Войцех и сурэтхэм я лъагъуэм дытету
«Дунейм щыщыIэу пIэрэ зы щIыналъэ гуэрэ, Уи къупщхьэр нэмысауэ, си лъэпкъ гуей?»
Дунейм щипхъыхьа адыгэ лъэпкъым и хъыбаррэ, и цIэр къыздыхэщыж Iуэхугъуэурэ узрихьэлIэр куэдыкIейщ. НаIуэ пхохъу лъэпкъым тхыдэ бей зэриIэр. Мы зэманым ди деж къынэсыжауэ дызыригушхуэ тхыдэр лъэпкъым и къекIуэкIыкIам и зы Iыхьэ къудейщ. Ди тхыдэм щыщ Iыхьэу къэттIэщIыжыпхъэу иджыри куэдыкIей диIэщ. Абы щыщщ сурэтыщI цIэрыIуэ куэдым адыгэхэм траухуа я IэдакъэщIэкIхэр. Нэхъыщхьэжыр аращи, а сурэтхэм языхэзми тхыдэ зырыз иIэжщ. А тхыдэ теплъэгъуэ цIыкIухэр адыгэ лъэпкъым и тхыдэшхуэм щыщ Iыхьэщ.
Нобэрей тхыгъэмкIэ къызэIудох рубрикэщIэ: «Сурэтхэм тхыдэм дыхашэжу» фIэщыгъэцIэр иIэу. Абы къызэщIиубыдэ тхыгъэхэмкIэ зэрытхузэфIэкIкIэ нэIуасэ фыхуэтщIынущ ди лъэпкъым къытраухуа сурэтхэмрэ абыхэм япыщIа хъыбархэм, тхыдэ Iыхьэхэм...
Иджыблагъэ Интернетым дыщрихьэлIащ адыгэхэм ятеухуа зы сурэт. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар зи IэдакъэщIэкIым а зыракъым ди лъэпкъым теухуа сурэту иIэр.
Зи гугъу тщIыр Польшэм и сурэтыщI цIэрыIуэ, зи цIэр зэрыдунейуэ щацIыху Коссак Войцехщ. Ар зыщыщ лъэпкъыр Польшэм и щэнхабзэ къудамэм хуабжьу щыцIэрыIуэщ. Езым и щхьэкIэ дытепсэлъыхьынщи, Краков, Мюнхен, Париж къалэхэм я ищхьэ еджапIэхэм щIэныгъэ зыщригъэгъуэтащ, зыхуеджари сурэтыщI IэщIагъэращ. И сурэтхэм и нэхъыбэм къыщыгъэлъэгъуар зауэ теплъэгъуэщ. Абы и щхьэусыгъуэр езы Войцех уланхэм, австро-венгрыдзэм хэту зауэ куэдым зэрыхэтаращ. Арагъэнщ абы и сурэт-панорамэ «Рацлавице», «Березина», «Египетский поход Наполеона» жыхуиIэхэр дуней псом цIэрыIуэ щIэхъуар.
Войцех и творчествэм и зы къудамэщ адыгэхэм теухуа сурэтхэр: «Черкесы на Краковском предместье», «Черкесы на Новом Свете», «Черкес, скачущий галопом», «Удар мамелюков» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри. Ипэу зи цIэ итIуа сурэтитIым папщIэ Интернетым деж куэд щызэдауэу урохьэлIэ. Языныкъуэхэм жаIэ абы итыр къэзакъыу, «ар урыс генералым и гъусэ къэзакъхэращ, Польшэм а зэманым адыгэхэр дэнэ къикIынут?» жаIэу. А упщIэхэм я жэуап еттынщи: сурэтым итри, зытеухуари адыгэхэращ. Абы и щыхьэту фи пащхьэ итлъхьэну дыхуейщ ди тхыгъэхэмкIэ къызэщIэткъуэжа тхыдэ Iыхьэр. Ар зытеухуар адыгэхэр Польшэм къызэрыщыхутаращ, Войцех и сабиигъуэм ахэр илъагъуу, иужькIэ и сурэтхэр триухуэну щIэхъуа щхьэусыгъуэращ.
АтIэ, дэнэ адыгэхэр Польшэм къыздикIар? Мы упщIэм и жэуап япэу здыщыдгъуэтар е 16-нэ лIыщIыгъуэращ. Апщыгъуэм Украинэр, Литвар, Белорусыр Польшэм и зы Iыхьэу, зы къэралыгъуэу щытащ. А зэманым украиныпщ Вишневецкий Димитро (мыр и ужьым Польшэм и пащтыхь хъуауэ щыта Вишневецкэ Михаилым и адэшхуэщ) Урысейм къулыкъу хуищIу кърым тэтэрхэм язауэу щытащ. Вишневецкэрауэ къалъытэ запорожскэ къэзакъхэм я лъабжьэр зыгъэтIылъар, езыри япэ къэзакъыу ятх. Дауэми, Грозный Иван абы и ехъулIэныгъэхэр елъагъури, Къэбэрдей щIыналъэм дзэпщу (воевода) къегъакIуэ. Пщы Димитромрэ абы и къэзакъхэмрэ Къэбэрдейм къокIуэри, адыгэхэм ядэгъуэкIурыкIуэу, я ерыскъы зэхэлъу куэдрэ къулыкъу щещIэ. А зэманым абы ныбжьэгъу пэж куэд щегъуэт къэбэрдеищIым.
Апхуэдэу къекIуэкIыурэ, 1561 гъэм Грознэр Польшэм теуэн хуей мэхъу. Абы иримыарэзы Димитро и хэкум егъэзэж, и лъэпкъыр фIыуэ илъагъуу, цIыху щыпкъэу зэрыщытым и нагъыщэу. Димитро и гъусэу макIуэ адыгэ уэркъхэм ящыщ зыбжанэ. Грознэм ар щызэхихкIэ, абыхэм къамыгъэзэжыфыну, укI ятрелъхьэ. Абы къыдэкIуэу, Польшэм и пащтыхь Сигизмунд II Август и къэралым Iэпхъуэжыну ирегъэблагъэ Димитро и ныбжьэгъуу щыта адыгэпщ зыбжанэ. 1562 гъэм Iуащхьибл хэгъуэгум (иджырей Пятигорск) щыпсэу къэбэрдеипщи 5-м заIэтри, я унагъуэхэмрэ уэркъхэмрэ я гъусэу Польшэм мэIэпхъуэж. Иджырей Польшэм и тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, уэркъхэм я бжыгъэр 300-м нэст.
Польшэм Iэпхъуэжащ: Черкасскэхэ Къасым , Гаврилэ Къамболэт и къуэхэр, Черкасскэ Жумыкъуэм и къуэхэу СулътIанрэ Темрыкъуэрэ,Къудадэч Александр - къухьэпIэ Черкесием и пщы Сибокъу Васул Къанщаукъуэ и къуэр. Грознэр хуеящ ахэр къишэжыну, икIи Польшэм игъэкIуащ и дзыхьщIэгъу цIыху Клобуков Алексей, ауэ адыгэпщхэр къыхуэкIуэжакъым. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ Iэпхъуэжахэм я нэхъыбэр чыристан диным ит хъуащ, мыдрейхэр мэжусийуэ, я лъэпкъ диныжьыр яIыгъыжу къэнэжащ. ИужькIэ, пщыхэмрэ я унагъуэхэмрэ католик диным и жьауэм щIыхьащ, зауэлIхэр православнэ диным хуэкIуащ. Ауэ яхэтащ муслъымэн дин зыIыгъахэри. Псалъэм папщIэ, Къасымым муслъымэн диныр иIыгъащ, и къуэ Ахьмэтым къригъэшари тэтэр лъэпкъым щыщ хъыджэбзщ.
Дауэми, адыгэпщхэр польскэ пщыхэм хуагъадэ, абыхэм къыхуагъэфащэ герб щхьэхуэхэр. А зэманрауэ ягъэбелджылы польшэм и гербхэм, бэракъхэм мазэ ныкъуэмрэ вагъуэхэмрэ къыщытехутар. Польшэм и лъэпкъ бэракъ куэдым тет хъуащ (псалъэм папщIэ польшэм и пщыхэм, уеблэмэ Мазепэ и бэракъым) «Т» хьэрф зэпыгъэзауэ жор щIыкIэу щIыжам мазэ ныкъуэ къыщIэтыжу, иныкъуэхэм деж вагъуи и гъусэу. Аращ Войцех и сурэтхэм («Черкесы на Краковском предместье», «Черкесы на Новом Свете») деж адыгэхэм бэракъ яIыгъым жор щIыкIэу щыт нагъыщэ щIытетыр.
Дауэми, СулътIанрэ Темрыкъуэрэ «пятигорские хоругви» зыфIаща польскэ дзэм и полк щхьэхуэхэм я унафэщI мэхъу. Полякхэм ямыцIыхуу щыттэкъым адыгэхэр зауэлI нэсу зэрыщытыр. ИкIи, иужьым, я лIыгъэкIэ, щхьэмыгъэзагъымкIэ ди лъэпкъэгъухэр абы щапхъэ техъуэжащ. Псалъэм папщIэ, 1572 гъэм и мэлыжьыхьым и 13-м тыркудзэшхуэр Молдовэ деж Польшэм и дзэм къыщытеуэм, полякхэм зызэпагъазэри, гужьеяуэ щIэпхъуэжауэ щытащ. Абыхэм утыкум кърана Темрыкъуэ и полкыр и гъусэу бжьизкIэ икIуэтакъым, зэрытыркудзэу къыщытезэрыгуэми яхуэгъэхъеякъым. Ди лъэпкъ зауэлIхэр тыркудзэ псом езэуащ полякхэм ягу къызэрыгъуэтыжыху. Адыгэхэм тыркудзэр къафIэмыкIыфу щалъагъум, полякхэм ягъэзэжауэ щытащ. Апхуэдэ лIыгъэ щапхъэ куэд зэрихьащ Темрыкъуэ. Польшэм и сеймымрэ пащтыхьымрэ щапхъэу ягъэбелджылыт абы и лIыгъэр, езы Польшэм и пщыхэм нэхърэ нэхъ яIэтт, Латвием, Киев, Подольск щIыпIэхэм деж хапIэшхуэхэр, мэкъумэшыщIэ мин 50 къратауэ щытащ.
Зэман токIри, адыгэ пщитхум лъабжьэ быдэ щагъэтIылъ Польшэ къэралыгъуэм деж, пщIэрэ щIыхьрэ щагъуэт, я псалъэхэмрэ чэнджэщхэмрэ къыщIэдэIуу щIадзэ. ЩIыпIэкIэ ахэр здэпсэуар Украинэм и Подольскэ хэгъуэгуращ. Тхыдэм зэрыхэтымкIэ, илъэс къэс хэкужьым икIыурэ адыгэ куэд абыхэм я деж кIуэт къулыкъу ящIэну. Илъэс зыбжанэ токIри, Польшэ и дзэм и къудамэ нэхъыщхьэ мэхъу адыгэхэр.
Черкес полкхэр хэтащ Польшэр Уэсмэн къэралыгъуэм, Кърым хъанхэм, Швецием щезауэм, Собесскэ Ян е 3-нэ пащтыхьым и дзэм Венэ деж 1683 гъэм Уэсмэныдзэшхуэр щызэтрикъутам. ХVII лIыщIыгъуэм адыгэ шуудзэ къудамэхэр хэтащ литовскэдзэм.
Адыгэпщхэр дипломату яIащ Речь Посполитэмрэ Кърым хъанхэмрэ щызэгурыIуэм. Псалъэм папщIэ, Батория Стефан и зэманым дипломату иIащ адыгэпщ Къамболэт и къуэ Адриан.
Апхуэдэурэ къокIуэкI 1795 гъэм нэс. Апщыгъуэм къэралыгъуищым- Урысейм, Пруссием, Австрием - Польшэр къазэури, щыуэ ягуэшыж. Адыгэхэм я нэхъыбэр зауэм хокIуадэ, къэнэжахэр польскэ, украинскэ, тэтэр полкхэм хошыпсыхьыж. Арами полкхэм я фащэр, зыхуэпэкIэр ягъэкIуэдауэ щытакъым. Иджырей польскэ тхыдэттхэм ягъэбелджылы польшэм и дзэм сыт и лъэныкъуэкIи зиужьынымкIэ адыгэхэр зэрыхэлIыфIыхьар, зэрырагъэфIэкIуар, зэхъуэкIыныгъэ куэдыкIей зэрыхалъхьар. Польшэм и дзэм и зэхэлъыкIэри, зыгъэсэкIэри зэтезыгъэпсыхьэр адыгэхэрат, абыхэм я фащэхэр: тажхэр, афэ джанэхэр, Iэщэхэр адыгэ хэкужьым ирашти Польшэм яшэт. Адыгэпщхэм я зыхуэпэкIэм, зыщIыкIэм щапхъэ трахт полякхэм я пщыхэм, уеблэмэ пащтыхьым. Ар псори ятхыж польскэ тхыдэтххэм. Уеблэмэ Собесский Ян пащтыхьым адыгэ цей щыгъуу, адыгэшхэм тесу щытащ. Речь Посполитэр ягуэша и ужь, абы къина адыгэхэм куэдрэ ягъэгъуэщакъым зыщыщымрэ, къызыхэкIамрэ. Варшавэ дэт Университетым щылажьэ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Граль Х. зэритхыжымкIэ, нобэ къыздэсым Польшэм къыщызэтенащ икIи щыбгъутынущ адыгэ кхъэжьхэр.
Дауэми, Речь Посполитэм и щIыгум и нэхъыбэр къызылъыса Урысейм щIэгъэкъуэн ещI адыгэхэр. Сыту жыпIэмэ адыгэхэм пщIэшхуэ щаIэт а хэгъуэгум, абы къыдэкIуэу, къэбэрдеипщхэмрэ Урысеймрэ зэпыщIэныгъэ быдэ яIахэри сэбэп мэхъу. Польскэ пащтыхьыгъуэм деж Урысей пащтыхьым и властыр щигъэбыдэнымкIэ куэду къегъэсэбэп абдеж лъабжьэ быдэ щызыгъэува адыгэхэр. АбыкIэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэу иIэр шууеидзэ- черкес эскадронращ. Ар къызэрагъэпэщ ХIХ лIыщIыгъуэм и 20-нэ гъэхэм и кIэм. ИужькIэ абы фIащыж шууей-бгырыс дивизионыцIэр. Мы дивизионращ Урысейм и «IэштIыму» Польскэ Царствэм деж иIар, 1830-1831, 1863 гъэхэм зыкъэIэтыныгъэ (восстание) къэхъуахэр зэригъэсабырыжар. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зауэ куэд къызэзынэкIа адыгэ шууеидзэр къару лъэщт, абы къыпэлъэщынрэ хуэмыгъэдэIуэнрэ а зэманым а хэгъуэгум щыIакъым.
А зэманращ Войцех и сурэтхэм къыщигъэлъэгъуа теплъэгъуэхэр щилъэгъуар. Апщыгъуэм ар илъэсиблым итт. Ауэ сабийм и гъащIэ псом щымыгъупщэжыну игу ириубыдащ зыкъэзыIэтахэр зыгъэсабырыжыну къалэм къыдэзэрыгуа адыгэ шууеидзэр. Фоч кIэщIхэр драгъэуейуэ, сэшхуэ къихауэ, щхьэмыгъазэу къалэм къыдэлъэда шууеидзэм игъэшынэри, зыкъэзыIэтахэм я нэхъыбэр зэбгырыжыжауэ щытащ, зауэ-банэ хэмыту. А псори нэгъэсауэ къигъэлъэгъуэжащ Войцех и сурэтхэм деж.
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Польскэ Царствэм къулыкъу щызыщIахэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ. Тхыдэм зэрыхэтымкIэ, 1831 гъэм и щIышылэ (январым) мазэм и 31-м ар гвардейскэ корпусым хагъыхьэри, мазаем (февралым) Польшэм макIуэ. Хъан-Джэрий и унафэм щIэту, ахэр хэтщ Остен-Сакена бароным, генерал-лейтенантым и гупым. Блинка щIыпIэм деж инсургентхэм (повстанцхэм) яхуэзэри, Ногумэ Шорэ зыхэта гупым ахэр зэбграхуащ, ягъэсабырыжащ. Мэкъуауэгъуэм (июным) и 16-м щыщIэдзауэ, бадзэуэгъуэм (июлым) и 4-м нэс Нэгумэр хэтащ Гелгуда генералым и гупыр ирахужьэу, прусскэ гъунапкъэм нэс зыхуахэм. Жэпуэгъуэм (октябрым) и 3-м ар хохьэ Кавказскэ полуэскадроным, 1832 гъэм и мазаем Бытырбыху къокIуэж. А зауэхэм зэрыхэтам папщIэ Нэгумэм къыхуагъэфащэ щихъ Георгий и орденым и е 5-нэ нагъыщэ зиIэр.
А зауэхэм хэтауэ тхыдэм къыхощыж: уэркъ Очертиль Ехье, Анзор Хьэбыш, Варшавэ деж прапорщик цIэр къызыхуагъэфэща Андрыхъуей Абдурэхьмэн, корнет Къунащ Умар, Къэсей Дохъушокъуэ, Хьэудэ Захар. 1846 гъэм и шыщхьэIум и 30-м зи къулыкъу зыухыу хэкужьым къэзыгъэзэжахэм яхэтщ: Къуэжокъуэ ЩауэпIий, Мэдран Заурбэч, Щоджэн Умар, Дэхъу Абазэ, Гъубжокъуэ Исхьэкъ, ЛъытI Муссэ, ГъукIэжь Алий, ХьэщIэлI Умар, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Мысост Мыхьэмэт сымэ. Дэфтэрхэм къыхощыж Польшэм къулыкъу щащIэну ягъэкIуэну зи цIэр ятха къэбэрдей уэркъхэу : МафIэнэ Бэчмырзэ, Ерчэнхэ Мэтджэрий, Мыхьэмэт сымэ. Къулыкъу зыщIахэм яхэтщ уэркъхэу : корнет Къармэ Бэчмырзэ, майор Къэрэмырзэ Къасболэт; ротмистрхэу - Лэу Щэхъим, Лий Кушыку, Ахъужакъуэ Талостэн; орден зыбжанэ къызыхуагъэфэщахэу - штабс-ротмистр Улъэджей Дэхъушокъуэ, штабс ротмистр Сид Пщымахуэ, полковник Бэзэрыкъуэ Бынагъуэ сымэ.
АрщхьэкIэ, дзэ къулыкъур иужьым полицэ лэжьыгъэм хуэкIуэжу щыхъум, апхуэдэ пщэрылъхэр я щхьэ ирамыпэсу, гушхуэныгъэ хуабжь зыхэлъ адыгэхэм ядэжакъым Польшэм кIуэну. Иужьым, адыгэхэр здэмыкIуэж шууей эскадроныр ирагъэкъун папщIэ, нэгъуэщI Кавказ лъэпкъхэм щыщхэри, къэзакъхэри Польшэм яшэу щIадзащ. Дауэ щымытми, адыгэхэр Польшэм и тхыдэм пщIэ яIэу къыхэнащ, къэралыгъуэм и тхыдэ Iыхьэшхуэм деж увыпIэфI щаубыдащ.
Зураб, упсэу, утхъэж ди бзэмк1э тхыгъэ щхьэпэхэр ди пащхьэ къызэриплъхьэмк1э! Ди тхыдэри дыбогъэщ1эж, бзэмк1и деджэжу щ1ыдодзэж! ТХЫДЭР, БЗЭР, ХАБЗЭР, АДЫГЭР, ХЭКУР, ТХЬЭР ЗЫЩ!!!
Зураб! Случайно нет ошибки? А то в прошлом, вплоть от Адама тут на Кавказе без карачаев муха не летала!!!! Это шутка, может и неудачная. А пласт истории ты поднял на самом деле целинная. Удачи тебе в твоих дальнейших поисках!!! С Уважением!