Анадолэ адыгэм и псалъалъэ

Жырыщтей щыщ Ахъмэт Тахьсин«ЦIыху къых′эмыкI′ар кIуэнус-кIуэнурэ щIэущыхьынус». «ЗэрыщIэущыхьыну» щIыкIэм и щапхъэхэу къахь хабзэр: уи щэху, уи тIасхъэ, уи дагъуэ ищIэмэ, и псалъэ епцIыжынщи зыщIыпIэ деж тIысынщи ущиIуэтэжынщ; къалэм еджакIуэ-лэжьакIуэ кIуэнщ, и Iуэхури дэкIынщ, ауэ ахъшэмрэ фадэмрэ ягъэжэкъуэнщи, ари зыуэ «щIэущыхьа» хъунщ; цIыхубз IуэхукIэ къэпцIэнщи, и унагъуэ, и щхьэгъусэ игъэпудынщ, зыхуей хуигъэзэфынкъым, н. къ.

Псэлъафэр феодализм лъэхъэнэм и щIэин гупсысэкIэм щыщми, лIыгъэ телъхьэпIэрэ щапхъэрэ дэтхэнэ зы адыгэми хуэхъуфын дуней тетыкIэр, щэн-зекIуэкIэр зыгъэлъагъуэ гъэсэпэтхыдэхэм яхэту къокIуэ.

Дамыгъэ мыхьэнэр зи шыпщэрыхьу бзэмрэ IуэрыIуатэмрэ я гъунэилъыпIэм щызекIуэ псэлъафэхэр – лъэпкъым и гущIагъщIэлъ гупсысэ, и щIэнхабзэ нэщэнэ курыххэр зыхэлъхэр – IуэрыIуатэмрэ ар зи гъуджэ-гъуазэ адыгэ хабзэмрэ я щыпэ теплъэр зэфIэгъэувэжауэ джынымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэщ. «Щыпэ теплъэ»… Хэт емыхъуапсэрэ абы нэ лъэныкъуэкIэ нэхъ мыхъуми зэ хукъуэплъыну?! Тхыбзэр, хамэ лъэпкъ гупсысэр зылъэмыIэса хэхэс IуэрыIуатэм нэхърэ нэхъ пэжу ар хэт ди нэгу къыщIигъэувэфын? Тыркум ис адыгэхэм я зы хэгъэгу – Узун-Яйлэ (Къайсэр) – и адыгэ дунейм зэ дыхэвгъэплъэж. А дунейр макIуэ, «нэхъыжь кIуэжахэм» я гъуэгу теувауэ, ауэ а дунейр псэущ, и бзэ телъыджэр зыIурылъ нанэ-дадэ Iумахуэхэр диIэжыху.

Фи пащхьэ илъ тхыгъэр зи фIыщIэри зи фэеплъри ахэращ – Узун-Яйлэм и нэхъыжь губзыгъэхэу мы хэгъэгу псалъалъэ пычыгъуэр налъэ-налъэу дэзыгъэтхыжахэм. Хэкурыс адыгэхэм фэ фи псыхъуэ щызекIуэ, е щызекIуа псалъэжь фыхуэзэмэ, ар иджыри зэ щыхьэт техъуэнщ IуэрыIуатэр адыгэ лъэпкъым и шхэпсу зэрыщытым.

Узун-Яйлэ тхьэмадэхэр. Якум дэсыр Тохъу Хьэжумарщ

I. Узун-яйлэ адыгэхэм я дауэдапщэ-джэгу псалъалъэм щыщ

Ахъшэ зэхэдзэ – нысашэ кIуэнухэр ежьэн ипэ, хьэщIэщым исхэм нысэ къэзыша унагъуэм ахъшэ хузэхадзэ. Хабзэм къыдекIуэкIыу «Тхьэмадэм нэхъыбэ птыныр емыкIус» жаIэ.

Г′эгукъутэж – нэхущ уджыр («Тхьэшхуэ уджи» жаIэ) яуха нэужь, нэхъыжьым пшынауэм пшынэр къыIрихырти ар иIыгъыу утыкум къихьэрт, джэгум хэта, ар зыгъэдэха щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ яхуэхъуахъуэрт, пшынауэм фIыщIэ хуищIырти абыкIэ джэгур яухырт, «якъутэжырт».

Г′эгу таршын (узун-яйлэ хьэтыкъуейхэмрэ абы ягъунэгъуу щыс къэбэрдейхэмрэ хьэтх′акIуэ жаIэ) – джэгур зезыгъакIуэ, къэфэнухэр хабзэм тету къыдэзыш, джэгуакIуэ-хьэтыякIуэ. Таршын псалъэр урыс ‘старшина’-м къытекIагъэнущ (вариантхэмкIэ: истаршын, истрашын, ташын).

Гуащэкъыдэш (ЖанкъыдэшБотэщхэ я Жанкъыдэш, Мэртазэхэ я гуащэкъыдэш) – пщым и пхъур (жаныр) къыдашу къызэрагъафэу щыта хабзэмрэ абы и пшыналъэмрэ.

Гущхьэ – гуфэм телъ гущхьэтепхъуэм традэж щэкI плъыжь кIапэ, и лъабжьэм хужь щIэбзауэ, хуэплIимэ кIыхьу, и бгъуитIымкIэ нэхъ псыгъуэу тыкъыритI пыдэжауэ (и кIыхьагъыр см 70-100 хуэдиз мэхъу). НысащIэр зи пхъум къыщIахыу традэн хуейт. Нэсыжыху гущхьэхъумэ шухэр къыбгъурыту яшэт. Гущхьэм къекIуэу ар трачрэ ирахьэжьэну яужь итт хамэ къуажэ шухэр. Ахэр ягъэфIын папщIэ нысашэ гупым хэт хъыджэбзхэм тын цIыкIуфIэкIу Iэмэ здырахьэжьэт: щIопщ дахэ, бэлътоку, чысэ хэдыкIа, н. Уи нысэ и гущхьэм «къеIэныр», ар пфIахьыныр узыфIэмыкIыжыну щхьэкIуэт, ар езыхьэжьам кIэлъысу яукIынри хэлът. Ауэ гущхьэр тезычахэм ар я къуажэ нахьэсыфамэ, зэфIэкIат. КъэщэхужыпIи сыти иIэтэкъым, лIыжь гуп лIыкIуэ ящIу лIыжь унафэкIэ (лIыфIIуэхукIэ) къамыхьыжмэ. Абы къыхэкIыу гущхьэр зымыхъумэфа шу гупыр Iейуэ емыкIу, ауан къащIырт. Гущхьэр течауэ («гуфэпцIанэу») къуажэм удыхьэжыным нэхъ укIытэгъуэ щыIэтэкъым. Нэхъыжьхэм я зы псалъэкIэ жыпIэмэ, «гущхьэр нысэм и нэмысщ, и пшэкIухьщ». Гущхьэм и эквиваленту нобэ къокIуэ нысашэ машынэхэм трапхъуэ щэкIыр. ИгъэзащIэ дауэдапщэ (семиотик) къалэнымкIэ гущхьэр бгъэдэтщ нысашэ бэракъ плъыжьым.

Гущхьэхъумэ – гущхьэр ихъумэу нысэр зэрыс гуимэм бгъурыт шу гуп.

Гулъэмыжкъутэ – унэишэм деж уэредадэр жызыIэ щIалэ гупым лъэбакъуэ зыбжанэ яча нэужь «Гулъэмыжыр къутас!» жаIэти, бжыгъэрэ зэщIэувыIыкIт. Абдеж джэгур зи джэгу унагъуэм Iэнэ, е нэгъуэщI згуэр уэредадэм и егъэжьэжыпщIэ хуэдэу къахьын хуейт. Псалъэм папщIэ, щауэм и адэшыпхъухэр къагъафэти («къагъэшэшэнти»), къызэрыфам папщIэ тазыр тралъхьэжт. Нысашэ уэредадэр жызыIа щIалэхэм яужькIэ зэхэс ящIыжти ахэр зэдыраф-зэдашхыжт.

Жанкъыдэш – еплъ «Гуащэкъыдэш»-ым.

Жэназы Iэ Iэт (Iэ сэмэгу Iэт) –  нэщхъеягъуэм епха дауэдапщэм щыщ хабзэщ. ЛIэныгъэ зиIэм гузэвакIуэ къахуэкIуа гупым зылI нэхъыжь къыхокIри хуэмурэ и лъакъуэ сэмэгумкIэ лъэбакъуищ къеч. Зыхуэщыгъуэхэм я деж и гупэр гъэзауэ и Iэ сэмэгур хуэмурэ къеIэт. Iэ IэтыкIэм къеIуатэ хьэдэм и уэндэгъуагъыр (псэуху иIа пщIэр):  Iэ тхьэмпэр жьэгъум нэс зыхуаIэтыр унэ хьэдэщ, нэзэрыхъэм нэсу иIэтмэ – къуажэ хьэдэщ, щхьэщыгум хуэфIу дриIэтеймэ – жылэ хьэдэщ. Иныкъуэм зэраIуатэмкIэ, мыр цIыхур лъэпкъ-лIакъуэкIэ зэхэгъэжыным (пщыгъэ-уэркъыгъэм) епхащ. Адрейхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ-къупщхьэ емылъытауэ дунейм ехыжам и псэукIам, хабзэрэ цIыхугъэу хэлъам, цIэрыIуэу зэрыщытам елъытащ. Нэхъ тэрэзу жыпIэмэ, иужьрей зэманым (феодал системэм и кризис къежьэгъуэм, ар блэкIа нэужь) еплъыкIитIри хабзэм зэдыхэлъащ.

Жылэ хьэдэ – еплъ «Жэназы Iэ Iэт»-ым.

Зэрызафэ – еплъ «Махъсымафэ»-м.

КI′ата хъых′ (абазэбзэ) – нысэм щхьэрыпхъуа щэкI пIащIэр («шейтIан фэкъур») техын хабзэр. Нысашэ хабзэхэм щытепсэлъыхькIэ, абазэпхъу – къэбэрдей нысэхэм я бзэм къыхохуэ. Хэкурыс адыгэхэм яIэ «хъытех» хабзэмрэ псалъэмрэ хуэдэщ.

Къуажэ хьэдэ – еплъ «Жэназы Iэ Iэт»-ым.

КъуажэщIалэхьэкъ (къуажэщIалэIыхьэ, къуажэщIалэпарэ) – нысашэ гупым къыздахь дауэдапщэ ерыскъы, фадэ, ахъшэ сытхэр, къуажэ щIалэгъуалэхэм хуагуэшын папщIэ здырахьэжьэр. Сыт щыгъуи яфIэмащIэ хъурти, абы джэгу, зэныкъуэкъу, зэдауэ кърагъэкI хабзэт.

Къыдэдз (къыдэху, къыдэх′) – цIыхур Iуву, къэфэгъуэ чэзур къалъымысу джэгу таршыным къыдимыш щыхъукIэ, и ныбжьэгъур е и хьэщIэр бысымым къигъэфэну къыдидзт.

МастэхэIу – гущхьэр (еплъ) тезыдэ хъыджэбз хьэщIэхэм джэгуурэ мастэ хаIурт.

Махъсымафэ – адыгэ нысашэм и зы махуэм хэхауэ ящIу щыта ефэ-ешхэщ, хьэщIэщ хабзэжьщ. Нысашэм емыпхами, махъсымэ зэращIа къудейм и цIэкIэ адыгэ уэрэдыжьрэ хъыбаркIэ Iэзэ лIыжьхэр зэхуашэсырти махъсымафэ уэрэд жрагъыIэхэрт. Махъсымафэ уэрэдхэр репертуар щхьэхуэщ, адыгэ IуэрыIуатэм и классикэщ, Хэкужьым здырахыжа уэрэдыжь зыбжанэщ: «Дунеижьыр щымыджэмыпцIэм...», «Хьэтх Мыхьэмэт-гъуазэ и уэрэдыр», «Хьэтхым и КъуэкIасэм и уэрэдыр», «Жэщтеуэжьым и уэрэдыр», «Къэбэрдей къаным и уэрэдыр», «Хъымсад-гуащэ и гъыбзэр», «Ажджэриикъуэ Кушыкупщ и гъыбзэр», н. Махъсымафэм хэс дэтхэнэ зыми зы уэрэд едзыгъуэ жиIэти къыбгъэдэсым «нокIуэ, уэрс!» жриIэти махъсымэбжьэр хуишиирт. Адрейми Iимыхыу «гъуэгуфI!» жиIэт, зэ закъуэ хэфэрт, къыIихырти къыкIэлъыкIуэ едзыгъуэр жиIэрт. «Зэрызафэ», «зы уэрэд едзыгъуэ едзын» жыхуаIэр аращ. 

Махъсымафэ уэрэд (фадэ уэрэд) – еплъ  «Махъсымафэ»-м.

Нысашэ тхьэмадэ – нысашэ ежьэ гупым я нэхъыжь, хабзэр фIыуэ зыщIэ, жьабзэ зыIурылъ лIы цIэрыIуэ. «Нысашэр зыгъэщIэгъуэн тхьэмадэ»: нысашэр щIагъуэ (къекIу, дахэ) зыщIын, хабзэм тету зэфIэзыхыфын.

ПщафIэ – нысашэ гупым ящыщщ, тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъущ. ПщафIэу нэрыбгитI (цIыхухъу пщафIэрэ хъыджэбз пщафIэрэ) яхэтт. ЦIыхухъу пщафIэм и къалэн нэхъыщхьэр тхьэмадэр здэщыс Iэнэм ерыскъыкIэ хуэсакъынырат. Хъыджэбз пщафIэр нысашэ гупым хэт хъыджэбзхэм яхуэсакът, зыхуей хуигъазэт.

Тхъурыжьэ – щэ дагъэкIэ гъэжьа тхьэвхэкI шхын, нысашэ дауэдапщэ ерыскъыхэм ящыщщ.

Тхьэмадэкъуэдзэ – нысашэ тхьэмадэм (еплъ) и дэIэпыкъуэгъу, и къуэдзэ.

Уэрдадэ пашэ – Уэредадэр къыхэзыдзэ, ар жызыIэ гупым я пашэ.

УэрдадэжыIэбжьэ – нысашэ уэредадэр жызыIа щIалэ гупым хуагъэфащэ фадэбжьэ.

«Уг′ыр яIэтыжас…» – хьэгъуэлIыгъуэхэм удж къыщамыщIыжын унафэр 1960 гъэхэм Узун-Яйлэ къыщащтауэ щытыгъащ. Мыпхуэдэ унафэм щхьэусыгъуэ хуэхъуахэр зэтемыхуэу къаIуатэ, ар зэгъэзэхуэнри лэжьыгъэ щхьэхуэщ. Иужьрей зэманхэм, адрей къэфэкIэ лIэужьыгъуэхэм кIэрымыхуу, уджыр къащтэтыжауэ зэрахьэ.

Унэ хьэдэ – еплъ «Жэназы Iэ Iэт» жыхуиIэм.

Фошыгъу хьэлыгъуанэ – хъыринэ щыщIащIэкIэ ягъэхьэзыр дауэдапщэ шхыныгъуэ IэфI: фошыгъур ягъэткIури хъурейуэ трагъэлъадэурэ ягъэж.

Х′акIуэ (Х′акIуэжь) – щауэишыжым хэт дауэдапщэ нэрыбгэщ (персонажщ); джэгуурэ «мэщыщ», и щхьэр иудэурэ фадэбжьэм «хопсэ», «хопырхъэри» зэбгреутхыкI, хъуахъуэхэм ятреутхэ, утыкур къежыхь, хъыджэбзхэм ядогушыIэ, щIалэхэм «йотхауэ»; ХакIуэ къалэныр зыгъэзащIэу щытар унэIут-куэбжэIутт. ЩызекIуауэ ттхыжар Мударей къуажэщ. ХакIуэм и дамыгъэ эквиваленту языныкъуэ абазэ къуажэхэм къашэт «гуу».

Хъыринэ – япэу щIалэцIыкIу къащыхэхъуэкIэ (куэдрэ бын ямыIауэ хъыджэбз цIыкIу къалъхуами, нэхъыжьхэм я псалъэкIэ жыпIэмэ, «нану щIэщыгъуэ» щагъуэткIэ) хъыринэшхуэ щIащIэт, абы и бгъуитIымкIэ щIалэхэмрэ хъыджэбзэхэмрэ тетIысхьэурэ ещIэт, ещIэхукIэ зэдэгушыIэхэт, хъуэрыбзэ зэрадзт, уэрэд жаIэт. Хъыринэм ягъэхьэзыр дауэдапщэ шхыныгъухэм ящыщщ фошыгъу хьэлыгъуанэр (еплъ), ар хъыринащхьэм деж кIэращIэт. 

Шэшэн – къэфэкIэ псынщIэ лIэужьыгъуэщ, къэбэрдей къафэ кIыхьым, къафэ къуаншэм, уджым ягъусэу Узун-Яйлэ щызокIуэ, Тыркум ис адрей адыгэхэми фIыуэ ялъагъур, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм. «Унэишэ цIыкIум деж пхъужьхэр къагъэшэшэнт». («Пхъужь»-кIэ узун-яйлэ адыгэхэр зэджэр лъэпкъым щыщу дэкIуауэ, унагъуэ ис бзылъхугъэхэращ; мыбдеж –  хьэгъуэлIыгъуэм хэтыну зи дыщ къэкIуэжа фызхэр, щауэм и адэшыпхъухэр.)

ЩIакхъуэмыгъэтэдж – дауэдапщэ ерыскъым лIэужьыгъуэ, нысашэ ежьэхэм здырахьэжьэ шхынхэм Iэмал имыIэу халъхьэт.

ЩIалэIэтэ (щIалэIэтэ щIын, …щIыгъуэ] – джэгум хэт щIалэхэм я дауэдапщэ зэбэн, зэзауэ, зэпщэфыIэ («фэзэбэным (фэкъыхэдзэм)», «пыIэзэфIэхьым»,кIахэ «паIохьэм, зэхэплъэжым», джылахъстэней «балий мыхъум» хуэдэу):  нэхущ уджыр яуха нэужь, джэгу къутэжыгъуэ шыхъуам деж «Мударейм я щIалэIэтэщIыгъуэ хъуащ», жаIэт.

ЩIэупщIэн – джэгум хэтхэр (нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ) зыр зым пщIэ хуащIу фадэбжьэ, «джэгъарэ» (тутын), IэфIыкIэ сытхэмкIэ «ирищIэупщIэу» зэрыхуахь, е зэрыхурагъэхь хабзэ. Дауэдапщэ «гулъытэм» дауэдапщэ «гулъытэншагъэри»  игъусэти, хабзэм къыдекIуэкI псэлъафэщ мыри: «Зы псы фалъэкIэ мыхъуми, сыт укъыщIытщIэмыупщIар?!». «Гулъытэншагъэ» зезыхьар джэгуурэ фIэгъэнапIэ ящIырти ягъэгъэпшынэжырт (шхын-фадэ сыткIэ), екIужыпщIэ шхыныр иужькIэ зэхэс щхьэхуэу зэдашхыжт.

ЩIэшын – пцIы зэфэзэщыр згуэрым и фIэщ щIын, дэгушыIэурэ къэгъэпцIэн (урыс. разыграть, приколоться). IуэрыIуатэ цикл къещIэкIащ Мударей, Пэзэрсу (Анзорей ЦIыкIу) къуажэхэм я щIалэгъуалэ гушыIэкIэхэр, Тохъу Хьэжумар и щIэшынхэр. Псалъэм и къэкIуэкIэ нэхъыщхьэхэр: «щIеш» («догушыIэ»), «ущIеш» («къыбдогушыIэ», «укъегъапцIэ»), «ЩIиш къудей мыхъуу иришажьэри къришэкIас». Пэзэрсу щIалэхэм я щIэшыкIэм щыщщ, псалъэм папщIэ, я фIэщу хьэщIэм зэреупщIу щытахэр: «Къаз нахъутэрэ шыд налрэ ящэри, пщэхун, си къуэш?».

IункIыбзэ дамыгъэ – нысашэ дауэдапщэ ерыскъыр зэрылъ матэм щхьэщалъхьэну хьэлыуэ IупщIищым гуащэм и IункIыбзэмкIэ тредзэ (хьэлыуэр хуабэ щIыкIэ, щаубэм деж). Хабзэр Хэкуми (пс. п. Инжыдж псыхъуэ) щызекIуащ.

Iэпэщэхуж – джэгуакIуэм и зы къалэнщ, джэгум хэт дауэдапщэ нэрыбгэщ: къафапщIэр (щIалэм е хъыджэбзым къызыдэфэну хуейм къыдагъэфэн папщIэ къит «уасэр» – ахъшэ, е цIыкIу-фэкIу гуэр) къыхэзыдзыр, мыри «куэбжэIут-унэIутым ящыщт». «Уй, мыбы мыпхуэдиз къитащ!», – жиIэурэ къата щэхужыпщIэр игъэнэхъыбэу, игъэкуэду жеIэ. Джэгур якъутэжа нэужь ахъшэм и Iыхьэ гуэрыр къэзытам иратыж хабзэт.

Хьэзей (Пинарбашы) шы щапIэм

II. Узун-Яйлэм и уней IуэрыIуатэ псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ

Абазагъэ – псынщIагъэ, тэмакъкIэщIыгъэ. «Уи абазагъэр умыгъэлъагъуэ» жиIэмэ, зэпIэзэрыту щыт, екIуу цIыхум яхэт, губжьыр зытомыгъакIуэ, жыхуиIэщ. Этностереотип гупсысэкIэм, гушыIэ культурэм и зы псэлъафэщ.

Дэущын – «ущын» псалъэм къытекIащ, «хуэмыфащэми, жиIэр пцIыми, ар дэIыгъын» жыхуиIэщ: «Уэри удэущас». Тыркум ис адыгэхэм яIэщ мы псэлъафэм и лъабжьэгъуу нэгъуэщI зыи: «ЩIэущыхьын» – уэркъыгъэм, адыгагъэм, лIыгъэм, цIыхугъэм къемызэгъыу зекIуэн, зэми зэ, зыщIыпIэ деж щыуагъэ зыIэщIэгъэкIын. «ЦIыху къых′эмыкI′ар кIуэнус-кIуэнурэ щIэущыхьынус». «ЗэрыщIэущыхьыну» щIыкIэм и щапхъэхэу къахь хабзэр: уи щэху, уи тIасхъэ, уи дагъуэ ищIэмэ, и псалъэ епцIыжынщи зыщIыпIэ деж тIысынщи ущиIуэтэжынщ; къалэм еджакIуэ-лэжьакIуэ кIуэнщ, и Iуэхури дэкIынщ, ауэ ахъшэмрэ фадэмрэ ягъэжэкъуэнщи, ари зыуэ «щIэущыхьа» хъунщ; цIыхубз IуэхукIэ къэпцIэнщи, и унагъуэ, и щхьэгъусэ игъэпудынщ, зыхуей хуигъэзэфынкъым, н. къ.

Псэлъафэр феодализм лъэхъэнэм и щIэин гупсысэкIэм щыщми, лIыгъэ телъхьэпIэрэ щапхъэрэ дэтхэнэ зы адыгэми хуэхъуфын дуней тетыкIэр, щэн-зекIуэкIэр зыгъэлъагъуэ гъэсэпэтхыдэхэм яхэту къокIуэ.

«Жаным енэцIыну...» – пщым и пхъум тIэкIу епсэлъыхъуну, дэуэршэрыну.

«ЖиIар игъэхъуу...» – и унафэр тэрэзу, и псалъэр пхыкIыу.

ЖыIэхуэ – цIыху цIэрыIуэм къыщIэна и псалъэ, псэлъафэ, жыIэгъуэ (афоризм): «Хьэфиз-ефэндым и жыIэхуэхэр», «адыгэ жыIэхуэ».

«ЖыIын тIэкIу сиIыс...» – нэхъыжьхэм я пащхьэ нэхъыщIэм и псалъэ къызэрыригъажьэ жыIэгъуэ.

КI′агуэ, лъапагуэ  – адыгэр тыркум зэреджэ цIэлей, щIагъыбзэ (эпитет-эвфемизм).

Къэбэрдеигъэ – адыгагъэ, лIыгъэ, жьафIагъэ, хыхьэ-хэкI; гушыIэ-ауану къапсэлъмэ – кIыхьлъыхьыгъэм, псалъэ гъущэ гъэджэгуным (узун-яйлэ уэршэрым) и дамыгъэщ.  «Абазагъэм» еплъытмэ, «къэбэрдеигъэ» щэныр «нэхъ зэтеубыда, зэпIэзэрыт» жыхуиIэу къокIуэ. Этностереотип гупсысэкIэм, гушыIэ культурэм я зы псэлъафэщ. 

«ЛъэпкъкI′э мыщIагъуэ щхьэкI′э шыфI шэсу...» - «мылъэпкъ-мыжэпкъми, мылъэпкъ-мыкъупщхьэми лIы зэкIэлъыкIуэ, лIыгъэ зыхэлъ», жыхуиIэщ.

Насыппыуд – насып къэмыгъакIуэ.

ПащIэмыщ – адыгэр курдым зэреджэ цIэлей (эпитет-эвфемизм).

ПсалъапIэ-увыпIэ етын – гъуэгу етын (еплъ Хабзи гъуэгуи).

Псалъэ къэубыд – губзыгъэ, гурыхуэ, акъыл жан.

Пх′энжыр х′эз щIын – Iуэхур пцIыуэ, зэрыщытым хуэмыдэу цIыхум яхэхьэн.

Уэркъ къабзэ – «уэркъыгъэу дэгъэзеигъуэ кIыхьыр» дуней тетыкIэкIэ зыгъэпэж, зыгъэлъагъуэ цIыхум, лъэпкъыжь къабзэ къыхэкIам хужаIэ.

Уэркъыжь – уэркъыгъэр анэкъилъхуу лъэхъэнэ кIыхькIэ къызыдэгъуэгурыкIуэ лъэпкъыфI, лъэпкъышхуэ, абы щыщ цIыху («уэркъышхуэ»-м мыхьэнэкIэ щытехуэ къохъу). Эпитет папщIэу къапсэлъ, «уэркъыгъэр зыгъэпэж» мыхьэнэ иIэу.

Уэркъ цIафтэ – мылъку зимыIэж уэркъ.

Уэркъым ипкъ – къудан, зэкIуж. Псалъэжь: «Уэркъым ипкъ кIуэдыркъым» (Еплъ: Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдIым).

Узун-Яйлэ хабзэ (Iузнейлэ хабзэ) – къэбэрдей гупсысэкIэм, хабзэ зехьэкIэм нэхъ тету Узун-Яйлэ щыува, щекIуэкIа хабзэ. ЖызыIэм елъытауэ (хэгъэгум щыщ, щымыщ) позитив мыхьэнэуи негатив мыхьэнэуи урехьэлIэ. «Жэбагъы хабзэ» (Къэзэнокъуэ Жэбагъы игъэува хабзэ) жыхуиIэ псэлъафэри Узун-Яйлэм и хабзэ унейхэм епхауэ къапсэлъ: «ЗгуэрэкIэ зэныкъуэкъу хъумэ, къэбэрдейм – дыдейм – жаIэр арат: “Уэлей, а сэ жысIэр Джэбагъы и къануным напиплI къызэбдзэкIым етхуанэм итым!” – жаIэт. “Уэлей, ар Джэбагъы идэмэ, си пащIэр уэзгъэупсынтэм!”».

Узун-Яйлэ хьэщIэщ зэхэс – унафэ къыщащтэу, хъыбар щаIуатэу, жаIар зэрагъэхъуну щIыкIэхэр къыщахутэу Узун-Яйлэ хьэщIэщхэр икIэм нэс къэгъуэгурыкIуащ. ХьэщIэщ зэкIэлъыкIуэ – цIыху кIуапэу, унафэ къэщтапIэу – уиIэныр, ар пIыгъыфыныр унагъуэм, лъэпкъым, лIым дежкIэ нэмысышхуэт. Узун-Яйлэ нэхъ лъэпкъыфIу исахэм я хьэщIэщхэм щаухэса хэгъэгупсо унафэхэм я хъыбархэр IуэрыIуатэм куэду къыхэнэжащ.  

Узун-Яйлэ уэршэр – «уэршэрын» псалъэм литературэбзэм къикI мыхьэнэм нэхърэ нэхъыбэ мыбдеж къыщырагъэубыд: «хуиту, гушхуауэ зэпсэлъэн» жыхуиIэм щегъэжьауэ «гушыIэн», «сэмыркъэуэн», «щIагъыбзэ куу хэлъу псэлъэн», «жьабзэ дахэ гъэлъэгъуэн», «псалъэншэу, гурыгъуазэу дамыгъэкIэ зэрыщIэн» жыхуиIэхэм нэсыжу. Нэхъыжьхэм мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр къахьыр:  хьэщIэщ уэршэр, щIалэгъуалэ уэршэр, лэгъунэ (псэлъыхъу) уэршэр, хъыджэбз хьэщIэ уэршэр, пхъужь уэршэр, удж уэршэр, нэгъуэщIхэри. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, уэршэрым мыхьэнэ нэхъыщхьэу иIар псалъэм уриджэгуфынырат, абыкIэ уэршэрэгъур къыдэпхьэхынырат (еплъ «Псынэ» журналым и 9-нэ къыдэкIыгъуэм, Налшык-2010).

Узун-Яйлэ унафэ (къэбэрдей унафэ) – жызыIэмрэ щIыжиIэмрэ елъытауэ и мыхьэнэр тIууэ зэщхьэщокI. ГушыIэ культур контекстым тету къэбэрдейм я «дагъуэр» яIуэтэн хъумэ, «кIэ зимыIэ зэхэс», «гъунэ зимыIэ псалъэ» – ар «къэбэрдей (узун-яйлэ) унафэщ». Езы къэбэрдейхэм «унафэ къэхьыныр кIыхьлъыхьми, щыуагъэу къремыгъэзэж» жыхуаIэу «Унафэр къремышынэуэж!» – жаIэ.

Жэбагъы къыщIэна уэсятхэм хуахь: «ТIэухеежьэ къэвмыублэ», «Псалъэр тIэужыIэу жывмыIэ». НэгъуэщIу жыпIэмэ, унафэ къэхьыныр кIыхьлъыхьми, а зэ къэхьыгъуэм щыпкъэм тету, ней-нэфI хэмыту къэхьын хуейщ.

«Унафапэ кърихьэжьэу...» – Iуэхур зэфIэха зэрыхъун псалъэ Iущ къыхилъхьэфу. «Тохъу Хьэжумар унафапэ кърихьэжьэфт».

Унафэгъу (тIысэгъу) – къотIысылIэу къопсэлъэфын, унафэ къыбдищтэныр зыхуэфащэ, къызытехуэ.

«Унафэр къремышынэуэж…» («унафэр къэшынэуэжынус…») – еплъ Узун-яйлэ унафэм.

ФызкI′э лIыфIс – фызым тегушхуэ лIыгъэншэм хужаIэ.

Х′эвэщIэн (гуемыIу жыIэкIэ) – лей жыIэн, хуэмыфащэу псэлъэн, «къэвэн».

Хабзи гъуэгуи – хуэфащэ пщIэрэ нэмысрэ хуэщIын. 

Хъурыпэ пыуд – Iуэхупэ кърихьэжьар Iэпыудын. ЖыIэпIэ-щIапIэ цIыхур щрамыгъахуэм деж жаIэ.

Хьэгъэ – напэншагъэ, хабзэншагъэ; «цIыхугъэм», «адыгагъэм», «уэркъыгъэм» я антониму къокIуэ. 

ЦIэ тын, цIэ щытын – цIэрыIуэ хъун. Псалъэм папщIэ: «Ягъэнхэ цIэ ятас».

«Щаухуэсурэ…» (ухуэсын) – щаухэсурэ, хасэ зэхашэрэ унафэ къыщащтэурэ.

«ЩIакIуэкIапэ ныпхузодз!» - «ЩIакIуэкIапэ зэдытеувэн» хабзэжьым епха псэлъафэ, нобэрей мыхьэнэуэ кърагъэкIыр: «еуэ, дызэпегъэIэ, дызэгъэныкъуэкъу!».

«Iэдэж зыщI – епсыхи лъагъуэ зэвым дыщызэблэгъэкI, гъуэгупэр сэ сыгъэхь, щыигъуэм деж дэчых зыхэгъэлъыф, жыхуиIэщ.

III. Адыгэ псалъэжь нэгъэсауэ Узун-Яйлэ щызекIуэхэм щыщ

Гугъум щIэсыкI′ыр лIыфIс – гугъуехьым щIапIыкIыр удэфэнкъым, жыхуиIэщ. «МылIэр лIы мэхъу» жыхуиIэ псалъэжьым ещхьщ.

Гузэвэгъуэ ихуэр Iэмалибгъум йопхъуэри, унэхъунуми щхьэусыгъуибгъукIэ зыщIeуфэ.

Зэхуэмыдэ зэдэфэркъым, зэмыфэгъу зэрышэркъым – хэкурысхэм мы псалъэжьым «цIыхугъэрэ акъылрэкIэ пхуэмыфащэ пэшэгъу умыщI» жыхуаIэу халъхьэ мыхьэнэм къыдэкIуэу, лъэпкъ-лIакъуэ зэхэгъэж мыхьэнэр нэхъ къыхагъэщу Узун-Яйлэм къыщапсэлъ.

И махуэр къэмысу и вагъуэр ижас – дунейм тетуи темытуи ямыщIэжу лIам хужаIэ.

Къуэ натIэрысрэ лIы исырейрэ ! – гыбзафэ-псалъэжь.

Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдIым – лъэпкъ къыхэкIам (уэркъым) и пкъыр гъуащэкъым, зэкIужщ, къуданщ, жыхуиIэщ. Мы псалъэжьым мыхьэнэкIэ хуэкIуэу Табыщ Мурат и архивым щыщ жыIэгъуэхэмкIэ къыддэгуэшащ: «Беслъэн нэгу», «Беслъэн набдзэ», «Лъэгу щабэ», «Ботэщ и къуэм и бгыу щIалэ псыгъуэс», «Задэ ипхъус, псыгъуэ янэс».

ЛIымыхъум Iуэхуищэ и гум илъщи, лIыхъуным и Iуэхур гъуэрыгъуищэкIэми егъэхъу.

ЛIы хуэдэ жыпIэрэ фыз хуэдэ щIэпк′эжу! – уи псалъэ утемытыжыфу, утегушхуэрэ упсалъэу, иужькIэ уужьыхыжу.

Мыгъуэр икI′эс – тхьэмыщкIэныр сыт щыгъуи гугъуехьщ, жьантIэкIэщ.

НэщIмазэр хьейнатIэм и фIэрэфIэгъуэс – нэщI мазэу цIыху быдэм, хьэщIэмыгъашхэм и унэ уихьамэ, зегъэфIэрафIэ, «мынэщIмазэу щытамэ, удгъэшхэнт» жыхуиIэу.

Псалъэм и пэжыр игъуэс – хэт жимыIэми – иребзылъхугъэ, иренэхъыщIэ – псалъэр пэжмэ, игъуэу къэщтапхъэщ.

ПщыфIыр жылэм я унэIутс – пщым и къалэныр жылэм къыщыжынращ, къэхъумэнращ.

ПщIэгъуалэр делэм и кIуэдыжыгъуэс – «пщIэгъуалэм лъэпкъкIэ, жылагъуэ нэмыскIэ зыхуэмыфащэр иремышэс», жыхуиIэщ; «щIэх фIей мэхъури» жари тражыIыхьыж.

ТIэухеежьэ къэвмыублэ, зэкъуэшитI нэхъыжь къэвмыублэ, фыззэтех къэвмыублэ – Жэбагъы къыщIэна псалъэжьхэм ящыщщ.

ТIысыпIэмрэ унафэмрэ пщым ейс, хабзэмрэ зауэмрэ уэркъым ейс – жыжьэу тхыдэмкIэ уIэбэжмэ, адыгэм жылагъуэ къалэнхэр зэригуэшауэ жыхуаIэр.

Узыдэсыр жьантIэс – жьантIэм ущIэмыкъу, ар пхуэфащэмэ, а узыдэс щIыпIэр уэ жьантIэ пщIынщ, щысхэм уи дежкIэ зыкъагъэзэнщ.

УзыщамыщIэм уи щыгъынщи, узыщащIэм уи акъылщ .

УлIмэ улIакъуэс, нэмыс уиIэмэ убеслъэнс – лIыгъэ пхэлъмэ, уи лъэпкъыр ялъытэнщ, нэмыс къыпхуащIмэ, ууэркъщ (убеслъэнс), жыхуиIэщ. «Лъэпкъыр зэпхар илъыракъым, игурас…». Жэбагъы къыщIэна псалъэхэм хабжэ.

Утыку зэрихьэр лъапэщи къызэрикIыжыр напэщ.

Ущымыхъунум ущымыуэ – уи Iуэху къыздимыкIынум ущымыгушхуэ, зыщомыгъэлъагъуэ, жыхуиIэщ.

Ущысу укъэзымылъагъум ущыту зыкъомыгъэлъагъу – укъэзымылъытэм пщIэ лей хуэпщI щхьэкIэ укъилъытэнкъым, жыхуиIэщ.

Уэркъ пшыналъэ ибжыкI′ырIым – уэрэд, хъуэхъу, къафэ, теуэ-тепкIэ сытхэр уэркъым хуэфащэркъым, жыхуиIэщ.

Уэркъ уэркъ дауэ ищIыркъым – уэркъыгъэм ущIэдэу нэужь, уи уэркъыгъэм шэч къыхубохьыж, жыхуиIэщ. Хэкуми, нэгъуэщI лъэпкъ аристократи́к культурэхэми щызекIуэ гупсысэщ.

Хабзэжь хэкужь къыранэркъым (къыщанэркъым) – Хэкур убгынэ щхьэкIэ, хабзэр уздэкIуэм здыбохь, лIэужькIэрэ умыгъэкIуэду зыбохьэ жыхуиIэщ.

Хабзэмрэ бзэмрэ здэщымыIэм адыг′э щыIэIым – Жэбагъы къыщIэна псалъэжьхэм ящыщу Узун-Яйлэм щыжаIэ.

Хабзэр убзэ зыфIэщIым пщIэнум и ныкъуэр хегъанэ – «Хабзэр убзэ зыфIэщIым хабзэ кIэлъызомыхьэ»; «Хабзэ зымыщIэм убзэ къыщохъу» жыхуиIэ псалъэжьхэм яхуэдэщ.

ХьэщIэщыр хьэщкъым – хьэщIэщым унафэшхуэ къыщащтэкIэ, цIыхухъу хьэщIэшхуэ щызэхэскIэ, щIэмытыпхъэ – сабий, бзылъхугъэ, къихьэ-нихьэ – щIагъыхьэркъым. Патриархат гупсысэкIэм и щIэин псэлъафэхэм ящыщщ.

ШхупцIатэхьэ кIуати, мэрамысащIэу къыщIэнэжас.

ЩхьэкIуэ зышх щхьэшхыгъуэ йохуэ – инжыджей (КъШР), кIахэ адыгэхэми мыпхуэдэу жаIэ, Къэбэрдей ТIуащIэм «Лъакъуэ зышх щхьэшхыгъуэ йохуэ» жэуэ щызекIуэ псалъэжьым и вариантщ.

Iэдэжым шэси узытесыр сэ къызэт – «Уищхьэ-сищхьэ нэхърэ сищхьэ гуэр» жыхуиIэм хуэдэщ.

 

Пащты (Мыжей) Мадинэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Адыгэ республикэм гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и Институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэ.

«Псынэ» журнал, № 11. – Налшык, 2013.


Комментарии 3

  1. мэхъсымафэ репертуарыр т1эк1у мащ1у искусственну къысщохъу.

     

  2. Мадинэ къытегъэлъэгъу Тыркуем ис адыгэхэм къахэнэжьыгъэ тэк1ур. Ащ мэгъанышхо и1, сыд п1оми ахэри тэфэдэу урысыбзэр къызэрыттек1орэм фэдэу, тыркубзэм чъырегъэбых. Узынчъэу, Мадинэ! 

  3. Абыт1э Владимир  05 октября 2015, 18:45 0
    Зыгуэрхэм жа1э: дэ урысыбзэм дызэщ1ищтэу бзэмы1у дызэрыхъуам хуэдэ дыдэу, Тыркуейм ис адыгэхэр тыркубзэм зыщ1ишэри, лъэныкъуит1ми ди тхьэмыщ1агъэр зы хъуащ. Ар пэжщ – зыри пыслъхьэкъым. Ауэ шынагъуэ щы1эщ Урысейм храгъэубыда адыгэхэр нэхъ щ1эх лъэпкъышхуэм дыхэзэрыхьыжынк1э. Ди Мыжей-Пащты Мадинэ ц1ык1у къызэрыхъухьа хэгъуэгур Къэрэшей-Шэрджэсращи, дауи, абы ф1ыуэ ещ1э адыгэ  мин 60 нэхъыбэ а республикэм нобэк1э дызэримысыр. Псори зэхэту республикэм ц1ыху мин 470-рэ исщи, аращ дэ «1ыхьэу» ди адэжь щ1ыналъэм щыщу къытлъысыжар. Къэбэрдейр нэхъыбэу ялъытэми, абы щыпсэу адыгэхэр мин 500-м зэрыф1эк1а щы1экъым.            Тыркум адыгэ мелуани 7-м нэс щыпсэууэ интернетым къисхащ. Хэхэс здэхъуа къэралым деж бжыгъэк1э ахэм ещанэ увып1эр ща1ыгъщ, Тхьэм и шыкурк1э зыхэс къэралыр демократием и гъуэгум теуващ, лъэпкъ мащ1эхэр зэхэзехуэн ящ1ыжкъым. Хэхэс адыгэхэм я лъэпкъ зэхэщ1ык1ым мычэму зе1эт, езыхэми щ1эныгъэк1э, 1эщ1агъэк1э заузэдыр. Зэрызэхэсхамк1э, алъандэрэ тыркуу ялъытэу, е зым зилъытэжу щыта ди лъэпкъэгъу ц1эры1уэ куэд, хуамыгъэфэщагъэххэу, адыгэбзэк1э къопсэлъэж. Сытми, Тыркум ис адыгэхэр къарууншэкъым, къэрал унафэщ1хэри къахуэ1ей си гугъэкъым.             Мыдрей псоми, Хэкужьым исхэри япэ зэриту, гугъап1эу, гурыф1ыгъуэу ди1эр Тыркум ис адыгэхэращ. Феплъ, к1уэ пэтми, зыкъаудэж, зыкъац1ыхуж, бзэр зымыщ1эхэми ирагъэц1ыхуну хуожьэ, зыгуэрхэри къадохъур. Ди мыгъуагъэр ди унафэр хамэм зэры1эщ1элъращ.             Нобэк1э Хэкужьым исхэм ди лъэпкъ 1уэхухэр ди япэ ит унафэщ1хэм къызэрырадзэ щымы1эми, адыгэр нэрыгъщ, хэутэгъуаф1эу зыхиуигъэутэнукъым. Емынэм къелар Хъумбылейм ехьыж зэрыжа1эу, илъэсищэ адыгэ-урыс лъэпсэрых зауэм къелахэр нобэк1э я тхыдэ иным и дурэшым дэбдзэу к1э яптыфынукъым. Хэт апхуэдэу гугъэми, си ф1эщ мэхъу къызэремыхъул1энур, и гурыгъыр зэрижынур.                Си псалъэ к1эщ1ым мы усэ сатырит1ымк1э к1э1унэ естыжынщ:                                   «Щы1ащ» адыгэр жамы1эу,                                  Щы1эххэу дэвгъэгъэлъагъуэ.                                  Ит1анэщ л1ыгъэ щыди1эр,                                  Ит1анэщ нэхъыжь щыхъуахъуэр.
    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.