынокыр зытетыну щIыр къэпщэхунымкIэ;
- бэджэнду къащтэ муниципальнэ псэуалъэхэмрэ ахэр зытет щIыхэмрэ къащэхуну хуитыныгъэ зэраIэмкIэ быдэу гугъапIэ етын;
- бизнес инымрэ сырьевоймрэ щынэмыщIа адрейхэм къатехьэлъэ псоми я зэхуэдэ налогыр гъэмэщIэн.
Социальнэ зэхуэмыдэныгъэр гъэмэщIэн щхьэкIэ
- потребительскэ корзинэм и Iуэхутхьэбзэ переченым хэгъэхъуэн, хьэпшыпхэм я куэдагъыр, потребительскэ корзинэм и услугэр псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу узыхуейм и пщалъэм нэгъэсын;
- ику ит улахуэм тещIыхьауэ абы и 50%-м нэхърэ мы нэхъ мащIэм лэжьапщIэ нэхъ мащIэ дыдэр нэгъэсын;
- сырьевой ресурс ящэм къыщIэкI уасэм къыхэкIыу нэхъыжь;
- пособиехэмрэ социальнэ пенсэхэмрэ хэгъэхъуэн;
- ныкъуэдыкъуагъэкIэ ят пособием хэгъэхъуэн, ныкъуэдыкъухэм папщIэ лэжьапIэ IэнатIэхэр къызэгъэпэщын, апхуэдэхэм щхьэкIэ къалэхэм щыIэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр гъэкIуэдын.
ЛэжьыгъэмкIэ яIэ хуитыныгъэхэмкIэ быдэу гъэгугъэн щхьэкIэ
- забастовкэхэр ирагъэкIуэкIыну хуиту;
- заемнэ лэжьыгъэр гъэкIуэдын;
- щхьэхуит профсоюзхэр къызэгъэпэщынымкIэ быдэу гъэгугъэн, профсоюз нэхъыщхьэхэр лэжьапIэхэм зэрыIуамыгъэкIынымкIэ быдэу гъэгугъэн.
Инвестицэхэр цIыху капиталым щыIэн щхьэкIэ
Егъэджэныгъэм зегъэужьын щхьэкIэ
- ику ит пщIэншэ егъэджэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэм псоми бгъэдыхьэпIэ хуагъуэтынымрэ;
- школ кIуэгъуэм зи ныбжьыр нэмысахэр здэщыIэ IуэхущIапIэхэм, еджапIэхэм, IэщIагъэ щрагъэгъуэт училищэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щылажьэ егъэджакIуэхэм тIуащIэу я улахуэр хэгъэхъуэн;
- коммерческэ егъэджэныгъэм арэзы темыхъуэн, коррупцэр еджапIэ IуэхущIапIэхэм щымыгъэIэн.
Узыншагъэр хъумэныр псоми хуиту ялъысын, абы и фIагъыр хэгъэхъуэн
- стандартизацэм и пщIэншэ Iуэхутхьэбзэхэм я гъусэу пщIэншэу узыншагъэр хъумэныр псоми ялъысын;
- медицинэм и лэжьакIуэхэм я улахуэр хэгъэхъуэн;
- цIыхухэм я диспансеризацэр Iэмал имыIэу пщIэншэу егъэкIуэкIын;
- хущхъуэ нэхъ лIапIэхэмрэ медицинэ оборудованэхэмрэ къэралым къиша хъун папщIэ ятель пошлинэр техын.
ЩIэныгъэр дэIыгъын щхьэкIэ
- щIэныгъэлIхэм я интеллектуальнэ собственностымкIэ яIэ хуитыныгъэмкIэ гарантие зэгъэпэщын;
- щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм къэралыр дэIэпыкъун;
- къэхутэныгъэщIэхэм къыщагъэсэбэпыну оборудованэ бэлыхьхэр къэралым къишэн папщIэ ятелъ пошлинэхэр техын.
Урысей щэнхабзэм цIыхубэр ешэлIа хъун щхьэкIэ
- щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуаутIыпщ ахъшэр нэхъыбэ щIын;
- щэнхабзэм и IуэхущIапIэхэр щIыпIэхэмкIэ, уасэхэмкIэ езэгъырабгъуу къызэгъэпэщын;
- къыдэкIуэтей щIэблэр щэнхабзэ гъащIэм къэралым и мылъкукIэ хэшэн.
Дыкъэзыухъуреихь дунейр къабзэу щытын щхьэкIэ
- экологиемкIэ Министерствэ къызэгъэпэщыжын;
- къэрал экологие экспертизэмкIэ институтыр къызэгъэпэщыжын;
- къагъэсэбэпа ядернэ гъэсыныр къэралым къремыгъэшэн, щIэуэ АЭС-хэр емыгъэухуэн, жьы хъуа апхуэдэхэр афIэкIа ямыгъэлэжьэжын.
«ЯБЛОКО»-м Россием и цIыхухэм я пащхьэ кърилъхьэ программэм къэралыр ипэкIэ зыгъэкIуэн гъуэгу тришэнущ. А гъуэгумкIэ ирикIуащ икIи ирокIуэ ХХI лIэщIыгъуэм зэпэщ псэукIэ зи цIыхухэм папщIэ зэзыгъэпэща адрей къэралхэр псори.
Ди къэралыр нобэ хэхыныгъэм и пащхьэм итщ:
- е ар ХХI лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэм и гъуэгум ирикIуэнщ;
- е абы пищэнщ зытет стагнацэм и гъуэгум, ещанэ дунейм екIэрэхъуэхынщи ХХI лIэщIыгъуэм икухэм и гъунапкъэхэми нэсынкъым.
Хэхыныгъэ зыщIын хуейр фэращ, пщIэ зыхуэтщI хэхакIуэхэ!
©РОДП «ЯБЛОКО»

Комментарии 0