Нанум и бза - язык малышей
АдыгэбзэкIэ гъэпса интерактивнэ мультимедийнэ зэреджэн дэIэпыкъуэгъу (Интерактивное мультимедийное учебное пособие на кабардино-черкесском языке)
Тхылъым мыпхуэдэ щхьэхуэныгъэхэр иIэщ: дэтхэнэ зы хьэрфми (псалъэми) я гъэIукIэм утеIущIэрэ къытебгъэзэжурэ уедаIуэ, уеплъ хъуну ухуащ. Ар зэхэлъхьа хъуащ мы щIыкIэм тету.
Япэу, адыгэбзэм и макъхэмрэ ахэр зыхэту къакIуэ псалъэхэмрэ я гъэIукIэхэмрэ я тхыкIэмрэ уэзыгъащIэ «Адыгэбзэ макъылъэ» IыхьэкIэ къыщIедзэ. Мыбы адыгэбзэм ейм нэмыщI хамэбзэхэм къыхиха, зэщхь макъ гъэIукIэ зыхэт мы псалъэхэм я щапхъэхэри къыщыхьащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ: «Ё ё «ёл-кэ», О о «ор-ден, Р р «ра-ке-тэ»; Ю ю «Юрэ», Я я «яслъэ» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЕтIуанэу, упщIэ-жэуап щIыкIэу (диалогыу) тха сабий усэ гъэудэIу «КIутIэ» / «ПIытIэ» жыхуиIэхэмкIэ къыщIедзэ.
Ещанэу «Бабыщ», «Къаз шыр», «Щынэ», «Нау» (Джэду»), «Хьэпшыр», «Адакъэ», «Джэд», «Къанжэ», «Бзу», «Гуэгуш», «Дыгъэеджэ» (I, II); «Жэм», «Шыд кIылу» («ШыдыщIэ»), «Джэджьей», «Бажэ», «Дыгъужь», «Мыщэ», «Барс», «Мэз джэду» жыхуиIэ сабий усэхэр щызэкIэлъыхьащ.
ЕплIанэу, зы авторей псынщIэрыпсалъэ «Дзыгъуэмрэ Джэдумрэ», усэ цIыкIу «ПыIэ» жыхуиIэхэр къыкIэлъокIуэ.
Етхуанэу, иужь Iыхьэм, балигъхэм яхуэгъэза «Жьы зумыщI, ди анэ!»,
«Iуащхьэмахуэ», «Дыгулыбгъуей», «Хэку» усэхэм я тхыкIэхэмрэ гъэIукIэхэмрэкIэ къыпещэ.
Проектыр зэхэзылъхьар, адыгэ алфавитым и макъылъэ псалъэхэр, усэхэмрэ псынщIэрыпсалъэмрэ зытхар, икIи ахэр езым и макъкIэ къеджэжу зыгъэIур доцент Абазэ Албэчщ. ЦIыхубз макъкIэ адыгэ алфавитым къеджэр КъарэцIыкIу Илькайщ. Сабий усэхэмрэ псынщIэрыпсалъэмрэ адыгэбзэкIэ къеджэр Абазэ Инарэщ.
Мультимедиехэр зэхэзылъхьар, тхылъыр зэзыгъэзэхуар, зэрытрадзэным хуэзыгъэхьэзырар Абазэ Албэчщ, ахэм я гъэIукIэр зыгъэпсар Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэ центрым и лэжьакIуэ Късал Арсенщ. Студием адыгэбзэкIэ макъхэр тешэным елэжьар Озтюрк Мухьэррэмщ. Иллюстрацэхэмрэ тхылъым и теплъэмрэ зыгъэхьэзырар Пщыгъусэ Айтэчщ. Iуащхьэмахуэ сурэт тезыхар Мокаев Тенгизщ. Сурэт макетхэм елэжьыжар Къардэн Умарщ.
Комментарии 2