Черкесыбзэншэ Черкес симпозиум

Зымахуэ, Турциям и къалащхьэ Анкара къалэ дэт Кавказ Къэпщытэныгъэрэ Културэрэ ЗэшIэгъакъуэныгъэрэ фондым (КАФ-ДАВ ) зы дунейпсо симпозиум зэхишащ.ФокIадэм и 22-25 махуэхэм екIуэкIа мы зэхуэсым, Тыркум и академикхэм нэмыщIкIэ, Адыгэ Хэкум, Абхъазым, Жорданым, Израилым къикIа хьэщIэхэри къеблэгъат.

Симпозиумым и псалъащхьэр мыпхуэдэт, 21-нэ лIэщIыгъуэм Черкесхэр: Проблэмхэмрэ игъуэ къихуэнухэмрэ,

ЩIэныгъэ зэхуэсым и бзэуэ бзищ ягъауват, Ингилизыбзэр, тыркубзэр, урысыбзэр...

Адыгэ Хэкумрэ Абхъазымрэ къикIахэр урысыбзэкIэ, тыркум щыщхэр тыркубзэкIэ, адрей къэралыгъуэхэм щыпсоу академикхэри ингилизыбзэкIэ къэпсэлъахэщ.

Черкесыбзэр дэнэ щыхэт нытIэ? Къащыгъупщауэ пIэрэ!

МахуищкIэ зытепсэлъыхь, симпозиум зытыращIыхь лъэпкъым и бзэр бзэха?

Хьаурэ а лъэпкъыр бзэншэ!

Бзэншэуэ лъэпкъ хъун, хъуми дунейм къытенэфын?

Урыс-Кавказ зауэшхуэм нэужьым Тыркум къэIэпхъуа кавказ лъэпкъхэм куэдкIэ я нэхъыбэр зэрыадыгэм (черкес) щхьэкIэ, адрей кавказ лъэпкъхэри теплъэкIэи културэкIэи къазырещхьым къыхэкIыуэ, абыхэм зэрыщыту псом щхьэкIэ диаспорам черкескIэ къыщеджэурэ къэгъуэгурыкIуащ.

Кавказ лъэпкъхэм псом щхьэкIэ черкес жыпIэныр зэдыкIэми зэран яхуэхъу мыхъумэ зымикI къыщхьэпэркъым. А щытыкIэм, мис мы екIуэкIа симпозиумми щыхъуам хуэдэуэ, лъэпкъхэм я лъэпкъыцIэхэр щIегъэсагэ, я бзэхэр щIехъумэ.

Лъэпкъхэм псом папщIэ черкес жыпIэуэ щытмэ лIо ябзэуэ бгъаувынур?Мы фыстепсэлъыхь лъэпкъым и бзэр сыт жьаIэмэ лIо яжетIэнур?Адыгэбзэра, абазэбзэра, осетыбзэра, шэшэныбзэра хьаурэ балкъэрыбзэра черкезыбзэуэ дгъаувынур?

Мыхэращ черкесыбзэр жыпIэуэ зыкъэмынэри къеббжэкIмэ я пэщIэкIэм щIэгуфIыкIынхэкъа?

Зэкъуэш кавказ лъэпкъхэр псори езбыхэм я лъэпкъыцIэкIэ я бзэкIэ зэгъауIуным ахэр зэфIигъэкIуэдущ, зыщигъэужынущ жиIэуэ зыри иремышынэ.

Абы ахэм я къуэшыныгъэр игъэкIуэдынукъым псоми я лъэпкъыщхьэр ихъумэн фIэкIа!

ЩIэныгъэ симпозиумхэр ди лъэпкъыцIэрэ лъэпкъыбзэкIэ щытщI махуэм лъэпкъыр лъэ быдэкIэ теувэнущ, ди къэкIуэнури нэхъ нэху хъунущ.

Адыгэми, абазэми, осетми, шэшэнми… псоми.

Тэгъулан Екъуб

© circassia.net 

Комментарии 0

      Последние публикации

      Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

      Подписаться

      Здравствуйте!
      Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

      Сайт http://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.