Хэкум ухузышэж гъуэгур тыншкъым, ауэ гъуэгу хьэзырщ…

Хабзэ дахэ хъуауэ, гъэ къэс адэжь щIы­налъэр зрагъэлъагъуну ди хэхэс лъэпкъэгъу сабийхэр къытхуоблагъэ. Апхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр къыщызэрагъэпэщ зэпыт Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Черкес Республикэхэм.

Мэкъуэуэгъуэм (июным) и 21-м Краснодар къалэм тхьэмахуищкIэ щыхьэщIэну къеблэгъауэ щытащ Истамбыл къикIа сабий гуп. Сабийхэм Хэкужьым щагъэкIуэну зэманыр къыхузэрагъэпэщыныр зи жэрдэм къикIар Тыркум щыIэ адыгэ организацэм и унафэщI Мыщ Уэсмэнщ. Абы зэрыжиIамкIэ, иужьрей зэманым зыужьыныгъэ ягъуэтащ Краснодар краймрэ Адыгэ Республикэмрэ зэхуаIэ зэдэлэжьэныгъэр, зэпыщIэныгъэр.

-НыбжьыщIэхэм къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр, и бзэр нэхъ кууэ зэра­гъэ­щIэным, Хэкужь щыпсэу адыгэхэм зэпыщIэныгъэ яхудиIэр гъэбыдэным гулъытэ хэха худощI. Абы и лъэныкъуэкIэ мылъкукIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ Краснодар къалэм и Адыгэ Хасэ жылагъуэ организацэр, къинэмыщIауэ, Адыгэ Республикэм и Правительствэр, Тохъутэмыкъуей районым и администрацэм и Iэтащхьэр. Абы къыдэкIуэу тхьэгъэпсэу псалъэ яхуэфащэщ сабийхэр зыщыпсэуа унагъуэхэм. Абыхэм цIыкIухэм къыхуащI гулъытэр псалъэ къудейкIэ къэлъытэгъуейщ.

Дэ сыт щыгъуи ди гуапэщ Хэкужьым дыщыхьэщIэну, ди лъэпкъэгъухэр ­тлъагъуну. Хэкум пэIэщIэу дыпсэуми, нобэ ди сабийхэм Iэмал хьэлэмэтхэр ягъуэтащ я къуэпс­хэр къыщежьэ адэжь щIыналъэр зрагъэлъагъуну, хуейхэм псэупIэ ящIыжыну. Мыбдеж ныбжьыщIэхэм щалъа­гъу псори хуабжьу ягу ирохь, я нэгу щIэкIхэр кIуэжмэ, я Iыхь­лыхэми, ныбжьэгъухэми хаIуэтэж, икIи хэкум къакIуэ гъуэгум ахэри къытехьэну къыхуагъэуш,-жеIэ Мыщ Уэсмэн.

Краснодар къалэм къэ­кIуа ныбжьыщIэхэм адыгэхэр здэпсэу щIыпIэхэр ирагъэлъэгъуащ, крайм щыIэ ищхьэ, курыт еджапIэхэм щагъэхьэщIащ. Абыхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ «Iуэщхьэмахуэ» ансамблым и зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ, ирагъэплъащ лъэпкъ театрхэм ягъэува пычыгъуэхэм.

ТхьэмахуищкIэ Краснодар къалэм щыхьэщIа Тырку сабийхэр ирагъэжьэжыным хуэгъэза Iуэхугъуэр Пэнэхэс къуажэм дэт курыт еджапIэм щекIуэкIащ. Абы къеблэгъащ егъэджакIуэхэр, Адыгэ Хасэ организацэм и лIыкIуэхэр, жылагъуэ администрацэм и лэжьакIуэхэр.

Тохъутэмыкъуей районым и унафэщI ПщыдакIэ Ризо мы зэIущIэм деж зэрыщыжиаIмкIэ, хэхэс щIэблэм я адэжь щIы­налъэр ялъагъуну Iэмал зэ­рагъуэтар куэд и уасэщ.

- Пэжщ, Тыркум (Инегёль къалэм) къикIа сабийхэм адыгэбзэр зэрацIыхур мыщIа­гъуэми, мыбдеж зэрыщыIа пIа­лъэ мащIэм къриубыдэу абыхэм адыгэбзэр мащIэу къагурыIуэ хъуат. Нэ­хъыщхьэращи, я анэдэлъху­бзэр зрагъэщIэну щIохъуэпс, гукъыдэж яIэщ,-жиIащ Ризо.

Мыпхуэдэ жэрдэмыр къыхэзылъхьам, ар зэфIэгъэкIыным хэлIыфIыхьа фIыщIэ яхуищIащ Краснодар крайм и Адыгэ хасэм и тхьэмадэ Сохъут Асчэр. Сабийми и нэгу щIэкIам апхуэдизкIэ ятхьэкъуати, ахэр кIуэжыну зэрыхуэмейр наIуэт. Асчэр и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ хэхэс щIалэгъуалэм дежкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ Республикэхэм щыIэ ищхьэ къэрал еджапIэхэм щеджэну хуитыныгъэ зэрагъуэтар икъукIэ зэрыIуэху щхьэпэр.

-Мы илъэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал унивеситетым нэрыбгэ 90-м нэс, Адыгэ къэрал университетымрэ Мейкъуапэ Технологие Университетымрэ нэрыбгэ 70-м нэс щеджэну лъэкIыныгъэ яIэнущ. КъинэмыщIауэ, Кубан къэрал университетым Тыркум къикIа ныбжьыщIэхэр щIэтысхьэфынущ.

Хэхэс адыгэхэм я Iуэхум хэкIыпIэ нэс къызэрыхуэдгъуэтынум дяпэкIи иужь дитынущ, икIи абыкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуохъу Адыгэ Республикэм и Правительствэр,-жиIащ Сохъут Асчэр.

Пэнэхэс къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщI Мамхо Ларисэ Тырку сабийхэм саугъэтхэр яритащ икIи жиIащ:

- Хэхэс сабийхэмрэ дэрэ фIы дыдэу дызэгурыIуащ, ныбжьыщIэхэр зэпэгъунэгъу зэхуэхъуащ. Хэхэс гъа­щIэр зи натIэ хъуахэм нобэ ­щIэ­гуш­хуэн Iэмал яIэщи, дяпэкIи мыпхуэдэу дызэрылъагъуным гушхуэныгъэ къытхелъхьэ, къаруущIэ къыдет.

Сабийхэм зэрыжаIамкIэ, тхьэмахуитIыр дакъикъэ бжыгъэм хуэдэу лъэтащ, икIи дэтхэнэми къыхигъэщащ ­иджыри Хэкум къытрагъэзэну зэрамурадыр, уеблэмэ къэ­кIуэ­жын хъуэпсапIэр яIэ зэры­хъуар. Тхьэм я гухэлъхэр къадигъэхъу.

Акъ Динэ 

Комментарии 0

      Последние публикации

      Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

      Подписаться

      Здравствуйте!
      Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

      Сайт http://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.