Граждан зауэмрэ адыгэхэмрэ

Граждан зауэмрэ адыгэхэмрэ
«Мы шли разомкнутою лавой,
Крича «Аллах» на всем скаку,
Покрыли полк бессмертной славой
-Хвала Черкесскому полку!»

Австрийскэ фронтым адыгэ дзэ къудамэхэм щауса уэрэд.

Революцэм и пэ къихуэу зауэ екIуэкIахэм, революцэ зэманымрэ абы и ужь къэралыр зыхэта граждан зауэмрэ адыгэхэр зэрыхэтар мащIэщ къызэрахутэжар. Совет зэманым и идеологием цIыхухэр зыщIипIыкIар зыщ: адрей лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэ мэкъумэшыщIэ япIытIам зыкъаIэтри, пщыжь-уэркъыжь гъэпщылIакIуэхэр зыщхьэщадзащ. Зэрылъэпкъыу революцэ къэунэхуам пежьэри, зэран къахуэхъуну и ужь ита гъэпщылIакIуэхэм яхуэфащэу лъапсэрыхыр къыхуахьащ.

Совет властыщIэм пэщIэувахэр къызэрагъэлъэгъуэжыр мэзым щIыхьэжа бандэ гуп закъуэтIакъуэущ, къуажэхэм къыдыхьэмэ яхъунщIэу, мэкъумэшыщIэ насып къэунэхуам зэран хуэхъуну и ужь иту.  Арами, кавказ лъэпкъхэм ящыщу, псом хуэмыдэу Совет властыщIэр зэрагъэува лъыгъажэм пэщIэувар,  дзэ хужьым лIыгъэкIэ, хахуагъэкIэ хэлъэщыхьар адыгэхэращ. ДяпэкIэ къэкIуэну щIэблэм иджыри къапэщылъщ лъэпкъым и лъэужьхэр дзэ хужьым и тхыдэм къыхахутэжыну.  Дэри,  зэрытлъэкIкIэ,  ди нобэрей тхыгъэмкIэ зы къэхутэныгъэ Iыхьэ хэтлъхьэнщ мы Iуэхум.

Мы тхыгъэр зытедухуар граждан зауэм къриубыдэу  дзэ хужьым адыгэ зауэлIхэр зэрыхэтаращ.  Япэ щIыкIэ гъэбелджылыпхъэщ а псом лъабжьэ хуэхъуа Iуэхугъуэхэмрэ щхьэусыгъуэмрэ. Тхыдэ жыжьэм уIэбэжмэ, 1917 гъэм и кIэм Тэрч, Псыжь, Ставрополь хэгъуэгухэм дэужьгъащ кавказыдзэм щыщу (псом хуэмыдэу 39-нэ пехотнэ дивизием) большевичхэм мурадыщIэхэм хуагъэуша дзэ Iыхьэхэр. И нэхъыбэм абыхэм яцIыхутэкъым зи ужь ихьа мурадым и пэжыпIэри, большевичхэм  ирахьэжьа зэхъуэкIыныгъэхэм я купщIэри, атIэ а псор къагъэсэбэпу, зэманыщIэм «ириуэркъыну» арат. Дауэми, а дзэ Iыхьэхэращ революцэм и жьыр нэгъэсауэ къызынэмыса Кавказыр «къэзыгъэушар», хьэлэбэлыкъ хэзыдзар, лъы гъажэмрэ зауэ лыгъэмрэ лъэпкъхэм къахэзыхьар.

Тхыдэм къыхэнэжащ адыгэ къуажэхэу  Аскъэлей, Нэщыкъуей, Пэнэжьыкъуей, Шэнжий, Хьалъэкъуей, нэгъуэщIхэми большевичыдзэхэм лъапсэрыхыр къызэрыхуахьар. Аскъэлей къуажэм  большевичхэм щызэтраукIауэ щытащ нэрыбгэ 305-рэ (ар къуажэм щыпсэум и щIылъэныкъуэм щIигъут). Львов Николай и тхыгъэ «Свет во тьме» зи фIэщыгъэцIэм къыщыдгъуэтащ  большевичыдзэм «яухъуэнщIа» адыгэ къуажэхэм я хъыбар: «Нэщыкъуей къуажэр большевичхэм яухъунщIат, зэбгырахат. Къуажэм дэса щIалэгъуалэр зэрыщыту – нэрыбгэ 200-м щIигъу зэхуахусри, зэтраукIащ. Былыми, джэд-къази къамыгъанэу дахуащ, лIыжь-фызыжьхэм бгылъэхэм илъэдэжын къахудэхуащ. Хьэ щхьэрыуэхэм мыхъумэ зыри дэтыжкъым къуажэм.

Апхуэдэ къабзэщ Пэнэжьыкъуей, Шэнжий къуажэхэри. Дэнэ дыкъыщымувыIами, зэхэтхыр дзэ плъыжьым зэрахъунщIа, зэраукIа, леягъэ зэрыраха хъыбарщ. Къуажэхэр апхуэдизкIэ яхъунщIащи, щIакхъуэ Iыхьэ дэбгъуэтэжынукъым. Большевичышэм къелахэр гъаблэм ехьыж…» Иужьрейуэ яхъунщIа Мансур и къуажэм къыщыдэкIыжым мафIэ щIадзэри зэтрагъэсыхьауэ щытащ уIэгъэу къыдэнахэри, езы къуажэри.

Ар кIахэ лъэныкъуэм къыщекIуэкIа къудейращ, мыдрей адыгэ хэгъуэгухэми апхуэдэ къабзэу ирикIуащ большевичхэм я ажалыIэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псор зыращIылIа адыгэ къуажэхэр дзэ хужьымкIэ еуэкIащ. Нэхъыщхьэжыр арати, яхъунщIа къуажэхэм  а зэманым дэстэкъым зи щхьэрэ зи гурэ зэтелъу, Iэщэмрэ зауэмрэ хуэгъэса цIыхухъухэр, ахэр Кавказ дивизием  («Дикая дивизия» зыфIащам) хэтт. Абыхэм ящыщу къэзыгъэзэжахэми я къуажэхэм къращIылIар щалъагъум, властыщIэм пэщIэуващ сэшхуэ къихакIэ.

Врангелым итхыжауэ щытащ: «Адыгэ къуажэхэм большевичхэм лъапсэрыхыр къыхуахьат. Зы къуажэ закъуэм пщIы бжыгъэкIэ даукIыкIат цIыхухъу балигъхэр, иныкъуэхэри зэрыпсэууэ щIатIат. Къуажэм плъыжьхэр дэтхужа и ужь, къэдубыда гъэрхэр къуажэдэсхэм къахуэзгъанэри сыкъыдэкIыжащ. КонстаниновскэмкIэ дгъэзауэ дыздэкIуэм дыкъыщызэплъэкIым, тлъэгъуащ къуажэдэсхэм апхуэдиз къайзыщIылIа гъэрхэм зрадзыу, зэрызэпкъратхъар». (Врангель П.Н. «Записки Т.1.-Минск, 2002. С.124.»)

Ар дыдэм етхыж КIахэ лъэныкъуэм и Куэшхьэблэ къуажэм деж лабэдэс адыгэ зауэлI гуп къазэрыкъуэувар. Абыхэм яIыгът нып удзыфэ, я унафэщIыр шызехуэ бэлыхь Щоджэнхэ я лIыжьт. А зэман дыдэращ черкес сотнэ къыгухьахэм ящыщ зым къамэ къыщыхуагъэфэщар. Абы щыщIэдзауэ, Врангелым адыгэ цей иригъэдри, зауэм хэтыхукIэ ар зыщихыжакъым, адыгэхэм кърата къамэри гуэлъащ.

А зэманым Урысейм и ипщэ лъэныкъуэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм  хэта дзэ хужьым и джэлэс хъуар Кавказ дивизием къулыкъу щызыщIахэращ, псом хуэмыдэу адыгэ полкхэращ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ революцэ мафIэр къызыщIэна Петроградыр ирагъэункIыфIыжыну, большевичхэм къадэщIыну зи мурад дзэ полкхэр «ирагъэсабырыжыну» яутIыпщауэ щытар  черкес полкращ, арщхьэкIэ гъущI гъуэгум щылажьэхэм зыкъаIэтри, здрагъэжьам нэмысыфу полкым къигъэзэжауэ щытащ. Алыхьращ зыщIэр Петроград къыщыхъуа Iуэхугъуэхэм зэрызахъуэжыну щытар черкес полкыр абы нэсауэ щытамэ. А зэманым полкыр пхырыкIат Ипщэ-КъуэкIыпIэ, Румын фронтхэм щекIуэкIа зауэхэм, лIыгъэрэ  щхьэмыгъазагърэкIэ псыхьат, абы хэт зауэлIхэри куэд зи нэгу щIэкIа, зэуэным хуэгъэщIа нэрыбгэхэт. Арами, ищхьэкIэ Къеплъыхым апхуэдэу зэригъэзахуэри, черкес полкым гъуэгу зэхуэдитIыр икIуауэ кърагъэгъэзэжри, Псыжь и ипщэ лъэныкъуэмкIэ ягъэкIуэжауэ щытащ.

Молитва перед отправлением черкесов добровольцев на фронтЖыIэпхъэщ 1917 гъэм къэхъуа Февраль революцэм бгырыс лъэпкъхэм нэхъ пщIэ щызиIэу яхэт цIыхухэр- аристократхэр, уэркъ-лIакъуэлIэшхэр, интеллигенцэр мурадыфIхэмкIэ зэрыпежьауэ щытар. Ахэр гугъэт зэманыщIэм къахуихьыну зэхъуэкIыныгъэфIхэр я щэнхабзэм, экономикэм, лъэпкъ зыужьыныгъэм сэбэп хуэхъуну. А мурадхэр  игъэлъэлъэжащ Октябрь революцэм.  Абы зэрыпэщIэувэнум шэч гуэрэ къытрахьэу щытами, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа лъыгъажэм гурыIуэгъуэ ищIащ  зи лъэныкъуэ яубыдыпхъэр. Жагъуэ зэрыхъущи, а псом теухуа тхыдэ Iыхьэр иущэхуащ совет властыщIэ къэкIуам, иужьрей илъэсхэм щымыхъукIэ, цIыхухэм хащIыкIакъым лъэпкъым и Iыхьэшхуэр граждан зауэм зэрыхэта щIыкIэм, революцэм пэщIэту лъэпкъым и къуэ пажэ куэд зэрыхэкIуэдам.

Дзэ хужьым и телъхьэу, большевичхэм япэу пэщIэуахэм ящыщщ кIахэ адыгэхэм къахэкIа черкес шуудзэ полкыр. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар революцэм и жьы гуауэр япэу абыхэм къазэрыщIихуаращ. 1917 гъэм и кIэхэм добровольческэ хужьыдзэ къызэрагъэпэщам куэду яхэтащ адыгэхэр: полковник  Кърым-Джэрий СулътIанрэ (Дикая дивизием хэта Черкес полкым и командиру щытащ)  ротмистыр Улагай Кушыку сымэ я нэIэ щIэт дзэ пакIэхэмрэ. Ахэращ лъабжьэ хуэхъуар Псыжь лъэныкъуэм япэу къыщызэрагъэпэща Черкес шуудзэ полкым. Ар и нэIэ щIэтащ полковник Къылыш-Джэрий СулътIан.  А зэманыр къэзыхутэжа Волков С. зэрыхуигъэфащэмкIэ, полкыр къыщызэрагъэпэщар  1918 гъэм и гъатхэпэм (мартым) и 1-ращ. Апхуэдэ еплъыкIэр зытригъащIэр Шэнжий къуажэ и деж псыжьыдзэхэр щIэрыщIэу къыщызэрагъэпэщыжауэ зэрыщытаращ. Арами, нэгъуэщI тхыдэтх Венков А. зэритхыжымкIэ, черкес полкыр а зэманым хэтагъыхэт 1918 гъэм щIышылэм (январым) и 20-м Энем къуажэм деж советыдзэм иращIыла зауэм.

Куэд мыщIэу полкыр хагъыхьащ Корнилов и добровольческэ дзэм икIи хэтащ «Ледяной поход» зыфIаща Iуэхугъуэм. 1918 гъэм Кубань областым и Мейкъуапэ къудамэр дзэ хужьым  иубыда и ужь, къызэрагъэпэщауэ щытащ е 2-нэ черкес полкри. ТIури хэтащ е 1-нэ шуудзэ дивизием. Тхыдэтххэр щигъэгъуащэ щыIэщ е 2-нэ черкес полкыр къызэрызэрагъэпэщамкIэ унафэр нэхъ кIасэу – фокIадэм (сентябрым) и 10-м къызэрыдагъэкIам.

«Контрреволюционный мятеж» зыфIаща Iуэхугъуэхэр Ищхъэрэ Кавказым къыщыхъуа мазэхэм бгырыс лъэпкъхэр нэхъыбэу зыхэтар дзэ хужьращ. 1918 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) Тэрч деж къыщыхъуа «Терское восстание» зыфIаща Iуэхугъуэм хэлъэщыхьащ штабс-ротмистр Даутокъуэ-Серебряков Заурбэч и нэIэ щIэта адыгэхэр.  Абы и дзэм хузэфIэкIауэ щытащ  Къэбэрдей щIыналъэр зэрыщыту и нэIэ щIигъэувэн. Даутокъуэращ а гъэ дыдэм шыщхьэIум (августым) Къэбэрдей полкитI къызэзыгъэпэщар: уэркъ полкрэ мэкъумэшыщIэ полкымрэ. ФокIадэ мазэм ахэр, нэгъуэщI тэрчыдзэхэми я гъусэу, Кубань областым и Баталпашинскэ отделым (иджырей Къэрэшей-Черкесым) зыкъыщызыIэта Шкуро и дзэхэм ягухьауэ щытащ. 

Шкуро Баталпашинскэ къудамэм зыкъыщызыIэта лъэпкъхэм затригъащIэри, къызэригъэпэщауэ щытащ черкес, абазэ, къэрэшей полкхэр. Пэжщ, Шкуро зэритхыжымкIэ, мы щIыпIэм щыпсэу адыгэхэм зауэ-банэм я къуажэхэр зэрыщахъумэным и ужь итт, ауэ плъыжьыдзэм Мансур и къуажэр игъэса и ужь, «дэнэ щIыпIи зыкъыщаIэту, зыкъыпащIэу щIадзащ». Ар дыдэм зэритхыжымкIэ, къэбэрдей къуажэхэм щыщу, большевичхэм я телъхьэу щытар Къармэхьэблэ закъуэрат, арщхьэкIэ абы щыщу дзэ плъыжьым дэзауэ ополченцхэр куэд мыщIэу зэтракъутауэ щытащ.  Шкуро Баталпашинскэ черкесхэмрэ абазэхэмрэ зыхэт  «е 2-нэ черкес полк» зыфIищар къызэрегъэпэщ. Апхуэдэ фIэщыгъэцIэ зезыхьэ полк щыIэххэт, ауэ 1918 гъэм гъэмахуэм добровольческэ дзэм къыгуэкIагъыхэу щыта Шкуро ар ицIыхутэкъым. Аращ къызэригъэпэща полкми «е 2-нэ черкес полк» щIыфищар, а зэманым тетхыхьыж тхыдэтххэм ящыщ куэди щIигъэгъуэщар.  ИужьыIуэкIэ къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей шуудзэ полкри (иужьым е 3-нэ черкес полк зыфIащыжар).   ФокIадэм и 12-м техуэу, Тэрч зыкъыщызыIэтахэм щалъэIэсым, адыгэ полки 4-р (е 1,3-нэ, е 2-нэ фIэщыгъэцIэ зезыхьэ полкитIыр жэуэ) зэхагъыхьэжри, Осетин шуудзэ дивизионымрэ къэрэшей полкымрэ къыгуадзэжри, е 1-нэ Туземнэ бгырыс дивизие къызэрагъэпэщауэ щытащ Шкуро и унафэ щIэту.  ФIэщыгъэцIэр къытрахащ е 1-нэ Дунейпсо зауэм хэта «Дикая Дивизием», сыту жыпIэмэ къызэрагъэпэща дзэм  джэлэс хуэхъуар а дивизием хэтахэрат. Арами, дивизие къызэрагъэпэщам и лъабжьэ зыгъэтIылъари, куэдкIэ нэхъыбэу хэтри адыгэхэрат.

Генерал-майор Мурад АнзоровЖэпуэгъуэм (октябрым) Шкурорэ Деникинрэ я дзэхэр зэхагъыхьэжа и ужь, тхылъкIэ дивизием и цIэр яхъуэжащ, ауэ добровольческэ дзэм щхьэхуэу къыхэнащ икIи хэтащ адыгэ дзэ къудамэхэр.  ДзитIыр зэхэмыхьэж и пэкIэ Деникин и нэIэ щIэтахэм яхэтар е 2-нэ черкес полкымрэ лъэпкъ зэхэпхъа полкымрэт, иужькIэ абыхэм яхэхъуащ черкес дивизиер (абы хиубыдэт адыгэ полки 5, зы дивизионрэ сотни 4-рэ), Къэбэрдей полки 2-р, Тэрч-Осетин дивизионыр жэуэ.  

Адыгэ дзэ къудамэм апхуэдиз пщIэ къыщIыхуащIым нэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэт. А зэман зэхэтхъуам нэгъэсауэ зызытебгъащIэ хъуну, дзыхь зыхуэпщIыну зауэлIхэр мащIэт. Тепщэгъуэр зей властым елъытауэ, дзэ Iыхьэхэр щызэбгырыжыжыр нэхъыбэт, зэман хьэлъэ къызыхудэхуа дзэ хужьым и мащIэт зауэм лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ ипсыхьахэр. Абы папщIэ, и нэхъыбэм уэркъ-лIакъуэлIэшкIэ къызэгъэпэща, зи щхьэм пщIэ хуэзыщIыж, зи псалъэм тетыж, щхьэмыгъазэ адыгэдзэ къудамэхэр хужьыдзэм и дежкIэ тегъэщIапIэ лъэщт. Аращ 1918 гъэм и кIэм хуэкIуэу, адыгэдзэ къудамэхэм я зауэкIэр зылъэгъуа Деникин мурад щIищIар  адыгэ шуудзэр дивизиеу 6-м, лъэсырыдзэ бригадэхэр 4-м нигъэсыну.  

Участники белого движенияЕ 3-нэ армейскэ корпусым иIыгъащ добровольческэ дзэм и ижь къудамэр. Абы хэтащ Къылыш-Джэрий, ротмистр Улагай Кушыку, полковник  Адыл-Джэрий СулътIан, ротмистр Къадыр-Джэрий СулътIан, полковник Тамбийр (?), полковник Бекович-Черкасскэ Федорыр, Даутокъуэ Заурбэчыр, генерал-майор Анзорхэ М.  жэуэ. 

1918-1919 гъэхэм Ищхъэрэ Кавказ лъэныкъуэм щекIуэкIащ зауэ гуащIэхэр, Плъыжьыдзэм и е 10,11,12-нэ армэхэм пэщIэтт добровольческэ дзэр. А зэманращ е 11-нэ плъыжьыдзэ армэр щыщхьэпрадзар. Ищхъэрэ-Кавказ хэгъуэгум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэр зэрыщыту  яубыдащ дзэ хужьым, плъыжьыдзэм и е 11,12-нэ армэхэм къахудэхуащ икIуэту къалмыкъ губгъуэхэм ихьэжын. Е 10-нэ армэми и ижь къудамэр тIасхъэ ящIат.  Арами, дзэ хужьми уасэшхуэкIэ «къищэхуащ» а текIуэныгъэхэр, дивизиехэм я щIылъэныкъуэхэр хэкIуэдат зауэм. Зауэм и нэхъ гуащIапIэм Iуту, куэд зыхаукIыкIахэм ящыщт Черкес, Къэбэрдей дивизиехэр. Мазаем (февралым) и 10-м Ассиновскэ и деж щыта Черкес полки 4-м хэтахэр къыщапщытэжым ятхыжар зауэлI 1186-рэ пулемет 15-рэщ, Къэбэрдей дивизием къызэщIиубыдэу зауэлI 1200-мрэщ. Дгъэбелджылыну дыхуейщ нэгъуэщI лъэпкъ полкхэр, дзэ къудамэхэр мыбдеж къызэрыхэмыщыжыр.  И кIэм нэгъунэ дзэ хужьым дэзауэу, сыт хуэдэ зауэ гуащIэми пхырыкIауэ къэнэжар зи цIэ итIуа черкес полки 4-мрэ къэбэрдей дивизиемрэщ.

Черкесы майкопского отдела1919 гъэм Буденовск, Маныч щIыпIэхэм щекIуэкIа зэхэуэхэм нэхъ дзэ къудамэ лъэщу къыхэщыжыр Къэбэрдей дивизиеращ, абы хэтт зауэлI 1200. Абы къыщымынэу, е 2-нэ Къэбэрдей  полкми хэтт зауэлI 618-рэ. Накъыгъэ (май) мазэм Екатеринодар-Армавир-Мейкъуапэ лъэныкъуэхэмкIэ къыщызэрагъэпэщыж зауэм хэщIыныгъэшхуэ щызыхьа черкес дивизиер, ар нэхъ лъэщ ящI  артиллерие дивизионымкIэ, «запасной кавалерийский полк» зыфIащари къыгуадзэ.  Къылыш-Джэрий СулътIан и унафэм щIэту, бжьыхьэм хуэкIуэу  (нэхъ IупщIу жыпIэмэ, жэпуэгъуэм и 5-м) дивизием хэтыхэт зауэлI 1976-рэ.

Гъэмахуэм Къэбэрдей дивизием хэтым и бжыгъэр (е 5-нэ полкыр хэмыту) зауэлI 1500-м нэст, пулемет 13-рэ топ псынщIэу 4-рэ ящIыгъужу. ШыщхьэIу мазэм мы дивизиеращ Анзорхэ Мудар и унафэ щIэту, Врангель и Кавказыдзэм хэту Царицын лъэныкъуэмкIэ зэуар. ФокIадэ мазэм и 3-м унафэ къыдокI Къэбэрдей шуудзэ дивизиещIэ къызэрагъэпэщыну, а мазэ дыдэм и 27-м ар хагъыхьэ генерал-лейтенант Топорков С. и унафэ щIэт е 4-нэ шуудзэ корпусым.  А зэман дыдэм къызэрагъэпэщауэ къыхощыж е 6-нэ Къэбэрдей шуудзэ полкыр. Абы хэтт зауэлI 360-рэ.

Возвращение Черкесского полка с I мировой войныКъэбэрдей дивизием хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ Царицыно, Камышино деж щекIуэкIа зауэхэм. ШыщхьэIум и 27-м хэкIуэдагъыхэт генерал-майор Даутокъуэ-Серебряковыр.  Жэпуэгъуэ мазэм къыщапщытэжам, дивизием хэтыжыр зауэлI 360-рэт, адрейхэр хэкIуэдат. Апхуэдэу щIэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр, е 2-нэ Кубанскэ корпусыр а лъэныкъуэм Iуашу, Донбасс деж къару щызыгъуэта Буденный и армэм зэрыпэщIадзаращ. Къэбэрдей дивизиер зыхэта Кавказ армэр къыпэщIэнащ плъыжьыдзэм и е 10-нэ армэм. АрщхьэкIэ, адыгэхэм яхуэгуэщIынур ямыцIыхуу, ауэ сытми щхьэзакъуэу къыIуанатэкъым абдеж, къэбэрдей дивизиер  хуимыкIуэту пэщIэтащ е 10-нэ армэм, Царицын къалэри иригъэубыдакъым. АрщхьэкIэ, ищхьэкIэ зэрыжытIауэ, хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ.

А зэман дыдэм, зэрыжытIауэ, Донбасс деж къару щызыгъуэта большевичхэм я е 1-нэ шуудзэ армэм щхьэзакъуэу пэщIадзащ зауэм ичэтхъа, нэгъэсауэ ирамыгъэкъужа, зэрамыгъэпэщыжа черкес дивизиер. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дапхуэдэу гуащIэу мызэуами, сыт и IуэхукIи зэгъэпэща е 1-нэ армэм къыхигъэщIащ дивизиер. Тхыдэм къыхэнэжащ дивизиер псэемыблэжу, къэгъазэ ямыцIыхуу зэрызэуар. Абы  апхуэдизкIэ хэщIыныгъэ игъуэтати, Куржым ирагъэкIуэтыжу щыхэплъэжым, дзэ къудамэ къызыхахын дивизием хагъуэтэжакъым. 1920 гъэм и накъыгъэ мазэм и 6-м къыдэкIа зи № 3139 унафэм ипкъ иткIэ, дивизиер зэбгырагъэкIыжауэ щытащ.  Абы и унафэщIу щыта Къылыш-Джэрий СулътIаныр кIуэжауэ щытащ Кърымым, абдежи и ужь итащ адыгэдзэр къызэригъэпэщыжыну, ауэ бжыгъэкIэ хуригъэкъужакъым.  ГлавкомыщIэу ягъэува Врангелым ар къигъэкIуэжауэ щытащ Кавказым, гуп гуэрхэри къызэригъэпэщри зэуащ, ауэ плъыжьыдзэм къыщызэбгырахум, Хэкум икIыжын къыхудэхуащ.  Черкес дивизиер зэрызэбгырагъэкIыжа унафэм и гъусэу къыдагъэкIащ хэщIыныгъэшхуэ зыгъуэтахэу, зэрагъэпэщыжын яхулъэмыкIыжа Къэбэрдей шуудзэ дивизиемрэ е 1,2,3,4,5-нэ Къэбэрдей полкхэмрэ зэрызэбграгъэкIыжа унафэр.

Кърымым икIуэтыжа дзэ хужь къудамэхэм яхэтауэ къыхощыж адыгэ  шууеидзэ къудамэхэри. Кърымыдзэм и е 3-нэ шуудзэ дивизием и пашэ генерал Агуейхэ В. унафэщIым хуитха докладым щыжыIащ адыгэ, бгырыс дзэ гупхэр Кърымым щызэбгырыдзауэ зэрыщыIэр. Абыхэм къахощыж Феодосийскэ офицер батальоным хэтауэ, подполковник Коноплев и унафэ щIэта черкес сотнэр. 1920 гъэм генерал Левишин и телеграммэм къыщрибжэкIыу, Кърымым щызауэ  бригадэм яхэтщ, «къэбэрдейхэр», «черкесхэр» жэуэ. Тхыдэм къыхэнэжащ ди газет напэкIуэцIхэм дызытепсэлъыхьа Улагай Сергейрэ абы и нэIэ щIэта адыгэ шууеидзэмрэ.

Адыгэ зауэлIхэм я хахуагъыр, лIыгъэр къацIыхут икIи абыхэм я дзыхьыр къыщрагъэзыр куэдт. Абы и щапхъэ куэд тхыдэм щыбогъуэтыж. Апхуэдэу, дзэ хужьым и нэхъыфIыр зи нэIэ щIэта генерал Марковым и хъумакIуэу къызэригъэпэщар «черкесский конвой» зыфIища адыгэ зауэлI гупращ. ГъэщIэгъуэнракъэ,  офицерыдзэмрэ къэзакъыдзэмрэ я нэхъыфIым и унафэщIым зи дзыхь зригъэзар адыгэхэращ. Ар дыдэм къызэригъэпэщауэ щытащ Черкес шуудзэ полк щхьэхуэ, зыми дзыхь здыхуимыщI гуащIэгъуэм ахэр игъакIуэу щытащ.

Зауэр – зауэщ, лъы здагъажэ щIыпIэхэм  цIыхугъэ, зэхэтыкIэ узыншэ хабзэхэр и нэхъыбэм IэщIыб ящI. Ауэ добровльческэ армэм зэрахузэфIэкIкIэ щаIыгът лъэпкъ зэхущытыкIэ хабзэфIхэр. Псалъэм папщIэ, адыгэ къуажэхэм щыдыхьэкIэ, унагъуэ жьэгухэр ямыхъунщIэным, хабзэ щызекIуэхэм пщIэ зэрыхуащIыным хуабжьу кIэлъыплъу къыхощыж Корниловри, нэгъуэщI дзэ хужь унафэщIхэри. Езы дзэ дыдэми апхуэдэ зэхэтыкIэ узыншэт къыщекIуэкIыр: муслъымэн махуэщIхэм чыристанхэм плъырыныр къалъыст, чыристан махуэщIхэм муслъымэнхэм а къалэныр яхьт. Офицер зэхыхьэ-шхэгъуэхэм деж чыристанхэр нэхъыбэмэ, псоми пыIэ зыщхьэрахт, муслъымэнхэр нэхъыбэмэ – псоми пыIэ ящхьэрыгъыу зэхэст. Апхуэдиз зауэ гуащIэ хэта хужьыдзэм зэгуэрми лъэпкъ зэщыхъуэ Iуэхугъуэхэр къыщыхъуауэ тхыдэм къыхэщыжкъым.

Тхыгъэ къэттIэщIыжахэр щыхьэт тохъуэ, «русская смута» зыфIаща граждан зауэм адрей лъэпкъхэр гуэша зэрыхъуам хуэдэ дыдэу адыгэхэм зэрызамыгуэшар. Пэжщ, къэхъугъэ зырыз гуэрхэри щыIагъэнщ, ауэ совет тхыдэм къызэрыхэщыжым хуэдэ дыдэу, зэрылъэпкъыу зыкъаIэту революцэ плъыжьым пежьакъым, загуэшу зэзэуэжакъым. Советым и къарур лъэщу игъэува и ужьщ, «кто был ничем, тот станет всем» къыхуеджэныгъэм щIагъэувэу, мэкъумэшыщIэхэр ягъэгушхуэу, лъэпкъым и дахэгъуэр зыIыгъа уэркъ-лIакъуэлIэшхэр щыщхьэщаукIыкIауэ  щытар. Дзэ хужьым ипщэ лъэныкъуэм деж щригъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм япэу къуэувэу, и кIэм нэс бгъурыту зэуари, зи щхьэ граждан зауэм щызыгъэтIылъари ар дыдэхэращ -адыгэ уэркъ-лIакъуэлIэшхэращ.


Комментарии 9

  1. Зиусхьан Зураб, тхьауегъэпсэу. Дахэу псоури къэптхашъ. Зэман 1аеу щыташъ укъызтепсылъэхьагъэр. Къодмэ яц1ыхукъым а зэман хьалъэк1ым, Аллахьэм къытлъерэмыгъэ1асыжь.  

  2. Сошынэ, Зиусхьан Giabaggy. Си сабыйхэм апае. Уи упчъэк1э, о сабый уи1экъым. Уи1эми уахогумэк1къым. Щы1э апходэ ц1ыху ц1ык1ухэри. Абы зэряк1эу щытагъэр: Ц1ык1ухэр.

  3. Giabaggy:

    Ушынэрэ, Уарп? ))) 

    С уважением и мышынэ Зиусхьэн Giabaggy

    сыт ш1эмышынэр? Прагэ зыщигъэпщк1уащи, 

    Прагэ зыщигъэпшк1уауэ мышынэ Жэбагъы

  4. Ай, Giabagge тхьамышк1э, уиушыгъэм ходиз уиделягъэ! Прага-мрага жьып1оу, пк1аум ходоу опк1этэлъатэ!

  5. "Ушынэм уи сэбийр Шынэм ихьынщ" (Адыгэ псалъэжь) Умышынэ Уарп ц1ык1у, къэлъатэ Уарп ц1ык1у! (Адыгэ сэбий уэрэд) Уей ахуэдэу у къэрабгъэу сымыщ1а, Зиусхьэн Уарп. ))) Ахуэди къохъу, нэхъыф1и мэхъуж (Адыгэ псалъэжь) 

    Зи псалъэжь мыхъу хуэдэм нэхъыф1ыж Giabaggy

  6. Ахэр "совет" зэманым къагупсыса псалъэжьщ. ))) 

    Аращи, губсысэжь Giabaggy

  7. Giabaggy:

    "Ушынэм уи сэбийр Шынэм ихьынщ" (Адыгэ псалъэжь)  Умышынэ Уарп ц1ык1у, къэлъатэ Уарп ц1ык1у! (Адыгэ сэбий уэрэд)  Уей ахуэдэу у къэрабгъэу сымыщ1а, Зиусхьэн Уарп. )))  Ахуэди къохъу, нэхъыф1и мэхъуж (Адыгэ псалъэжь) 

    Зи псалъэжь мыхъу  хуэдэм нэхъыф1ыж Giabaggy

    "бланэ щалъху мэкIуэж" - ари адыгэ псалъэжьщ, "хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ, си хэку сыщылIэ" - ари апхуэдэщ, хамэ хэку щытхъэ, Прагэ дэмышыныхь Жэбагъы цIыкIу.

  8. Жесткач  30 октября 2013, 16:32 0

    Джабэ, уи джабэр щ1эсхунщ, уи хьэц1ып1э1ушыныр щыгъэт (иджыбсту къэзгупщыса адыгэ псалъэжь)

  9. Жёсткач в своём амплуа. ))) 

    С уважением и щ1иудынущ жи1ам Giabaggy 

    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.