АбытIэ Владимир. Стихи.

УСЭ IЭРАМЭ

Хъу ЦIыкIу


Хъу ЦIыкIу, жаIэ, журту къалъхугъауэ,
Къызэралъхуу адыгэ хъужауэ,
Зэрыжэпхъыу нэмыцэ щылъхуауэ,
Хэт и щылъхуми зинэкIэ къалъхуауэ!

УлъыхъуакIэ ущыхуейм бгъуэтыжкъым –
Хьэжы пыIэ ныкъуэр лIыщхьэ хъуащ.
Езы цIыкIуми и лъыр и фIэщ хъужкъым –
Хъуэжэ и къуэу зигъэувыжащ.

Жыр кIэIунэу ар емынэунэщ:
Инми нэдми унафэ хуещIыф.
Уафэм щIэуэу иухуауэ унэ,
Къытхуоплъыхри цIыкIуу делъагъуф.

Фемыфыгъуэ зыри, фемыижэ,
Жыр кIэIунэ жыфIэ псор зэхех.
Зэхимыхри хуахьыжыр Iужажэм,
И кIуэгъу-жэгъухэм ди фэри ирах.

Хэтым щыщми псоми ди емыкIущи,
ИрокIуэфыр ди гущIыIу Хъу ЦIыкIу.
Угубжьауэ шыжьу уэ ущыщми,
Уемыубзэу бжьизи уимыгъэкIу!

Зэчий

Хэт жызыIар уимыIэу зэчий,
Чыпэху, Чыгъур – си ныбжьэгъужь?
Уоху, дыбохьейри уэ зы чий,
Пшэ чэтхъа Хэкум щодыгъужь.

Уоудэ пшэхэр удым хуэдэу,
Зы дадэжь щIакIуи къыхыбох,
Хамэм ущIыгъуу усэ куэду,
Домбейм и джабэми щыботх.

Дыбогъэтхытхыр уи уэрэдым
Делэ дебгъэщIу дедэIуху,
Дэ тлъэмыкIынур, фщIэрэ, куэдым –
Псым я нэхъ нэфыр ещIыф дыху.

Щыхуейми уафэм щхьэ трелъхьэ,
Пшэхэм я хьэлъэм дыщихъумэу,
Кърегъэс уэсри нэуэжь Iулъхьэу,
Ди кIаси паси ныщIихъумэу.

Мыр фи фIэщ мыхъумэ фыбгъэдыхьэ
Чыпэху, Чыгъур – си ныбжьэгъужь.

Акъыл гъуэжь фищIмэ фымыпыхьэ,
Iыхьэ фхуищIынур фагъуэщ, гъуэжьщ:

ДищI имытыжми Хъуэжэ – дадэ,
Къыхуигъэнащ абы зэчий.
ХьилагъкIэ си гур темыкIуадэ:
КъыхещIыкIыф хьэуами чий!

БлэкIам и нэщхъыр

НэкIэрэ укъэмыпыджэ,
БлэкIам и дыджым и щхьэкIуэ.
КIухьэныр ягъэув щхьэкIэ,
КIэн джэгур ар – мы фо хьэкIуэ.

КIуэж, зыгъэбзэх, теджэгукI,
БлэкIам и нэщхъ, и хьэдагъэ.
Лей зыщIэ, уи Iэр фIрегъукI!
Бгъэвухэр сыт адыгагъэ?

Уи гъэрхэм дэ дапэплъытрэ,
Коммунист партыр уи джатэу,
Адыгэ тIэкIур дыупIытIрэ,
Дыбгъэпсэуаи дыбгъэщатэу?

Зебгъэщхьами у-Ленинакъым,
ЗебгъэIэтми у-Сталинакъым.
Уи нэ къыщихуу уоуб блэкIар –
Тетыгъуэу зэгуэр пIэщIэкIар.

Уи пащIэкIэ ущIэгуфIыкIми,
Уи нэщхъхэр зэхыбогъауэ,
Пкъыуэ узыр зикI къомыфыкIми,
УзгъэфIауэ блэкIам уозауэ.

Коммунистми уэ уащыщакъым,
Фащэ нэпцIкIэ уадэшэсами,
Шыпсэ дыдэми и мэ пщыуакъым,
Совет жьантIэм удагъэсами.

А псори си сабиигъуэщи,
ПщIыхь гъэфIауэ куэдрэ солъагъу,
Си щIалэгъуэм и уэлиигъуэщи,
Солъыхъуэ ноби и фэгъу.

УэсфыгъулIэу псалъэ жысIамэ,
Парт билетыр щыхьэт пхузощI.
Ар уэ пщIэжкъым узукIыж къамэр,–
Уи илъэсхэр мэткIур, мэкIуэщI.

Iэ сэмэгур уи куэщI илъхьэжи,
Уи Iэ ижьыр жьэпкъ щIэгъэкъуэнщ.
Нэщхъ зэхэуэ, бгъэщIам хэплъэжи,
ЖыпIа, пщIахэр лагъым къэуэнщ.

Уи гукъеуэм сыхэдэIуэнути,
Нэщхъ зэхэлъхэр лъыпцIа Iунэжьщ,

Парт бюрокIэ узгъэдэуэнути,
Унэ Хужьри уэ зымкIэ нэщIщ.

Си щIэщыгъуэ зэи хуимыкIыу,
Сигу къокIыжыр – сыкомсомолщ,
Пионерри си гум пымыкIыу
КъыздокIуэкIыр – сэ сымымэл.

ЦIэ лей сиIэхэм ямылъытауэ
Лъынтхуэм итыр си адыгэлъщ.
Зыгъэнэплъи уэ къызэдауэ,
Адэжь лIыгъэ и хъуаскIэ схэлъщ.

Уэ пхэлъыжыр уи нэщхъ зэхэуэщ,
Уардэ унэр зи пщIыхь хэмыкI.
КIэ къурыкъухэр си лъэпкъ гукъеуэщ,
Си блэкIари си гум пымыкI.

Жьынду - дамэдамэду

Адыгэ псори уэ пхуэдэнум,
Дыунэхъужащ – диIэжкъым лъэпкъ.
Уипкъ къикIыкIа уд хэудэным
Къытхугуегъэхур гъащIэ нэпкъ.

Зи бзэгур блащхъуэ саугъэту,
Зи щэхур выщхьэ дарикъэту,
Нэмэз зыхуэпщIыр пщIэжрэ – хэт?
Хьэт лъапсэм и гукъуэпси пхэт?

Урещхькъым зыкIи адыгэлIым,
Атиллэ* и щылъху къуенару.
Уэ пщIыхькIэ уофэ анэм и лъым,
Ебгъэхьат плъыгъэми уову.

Зы махуэ жиIэм уедэIуакъым,
Игу умыуIэу упсэуакъым.
Иджы ущотхъур кхъэм щыгуIэм:
«Дэнэ, си лъапIэ, уздэщыIэр?»

Ар здэщыIэми унэсынщ,
Мы дунейм теткъым мылIэжын.
Кхъэ мащэ псыIэр къыплъысынщ,
Къыпщхьэмыпэжу уи тет-жын.

Уэ къопщылIэнущ улIэм блэшхуэ,
ЩхьэкуцIым пцIыбэр иришхыкIыу,
ЗыкъиушэкIрэ къыпщыгушхуэу,
Уегуоун анэм плъимыгъэкIыу.

Хьэдрыхэ дыдэм уэ хьэрэм,
УщащIынщ, сощIэ сэ, Атиллэ.
Зебгъэщхьми узэхъуапсэ бгъэм,
Ужьынду дамэщи – сыхулIэ!
_______________________________
*А т и л л э – гунн гущIэгъуншэхэм я дзэпщт.

ШыкIуртIым

ШыкIуртIым, шыкIуртIым,
Ухэлъщ сабэм уодыхьэшх.
КъысхуощI накIэ, зэм IэштIым,
ТIымэ и бын мыхьэмышх!

Шэджэгъуашхэщ мыIэрысэр,
КхъужьIэрысэри ерчынщ.
Бжьыхьэ жыгхэращ ди нысэр...
Къолъэпауэм уричынщ.

Уэ пачами ущымыщ,
IэфIи фIэIуи зыщIэмылъ,
Теплъэ тIэкIукIэ ущомыщщ,
Къозытари хэт нэмыплъ?

Плъыфэу пщIэтыр дыхьэрэну
Угъэгъати жыгыр бгъафIэу?
Бэв пхуэщыным и борэну,
Нэм ухуихьт къудамэм бгъафэу.

Уэфи уэшхи къыплъысами,
Лъэси шэрхъи уиутами,
Жьыбгъэ пхъашэ къокIэсами,
Зыбохъумэ, уохъури дамэ.

Сыт пхуэсщIэнур, е уэ пщIэнур,
ЩIэин нэпцIу шыкIуртIым?
Сыхуеякъым сопсэлъэну:
Уэ уопапщэ, уогурым.

Абдеж къосри сабий гупи,
Укъапхъуатэ, уагъэлъатэу.
Уэ уздадзыращ уи гупэр,
Умыанэу, умыадэу...

Гъерэтыншэхэм я жьыгъэм
Сту уещхьыщэ, шыкIуртIым!
ГъащIэ нэдым и жьыщIыгъэр
ЩIелъэсыкI уэс кхъахэу жьым.

ТIымэ сымэ я джэгуэнрэ
Гуэн щIэнэцIу уолъэтэж.
Мыращ икIэм сэ бжесIэнур:
Къыпоху жыгми псалъэ пэж!

ЩыкIахэм Хасэр зыхуагъэлъасэ

Зыкъытхуагъэхъур муртат гупым,
Зыкъытхуагъэбжьыр ябжь зытелъым.
Дэ дилъ ящIэтми, ди зэгуэпым
Къегъэплъыр уафэр ещхьу пшэплъым.

Ар нэплъ хъужауэ къыдопсалъэ –
Ахъшэ лъэрыкIуэу бжыхь зыхуар,
Дитх дигъэухуэу къытхуодалъэ –
Анэдэлъхубзэр зыхъуэжар.

Хъуэжэ и нэIуу зэ зыкъещIыр,
Адыгэ гъащIэр игъэщIакIуэу,
IэпщакIуэ кIуэрым къытфIегъэщIыр
Дэр щхьэкIэ махуэхэр игъакIуэу.

И ахъшэм цIыхухэр егъэлъасэ,
Iэслъэс хъуа псори егъэжьыщIэ,
ЖьантIэр щыдот апхуэдэм хасэм,
Къандес тфIахьауэ дигъэхыщIэу.

ДигъащIэ псори хабзэ дахэу
И пхэнжагъ кIыхькIэ къытхуегъэIу.
ФыдаIуэт: хъуащ ди бгыжьхэр махэ,
БлэкIам и цIыхухэр къыщощэIу:

– Зэ фыкъэувыIэт!– зэхызохыр
ЩIы къатхэм еха Нэсрэн,
И жьакIэр уэфу сэ къыстохэ:
Сыхэт? Сэ хэт срипэрмэн?

– Фи адыгэбзэр къыдэфхыжи,
Фи жыпхъи хабзи вгъуэтыжынщ,
Фи жын псэукIэм кIэ ефтыжи,
Фи пашэу сэри сытэджынщ! –

КъызжеIэ дадэм аргуэрыжу –
Темытыж цIыхум мы дунейм.
Солъагъу ди бгыжьхэм лъы къапыжу,
ЩыгуIэу я бгъуэщI Сэтэней.

«Фи ней къытщыхуэр» кърагъэкIыу
Муртат щыкIахэм заущэху.
Я Iуэху дагъащIэри тлъэмыкIыу,
ТхьэмыщкIэм къыдат зы сом фэху.

Ей, яцIыхуатэмэ нарт хабзэр,
Iумпэм ящIынут адыгэбзэр?
Ягу итхьэщIынут псынэ къабзэм, –
Ебзым хэмыкIыу дызгъэлъасэм.

Я лъапсэр гъущу флъагъужынущ,
Дыхэвгъэплъэжи я дыгъуасэм,
Ди пщэдей гъуджэм къищыжынущ
Ди хасэр мылъкукIэ зыгъэлъасэр.

Олимп и адэр

Щожей тхьэмадэр Щачэ бгъуэщIым,
Хы ФIыцIэ шхыдэм ныщIэдэIуу –
КъыхэщIыкIами мыулъий гъущIым,
Зегъазэ загъуэу, тIэкIуи щэIуу.

Iунэ етакъым Адыгэкхъэм –
ТекIуахэм Iэнэ яхуэхъуам,

КъыдэпцIыжауэ насып фэкъум
Зыри къикIынкъым къыддигъуам.

Хышхуэр зэщоджэ сабий макъкIэ,
ЛIыхъухэр мэлъащэ толъкъун ныпкIэ,
Фызхэри мабгэ мыух нэпскIэ,
Я щыгу тхьэрыкъуэ щыгъуэу щескIэ.

КIэн джэгу зэхашэ урыс тетхэм,
Лей къытлъысахэр яфIэмащIэу,
Я гур мэлыцI ди лъэпкъэгъу къэтхэм,
ДагъэщI хьэдагъэ щащIэу, плIащIэу.

Олимп и адэм и цIэ дыдэр
ЯщIэну хуейкъым тет щIихьахэм,
Псэуа адыгэхэр ямыдэ –
Къащтэж куэд щIауэ зэпщIыхьахэр.

«Исар адыгэ Щачэ Лъахэм?
Алыджщ, урысхэщ, ермэлыщ…»
Тхыдэ фыщIар хьэдэгъуэдахэу,
Ягуэш текIуахэм – текIуар лIыщ!

Я щхьэ тралъхьэкъым утыкум
Адыгэм и псэр ирахьэн,
ЗыщагъэпскI нэхъри ахэм пцIыкум,
Шыпсэ шхыныгъэур я сыхьэнщ*.

Дунейр чэзукъэ? ЛIы цIыкIу сымэ
Мы дунейр бгъэкIэ яхуэхьын?
КIэн джэгу зэхашэм щоур лъымэ –
Зэгуэр ди лIахэр къэушынщ.

Ныбэнэушкъым нартхэр ноби –
ХьэрамэIуащхьэ щыджэгуар.
Нарт Сосрыкъуи къехьыж тобэ,
ЖыжьэIуэ пэтми зыдэкIуар.

Иныжь абрагъуэм аргуэрыжщи,
Олимп и мафIэр ирехьэжьэ,
ЗыфIэлъэщыжу зэрабгыжщи,
Дэ къыттретхъуэ къихьыр и жьэм.

Зэгуэр ди нартхэм фIадыгъуами,
МафIэр къехьыжыр Сосрыкъуэ.
Фи фIэщ хъужынщ зи фIэщ мыхъуами,
Зиумысыжыпхъэщ къэныкъуэм.

Щожей тхьэмадэр Щачэ бгъуэщIым –
Къэушыжынущ Олимп и адэр:
И бын гуэшахэм ягу хэзгъэщIым
Техуэнущ лъэщу Лъэпщ и уадэр!

Тхьэ ефыгъуэ

Батэкъутэр къыхуахьыр си къалэм,
Блэ уэн гупыр щIым къыщIэпщыжауэ.

Тепщэгъуэ зыхуеIэм ехь и гъаблэм,
Я блэ нэIухэм цIыхуфэр хапщауэ.

ЩIыщIагъщIэсхэм сыт лъагапIэ япткIэ?
ЩIым щыпсэухэр хьэдрыхэ щIалъафэу,
Тхьэ ефыгъуэу мыгъуэм и нэлаткIэ
Къинащ ди кIэм, гууэ яIэр мывэу.

ЯфIэмащIэщ къагъауэр, яхъунщIэр,
НэщI ящI лъахэм щышкIур сабий нэпсыр...
Я ди Псатхьэ, къебгъэх ИлъэсыщIэр
ХуэщI пэIэщIэ зи жагъуэм дыгъэпсыр.

Лъыпсыр пож армырми АдыгэщIым,
ЛIэщIыгъуэжь блэкIахэм къауIауэ,
Къэнэжа си лъэпкъым и гумэщIым
ЯфIэмащIэу лыгъэ ирадзауэ.

Дзей защIауэ а тщIэж щIыщIагъщIэсхэм
КъыдащIылIэ зауэ хэчыхьа.
«ЛаIилахьэр» мафIэу зэщIэзгъэстхэм
Дапщэ хъурэ гуэныхьу къахьар?

Краснодони, Налшыки, Мэзкууи...
Сту куэд дыдэ бзаджэм къащIэкIуар?
Ажал щакIуэу, зыр зым ныщIэгуауэу,
Хъунщ ди нэгум гуауэу щIагъэкIар.

Ягъэ кIынкъым, къытхуэхьэщIэ махуэ,
Уэ къэунэхуи хейм дыгъэIуэтэж,
Илъэсыжь идгъэкIым и лей сахуэу
Дызыхэбгъэплъари хей фэеплъу гъэж.

Уэс къесари исеящ кIэгъуасэм,
Угъурсызхэр дэгъуэт щIихъумам,
Зыдихьыжу гуауэр ди дыгъуасэм,
Сэхъуджахэр куууэ щIивэжам.

Вгъэзэж фи гъуэ, блэ уэн шейтIанузхэ,
Тщхьэщыфх узыгъэжьу фи лагъымхэр.
АдыгэщIым гъымбу къыщхьэщысхэ,
Фахьыжыпхъэт фи шыпсэ залымхэм.

Мэгурым ди къуршхэр. Фахуэшэчкъым,
Чауэ фщIауэ Iуащхьэмахуэ магъ.
Гъэр ар фщIыну фыхуежьами флъэкIкъым
Ди лъэпкъ нейщи – Тхьэм имыIэ къуагъ!

Гур къигъыкIыу сынолъэIур, ГъэщIэу
ИлъэсыщIэ икIи сынохъуэхъу:
Ди бын къэхъухэм къет насыпи, гъащIи,
ЗимыщIасэр ерыкIуэ ирехъу.

Пхуэхъунщ псапэ, гъэхэм уращапхъэу:
Ди пэжыгъэм насыпкIэ хуэпэж.
Гъэм и бэвыр ди бгыжьхэм я дапхъэу,
Хъер щымыщIэу лъэпкъхэр дыгъэфIэж!


Дэ дызэщхьыр


Адыгэ фащэм дроуэркъыр,
Тэмакъым фIэлъщи тфIэкIуэдар,
Дэ пщIэншэу ди жьэри доукъыр,
НэгъуэщIым щыгъмэ дызлъыхъуар.

АтIэ, къэзакъхэм я Iуэху пылъкъэ
Узэрахьэну, лIыхъужь цей?
Ингуш-шэшэнхэм уэ уащыгъкъэ,
УзыщитIагъэкъэ къэрэшейм?

Гъейшей дохъужыр ахэр тлъагъумэ,
Ауэ, си лъэпкъ, зыдмылъагъуж.
Адыгэ фащэм фи гур щIэгъумэ,
Апхуэдэу гугъукъым – щыфтIэгъэж.

Фымыгъеиж щывмытIэгъэжыр,
Фемыфыгъуэж щызытIэгъам.
Уэ нобэ пщыгъыу псоми тщIэжыр
Европэ жыпхъэу зэрыхъащ.

ФIэхъус ефхыж адыгэ цейм,
Ар ей хъужащи зыщтэжам.
ПхуэгъэукIытэн дуней фейцейр?
Дрещхьщ зи ныбжьым щыщтэжам.

Къэдывгъэщтэжыт адэжь лIыгъэр,
КIэс едгъэщIауэ адыгагъэр!
Ди фащи щэни я ухыгъэр
КъыкъуэкIыжынущ Хэкужь дыгъэу.

Уд дерсхэр

Щытащ зэгуэрым щIалэфI цIыкIуу,
Бадзэ тIысар имыгъэлъатэу.
Хуагъэфэщакъым куэд ицIыхуу,
И жьабзэм уэгури иубзытэу.

Губзыгъэ хуейкъэ, атIэ, хасэр?
Къыхурагъэпсыр ар тхьэмадэу.
Хахакъым, си щыхьэтщ мо мазэр,
ЩIидзэри беижь къателъадэу…

Дуней зэхъуэкIым щигъэкIахэм
Я кIэр вагъуэбэу ахъшэ защIэщ,
ЛIыщIыгъуэм зи пхъэ къыдикIахэм
Аргуэру лъэпкъыр дызэIащIэ.

ДагъащIэ ахэм адыгэбзэ,
Хамэбзэ сырхэр къыджьэдасэу.
ЖыпIэн хуеяр, хасащхьэ гъыбзэщ,
Уалъагъури нэжэс уи кхъэдэсэу.

Дагъасэ псори хабзэ мыщIэм,
Ди лъэпкъ и тхыди зэблэшауэ.
Доуш сабийхэр мыхъумыщIэм,
ХощэтыкI анэр езэшауэ.

ПцIышэ лъэрыгущи хасэ пашэр,
Къысхуеший сэри гъуджэ нашэ:
– КъыдэгъэкIыпхъэщ, – жи, – уи «Лъахэр»,
Фащэ хуэщIауэ я нэхъ дахэр...

Уи лъахи махи ибгынауэ,
Иджы щыIэжкъым а щхьэкъутэр.
И анэжь дыдэри нытебгауэ,
Щегъэш хамэщIым батэкъутэр.

ХамэщIым жаIэ, дерс щедэIуу,
Уд зэрыгъалъэм яхыхьауэ.
Зыгуэрхэр щещIэ абдеж щэIуу,
ЯжримыIэу бейхэм «хьэуэ».

МакIуэ и ахъшэр, тракIутэ,
Удыгъэ дерсхэр сту лъапIей?
Уди мэхъуфыр нэмыукIытэу,
МылIа и анэм ар егъей.

Зэмызэгъыжыр къахуэкIуауэ,
ЗэщхьэкIуа хасэр зэроух.
ЗекIуэлIыр къэтщ уд хасэм кIуауэ,
Къэсыжмэ бжэхэр хуIувмых.

ХуIуфхмэ, гущэм хэлъ сабийр
Дерсышхуэ иIэщ итхьэлэну.
Си бийуэ сабэр дрепхъей, –
Ауэ согугъэ сыкъелыну!

Фыз мылъхуэ

Ей, махуэурэ махуэ щIыкIей,
КIэнкIыхьу зэпыкI жэщ къарэ,
Къан пщащэу сту дахэкIейт
КъыщашагъащIэм Нэгуарэ?

«Хэтхэ я щауэ нэхъ бланэ,
Хэтхэ я щIалэ нэхъ бжьыфIэ?»
ЖаIэурэ ди жылэ пщащэр,
Зы закъуэт зыхузэпещэр:

Жантешэхэ я пэлъху Мэсхьудт,
Удэзыхьэхыр и щэнт,
Узыхьыжыпэр и теплъэт –
НэкIуплърэ езыр къудант.

Данэр Нэгуарэ и щхьэцт,
Уэсым и шыпхъурэ нэгухут,
Мыухуэ и бгыр псыгъуабзэт,
Вагъуэ гъуэбзыкIэхэр и набдзэт.

И дзэр къыIупсмэ, псынэхут,
И нэ къулэнхэр нэхулъэт.

Лъэтэнт и щауэр къуршыбгъэу,
Шым ар шэсамэ щыжьыбгъэт...

Губгъэн хэмылъу а тIур
ЩIэткIукIа гъащIэм хуоплъэкI,
ЩIэтыжкъым унэм я нур:
Илъэс ищI-ищIыр йокIуэкI.

Я нэр къыхуокIыр сабийхэу
Хамэм я пщIантIэ щызежэм,
ТIэкIуи йоижэр сабейхэу
Уэрам – уэрамхэм тезашэм.

Шыбэу насыпхэр къэкIуами,
Я гъащIэр щIэткIур щыIакъым,
КъуэбынщэбынкIэ хъуэхъуами,
А хъуэхъур ялъэIэсакъым.

Сабий зыIэтым ехъуапсэу,
Я псэр зы чысэм ихуауэ,
Яхуэмыухуэр бын лъапсэу,
Мэпсэу а тIури куэд щIауэ.

ЕщIэ фыз мылъху зэриIэр
ТемыпыIэжу Мэсхьуд,
Ихъуэжыфакъым и нэIэр,
ЩыIакъым фыз щигъэпуд.

Хамэ сабийхэр я пщIантIэм
Щыджэгумэщ я гурыфIыгъуэр...
Я ди Тхьэ, къиптхар я натIэ
А цIыху нуритIым нэ фыгъуэт.

Ягъэгъужакъым я псалъэ,
ЯлъэмыкI быным щIихъумэу.
Арщ лъагъуныгъэм и пщалъэр,
Фыз мылъхуэ пэтрэ ихъумэу.

Нэгей уз

Узыжьурэ щэнджатэ нэIуу
НэIуасэжьым и къамэ Iэпщэ,
ЩIапщэ мыухкIэ зи макъыр
Къытхуэзгъэлъащэу напэншэ!

Зыкъыпхуэгъэшмэ уи узыр
ЗыкIэрыбдзыни плъэкIын,
ЛъэнкIапIэ щIэхыу уи псалъэр
Шхалъэ дэмыхьэ пхуэщIын?

ЗыбогъэщIагъуэ фэрыщIу,
ЗымыщIэ щIалэр бгъэплъакъуэу,
Уэ хьэрэкъуакIэм нэмыщIу
И нэр зэбгъэплъыни уимыIэу.

Уи тхьэрыIуэныр ди Хасэм
Псалъэ дыгъэлу щову,
Мыув хабзэжьыр уи лъапсэм
КъикIыкIа кIыгуу щогуо...

Уи нэгу сыщIоплъэ фэрыщIым,
ЗызэрыпщI псори уэсэпсщ,
Уи псэр зыхуеIэу Iэужьым
И ижьрабгъур кхъуэ Iусщ.

Кхъуэ Iусщ уи щIакхъуэр, уи сомыр,
Зэщыхъуэ щхъухькIэ къэблэжьыр,
Лажьэ зимыIэ цIыху къомыр
Гъуэмылэ нэпцIкIэ щIэбгущIыр.

Iуэху зэIущIэнкIэ щIэныгъэм
И доктор и щхьэ ухъуащ,
Нэгей щIэныгъэм и уагъэм
Удыгъэу хэлъыр гъэпщкIуащ.

Хьэдрыхэ кIуами уи анэу
Нартхэ япхъу пажэу Уэрсэр,
ЩаIыгъщ абдежми щыхъуанэу,
ЩхьэкIуэ щыхъуауэ уэ пщIэр.

Уи нэгей узыр тхьэмыщкIэм
Хьэдрыхэ кIахэ щепшын,
Пшынэ мыухыу уи щIыкIэм
КъибгъэкIым жеIэ: – Сыжынщ!

Жын щылъхут уи адэр, ящIэжыр,
И щIэщхэр зыгъэжэщIар,
Зимыхьэкъ цIыхум лъыщIэжыр
Уэ кIэщIэбгъэж узыщIар.

Зэ щIэрыIэжи хабзэ уимыIэр
Бэзэр Iэрпхъуэрым къыщыщэхуж:
Хьэжы умыхъуми хьэжы пыIэр
Абдеж щыIэххэщ, щхьэрытIэгъэж!

Сэтэней и нейр

Уэ укъежьат Сэтэнейрэ
Псыхъуибгъум урапщIыхьэпIэу,
Удибгъум уагъэщIыкIейрэ
КIейпейхэм урапыхьэпIэу.

Уэ укъежьат тхьэIухудрэ
ЩIалэ къуданхэм урапсэу,
Уи нэпскIэ я псэр Iубудрэ,
УдагъкIэ щхъухьхэр ящIэпсэу.

Укъепсмэ, удыгъэ бзийуэ,
ЗыпшэщIмэ умазэ щылъхуу,
Шыхулъагъуэр уэ къоущийуэ,
УдиIащ шыпсэ мыухыу.

Мыух уэ щыIэу уи гугъэт,
ГъэрыпIэм итт уигу пфIэсысыр,
IупщIакIэ зыщIхэм я лыгъэт
Гъэхэм я фэбжьу узысыр.

Сыт епщIэжынут адыгэм
Уафэм и лъагэр уи лъэгуу?
Зигу пкъута щауэ бгъэдзыхэм
Уэ зыщыбдзейт зыбгъэдэгуу...

Сэтэней пагэр зэгуэрым
Уэ упичащ Хьэрэмыжь,
Мыва-мыжьауэ хьэрш уэрым
Щыбгъуэтыжакъым нэмыщI.

УтIэщIэкIащи цIэрыIуэр
Нарт щылъхухэр димыгъэжей:
Ди пхъэ къикIыжкъым, Тхьэ соIуэ,
Дэ къытщыхуащи уи ней.

Илъэс мин кIуэцIым адыгэм
Ди кIэр паудыр, даух.
Дэ дрибынми мыдзыхэм,
Хамэхьэр пхъэхщ – дызэпех.

Зэпахыр ди щIыр, ди дыгъэр,
Гъэр ящIа Хэкури зэпах,
Хапхъэжащ удхэм ди лIыгъэр,
Ди мази вагъуи ттрах.

Хэку димыIэжым и гъыбзэр
Жьыбгъэ щхьэхуитым къреш,
Къуэш нэпцIхэм тхужаIэ шыпсэр
Хьэдрыхэми щахуэмыгъэш.

Хьэршым щезэш, дыныппоплъэ,
Дызгъэплъэкъуа Сэтэней.
Адыгэр дехьыр уи гъаблэм –
Къытхуэбгъэна пщащэ нейм!

Комментарии 13

  1. АбытIэ Владимир  15 января 2014, 19:50 0

              ХЬЭБЫРШЫБЫРЫЩIЭ

     

    Зэхэфхакъым жаIэу фэ апхуэдэу:

    «Ар бзэджащIэщ, хьэбыршыбырыщIэщ!»

    Хьэбыршыбырыжьри игу мыкIуэду,

    КъыддокIуэкIри иIэщ шынэхъыщIэ.

     

    А нэхъыщIэр зэ къэбгъэбгужьамэ,

    Хетхъ уи губжьэр,  къуегъэбж аманту*.

    Тучантесщи лы килитI къуищамэ,

    И уаситI пIехыжри, хуэсакъ, тIу!

     

    Егъэпщ пIэтIрэжаныр, мастэ хеIури,

    Лым мэ ищIмэ, дыхупс щIегъэжыж.

    И щэхуакIуэ псори егъэщэIури,

    ФэзэхъуэкIыр зэуэ мэбзэхыж.

     

    Нобэ Черкесск дэтмэ, дыдеижкъым,

    Нэху зэрыщу Псыхуабэ и къанщ,

    ПщэдеймыщкIи и щхьэм ар еижкъым:

    Тэн и Iуфэ щылIыфIщ, щыкъэзакъщ.

     

    И къазынэр къыщихуащ хьилагъэм –

    Ахъшэр куэщIкIэ, кIэпкъкIэ кърехьэкI.

    ПIэщIэкIыну ищIэмэ делагъэ,

    УиунэщIыхукIэ быртIым пкIэрымыкI.

     

    И къуэжь цIыкIур щохьэпкIэ уэрамым:

    Зигъэзыжу «Мерседесым»  исщ.

    КъригъэкIыу и уэрэд бымсымым,

    ТхуIуеудыр ди тхьэкIумэIупс.

     

    Сом къыздикIыр ищIэкъым и щIэщым,

    Гуп хыхьамэ, джэшу ирепхъыхь.

    ПфIэпсэкIуэдщи щIэптыр уэ хьэщIэщым,

    Машинэжьым жэщкIэ ущопырхъ.

    ­­­­­­­­­­­­­­­­­­­­­____________________________

    * А м а н т у  – гузэвэгъуэм деж къабж къурIэныбзэщ.

    ХьэбыршыбырыщIэ пщащэ лъыхъуэ,

    Iэхъулъэхъу пщIами,  уекъукIэ пхуэмышэн.

    Ихьри ишхри хьэрэмылу мыгъуэщ,

    Абы и Iуэхуж-тIэ уи къэшэн?

     

    КIэрэхъужьри щегъэпщкIу и Iэгъуапэ,

    ХъунщIэн IуэхукIи ар мыарму.

    Террористхэм япыщIащ и гуапэу –

    Игъэшауэ ахъшэм и къарум.

     

    Мыкъуршыбгъэ – къуаргъыжь къызэрыкIуэщ.

    Куэдрэ уэмэ, бгъэ дамэр мэкъутэ.

    ХьэбыршыбырыщIи хъунщ ерыкIуэ:

    Ем Iууэнущ – щхьэр иремыкъутэ!

                         ЖЫГРЭ ПЩIАЩЭРЭ

     

    СодэIу жыгым, содэIу пщIащэм

    Я зэхуэдэу цIыхухэм ятеухуам.

    МэщэIу жьыгъэр, мэщэIу гущэр…

    Фыхэзнынкъым къызагъэцIыхуам.

     

    Сэ зыхузогъазэ зы лIыщIыгъуэ

    КъэзгъэщIауэ жылэ псом дэсыжым:

    – Узэхъуапсэр жыIэт – хэт зи фIыгъуэр,

    УзылъэмыIэсыжыну узэфыгъуэр?

     

                       И л ъ э с и щ э м

     

    Илъэс бгъущIым ситыжам, сыту дэгъуэт,

    Зыкъысщыхъужынут си лIыфIыгъуэу.

     

                            У п щ Iэ

     

    Илъэс бгъущIым ебэкъуа тхьэмадэ,

    Сыт къыхэпхыр уэ узыхагъадэм?

     

                И л ъ э с  б г ъ у щ I  ы м

     

    Илъэс ищIым ситмэ, си махуат –

    Махуэ нэхухэм къысхуагъэзэжат.

     

                            У п щ I  э

     

    Илъэс  ищI, ей, жыIэт, махуэ нэхухэр,

    Насып хуэмыр дэ къытщыбущэхурэ?

     

                   И л ъ э с  и щ I  ы  м

     

    Зыри сыущэхукъым, зиусхьэн:

    Илъэс блыщIым сихьэжамэ, сыаслъэнт!

     

                        У п щ Iэ

     

    Илъэс блыщIым ит, ей, сыт жыпIэну?

    ЗэрагъэIум хуэдэу уаслъэн?

     

                И л ъ э с  б л ы щ Iы м

     

    Илъэс хыщIым згъэзэжамэ, сехъулIат –

    Си бланэгъуэу сытрихьэжат.

     

                        У п щ Iэ

     

    «Жьы сыхъуащ» къызжепIэу умыхъущIэу,

    Уэри уи гум щыщIэр къызэгъащIэт!

                          

                И л ъ э с   х ы щ Iы м

     

    Сэ илъэс щэ ныкъуэм згъэзэжам,

    Жэщ мыжейхэр хуэдэт кIуэдыжам.

     

                           У п щ Iэ

     

    Ей, илъэс щэ ныкъуэ, уи гур ныкъуэ?

    ЖыIэт уэри уи гур щIэныкъуакъуэр!

     

           И л ъ э с   щ э  н ы къ у э м

     

    Сэ илъэс тIощIитIу сIэщIэкIам

    Сытырешэ хуэмурэ мыл чам.

     

                          У п  щ Iэ

     

    Ей, илъэс тIощIитIу щхьэхуимыт,

    Сыт иджы пхуэхъуар нэхъ нэIурыт?

     

               И л ъ э с  т I  о щ Iи т Iы м

     

    Къэгъэзэжи сызIугъаплъэ, илъэс щэщI:

    Мыпхуэдизрэ си гур хыумыгъэщI!

     

                        У п щ Iэ

     

    Илъэс щэщI ухъуа, ей, ущIалэпкъщ,

    ЖыIэт, сыт зыщыщIэр уи Iэпкълъэпкъ?

     

              И л ъ э с   щ э щ Iы м

     

    Ей, си илъэс тIощIу си делэгъуэ,

    Зэ къыслъыгъэсыжыт уи щIалэгъуэр!

     

                            У п  щ Iэ

     

    Зыгуэр щхьэкIэ уэри уи гур хощI,

    Сыт узщIэхъуэпсыжыр илъэс тIощI?

     

                    И л ъ э с  т Iо щ Iы м

     

    ИлъэсипщIым, щыщIэдзауэ гущэм нэс…

    СыкIуэжынут машинэншэу – сырелъэс!

     

                              У п щ Iэ

     

    Ей, гущэм хэпха си нану,

    Къыстенауэ а уи нитIым

    Сыт къызжаIэр, цIыкIунитIэ?

     

                Г ущ э м  х э п х а м

     

    Агъ-гъа, нанэ! Агъ-гъа, дадэ!          

    Куэд жывмыIэу, сыкъэфтIатэ!

                НЭПЛЪЭЖЫГЪУЭ

                          УИIЭНУЩ, ШЭРДЖЭС!

     

                СыщыIакъым зэи сэ хьэдрыхэ, –

                И жэнэти и бжи сымыцIыху.

                Жыхьэнмэуэ псэхэр дызгъэдзыхэр,

                Мис, итIани, си гум щымыужьых.

     

                Ехыжащ си ани си анэшхуи

                Мы дуней нэхушхуэм – Iэджи щIащ.

                СымыщIэж си ади си адэшхуи, –

                Мис, итIани, пщIыхькIэ сапыщIащ.

     

                СапыщIащ си лъэпкъэгъу куэдыщэу

                Хы ФIыцIэжьыр мащэ зыхуэхъуам.

                ЛIари псори хуогуIэ Хэку дыщэм, –

                Мис, итIани,  дещхькъым унэхъуам.

     

                Гугъэр диIэщ дэ адэжь щIэину,

                Хэхэс минхэм я гухэр игъэятэу.

                Долъагъуж адыгэм ди щхьэр ину, –

                Мис, итIани, доутэ дэ ятIэр.

     

                А шэд ятIэм дыхэкIыным папщIэ

                Дэ ди напщIэр хэтшу щхьэ дыщыс?

                Ди гукъеуэм елыгъуэр гъуэгу напщIэр, –

                Мис, итIани, тхуащIыр хьэдэIус.

     

                ХьэдэIускъэ Щачэ  и гъунапкъэм –

                Адэжь кхъащхьэм щызэхашэ джэгур?

                КIэ къыдатрэ яухыпэм лъэпкъыр,

                Мис, итIанэт, щаIэт хъунур нэгур…

     

                Къокъубей Хы ФIыцIэр – Адэх губжьыр,

                Губжьэр хухитхъыну удэфам.

                Гувэ щ

  2. АбытIэ Владимир  06 января 2014, 00:08 0

                        Исправленный вариант

     

     

                     БЛЭ ШЫРХЭР

     

    Аргуэру блэ шыр къыскIэщIопщхьэ,

    Фыгъуэным и нэр къыщихуауэ,

    Ухуейми къехуэкI тIощIрэ щIопщкIэ,

    Уи пщэкIэ кIуэнущ нэхъу хъужауэ.

     

    ДыкIэрыщIауэ тхьэхэр тхуеIуэ,

    Адыгэу щыIэр езырауэ.

    Жэгъуэгъу и псалъэм довэ, доIуэ,

    Дыуэ нэпцIкуэдкIэ мэкIэнтIрауэ.

     

    Зэчий уимыIэр уафэм къехкъым,

    Къехари уафэм къурIэн закъуэщ.

    Уи блэ шэрэзкIи мэш къыпхуэхкъым,

    ИтIани псэкIэ уоныкъуакъуэ.

     

    Къизышар, жеIэ, бегъымбару,

    ФэрыкIуэу зокIуэ зегъэпIий,

    Щхъухь псалъэ уэухэр и азбару,

    Дарещэ щэхуу лъэпкъыр бийм.

     

    Сэ сщIакъым блэри адыгэбзэм

    Еэ ищIэн щхьэкIэ хуэшэрыуэу,

    ЗэщIригъащтэу и блэ тхьэбзэм,

    ШэрэзкIэ и адэм хуэдэу пкъыуэу.

     

    Ар мэпщ Iущащэу Сочэ лъахэм,

    Олимпиадэр фIэкъабылу,

    Къыщофэ ди цIыху хэкIуэдахэм

    Я кхъащхьэм сахуэр и тхьэмбылу.

     

     

    Хасэми уэрэд къыщрешыр,

    Блэ шыр яфIоIэ нэхъыжь жьантIэм.

    Еутэ  адыгэм и мэшыр,

    И сэбэп хэлъмэ, зегъэкIантIэ.

     

    Хасэ тхьэмадэм шхуэмылакIэу

    Зрегъэлъагъур – цIуугъэну,

    И щIыб къигъазэм къытщIонакIэ,

    Езыр зэрысми хьэ кIэн- кIэну.

     

    Сыт етщIэфынур  дэ апхуэдэм:

    Илъэс щитI мэхъ дехъуэж, дещэ.

    Дэ къытхуихьыху унагъуэкIуэдыр

    Елъэф и гъуэмбым  самэу дыщэр.

     

    Анэшхуэ иIам фIэтар блащхьэт.

    И адэр благъуэт – нэхъыкIэжт,

    КъытфIеуцIэпIри ди пщыхьэщхьэр,

    Адыгэм пщэдджыжь димыIэж.

     

    Блэ шыр и гуп къыткIэщIадзащи,

    КхъыIэ, адыгэхэ, фысакъ!

    Шэрэз джатэжьхэр кърадзащи,

    Фхъумэж сыт щыгъуи фи тэмакъ!

     

     

         «Я ВАС ФЫЗАЗМЫПАС!»

     

    Къыдэпсэлъэжкъым дэ а цIапIэр,

    ЦIампIырэ щоуэ адыгэбзэм,

    Хамэм и ебзыри егъэлъапIэр,

    Ар зыхэс псыри, зикI, мыжабзэ.

     

    Зелъытэ – тхьэIухуд зэрылэу,

    УедэIумэ IуэрыIуэдз Дзунэжьщ,

     

     

    Хьэрэм ищIауэ щалъхуа жылэр,

    Щопсэур къалэм – зы  унэжь.

     

    Си жьэр зэщIэсхри, схуэмыгъуэну.

    Зы махуэ абы сегият.

    И урысыбзэри кIэрэфт, гъуанэу,

    ТIэкIу згъэукIытэну мурад сщIат.

     

    И IитI и шхужьым игъэувауэ,

    Шыгурыхъурыхъужьыр дыхьэшхащ,

    Дзэлашхэу далъэри, сомыжь фауэ

    Сыкъримыдзэу ежьэжащ.

     

    «Мэстра! Гуляй-ка, я – атас!

    Зегъэхь –  я вас фызазмыпас.

    Цивилизацэм ситхьэкъуас,

    Катись-ка, дедушка, из глаз!»

     

    Си ныбжьым пщIэи цIыхум хуащIыр,

    Дзадзуни сабий щхьэ хъужа?

    Ди зэхуаку дэлъу махуэ тощIыр,

    Зы пIалъэм тIури дыкъалъхуащ.

     

    И анэм и цIэр ицIыхужкъым –

    Жылэ и уасэт Жандинэху,

    И адэм и цIэри жиIэжкъым,

    И адыгэбзэри Iэпоху.

     

    Муртатщ а фызыр унэхъуауэ,

    И напи Iэпи губжьыху елэ.

    ЯхуеувалIэкъым жьы хъуауэ,

    ЩIалэщIэ цIыкIухэм и псэр хуолIэ.

     

    И къуэрылъху ныбжьым ит сабийхэм

    IупщIэ къыхуащIыр махуэ къэс.

    Iумпэм къэзыщIхэр егъэбийхэр:

    «Опять я вас фызазмыпс!»

  3. АбытIэ Владимир  05 января 2014, 23:56 0

     

         «Я ВАС ФЫЗАЗМЫПАС!»

     

    Къыдэпсэлъэжкъым дэ а цIапIэр,

    ЦIампIырэ щоуэ адыгэбзэм,

    Хамэм и ебзыри егъэлъапIэр,

    Ар зыхэс псыри тхуэмыжабзэ.

     

    Зелъытэ – тхьэIухуд зэрылэу,

    УедэIумэ IуэрыIуэдз Дзунэжьщ,

     

     

    Хьэрэм ищIауэ щалъхуа жылэр,

    Щопсэур къалэм – зы  унэжь.

     

    Си жьэр зэщIэсхри, схуэмыгъуэну.

    Зы махуэ абы сегият.

    И урысыбзэри кIэрэфт, гъуанэу,

    Сегийуэ псалъэ къезгъэжьат.

     

    И IитI и шхужьым игъэувауэ,

    Шыгурыхъур пагэу дыхьэшхащ,

    Дзэлашхэу далъэри, сомыжь фауэ

    Сыкъримыдзэу ежьэжащ.

     

    «Мэстра! Гуляй-ка, я – атас!

    Зегъэхь –  я вас фызазмыпас.

    Цивилизацэм ситхьэкъуас,

    Катись-ка, дедушка, из глаз!»

     

    Си ныбжьым пщIэи цIыхум хуащIыр,

    Дзадзуни сабий щхьэ хъужа?

    Ди зэхуаку дэлъу махуэ тощIыр,

    Зы пIалъэм тIури дыкъалъхуащ.

     

    И анэм и цIэр ицIыхужкъым –

    Жылэ и уасэт Жандинэху,

    И адэм и цIэри жиIэжкъым,

    И адыгэбзэри Iэпоху.

     

    Муртатщ а фызыр унэхъуауэ,

    И напи Iэпи губжьыху елэ.

    ЯхуеувалIэкъым жьы хъуауэ,

    ЩIалэщIэ цIыкIухэм и псэр хуолIэ.

     

    И къуэрылъху ныбжьым ит сабийхэм

    IупщIэ къыхуащIыр махуэ къэс.

    Iумпэм къэзыщIхэр егъэбийхэр:

    «Опять я вас фызазмыпс!»

  4. АбытIэ Владимир  05 января 2014, 23:15 0

     

     

     

                     БЛЭ ШЫРХЭР

     

    Аргуэру блэ шыр къыскIэщIопщхьэ,

    Фыгъуэным и нэр къыщихуауэ,

    Ухуейми къехуэкI тIощIрэ щIопщкIэ,

    Уи пщэкIэ кIуэнущ нэхъу хъужауэ.

     

    ДыкIэрыщIауэ тхьэхэр тхуеIуэ,

    Адыгэу щыIэр езырауэ.

    Жэгъуэгъу и псалъэм довэ, доIэ,

    Дыуэ нэпцIкуэдкIэ мэкIэнтIрауэ.

     

    Зэчий уимыIэр уафэм къехкъым,

    Къехари уафэм къурIэн закъуэщ.

    Уи блэ шэрэзкIи мэш къыпхуэхкъым,

    ИтIани псэкIэ уоныкъуакъуэ.

     

    Къизышар, жеIэ, бегъымбару,

    ФэрыкIуэу зокIуэ зегъэпIий,

    Щхъухь псалъэ уэухэр и азбару,

    Дарещхьэ щэхуу лъэпкъыр бийм.

     

    Сэ сщIакъым блэри адыгэбзэм

    Еэ ищIэн щхьэкIэ хуэшэрыуэу,

    ЗэщIригъащтэу и блэ тхьэбзэм,

    ШэрэзкIэ и адэм хуэдэу зауэу.

     

    Ар мэпщ Iущащэу Сочэ лъахэм,

    Олимпиадэр фIэкъабылу,

    Къыщофэ ди цIыху хэкIуэдахэм

    Я фэеплъ сахуэр и тхьэмбылу.

     

     

    Хасэми уэрэд къыщрешыр,

    Блэ шыр яфIоIэ нэхъыжь жьантIэм.

    Еутэ  адыгэм и мэшыр,

    И сэбэп хэлъмэ, зегъэкIантIэ.

     

    Хасэ тхьэмадэм шхуэмылакIэу

    Зрегъэлъагъур – цIуугъэну,

    И щыб къигъазэм къытщIонакIэ,

    Езыр зэрысми хьэ кIэн- кIэну.

     

    Сыт етщIэфынурури  дэ апхуэдэм:

    Илъэс щитI мэхъ дехъуэж, дещэ.

    Дэ къытхуихьыху унагъуэкIуэдыр

    И гъуэмбым щолыд самэу дыщэр.

     

    Анэшхуэ иIам фIэтар блащхьэт.

    И адэр благъуэт, нэхъыкIэжт,

    КъытфIицIэпIу ди пщыхьэщхьэр,

    Адыгэм пщэдджыжь димыIэж.

     

    Блэ шыр и гуп къыткIэщIадзащи,

    КхъыIэ, адыгэхэ, фысакъ!

    Шэрэз джатэжьхэр кърадзащи,

    Фхъумэж сыт щыгъуи фи тэмакъ!

  5. АбытIэ Владимир  16 декабря 2013, 16:04 0

        ДУНЕЙ КЪУТЭЖЫГЪУЭР

     

     

    ДрагъэукIыр хъыбар нэпцIым,

    Къэсауэ жари ди ухыгъэр.

    Ялъагъу зыгуэрхэм хэлъу лъыпсым

    Дэ дызгъэхуабэу мо ди дыгъэр.

     

    Вагъуэхэр гъурцхэм хэкIуэдэну,

    Фадафэм мазэр ящэжыну.

    Зэпаш цIыхуфэри фэдэну…

    АтIэ, хэт мыгъуэ къытщыжыну?

     

    ЯгъэпIий майем я махуэбжыр –

    Зы бжыкI, зы шабзэ имыуасэр.

    Фыз нэфым тхуегъэдалъэ гъубжэр,

    Глобэ нэгъуэщIуи дегъасэ:

     

    Къелынущ дуней Iыхьэ пщIанэр –

    И нэфI ди Тхьэшхуэм зыщыхуар.

    Адрейхэр къэнэнущ къум пцIанэу,

    ЦIыху  мащIэ дыдэщ и Iуэхуар!..

     

    НэгъуэщIущ а псом сызэреплъыр,

    Адрейхэр псори сэркIэ псысэщ.

    Адыгэ Iуэхур къызэщIоплъэ.

    КъытщIэплъ-къытщIэджэхэм я мысэу.

     

    Яулъэпса лъэпкъым лIы цIыкIу сымэ

    «Геноцид» псалъэр пагъэкIуэт.

    ПцIы тхузэрахъэм щоур псымэ,

    ЯфIэфIщ къытхуахьми дэ лъэпкъкIуэд.

     

    ХущIокъу адыгэр бзэхыпэну,

    И къупщхьи-лъапщхьи къэмынэжу,

    Къылъамыгъэсу бгыжьхэр бэну,

    Ягъэдыдыну вагъуэижу.

     

    Ауэ Алыхьыр къоплъэ жыжьэу,

    Елъагъу зэрахьэ хьэмшомыгъэр.

    Епсыхь аргуэру лъэпкъыр хъыжьэу, –

    Игъуэтыжыпхъэщ хей дамыгъэр.

     

    ЩIышхуэр кIэрахъуэу зэфIэтыхукIэ

    Аращ адыгэр щIэуахътыншэр.

    Зыкъеужьыжыр Тхьэ амыркIэ –

    Ирикъунщ и цIэм щIаха фIыншэр!

     

    ВжызоIэ, си щхьэ сыхуитыжмэ,

    Псэхэр зыхъумэр зыхэплъэнур:

    Адыгэр и щIыгу темытыжмэщ,

    Мы дуней хьэхур щыкъутэнур!

  6. АбытIэ Владимир  03 сентября 2013, 15:34 0
    Сосрыкъуэ и гъатхэ

    ЩIымахуэ жэщыр къэсат щыIэу,
    Унэ щхьэгъубжэм ябгэу къеIэу,
    Борэныр пщIантIэм щыудэфат.
    Ди нанэ, нарт хъыбар къызжиIэу,
    СощIэжыр, жэщри хэкIуэтат.

    IукIэ джэт благъуэу борэныжьыр,
    Си гум хыхьати хъыбарыжьыр
    Жей IэфIхэр зыуи къыслъыхъужкъым:
    БлэкIа зэманым согупсыс, –
    СыщIэсу пэшым къысщыхъужкъым.

    АтIэ, си джатэр къиспхъуэтауэ,
    Шуей бэлыхьу сылъэтауэ,
    Сыздэжэм шабзэхэр соутIыпщ,
    Жан шэрхъыр Iуащхьэм дызохуейр –
    Нарт Сосрыкъуэ зызогъэщхь.

    Сосрыкъуэ къырхэр и тепIэну,
    Дунейр хуарзэхукIэ щыбампIэну,
    Чынтыжьхэм псэууэ щIым щIатIауэ
    Нанэжь хъыбару къызжиIэхукIэ,
    СедэIурт хуабжьу сыпщIэнтIауэ.

    Ауэ, мис, гъатхэр щIэрэщIэжу,
    Къэсарэ щIы жейм зыкъищIэжу,
    Тафэшхуэр къыщыущхъуэнтIкIэ.
    ЩIы щIагъым, жаIэт, къыщыпсалъэу
    А зигу зэлъари лIыхъужь макъкIэ:

    «Хуиту сэ махуибгъу къудей,
    Сыкъытехьэжтэмэ дунейм,

    Къырыжьхэр имылътэмэ си щIыб,
    Зэтемыс псори зэтес сщIынт,
    Естынт цIыхубэм сэ насып!»

    Гъатхэм и бзийхэр щыгуфIэгъуэм,
    А зи гугъу сщIыжу сабиигъуэм,
    Таурыхъыу щыIэр къефэгъуэкIыу,
    И хъыбар Ленин зэхэсхащ,
    Абы и гъуэгури къыхэсхат…

    «Щыгъэтыт, нану, умыгъуащэ!»
    Абдеж зы макъ сэ зэхэсхащ.
    Си гъуэрыгъуапщкIуэми и гъуащхьэм
    Дадэжь къытету къэслъэгъуащ,
    СыхигъэдаIуэу къыздигъуам.

    «Уи гъащIэр зэпхар Сосрыкъуэщ,
    Уэ адыгэкъуэу укъалъхуащ.
    Уегъэщхьэрыуэ зинэм и къуэм –
    Уи хэкуи лъапси птезыхам,
    Уи лъэпкъым дежкIэ псэхэх хъуам»

    ЖиIащ дадэжьым, хэщэтыкIри,
    Хы адырыщIым теплъызащ:
    « Ди адыгэщIыр зэгуащIыкIри,
    И хъерхэр хамэм иратащ,
    ЧэрэчкIэ лъэпкъыр хапхъэжащ.

    Уи Сталин дыди, Хрущев паги,
    Горбач и къуэжьу уи плIэIу махи,
    Ельцини - бжьельцини ирехъу.,
    Тету къытехьэм дагъэщIэщхъу,
    Урыс лъэпкъышхуэри мэунэхъу.

    ЯкIэрыкI ахэм – узгъэтхъэну
    Нэрыбгэ закъуи къахэмыкIт,
    ДаIыгът а псоми лъэпкъхэр гъэру,

    ФэкIэ дащIами тщыгуфIыкI.
    Лъэужьу яIэр сту гущыкIт!

    Къащохъу абыхэм мо дыгъэшхуэр
    Езым я щIыхькIэ уэру къепс,
    Нэхъ цIыкIу, нэхъ махэм нытогушхуэр.
    Мазэр лъэмыкIыу кърагъэпс –
    Яшхыр, яIункI я мыпщIэнтIэпс».

    ГугъапIэу щыIэр Сосрыкъуэщ,
    Абы и гъатхэ къэблэгъарщ.
    ЩIы щIагъым щIэлъым сигу хуэныкъуэщ,
    Нартыжьхэр зекIуэм щыгуващ,–
    А къэтхэрщ си псэр щIэгуфIар.

    Къагъэзэжынущ кIэсу къахьу
    Адыгэ гъатхэ мыухыж,
    Сосрыкъуэ аргуэру къытхыхьэу,
    Флъагъунщ махуэщIэ – мыужыжьэж, –
    Ди лъэпкъым зэ иреIуэтэж!

    1954 гъэ.
  7. Абыт1э Владимир  06 сентября 2013, 14:42 0
    Иванищрэ Марянищрэ

    Тхыдэр хыдогъатхъэ пхэнжу:
    Зэхыдолъхьэ, зэхыдох.
    Иванищыр дэ ди фIэщу,
    Урыс лъапсэми идопх.

    Лей ядохыр хъыджэбзищми –
    Темрыкъуищым япхъу дощIыж.
    Дэ дыджэгуми, дэ ди фIэщми
    Пащтыхь фызхэу къыщIедзыж.

    Шыпсэм дэ дыщыщхьэрыуэу,
    ПцIыи пэжи зэхыдотхъуэ,
    Зэман тхъуахэм тхьэр едгъауэу
    ФIалъэ нэпцIкIэ диш догъатхъуэ.

    Ауэ пэжыр – АдыгэщIыр
    Ар щыIэжкъым – яутащ,
    Лъэпкъым ди нэр къытхуращIри.
    Дэ ди пэжыр якъутащ.

    Ди къутахуэу Къэбэрдейм
    Балъкъэр лъэпкъри гуащIэжащ.
    Си Шэрджэсри ихьащ нейм, –
    Къэрэшейм лъэгущIыхь хуащIащ.

    КIахэ лъахэр, си псэм хуэдэ,
    Яухъыдри яушкIумпIыж.
    ДахъулIауэ нэдрэ уэдрэ,
    Дызыхуахур уэ къэщIэж.

    Сыгъупщэжт сыщIэупщIэну:
    Хэт и лъэгу дызыщIагъаплъэр,
    Ди унафэхэр ящIыну,
    Гъуджэ нашэ хэт дизгъаплъэр?

    Сыт хуэфащэ ди щIыналъэр
    Тхууэ, хыуэ зыгуэшам,
    Пащтыхьищу зыр къэзгъалъэу,
    Дэ ди лъапсэр зыухам?

    Иванищрэ Марянищрэ
    А зы тахътэм тезэгъэн?
    Мыр вжызоIэ сэ си фIэщу:
    – Ирикъунщ ар, фызэгъэж!




    .

    .
  8. Яухъыдри ...
    ДахъулIауэ нэдрэ уэдрэ

    Зиусхьэн, сыт псалъэ "ухъыдын"-м къик1ыр?
    Хьэмэрэ "хъул1ын"-м?

    Зиусхьэн
    мыухъыда
    Giabaggy
  9. АбытIэ Владимир  08 июля 2014, 10:07 0

                                               Дызгъэунэхъум яхужытIэу

                                                            хъуэхъур…

     

                Адыгэжь мыгъуэ!  Шыгъурэ пIастэрэ,

                                       Iэнэ хъурей – дызтекIуэдэж.

                                       Си гум къыхоуэ жэгъуэгъу мастэр,

                                       Хьэдрыхэ нэс сегъэкIуэтэж.

     

                                       Хьэдрыхэм къэтхэщ  нартыжьыбэр

                                       Зэрыгъу-зэрышхыуэ зыIыгъар,

                                       Дэ дыкъэзгъанэу лъэпкъыр ибэу

                                       Зи дунейр пасэу зыгуэшар.

     

                                       Хьэушт и бынхэу къащIэнахэрщ

                                       Нобэ дэ пашэ къытхуэхъуар.

                                       Сыхуэмейт ахэр сыубынхэу,

                                       АрщхьэкIэ… дэ дагъэунэхъуащ.

     

                                       Дагъэсэхащ тлъэмыкIыу лъэпкъыр,

                                       Дэ гъуджэ нашэ дизгъэплъам:

                                       ПцIыкIэ яубыду дэ ди пщэпкъыр,

                                       Зи щхъухькIэ дэ дызгъэхъуэхъуам.

                                      

                                       Ирикъей защIыр адыгагъэм,

                                       Иныжьхэр жьэкIэ къытхуаукI.

                                       УакIэлъыплъыпэм я щыпкъагъэм,

                                       Хамэгу-хамащхьэу къытхущIокI.

     

                                       Дэнэ къыздикIыр унэ уардэу

                                       А пашэ нэцIхэр зыщыпсэур,

                                       «Фондыджь-фэндыжьхэр» я уэрэду

                                       Мелуанхэм ахъшэ ягъэпщIэур?

     

                                       Зыми къызиткъыми зы сом фаджи

                                       Адыгэ ныджэм сриплъырми.

                                       Зыми къридзэкъым уи сымаджи,

    Дыхэлъу тхьыми лъэпкъыр лъыми.

     

    Я бын жытIэнщи, щыкIа пэплъхэм

    Машинэ вагъуэм ису дблож.

    Дращэ щэхуу бий пцIэгъуэплъхэм –

    Я хаси щIаси сату хъуэжщ…

     

    Мы усэм и кIэм мырщ вжесIэнур,

    Ди къумалыжьхэу фэзэхъуэкI:

    Къыфхурихунущ бэм фи кIэныр, –

    ФыкъыдэпэгэкIми, дыволъагъэкI!

  10. АбытIэ Владимир  09 июля 2014, 19:03 0

       МУРАТИТI – ЛIЫХЪУЖЬИТI

     

     

                            Шэрджэсым щалъхуащ МуратитI,

                            Къардэн лъэпкъ пагэм къыхэкIауэ.

                            Зыр ВакIуэ-Жылэм и щIыгу итт,

                            Юлдиримщ етIуанэр лIыфI хэкIауэ.

     

                            Гитлер мацIэдзэр ди щIыналъэм

                            Лъыпсыр игъажэу къыщихьам,

                            ВакIуэ- Жылэ щыщу Мурат щIалэм,

                            ЛIыгъэ мылъытэ далъэгъуащ.

     

                            Фашистхэр ихьт абы и шэпхъым,

                            Iэпщэрыбанэр хигущIыхьт.

                            Ди дзэр ирикIуэт лIыхъужь щапхъэм,

                            ДэнкIи щаIэтт абы и щIыхь.

     

                            Совет Союзым и лIыхъужьу

                            Къардэн Муратыр къэкIуэжащ,

                            Адыгагъэшхуэр и лъэужьу,

                            Псэуху и лъэпкъым хуэлэжьащ.

     

                            Мыдрейр щалъхуами ТыркущI,

                            Къардэн Муратщи къикIуэтын?

                            ЩIалэр ди лъэпкъым хуогумэщI:

                            Сыт щыгъуи и Хэку къихьэжын!

     

                            Дэ лъэпкъгъэкIуэдыр къытхуахьащи,

                            Хьэлэлу пIастэ ныпхуишхын?

                            Лъэпкъ бэнэныгъэм ныхыхьащи,

                            И лIыхъужь макъыр ужьыхын?

     

                            «Заумысыжыпхъэщ, – жеIэ щIалэм, –

                            Хэкуншэу дэ дыкъэзгъэнам,

                            ЕувэлIапхъэщ пэж и пIалъэм, –

                            Адыгэм и зэман къэсам…»

     

                            Тхьэм игъэпсэуи украинхэр –

                            Ахэм ди бампIэр зэхащIащ:

                            Мурат и макъым дигъэину,

    Я президентым деж нэсащ.

     

    Дащогугъ тхьэбзэжь генрцидыр

    Я лIыщхьэ псоми ныдащтэну,

    КъытхуащIэр дгъэлъэпIэну хьиду,

    НэгъуэщIхэри я гъуэгу ирикIуэну

     

    ЦIыхугъэ, напэ гуэр уиIэххэм

    Щхьэ зыбущэхурэ, Урысей?

    Ди лъэпкъыр къигъэхьэж и лъахэм,

    УиIэн уфэфIмэ ныбжьэгъу гуей.

     

    ХамэщI фIищами Юлдирим,

    Къардэн Мурат пхуэгъэкIуэдын?

    ДызимыщIасэр мэгурым –

    ЩымыщIэ пэжым и удын.

     

    Къардэн Муратхэу лIыхъужьитI,

    Адыгэм фыщхьэщытщ, вагъуитI.

    Фэ фхуэудэр диIэу дыдзыхэн?

    Дзей зыдывгъэщIи тIуэтэжынщ!

      

     

  11. Абыт1э Владимир  25 ноября 2014, 10:33 0

    Черкес хэку» газетыр илъэс 90 щрикъум

     

     

                «Адыгэ псэукIэу» зэ къикIыкIри

                «Черкес плъыжьыбзэу» ираIащ,

                «Черкес плъыжьыбзэм» и кIыгу пачри

                «Пэжу» зыкъомрэ дэ диIащ.

                ДыкIэлъыгуIэу зэрахъуэкIри,

                «Ленин нур» хъуауэ къэтлъэгъуащ.

                Советхэр щащIми лъэныкъуабэ,

                Газетыр ибэу къэдгъэнакъым,

                «Черкес хэку» дыдэм хуэдгъэкIуэжри,

                И адыгэпэсэр хэдгъэкIакъым.

                Ауэ сэ мэхъур зы си жагъуэ:

                КIуэтэхукIэ мэхъу газетыр фагъуэ.

                Сыхуейт аргуэру сыщытхъуну,

                Ди тетхэм я гур щIагъэгъуну,

                Щхьэхуещэм псынщIэу IэщIахыну,

                И щытхъу зэгуэрми мыгъуну,

    И фащэ дыдэм ихуэжыну,

    «Адыгэ хэкуу»  слъагъужыну!

     

                         * * *

    «Адыгэ макъ», «Адыгэ псалъэ»!

    Псэм едэхащIэу фыпшыналъэщ.

    «Адыгэ хэкурат» ди пщалъэр.

    «Черкесыр» ар хамэ тIуалэщ,

    ЦIэрыIуэу щытми къытхуодалъэ.

    «Адыгэр» цIэуэ зедмыхьэжмэщ,

    Зэманым пщIэншэу зедгъэхьэжмэщ

    Къыщытлъысынур щхьэфIэч щхьэжэр…

  12. Абыт1э Владимир  13 апреля 2015, 17:30 0

                            Фыгъуэнэдхэу щхьэ нэдыжьхэм

     

     

                Ебзым хищIарщ ебз зыупцIыр,

                Ахьмакъ щхьэ нэдырщ ягъэгуоур.

                Хамэм и бзэгукIэ пцIы зыупсыр,

                АтIэ хуэхъун усыгъэм гъуо!

     

                Уситху итхащи егъэвур,

                ЦIыху ин щыIахэм  зарилъыту.

                Фадэ къыдефэхэр къожьуур,

                Ди адыгэбзэри игъэпуду.

     

                Блэ Шырщ апхуэдэ бзэджэнаджэр,

                Ар IукIэ джэуэ къыпкIэщIопщхьэ,

                И псалъэ уэум куэд сымаджэ

                ИщIащи лъэныкъуабэщ я щхьэр.

     

                ХьэулэткIэ еджэу фыз щхьэубатэ

                Дэ дыщыцIыкIум къытхэтащ,

                И тхьэвым хилъхьэр шейтIан пщатэт,

                Блэ шыр ипIахэрщ иIэтар.

     

                Дунейм тетыжкъым а фыз удыр,

                Ауэ и бзэгум дигъэпсэукъым,

                Къигъэнам утыку ираудыр,

                Дахагъэм, пэжым зы щIэзэукъым.

     

                Ущаубыным деж Iу щабэщ,

                Пэжыр хигуэфу пцIы яупс.

                Усэ зэрахъэхэри бэдж сабэщ,

                Зыщ пэжу яIэр – къащIож лъыпс.

     

                А фыгъуэнэдхэу щхьэ нэдыжьхэр

                Интернет хейм тезэрыгуащ,

                Сэр щхьэIэ япхъми зэгуэп-губжьхэр,

                Къизмыдзэ я къалэм Iугуар.

     

                Ихуащ гъуэтыгъуи зыщотхъужыр,

                Уситхум тхъупс кърагъэжэх.

                Езым я лъабжьэр щIаудыжыр,

                Уи пэжым щагъэр хурашэх.

     

                Уситхум хуащIыр хьэгъуэлIыгъуэ,

                КъыздикIар куэдым ямыцIыхуу.

    Егъэгуо делэр щэхуу дыгъуэм,

    Мэпсэу бзэджагъэм гу щимыхуэу.

     

    НэхъыфIт щигъэIумэ и зы усэм

    И анэм нэмыплъ иритар,

    Ар лей къышыхъуу, мыгупсысэу

    Щхьэ жьыгъэ унэм иритат?

     

     

                Сыт хуэдэ усэ е роман,

                Ахэм ятхауэ фигу къинар?

                Утэмакъ кIыхьщ, ди зэман,

                Хышхуэу ялъагъури псы инар.

  13. АбытIэ Владимир  31 октября 2015, 09:19 0

             Нартыгу Щауэ и псалъэ

     

                            ЩыхокIуадэ Щамыжь жыжьэм

                            Уи сабийхэр нартыжь Хэку,

                            Хьэку гъэплъауэ зызгъэхъыжьэм

                            Зэхевыхьыр хамэ уэгу.

     

                            Лейр солъагъур Iэджи щIауэ,

                            Сэ щIы щIагъым сыщозэш,

                            КъысфIащами Нартыгу щауэ,

                            Къысщхьэпэжыр къэрэкъэшщ.

     

                            Си шыпхъу цIыкIуу Джудэ нэхур

                            Кхъаблэ хьэхукIэ  къысхуахьащ,

                            Си хьэдрыхэм щызущэхур

                            А тхьэмыщкIэм дэзгуэшащ.

     

                            ФэкIэ защIми гъэ Iэслъэсхэм

                            Дэ, адыгэр, дагъэбий,

                            Къыдэшыбгъэу кIуа илъэсхэр

                            Ныбжьэгъу щIасэу ягъэпIий.

     

                            Зэфэзэщу пцIы зэрыхъэу

                            Бийр хьэ бын зэкIэрышхащ.

                            Адэжь хэкум сыт щагъахъэр?

                            КуцIу диIэри яшхащ.

     

                            Хамэ хэкухэм яхужахэм

                            КIэлъыкIуауэ щозалым,

                            Лыгъэ мафIэм лей зимыIэр

                            Iэщхьэ пцIанэр щаудын.

     

                            Удынышхуэ Тхьэм къывитхэ

                            Лъэпкъыр ибэ дызыщIам!

                            Пэж жытIэнуи дыхуиткъым, –

                            Адыгагъэр зэIащIащ…

     

                            Е мызауэу, е мыбанэу

                            Псэуфакъым тепщэжь джейр,

                            Дэ дагъапщIэ хъурджэ  банэм

                            А хьеуанхэр ирокъей.

     

                            Сыт илажьэт Джудэ цIыкIум,

                            Щамым гуауэу щаукIам?

                            ЛIыукI Iэщэр хъуащ ерыкIуэ, –,

                            Гуэныхь къахьым щигъэкIащ..

     

                            Алыхь дыщэ! Си лъэпкъ мащIэр

                            ЗыфIэкуэдым къыжьэдэх,

                            Дыкъэхъумэ, къыдэт гуащIэ,

                            Ди гукъеуэр тхузэхэх!

    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.