Адыгэ лъэужьхэм дыздашэр

ХартумАдыгэхэр Африкэм и къэралыгъуэ куэдым къызэрыщыхута хъуам куэд топсэлъыхь. Абы ипкъкIэ къэхъуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэм гушыIэ хьэзырхэр къатопщIыкIыжри цIыхухэм яIурылъщ.  Псалъэм папщIэ, и гугъу ящI хэкужьым икIа адыгэ гуэрэ Африкэм щыIэу телефонкIэ здэпсалъэм, ар зэхэзыха негр сабийхэр зэрыгъэдыхьэшхыу зэрыщIадзар «Уарэ! Феплъыт- адыгэ цIыху хужь! Адыгэ цIыху хужь!» жаIэу. Апхуэдэ къабзэщ ди тхыгъэхэм ящыщ зым деж къыщыдгъэлъэгъуэжа теплъэгъуэр. Ар къызыщыщIам къыджиIэжа хъыбарщ.  Фигу къэдгъэкIыжынщ, Къэрэшей-Черкес хэгъуэгум и Ботэщей къуажэм лъэпкъкIэ щыщ, Эстонием щыпсэу, кхъухьышхуэм инженеру щылажьэ адыгэ щIалэ Шыбзыхъуэ Умэт Мэсхьуд и къуэр Африкэм деж, Мавританием и Нуадибу щIыналъэм щыIэу, къехъулIар.  Умэт екIуэлIауэ щытащ махъшэ зэдэжэ здащIым. Зэщхьэщыужу къагъажэ махъшэ лъакъуэ кIыхьхэм еплъу, щIыфэ фIыцIагъэкIэ гъэнщIа цIыху архъуанэм и курыкупсэм здыхэтым, Умэт и тхьэкIумэм къиIуащ адыгэ псалъэхэр.  Зыкъиплъыхьри, зэресауэ цIыху хужь щимылъагъум, «къысщыхъуагъэнщ» жиIэри, зигъэзэжащ.

Ауэ зэман текIри, аргуэру зыгуэр адыгэбзэкIэ гуоуащ: «ЕужьэрэкI! ЕужьэрэкI, махъшэ хуэмыхужь!» Умэт къэуIэбжьауэ макъымкIэ иунэтIри, щIалэ фIыцIафэ цIыкIуитI адыгэбзэкIэ зэпсалъэмэ-гуоужу яIууащ.

ФIэхъусыр зэфIэкIа и ужь, адыгэбзэм хуезэша Умэт щIалитIым ябгъэдэувэри, гупсэхуу япсэлъащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, щIалитIыр гъуни-нэзи зимыIэ Сахарэ къумышхуэм и курыкупсэм щыпсэу адыгэ къуажэ цIыкIуитIым щыщт. Мы махуэхэм махъшэ зэдэжэ зэрекIуэкIыр щызэхахым, Iуэху ящIри къэкIуауэ арат.

Умэт зэрыжиIэмкIэ, хэкужьым щыпсэухэм урысыбзэ псалъэхэр зэрыхэдгъыхьэм хуэдэу, псалъэ зыбжанэ хьэрыпыбзэу къаIэщIэкIт, адреймкIэ, адыгэбзэкIэ щIалэ цIыкIуитIыр къепсэлъащ. Адыгэ хабзэм тетуи я деж щыхьэщIэну ирагъэблэгъауэ щытащ.

ЗэрынаIуэщи, гушыIэ къэс пэжыгъэ гуэр хэлъщ. ИщхьэкIэ къэтхьа гушыIэ хъужа хъыбарымрэ Умэт къыджиIэжамрэ зэхэплъхьэмэ, тхыдэм къыхэщыж нэгъуэщIхэр дыщIыбгъужмэ, сэтей мэхъу адыгэхэр африкэм зэрыщыIэр. Ауэ мыгурыIуэгъуэр зыщ – щIылъэм и къуапэу плъытэ хъуну къумыщIым дауэ къихута адыгэхэр, сыт хуэдэ емынэ абы зыхуар? Мы упщIэхэм я хъыбар дылъыхъуэу, тхыдэ напэ мащIэкъым щIэдджыкIар. Абы щыхэтлъэгъуахэм ящыщщ Африкэм и курыкупсэм  щыIэ Судан къэралыгъуэм адыгэхэр къызэрыщыхута щIыкIэр.

1276 гъэм адыгэ мамлюкхэм я сулътIан Бийпэрыс (Бейбарс) и дзэр Судан щIыналъэм теуауэ щытащ.  Доноголэ пщыгъуэм деж властым папщIэ зэзауэу зэрызагуашар къигъэсэбэпри, Бийпэрыс яфIиубыдауэ щытащ  хэкур. Абыхэм ящыщ зы принц Шаканду тепщэу къигъанэри, щIыналъэр и нэIэ щIигъэува нэужь, адыгэ мамлюкхэм ящыщ дзэ Iыхьэ Суданым къринэри, Бийпэрысым Мысырым (Египетым) игъэзэжауэ щытащ. .  Абы и ужь мамлюкыдзэ къигъакIуэурэ Суданым щыIэхэр зыбжанэрэ ихъуэжащ.   Мамлюкхэм Донголэ и хъуреягъым щыта къалэу, жылагъуэу хъуар къаубыдащ, езым ящыщ унафэщIу трагъэуващ. Къэралым щыпсэухэм тезыр тралъхьауэ къыIрахыр, къаубыда гъэрхэм я гъусэу Мысырым яшэт. Суданым деж Мамлюкхэм щытепщэу щытащ 1811 гъэ пщIондэ.

А зэманым Мысырым щыIа адыгэ мамлюкхэм я лъабжьэр щыщIаударащ. Абы къикIыжа мамлюк гупхэри Суданым къокIуэри, Донголэ деж тIысыпIэ ящI. Нил и къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Аль-Урди щIыпIэм деж быдапIэ щаухуэри, негр пщылIхэмрэ Iэщэ-фащэрэ къащэхуу щIадзащ. Джабарти къигъэлъэгъуащ абдеж щыIа адыгэ мамлюкхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэу щытахэр: Уэсмэн-бей, Ибрэхьим-бей нэхъыжьыр, Абдрэхьмэн-бей, Сэлим, Ахьмэд Шувакар (Шывакъэу къыщIэкIынщ), Алий-бей, Ахьмэд-бей, Уэсмэн Исуф, нэгъуэщIхэри .

1816 гъэм абыхэм ящыщ зыбжанэм Мысырым и тепщэ Мухьэмэд-Алий хурагъэхьащ лъэIу я хэкуу ялъытэ Мысырым игъэкIуэжыну. Мухьэмэд-Алийр арэзы техъуащ, ауэ къажриIащ щIыгу яIыгъахэр, хэщIапIэхэр, мылъкур къазэрыримытыжынур. НэхъыжьыIуэхэм я унагъуэхэм защIигъэкъуэну, нэхъыщIэхэр дзэм къулыкъу щригъэщIэну къигъэгугъащ. Мысырым и тепщэм жиIар ягу иримыхьу, адыгэхэр Донголэм къэнащ. ЖиIар зэрызэрамыпэсам къыхэкIкIэ Мухьэмэд-Алийр губжьри, Суданым дзэ игъэкIуащ, адыгэ мамлюкхэр ириулъэпсыкIыну, езы къэралри къиубыдыну.

1820 гъэм и жэпуэгъуэм (октябрым) Мухьэмэд-Алий и къуэ Исмэхьил-пащэ я пашэу, сэлэт минитху ирикъу дзэшхуэр Судан хуиунэтIащ.  Къэралыгъуэм щыпсэу хьэрып лъэпкъхэр щIагъуэ къемызаурэ, зыкъыхуатIурэ адыгэ мамлюкхэр здэпсэу щIыпIэм нэсащ. Бийр гъунэгъу къыщыхъум, адыгэ малюкхэм тIууэ загуэшащ. Мысырым и нэIэ щIэувэну зымыда гупым Донголэр ябгынэри, Шенди пщыгъуэ цIыкIум Iэпхъуащ, иужьым Абиссинием (Эфиопым) кIуэжахэщ. МыдэкIэ, етIуанэ гупыр Исмэхьил-пащэм и деж кIуэри, Мысырым и нэIэ щIэувэну арэзы хъуащ. Мысыр офицерхэм зэратхыжамкIэ, ахэр нэрыбги 100-м щIигъут, я пщылI негрхэри я гъусэт. Исмэхил-пащэм ахэр гуапэу иригъэблагъэри Каир игъэкIуахэщ.

Суданыр къыщизэум, Мухьэмэд-Алийм Сеннар, Кордофан провинцэхэм  и Iэтащхьэу тригъэуващ черкес генерал Уэсмэн-бей Джаркас.  Абы и тепщэгъуэращ (1821-1825гъэхэм) Суданым и къалащхьэ Хартум и лъабжьэр щагъэтIылъар. ХIХ лIыщIыгъуэм къриубыдэу, Суданым и тхыдэ ятхыжам куэду къыхощыж адыгэхэр- губернатору, наместникхэу, офицерхэу. 1838-1843 гъэхэм Суданым и губернатору щытащ адыгэ дзэзешэ Уидан Ахьмэд-пащэ, абы техьэн и пэкIэ, Мысырым и военнэ министру щыIащ. 1850-1852 гъэхэм Суданым и губернатору тетащ  Абдул – Лэтиф-пащэ. Мыбы къэралым щригъэкIуэкIащ социальнэ-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэхъуэкIыныгъэ куэд,  Суданым и ахъшэм и пщIэр къиIэтыжащ, сатуущIэ Iуэхухэр къэралым и нэIэ щIигъэуващ. Абдул-Лэтиф-пащэращ Суданым деж цIыху къызэрыкIуэхэм  Iэщэ зэрамыхьэжыну унафэ къэзыхьауэ щытар, нэгъуэщI хабзэ куэдым къэралыр тезыгъэувар.  Абы къыщымынэу, адыгэ губернатору щытахэщ: Ахьмэд-пащэ Миникли (1843-1845 гъэхэм), Рустам-пащэ Джеркас (1853 гъэм), Хьэсанэ-бей Сэлам Джеркас (1859-1861 гъэхэм), Мусэ-пащэ Хьэмди (1863-1865 гъэхэм), Исмэхьил-пащэ Аюб (1873-1877 гъэхэм), Мухьэмэд-пащэ РэIуф (1879-1882 гъэхэм), Алэдин-пащэ Садыкъ (1883 гъэм).

Провинцэ щхьэхуэхэм я наместнику тетащ адыгэхэу: Хъусыр-бей – Таки провинцым и губернатору 1854 гъэм тетар; Мухьэмэд Сэид-пащэ Уэхьби – Кордофан провинцэм и губернатору 1873-1874 гъэхэм, 1879 гъэм Таки провинцэм и губернатору щыIар; Хьэсанэ –пащэ Хьилми Джувейсар – Таки провинцэм и губернатору 1866 гъэм щытар; Сулейман – пащэ Ниязи – 1870 гъэхэм и кIэм Судан щыIэ Мысырыдзэм и дзэзешэу щытар. КIэщIу жыпIэмэ, ХIХ лIыщIыгъуэр къапщтэмэ, Мысырми хуэдэу, Суданым и къулыкъущIакIуэхэм, офицерхэм я нэхъыбэр адыгэт.

Европэм икIыу Суданым щыIахэм зэратхыжамкIэ, абы щыIэ адыгэхэм щхьэхуэу заIыгът, я бзэкIэ псалъэжхэт, нэгъуэщI лъэпкъ щIагъуэ зыхагъыхьэтэкъым, къэралым деж бжьыпэри яутIыпщтэкъым. Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуа хьэщIагъэ хабзэхэр, щыпкъагъэр, хьэлэлагъыр  яхэлъауэ ятхыж Судан щалъэгъуа адыгэхэм. Суданыр Мысырым и нэIэ щIэту щытти, адыгэ офицерхэр, къулыкъущIакIуэхэр адрейхэм яфIэкIыу зэрыщытым папщIэ, Мысырым яшэж зэпытт.  Кавказ зауэжьым ирихужьа адыгэхэм ящыщ нэрыбгищэ бжыгъэ Хартум дэтIысхьэжауэ щытащ. Мы зэманым Суданым щыпсэу адыгэхэм ящыщу мащIэщ зыщыщ лъэпкъыр зыщымыгъупщэжар. ТIэкIу-тIэкIуурэ  яхэпшэхъуэжа хъуащ. Апхуэдэ къабзэщ ЭфиопымкIи, нэгъуэщI щIыпIэхэмкIи Iэпхъуа адыгэхэр.

Мамлюкхэм  и нэхъыбэм негр бзылъхугъэхэр къашащ (сытт ящIэнур, нэгъуэщI африкэм и курыкупсэм щагъуэтакъым), быни къащIэхъуэжащ. Апхуэдэурэ дунейм къытехъуа хъуащ  адыгэлъымрэ хьэрыпылъ-негрылъымрэ зыхэпща адыгэхэр.  Суданым  къина адыгэхэр мащIэ-мащIэурэ яхэпшэхъуэжащ абы щыпсэуа хьэрыпхэм, эфиопхэм, мысырхэм, тыркухэм, лIакъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм.

Адыгэхэм я щэнхабзэ, псэукIэ хабзэ, уеблэмэ шхыныгъуэ куэд  ноби щызэрахьэ Суданым. Псалъэм папщIэ, туристхэр ноби ирагъафэ «малахабиджа» зи фIэщыгъэцIэ адыгэ мамлюкхэм я шэ IэфIым. Абы хэлъщ хьэжауэ дэхэр, IэфIыгъэкIэхэр.

Африкэм щыпсэу псэущхьэхэр, къуалэбзухэр къэзыхутауэ щыта  щыта щIэныгъэлI Берм А.  ХIХ лIыщIыгъуэм итхыжауэ щытащ губернатор Абдул-Лэтиф-пащэ зэрыхуэзауэ щытар: «Абдул-Лэтиф-пащэ  лIы хэкIуэта дахэт. И нэгум зы лей хэлътэкъым, гушыIэ щIэлът, и  жьакIэ фIыцIэ Iуври зехьат, а псом набдзэ фIыцIэшхуэхэр къыщхьэщылъыжт. ЛъэпкъкIэ черкест, Константинопль гъэру къашэри, ящауэ щытащ. Абы къикIыу, Мухьэмэд-Алий и деж къагъакIуэри тенджызыдзэм хагъыхьащ. И лIыгъэм и фIыгъэкIэ и пщIэр псынщIэу дэкIуеящ, «бей» нагъыщэри къратри, япэ щIыкIэ Мысырым и Сиут щIыпIэм, иужьым Хартум губернатору ягъэкIуащ.

Хуабжьу щIэныгъэшхуэ зыкъуэлъ цIыхущ, хьэрыпыбзэр, тыркубзэр, адыгэбзэр зэрищIэм къыщымынэу, италяныбзэкIи мэпсалъэ. И зэхэлъыкIэкIэ цIыху щыпкъэщ, хьэлэщ, гу къабзэщ, ауэ икIи тепщэныгъэр быдэу зыIыгъ, зи лъыр ткIийуэ зыщIэжыф адыгэщ.»

ЩIэныгъэлIым зэритхыжымкIэ, адыгэ пащэр диным апхуэдизу епхауэ щыттэкъым  тыркухэм хуэдэу. Лютер и псалъэхэм и нэIэ щIэту псэут: «Шагъырым (вино), уэрэд жыIэным, бзылъухгъэхэм пщIэ хуэзмыщIым и гъащIэр делэу ехь».  Хартум къалэм  ислъам къудамэр щылъэщми, ахэр адыгэ пащэм щышынэти зыри жраIэн хуиттэкъым. Хартум къалэм и къадыуэ лажьэ тыркур къыбгъурысу, ефэ-ешхэхэм хигъэст, зыри жиIэн хуиттэкъым. Дин, гуэныхь Iуэху къыхурихьэжьэмэ, жриIэт: «Си къады гуапэ, уафэм удэлъэтеижын хуей хъумэ, уи  кафтан кIапэм зыкIэрысщIэнущи, жэнэтым уи гъусэу зозгъэхьынущ».  Абдул-Лэтиф-пащэ   хуабжьу ткIийуэ япэщIэтт коррупцэм дихьэх къулыкъущIакIуэхэм, цIыху къызэрыкIуэхэм къащхьэщыжт, къэрал Iуэхузехьэхэм лей зэрахьэмэ яхуигъэгъутэкъым.  Абы папщIэ цIыхум фIыуэ къалъагъут, Мысыр сулътIаным и щIагъ къыщIэхуэ гуэрэми унафэ къыхуищIыну таучэл ящIтэкъым.

Мы зэманым Африкэм и къэралыгъуэхэм щыпсэу адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зыми къихутакъым. УщрихьэлIэ мэхъу цIыху щхьэхуэхэм жаIэжа хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэм. Къумым щыпсэу жылагъуэ цIыкIухэми адыгэбзэ гуэри ущыхуэзэ щыIэу жаIэ.  Ауэ африкэ къэралыгъуэхэм ящыщу, адыгэхэр Мысырым и ужь нэхъыбэу здыщыпсэуар Суданращ. Мы къэралым и къалащхьэ Хартумри, нобэ къэралым лъабжьэ хуэхъуа социальнэ-экономикэ щытыкIэхэри лъабжьэ хуэзыщIар адыгэ мамлюкхэращ.

Бемырзэхэ Зураб


Комментарии 1

  1. Фэм зихъуэжми, лъыр зэхэтми, бзэр п1урылъми, шхыныгъуэхэри хъумами, ХАБЗЭР ХЭКУРАЩ здызек1уэр. АДЫГАГЪЭР, АДЫГЕЙР (АДЫГЭ ХЭКУР), ТХЬЭР ЗЫЩ!!!

    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.