Къалэм дэгъуэщыхьа

Повесть

- Дэнэ уздэк1уэр?
- Сщ1эркъым.
- Сыт-т1э, упсэурэ хуэмурэ?
- Уеша?
- Ари Аращ зыщ1эр. Сыт уэ укъызэупщ1к1э бжес1эфынур?
Зытэлайк1э щыму к1уахэщ. Ит1анэ:
- Дэнэ сыздэк1уэр?
- Умыщ1эу жып1ащ.
- Сопсэу хуэмурэ. Ара?
- Ара хъунщ.
- Сешауэ п1эрэ-т1э?
- А фэр птетщ. Мо жыг жьауэм и деж дыщет1ысэхынщ, ухуеймэ. Уэрэ сэрэ зыгуэр «зэныбжьэгъуу» дыщытащ. Пщ1эжрэ?
- Сощ1эж. Абы щыгъуэ нэхъыф1т?
- Сщ1эркъым. Мо жыгыр ара жыхуэп1эр? Нак1уэ-т1э.
Ет1ысэхахэщ.
- Зэныбжьэгъуу зэгуэр щытахэм, зэхуэза нэужь, зэжра1э хабзэр сыт?
- Ар уэри сэри тщ1эркъым. Къыдрихьейр хуит къэтщ1ынщ, уарэзы?ц1ыхубзым жэуап итакъым. Зыгуэрым къызэригъэгузавэр къапщ1эу, дэпхъуейри и щхьэм щ1эт1ахъуэу щ1идзащ. 1элъэщ1 ф1ей т1эк1ури лъэныкъуэк1э ирихуэк1ауэ, тхъугъэ зыхидза щхьэц пц1ам и зы щ1ып1э закъуэм ф1эк1 щыхэмы1эбами, мыдрей щхьэц псори дэуфафэу щ1от1ахъуэ. Ит1анэ хуэмурэ и 1эр кърехьэхыжри зэк1эрыпщ1эу щ1эзыдза и 1эпэхэр и бгъафэм щихуэурэ елъэщ1ыж.
- Уэ тутын уефэрэ иджы?
- Софэ. Наршу ц1ыхубзхэр тутынми хозагъэ. Уэр-щэ? Уэ уи щхьэцыр ик1ыу щ1идзащ.
Т1эк1урэ щыму щысахэщ. Ит1анэ:
- Сэ жэщк1э сымыжеижу зы зэман сыщытащ.
- Сощ1э. Ф1ы дыдэу сощ1э. зык1и сыбдэ1эпыкъуфынукъым.
- Уэр щхьэк1э уи гугъэу ара сыщ1эмыжеяр? Уэхьэ-хьэ-хь…1ухьу, 1ухьу…
Ц1ыхубзым куэду къыщ1игъалъэу дыхьэшхын ирегъажьэ, ауэ, и къару иримыкъуу, хъыданэжь зэф1атхъ ф1эк1 умыщ1эну, псчэк1э еухыж. Сытми, ерагъыу зызэтреубыдэжри, жре1э:
- Уэра уи гугъэ сыщ1эмыжеяр? Си дзэр къызэузырти аращ.
- Уи щхьэцым тхъугъэ хидзащ, ауэ иджыри ущ1алэщ, удахэщ.
- Ар сыту дахэу жып1а! Мо псы 1уфэм къыщызыжыхь щ1алэгъуалэм языхэз къеджи еупщ1, узэрыщыуэр занщ1эу къыбжи1энщ. Абы жи1энури? «Уи пащхьэм исыр зи щхьэцыр тхъуа, зи нэк1ур ф1ыуэ зэлъа фызыжьщ. Ар зэпэмычу тутын ефэурэ и 1упэр дыдж хъуащ, и нит1ым япэм щ1эту щыта маф1эр бамп1эм, шынэм, гупсысэм, 1ыхьэ-1ыхьэу зэхуаугуэшыжри, я1эщ1эк1уэдэжащ».
- Ущоуэ. Апхуэдэ лъэпкъ жи1энукъым. Жи1эми, хуэздэнукъым. Апхуэдэ дыдэу щыту сощ1ри, а псор сэ слъагъуркъым. Абы жи1энур мис мыращ: «Уи пащхьэм исыр пщащэ зэк1ужщ. Уэр дыдэм плъагъуркъым абы дахагъэу бгъэдэлъыр. Апхуэдэ ц1ыхубзым зы ц1ыхум ирикъун насып иритыфынущ. Ит1анэ, езым насыпыф1э ищ1ыфа гуэр илъагъумэ, езым и насыпри абы къыдэк1уэнущ. Еплъ абы и 1упэ…»
- Сыту пц1ы дахэ быупсрэ!
Ц1ыхубзым дыхьэшхыну мурад ищ1ри и 1упэр зэк1эщ1ишащ, ауэ, дыхьэшх къару абы щыхущ1эмыгъэувэм, псори игъэпщк1уащ.
- Сыту ф1ыуэ пц1ы бупсрэ, - жи1ащ абы аргуэру. – Кхъы1э, иджыри зыгуэрхэр къызже1э. Е, хъунщ, ар. Ари ирикъунщ. Узыхуейр къызже1и зы1уегъэх иджы. Мо укъызыхэк1а гупым баз уазэрыпихьар къызже1и, ар пхуэсщ1энщи сежьэжынщ.
- Зыми сыпихьа…
- Лъэныкъуэк1э уемыплъэк1ыу къызже1эфыт-т1э ар.
- Ей, уи жьэр зэтеп1э зэ. Мы къалэм дэк1, Алыхь уи1эмэ! Дэк1! Ахъшэ…Дапщэ узыхуейр? Жы1э. Дэк1! – л1ым и макъым зримыгъэ1эту 1ущащэурэ а псалъэхэр топу къызэжьэдэлъэлъырт. – Ат1э убгынэну мы къалэр? Сэ унагъуэ сыхъуажащ, бын си1эщ, ныбжьэгъу си куэдщ. «Мес абы дела хъуа и хъыджэбзыр», - жа1эурэ сэ делэ сащ1ыным сынэсащ.
- Арат уэ узыхуейр…Уи п1эм ситамэ, арат сэри сызыхуеинур. – Тутын 1угъуэр зыщымысхьыжу иришэхри, ц1ыхубзым и нэр зэтрип1ащ. – Алыхь, махуэпс уезмыгъэфэнт, - пищащ абы, псалъэхэр хуит къищ1ыжа 1угъуэм хигъэзэрыхьурэ.
Тэлайк1э щыму щысащ. Ит1анэ:
- Алыхь, сэ уи п1эм ситауэ щытамэ, псэууэ мы къалэм удэзмыгъэсынт. Шофер чэф гъуэтыгъуейкъым…
- Хъунщ иджы. Аракъым сэ абы къисхар. «Залинэ делэ хъуащ» жа1эк1э си ф1эщ хъуртэкъым. Еуэ, аргуэру сыгъэкъуаншэ, къызэбг, сыуб, си напэм къыщ1эубжьытхэ. Зы зэман си хъыджэбзыр лейзехьэм щысхъумэфакъым. Ат1э сыт абы щхьэк1э? Нейзэман ар къызэрыхъурэ, сл1о, си гъащ1э псор абы щхьэк1э сыпыхьэу сыбгъэхьыну ара узыхуейр? Бжызо1э иджыри, е мы къалэр бгынэ, е лэжьап1э уви тэмэму псэу. Щхьэмажьэ къэщэху, лъэпэд зылъыт1агъэ. Делэм хуэдэу къэбджэдыхьу удэмыт. Ауэ нэгъуэщ1 къалэ у1эпхъуамэ нэхъыф1т.
Ц1ыхубзым и нэр хуэмурэ къызэтрихащ, 1эбэщ, л1ым и пщэр 1ит1ымк1и быдэу иубыдри зришэл1ащ.
- Пэжыр бжес1эн, си щ1алэ ц1ык1у? Ухуей? Ауэрэ зы1уумышиик1, дыхумэ къыск1эрихыркъым, ар сэри сощ1эр. Модэ еплъыт мо уи гъусэхэр зэрытхъэжым. Птулък1э къэзыщып делэм я ныбжьэгъум и щхьэр ф1иубыдык1ауэ зрекъузыл1э. тхъэгъуэкъэ-т1э ар? Пэжщ, мы гуэл 1уфэм зыщызыгъэпсэхухэм т1эк1у сакъыщыхуэфэ щы1эщ. Моуэ си к1э къуащ1эр соубыдри хуэму зызгъэк1эрахъуэурэ со1эт. Ар ц1ыхухъухэм яф1эф1щ, я нэпс къек1уэху согъэдыхьэшхыф. Сэри, апхуэдизу насыпыф1эу дыхьэшххэр щыслъагъук1э, си гур хохъуэ, сэри садодыхьэшх. Сакъызэрыхуэфэм щхьэк1э птулък1эхэр къызагъэщып; ныкъуэшх гуэрхэри къыщызат щы1эщ. Сыкъафэрэ-т1э? Мес, уи ныбжьэгъу уи къуэш пэлъытэми нащхьэ къысхуещ1.
- Сут1ыпщ, су-т1ыпщщ-щ-щ, - гуащ1эу къэ1ущэщащ л1ыр. – Укъэфэнукъым! Арат иджы къытхуэтыжыр! Абы щыгъуэ къэзгъэзэжат. Уэлэхьи, къэзгъэзэжатэм. Уэри уощ1эж ар. Си закъуэ сапэлъэщынутэкъым, ахэр щы хъурт. Дэ1эпыкъуэгъу къэслъыхъуэну сежьат.
- А псалъэхэм уи гур ф1ы ящ1мэ, жы1э, т1асэ. Жы1э. Ауэ а зи гугъу пщ1ыхэм ещанэр уи ныбжьэгъурт.
- Абы щыгъуэ сщ1акъым сэ ар.
- Иужьк1э къэпщ1ащ. Ауэ сыт къэхъуар абы щхьэ? Хъунщ, а псор къыумыгъэбэтэж. Бжэгъу къэпщтауэ «псынэр» къыумыгъэутхъуэ. Уэ сэ зык1э ф1ыуэ узолъагъури! Пщ1ащэрэт! Уи лэжьап1эм и гъунэгъуу щы1э пивэ ефап1эм птулък1э щыпэ сыныщык1уэк1э узэзмыгъэлъагъуу сыкъы1ук1ыжыркъым. Псоми яжызо1э: «Мор си щ1алэу щытащ, 1эджэрэ зэпщ1эхэдзауэ къэтк1ухьу щытащ». Ауэ абы щхьэк1э умыгузавэ. Уи зэран къыхэк1ынукъым абы. Делэм жимы1э щы1э! Сыкъафэрэ-т1э?
- Сыт къафэ? Ей… Дауэ ар зэрыбжес1энур? Абы щыгъуэ куэд згъэващ. Дапщэрэ уи щхьэгъубжэ лъабжьэм нэху щызгъэща…
- Гитарэ сеуэмэ, макъ к1эзызк1э лъагъуныгъэм сыхуэусэу, - пищащ ц1ыхубзым л1ым и псалъэм, абы и макъым зэрылъэлък1к1э зригъэщхьурэ. – Сощ1эр щхьэгъубжэм узэрык1эщ1этар. Сощ1э, ауэ пц1ыуэ собж. Къэхъуа дыдэр аракъым мыхьэнэ зи1эр. Абы ф1эпщыр, абы узэреплъыр аращ. Зыц1ык1у абы щыгъуэ къэмыхъуами пщ1эркъыми. Уи ныбжьэгъум игу къысщ1эгъуу сыкъуит1ыпщыжами пщ1эркъыми.
- Залинэ, арии ефат…
- Зэт, зэт, бэяут. Сощ1э жып1энур: «Уи бостейр щхьэ зыф1этхъат?» Ара? Сэ зэф1эстхъыжат, пщ1эм сеплъыну. Лъыри си пэм сит1ыхьурэ къизгъэк1ри си лъакъуит1ым щысхуат. Чырбыш ныкъуэ къэзгъуэтри си напэм щысхъуэурэ фэр теслъэфат. Си пщэри 1эбжьанэк1э сфыщ1ыжат. К1эщ1у жыс1энщи, зыри къэхъуакъым, тыншу уи щхьэгъусэ гъум ц1ык1ум убгъурылъу жей, укъыхэмыщтык1ыу.
- Залинэ, сытк1э сыпшыныжыну ар?
- Зык1и. Уэ щ1ыхуэ птелъкъым.
- Хьэуэ, зэ сыгъэпсалъэ. Уэ узэригугъэм хуэдэу псори тыншкъым.
- Сэ зыри си гугъэркъым. Сожей, сошхэ, къызок1ухь. Хъунщ ар си дежк1э. «Къалэм дэк1» жыбо1э. Дэнэ сык1уэн? Хэт сэ къыспэплъэу щысыр?
Ц1ыхубзыр къызэф1эувэжри тутыным гъуэжь ищ1а и 1эпэхэр л1ым и щхьэцым хигъэлъэдащ.
- Уэращ, къысхуэгъэгъу, уэращ сэ ф1ыуэ си гъащ1эм и к1уэц1ым слъэгъуар, - жи1ащ л1ым. – Уи ф1эщ хъуркъэ? А си унэм щ1эсыр… Ар сыт, ар ауэ сытми…Япэм слъагъу мыхъуу щытащ. Иджы, сесэжаи – сыти… Сабийхэри… Сытми, гугъущ а псори. Уэлэхьи, гугъум.
Л1ым зидзри ц1ыхубзым 1эпл1э хуищ1ащ.
- К1уэж гупым я деж. Мес, уи ныбжьэгъум 1э къыпхуещ1. 1эгу къысхуеуи яхэтщ.
- Зыри къызжеп1энукъэ, Залинэ?
- Учэфщ. Фадэ п1умыхуауэ щытамэ, укъызбгъэдыхьэнутэкъым. Сэ 1уэху си1эщ, к1уэ.
Ц1ыхубзыр щ1ыбк1э ик1уэтри л1ым и 1ит1ым къы1эщ1эк1ыжащ.
- Флъэгъуа спектакль! Уэрей, артист нэсым мы Филя. – Коля гупым къыхыхьэжа ныбжьэгъум зы бжьэ хуишиящ. – Мэ, ефэ. Сл1ожь, къыпхуэмык1уауэ ара? Ягъэ к1ынкъым. Уэ дыбгъэлъэгъуар нэхъ гъэщ1эгъуэныжщ.
Феликс нэщхъейт. Абы гу лъызыта Коля ныбжьэгъум фадэк1э нэхъ хуэсакъащ, ауэ Феликс, нэхъ чэф игъуэта мыхъумэ, нэжэгужэ абы къищ1ыжакъым.
Дыгъэ къухьэгъуэ хъуауэ махуэ псом зыгъэхъа гупым машинит1ым зрагъэзэгъэжа нэужь, псы 1уфэм 1ут мэз ц1ырхъ ц1ык1ум 1элъэщ1 ф1ей т1эк1у зытелъ ц1ыхубзыр къыхэк1ри гупыр здэщысам деж къы1ухьащ. Лей ефэу хьэлъэ хъуа Феликс машинэм иралъхьэжак1эт. Ахэр щежьэж дыдэм, и щхьэр ерагъыу къи1этри газет пытхъахуэхэм хэпэщэщыхьу щыт фызым и нэр триубыдащ.
Дыхумэ къызык1эрих жэщ гуэр нэгум хъарпшэру къыщ1ыхьэжырт. 1энэ, дыхьэшх макъ, магнитофон гъургъсыргъ. Ит1анэ – жэщ щ1ы1эты1э, жыг гуэрэн, бостей хужь к1эщ1 зыщыгъ пщащэ.
Адэк1э – к1ыф1ым къыхэувык1а гъущ1 нэк1ухэр. Лъэнк1ап1эр зыгъэк1эзыз, гупсысэм и псэр хэзых шынэ, шынэ, шынэ.
Л1ым и нит1ыр и къару къызэрихьк1э быдэу зэтреп1эри и щхьэр щ1еупск1э. абы иджы лъымэ къыщ1ехьэ. Сыту ещхьт Залинэ башк1э иук1а бзум! Пщ1энт1эпсымэ. Къигъэтэджыжа хъыджэбз ц1ык1ум и нит1ым щ1эплъэфыркъым. И 1ит1ыр къигъуэту зрикъузыл1энущи, щхьэгъубжэ абджым зэрык1уэц1рыплъым хуэдэу къеплъ нит1ыр зэран мэхъу…
Л1ым и нит1ыр къызэтрехри зоплъэк1. Адэ жыжьэу газет пытхъахуэхэм бостей хужь ц1ык1ур хопэщэщыхь. Феликс машинэм ик1ыну йо1э, арщхьэк1э и гъусэхэр пэроуэ. Мисс мыхэращ а жэщым къилъхуа гъущ1 нэк1ухэр. Феликс абыхэм ефыщ1ауэу щ1едзэ. Чэфым псори ф1ызэхэзэрыхьыжат.
Алъандэм къемыплъэк1ыххэу шоферым бгъурыса Коля арыххэу зыкъегъазэри хуищ1эу абы и напэм хоуэ.
- Сл1о, хъыданыпсэ, ауэрэ зыщ1эпщ1ыр, сабырыж!
Губжьащ, Коля и нэ ф1ыц1ит1ым хъуаск1э гъуэжьыфэхэр къыщ1ех, и пэ гъуанит1ымк1э хьэуар к1эщ1 – к1эщ1урэ ек1ыщтэ, бауэк1эщ1 хъуауэ. Феликс мэсабырыж.
Ар иджы нэщхъейуэ щыст, и нит1ыр зэтеп1ауэ.

II

Наршу къуажэр псы 1уфэм 1усщ. Псыр уи гъунэгъумэ, уи 1эщыр псы хуэл1энукъым, жыг хадэми, хуей хъумэ, ар игъуэтынущ. К1эщ1у жып1эмэ, тыншщ. Наршу къуажэр, япэми хуэдэу, 1угъуэ мащ1эм хэтщ, и уэрам нэшэкъашэхэм шыдыгу зэщ1эщ1ахэм куэд дыдэрэ уащрохьэл1э. Наршухэм иджы зэрагъэпэщыжа машинэхэр абыхэм япэлъэщакъым. «Гъащ1эщ1эм и бийуэ» зы зэман щыта шыдыр псэ быдэу къыщ1эк1ащ. Щхьэзакъуэрылажьэм и гъуэгу мыгъуэм къуажэдэсыр тришэрт а псэущхьэ бэшэчым. Къытрахырт, зэхуахусырт, ауэ яхуэгъэк1уэдакъым. Наршудэсхэм унафэщ1хэм я псалъэ пэжхэр зэхамых хуэдэт, зимы1эми, ерыщ ек1уауэ, шыдыгу зэригъэпэщырт. Тыншу къыщ1эк1ынт шыдыгум уису гъащ1эм удек1уэк1ыну. П1ащ1эртэкъым, угупсысэну зэман къыуитырт.
Япэхэм хуэдэу, наршу къуажэр 1эхуитлъэхуиту, теут1ыпщхьауэ щысыжтэкъым. Къапхъэным къиубыда ужьэ ц1ык1ум хуэдэу, къуажэм зызэхуешэ. Наршу унагъуэхэм ф1ыуэ ялъагъу хъуащ сэрей лъагэхэр, гъущ1 куэбжэ быдэхэр. Хэт ищ1эн, апхуэдизу зыбгъэбыдэмэ, гъащ1эм щек1уэк1 мыхъумыщ1агъэ куэдм нэхъ зыщыпхъумэфыну къаф1эщ1укъыщ1эк1ынт. Пасэм щыгъуэ, би1р къыздик1ыну лъэныкъуэр, къуажэм къыщыдэуэну сыхьэтыр ямыщ1эу псэу пэтми, апхуэдэу загъэбыдэртэкъым. Зы анэм къилъхуа зэкъуэшхэми я адэм къыщ1эна щ1ы к1апэр зэпача нэужь, я щ1ыб зэхуагъазэри бжыхь лъагэ я зэхуаку дагъэувэ. Арауэ къыщ1эк1ынщ зэманыщ1эм нэхъ езэгъри.
К1арцыкъуэ къуажэри адрей наршу къуажэхэм зык1и къащхьэщык1ыркъым. Мащ1э дыдэ хъуа къуажэр 1эхъушэр зыугъуей 1эхъуэм и макъым къыдэушырт, щ1махуэмэ, хьэкум маф1э иращ1эрт, къалэ гъунэгъум къик1а автобус к1эщ1 ц1ык1ум хэти пежьэрт. Ауэрэ хадэм илэжьыхьми, дунейм ехыжа къуажэгъум и унагъуэ ихьэми, сытми махуэр ирихьэк1ырти, к1ыф1ыгъэм къигъэбэта хьэ банэ макъым и гъусэу жэщым хэк1уэсэжырт. К1арцыкъуэ дэлъэдап1эм и деж зы фэеплъ мыц1ык1у тетт. Л1ы нэк1у бгъуф1эм къуажэм къыдыхьэ дэтхэнэми, наршухэм зэрахабзэу, фадэ зэрыт пхъэ фалъэшхуэ хуишийрт.
Къалэм къраша 1эщ1агъэл1ым наршу лъэпкъ фащэ зыщыгъ л1ы зыбжанэ ф1ыуэ зэпиплъыхьа нэужь еувал1эри фэеплъыр ищ1ат, къуажэдэсхэри здигъэ1эпыкъуурэ.
Мазэ зыбжани дэк1ауэ, гъащ1эщ1эр щаухуэк1э къуажэдэсхэм щыуагъэ я1эщ1эмык1ын щхьэк1э, здежьа лъэныкъуэр пэжрэ пц1ырэ зригъэлъагъуну къэк1уа унафэщ1ым фэеплъыр игу ирихьакъым. Фэеплъым и хъурыфэ пы1эм щэк1 плъыжь дэбзами (къалэм ерагъыу къыщагъуэтат щэк1 плъыжь т1эк1ур) гумм нэмыс зыгуэрхэри хэлът. Пэж дыдэу, убгъэдэк1уэтапэрэ и нэгу ущ1эплъэмэ, плъагъурт ар гъащ1эщ1эм и бийуэ Бандэкъуэ дыхьэжа «лъыифхэм» я унафэщ1ым хуабжьу зэрещхьыр.
Тращ1ык1а ф1эк1 пщ1энтэкъым. Гъэщ1эгъуэнкъым хьэщ1э лъап1эм и нэщхъыр зэрызэхиук1ар. Жэщым фэеплъым и щхьэр къыпаудауэ нэху къек1ащ. Махуищк1э, блэк1ри къыблэк1ыжри игъащтэу, щхьэншэ 1эпкълъэпкъ уардэр гъуэгубгъум 1утащ. Иужьк1э къалэм къраша 1эпщ1элъапщ1э гуэрым абы щхьэщ1э ф1ищ1ыхьыжащ. Бандэкъуэ дыхьэжа гъэпщыл1ак1уэм фэеплъыр апхуэдизу ещхь зыщ1а хъурыфэ пы1эм и п1эк1э абы упщ1э пы1э къек1у щхьэрит1эгъат. Еплъи гуф1э иджы, къуажэдэс, хьэщ1э, гъугурык1уэ, - бжьахъуэ л1ыжь ахъырзэману фалъэр къыпхуэзышийм.
Илъэс зыбжанэк1э щытащ а фэеплъыр. Щэщ1 гъэхэм аргуэру и «вагъуэ ижыху». Къуажэ унафэщ1хэм ящыщу хуабжьу сакъ гуэрым фэеплъым аргуэру гъащ1эщ1эм къемызэгъ гуэр к1эрилъэгъуащ. Абы кърик1уари? Абы кърик1уар. Сытми, зыгуэр къэк1уам фэеплъыр зэпиплъыхьащ, гупсысащ, нэщхъей къэхъуащ, зытриубыдэнур къызэрищ1ам и щыхьэту, и 1упэр зэтрикъузэри къалэм к1уэжащ. Пщэдджыжьым къуажэдэсхэм зи щхьэр пымытыж фэеплъыр къалъэгъуащ. Куэдым къэхъуар къагуры1уакъым, нэхъыбэжым къагуры1уэнуи хуеиххакъым. Ат1э сыт абы щхьэк1э, и щхьэр жыгым къыпиудамэ, ц1ыхухэм я щхьэр щып… ауэ ар зырик1щ, «мэкъуауэгъуэщ». Арат нэхъыбэр зэрегупсысыр а 1уэхум. Зэрыжа1эмк1э, ар апхуэдэу щ1ащ1ар буржуазнэ национализмэм и гъуэгу мыгъуэм теува тхак1уэ гуэрым зэрещхьыркъэпсыр арат…
А псалъит1ым къик1ыр тэмэму къагурымы1уами, къуажэдэсхэм къэхъуар зэхуа1уатэри зэбгырык1ыжащ. Мэкъуауэгъуэт, л1эун!
Бжьыхьэр к1асэу къэсу пшэхэр ныкъуэщ1у я1эщ1эк1ыну гуартэм хэлъэдэжа мэлхэм ещхь хъуху, фалъэр зыший ц1ыхъухъу фэеплъ щхьэншэр къуажэ дыхьэп1эм деж щытащ. Ит1анэ, щхьэщ1э зыщ1ыфын 1эщ1агъэл1 гуэри щамыгъуэтыжым, лэжьыгъэ куэди зимы1эж къуажэ гъук1эм щхьэ хъурей хьэлэмэт фэеплъым хуищ1ыжащ. Пэжщ, иджы фэеплъыр щхьэпц1эт, тхьэмыщк1эм зэращыщыр кърипщ1эу, зэман дэк1мэ, бий гуэрми ещхь хъуну фэ теттэкъым. Ауэ иджы къуажэдэс 1уэры1уэдзхэм жа1эрт фадэ пехьэжьэн 1уэху лъэпкъи а фэеплъым зэримыхуэжу (и нур ираудащ), ат1э бэзэр факъырэу, фаоъэ нэщ1 и1ыгъыу уэкъулэ ежьауэ. Езы къуажэдэсхэри к1апсэлъэрышэу а л1ыжьым к1элъежьэ хъунут. Ерыскъыр пэрыхьэтыжтэкъым, наршухэм гъащ1эщ1эряухуэрт. Шым кърагъэпсыхак1эт, ауэ гъащ1эщ1эр яухуэрт.
Картэ гуэрми къызэрытемыщар и жагъуи имыщ1у псэурт К1арцыкъуэ къуажэ ц1ык1ур хуэмурэ. Хьэ банэ макъым къыдэушырт, хьэдагъэ к1уэрт, хдэм илэжьыхьырт…. Апхуэдэурэ зэманыр к1уэрт. Къэгубжьрэ мык1уэу къаф1эувы1ами, наршухэр пхуэгузэвэнутэкъым. Зэман щхьэзыф1эф1ыр езыхужьэжыфын уеблэмэ илъэситхурыбжэ зыщ1ыфын унафэщ1 1эджэ я1эт наршухэм иджы…
Лъэсыдзэхэ къуажапщэмк1э щыст. Залинэ и анэшхуэ Мэрем нанэ а махуэм мэлыц курыхым емы1усэ щ1ык1э, зэрихабзэу, нэхъ цы мыхьэнэншэм хэпэщэщыхьу бжэщхьэ1ум тест. Махуэр хуабэт. Зэзэмызэ жыгыщхьэмк1э къелъых жьы мащ1эр нанэ и 1элъэщ1ым къыщ1эхуа щхьэц тхъуам хэпэщэщыхьрт. Нанэ пщэдджыжь щ1ы1эты1эм зэрызыхуигъэпсауэ хуабэу хуэпат. Къызэф1эувэу т1эк1у зипхъэхамэ нэхъыф1у къыщ1эк1ынут, ауэ нанэ и гупсысэхэрабы щыхуэк1уэнур пщыхьэщхьэхуегъэзэк1 хъуа нэужьт. Абы щыгъуэ аргуэру хуабэу зихуэпэжын хуей хъунут. Сытми, нанэр, лъэныкъуэк1э ебгъунлъэк1а щхьэнтэ ц1ык1ури шэнт лъахъшэм и нат1эм к1эримылъхьэжу, гупсысэм хэтт, цы ипщ1ырт. Гупсысэм абы нэхърэ нэхъыф1у езэгъ лэжьыгъи дэнэ къипхынт!
Нанэ и къуит1ырт, абыхэм я бынхэрт, сымаджэмэм – ядэсымаджэу, гуф1эмэ – ядэгуф1эу, щыжейк1и и пщ1ыхьым хэту и1эр.
И къуэмрэ и пхъумрэ я бынхэу Ахьмэдрэ Залинэмрэ я пщэдейм ерыщу егупсыс нанэ зэман-зэманк1эрэ блэк1ам хуеплъэк1ыжыну къиублат.
К1арцыкъуэ къуажэк1эмк1э ех дэтхэни Бекъул дадэм и унэ ц1ык1ум гу лъимытэнк1э 1эмал и1этэкъым. Унэжь ц1ык1ум езым и хъуреягък1э щек1уэк1 гъащ1эм хуэдэгуу фэ тетт. И гъунэгъуу щыт унэхэм гъущ1 пы1э ц1ухэр я нат1эпэм къызэрытрагъэсри нэхъ лъагэ зэрыхъури, я бжэ1упэм ек1уал1э лъэс лъагуэ ц1ык1ухэр асфальту зэрыжри имылъагъуу хуэдэт. Зыгъэ, зы зэман гуэр трак1а сэхур уэшх гъуэжьыфэхэм я гъусэу щ1ым хэк1уэдэжат, щхьэгъубжэ1уп1э щымы1эжхэми иджы жьы къепща нэужь тхьэусыхэу щ1адзэрт. Наршу л1ыжь закъуэт1акъуэм яхъума пы1э къуацэхэм ещхьыфэ и бгъэным удзыжь къызэрытек1ам игъэщхьэжэуи фэ теттэкъым. Дадэр удзым зэщ1ищта пщ1ант1э 1эхуитлъэхуитым дэт жыгхэм ящыщ зым и щ1агъым щ1эст, баш иупсу. Зэгупсысн и пэрыхьэтти, щыгъупщэжу фэ зриплъар къыхихырти абы егупсысырт. Л1ыжьым, ц1ыхумрэ гъащ1эмрэ къызэрехьэк1ыурэ щызэрегъэзэш ныбжьым ит пэтми, жаныфэ тетт. Куэд зыгъэва ц1ыхухэрщ ар зыхухэф1эк1ыр. Щ1опщ куэдрэ къызылъэ1эса, чищэ зи фэ дахыну ирауда хъарыпым и 1эпкъэлъэпкъыр зэхуимышэу, 1эт1элъат1эу удыным пэщ1эувэурэ узыр нэхъ зэригъэмащ1эм ещхьу, апхуэдэ ц1ыхухэм я псэр зэхуамышэу я1ыгъыурэ гъащ1эм и удынхэм нэхъ зыщахъумэф. Ахьмэд набжэр лъэныкъуэк1э иригъэк1уэтэк1ыу пщ1ант1эм щыдыхьэми, дадэм и щхьэр къи1этакъым. Щыму щыст, гупсысэрт.
Ахьмэд л1ыжьым и пащхьэ щет1ысэхащ.
- Укъэк1уа? Сыту ф1ыт… Т1ыс. Нобэ махуэф1щ. – Аращ жи1ар. Ахьмэд абы зыри пидзыжакъым. Есэжат дадэ жэуапым зэрыпэмыплъэм. Дадэм жи1эм здеда1уэм, жыг щ1агъым щ1элъ мывэ хужьышхуэм 1э дилъэрт Ахьмэд. Еджап1эр къиухащ, ауэ гур зелъатэркъым, мурад гуэрхэми ирахужьэркъым. Мы зи пащхьэ ис л1ыжьыр армырауэ п1эрэ ар апхуэдэу зыщ1ар? Ныбжьэгъууи, ущияк1уэуи, егъэджак1уэуи а зым ф1эк1 щимы1эк1э…Ар зигу къэк1ыр Ахьмэдкъым, и анэшхуэр аращ. Ц1ыхум хэмыхьэу щхьэ закъуэу псэу л1ыжьым сабийр зэщхьэщихуа и гугъэу, и гур мэуз нанэм. Цы ипщ1ри илъагъужыркъым, и бгыр ейрэ имейрэ имыщ1эжу ундэрэбжьащ, ауэ арии къыф1э1уэхукъым… и ныбжьым хуумыгъэфэщэну, Ахьмэд губзыгъэщ. Балигъынэщ, дыхьэшхыу зэзэмызэщ щыплъагъунур. Къур1эным пэгъунэгъу хъуа псори апхуэдэу хъууэ п1эрэ-т1э?
Нанэр 1эбэри матэм цы 1эмыщ1э кърихащ.
- Уэ иджы къалэм ук1уэнущ, - къэпсэлъащ аргуэру дадэр. – Зы пщыхьэщхьэ бжес1ахэр уигу игъэлъ. Зыгуэр зэбгъэщ1эну уигу илъыху, упсэунущ. Уи гур къабзэу хъумэ. Ц1ыху тэмэмым имылэжьыпхъэ пщ1эн дэнэ къэна, апхуэдэ гуэрхэр уигу къэбгъэк1ыххэмэ, ар гуэныхьышхуэщ. Сэ Алыхьым сыпхуелъэ1унщ.
- Дадэ, къысхудэк1 хъумэ, Къур1энымк1э тхьэ с1уэ хъуну?
Л1ыжьыр щыму зытэлайк1э щысащ. Ит1анэ, и куэщ1ым илъ пхъэ упсахуэхэр щ1ым иригъэщэщэхыурэ, и щхьэр ищ1ащ:
- Хъунущ, мисс иджы хъунущ. Къур1эныр уоц1ыху. Абы и ц1эк1э тхьэ п1уэк1э гуэныхь къэпхьынукъым. Нак1уэ унэмк1э, нак1уэ.
Пэш зэвым и нэхур мащ1эт. Дадэр пхъэ гъуэлъып1эжьым бгъэдыхьэри п1эщхагъым Къур1эныр къыщ1ихащ. Ныбжь и1э щхьэк1э, ар ф1ыуэ хъума хъуат. Шэчыныгъэрэ шы1эгъэрэ и1эу гъащ1эм къыпигъэув гугъуехьхэм пэщ1этыну мурад зыщ1а ц1ыхум и 1упэр зэрызэтрикъузэм хуэдэу, Къур1эныр ц1ыхум иригъэщхьу къиублэри, ик1эм-ик1эжым абы псэ 1уту илъытэжат. Нэм щыгъын щхъуэк1эплъык1эк1э щ1эпыджэркъым, и жьэр ущ1ауэ щхьэм къиужьгъэр еп1эщ1экыу псалъэ ищ1у къызэриут1ыпщыным пылъкъым. Куэд зыщ1э, куэдым зи акъыл нэс ц1ыху зэп1эзэрытым ещхьщ.
- Мыр иджы ууейщ, си щ1алэ, зыхуэфащэр уэращи, сигук1и си псэк1и сыарэзыуэ узот. Си къуэ закъуэ симы1эжми уэсят къыхуэсщ1ыжамэ, зэрихьэнт мыр. Маф1эм пэридзэнтэкъым, ауэ пхъуантэм дидзэнти бамп1эу дигъэлъынт. Мыбы епсэлъэн хуейщ. Уэри уощ1эр ар. – Ахьмэд зыри жимы1эу 1эбэри Къур1эныр къы1ихащ. Ф1ыуэ иц1ыхурт ар Ахьмэд. Пщыхьэщхьэ мащ1и щысакъым ар, дадэм и гъусэу къеджэк1э зригъащ1эу. Гугъут Къур1эным «узэрепсэлъэну» бзэр зэбгъэщ1эну, ауэ щ1алэ гурыхуэр абы пэлъэщащ. Дадэ гъуэлъып1эмк1э щет1ысэхри баш ныкъуэупсым жаныр аргуэру къыхуищтащ. Дадэ и гукъэк1ыжхэм хэплъэри куэд дыдэрэ и щхьэм щигъэджэрэза 1уэхугъуэр къыхихащ…лъэпкъ спом и псэр зэрыхэк1ыр плъагъуну гугъущ. Псом хуэмыдэу а лъэпкъыр укъэзылъхуар арамэ. Пщ1ант1эм дэлъ мывэшхуэр мы щ1ып1эхэм щы1э мывэхэм ещхькъым. Ауэ зы зэман адэшхуэр хы 1уфэм щыпсэуауэ щытащ. Абы щыгъуэ уафэри нэхъ къабзэт, щ1ылъэри нэхъ узыншэт.
Жаныр гуанэм пэщ1энащ. Занщ1эу уе1эмэм, куэды1уэ тек1ынк1э хъунущ. Л1ыжьым хуэсакъыурэ гуанэр тригъэк1ащ… Фом хуэдэу 1эф1 псынэхэр мэз лъапэ угъурлыхэм щы1ущащэрт. Лъэпкъ насыпыф1эу псэурт. Кхъухь щабэрык1уэхэр псы 1уфэм къы1ухьэрт. Лъэпкъ насыпыф1эр, а зэманым и хабзэм тету, и гъунэгъухэм щезауи щы1эт. Ауэрэ зауэжьыр къэхъейри лъэпкъ насыпыф1эм и лъэрыгъыр 1эбжьанипщ1к1э насыпыншагъэм иубыдащ. Иубыдащи, к1уап1и жап1и къритыркъым…Жаныр аргуэру гуанэм пэщ1энащи и п1э иригъэк1ыркъым…. Инэралыжьхэм я дзэм хэщ1ым хуэдиз къыхэхъуэжырт. Зауэр увы1ащ, лъэпкъ насыпыф1эм и щ1ыналъэр хуэхъумакъым. Насыпыншагъэр лъэрыгъым е1эурэ, лъыпсыр зи лъакъуэм къыф1эж шыр игъащтэри щыхуп1эм щигъэхуащ. Лъэпкъым и нэхъыбэр зауэм ихьат, къэнар хым зэпрысык1ыну хы 1уэфэмк1э зэрехьэжьат.
Ит1анэ – адэшхуэр. Адэшхуэм и щ1ыбырщ нэгум къыщ1ыхьэжыр. Абы ф1эл1ык1 и1эт. Абы жи1ауэ щытащ хым дытехьэ зэрымыхъунур. Жылэ ц1ык1ур 1эпхъуащ. Пщ1ант1эм дэлъ мывэр… Ар адэ пщ1ант1эжьми дэлъащ. Къыздашащ. Выгук1э къыздашащ. Япэщ1ык1э куэбжэ дыхьэп1эм деж щылъащ. Къамэ, сэшхуэ иралъырт. Хьэблэ сабийм и гущ1ы1ур я джэгуп1т. Мывэр къыздрамышажьэу идакъым нэхъыжьхэм ящыщ зым. Щ1ып1эщ1эм лъапсэщ1и щаухуащ. Мыхэри наршу щ1ыналъэти, хы 1уфэм 1уса наршу жылэ ц1ык1ум и гур хуэмурэ гъащ1эм хузэ1уихыжащ. Мывэр щылъщ. Щхьэщасауэ щыта жыгри инышхуэ хъуащ…
Щ1алэм Къур1эныр ц1ыхум ирегъэщхь. Ахьмэд зыри жимы1эу 1эбэри Къур1эныр л1ыжьым къы1ихащ.
Здэк1уэнур зымыщ1эр гъуэгу техьэ хабзэкъым.
Ар жызы1ар баш зыупс л1ыжьырщ. Ауэ гъащ1эм апхуэди къыщыхъу щы1эщ, здэк1уэнур зымыщ1э гъуэгу техьэу. Техьэмэ – тырырехьэ. И п1э ис нэхърэ нэхъыф1щ.
Башыр еупс. Ар гъэувы1и сызрик1уэну гъуэгур сыгъэлъагъу. Нобэ махуэф1щ. аращ ныжэбэ дадэм къыжра1ар. Гъащ1э тыншк1э къысхуэупсэну зыми сыкъигъэгугъакъым, зейм хуэмеймэ къуиту, хуеймэ къуимыту. Еджэк1и, тхэк1и, Къур1эн еджэк1и сымыщ1амэ нэхъыф1т. Сытыншынут. Жэуап зимы1э упщ1э къомым саук1ынтэкъым.
Мывэшхуэ, лъэпкъ насыпыф1э, зауэ, лъэрыгъ, 1эбжьанипщ1. илъэсищэ зи ныбжьым хуэдэу, зыгуэр ешащ. И ныбжьэгъу л1ыжьым и деж къэк1уауэ тыншыгъуэм щ1охъуэпсри щысщ. Уи щхьэ щ1э1уи уи 1уэху дахэ зэрыхъунум яужьт ит. Пхузэф1к1ыну? Еуэ-т1э. уи бзэр к1уэдыжрэ? Сымаджэ? Псы 1убыгъуэ хуэший. Радиом къи1ук1 хуэдэурэ, тхылъу, газету и пащхьэ къик1эрахъуэ хуэдэурэ, и псэр хок1. сыт ат1э адэк1э? хэк1ып1э гуэр щы1э?
Щ1алэ щэху ц1ык1у, мыхъуанэу, мыбанэу, и ныбжьэгъухэм я гъусэу топ кърихуэк1ыну ф1эмыф1у. къалэм дэсхэр апхуэдэ гуэрхэми егупсысыркъым. Ухъуахъуэмэ, мэдыхьэшх. Уехъуэнмэ, нэхъ къащтэну фэ ятетщ.
Дадэм баш еупс.
Нанэм цы епщ1. къуэрылъхум дахэ-дахэу ерыскъы и джийм иригъэхыжыркъым. А л1ыжь щхьэ закъуэм пэ1эщ1э тщ1ын хуеящ ар.
Зы Дуней шынагъуэ жыжьэ гуэрым щ1алэжь ц1ык1ур 1уигъэплъащ. Дыгъуасэрей хьэдагъэр сыту гукъутэт! Сабий хьэдэ. Махуэ ипэк1э уэрамым джэгуу дэтат.
Къэзгъуэьащ сызрик1уэн гъуэгу. Мобы баш еупсри щысщ. Сефэу, сыгушхуэу си гъащ1эр згъэк1уэнщ. Дэнэк1и пц1ыщ щызек1уэр. Пшэру, нэк1ущхьэплъу пц1ышхуэ. Мес, ди къуршыпсри гынк1э яусхъындащ. Дидархэ я щ1алэ ц1ык1ур хэфати… Нанэ хьэдагъэм щы1ащ. Псоми ящ1э псым шагъыр заводым зыгуэрхэр къызэрыхик1эр. Ящ1э, ауэ зыми зыри жи1энукъым. Тхьэусыхэну ежьахэм сыт яхузэф1эк1а? сефэнщ, тхыъи гвзети седжэнкъым. Фадэ къызэрысщэхун къэзлэжьу сыдэтынщ. Аращ.
Мывэшхуэ, лъэпкъ насыпыф1э, зауэ, 1эпхъуэ. Ауэ сигу хэслъхьэу сылэжьэнкъым. Зымышхыжыным и мэкъумэш щ1эк1эущ зэрылэжьэн хуейр. Къур1энри: ц1ыхум и гур абы куэдрэ хуигъэзэжынукъым иджыри. Зэ хуигъэзэжынуи ф1эщ щ1ыгъуейщ. Хуэгъэзауи зы зэман щыта? Си гъащ1эр дахэу згъэк1уэнщ, ц1ыхубзхэми сащымыук1ытэу, сызыхуей къапысхыфу зезгъэсэнщ.
Щ1алэр жэуап зимы1э упщ1эхэм къыхгъэзыхь. Гъуэгу гуэрхэри къигъуэтауэ и гугъэщ. Къур1эн естам нэр тримыгъэплъызэу мэгупсысэ. Гъуэгу, гупсысэ, пц1ы. фадэ, гъащ1э дахэ. Ауэ а гъуэгур захуэкъым, нэшэкъашэкъым, хъурейуэ аращ. Хъурейуэ укъежэк1ыу…гъащ1э псок1э…ц1ыху гъащ1э псок1э, шыгъажэ лъагъуэу хъурейщ. Ауэ щыхъук1э а щ1алэм и 1эгум хъурейуэ зы тхыпхъэ теткъым. И гъащ1э гъуэгур укъуэдиящ. Мащ1эми куэдми – укъуэдиящ. Фочыкум хуэдэуи захуэкъым, ауэ укъуэдиящ ик1и зэпыуркъым, зыщ1ып1э дежи къыщыувы1эрркъым. 1эгум къеджэн хуейщ ц1ыхур. Хъурейуэ укъежэк1ыурэ…
Нани, псоми сакъыгуры1уэркъым. «Гъур ухъуащ, ушхэркъым. Дауэ еджак1уэ къалэм узэрык1уэнур? Щхьэ унэщхъей?»
Куэдым жа1э баш зыупс си ныбжьэгъу дадэр жинхэм япыщ1ауэ, алмэсты къык1элъык1уэу, и акъылк1э зэтемысыжу. 1эгур пщтыр къэхъуащ. Тхыпхъэхэр псори захуэщ. Гъащ1э тыншк1э зыри къагъэгугъэ хабзэкъым… абы щыгхуэ дадэм пхъэ къишэрт. Псы ик1ып1эм деж гур хэнащ. Сыдэ1эпыкъуащ. Дызэгъусэу пхъэр къэтшэжащ.
Сабийм псыхъуэм бажэ щилъэгъуауэ къыбжи1ат. Уи ф1эщ умыщ1 хуэдэу фэ зытебгъэуащ. Сабийм ит1анэ Къур1энк1э тхьэ и1уащ. Тхьэм ещ1э ар щызэхихар. Дадэм ар гунэс щыхъуакъым. Абы и ц1эк1э тхьэ п1уэну тыншщ. Тыншщ ик1и мыхьэнэншэщ.
Щхьэгъубжэмк1э удэплъмэ, мывэшхуэр плъагъунущ. Мэлыхъуэхьэшхуэм ещхьщ. Щхьэ хьэлъэшхуэр и пл1э лъакъуэ укъуэдияхэм трилъэхьэжауэ щысщ. Хуэму и щхьэшхуэр иджыпсту уафэмк1э дригъэзейуэ к1ыхьу, зэпимыгъэууэ, гур гупсысэ зэк1элъыхьып1э иримыгъахуэу къугъыну къыпф1эщ1ынт. Адэ жыжьэу къыщыт бгы уардэхэри я къугъ макъым къыпэджэжыну, ягъэбатэу щ1ып1э жыжьэхэм щагъэ1уну я щхьэр ягъэщхъуауэ къежьэ хуэдэт.
Мывэшхуэ, лъэпкъ насыпыф1э, зауэ, лъэрыгъ.
Фадэ, гъащ1э дахэ, Къур1эн.
Хьэдагъэ, сабий хьэдэ.

* * *

- Нак1уэ, нак1уэ, дыкъык1эроху. –Щ1алэ нэк1у хъурей ц1ык1ум и ныбжьэгъур егъэп1ащ1э. – Дыкъык1эрыхумэ, емык1ущ, уэрей, сэ ит1анэ сынэмык1уэну.
- Унэмык1уэ.
Псым къыхэк1ыжа ныбжьэгъум мып1ащ1эурэ зызэпелъэщ1ыхьыж.
- Уэ умык1уэмэ, сэ сыт щысщ1эн?! Уэращ псори къыдэзылъэфар, уэращ мык1уэнуи жызы1эжыр.
Лъакъуэ лъэныкъуэу дэпк1ейурэ, тхьэк1умэм к1уа псыр кърегъэжыж.
- Кхъы1э, укъэмывэу, нэхъей… Унэмк1э сы1улъэдэжу, зысхуапэу, удз гъэгъа къэзгъуэту …
- И-и-и, унэмк1э у1ухьэжынуи?! Уэрей, абы щыгъуэ уэрам сызэжьэн хуейр. К1уэ, зегъэхь, сэ сыныпк1элъысыжынщ.
- Коля, сыкъыумыгъапц1э, сэ «Кубик-рубикым» деж сыкъыщожьэнщ. Зэхэпхрэ?
Фелиск жэрыгъэк1э еджап1э пщ1ант1эм къыдэжыжри и нат1эпэм къытеуэ щхьэц псыфым епщэм 1уидзурэ, автобус ежьэжыным к1элъысри ит1ысхьащ…
Л1ым махуэр хуабэми, плащым и пщамп1эр къе1эт, арии ф1эмащ1э мэхъури бгырыпхри щ1екъузэ. Зытес тет1ысхьэп1эм зытре1этык1ри хуэму йожьэ. Хуэму йожьэ и гуауэри, и гуф1эгъуэри. И нат1эм къытридза лъынтхуэ щхъуант1эм гужьеяуэ зеук1ыж…
Щ1алэ ц1ык1уит1ым Залинэ и фэтэрым и уэзджынэр гъуэрыгъуэурэ щагъэзум, хьэщ1эхэр псори къызэхуэсат. Къыщалъхуа махуэр зыхуагъэлъап1э Залинэ и нэк1ущхьит1ыр дыхьэрэну хьэщ1эхэм ящхьэщытт. Зэи-т1эуи яхэт1ысхьэну къелъэ1уаи, арщхьэк1э дэнэт! Наршухэм япэм я хабзэ гуэру къыщ1эк1ынт ар – хьэщ1эхэр зыхуей хуэмызауэ бысымыр емыт1ысэхыу. 1энэм къытехьэпхъэр къытехьа нэужь яхэт1ысхьэми хъунут. Къехъуэхъухэм здахуэгуф1эм, хьэщ1эхэм я упщ1эм жэуап здритым, и тхьэк1умэр тегъэхуауэ ар бжэмк1э да1уэрт. Къэзууну п1эрэ? Да1уэми, анэр япэ ищащ. Маринэ Петровнэ (Патовнэ) зэныбжьэгъуит1ым бжэр яху1уихащ, пхъум еджэри пщэф1ап1эмк1э щ1ыхьэжащ. Залинэ пэшым къыщыщ1эмык1ым, анэр аргуэру джащ: «Зинэ, хьэщ1э уи1эщ. Къыпежьэ!»
- Мэ, сынохъуэхъу, - Феликс удз гъэгъа 1эрамэр хъыджэбз ц1ык1ум хуишиящ, и жыпым и1эбэри зы мыщэ гуащэ ц1ык1уи 1эщ1илъхьащ.
- Мэ мыри. Мыбы и ц1эр Акъуш ц1ык1ущ.
- Сыту нэ ф1ыц1э, сыту щабэ! И ц1эми сыт къик1ыр?
- Наршуубзэк1э «мыщэ шыр» жи1эу аращ. Аращ сэ къызэрызжа1ар. Сыкъагъэпц1амэ, укъызогъэпц1эж.
- Щхьэ фыкъык1эрыхуа? – щ1эупщ1ащ Залинэ. – Сщ1эрт ар, фыапхуэдэщ фэ игъащ1эми.
- Уэрей, Заличкэ, псори зи лажьэр морам, - къэпсэлъащ алъандэрэ зыри жимы1эу щыта Коля. – Сынохъуэхъу.
Ар к1уатэри Залинэ и 1э ижьыр и 1эгум ирилъэхьэри щабэу телъэщ1ыхьащ. «Удз гъэгъа нэхъ дахэ1уэ къыхэсхыурэ дыгуващ», - ихъуцэцащ ар хъыджэбз ц1ык1ум и тхьэк1умэм. Ит1анэ и ныбжьэгъумк1э зыкъригъэзэк1ри, нэхъ ину пищащ: - Феликс дигъэгуващ: «Иджыри зэ зыхэдгъадзэ, иджыри зэзакъуэ зыщ1эдгъэгъауэ», - жи1эурэ.
«Пц1ыщ» жи1эну зызыщ1а Феликс, Коля и нит1ым зэрыщ1эплъэу, щ1егъуэжащ. А нит1ым «си гушы1эр къыздэ1ыгъ» жа1эрт.
- Фынак1уэ, - щэтащ, и анэм зригъэщхьу, хъыджэбз ц1ык1ур. – Пэшышхуэмк1э фынык1уэц1рык1.
Хьэщ1эхэр щэху ц1ык1уу зэхъуцацэу зэхэст. Къыщ1ыхьахэр, сэлам псоми ирахри, ет1ысэхащ. Залинэ и классэгъу хъыджэбз ц1ык1ухэр, 1алэ ц1ык1у зыбжанэ – псори иц1ыхурт Феликс. Модэ мо нэхъ жьант1эмк1э дэс щ1алэ ц1ык1ур Залинэ и адэ къуэшым и къуэу къыщ1эк1ынт, дауи. Къуажэм къик1ар занщ1эу къыбоц1ыху. Ар наршуубзэк1э мэпсалъэ, школ фащэр щыгъыу зеп1ыт1-зехузри щысщ. Ул1амэ, псалъэ лей къыпхужьэдэшынукъым.
Мы гъэм псоми еджап1эр къаух. Зэманыр апхуэдэм деж псынщ1эу к1уэ хабзэщ, экзаменхэр къэсыпат. Гупсысэхэр, хъуэпсап1эхэр япэщ1ык1э, ит1анэ языныкъуэхэм тек1уныгъэ, гуф1эгъуэ, адрейхэм деж – гурылъ 1эрымылъхьэхэр, хъуэпсап1э лъэлъэжахэр.
Залинэ жьант1эм дэс щ1алэм нэк1э зыгуэр жри1ащ.
- И1эт-т1э, псоми хурагъэхъуамэ, къэф1этыт, - жи1ащ къуажэм къик1а щ1алэм. – Хуит сыкъэфщ1мэ зы псалъэ жыс1энут.
Феликсрэ Колярэ, зэгуры1уам хуэдэу, къыщиудри дыхьэшхащ, занщ1эуи зызэтраубыдэжащ.
Щ1алэр къэтэджати, ук1ытауэ, ищ1энур имыщ1эу ет1ысэхыжащ, ауэ Залинэ и щхьэр хуэму щищ1ым, и псалъэм пищащ. Абдежым Феликс зэрыдыхьэшхам хущ1егъуэжащ.
Щ1алэм жи1эр псалъэ узыншэт. Псори къыгурымы1уэми, Феликс ар псэк1э зыхищ1эрт. Куэд дыдэ щ1ауэ зэхихыжатэкъым абы апхуэдэ хъуэхъу, тэмэму зэк1элъыхьауэ, лей лъэпкъ къыдэмык1уэу. Адэ зы зэман, сабийт абы щыгъуэ, къуажэм к1уэжауэ хьэгъуэл1ыгъуэ гуэрым хъуэхъу щызэхихат. Езым и адэр хъуэхъуэн хуей хъуамэ, к1эщ1у узыншагъэ щхьэк1э тхьэ елъэ1урти зэф1игъэк1ырт. Иужьрей зэманым, уеблэмэ и щхьэр ищ1 къудейт, «дэвай-т1э» жи1эрти, арат зэрыхъур. А гупсысэхэм здыхэтым и тхьэк1умэм зыкъыхуэзышия ныбжьэгъум и 1ущащэ макъ зэхихащ:
- Плъэгъуа нарт, Филя?
- Нартхэм я 1эшт1ымыр хьэлъэщ, Коля.
- Куэдщ, сумыгъэшынэ, - жи1ащ Коля, гушы1э хуэдэ. Арщхьэк1э зэрышынэжар абы фэуэ тетт…
Л1ыр гъуэгум щызэпрык1ым, гу лъимытэххэу, щхьэхьу къак1уэ машинэм пэщ1ыхьащ. Рулым дэс щ1алэм ерагъыу машинэр къигъэувы1ащ, и щхьэр къришиик1ри л1ы хэгупсысыхьам бзит1к1э къехъуэнри ежьэжьащ. Л1ым ар зэхихакъым. Ар фэеплъхэм, дзыгъуэшхуэхэм егупсысырт иджы. Языныкъуэхэм деж и гупсысэхэм лъакъуэмк1э зрагъэлъэхъшэхырти л1ыр зэ нэхъ хуэму, зэми нэхъ псынщ1эу ягъак1уэрт…
Ныбжьыщ1эхэр зыпэрыс 1энэм фадэ куэду щызек1уэртэкъым. Арауэ къыщ1эк1ынт Коля мыпхуэдэ 1уэхухэм «сабий утренник» щ1ыфищар.
Тэлай дэк1ащ. Къэфэну хуейхэр Залинэ и пэшымк1э иригъэблэгъащ. Коля зригъэзыхри тутын пашк1э и лъэпэдым къыдихащ. Май пщыхьэщхьэр хуиту бауэрт. Уафэ джабэм 1э быдэлъэ быдэу мазэр к1эры1ул1ат. Бжэ1упэм 1ут дзэл блаблэхэм я тхьэмпэщ1э ц1ык1ухэр зызэхуагъэщ1эгъуэжу 1ущащэрт.
- Филя, дегъауи морской училищэ дыщ1эгъэт1ысхьэ, - къэпсълъащ Коля, тутын 1угъуэр егугъупэу и пэмк1э къригъэк1ыжурэ. – Къэрал 1эджэ къызэхэтк1ухьынщ. Батям сыгуры1уак1эщ. Арэзыщ. Ухуеймэ, иджыпсту зичи к1уэ, жи.
- Кхъы1э, умыгъауэ, Коля иджы, - Феликс ныщхьэбэ псом ныбжьэгъум зэрызэгуигъэпар иджы къыпкърык1ыжырт. – Уэрей, игъащ1эк1э уамыут1ыпщыну. Къэбгъуэтаи!
- Уэ уаут1ыпщын хуэдэ!
- Саут1ыпщынуи сыхуейкъым. Сэ мы къалэм дэт университетми срокъу.
- Зыгуэр къыщывгъуэтамэ, хъунущ арами.
- Паханым апхуэдэ гуэрхэр жи1эу зэхэсхащ.
- Сыт хуэдэ факультет узыхуейр:
- Уэрей, сыт хуэдэри содэм, диплом къызатмэ. Органхэм сыхыхьэмэ аращ сызыхуейр.
- К1уэ-т1э, хыхьэ. Иджыпстуи уащтэнущ абы.
- Иджыпсту сыхуейкъым. Хьэндрэфийрэ хьэфэ башрэ с1ыгъыу гъугубгъум сы1убгъэтыну арат узыхуейр? Сэ моуэ офицер хуэдэущ сызэрыхуейр. Университетым звание къущат, дзэ къулыкъу 1уэхум ухуеджэмэ.
- Уэрей, Филя уэ сэ слъагъум пенсым ущык1уэну махуэм нэс псори бубзыхуам. Дэращ адэми мыдэми щымыщу уэрамым къыдэнэнур.
- Нак1уэ, дахыхьэжынщ, Коля. Емык1у хуэдэу мэхъу.
Феликс егугъупэу тутыныр игъэунк1ыф1ри къызэф1эувэжащ.
- Укъэгузэва? Залинэ зыкъызэрыдгъэбзэхар къищ1эмэм, ф1ы хэпхынукъым, псэлъыхъу. Нак1уэ, лъагъуныгъэм итхьэкъуа тхьэмыщк1э, нак1уэ.


III

Зэи имыухым хэщ1у жып1э хъуну? Зэманым и гъуэгу хигъэщ1ыркъым, и п1э ит ф1эк1 умыщ1эну мак1уэ. Зэныбжьэгъухэми, и п1э ит зэманым хэтурэ, дек1ук1ыурэ, школыр къаухащ.
Дэнэ дыщ1эт1ысхьэн? Сыт 1эщ1агъэ тщ1ын? А упщ1эхэм щ1алэ акъыл мыт1ысар трамыгъэт1ысхьэу зэрахуэ, жэуап кърагъэгъуэтыну. 1эджэм хагъэлъадэ, куэдым ирагъэгупсыс. Блэк1а зэманым тыншыгъуэр къебэк1ыу щытауэ къащохъуж. Езанэ классым щыщ1эсым щ1алэ ц1ык1ухэр псори космонавт хъуну хуейщ, хъыджэбз ц1ык1ухэр – хэт дохутыр, хэти егъэджак1уэ. Иужьк1э абыхэм егупсысыну куэдым хущ1ыхьэгъуэ я1эжкъым.
Ныбжьэгъу-жэрэгъу, бассейн, видео, футбол. Ар мащ1экъым, уэлэхьи, мымащ1э. адэ-анэр губжьрэ уэрамыр къыппаубыдмэ, телефонным ук1эрыщ1ауэ зэманыр бгъак1уэ хъунут. Зэманри к1уэ хуэдэурэ зы махуэ гуэрым къыбгуро1уэ, дунейр я инагъыу, псори яхузэф1эк1ыну уи гугъэ адэ-анэр къызэрыгуэк1ыу зэрыщытыр.
Адэр нн, къарууф1э сытми? Уи унафэ ищ1ыф щхьэк1э, нэху къек1рэ лэжьап1э к1уэмэ, абы езым унафэ къыщыхуащ1. ахэр лэжьап1эм, дауи, щынъэгъуэщ1щ. анэри арат…
Наршу лъэпкъым судыщ1э, прокурор 1эщ1агъэ хуэдэхэр ф1ыуэ ялъагъурт. 1эщ1агъэр 1эщ1агъэ тыншкъым. (1эщ1агъэ тынш щы1эжкым). Наршухэм я псалъит1ым яз «фэжагъуэ къэмыхьыным» а 1эщ1агъэр ебгъэзэгъын папщ1э куэд ухуейт. Сыт хуэдэу щымытми, ф1ыуэ ялъагъу. Япэщ1ык1э езыхэм я щхьэ щхьэк1э хъуапсэурэ, зыгуэрк1э къаймыхъул1эмэ, я бынхэм щхьэк1э я хъуапсэр яхъумэ. Абыхэми къаймыхъул1эмэ – щэ? Адэк1и Алыхьым жыхуи1ар хъунщ.
Феликс и адэр и гъусэу юрист щагъэхьэзыр институт здэщы1э къалэ гуэрым лъэтат. Махуит1 хуэдэ ф1эк1и нэхъ къэмыту къагъэзэжат.
«Дэ тхуэдэхэр абы щ1агъэт1ысхьэрэ сытми», - щэтащ анэ ешар. Адэр, зыри жимы1эу к1эпхын гъуанэжьыр къищтэри машинэм епэщэщыну гаражым к1уащ.
Иджы телефонк1э псэлъэн хуейт. Анэр, дакъикъит1-щык1э сабыру пэшым щ1эта нэужь, пщэф1ап1эмк1э к1уащ. Иджы телефонымк1э упсалъэ хъунут.
- Укъэк1уэжа?
- Сэлам къызэх, мыхъуми, япэщ1ык1э.
- Ар 1уэхукъым… Мэ-т1э, ухуеймэ, уэсхынщ.
- Сыт иджыпсту пщ1эр?
- Зыри сщ1эркъым. Сыныщ1эк1ын?
- Сыножьэ-т1э…
- Сыт жа1ар? Сыт щ1эмыхъуар? – хъыджэбз ц1ык1ур щ1эупщ1эрт зэупщ1ым жэуап къритыну зэрыф1эмыф1ыр илъагъу пэтми.
- Документхэр т1ахын ядакъым, нэгъуэщ1ым и гугъу умыщ1и. е илъэсит1к1э улэжьауэ, е дыщэ медалк1э курыт еджап1эр къэбухауэ щытын хуейщ. Сэ т1уми сыщыщкъым.
- Умынэщхъей, ар зырик1щ. пэжыр жып1эмэ, уэ а 1эщ1агъэр ф1ыуэ плъагъуркъым. Ф1ыуэ плъагъур биологиерщ.
- Хъунщ, абы дытумыгъэпсэлъыхь. Пэжым ухуеймэ, Зинэ, батям «схуищ1ыфынут» илъэсит1к1э сылэжьа хуэдэу. Ауэ хъуркъым. Мы гъэм курыт еджап1эр къэзухауэ ик1и сылэжьауэ… Ар пц1ы бацэ1уэщ. Дыгъэух ар. Коля сыт ищ1эхэр? Къыкъуэк1акъэ?
- Слъэгъуакъым. Тхьэмахуэк1э узэ1эбэк1ыжмэ, морожнэ зэдэтшхащ, зыгуэрхэм дытепсэлъыхьащ, т1эк1у щыму дыщысащ. Аращ.
- Ари мащ1экъым. Ба т1эк1уи щхьэ зэхуэвмыщ1арэ?
- Феликс, сэ сок1уэж. Ауэ, зэгъащ1э, сыхуеямэ – арии схуэщ1энут. Е сэ сыхьэпшып?
- А къомыр къитхакъым. Ауэ дыгушы1ауэ аращ. Мес, жыг бацэжьым дыкъэсащи, абы и щ1агъым дыщет1ысэхынщ.
- Феликс, сэ си 1уэхухэм щхьэ укъыщ1эмыупщ1эрэ?
- Зэф1эк1а? Арии сигу ихужыпати.
- Документхэр дыгъуасэ естащ. Сэ си 1уэхур нэхъ тыншщ. Медучилищэм ущ1эт1ысхьэну гугъукъым апхуэдэу дыдэу…
Къалэр пшахъуафэт. Уэрамым дэт ц1ыхухэри зэщхьт. Псори зэрыщхьыкъабзэт. Я щыгъынк1и, я пэк1и, я нэк1и. зыри къоплъыркъым, умыгузавэ. Зыми укъыф1э1уэхукъым, уи щхьэр щ1умы1у. и жыпым зы тутын уп1ышк1уа къригъуэтащ. Уэс къесамэ арат. Е уэшхышхуэ къешхамэ. Ит1анэ мы къалэр зэрала пшахъуафэ краскэ жагъуэр трилъэсык1ыжынт. Щхьэми а щ1ы1эты1эр игъуэтамэ, псори и п1эм иувэжынк1э хъунт. Унэхэри, ц1ыхухэри, жыгхэри зыщ1ып1э мажэ. Сытми игъэсабырыжын а къомыр? Зырызу къэбубыдурэ я п1эм ибгъэувэжыфыну? Фэеплъхэми махуэ шэджагъуэм теувап1эхэм къелъыхыу щ1адзэнк1э хъунущ. «Дунейкъутэж» жыхуа1эр аракъэ-т1э? ара хъункъым.
- Умыгузавэ, Зинэ. Диплом сыт хуэдэми зы1эрызгъэхьэнщ. Ар зырик1щ. уи благъэ пацаныр, мисс а хъуэхъуауэ щытар, дауэ щыт? Сыщымыуэмэ, абыи мы гъэм еджап1эр къиухащ. Абы, дэр хуэдэу, «дэнэ сыщ1эт1ысхьэн» жи1эу и щхьэр имыкъутэ хъун. Е шоферскэм, е мэкъумэш институтым…
- Ущыуащ, мисс абдежым ущыуащ. Ар филологие факультетым щ1эт1ысхьэну и ужь итщ.
- Къызгуры1уащ. А факультетым и1эщ наршуубзэм и отделенэ. Арауэ къыщ1эк1ынщ зыщ1эт1ысхьэнур.
- Аращ, Феликс. Абы ди бзэр ф1ы дыдэу еджащ. Къур1эным къоджэф.
- Къэсщ1ащ иджы абы сызэреджэнур – Ефэнды.
- Хьэуэ, Ф1ыуэ умыц1ыхур бгъэик1эну щхьэ и ужь уит, Феликс? Зыщумыгъэгъупщэ ар сызэридэлъхур. Абы бзищ ещ1э. уэри, сэри, Коли тщ1эр зы бзэщ. А зы закъуэм куэд къегъэлъагъуэ.
- А бзищым наршуубзэри хыбогъэхьэ, дауи? Уэрей, сэ зэи абы сыхуэмыныкъуа. Зэт, иджыпсту зыгуэр жыс1энти: «Сэ сынаршущ».
Хъыджэбз ц1ык1ур къэдыхьэшхащ:
- Ар сэри схужы1энущ. Къуажэм сыц1ык1у сык1уэжыху нанэ «наршуубзэк1э псалъэ, си хъыджэбз ц1ык1у», жи1эурэ къызэдэхащ1эрт, мамэ, ар зэхихамэ, «зык1и хуейкъым, ахэр сабийм пумыубыд», жи1эрт. Езы мамэ къыщыгубжьам дежщ наршуубзэк1э щыпсалъэр. Ит1анэ, зы жэщ гуэрым и дзэр зу зэрихуэрти, къыщиудри наршуубзэк1э тхьэусыхэу щ1идзат.
- Уэрей, сысейхэр наршуубзэк1э куэдрэ зэмыпсалъэ. Бзэ гугъущ ар, сыт жы1и. Макъхэр лъэпэрапэу апхуэдэщ. Адэ языныкъуэхэм деж езы т1ур наршуубзэк1э щызэхъуцацэ щы1ащ. Батяр ефа нэужь, наршу уэрэдыжь имыщ1эхэр жи1эну хуожьэ, сыпсалъэу зэхихмэ, «наршуубзэк1э псалъэ, гъуэгу мыгъуэм и сабэр къэзы1этын блэ шыр!» - же1эри къысхуолъ. Ефам и щхьэ ит1асэркъым сэ сыблэ шырмэ, езыр зэрыблэ адэр. Хьэ-хьэ-хьэхь!...
Феликс, ирикъуху дыхьэшхри, къыбгъэдэс хъыджэбз ц1ык1ум хуеплъэк1ащ…

Бадзэм ерыщу тепщэчым гъунэгъу зыкъыхуещ1. Иджыри т1эк1унит1э нэхъ гъунэгъу къэхъужмэ, уеуэ хъунут. Коля и 1э ижьыр къи1этри еуэн хьэзыру хьэуам хигъэуващ. Пэшым щ1эсыр бадзэмрэ езымрэт. Иджык1э зэран зэхуэхъуртэкъым, пэшыр и закъуэну хуэмеямэ. Бадзэр, 1уэхур зытетыр къыгуры1уа хуэдэ, занщ1эу йок1уэтыж.
Зэ пщыхьэщхьэр къэсамэ арат. Уэрам щ1ы1эты1э, тутын, дыхьэшх. Мы1эрысэ ныкъуэшхыр бадзэм къыф1эмы1уэхужу фэ тетщ. Блыным к1эрылъ ц1ыхубз сурэтым Коля нащхьэ къыхуещ1. псы 1уфэм къыщежыхь. И закъуэу. Здэжэм къызэплъэк1ащи гъуэлъып1эм илъ щ1алэм нащхьэ къыхуещ1.
Иужэгъуащ псори. Апхуэдизрэ еджэн хуейуэ ц1ыхур сыту насыпыншэ. Аракъым ц1ыхур къызыхуигъэщ1ар. Дыджщ псори. Е 1эф1ми ф1э1уми щыщкъым. Ваннэм псы пытк1у макъ къыщ1о1ук1. мо псы 1уфэм къыщызыжыхьым и 1эпэр иубыдрэ щ1эпхъуамэ арат псори зэрыхъур. Абы мыдрей псор зэхэплъхьэми пэшэчэфынукъым. Щхьэгъубжэ зэ1ухамк1э хьэуа щыземык1уэжу хуабэщ. Коля хуэму къызэф1эт1ысхьэри гъуэлъып1э щ1агъым щ1эт гъэмахуэ вакъит1ым тутын кърихащ.
Сыту зэшыгъуэ! Пщыхьэщхьэхуегъэзэк1ым адэ-анэр къэсыжынущ. Анэм макъ ешак1э тхьэусыхафищэр игъэшынущ. И-и-и, иджыпсту къыхудэмышейуэ 1эпыхужынущ жыуигъэ1эу, макъ ешак1э псэлъэнущ. Ауэрэ щысхэурэ зыгуэр щхьэк1э 1эмал имы1эу зызэрапщытынурэ анэм и макъ псэншэм ину ут1ыпща магнитофону зызэридзэк1ынущ. Бадзэр аргуэру тепщэчым къыбгъэдок1уатэ, ауэ, тутын 1угъуэм хигъэгупсысыхьа хуэдэ, егъэзэж. Анэм: «Напэншэ, лъыиф, си гъащ1эр зы1эщ1эплъхьащ». Адэм: «Хуэмеймэ, хыумыгъэзыхь»ю анэм: «Уи 1уэху хэлъкъым , сабий закъуэр къызэралъхурэ зы махуэ илъагъу хъуакъым».
Адэр мак1уэри мэгъуэлъыж, пщэф1ап1эм хьэкъущыкъур щагъэзу зытэлайк1э, ит1анэ анэри гъуэлъыжыну мак1уэ. «Нэк1уатэ, лъыиф. Сэ сешащ, сыжеинущ».
Блыныр п1ащ1эщ, псори зэхыбох. Коля зыкъом щ1ауэ жэщ къэс 1эджэм щ1одэ1у..
Пщэф1ап1эм щ1эсаит1ыр мохэрауэ къыпхуэмыщ1эжынщ. Анэр щэ1у-1ущащэу, адэри щабэрыпсалъэщ. Япэ дыдэу а псор щызэхихам…зыгуэрым и лъэныкъуэ хъун хуейуэ игу къэк1ат. Анэращ тхьэмыщк1эр. Адэм игъэжейркъым. Ауэжэщ гуэрым анэм адэ 1урихар къигъэушащ… щ1алэ ц1ык1ум псори ф1ызэхэзэрыхьыжри и гур къызэф1энащ. Зеиншэкъэ-т1э ар? Хэт къыхуейр, хэти къыф1э1уэху?
Тутыныр мэк1уэщ1. блыным к1эрылъ хъыджэбзыр къоджэ, къолъа1уэ. Мащ1эу дыгъэ зэуа и 1эпкълъэпкъ дахэм тк1уэпс п1ащэхэр налкъуту къык1эролыдык1, и щхьэц к1ыхьыр хуит ящ1атэмэ, щхьэхуэ зищ1у уафэмк1э дэлъэтеину фэ тетщ.
Зэгуэр, Коля жейуэ, ар сурэтым къик1ауэ щытат. 1эпкълъэпкъ щ1ы1эты1эр хуэсакъыу къихьри щ1алэ ц1ык1ум къыбгъурилъхьат. Коля шынэри зип1ыт-зихузу блынымк1э зигъэзэну е1ащ, арщхьэк1э абдежым зыхищ1ам ар сабиигъуэм идзыжащ. Щхьэхьу зэрехьэжьауэ 1эпкълъэпкъым къыщызыжыхь лъыр мысабырыж щ1ык1э, щ1алэ ц1ык1ур къэушащ. Абы нэхърэ нэхъ насыпыф1э щы1э хъунтэкъым а нап1эзып1эм. Сабийуэ къудамэ щ1агъуи зимы1э жыгым дэпщеину еныкъуэкъуу а жэщым зыхищ1ам хуэдэ гуэр къыпкърыхьауэ щытат. Ауэ абы щыгъуэ псори нэхъ пхъашэт, нэхъ к1эщ1т. Щ1алэ ц1ык1ум къыбгъурыгъуэлъхьам зы ф1ы гуэр хуищ1эну игу къыпылъадэри и 1ит1ыр щишийм, жейр зэпыуащ. Сурэтым къыхуэт1ами плъагъунутэкъым, к1ыф1т. Коля пщ1энт1ат. Шхы1эныр щызытригъэк1уэтым… ваннэм мык1уэу зэрымыхъунур къыгуры1уащ. А жэщым Коля къыгуры1уащ ц1ыху къэс и 1эплъэпкъым к1уэц1ыгъэпщк1уауэ зы щэху гуэр къызэрырихьэк1ыр. Жэщк1эрэ адэ-анэм як1эщ1эдэ1ухьынри игъэбэяуакъым. Абыхэм я щэхур ядищ1эу къыщыхъурт иджы Коля. Къыдеджэ хъыджэбз ц1ык1ухэми нэхъ и нэ тригъахуэу къиублат.
Бадзэр ешри увы1эжащ. Хуабэщ. Коля щхьэхыурэ зишийри телевизорыр щ1игъэнащ, ст1олым те1эбэрэбыхьри зы мы1эрысэ къыщигъуэьащ. Экранным л1ышхуит1 щызэроук1. т1ри ешащ, т1ури мэджалэ. Коли, зэрихабзэщи, тек1уэм и лъэныкъуэщ. Къарууншэм, лей къызылъысым укъыщ1ыдэщ1ын щы1экъым. Ар яп1ыт1рэ тыншыжмэ нэхъыф1щ. ц1ыхур къарууф1эу щытын хуейщ. Ягъэ к1ынкъым бгырыпх щ1эпхап1эм и щ1агък1э удыныр тебгъахуэми. Нэхъыщхьэр – тек1уэнырщ. Зызэппщытам и пэр щ1ым щыхуэн хуейщ. Къэтэдж, уджэлами, къэтэдж. Ягъэ к1ынкъым уи щ1ыбыр… ц1ыхум и удын нэхъыщхьэр ямылъагъуми ягъэ к1ынкъым…. Тек1уэ закъуэ. Къэтэджыжам и ныкъуэкъуэгъу ешам и щхьэцым и 1эпхъуамбипщ1ыр хегъэлъадэри и лъэгуажьэ къэгъэщ1еям и щхьэр хуешэ. Адэк1э къэхъунур Коля ещ1э. езым «ейр» тек1уащ. Хъарзынэщ. Гъащ1эм ущабэу зыкъебгъэлъагъу хъунукъым. Тепщэчым къыбгъэдыхьа бадзэм нап1эзып1эм Коля и 1эр техуащ. Псым к1уэн хуейт. Тутынри иухат. Жейри иужэгъуат. Телевизорри. Блыным ф1элъ сурэтри, ахъшэ жьгъей зрак1утэ хьэ сурэтри, жьы щ1ы1э къэзымыут1ыпщыж щхьэгъубжэ зэ1ухари, бжэ уэзджынэ макъри… Зыгуэр къэк1уауэ ара? Аращ. Коля къыщылъэтри фэтэрыбжэр 1уихащ. Институт щ1эт1ысхьэну лъэта ныбжьэгъу-классэгъур, Залинэ и гъусэу. Е-Залинэ, ныбжьэгъу-классэгъур и гъусэу. Залинэ япэ итщ. Имытамэ нэхъыф1т, коля хуэпакъым, зы щыгъыныгъуэ ф1эк1 щыгъкъым.
Ауэ, уегупсысмэ, нэхъыф1ыххэщ. «Укъэсыжа, фыкъак1уэ. Си пэшымк1э фынык1уэц1рык1. хуабэщ. Хуабэ дыдэщ. Зыгуэр щыст1агъэмэ, сызэгуэудынущ. Зыри жыф1эркъыми?» хьэщ1эхэр игъэт1ысри езыри ет1ысэхащ. И лъэпхъуамбэшхуэр егъэп1эжьажьэри щысщ. «Тлъагъунщ жыт1эри дыкъэк1уащ». «Сыту ф1ыт, сыщ1эл1ыхьырт абы ф1эк1мэ. Зинэ, зыри жып1эркъыми?»
- Зыгуэр зыщыпт1эгъами хъунт.
- Уук1ытэрэ?
- Уэ сыт-т1э уи гугъэр?
- Хъунщ, хъунщ, иджыпсту зысхуэпэнщ.
_ Сыту щ1эх укъэсыжа, къуэшаня. Хъуакъэ?
-Хъуакъым. Ауэ абы дытевмыгъэпсэлъыхь. Сужэгъуащ.
Хъыджэбз ц1ык1ум тхылъ телъхьэп1эм журнал гуэр къытригъуэтащи абы йоплъ. Журналым йоплъ, къызэрык1уам хуэмурэ хущ1огъуэж, нэбгъузк1э къыщ1эплъмэ, Коля, зыхуэпэн 1уэху зэримыхуэу, и пащхьэ къисщ. Езыр щымыук1ытэк1э сытт1э? Коля и блэгущ1э щ1агъым щ1от1ахъуэ, магнитофонным зыгуэр 1уредзэ, куэзыр къегъуэт, Залинэ хуоплъэк1. а пщыхьэщхьэм къыщызэдэфэм щыгъуэ…
- Дыджэгун?
_ Уэрей, дыджэгунмэ, Коля.
Феликс, ешами, ныбжьэгъум утыкум кърилъэфа ст1ол ц1ык1ум гъунэгъу зыкъыхуещ1.
Залинэ журналыр егъэт1ылъ, куэзырыр къещтэ. Ауэ мо хуабэм магнитофонным къи1ук1 макъхэр, хьэуар нэхъ 1ув ящ1 ф1эк1а, нэгъуэщ1к1э сэбэп хъуртэкъыми, куэзырыр ягъэт1ылъыж. «Псым дывгъак1уэ», - же1э Коля.

* * *
Ар мак1уэ, адэк1э мак1уэ. Лы гъэжьаимэ. Екъыщыхъуа? Хьэуэ, лы щагъажьэ мобдеж. Т1эк1у едзакъэми ягъэ к1ынкъым. Маф1эм илыгъуа, цы ф1ыуэ зытет 1эпхъуамбэ к1эщ1хэм дзасэхэр маф1ащхьэм щызэрагъак1уэ. Дапщэ? Жэуапым къежьэу т1эк1урэ щытащ. Абы зыри жи1акъым. Дзасит1 къратри ахъшэр 1ахащ. Ф1ыуэ мыжьа лым хьэфэу зызэхуешэ. Ерагъыу т1эк1у едзэкъащ. И гур 1ейщ. Аращи, адэк1э мак1уэ. Щышхэм щыгъуэ мащ1эу сабыра гупсысэхэм аргуэру зэрану щ1адзащ. Зэраныр сыт, зэжьэхоуэ, заудэ, зи к1эр къэзубыдыжыну и ужь ит хьэпшыру зыгъэджэрэз. Абы къарууэ и1эжыр зэхуэхьэсри а зэрызхьэм зы гукъэк1ыж ищ1ы1у къещ1. ищ1ы1у къэхъуа щхьэк1э зигъэхъейркъым. Т1эк1у дэ1эпыкъун хуейщ. Еуэт, зыгуэр къэут1ыпщыт. Пщ1эрэ махуэ хуабэ, нэху гуэр? Нэгум къыщ1эгъэхьэжыт ар. Гъэмахуэт, ыхьы. Абы щыгъуэ усабийт, пэжщ, уи анэшхуэм уригъусэт, узахуэщ. Адэк1э гукъэк1ыжым езым и закъуэ къызэрык1ыу щ1идзащ…
Анэшхуэ и гъусэу къаужэ пщ1ант1эшхуэм дэст. Нанэм джэш щ1игъэпщырт. Езым гуэдз 1эбжьыб ипхъырт япэщ1ык1и, ит1анэ гуэщыбжэ 1ухам зыкъугъапщк1уэрт. Гуэдзм арыххэу ежэ бзухэм зытэлайк1э еплъу щытт щ1алэ ц1ык1ур, ерыскъым къуалэбзухэр дригъэхьэхыу, ит1анэ и макъ къызэрихьк1э к1ийуэ и зыгъэпщк1уп1эм къыкъуэжырти и1ыгъ баш к1эмщхьэмымк1э яхэхуэрт. Зыми техуэртэкъым, дауи, ауэ зэгуэрым…
Зэгуэрым башыр зы щабэ гуэрым, псэ зы1ут хуэдэм техуащ. Лъы мащ1э, дамэ п1эжьажьэ, шынэ. Л1эныгъэр зэрыгъунэгъур, уеблэмэ ар езым къызэришэфынур нэрылъагъут. А л1эныгъэр хьэуам нап1эзып1эм къыхэувык1а хуэдэт. Сытми, адэк1э къэхъум емыжьэфу, башыр хыф1идзэри зи псэр хэк1 бзу ц1ык1ур къищтащ. Л1эныгъэр хуиту зык1уэц1ыхьа бзу ц1ык1ум и нэхэр абджыпс дия хъурт здеплъым. Уафэри а зэрыуафэрт, щ1ы щхьэфэри а зэрыдият, ау… Ауэ абыхэм ящ1эртэкъым л1эныгъэр я пщэдыкъым къызэрыдэбауэр, и нэ нэпсейхэм лъы пшатхъуэ къытрихуауэ и дзэр зэрызэригъэшхыр. Ар хьэкът. Ит1ани, а спори абыхэм я дежк1э нэрымылъагъути, щымы1эххэм хуэдэт. Гукъэк1ыж гупсысэф1ыр, дауэрэ хъуами имыщ1эу, шэдымэ къызык1эрих гукъэк1ыжым тек1эрэхъуэжат. Зызэхуишэри ежьэжащ. Жей хуэдэу хъуат иджы. Гупсысэ зэхэчэтхъахэм ар аргуэру яубыдщ, ягъэсысри адэк1э ирахужьащ. Зэрыхуейуэ и 1эпкълъэпкъыр я1уант1эрт. Зэм щ1ыбышэ ящ1ырт, зэми къа1этырт, яут1ыпщырти ф1ыц1агъэшхуэм нат1эк1э ирагул1ыжырт. Псыхуэл1ри къыщыхьати тыкуэн гуэр нэк1э къилъыхъуэри абы ирихул1ащ. Птулък1ит1 иреф. Арщхьэк1э зыри и к1уэц1ым нэсыркъым, зыгуэрым епхъуатэри лъэныкъуэк1э егъак1уэ. Птулък1ищ ирифри ежьэжащ. Уэзджынэ макъ гуэр къытехьэлъэу и гъусэщ. Хъыданыжь ныкъуэс и тэмакъым тонэри къоувы1эж. Псы ефэк1э мыхьэнэ и1этэкъым. И щхьэ куц1ым гъущ1 1унэ улъияуэ зыхэзыук1а гупсысэхэм ящыщ зы утыкум къихьащ. Уафэм тесхэм ц1ыхум и фэр щыхуейм деж 1эк1уэлъак1уэу Ирах: Шынэм, шынагъэ иным, 1угъуэ ф1ыц1э лъагъуэ ищ1у, зыкъредзыхри и лъэнк1ап1эхэр щ1егъэк1эзызэ. Щ1егъэк1эзызэри ирехужьэ. И-и-и, 1упэр зэтекъузэн хуейщ, зы ц1ут1, зы макъ къуза къэбут1ыпщ хъунукъым. Аргуэру къалэм и уэрамым тохьэж. Гъуэлъынущи – псори маф1эсщ.акъылыр ф1эк1уэдыпэным нэсащи, зэманри щ1ып1эри 1эщ1ок1…
Унэшхуэ гуэрым и щхьэгъубжэшхуэхэр зэуэ къызэдэлыдри нэф къащ1ащ. Нэфщ, щ1ы1убнэфым хуэдэу. Нэф щхьэк1э, тхьэк1умэм, зыри къэхъума хуэдэ, макъхэр къехб, къехь, къехь. И жьэ к1уэц1ым 1упс 1ув жьэдэз хъуащ. Уафэхъуэпск1 макъыу зыгуэр мэбакъуэ. Шынагъуэу, лъэщу бауэу мэбакъуэ. Тембал ар? Ауэ абыи уэзджынэ макъыр ток1уэж нап1эзып1эм.
Нанэм и щхьэр къи1этри джэш зэрылъ фалъэшхуэр щ1ым игъэуващ. «Сыт пщ1ар? Туехуа? Джэгу пэтрэ… еу-уей. Ба хуэщ1ыж. Ухуейкъэ? 1умпэм пщ1ыуэ ара? – Гугъу йохь тхьэмыщк1эр. – Модэ хадэм к1уэи шыджэгу иджы. Ар здумыхь, гъэт1ылъ, къыумылъэфэк1ыу и псэр хэгъэк1». Нанэм фалъэр къещтэж. Бзум и дамэхэри и лъакъуэ псыгъуэ ц1ык1ухэри мэк1эзыз. Лъы къызыжьэдэж и жьэр еущ1, псы щхьэк1э лъа1уэ хуэдэ. Щ1алэ ц1ык1ум, къэхъуар езым къыгуры1уэжыну хунэмысу, башыр къищтэжри, аргуэру зэ и1этащ. Щхьэ гугъу егъэхьын хуейт зи псэ хэк1ыр?...

* * *

- Псым дывгъак1уэ. Седжэурэ нэф сыщ1эхъухьыным сынэсащ. – Коля зэджа тхылъыр нэк1э къилъыхъуэри къыщимыгъуэтыфым, къыпыгуф1ык1ащ: - Уеджэфрэ, хуабэщ. Нобэ хуэдэ махуэм унэм дыщ1эсмэ гуэныхь къэтхьынщ. – Коля зихуэпэну къэтэджащ. Феликс хъыджэбз ц1ык1ум и дежк1э еплъэк1ащ, «дык1уэн?» къригъэк1ыу.
- Сэ купальник с1ыгъкъым. – Залинэ къэтэджащ. – Сык1уэжынщ, 1уэхуу си1эр си щхьэм къос. Мами къэк1уэжауэ къыщ1эк1ынщ…
Тэджри щ1эк1ыжащ. Щ1алит1ри псым к1уэну ежьащ.
- Т1ахкъым документхэр, Коля, пэжым ухеймэ, - Феликс и бгъэм щызу хьэуар зыжьэдишэри, пэ гъуанит1ыр быхъу иригъэщ1у, хьэуар занщ1эу хуит къищ1ыжащ. – Ди адэм «1эмал и1эххэмэ зыгуэр етщ1энщ» жи1эурэ гъуэгу дытехьати… Сэ къызгурымы1уэр зыщ: щхьэ дыкъагъапц1эрэ? «Щ1алэгъуалэм дэнэк1э имыгъазэми, и гъуэгу зэ1ухащ, фытегушхуэ, хьет жевгъэ1э, батэр вгъэш». Пц1ыщ а псори. Е пц1ыр куэдрэ яупсмэ, ар пэжу хъууэ ара? Зи гъуэгур хуит щы1эу къыщ1эк1ынщ. Ауэ сэ…
- Уэрей, Филя, иужьрей зэманым философиемк1э зебгъэбгъунлъэк1ауэ фэ птетым. Зыри уэ уи къарук1э щызумыхъуэк1ыфынук1э а зумыхъуэк1ыфым зызэребгъэзэгъыным и ужь ити нэхъыф1щ. сэ аращ зытезухуэр зэпымычу. Укъэмыщтэ, абы сэ си щхьэк1э сыхунэсауэ аракъым, ди адэм и «гупсысэ къабзэхэм» ящыщ зыщ.
Ауэрэ здэк1уэм тутын къащэхуащ. Къалэм гъэмахуэр къытехьэлъэ фэ тетт. Нэжэгужэу щытын ешат. Сабэми хуабэми пэщ1этыну къару и1эжтэкъым. Уэрамым ц1ыхур щымащ1эт. Хуабэм зыщахъумэу загъэпщк1уами ярейт. Зэныбжьэгъуит1ыр автобус имыт1ысхьэу гуэлым хуэк1уэрт.
- Зинэ къыздэбгъэщтэн хуеящ, - жи1ащ Феликс.
- Сэ си зэран щхьэ пщ1ыжрэ ар? Фынак1уэ, жыс1акъэ?
- Жып1ак1э жып1ащ, ауэ… Сэ слъагъуртэкъэ ар нэк1уэну узэрыхумейр?
- Плъагъурэт? Пэжу къыбгуры1уащ псори. Зэран къытхуэхъунк1э хъунут. 1эджэ щ1ауэ бжес1эну сыхуейт: а хъыджэбзыжь ц1ык1ур уи жы1эм еда1уэу, ф1эмык1ыу егъасэ. Къызжи1акъым жумы1эж, уи щхьэм къыдэк1уеинщ. А фэ фи зэхущытык1эхэм хуэдэ, пэжым ухуеймэ, къызыхэнар пасэрей тхылъхэр аращ.
- Къэгъанэ, кхъы1э, Коля, сэ…
- Къэзгъанэми къэзмыгъанэми аращ. Зэзакъуэ нэхъ мыхъумэ, ба хуэпщ1а абы? Моуэ зэ фызэ1урышхыхьу сыныфк1элъыплъамэ арат сызыхуейр… Ей-ехь, уэрей, себгъэзэшам, дыкъемыжьэ щ1ык1э. иужьрей зэманым гу зылыъстари? Узэшыгъуэщ уэ, Филя. «Мобы дыгъак1уэт, мобы дынэгъэсыт, мыр дыгъащ1эт, мыпхуэдэу ди нэгу зедгъэгъэужьыт» жып1эу зэи къызжеп1акъым. Сэращ а псор зи пщэ дэлъыр. Еуэ, зырыз дыгъэгъэси нэхъыф1щ. Уи 1уэху мыхъуахэми иужьк1э дытепсэлъыхьынщ, иджыпсту ахэм сэри сызэщхьэщаху. Зыщ1ып1э зыщ1эзмыгуэу хъунукъым сэри. Къызэхъул1эни, къызэмыхъул1эни?..
Ауэрэ гуэлым нэсащ. Нанэ щ1ыбыбгъуэхэр хыкхъуэм хуэдэу ц1уууэ (дыгъэм щызыхъумэн гуэр зыщахуа хъунт) къуэрылъхухэм хуэсакъыу псы 1уфэм 1улът. Зэман-зэманк1эрэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыкъуахырти, я 1упэ гъуэлахэр хуэсакъыпэу ягъэп1эжьажьэурэ, яшхырт, гъуджэм иплъэжырт, я нэ1э зытетхэр нэк1э къалъыхъуэрти дыгъэм зыхуагъэт1ылъыжырт. Дыгъэри ф1ыт, псыри арат.
Щ1алит1ым зат1эщ1ри псым зыхадзащ. Феликс зэрешари щыгъуэпщэжащ. Упсэуну телъыджэлажьэщ. Къару уи1эу, зэф1эк1 уи1эу упсэуну телъыджэщ. Псым къыхэк1ыжри псы 1уфэм т1эк1урэ къыщажыхьащ.
- Филя, модэ плъэт, мо катамараным тес ц1ык1уит1ыр дауэ къыпщыхъурэ? Плъагъурэ зи гугъу сщ1ыхэр?
- Солъагъу. Сыт-т1э адэк1э?
- Солъагъу, солъагъу! Ахэм жыгхэм, псым, мо мывэжьым зэреплъым хуэдэу уемыплъ. Нэгъуэщ1ынэк1эщ зэреплъын хуейр. Е апхуэдэнэк1э уэ узэплъыфыр Зинэ и закъуэ?! Нак1уэ, зэдгъэц1ыхунщ. Е псы 1уфэм къесыл1эжыху дежьэн? Нак1уэ, псы 1уфэм гъунэгъу къыхуэхъуахэщ. План зыри зэхэтлъхьэркъым.
Зэныбжьэгъуит1ыр катамараным есыл1ащ.
- Дэри т1эк1у дыкъыздефшэк1, - лъэ1уащ Коля. – Мисс, си ныбжьэгъур дыкъауэ и дзэр зэтоуэ, фыкъыддэ1эпыкъу.
Катамараным тес хъыджэбз ц1ык1уит1ыр, Коля зэрыхуигъэфэщамк1э, мы къалэм щыщтэкъым. Загъэпсэхуну къэк1уауэ къыщ1эк1ынт.
- Спасателхэм фыкъежэ, - къэпсэлъащ хъыджэбз ц1ык1уит1ым я зыр.
- Фэр нэхъ спасателыф1 дунейм теткъым, дэ фэращ дыкъезыгъэлыну дызыхуейр, - къэпсэлъащ Феликс, хьэндрыкъуакъуэ къуибыдар хъыджэбз ц1ык1ухэм яхуишийуэрэ.
- А къэпшийр мыбы къихуэнукъым, ауэ фэ дэнэ фытхьын, фыкъыдэк1уей, ди лъакъуэхэр ешащ, дэри т1эк1у зыдгъэпсэхунщ, - Феликс къыздесыл1а лъэныкъуэмк1э щыс хъыджэбз ц1ык1ур арэзы хъуащ. Арати, зэныбжьэгъуит1ыр катамараным тет1ысхьащ.
- Дызэрыц1ыхунщ-т1э, - къригъэжьащ Коля. – Эдвард, - И щхьэр мащ1эу игъэщхъащ. – Си ныбжьэгъур Валерэщ. Валерий, к1эщ1у жып1эмэ.
- Си къуэ нэхъыщ1э ц1ык1ум и ц1эр аращ, - къэдыхьэшхащ хъыджэбзит1ым я зыр.
- О-о-о, ар сыту хьэлэмэт! – Коля и лъакъуит1ыр педалым тригъэувауэ псыр щ1етхъу, катамараныр псы 1уфэм пэжыжьэ ещ1. – Ат1э а Валерий и анэм и ц1эр сыт?
- Джульеттэщ, жыт1энщ. Си ныбжьэгъум и ц1эр Ирэщ. Ауэ абы мыхьэнэ лъэпкъ и1экъым. Ц1эхэращ жыхуэс1эр. Нэгъуэщ1ыц1э гуэрк1и фыкъыдэджэ хъунущ. Сэ иджыпсту дыгъэм си жеин къигъэк1уащи а ц1ит1ыр аращ си щхьэм къысхуихынур.
Сыхьэтипл1 хуэдэ дэк1ауэ катамараныр псы 1уфэм кърахул1эжри жьауап1эм щет1ысэхахэщ. Пщыхьэщхьэхуегъэзэк1 хъуат. Гуэлыпс ешаел1ам пщыхьэщхьэ акъуэжьыр щхьэхынэу телъэщ1ыхьырт. Коля удзыпц1эм зыхи1убащ. Щыуатэкъым: хъыджэбзит1ыр мы къалэм щыщтэкъым, т1эк1у зытрагъэуну къежьауэ арат. Иджы зыхи1убауэ удзыпц1эм хэлът, адэк1э ящ1энум егупсысу. И щхьэр къи1этри, нэ лъэныкъуэр мащ1эу къигъэплъащ. Гуэл 1уфэм ц1ыхур иджыри щыкуэдт. Лэжьап1э къик1ыжахэри гуэлым къэк1уауэ къыщ1эк1ынт. Гуэл 1уфэм 1ут жыгхэм я щ1ыбагък1э бгылъэ дахэм къыщыщ1идзэрт. К1апсэ гъуэгумк1э зек1уэ ц1ыхухэр зэрыс кабинэ ц1ык1ухэр псэущхьэ мыц1ыху гуэрхэм ебгъэщхьыфынут, уи нэр щ1эукъуэнц1ауэ уеплъмэ.
Гуэлым еш имыщ1эу псы къыхуэзыхь псыежэх ц1ык1умк1э хьэндрыкъуакъуэхэм я пщыхьэщхьэ уэрэдыр къи1ук1ырт, гуэлым хэс я лъэпкъэгъухэри абыхэм зэк1элъхьэужьу дежьурт.
Коля къапэщылъ экзаменхэр игу къэк1ыжри, и дзэ къыхэузык1а хуэдэ, и нэк1ур зэригъэлъащ. Гумм ф1эф1ынт-т1э ар, мыпхуэдэ гуэл хьэлэмэт, уафэ къабзэ, мо напэ1элъэщ1к1э зызлъэщ1ыж хъыджэбз ц1ык1ухэм хуэдэ дунейм тету? Дэтхэнэрауэ п1эрэ езым ныщхьэбэ еинур? Иджыри къэс зэхагък1ыфакъым, катамараным тесыху я1а псалъэмакъыр ц1ыхуипл1 псалъэмакъщ. Ауэ апхуэдэу нэхъ гъэщ1эгъуэныххэу къыщ1эк1ынщ.
Ирэрэ Джульеттэрэ напэ1элъэщ1хэр сумкэм иралъхьэжри захуэпэжу щ1адзащ. Ар зэригъэщ1эгъуэнур имыщ1эу, Коля «хъущт» жи1эу Феликс еплъащ, «абы къик1ыр сыт?» къригъэк1ыу. Арщхьэк1э Феликси зыри къыгуры1уэртэкъым.
- Иджыри зыдгъэпск1ынукъэ? Духа зыгъэпск1ын? – щ1эупщ1ащ Коля, жэуапым хуэмеищэ хуэдэу и макъыр лалэ-пкъыл1эу.
- Уп1ыщ1ащ, щ1алэ ц1ык1у, - къыпыгуф1ык1ащ Джульеттэ, - зыхуапи уи унэ к1уэжи нэхъыф1щ, мамэ умыгъэгузавэ.
- Мамэ гуэр иджыпсту 1ейуэ щ1эгузавэр ипхъу ц1ык1ур арауэ къыщ1эк1ынщ. Пэжкъэ, Фи… Валерий? Иджыпсту унэм уек1эл1эжыну жьыщ.
- Хэт унэм дык1уэжу къывжезы1ар? Дэ иджыри 1уэху 1эджэ зэф1эдгъэк1ын хуейщ.
- Уо-о, нт1э дэри вдэдгъэпсынщ1энщ, дызэгъусэмэ, нэхъыф1у зэф1эдгъэк1ынкъэ? Пэжкъэ, Фи… Валерий?
«Ат1э, пэжщ» къригъэк1ыу, Феликс и щхьэр ищ1ащ. Ар хэпщы1к1ыу нэщхъей къэхъуат. Мы зыхэт псоми зык1и хуэмейуэ фэ тетт. Ар щ1ихъумэну и ужь идти, абы къыхэк1ыу псори нэхъ 1упщ1ыж хъурт. Абы Коли гу лъитат. Зыпыщ1э ит1анэ «сабийм»! ди 1уэхум зыри къик1ынукъым. Мор къэзылъагъу щтэнщи и гъуэгу и занщ1эу щ1эпхъуэжынщ. Щхьэпылъап1эм ирашэл1а ф1эк1 пщ1эн ар? Шынащ. Щ1эшынари сыт? Сыбы и гъусэу зыщ1ып1и ук1уэ хъунукъым. Т1ури къэмык1уэ щ1ык1э гуэлым сыкъэк1уэн хуеящ. Апхуэдизрэ бадзэ сещэу сыщ1эсын хуеякъым. Иджы сыт ищ1эн?
Коля къызэф1эувэщ, зэуэ зричри хъыджэбзит1ым я зыр къипхъуэтащи гуэлымк1э ехь ирихьэжьауэ. «Сыут1ыпщ! Узыхуейр сыт? Бэяу, бэяу иджыпсту!» - мэк1ий хъыджэбзыр. Коля псым хохьэ, хъыджэбзым и 1ит1ыр абы и пщэм щызэредзэ. Псым зэхигъэхуэну хуейкъым, быдэу щ1алэм и пщэр ф1еубыдык1.
Коля Джульеттэ ба хуещ1, дыхьэшхыу, псы 1уфэм къы1унаит1ым дежк1э къызоплъэк1:
- Ей, хуэмыхуит1, хъунщ фызэрыпсэлъар, фыкъак1уэ, зыдгъэпск1ынщ. – Хъыджэбзым и тхьэк1умэм йохъуцацэ: - Удахащэщ! Апхуэдэу занщ1эу сыкъэбгъанэрэ уежьэжмэ… Уэри ущ1егъуэжынщ, сэри аращ. Хэ ищ1эн, а ц1ыхухэм ямыгъуэту къызык1элъажыхь гурыщ1эшхуэр гъунэгъуу къыдбгъэдыхьауэ демылъэпауэу п1эрэ? – А псор Коля макъ к1эзызк1э щэху дыдэу жи1ащ. Щ1алэм абы и щ1ыбагъымк1э щэридза и 1ит1ыр кърихьэк1ыжри хъыджэбзыр хуэсакъыурэ псым къыхихыжащ.
- Нак1уэ, нак1уэ иджыпсту, - йо1ущащэ Коля хъыджэбзым, абы и сумкэмрэ езым и щыгъынымк1э къищтэжауэ псы 1уфэм 1уту здэк1уэм. – Нак1уэ, дыджэгунщ лъагъуныгъэ.
- Нак1уэ, ауэ узэрыджэгун уи1эу си ф1эщ хъуркъым.
Хъыджэбзым и макъ щабэ ц1ык1ук1э Коля и лъэр къыхущ1иуду и щхьэр 1уригъэхыну хэтщ. «Си ф1эщ хъуркъым» жи1ащ пщащэ лъакъуэ к1ыхьым, ерыщу къиц1ыщхъук1 и нит1ыр мащ1эу иригъэлэлыхьурэ.
- Уэзгъэлъагъуфынущ, - Коля хъыджэбзым и 1эр еубыдри… Т1эк1у мэгупсысэри хущ1огъуэж, Джульеттэ зрекъузыл1э.
Иджы гуэлым хэлъадэ псы ц1ык1ур къыздижымк1э хуэмурэ дэк1уейрт а т1ур. Коля къызэплъэк1ри мыдрей т1ури я ужь къызэриувар къилъэгъуащ.
Гъэмахуэ пщыхьэщхьэр и п1эм иуджыхьырт. Дыгъэр уафэгум иригъэк1ыртэкъым. Мазэр къигъэ1эгъуэху хуит ищ1ыну хуей хъунтэкъым. Ауэрэ я ужь къинаит1ри къалъэщ1ыхьэжри, гуп ц1ык1ум, уэршэрурэ, гуэл 1уфэр къыбгынащ. Ц1ыху псалъэмакъи машинэ макъи зэхэпхыжыртэкъым.
Коля и вакъэм мывэ ц1ык1у ихуауэ жи1эри и ужь зыкъригъэнащ. Джульетти, адреит1ым ядэк1уатэри, къигъэзэжащ. Коля зыхуеиххэр арати, и 1эблэр иубыдри лъэныкъуэк1э 1уишащ.
- Уеша си гугъэщ, - жи1ащ Коля.
- Т1эк1у.
- Ат1э т1эк1у зыдгъэпсэхунщ, ухуеймэ…
Жыг ин гуэр къуагъуэтри абы и лъабжьэм зыщагъэпщк1уащ. Щ1алэ ц1ык1ум и гур къэк1эзызащ. И 1ит1ыр щ1ы1эмыл къэхъуат. Апхуэдэу мэхъу щак1уэр, махуэ псом зи лъэужьыр ихуа бланэр и нэгум къы1уидза нэужь. Ауэрэ и техьэгъуэ мащ1эр мэбзэхыж, щак1уэм и 1эщэр къегъэ1эгъуэри… Коли хъыджэбзым и дежк1э зишиящ, и щхьэр зришал1эри и 1упэр къигъуэтащ.
- Ущ1алэ псынщ1э ц1ык1уи уэ, - дыхьэшхащ Джульеттэ. – Мамэ хуит уищ1а?
- Мамэ абыхэмк1э сечэнджэщыркъым.
Куэд зылъэгъуа щ1алэжь гуэрым и макък1э жи1эн и гугъат ари, хузэгъэпэщар лъэ1у зыщ1элъ макъ щабэщ. Хъыджэбзыр зыщ1иубыдэри и дамэхэр, и пщэр бак1э щ1игъанэу хуежьащ. Джульетти т1эк1у дэк1ри апхуэдэ дыдэу жэуап къритыжу щ1идзащ. Ауэрэ пщыхьэщхьэм дыгъэр хуит ищ1ыжри к1ыф1ыгъэр нап1эзып1эм жыгхэм къатегъуэлъхьащ. Хъыджэбзым и щхьэцым, и 1эпкълъэпкъ псом дыгъэмэ гуак1э къак1эрихырт…
- Псы 1уфэм щхьэ уи закъуэ къыщыбжыхьрэ? – щ1эупщ1ащ Коля. – Жэщи махуи сыноджэ, ауэ уэ у1уожри, уожэ, уожэ…
- Сыт зи гугъу пщ1ыр? Жэщк1э хъунщ уэ ухит ущыхъур. Ц1ыхум щизакъуэм деж гугъущ. Е мы гъащ1эр уи щхьэ иумыпэсу сурэту зыпщ1ыжауэ ара? – Сурэтым Коля нащхьэ къыхуещ1. псы 1уфэм хуиту къыщежыхь и закъуэу. Здэжэм къызоплъэк1ри, къоджэ, къолъа1уэ: - Зэ къэувы1э, сэри сынок1уэ. Сыздэпшэн? Дэнэ ухуейми сынэк1уэнщ.
А т1ур нап1эзып1эм зы ц1ыху хъуащи я къарури зы ящ1, зыхуэпабгъэри зэтехуащ. Иджы а т1ур зыгъэпсэур зыгущ, 1эпкълъэпкъым къыщызык1ухь лъыри зэхыхьэжащ, лъынтхуэхэр зэпащ1ауэ зы гъуэгу зэдытетщ. Хъыджэбзыр к1ыхьу хощэ1ук1ри и щхьэр еудыныщ1э, еудыныщ1э…
Дуней псом зыри къытенакъым а зы ц1ыхум ф1эк1а. щ1ыр, джэрэзын ф1эмытаучэлыжу, къэувы1ащ. Ауэ пщыхьэщхьэ акъужь мащ1эр зэбзей жыгхэр, куэд щ1ауэ зэрымылъэгъуауэ зэхуэзэжа хуэдэ, зэуэ зыкъызэкъуахауэ зэ1ущащэрт. Махуэ псом нэщ1ауэ иджы хэщхьэжу я бзэр къиут1ыпщыжами ярейт.
Ауэ, зэт… А ц1ыхум зыхищ1э псори уафэмк1э къелъэхъшэхами ярейт. Абы куэд зэрипхырт, псори зэригъак1уэрт. Ар абы к1ыф1ыгъэм къыщедэхащ1эрт. Япэщ1ык1э щабэу, 1эпэ щабэ дыдэу. Ар, а щабагъэр, л1эщ1ыгъуэ куэдым къапхык1ат, езы Коли къык1уэц1рык1ри гъэр ищ1ат. Ауэ ар, а щабагъэр, къызыпкърык1ыр езы Колятэкъым. Ар къыхэк1ат уэшхыпсым, анэ быдзышэм, уафэ гуъагъуэхэм, псэущхьэр щыбауэк1э къа1урих бахъэ мащ1эм, анэр сабий къалъхуагъащ1эм зэреплъ плъэк1эм, псыхъуэ мывэ щ1ы1эхэм, къэк1ыгъэхэм. Ар, а щабагъэ-гуапагъэр, к1уэц1рык1ырт щ1ып1э щэху шыпсафэхэм, удз ц1ынэ 1эгук1э шэмэджыр зылъэщ1ыж 1эхэм, бжьыхьэк1апэм к1эщ1эс тхьэрыкъуэхэм я 1уэрвэрым, 1уащхьэ щ1ыбхэм те1ущащэ уэшх п1ащэм. Абы жьы къабзэ зыжьэдишар зэригъэзахуэмэ ирибауэурэ пшахъуэщ1хэр къызэпиупщ1ырт, къаплъэн бланэшхуэм пщ1эууэ къаплъэныбзым и лъабжьэм зыщ1ригъадзэрт, тенджызыр игъагъырт, чыц1 ц1ык1ухэр игъэк1эзызырт, игъэгуф1ащэрти. А щабагъэр щ1ыщ1агъыпсу адэ жыжьэ епт1ыхмэ къыпхуэлъэгъунут. Джульетта абы еш имыщ1эу пежьэурэ зыхузэ1уихырт.
Щабэурэ 1эбэ Коля и 1ит1ыр к1уэ пэтми нэхъ пхъашэ хъурт. Иджы абыхэм хъыджэбзым и 1эпкълъэпкъыр ягъэузырт, ауэ а узыр пхъэщхьэмыщхьэ хъуам нэхърэ нэхъ 1эф1т.
Коля и псыхуэл1эр ирихыну илъэс мин 1эджэ хъуауэ къыщ1эж псынэм 1угъуэлъхьауэ и 1упэр хищ1эрт. Пщтырт ик1и шыугъэт а псыр. Ефэрт абы Коля, а псым зыщ1ихуэу ц1уужу, гуак1уэу, щ1эрыщ1эу дунейм къытехьэжыну и гугъэт. Ц1ыхубзыр щэ1урт, и зы 1эр ц1ыхъухъум и щхьэм трилъхьауэ. Адрей 1эмк1э и бгъэр ихузырт, ип1ыт1ырт. Мыуз хуэдэ.
Ц1ыхубзыр пхрылъэтык1ырт губгъуэшхуэхэм, псыщ1агъ къэк1ыгъэ куэду зыхэлъ гуэл хуабэхэм хэсыхьырт. Абы и нэгу къыщ1ыхьэрт дахагък1э мы дунейм зыри зыпэмыхъуфын ц1ыху пц1анэхэр, щэк1 к1апэ щхъуэк1эплъык1эхэр ягъэуфафэу. Коля и ц1э къигупсысар зык1эрыпщ1а 1упэхэм ефэрт, ефэрт…Зэуэ ар къыхэщэ1ук1ащ. Узри гуф1эгъуэри и куэдт а к1ий макъым.
Феликсрэ Ирэрэ адэк1э зытэлайк1э к1уащ. Т1эк1уи къызэтеувы1эрт, я ужь къинахэм ежьэ хуэдэу. Феликс къигъэзэжыну игу къэк1ат, ауэ и щхьэ ечэнджэщыжри нэк1э тет1ысхьэп1э къилъыхъуэу хуежьащ.
- Соп1ыщ1э.
Хъыджэбзыр, пц1ы хэмылъу, п1ыщ1эрт. Мып1ыщ1эми, ещхьу зищ1ыфырт.
Ирит хъун щыгъ сытми? Гъэмахуэт. Пщыхьэщхьэми зы тебгъэгусэ хъунутэкъым. Феликс, ищ1энур имыщ1эу, и нэр игъэуп1эрап1эу, абы еплъащ, ит1анэ сакъыпэу 1эбэри хъыджэбз ц1ык1ум и 1ит1ыр и 1эгуит1ым дикъузащ. Псы1э къэхъуа удзыпц1эм зыгуэрым къыщипщэпщыхьырт. Хъджэбзыр гъунэгъу къэхъуат. Адэ жыжьэу макъамэ гуэрхэр къи1ук1ырт. Ирэ къызэщ1эплъауэ зишийри щ1алэ ц1ык1ум ба хуищ1ащ. Макъамэхэр къызди1ук1ымк1э дыхьэшх макъ къи1ук1уащ. 1эпэ щабэхэм щ1ы1ухэр ят1атэрт, а зэрыщабэу джанэбгъэмк1э дыхьэхэрт. Ещанэ къару гуэрым а т1ум гъэр ищ1ауэ иджы зы ищ1ыну пыхьат.
Тек1уэтат псори. Псори тек1уэтат. Щ1ежьэу зэф1эмык1а 1уэхури. Дэнэ к1уэну, дауэ хъуну, дэнэ щеджэну? Ахэр псори дыкъри лъэныкъуэ езат. Ауэ, т1эк1у къэхуэбэжа нэужь, зыкърагъащ1эрт. Къытегупл1эрт, къыхагъэзыхьырт, аргуэру дыкъыжырт.
Пщыхьэщхьэ мамырым ахэр еныкъуэкъурт, я дзэпкъ жанхэр хаук1эрти хьэ1уцыдзым хуэдэу я 1ур ягъаджэу бэлыхьыр трагъэлът. Ауэрэ нэуф1ыц1щхьэрыуэу вагъуэхэр уафэ джабэм къык1эраут1ыпщхьащ.
Феликс вакъит1ыр зылъигъэпк1ри къыбгъурыс хъыджэбзыр и лъакъуэ зэф1эгъэуахэм тригъэт1ысхьащ. Тет1ысхьэп1эм къыхуэк1уэ лъэс лъагъуэ ц1ык1ур мазэм ф1ыуэ къигъэнэхурти ныбжь зытригъэдзэну хуитыныгъэ иритыртэкъым. Фелиск лъагъуэм нэк1э дэжащ. Ар к1ыф1ыгъэм щыхэк1уэдэжым деж Залинэ щыт хуэдэу къыф1эщ1ащ. Къэск1ащ. 1э лъэныкъуэр хуит къищ1ри нит1ым щ1э1уэтыхьащ. Щытт абдеж Залинэ. Хьэмэ? Щытт. Дауи, щытт. 1э къищ1ырт. Зыщеджа еджап1эм и пщ1ант1эм дэлъэдэжыну зигъэхьэзыра хуэдэ, занщ1эу и щ1ыбыр къигъазэрти а гъуэгу ц1ык1ум тету щ1эпхъуэрт, тэлай дэк1ырти, аргуэру къигъэзэжырт. Къеджэртэкъым. Ар ц1ыхум хуэму къыпкърохьэ. Ар, адрей ц1ыхум хуагъуэт гурыщ1эр, зыми ищ1эркъым къыздик1ыр. Къызыхуэмык1уам иц1ыхуркъыми, тыншу мэпсэу. Къызыхуэк1уар… Къызыхуэк1уар гугъу ирегъэхь, е1уант1э, нат1эк1э жэуап зимы1э 1уэхугъуэ гуэрхэм ирегул1, еп1ыт1, ехуз, къарууншэ ещ1, зэми зыкъызэредзэк1ыжри къару куэду кърет, гъащ1эм нэщ1эк1э ирегъэплъ, гушхуэныгъэ кърет.
Пщ1ант1эм джэгуу дэтт. Сабийхэр зэрызехьэрт. Феликс хъыджэбз нэ хъурей ц1ык1ум игу хигъэщ1мэ ф1эф1т. Зэм 1эщ1эуэнти топыр къы1эищ1иудынт, зэми е1унщ1ынти игъэлъэпэрэпэнт. И портфелыр я деж хуихьыжырт, ауэ нимыхьэсу щыхыф1идзи щы1эт.
Телефоным и бжыгъитхур, ерагъыу къищ1а бжыгъитхур, къридзэрт, ит1анэ макъым ежьэрт. Емыпсалъэу трубкэр тридзэжынк1и хъунт. Хъыджэбз ц1ык1ум, нэ губзыгъит1ымк1э къеплъ ф1эк1а, псалъэ гуауэ къыжри1эртэкъым.
Мазэм ф1ыуэ къигъэнэху лъэс лъагъуэм еплъ хуэдэурэ, абы зыкъуигъапщк1уэурэ Залинэ егупсысу арат Феликс. Апхуэдэу ущ1алэу къыпхуэк1уа гурыщ1эр балигъып1э уиувэхук1э пхъумэну уеувал1эк1э дзыслысым ухэк1ынкъым. Ауэ Феликс абы егупсысыртэкъым. Топыр хуишийрт, къы1эпыхумэ аргуэру къызэрыхуиттэжынур къыгуригъа1уэу, хуэгуф1эрт. Портфелри хуихьыжынут, уеблэмэ къыхуэна гъащ1э псом къыздрихьэк1ыну и пщэ къыдилъхьами арии хуищ1эфынут. Арат хъыджэбз ц1ык1ум игу языныкъуэхэм деж щ1ыхигъэщ1ри.
Лъэс лъагъуэм щ1ы щхьэфэм къы1эщ1эк1ауэ зегъэджэрэз. Залинэ хуэму и щ1ыб къегъазэри еджап1э пщ1ант1эм дыхьэжыну йожьэ: сыт мыбдеж щ1ыщысыр? Хэт зи гъусэр? «Сыт, щ1алэжь ц1ыкёу, ц1ыхубз блэгущ1э щ1агъым и мэ къызэрыпщ1ихьэу чыхум ухэлъэдэжауэ ара? – ныбжьэгъум и 1упэр гущык1ыгъуэу игъэджэгуу мэпсалъэр. – Гъуэрыгъуапщк1уэ щыджэгу зэманым дик1ащ. Балигъ дыхъуащ. Къыдэсх 1уэхухэр л1ы хуэдэу къыздэ1ыгъ, армыракъэ…»
Нэгъабэ, хы 1уфэм зыщигъэпсэхуу, Коля «ц1ыхубзыр зищ1ысыр» къищ1ащ. Ар куэдрэ къыдригъэжеижурэ егъэныщк1у. Щ1эх балигъ хъуахэм захебжэ. Абы а гуэл 1уфэм зыщигъэпсэхуа нэужьщ дыхьэшх нэпц1у «иджы л1ы сыхъуащ» щыжи1ар. «Л1ы хуэдэ, къыдэсх 1уэхухэр къыздэ1эт, къыздэ1ыгъ, армыракъэ…» Коля 1ук1уэтмэ, хэт иригъэц1ыхун гъащ1эр? Ар инщ, къуейщ1ейщ, гуры1уэгъуейщ. Адэр апхуэдэ гъуэгу къыбдытехьэфынукъым. Еджап1э пщ1ант1эм дохьэж. Абы жи1эхэм уедэ1уащэ хъунукъым, ц1ыхубзщ. Гъуэгу ц1ык1ум хьэуам щыджэрэзын иухри щ1ы щхьэфэм алэрыбгъу бгъуэзэу зытриубгъуэжащ. Адэ жыжьэу лъэс лъагъуэр к1ыф1ым щыхэбзэхэжым деж Залинэ и теплъэр хуэмурэ хьэуа к1ыф1ым щыхэк1уэдэжырт. Хуэмурэ Ирэ и 1эр джанэпщэм къыдихыжащ.
- Уп1ыщ1эрэ иджыри.
Ауэ жэуапым ежьэркъым, къызэф1оувэж. Сыт мыбдеж щ1ыщысыр, хэт зи гъусэр?
- Уи деж дык1уэну ара, Валерий?
- Щхьэж и унэ бжэн лъакъуэщ, сэ соп1ащ1э, нак1уэ.
- Фи, ара зэрыхъур?
- Аращ, ет1уанэ серием нэгъуэщ1 партнер къегъэблагъэ.
Хъыджэбзым и 1эблэр иубыдыну йожьэ, ауэ модрейр губжьауэ къодэмэпкъауэ:
- Псих. Дохутыр зэгъэплъ. Къопсалъэ1ами зэхыумыхыжу щ1ым уи нэр тыбогъэплъызэ. Си пщыхьэщхьэр сф1эбгъэк1уэдащ!
- К1ыф1щ, узгъэк1уэтэжынщ.
- Си пщыхьэщхьэр зыми щымыщу сф1эк1уэдащ…
Щ1алэ ц1ык1ур лъэс лъагъуэ ц1ык1умк1э ежьэжащ. Ауэрэ гъуэгушхуэм къытехьэжахэщ. Къалэ паркыр щымт. Зэзэмызэ адэ тан-площадкэмк1э къи1ук1 макъамэр жэщ акъужь мащ1эм зыщхьэщимыхуу къихьырт.
Фэеплъыр, парк ихьэп1эр ихъумэу, щытт. Ешауэ фэ теткъым. Къарууф1эщ, уардэщ. Ар зейм наршу хэкум властыщ1эр къыхуихьащ. Гъэпщыл1ак1уэхэм къажьэдитхъри хуитыныгъэ псоми яхуигуэшащ…
Мэ, нащтэ, уэри мэ. Уэри мыдэ къак1уэ, мэ. Псори фрикъуа? Фыпсэу насыпыф1эу. «Адэжьхэм ябжь хьэлъэр куэншыбым хэдзэнщ, гъащ1эщ1эр нысащ1эу ди унэ къитшэнщ». Усэщ.
Фэеплъ ф1ыц1эшхуэр парк ихьэп1эм деж щытт. Щ1алэ ц1ык1ур абы и пащхьэм деж къыщыувы1ащ. Ирэ и 1эпхъуамбэр, «делэщ» жи1эу къригъэк1ыу, и нэжьгъым деж щри1уэнт1ыхьри к1ыф1ым хэбзэхэжащ. Фэеплъым шынагъуэу к1ыф1гъэм зыхигъэзагъэрт… Уардэт, къарууф1эт, щхьэфэцым зригъэгъэтэджу къыпыгуф1ык1ырт. Щышынэмэ – пщ1э хуащ1у аращ. Ара зэрыщытыр? Псэухуи гъуаплъэм хуэдэу быдэу щытауэ жа1эжырт. Властыщ1э нэхур 1э лъэщк1э къэзызэуа къару пашэ Тембал дахащэу япэк1э ишия 1э лъэныкъуэр ныжэбэ Феликс къыхуэлъагъуртэкъым. К1ыф1 зэрыхъуу и 1эм зригъэпсэхуу арауэ п1эрэ-т1э? Нэхущхэм деж аргуэру ишииж хъунщ. Щ1алэ ц1ык1ур шынапэурэ фэеплъым бгъэдэк1уэтащ. Шырыкъушхуит1ыр лъэщу теувап1эм тетт. Ц1ыхъухъу къарууф1эм лъэщу, игурэ и щхьэрэ зэтелъу, щ1ыр егъэгыз жып1эну, уэрамхэм къыщик1ухьырт. Е наршу шыдыгу зэщ1эщ1ахэр гъуэгум трихуурэ и машинэ зэпэщымк1э къижыхьырт. Апхуэдэхэм псэуху 1э лъэныкъуэр дахащэу зыщ1ып1и яшийркъым, бгырыпхыбгъуэм дагъэлъадэри ягурэ я щхьэрэ зэтелъу йоувык1. 1э лъэныкъуэр дахэащэу щаший хабзэр теувап1эм теува нэужьщ.
Феликс фэеплъым худоплъейри… Тембал 1э лъэныкъуэр зыщ1ып1и ишийркъым, и бгырыпхыбгъум дэ1уауэ щытщ. Щ1алэ ц1ык1ур и нэм щ1э1уэтыхьащ, и 1эм едзэкъэжащ. Феликс щтауэ щ1ыбк1э къик1уэтри и лъэ къызэрихьк1э щ1эпхъуащ. Фэеплъыр къыщиудри уафэгъуагъуэ макък1э къэдыхьэшхащ. Щ1алэ ц1ык1ур жэрт, дыхьэшх макъыр къык1элъыжэрт, ит1анэ япэ ищырти и пащхьэм къик1эрахъуэрт, нэхъ лъэщ хъууэ, зыщигъэпщк1унк1э 1эмал имы1эу…

* * *

«Буха?» Щ1ым джэрэзын щ1идзэжат. «Сэ сожьэж. Узыншэу ущыт». Коля и дзэм дэт1ыхьурэ жыг щ1агъым къыщ1эк1ыжащ.


IV

Нанэ 1эбэри матэм цы 1эмыщ1э кърихащ…
Пхъэ1эщэжьри вэныжьылъэм къэхэнащ. Выжьит1ми, ныкъуэзэхыхьэ колхозым и 1уэм ираубыдэри, я лъэр щ1эхуащ. Ц1ыхур, жьауап1э лъыхъуэ хьеуаным хуэдэу, и щхьэр утыкум къинат.
Щхьэнтэр тэмэму и бгым щ1егъэзэгъэж. «Къэк1уэнур ф1ыщ, къэк1уэнур ф1ыщ, къэк1уэнур телъыджэщ». Дэнэ щы1э ар? Мэжал1э щы1эжкъым, ауэ ар мащ1эщ. Ц1ыхур зэк1уэк1ащ. И гур мывэ мэхъу. Зы анэ къилъхуахэм я щ1ыб зэхуагъазэ. Ат1э сыт абы щхьэк1э?
Къэк1уэнур ф1ыщ. Абы ебзейуэрэ 1эф1и ф1э1уи къыщ1анэжакъым. Нобэр псоми къащыгъупщащ… Сабийр зым щымыщу делагъэк1э дунейм ехыжащ. Игъащ1э лъандэрэ къежэх псым ц1ыху егъал1э иджы. Алыхьым бгъэдэк1ахэщи аращ. Ц1ыхум шынэ я1эжкъым. Щхьэзыф1эф1щ. Наршухэм зи акъылыр хьэмбы1уу щысхэр 1этащхьэ яхуэхъуащ. Щхьэзыф1эф1хэр унафэщ1щ. Ц1ыхум зихъуэжащ. Пасэрей наршур дэнэ щы1эж? Иджырейм и 1эпэр щ1ишэурэ къыбжи1эфынущ илэжьауэ, хузэф1эк1ауэ хъуар. Хузэф1эмык1ам, къемыхъул1ам и гугъу иумыгъэщ1. А т1ур зэблитхъуатэмэ…
Наршухэм я насып вагъуэр абы къигъэлыдыжынт. Пхъэ1эщэр вэныжьылъэм къыханат. Пхъэ1эщэжьыр дэнэ щы1эж? Трагъэк1уэтащ зы гъэ, зы зэман. Хьэуэ, дэ тыншыгъуэ тлъэгъуакъымю зауэ, банэ, 1элъэщ1 плъыжь зытезылъэхьэу жырыш ябгэр япэу езыхужьахэм щыщхэр шхын щхьэк1э зэтел1э саби1 быным к1эпхын жып из нартыху хуахьу яубыдри щ1ып1э щ1ы1эм я щхьэцыр щхьэфэм щытрагъэщтыхьыжащ... Цы курыхым и ужь ихьащ.
...Адрейхэри, я 1э – я лъэ дыхьэшх нэпц1урэ 1элъэщ1 плъыжьыр вэныжьылъэм и кум ит чыцэм щыф1адзэри, унагъуэм ит1ысхьэжащ. Ц1ыху хьэщхьэры1уэр зык1уэц1ыуа фыз уэндэгъум мылъхуэсу къилъхуа сабийм ещхьу къарууншэу, махуэ къэнащ наршу лъэпкъыр... бзэк1и хабзэк1и къулейсыз хъуащ. Псым щхьэк1э тхьэусыхэну районым к1уа фызхэр къагъэшынэри къахужащ: «Фыздэк1уар ямыщ1эу фыбзэхынщ». Пэж щы1эжкъым. Яшхри... аращ ар сытми. Наршум къыхуэна т1эк1ур, хабзи бзэи ирехъу, нэд гъуанэж иридзэу къуршыпсым хэзыдзэфын езы наршухэм къахок1 иджы гъунэжу. Залини, наршу щ1алэгъуалэм и нэхъыбэм ещхьу, зэрыпсалъэр нэгъуэщ1ыбзэщ. Ар ф1ыуэ жа1эрт япэм. Щ1эныгъэм, культурнагъэм гъунэгъу хуищ1у, сэ сщ1эрэ. Пхъум арат жи1эр. Си псэр щыхэк1к1э нэгъуэщ1ыбзэк1э дауэ сыкъепсэлъэжыну?
Наршухэр шейт1ан къафэ псынщ1э гуэрым хэтщ. Пшынауэри ялъагъуркъым, къофэ, къофэ, къофэ. Шыдыгъуэжьыр уэрамым ирок1уэ.
Дыргу-дыргу. Лъэпкъ уэрэдусыр, 1эщак1уэ, пагэр сондэджэр, дыгъуак1уэ мэхъу.
Дыргу-дыргу. Зи гупк1э уисым и уэрэд жы1э. Псалъэжьщ.
Дыргу-дыргу. Мылицэм и к1уап1эмк1э еуэ.
Дыргу-дыргу. Зэманым дек1ур л1ыф1щ. Япэ уищ хъунукъэ? Наршухэм а псалъэжьыр иджы махуэ къэс къагъэсэбэп. Адрейхэр тек1уэтащ.
Ц1ыхухэм я гум мыхъур трагъэуащ.
Наршухэм я тхьэжьхэри зэт1ысыл1эжа мэжджытхэм я напэр трахат...
Цы ипщ1ри илъагъужыркъым. Пасэм гупсысап1и бгъуэтрэт? Махуэ псом зэф1этауэ, 1эуэлъауэ, гъуэлъыжмэ, жейм зратырти арат. Ауэ иджы. Иджы лъакъуэ лъэныкъуэк1э адрей дуней ущыщы1эк1э... Абы щыгъуэ щ1ы1эт. Сытуи к1эгъэпшагъэт а махуэр! Жэм зырызыр пхъэ1эщ1эм щ1ащ1ауэ. Зауэм аращ и унафэр. Ф1ы щы1эжт? Ц1ыхубз гужьеяхэр жэмк1э вэуэ губгъуэм итт. Комсомол билетри бгъэным к1эщ1игъэлъадэри игъэпщк1уат. И дыхьэшхын къок1уэ. 1э п1ыщ1ар жэм тхьэк1умэм ирагъэлъадэурэ ягъэхуэбэжырт. И къуэрылъхухэм зэ яжри1эжати хуабжьу иридыхьэшхащ. Дыхьэшхэну п1эрэ? Дыхьэшхэнщ. Щыгъын тэмэмым и п1эк1э къэпым къыхэщ1ык1а гуэбэнэч ящыгъыу губгъуэм итт фызхэр. Я напэхэр ф1ыуэ мытхьэщ1ыжа хьэкъущыкъум ещхьу. Пощтзехьэр къалъагъумэ, я дзэлыфэр тешауэ щ1эпхъуэу. Пщыхьэщхьэк1э уэрэд жа1эну къыхадзэрэ гъыбзэк1э яухыжрэ зэбгрык1ыжхэу. Гъавэр жыпк1э къадыгъуу. Ар къэдыгъу-т1э сытми, жып из ф1эк1 мыхъумэ? Дыхьэшхэнщ. Сабий 1эблэтесыр щ1ы кърат1ык1ам ирагъэувэурэ лэжьэну хыхьэу. Шыдым хуэдэу, къэрэкъурэ зытралъхьэрэ сабий напэ ф1ейхэм ебгыурэ къызэк1элъагъэп1ащ1эурэ къуажэм к1уэжу. Маухэ псом зэрыва жэмым и шхуэл ф1ейр ямытхьэщ1у шыугъэ хъуа шэ т1эк1у къыщ1ашрэ нартыху бзий бгъэдак1утэрэ къы1ук1ыжу. Дыхьэшхэнщ.
Къэрэкъурэ пхырыр хьэлъэ1уэ хъуати хуэмыгъэкъарууэ къы1эпыхуащ. Сабийм щ1ок1ие зыкъыпэщ1игъэкъуэну. Илъэсищ сабийр гъуэгыурэ и къару къызэрихьк1э и анэм дэ1эпыкъуну и ужь итщ. И-и-и, т1эк1унит1э, мис иджы зымащ1э. Къэрэкъурэ пхырыр ины1уэ хъуащи ц1ыхубзым къоныкъуэкъу. И нэр къыщихуащ, езыр жьым щхьэщищ1ык1а жыгым ещхьщ. Аргуэру 1эпохуж. Ик1и губжьыркъым, щатэркъым, тхьэусыхэркъым. 1эпыхуу нэхъ хьэлъэ хъу пхырыр зэпеплъыхьри сабийр къызыбгъэдешэ аргуэру. Дыхьэшхэнщ, 1ыхьэ-1ыхьэ иращ1ык1ыу щхьэ ямыхьрэ? Пшапэр зэрызэхэуэу къэрэкъурэ пхыр ныкъуэр къызык1эщ1эна жыг щ1агъым жьындур къыщыдыхьэшхащ. Ящыдыхьэшхырт.
Жэщк1эрэ жэп къох, бжьыхьэ к1асэм и хьэуар пшагъуэм 1ув ещ1. 1эр ф1ыуэ п1ыщ1амэ, уепщэк1э къыпхуэгъэхуэбэжыркъым. Жэм тхьэк1умэ к1уэц1ыр хуабэщи... Япэщ1ык1э гур кърегъак1уэ, 1эр къыщывыжк1э. Ит1анэ аргуэру пхъэ1эщэк1, къэрэкъурэ, жэпкъ, жэм быдз, къэп, шхуэмылак1э, сабыныншэ жьыщ1ыгъэ. Аращ. Ит1анэ чырбыш минхэр ягъэжащ, жьыщ1ащ аргуэру, шэжыпсым хэлъащ. Собранэм зыкъыща1этащ. Кхъузанэк1э псы къахьакъым. Аращ ямыщ1ар.
Пэш зэвым нэхур и мащ1эт. Пхъ гъуэлъып1эжьым зыкъытри1этык1ри дадэр унэм къыщ1эк1ащ. Дыхьэшхащ. Щ1эдыхьэшхар къызыгуригъэ1уэжыну нат1эр зэригъэлъати, зыри къик1акъым. Дыхьэшхамэ, иредыхьэшх. Хуиткъэ? Къур1эныр дихри дэк1ыжащ. Къэк1уэну п1эрэ иджыри? Къэк1уамэ, хадэм т1эк1у къыщик1ухьынт, щ1алэ ц1ык1ум жи1эхэм еда1уэурэ. Си къуэ закъуэр симы1эжми, уэсят къыхуэсщ1амэ, а Къур1эныр зэрихьэнт. Маф1эм пэридзэнтэкъым, пхъуантэм дигъэлъынт, нэгъуэщ1 мыхъуми.
Жыг щ1агъым щет1ысэхащ. Сабэмэ щхьэ къэуа? Уэрамымк1э 1эхъушэ блаху. Былымым я лъэр псынщ1эу зыблах. Къагъэп1ащ1э. И баш ныкъуэупсыр 1эбэрабэурэ къелъыхъуэ. Игъуэтыркъым. Унэм къыщина хъунщ.
1эщыхъуэ. Колхоз хъушэ. Жэмыщ1э псэфхэр гъэмахуэ хъуп1эм яху. Къуажэ гъунэгъум дыуэщ1 щы1ауэ къэк1уэжырт. Зи лъэхуэгъуэ къэсыпа жэмыщ1э ц1ык1ум и ужь зыкъригъанэрт, лъэныкъуэк1и зыщ1идзыну хэтт. Шыбгъэк1э яху. Пащ1э зытет наршуул1 ахъырзэманым жэмыщ1эр къимыгъэувы1эу еху. Ар абы ейкъым, колхозым ейщ. Ейуэ щытамэ, хъушэр т1эк1у зыдэфыщ1эфын гуэр деж къыщыувы1энти анэр шк1ащ1эм иригъэбзеинт, и ныбэ изу шк1эр щ1игъэфынт, быдзыпл1ми япэщ1ык1э пышыхьа нэужь. Ит1анэ и шыпл1э дигъэт1ысхьэнти и гъуэгу теувэжынт. Ик1и ук1ытэркъым. Сабэр къигъэхъейуэ щыблитхъум сэлами кърихащ. 1эхъушэр блэк1ащ. Л1ыжьым зы 1уэхуф1 и к1э нигъэсащ – щ1алэ ц1ык1ур Къур1эным къеджэу иригъэсащ. Наршухэр-щэ? Наршухэр зэк1эщ1эп1аск1уэу, зэхущ1эуэу, зым и лъабжьэр адрейм къит1у къызэхэнащ.
«Сл1о, урикъуакъэ иджыри? Уи къубгъаным дыщэкъу къыхуэтщ. Хъарып. Еуэ-т1э, зыгуэр къэ1уджэ1ущ. Сэ сыбдэ1эпыкъунщ. Ит1анэ, уэ-сэ». Наршу анэр и быным йопсалъэ: «Ущ1эмыбэяур сыт, абрэмывэм щ1ип1ыт1эн!».
Зыми емыда1уэу къэфэну къаф1ытехьащ наршухэр. Къуажэ уэрам нэшэкъашэ ц1ык1ум выгу ирок1уэ. Къуажэр къызэренэк1ри гъуэгушхуэм тохьэ. Куэд мыщ1эу машинэ ц1ык1у гуэрым хуозэ. Л1ыжьыр и пщ1ант1э дэсыжщ. Жыг жьауэм щ1эсщ. Мывэ хужьышхуэм бгъэдэсщ. Пщ1эшхуэ хуищ1у зы тхылъ гуэри и куэщ1ым илъщ. Нэпс тк1уэпс п1ащэхэм къыхэщ1ык1ауэ нэмэз щыгъэ егъажэ.
Къуажэ уэрам нэщ1ым зыгу къыдолъадэ. Сэлэт зытхух исщ. Заплъыхь, зо1ущащэ зэзэмызэ. Пщ1ант1эм долъадэ. Жыг щ1агъым къагъэтэджри гум ирагъэт1ысхьэ. Фызри сабийхэри аращ. Здашэр дэнэ? Ищ1эркъым. Ауэ даш, зэрамыгъэплъэк1ыу даш.
Къуажэ мэжджытым и мухьэрэбри а махуэм къагъэуэну и ужь итащ. Ари ефэндым и гъусэу гъэк1уэдын хуейт. Къуажэ дыхьэп1эм деж щыт фэеплъ щхьэпц1эм гъащ1эщ1э а щ1ык1эм тету хуаухуэрт.
Жьы чэфыр фадэмэ къы1урихыу уэрамым дэтт. Дакъикъэр лъэныкъуэк1э ебэщ, к1эзызу и п1эм зытэлайк1э итщ, блэк1ри ежьэжащ. Теувап1э гуэри къыхуэгъуэтыжыртэкъым. Аргуэру макъхэм лажьэу щ1адзащ. Быдэт ахэр, щхьэ к1уц1ым ирижи, тхьэк1умэр зыудэгуи, жэуап хуеи яхэтт. Я щхьэр гъэк1ауэ щытт. Хьэуа ф1ыц1эр къуалэбзу дамэ макък1э гъэнщ1ат. Абыхэм хьэуар зэрыхуейуэ зэпрахулэк1ырт, зытрагъащ1эрт, щыхуейм деж, адрейхэм лъэныкъуэк1э 1уагъэк1уэтырти лъагэу дэлъэтейрт. И нэр къыщхьэрипхъуат, ауэ а псор ф1ыуэ зэхихырт. Зыгуэр къэдыхьэшхри и гъусэм ба къыхуищ1ыну елъэ1уащ. Паркым къэса хъунт. Мыбы куэдым зыщагъэпсэху.
Асыхьэтым и щхьэм уэздыгъэ пагъэнам и къызэщ1энэк1эр и псынщ1агъыу жьы щ1ы1э къыщепщащ. Макъхэри, гупсысэ пытхъахуэхэри ирихури щхьэ куц1ым къабзагъэ хужьыбзэ кърилъхьащ. Паркым къыщызык1ухьхэм я лъабжьэм щ1эт тхьэрыкъуэ птулък1афэхэм, и нэк1ум къихуарзэу, зэуэ за1этащ. Абы и къару т1эк1ухэр 1эпкълъэпкъым щызэхуихьэсщ, и нэр нэхъ ину зэтрихри и тхьэк1умит1ыр зэримыгъэдэ1уэным пыхьащ. Гъуэгу ят1эм щыхьэмк1э шым и лъабжьэм къыщ1идз ят1эм ещхьу, ергаъыу хъужа щхьэ куц1ым гупсысэ шынагъуэ мыфэмыцхэр къихуэу хуежьащ. А ят1э хьэуп1эхэр хьэуам щызелъатэрт, и щхьэ куц1ыр т1ысып1э ящ1ын ипэк1э. Абыхэм я лъабжьэм щ1ы щхьэфэр щык1эзызырт. Лъакъуэ тебгъэувэну дзыхь умыщ1у щык1эзызырт. Псори ф1эл1ащ. Зыри къыхуэнакъым. Псэущхьэм и щхьэр езыгъэхъумэж къаруми и псэ пыт къудейщ. Зытет1ысхьа тет1ысхьэп1эм и лъакъуипл1ыр зытет щ1ы т1эк1ур къанэри, адрей псори к1уэц1рыхуащ. Гур къригъак1эу щыхуп1эщ. Щыхуп1эм еплъыхри шынагъуэ къарууф1э къызэрыпкърыхьэр зыхищ1ащ. Ар къак1уэрт пщтыру, лъагъуныгъэм хуэдэу зы1эпишэу. Ц1антхъуэри тет1ысхьэп1эм теджэрэзык1ащ...
- Сыту щ1эхыу укъызэф1эк1а, къуэшаня? – Коля зи гъэбэлыхьу зэпишурэ зи щхьэр щ1э1уауэ к1уэ Феликс зыхуегазэ. Жэуапми ежьэркъым. – Укъигъэшынэу укъызытригъэхужи.. зыри жып1эркъыми?
- Сэ ахэр псынщ1эу зэф1ызогъэк1, - Феликс гушы1э хуэдэу зищ1ыну хуейщ, абы и щыхьэтуи куэд къызэрык1 пыгуф1ык1 ищ1ыну хуожьэри, абы и п1эк1э 1упэ зэк1эщ1эша т1эк1у ф1эк1 хузэгъэпэщыркъым.
- Кхъы1э, сыкъыумыгъэлыб иджы, Филя. Сымыщ1э хуэдэ уэ уи зэф1эк1ыр! Сощ1э сэ къэхъуар. Уэ гъусэ узыщ1 сэ ...
- Сумыщ1! Хэт къолъэ1уар? Зыпк1эрысщ1акъым. Зэгъащ1э ар. Къыбгуры1уа?
- Ей, ей, укъыдэмылъей занщ1эу. Елэныхъум хуэдэу укъыдэмылъей. – Коля ныбжьэгъур и блыгу щ1агъым щ1егъэувэ. – Тэмакък1эщ1 ухъуащ. Нак1уэ, пивэ къэдгъуэтынщ.
- Сыхуейкъым. – Коля и 1эр и пщэдыкъым дех Феликс. – Сыхуейкъым. Сабийм хуэдэу сыбущийуэ аф1эк1а здэнукъым.
- Сыт щхьэк1э, пивафэтэкъэ дыздежьар? – Коля къэувы1эри тутын щ1игъэнащ.
- Арами, иджы араижкъым. Сэ 1уэху си1эщ.
- А-а-а, псэм и хъуахуэм деж ук1уэну ара? Еуэ, еуэ. Дэ ныбжьэгъум зэран дыхуэхъуну дыхуейкъым. Еуэ-т1э, к1уэ, уи 1уэху зэф1эгъэк1. сэ пщыхьэщхьэ сыножьэнущ.
Коля и 1ит1ыр ерыщу и жыпым ириук1эри уэрамыр зэпиупщ1ащ.
«Дыгъуэпшыхьрейри щ1эзут1ыпщыжар сыт? Пэжщ Коля жи1эр зэрыщыту. Пэжщ». Гъуэгум зэпрык1ауэ адрей лъэныкъуэмк1э ирик1уэ ныбжьэгъум к1элъыджэну игу къок1. Ит1анэ: «Зэ жыс1ам сытет хъунущ. Ауэ коля гъащ1эм нэхъ щыгъуазэщ. Дыгъуэпшыхьрейр сут1ыпщыжын хуеякъым. Гъэмахуэти зигъэпсэхуну къэк1уауэ арат. Сызыхуейр симыгъащ1эу къыспэрыуамэ, Коля къызжи1ат сыздеуэну щ1ып1эр. Ит1анэ ц1ут1 жимы1эу пхуэт1эщ1ынут. Л1ы нэсхэм аращ зэращ1ыр, - хуэмей-хуэмейуэрэ, газет щащэ киоскым нэк1э ирижащ. – «Л1ым игу зэрызрагъэхь щэхухэр». Абы адэк1э: «Наршухэм я хабзэхэр», «Нобэ унафэщ1ыр к1уащ...» Сыту ф1ыт паркым къик1ыжа нэужь фэеплъым дилъэгъуар Коля зэрыжримы1эжар! Зигъэук1уриинти и ныбафэр узыху дыхьэшхынти ар.
Папщэурэ и жып куум жьгъей къыщилъыхъуэурэ киоскым зы л1ы гъумыщ1э къыщыбгъэдыхьэм, Феликс ежьэжащ. Ауэрэ Джамбулэт и уэрамым къытехьэжри Залинэ и унэм щ1ыхьащ. Джэдуумэ къызыщ1их подъездым лифтым т1эк1урэ щежьэри ит1анэ лъэсу еханэ къатым дэк1уеящ.
- А-а, уэра ар? Къак1уэ, къыщ1ыхьэ.
Феликс зишийри бжэр ху1узыха хъыджэбз ц1ык1ум ба хуищ1ащ. «Фызэ1урышхыхьу зэ слъэгъуамэ...» - а псалъэхэр щхьэ куц1ым къыщыхэджэрэзык1ым, хуэмышэчу дэ1эбейри и 1упэр илъэщ1ыжащ, хъыджэбз ц1ык1ум и щ1ыбыр къыщигъазэм хуигъазэри.
Залинэ и щхьэц псыфыр игъэгъущу гъуджэм бгъэдэтт.
- Сыт, ф1ыуэ зывгъэпсэхуа дыгъуасэ? Псыр хуабэт?
- Нт1э, хуабэт. Зыдгъэпсэхуащ. Зыкъысхуэбгъэгусэрэ? – щ1эдзап1э, гъуэгу щхьэхуэ хуимыщ1у занщ1эу щ1эупщ1ащ.
- Сэри? Хьэуэ. Сэ зэи зызгъэгусэркъым. Зыгуэрхэр си жагъуэ сощ1, ауэ зызгъэгусэркъым.
- Зыбгъэгусамэ, нэхъыф1т. Дауэ щымытми, укъэзгъанэри сежьэжат. – Феным нэхъ хуэму зек1уэу щ1идзащ.
- Пщ1эрэ, Феликс, сэ ущияк1уэ къысхэк1ынукъым. «Ущыуащ» е «мыр сигу ирихьыркъым» бжес1эк1э сыт? Уэ уи щхьэк1э абыхэм унэсамэ арат... мыдрейр къыпхуэщтэнукъым. Зыпхухэлъхьэнукъым. Уэ пэж защ1э къыбжезы1э зыгуэр уимы1эу упсэуфынукъым. Апхуэдэ ц1ыху ухуэмызауэ, зыгуэр къэбубыдынурэ абы и п1э ибгъэувэнущ. Мис, Коля апхуэдэу ибгъэуващи...
- Сощ1э уэ жып1эну узыхуейр. Уи щхьэ закъуэ акъылым дзыхь хуэпщ1ыркъым, ара? Сыарэзыщ. Ауэ Коля жи1ахэр нэхъ тэмэмт жыс1эмэ-щэ иужьк1э?
Хъыджэбзым и дамит1ыр хуэмурэ дришеящ
- Сыт сэ абы щхьэк1э жыс1эфынур? Зэрыпф1этэмэмым хуэдэу уощ1. Ауэ сэ... си гугъэмк1э, къзлэжьыркъым апхуэдэу укъысхущытыну. Сыхьэпшыпкъым сэ. Сыхуейщ гу къыслъатэну, дахэ къызжа1эну, сэ сщ1эрэ, - мэдыхьэшх, щ1огъуэжри и дыхьэшхыр егъэпщк1уж. – Уэ, ныбжьэгъум псалъ жи1амэ, сызык1эрыбдзрэ ущ1пхъуэжу...
Феликс, къызэрыщ1ыхьэрэ утыкум зритым гу лъитэжри, диваным ит1ысхьащ. Къыщык1уэм щыгъуэ Залинэ жри1эжыну игу ирилъхьахэр, паркым зэрисар (дауи и заъуэу), лъэс лъагъуэ ц1ык1ум и нэр зэрытеплъызар – ахэр псори 1уихри адэ жыжьэу зыщ1ып1э щигъэпщк1ужат иджы. Июль мазэр ек1уэк1ырт. Гъэмахуэри зэ мыхъуми зэ иухынт, ит1анэ махуэ къс еджап1эм щызэхуэзэжынутэкъым, я щытык1эхэр нэгъуэщ1 зыгуэру яухуэн хуейт. Къэхъунур зыми ищ1эртэкъым. Зэхэзедзэн ищ1ынут псори гъащ1эм. Арат псори зэриухынур. Хэт ищ1эрт? Тхылъхэм, кинохэм, гъащ1эм къызэрыщыхэщыр зэхуэдэут: еджап1эм къыщежьа лъагъуныгъэр к1уэдыжырти, зэман дэк1а нэужь феликсхэм, залинэхэм я щхьэц тхъуар нат1эм трагъэк1уэтурэ блэк1ар зэхуэгуф1у ягу къагъэк1ыжырт. Зэхуэза нэужь, т1эк1ури нэщхъей къэхъуауэ, я унагъуэ ихьэжырт, я лэжьап1э ек1уэл1эжырт. Япэ лъагъуныгъэр гукъеуэншэу зэман блэк1ам тыгъэ хуащ1ырти ежьэжырт.
Феликс и къэк1уэнур Залинэ хэмыту и нэгу къыхущ1эгъыхьэртэкъым. Узырт зыгуэр, и гур арат, хьэмэрэ езым зыф1эпсэк1уэд хъужурэ насыпыншэу зилъытэжу арат? Иджыпсту, мис иджыпступц1э, дыгъуасэтэкъым, хьэмэ вэсмахуэтэкъым, нэгъабэтэкъым, ат1э иджыпстут, абы къыгуры1уат гъуджэм к1эрыт хъыджэбз ц1ык1ум ар пызыщ1а къарур зэрылъэщыр, а къарум пэлъэщын и гугъэу пэщ1эувэмэ къызэригъэшынур, къызэф1игъэщахэу щ1ым зэрыхигуэнур.
Залинэ и щхьэцыр гъэгъущын иухри, мажьэ къищтащ, щхьэхэу зыбжани 1упэк1э иубыдащ, ит1анэ, зыгуэр игу къызэрык1ар 1упщ1у, къызыжьэдихыжри Феликс зэрыс диванымк1э зыкъигъэзащ.
- Сыт-т1э сэ сщ1эн хуейр? – щ1эупщ1ащ ар. – Мо ет1уанэ подъездым щыпсэу Сережэ и гъусэу кином сык1уэу уэзгъэлъагъун? Сережэ щ1алэ щэхущ, и скрипкэмрэ и анэмрэ нэхъыф1у илъагъу дунейм теткъым. Япэ сыщыхуэзэ, адрейхэм емыщхьу, нэхъ гуапэ1эу сэлам есхынщ, сыхуэгуф1энщ, и скрипкэ макъым пщэдджыжьк1э сыщ1эхъуэпсу сежьэу сыщысу жес1энщ, пщыхьэщхьэхэр зэрызэшыгъуэр дыщ1ызгъунщи... Апа узыхуейр?
Хъыджэбз ц1ык1ум и макъыр къэк1эзызащ. Ауэ зызэтриубыдэжщ, и 1упэм едзэкъэжри, гъуджэмк1э зигъэзэжащ. Феликс къыбгъэдыхьэу и дамит1ым и 1эр къыщытрилъэхьэм и нэпсхэм хузэригъэпц1а нэпс1удзэ махэ т1эк1ур къыф1ы1уиудри къэгъащ.
- Уэ си фэр ибох, си фэр ибох, - жи1эрт абы. – Уэ гу щ1ы1эжьым сэ зэпымычу сыпщ1огупсыс, сыгъуэлъыжа нэужь махуэм дапщэр укъысхуэгуф1ами, псалъэ гуапэ къызжеп1ами сигу къэзгъэк1ыжурэ сожеиж. Ауэ апхуэдэу уэ щыпщ1эр мащ1эщи, нэхъыбэм щхьэнтэм содзакъэри сыхэлъщ...
Иджы Феликс хъыджэбзыр къри1уэнт1эк1ауэ ба хуищ1ырт, ауэ Залинэ, и 1упэхэр хуит къищ1ыжурэ, ф1эпсалъэрт.
Ц1ыхум зыгуэрым щхьэк1э къы1урилъхьа бзэр сэбэпыншэ щыхъу щы1эщ. Феликс псалъэк1э и щхьэр игъэзахуэ нэхърэ а иджыпсту ищ1эр зэрынэхъыф1ыр къыгуры1уэрт. Залинэ щабэу, ауэ упэрыуэк1э зыри къызэримык1ынур хэпщ1ык1ыу, Феликс къы1уигъэк1уэтри гъуджэмк1э зигъэзэжащ.
- Нобэ си дэлъху ц1ык1ур къок1уэ, - жи1ащ абы. – Ахьмэдщ жыхуэс1р. И документхр къехь университетым иритыну. Сэ сыпежьэнущ.
- Сэри... уи гъусэу, - жи1ащ Феликс...
Автобусым зи гур ирауда л1ыжь-фэеплъ щхьэпц1эр къызэринэк1ащ. Бий гущ1эгъуншэм ещхьу щытат ар зы зэман. Ауэ ар зыми ищ1эжыртэкъым. Яхуей хъум, къащ1эжынк1и хъунт. Ахьмд автобусык1эм исти зэплъэк1ри зыгуэр къыхуашиинк1э зи гугъэр хэзыхыжыну хуэмей Фэеплъым и фалъэр автобусым къызэрык1элъишийр илъэгъуащ. Автобусыр абы къызэрыблжрэ тэлай дэк1ат, езы феплъри ц1ык1у хъужак1эт, ауэ къеший фалъэр, къеший, мэгугъэ иджыри...
Арати, и документхэр ихьырт. Сыхьэтит1 дэк1мэ Залинэ илъагъунут, абы и анэ Маринэ Петровни (Патовни). Залинэ къыщалъхуа махуэт, езыр 1нэм бгъэдэст, тхылъ гуэр къищтауэ абы еплъу, езым нэмыщ1 пэшым щ1эс адрейхэр хуабжьу гъэныщк1уэрт, бзэгук1э кърахуэк1ым и 1эф1ыр щ1эк1мэ къыщылъэтырт, щхьэгъубжэмк1э дэубжьытхык1ырти щ1эрыщ1эу жыпым кърахырти аргуэру гъэныщк1уэрт, магнитофоным еда1уэурэ. Къалэдэсхэр нэхъ теут1ыпщхьащ, ук1ытэхкъым. Сыту хуэму к1уэрэт зэманыр! Ахьмэд хухьыжыртэкъым абы ф1эк1мэ. Залини, псалъэмакъ гуэрхэр зэригъэпц1эн и гугъэу, зэ зым, зэ дрейм зыгуэрхэр жри1эрт, и тхьэк1умэр тегъэхуауэ бжэмк1э да1уэрт.
- Зинэ, хьэщ1э уи1эщ. Къыпежьэ, - Маринэ Петровнэ (Патовнэ) и макъ къэ1уащ.
Мо т1ур арат Залинэ апхуэдизу зэжьар. Ахьмэд и щхьэр къи1этащи къыщ1ыхьэп1эм деж щыт щ1алит1ыр тыншу елъагъу, Злинэ пшым щыщ1эк1ым зыжьэхэуа 1упхъуэм уфэфэн щигъэтыжмэ, тэмэм дыдэуи псори илъагъужынукъым. Къэп1эщ1а хъунщ, хьэлъэу мэбауэхэр. Нэхъ щхьэпэлъагэр мэдыхьэшх, щабэу къыпогуф1ык1, нэхъ ц1ыху гъэса уигъэлъыхъуэнщ. Жи1эр зэхимыхми, Ахьмэд ещ1э, елъагъу абы и 1упэ хъеик1эмк1э жи1э псори зэрыдахэр. Нэхъ лъахъшэм удз гъэгъа 1эрамэ Залинэ къыхуеший, и 1эр хуит къэхъужа нэужь жыпым йо1эбэри зыгуэр кърех. Ари Залинэ кърет. Апщ1ондэху мащ1эу тек1уэта нэхъ щхьэпэлъагэр аргуэру Залинэ къыбгъэдок1уэтыж, абы и 1эр щабэу еубыд, и 1эгум ирелъхьэри толъэщ1ыхь. А псор фэрыщ1агъэ гъэпщк1уак1э зэрыгъэнщ1ар нэм щ1оуэ. Аргуэру Залинэ зыгуэрхэр къыжре1э щхьэпэлъагэм. Нэрылъагъут Залинэ а псоми зык1и зэрыхуэмейр, хэбгъэзыхьмэ, къызэрытехьэлъэр. Ауэ ишэчырт, зишы1эу ишэчырт, еджап1эм собранэ щащ1к1э директорым сыхьэтищк1э жи1э гъэсэныгъэ псалъэмакъым и к1эм нэс зэреда1уэм хуэдэу. Залинэ и нэр зыхуэгуф1эр нэхъ лъахъшэрат. Ауэ ар, Ахьмэд къызэрыф1эщ1амк1э, къалэдэсу умыщ1эну ук1ытэхт, зип1ыт1ырт, зихузырт, т1эк1уи и п1эм иуджыхьырт.
Нэхъ щхьэпэлъагэм Залинэ и тхьэк1умэм зыхуишийри щэхуу зыгуэрхэр жри1ащ. Шыпхъум ар къызэреплъыр игу ирихьыртэкъым Ахьмэд. 1упхъуэр щ1иупск1эжыртэкъым, абы зыри илъагъужыртэкъым иджы. Хьэщ1эхэр пэшым къыщ1ыхьэнут иджыпсту. Ахьмэд и щхьэр ирихьэхыжащ. Автобусым и бгъуит1ымк1и жыг фэ пхъашэхэр блэжырт. Шэрхъхэр щабэу асфальтым ебзейрт... Залинэ ехъуэхъун хуейт. Езы хъыджэбз ц1ык1ум, «щ1эдзэ» жи1эу къригъэк1ыу, нащхьэ къыхуещ1. «И1эт-т1э, псоми хурагъэхъуамэ, къэф1этыт. Хуит сыкъэфщ1мэ, зы псалъэ жыс1энут». А псалъэхэр дауэ къыдришеями къыгуры1уэжакъым Ахьмэд. Къык1эрыхуауэ къэсаит1ыр къыщиудри къэдыхьэшхащ. Иредыхьэшх. Ахэр нэхъыбэрэ дыхьэшхамэ, Ахьмэд нэхъ къищтэнут. Апхуэдэу хъуатэмэ, щ1эдыхьэшхыр гупым къыжра1эн хуей хъунути пц1ы гуэр къагупсысынт, кърихьэл1а псоми ар зэрыпц1ыр ящ1э пэтми, къащтэнти абы арэзы техъуэнт. Ахьмэд хуейт а пц1ым. «Къэхъуар сыт, мухъур сыт?» - жи1эу епщэфы1эну хуейтэкъым. Емыпщэфы1эми, къэрабгъафэ къраплъынут. Ауэ дыхьэшх макъым, къызэрыщ1идзам хуэдэу, зэуэзэпсэу щигъэтыжащ. Къэтэджауэ щытщ, псалъэ жи1ам къиша дыхьэшх макъыр тхьэк1умэм итщ, и нэк1ур маф1эм ес, плъыжь къэхъуауэ къыщ1эк1ынщ. Ет1ысэхыжащ, Залинэ дежк1э плъати, абы и щхьэр хуэму щищ1ым, къарууэ и1эр зэхуихьэсри и псалъэм пищащ. Я тхьэк1умэр тегъэхуауэ псори йода1уэ. Псалъэхэм я зэхуакум дэт къэувы1эп1эхэми еда1уэми ярейщ. Апхуэдэу да1уэр ф1ыуэ имыщ1э бзэр зэхэзых ц1ыхурщ. И нат1эр зэригъалъэурэ ищ1э псалъэхэр зэрызыххэу къещып, иужьк1э ахэм мыхьэнэ гуэр къапихын и гугъэу.
Залинэщ псори зи бзэ къик1ар. 1эмал имы1эу наршуубзэк1э и гуф1эгъуэ пщыхьэщхьэр къызэ1уихыну щхьэ игу ирилъхьа? Ар къемылъа1уамэ, Ахьмэд арэзы хъурэт? И пщыхьэщхьэр абы игъэщ1эрэщ1эну, адрейхэм емыщхь ищ1ыну арауэ къыщ1эк1ынт зыхуеяр.
Ныбжьыщ1ит1ыр вокзалым къыщысам К1арцыкъуэ къик1 автобусыр къытехьа щ1ык1этэкъым. Къуажэм к1уэжынухэр щызэхэзек1уэрт абдеж куэду, къалэ гъащ1эм т1эк1у хэлъадэу хэтыну пабгэу къэк1уа щ1алэгъуалэри ешаел1ауэ вокзалым къек1уэл1эжырт. Ахэм морожнэ яшхырт, пщ1ант1эпхъэнк1 фызыжьыр, и нэщхъыр п1ийуэ, къак1уэу щалъагъук1э я 1эр ирадзыхыжурэ увы1эгъуэ имы1эу сэхуран я1унк1ырт.
Наршу щ1алэгъуалэм, зыгуэр щ1эуэ къежьамэ, къыпхуэц1ымыхужын хуэдизу зэбламышауэ зыхалъхьэртэкъым. Щ1алэгъуалэм дзэ зэтекъузам къыжьэдэубжьытхык1ыу къахэхъыжьамэ, ар гущык1ыгъуэ дыдэу ящ1у зрамыгъэсауэ зыхалъхьэртэкъым наршу щ1алэгъуалэм. Хъыджэбз ц1ык1ухэм къапщ1эхуэмк1э залэнут, нэхъыбэху нэхъыф1у, нэхъ дахэу ягъэувауэ. Арати, сэхуран я1унк1ырт, сэхусэплъыр щысхьырабгъу имы1эу зык1эралъхьак1эт. Зи фэр хьэдэм хуэдэу пык1а пщащэ урихьэл1энк1и хъунут. Абы и узыншагъэм ущ1ытегузэвыхьын щы1этэкъым – пщыхьэщхьэм зыхалъхьэ сэхусэплъ зык1эрилъхьауэ арат. Феликс игу хэхъуэу абыхэм ящыдыхьэшхырт, 1эджэ къахуигупсысмэ, ахэр Залинэ жри1эжурэ ари игъэдыхьэшхырт.
Тэлай дэк1ауэ ныбжьыжьит1ыр зэжьэ автобусыр къэсащ.
- Ахьмэд! – пежьащ дэлъхум Залинэ. – Сыту ф1ыуэ дыгъэм уиса! – бзэрабзэрт ар дэлъхум ба хуищ1ыну лъапэпц1ийуэ увурэ.
Ахьмэд и щхьэр щ1и1уа щхьэк1и къэмынэу, Залинэ и 1упэр абы и нэк1ум лъэ1эсащ. Ар плъыжьыбзэ къэхъуауэ къызэрык1а автобусымк1э зэплъэк1ащ, арщхьэк1э и къуажэгъухэм ар къаф1эмы1уэхурэ ятетт: щхьэж и знщ1эу зэбгырык1ырт.
Ахьмэд и сумкэхэр къимыщтэж щ1ык1э 1эбэри Феликс сэлам ирихащ. Абы дыгъэ жьэражьэм емызэгъ к1эстум зэф1эт щыгът. Къехуэбэк1ыу бжьыхьэ вакъэ, и лъэгур хьэфэ 1уву, лъыгът. Нэрылъагъут ахэр еджап1эр къыщиухым ирихьэл1эу къызэрыхуащэхуар. Къыпежьаит1ым ящыгъ гъуэншэндж зэв лъапэ к1эщ1хэр, майкэ къуэлэнхэр Ахьмэд щилъагъум, а т1ум я гъусэу адэк1э зэрык1уэн хуейм щ1эгупсысащ. Псори къеплъынущ, дауи, псоми гу къылъатэнущ. Ук1ытауэ, и нэк1у пщ1энт1ар, и пщэр бэлътокук1э зэпи-лъэщ1ыхьри сумкэхэр къищтэжыну е1эбыхащ.
- Филя, дэ1эпыкъу, - жи1ащ Залинэ. Арщхьэк1э Ахьмэд ар идэркъым, Феликс ищ1энум хунимыгъэсу сумкит1ыр къищтэри ежьащ. Феликс Залинэ и гуф1эгъуэ пщыхьэщхьэ лъандэрэ Ахьмэд илъэгъуатэкъым. Абы щыгъуэ езым нэхърэ ар нэхъ щхьэпэлъагэу къызэрыф1эщ1ар зэрыщыуагъэр къыгуры1уэжат иджы. А т1ур зэхуэдизт, ауэ Ахьмэд нэхъ къуэгъуу фэ тетт.
Ахьмэд псэлъэгъуейт. Залинэ и анэм и узыншагъэм щ1эупщ1а мыхъумэ, нэгъуэщ1 зыри жи1акъым. Феликс псалъэмакъ т1эк1у зэригъэпц1ын и гугъэу зэрэ-т1урэ гушы1э, дыхьэшхэн гуэрхэр жи1эжыну къыщ1идзат, ауэ, Залини Ахьмэди къыщыдамы1ыгъым, бэяужащ. «Къуажэдэсым» хузэгуэпырт Феликс, гуемы1у гуэрхэри гушы1э хуэдэу щ1эхъумауэ жи1эну къригъажьэрт, ауэ Залинэ нап1эзып1эм зэригъэпэщ нэщхъ хьэлэмэт ц1ык1ум къигъэувы1эжырт.
- Сык1уэжын хуейщ, - жи1ащ Феликс, Залинэхэ я унэм къэсыжа нэужь.
- К1уэ. Берычэт бесын, укъыддэ1эпыкъуащ. Ауэ ныщхьэбэ псори зэгъусэу кином дык1уами хъунут, - Залинэ «хьэуэ» лъэпкъ зэрыхэмызэгъэнур хэпщ1ык1ыу Феликс еплъырт.
- Хъунщ, сэ сыкъы1улъэдэнщ, - къигъэгугъащ Феликс хъыджэбз ц1ык1ур...
Залинэрэ щ1алит1ымрэ къалэм и уэрам бгъуф1э дыдэм къыщытехьам, пшапэр зэхэуэу щ1идза къудейт. Ахьмэд а зэрыук1ытэхт, псэлъэгъуейт. Ауэ иджы к1эстум зэф1этыр щыгъыжтэкъым. Джинс, джанэ 1эщхьэ к1эщ1, ищхьэ щ1ы1уищыр т1этауэ. Къызэрыгуэк1 дыдэу лъэныкъуэк1э ежьэк1а и щхьэцыр иджы дэжьеят, ф1ыуи зэщ1эгъэбэтат. Феликс и нэгу къыщ1игъэхьащ фен и1ыгъыу ар Залинэ зэрищ1ар... шыгъын зэхъуэк1ынри ара хъунт къыхэзылъхьар. Ахьмэд кинотеатрым нэмыс щ1ык1э, Залинэ зэримылъагъуным хущ1экъуурэ, и щхьэцыр япэм зэрыщытам хуэдэу ищ1ыжат. И джанэпщэри ипхэжынут, ауэ хуабэти апхуэдэу щигъэтмэ зэрынэхъыф1ыр къыгуры1уэри бэяужащ. Къалэдэсхэр кинотеатрым ек1уалэрт. Хуабэр зыпкърык1а хьэуам зиутхыпщ1урэ сабэ к1уэц1ыхьар зык1эригъэщэщыжа хуэдэт – нэхъ къабзэ, нэхъ псынщ1э хъуат. Удз гъэгъа ящэу, пщыхьэщхьэ хьэуа щ1ы1эты1эм къигъэнэжэгужа хуэдэ, гуапэу ц1ыху блэк1хэм къеплъырт, нэк1э зыбгъэдашэну и ужь итт. Къегъуэлэхахэр трагъэк1уэтырти псы трак1эурэ къагъэтэрэфэрэжырт, дакъикъэ пщык1утхук1э узэ1эбэк1ыжмэ хадэм кърахауэ тхьэ къыпхуа1уэфынут. Ахьмэд зы 1эрамэ къищэхури Залинэ 1эщ1илъхьащ. Хъыджэбз ц1ык1ум ар и гуапэ хъуат ик1и игъэпщк1уртэкъым, ар и нэр мащ1эу щ1иукъуанц1эурэ Феликс хуеплъэк1ащ, абы и щхьэр щ1э1уати мащ1эу фий хуэдэурэ къигъаплъэри и удз гъэгъа 1эрамэр игъэуфэфащ. Феликс, пыгуф1ык1а мыхъумэ, зыри жи1акъым. «Фэтэрым къыщыщ1эк1ым, дауи, игъэ1ущат и дэлъхур, - егупсысащ ар. – Ахьмэд игу къэк1акъым ар, къэк1ами, ук1ытэнут. Ук1ытэхщ, гущык1 уигъэщ1у ук1ытэхщ». Феликс газет шап1эм къыщыблэк1хэм къищэхуа газетым еплъырт. Газетыр зэк1уэц1илъхьэжу кинотеатрым къыщыщ1энэ сыхьэтышхуэм щыхудэплъейм, Ахьмэд билет щап1эмк1э къызэрик1ыжыр къилъэгъуащ. Абыи нэсак1эщ. Нэхъыф1щ, нэхъыф1щ апхуэдэу зэрыхъуар. Документхэр 1амыхыу къыщигъэзэжам тумэнищ къыхуэнэжати, паркым щиса пщыхьэщхьэм ф1эк1уэдащ. Здэк1уам егупсысакъым. Ар Коля къищ1амэ... Хъунщ. Абы ныщхьэбэ сыщ1егупсысын щы1экъым. Коля псори щ1езгъапщэр сыт? Куэдамэ, ирек1уэд, жыпым ирахамэ, ирырах. Унэм къыщыщ1эк1ым ахъшэ жьгъей зрадзэ джэдум ит1ыхьащ. Сапэри пищ1ык1ащ, куэди къик1акъым. Мор билет къищэхуну зэрыжар нэхъыф1щ. Залинэ жри1ами – псори тэмэмщ. Мобы къызэрищэхуар нэхъыф1щ. Ахьмэд сызэреплъым хуэдэу Коля сэри къызэплъу п1эрэ? Апхуэдэу делафэ къызиплъу, къысщыдыхьэшхыу? Хьэуэ, ар сэ си ныбжьгъущ. Хьэуэ, зыщ1ып1э сыщ1эмыт1ысхьэу сыкъыдэнэмэ... Ари 1ух. Абыи уемыгупсыс. Кином дыкъэк1уащ. Пщыхьэщхьэщ. Кино нэужьым – кафе, морожнэ. Ит1анэ т1эк1у къэтк1ухьынущ. «Сык1уэжынущ, си жен къок1уэ», - жи1энш, напэ и1эмэ. Коля зыщ1ып1эк1э къыщыкъуэмыхуамэ арат. Абы зыгуэрхэр занщ1эу къегупсысри, угупсысэну ухунимыгъэсу, зыгуэрхэм ухегъэлъадэ... Кинор к1ыхьу, к1элъэфу ек1уэк1ырт. Ауэрэ зэзауэм, къызэрехуэк1ым, ц1ыху ук1ыным щ1адзащ. Иджы зманыр нэхъ псынщ1эу к1уэрт. Ц1ыхубзхэм лей ирахырт, ц1ыхухъухэр яук1ырти гуф1эжу рестораным щефэу щызэхэт1ысхьэжырт. Бзит1, бзищ зэращ1эр, зрыгъэсар, 1энэм телъ гуахъуэ, сэ хуэдэхэри къызыхуащтапхъэм къызэрыхуащтэфыр ягъэпщк1уркъым. Мис аращ гъащ1эр! Шхэн, жеин, гузэвэн. Паркым зы хъыджэбзыжь и гъусэу ихьати... Абыи зыри къик1акъым. Мо кином зэрыхэтым хуэдэу, ц1ыхубзыр зыщ1ып1э ебгъэблагъэ хъууэ щытамэ... Моуэ машинэбжэр ху1упхрэ хьэщ1эщ гуэрым щ1эпшэу. Бжэм 1утым пыгуф1ык1ыу бжэр 1уихыу, бжэ 1унк1ыбзэр фадэзехьэ щ1алэжь ц1ык1ум къищтэрэ бжэр 1уихыу, абы ахъшэ т1эк1у хуэпшийрэ бут1ыпщыжу, уи гъусэр дахэрэ псори къеплъу, уэ мы дунейм тетыр пхузэф1эк1ыу, къызэрыпк1элъыплъ1ар пщ1эуэ, ауэ абы щхьэк1э умыгузавэу, и зэман къэсмэ, 1ей зищ1у къыпхуилъ к1элъыплъак1ури, ар къэзыгъэк1уари щхуу, дахэу бук1ыу. Ахъумэ мыр гъащ1э сытми...
Феликс Залинэ и 1эр и бгъэм къызэрытрилъхьам къызэщигъэужащ. Кинор иухат.
- Плъэгъуа, Залинэ, абы и уэк1эр, абы и къарур! Бжэр 1уимыхыу 1эшт1ымк1э к1уэц1риудри мыдэк1э бжэм къык1эрытыр ахъи-быхъи жримыгъы1эу къриудащ.
Пщыхьэщхьэ псом псалъищ зэк1элъык1уэу жызымы1а Ахъмэд наршуубзэк1э къэпслъащ: «Дахэт а кином хэта губгъуэшхуэхэр. Мэзхэр къабзэт. Псущхьэ къомыр-щэ? Нэр ягъэпщ1ыпщ1. Сыту куэдт! Хуиту мэпсэу, мэбауэ. Ц1ыху хэмы1эбамэ, сыту ф1ыт. Ауэ къаук1, фэр я унэ лъгум ираубгъуэн щхьэк1э къаук1».
Ахьмэд, жи1ар и гъусит1ым къазэрыгурымы1уам гу лъитэри, ук1ытэжащ. Залинэ къыщелъэ1ум, и гъусит1ым ф1ыуэ къагуры1уэ бзэм техьэжри жи1ам аргуэру зэ нэхъ к1эщ1у къытригъэзэжащ.
«Щхьэж игу зэрыплъэщ, - къэдыхьэшхащ Залинэ. – зым зэзауэрэ ук1ыгъэрэ ф1эк1 зыри илъэгъуакъым, адрейм дахагъэр игу ириубыдэу щысащ. Фынак1уэ нэхъ псынщ1э1уэу. Кафеми дыщ1эвмыгъэхьэ, кхъы1э, сешауэ сызэф1этыжыфыркъым. Нобэ апхуэдизу злэжьари, сыщ1ешари сыт, къысхуэщ1эркъым».
Унэм къэсыжахэщ. Ахьмэд сэлам кърихыжри дэк1уеижащ. Ауэ фэтэрым щ1ыхьэжынукъым, Залинэ къежьэу дэк1уеип1эм тесынущ. Хъыджэбз ц1ык1ур и мыгъусэу щ1ыхьэжу Маринэ Петровнэ (Патовнэ) щ1игъэгузэвэнр сыт? А псори нап1эзып1эм Феликс зэригъэзахуэри Залинэ елъэ1уащ:
- Нак1уэ иджыри къэдгъэк1ухь, ухуеймэ, паркышхуэм дык1уэнщ. Си жеин къак1уэркъым. Паркым жэщу къыщыпк1ухьыну сыт хуэдэ ф1ы! «Уи мызакъуэмэ», - дыщ1игъуэжащ абы игук1э. – Уи мызакъуэмэ, - дыщ1игъужащ абы, Залинэ жри1эу, - ф1ыуэ плъагъу гуэр уи гъусэмэ. – Ауэ хъыджэбз ц1ыкум елъэ1ури щ1егъуэжащ. Арэзы хъурэ паркым к1уэн хуей хъумэ-щэ? Парк къик1ыжып1эм деж... Хьэуэ, абы уемыгупсысмэ нэхъыф1щ. А езым иц1ыху тет1ысхьэп1эм Залинэ ишэрэ зыбгъуригъэт1ысхьэмэ. Ит1ани лъэс лъагъуэм къытехьэн...
- Уи жагъуэ умыщ1, сынэк1уэфынукъым. Уи жагъуэ пщ1ынумэ, сынк1уэнущ.
- Уеша хъунщ-т1э. Иужьк1э, хъун? – Феликс хъыджэбз ц1ык1ум и щхьэм 1э дилъащ. Аргуэруи щ1егъуэжащ, л1ыжьым сабийм и щхьэм 1э дилъа хуэдэ. – Нэхулъэф1 укъик1.
Залинэ бжэ1упэм нэсыжауэ къызэплъэк1ащ:
- Пщэдей къэпсалъэ. Сыножьэнущ.
Т1ури щ1ыхьэжа хъунщ иджы. Лъапэпц1ийуэ, анэр къамыгъэушу, Феликс е1эбыхри лъэпэдым тутынрэ маф1эдзрэ къыдихащ. Ари наршу щ1алэгъуалэм кърагъэжьа хабзэт. Тутын щ1игъанэри унэмк1э ежьэжащ. Т1эк1урэ к1уауэ щ1егъуэжащ. Апхуэдиз щ1егъуэжри зищ1ысыр ищ1эртэкъым. Сыт иджыпсту унэм к1уэжк1э? Тхылъ къомыр къожьэри ст1олым телъщ. Хэт къигупсыса ц1ыхур тхылъ еджу щысын хуейуэ! Сыт ар 1эмал имы1эу зыщ1ып1э щ1эт1ысхьэн щ1ыхуейр? Ц1ыхур къызыхуигъэщ1ар аракъым. Къызэралъхуауэ пц1анэу мэзым гуф1эу къижыхьу щ1этын хуейщ. Дыгъэр къыкъуэк1мэ, щыгуф1ык1ыу, мэрак1уэ къищыпрэ ишхыу, зыгуэрхэр къыхуэщэк1умэ и бгъуэнщ1агъым ирихьл1эрэ абы щишхыу. Игу ирихьа бзылъхугъэ блимыгъэк1ыу. Зыми зыри хабзэ гуэрхэмк1э иримыпхыу. Мис аращ гъащ1эр! Сыт унэм к1уэжк1э? Зэрыщ1эбэкъуэжу зэпымычу жей зи нит1ым щ1эт анэм и макъыр зэхихынущ: «Ушхэну? Пщэф1ап1эм к1уэ». Е и адэр, мыжеижамэ, зыбгъэдишэнурэ къеущиенущ. Щефам деж к1ыхьу мэущие. Уеда1уэмэ, бгъэщ1эгъуэнщ апхуэдэ щ1эныгъэ зыбгъдэлъ ц1ыхум иджыри къэс гу къызэрылъамытар, къулыкъу гуэри къызэрыхуамыгъэфэщар. Уризэгуэпынщ абы. И гупсысэ къабзэхэр къуэм и нэгум щ1эплъэурэ здызэрипхым, ар гузавэу зыгуэрым йожьэ. Ар анэм и макъырщ: «Хъунщ иджы. Къебгъэблаи. Хъунщ ар. К1уэи гъуэлъ. Пщэдей лэжьап1эм ук1уэн хуейщ». Адэм здынэсам деж щыпеуд. «Сэ уи ныбжьым сыщитам щыгъуэ... Уэ сызыхэпсэук1а зэманым ухэхуамэ... Иджырей щ1алэгъуалэр напэншэщ...» Ар гъуэлъыжа нэужь жи1эхэращ. Пыудахуэ защ1эу ищ1а докладым и тезисхэм ещхьу, Феликс а псор гук1э ищ1эрт. Нэгъуэщ1 щ1ып1э адэм зыри къыщемыда1уэмэ сыт ищ1эн-т1э? Ц1ыху псори хуейщ жа1эр зэхэзыхын гуэр.
Унэм иджыпсту ек1уэл1ыжыфынутэкъым. Зэгъэшхэну къежьэмрэ псалъэ пэж куэд къыхуэзыгъэхьэзырамрэ щхьэнтэм нэк1ук1э зыха1убауэ пырхъыу щ1адзэмэ, ит1анэ к1уэжынщ. Пщэдджыжь куэдрэ шхыдэну яхущ1ыхьэххэнукъым, лэжьап1э к1уэнухэщ. Коля деж псалъэрэ зыщ1ып1э к1уами хъунут. Ауэ щ1эскъым ар. Иджыпсту хуэдэм деж щ1эскъым ар зэи.
Щ1эшынэн лъэпкъи щы1экъым. Псори къыпф1эщ1ащ, къыбгуры1уа? И 1эри ирихьэхакъым, зэргъэжам хуэдэщ. Зигъхъейркъым. Псэ хэмыту зигъхъеин? Къыпф1эщ1ащ. Ухуеймэ, иджыпсту к1уэ, зимыгъэхъейуэ а и теувап1эм тетщ. К1уэ, еплъ. Убгъэдыхьэн ушынэмэ, абыи 1эмал и1эщ.
Паркым ит хъыринэхэр, кхъухьлъатэхэр сабырыжат. А псом як1элъыплъ л1ыжьым тхылъымп1э к1апэхэр пщ1ант1э уэздыгъэхэм я нэхур зытридзэм деж щызэхуипхъэнк1эсырт.
- Зэзакъуэ, хъун, дядя? И уасэ уэстынщ. Зэзакъуэ, - жыпым иуэри и 1эм къы1эрыхьэр кърихащ.
- Уефа, щ1алэ? Хэт иджыпсту хуэдэм хъыринэ ит1ысхьэн щхьэк1э мыбы къак1уэр? Хьэмэ усабий ц1ык1уу зубжыжрэ?
- Хьэуэ, сефакъым.
Л1ыжьым бгъэдок1уатэри и нэк1ум йопщэ. Щ1елъэ1ур къыхуимыщ1эмэ, къигъэщ1эхъумэ, ф1ит1ысхьэну, емыда1уэу хъыринэр ф1ыщ1игънэну мурад ищ1ащ. Хуейми, кърыреджэ мылицэр.
Л1ыжь ц1ык1ум, ней-нейуэ т1эк1урэ къеплъа нэужь, 1ук1уэтри 1унк1ыбзэ къэбк1э зэрипхыжа церпыр зэрихыжащ.
- К1уэ, ит1ысхьэ.
- Берычэт бесын. Жэщ къалэм сеплъыну арат. Зэи слъэгъуакъым .
- К1уэ, к1уэ. Зыри сыхуейкъым. – Щ1алэм иший жьгъейр щабэу къы1уегъэк1уэт. – Илъэс пщык1ух хъуауэ мыбы сыщолажьэри апхуэдэ 1уэхук1э зыри къызбгъэдыхьакъым.
- Берычэт бесын.
Ит1ысхьащ. Арати, ари зы гъащ1э 1ыхьэти иухащ.
Япэм мы хъыринэм ит1ысхьамэ къимыщу ик1уадэрт. Иджы и лъэгуажьит1ыр и жьэпкъым егъэкъуащ. Япэщ1ык1э хуэмурэ, ит1анэ к1уэ пэт нэхъ псынщ1э хъууэрэ, хъыринэм зе1эт... зэм гум, бзум хуэдэу пк1атэлъатэу, ищхьэмк1э зыдредзей, зэм зыкърегъэлъэхъшэхыжри аргуэру уафэм нэхъ гъунэгъу зыныхуещ1ыж. Ауэрэ ф1ыуэ дэк1уеящ. Къалэр ищ1агъымк1э къыщ1энат. Залинэ жеижа хъунщ, е телевизор еплърэ? И дэлъхур зэи къэмынэу ди гъусэнумэ хъуакъым. Жыгхэр ц1ык1унит1э хъуат. Фэеплъым и 1эр ишиящ. Зрихабзэу, и 1эр шияуэ и теувап1эм тетщ. Хъыринэм здисым тыншу елъагъу. Зигъэхъейркъым. И пы1эри и п1э итщ. Къыф1эщ1ауэ аращ. Апхуэдэ делагъэхэм зыдебгъэхьэх хъунукъым. Бгыр щ1экъузауэ зыщ1ып1э щ1эт1ысхьэн хуейщ. Аращ зи 1уэху зехуэн хуейр. Къигъэзэжауэ хъыринэр щ1алэм къыхуэк1уэжырт.
- Берычэт бесын. Плъагъуркъэ, зыри къэхъуакъым, сыкъихуакъым хъыринэм, ауэ, укъызэжьащи, къысхуэгъэгъу.
Ежьэжащ. Иджы к1ыф1 дыдэ хъуат. Жыгхэри гуэрэну зэхэтти, а к1ыф1ыгъэр нэхъри 1упщ1 ящ1ырт. Гъуэгушхуэмк1э щ1эк1уэжын щы1экъым. Занщ1эу иунэт1рэ паркымк1э к1уэц1рык1ыжмэ аракъэ зэрыхъур? Шынагъуэ зыри щыщымы1эк1э. Ежьэжьащ. Л1ыжьым 1унк1ыбзэкъэбыр церпым ф1идзэжри, и нэ набгъэр щ1иукъуанц1эщ, 1эпщэ сыхьэтым зэреплъынум хуигъэхьэзырри, 1э сэмэгур къи1этащ.
Феликс паркым къык1эц1рык1ырт. Лъэс лъагъуэм пэмыжыжьэу жьынду къыщиудри къэдыхьэшхащ. Гузэвэгъуэр адэ жыжьэу и гущ1эм къыщыхъеящ. Жьынду джэ макъым ц1ыхур щхьэ щышынэу п1эрэ? Кином и зэранщ. Абыхэм сыт щыгъуи жьындур джэмэ, 1эмал имы1эу зы бэлыхьлажьэ къохъу. Е зыгуэр мал1э, е ядыгъу, яук1... Къэхъупхъэр къохъу сытми. Е адэ пасэ зэманм жьынду джэ макъым ц1ыхум зы хьэдэгъуэдахэ къыхуишауэ п1эрэт? Абы апхуэдизк1э игъэшын пасэрейхэм я щ1эблэм къалъхужахэм а шынагъуэр лъым хэтурэ иратурэ шынэр къэгъуэгурык1уауэ п1эрэт?
Феликс жьынду джэ макъым зыдищ1у лъэбакъуищ ичри къэувы1ащ. Жьынду макъыр зэпыуащ. Ежьэжащ. Жьынду макъми щ1идзэжащ. Аргуэру къэувы1ащ. Джэ макъри занщ1эу бзэхыжащ. А т1ур зэпхат. Феликс и лъэьбакъуэмрэ жьынду джэ макъымрэ. Абы шэч хэлътэкъым. Жьынду джэ макъымрэ и бэкъуэнымрэ. Гущ1эм къыщыхъея гузэвэгъуэм лъэнк1ап1ит1ри тэмакъри иубыдащ. Шынэ, шынэ, шынэ... к1ужын хуейщ. Щхьэ къэк1уа? Шынэ. Емынэм къихуа? Шынэ. Нэхъ зыкъигъэпсынщ1ащ. Жьынду макъми зэк1элъегъэп1ащ1э. Т1эк1у дэк1ри къыщ1эпхъуащ. Жьындум зефыщ1ыж, и дыхьэшхынри и гъынри ф1ызэхэзэрыхьыжауэ, зел1эж. Феликс и 1эщхьэр зыгуэрым къапхъуэри быдэу иубыдащ. Макъри к1уэдащ. Жьэр быущ1к1э сыт. Жыг къудамэм и 1эщхьэр ф1энауэ аращ. Балигъ ухъуащ, сабийм хуэдэу, ущышынэу... жьындум, к1ыф1ыгъэм, жыгым. Емык1ущ ар! Ауэрэ нэхум къыхыхьэжащ. Абдеж уэздыгъэ зыбжанэ щыблэрт, паркым хэт шхап1эм и бжэ1упм ц1ыхур щыпэк1урт. Щ1ыхьэри ст1ол нэщ1 нэк1э къилъыхъуащ. Псори нэщ1щ, иджыпсту хуэдэм зыгуэр зыпэрыс къэплъыхъуэну нэхъ тыншт.
- Зэхудощ1ыж зы сыхьэт хуэдэк1э, - къыбгъэдыхьа 1энэзехьэр ешащ, и жеин къок1уэ, зыри ф1э1эф1ыжкъым.
- Апхуэдизрэ сыщысынукъым. Кофе. Нэгъуэщ1 зыри сыхуейкъым, - Феликс лъакъуэк1э шэнтыр 1энэм къыпэщ1игъэк1уэтри т1ысащ. Дохутырым к1уэн хуейщ. Мыр ф1ык1э иухынукъым. Кофем зде1убым стэчаныр и дзэм зэригъэдзыргъыр зэхихыжащ. Нит1ри щ1ы1эмылщ. Апхуэдэу хъунукъым, дохутырым к1уэн хуейщ. Залинэ же1эн хуейщ псори. Хъунукъым ар. Абы псори къыгуры1уэнущ, дыхьэшхынукъым. Же1эн хуейщ. Пщэдей, 1эмал имы1эу.
Кафем къыщыщ1эк1ыжам, зэманыр ф1ыуэ хэк1уэтат. Ц1ыхухэр сабырыжат, троллейбус макъи зэхэпхыжыртэкъым. Феликс паркым къик1ыжри фэеплъым бгъэдыхьащ. Тембал щытт зэрыщытын хуейм хуэдэу, къыпыгуф1ык1ыу, гъащ1э насыпыф1ымк1э и 1эр ишияуэ.
Абы и лъабжьэм щ1эт удз гъэгъа игъэувап1эхэм ящыщ зыр махуэ нэхугъэк1э къаблэ хуэдэт, Феликс ик1уэтыжри жыг пщ1ащэбэ гуэрым къуэуващ. Абдеж, а удз гъэгъа игъэувап1эм деж, пц1ы хэмылъу, щымахуэт. Ц1ыхухэри щызэхэзек1уэрт, уэрам гуэри, унэхэри 1упщ1у плъагъурт. Псори куэд дыдэк1э гъэмэщ1ати, телевизорым къигъэлъагъуэу ф1эк1 пщ1энтэкъым. Удз гъэгъа игъэувап1эм нэгъуэщ1 зы гъащ1э щек1уэк1ырт. Къуажэ уэрам нэшэкъашэ ц1ык1ум выгу ирок1уэ. Гущхьэ1ыгъ л1ыжь ц1ык1ур къепэзэзэх хуэдэщи, гу лъимытэххэу къуажэр къызэренэк1ри гъуэгушхуэ гуэрым тохьэ. Машинэ ц1ык1у гуэри хэнауэ щытщ. Гъуэгушхуэм кумб гуэр и1эщи, хэнауэ и п1эм итщ. Дэ1эпыкъун хуейщ. Къелъэ1уху ежьэн хьэмэ япэ зыкъригъэщу къэувы1эу къащыщ1ам щ1эупщ1эн? Машинэбжэр 1уехри Тембал къок1. фэеплъым хуэдэу хуэпащ. Бгырыпхыбгъуэр щ1экъузащ. Зэманыр пщ1эншэу зэрыф1эк1уэдым къызэригъэгубжьар 1упщ1щ. Л1ыжьым зыгуэрхэр жре1э, машинэмк1э и 1эр ищ1урэ.
Л1ыжьым вит1ыр кърехул1э, машинэр гум пащ1эри ерагъы ят1эм къыхачыж.
Феликс жыг къуагъым щет1ысэхащи и 1эм, и нэк1ум йоп1эск1уж, и нэр уеф1ыц1ри къызэтрехыж. Аргуэру къуажэ ц1ык1ур. Зы пщ1ант1э гуэр. Жыг щ1агъым щ1элъ мывэ хужьышхуэм выгум иса л1ыжьыр тесщ, и к1уэщ1ым илъ тхылъым йоджэ, ефэнды пы1э ц1ык1ум къыщ1эщ щхьэц тхъуар жьым пэлъэщын и гугъэу йоныкъуэкъу. Тхылъым йоджэ, нэпс тк1уэпс п1ащэхэм къыхэщ1ык1ауэ ф1эк1 умыщ1эну нэмэз щыгъэр егъажэ.
Къуажэ уэрамым сабэр къыщи1эту зы машинэ къыдолъадэ, абы ис сэлэтхэр къолъэри пщ1ант1эм дохьэ, л1ыжьыр къыщаху, и унагъуэми, ягъэп1ащ1эурэ, зрагъэгъэхьэзыр. Псори машинэм ирак1утэ. Фызыргъыу къыщ1эк1ынщ – и нэк1ур, мы1эрысэ мыхъу едзэкъам хуэдэ, зэхуешэ. Гъунэгъухэми къызэхуэсу щ1адзащ, ауэ ахэр зэбгрехуж л1ы ныбэкъ гуэрым. Ар сэлэтхэм я гъусэщ, унафэщ1ынк1и хъунщ, ц1ыхухэр йода1уэ. Тхылъымп1э гуэр яхуегъэдалъэ ц1ыхухэм, и бгырыпхым к1эрыщ1а хъумп1ырэшхуэм тоу1уэ. Унагъуэр къуажэм даш...
Псори мэунк1ыф1ыж. Удз гъэгъар зэрытым ихъуреягък1э теплъэгъуей гуэрхэр къеуджэк1ырт, кхъущыныфэу, щхъуэхэу, лэч ф1ыц1э ящыхуахэу. Ахэр мэпэщащэ, я дзэр зэрагъэшх, я к1апэр щ1ым трагъауэ, сабэм зыкърагъэ1эт. Лы 1ыхьэ къагъуэта хуэдэ, газетыжь птыхъуахэхэм зрадз, ячатхъэ, яшх. Гъуэтэрымэм Феликс игъэбауэркъым, етхьэлэ. Зэманым гъуэжь ищ1а газетхэм щ1ыр яуфэбгъуат. Куэд мэхъу, уэс пэлъытэщ. Сурэтхэр къэплъагъуфынущ, апхуэдизк1э ф1ыуэ хъума хъуащи. Жьыи къепщэркъым, къэзыхьыр сыт? Хьэуам къыходжэрэзык1 зыбгъупщ1 зэтелъуи, зэк1эрощэщри щ1ыр яуфэбгъу. Хьэрф мыц1ыхук1и тедзаи хэтщ. Газетхэр хьэуам къыходжэрэзык1, увы1эгъуэ ямы1эу. Теплъэгъуйхэм газетхэр ячатхъэ, я дзэр зэрагъэшх. Дзыгъуэшхуэхэр щхъуэхэу, кхъуэщыныфэхэу, лэч ф1ыц1э ящыхуахэу дунейм къытопщхьэ, газет шхыным зрат. Жьындур къыщиудри къэдыхьэшхащ. Зыгуэр къэхъунущ, зыгуэр къэхъунущ, 1эмал имы1эу. Жыгхэм мащ1эу зыкъагъэщхъауэ къэхъунум йожьэри щытщ.
Псыр дэуэха нэужь къыщ1эщ мывэ хъурей къомым ещхьу, щ1ыр дзыгъуэшхуэхэм яуфэбгъуат. Гущык1ыгъуэу мэлъэп1астхъэхэ, зозауэ, къызэрохуэк1, зэдоджэгу, газетхэр дзэпкъ жанымк1э зэпагъэщэщри абгъуэ хуэдэу зыгуэрхэр зэрагъэпц1, щылъхуэн-щып1эну загъэхьэзыр. Жьындум и джэныр нэхъ к1ащхъуэ хъуащ, макъыр нэхъ хэкъузауэ ирегъажьэри нэхъ щхьэщилъэфэхыжу еухыж. Щхьэлынэм гъущ1 1унэ улъия 1урыхуа хуэдэ, макъ къэ1уащ. Феликс и щхьэр къи1этри фэеплъым и лъакъуэ ижьыр теувап1эм къызэрытричар къигъэлъэгъуащ. Феликс зиудыгъуащ. Щ1эпхъуэнути, шынагъэм зэщ1иул1а 1эпкълъэпкъыр къедэ1уэжыртэкъым. Фэеплъым и 1э шияр ирихьэхыжри и 1эпхъуамбит1ыр бгырыпхым ди1уащ. Хъурыфэ пы1эр и нат1эм тригъэк1уэтащ, и инагъым хуумыгъэфэщэну, псынщ1эу и теувап1эм къелъащ, и лъабжьэм щыпэщащэ псуэщхьэ гущык1ыгъуэхэм елъэпауэм, и гъуэгур хуит ищ1урэ, лъэбакъуит1-щы ичри къэувы1ащ. Ар шынагъуэу къыпыгуф1ык1ырт. Елъэпауэми, теувэурэ зэхип1ыт1эми дзыгъуэшхуэхэр лъэныкъуэк1э тригъэк1уэтри, газетхэр самэу зэхуитхъусу хуежьащ. Ит1анэ маф1эдз и жыпым кърихри самэм маф1э иридзащ. Занщ1эу къэлыда маф1эм ирегъэу и бгъэ жыпым къриха шык1эр. Ипщэк1э шы лъэ макъ къи1ук1ащ. Маф1эр къызы1урих шы хьэлэмэт уэрамымк1э къежэхырт. Къэсащи, асфальтыр къритхъу хуэдэ, хъуаск1эр къыхригъэдзу фэеплъым и пащхьэм йоджэгухь. Къэхъунум ежьэу мащ1эу зыкъэзыгъэщхъа жыгхэм я тхьэмпэр шым и пэ бзийм къриху гъуэзым егъэгъуалэ, елыпщ1ри егъэуф1ыц1. шыр и п1э йоуджыхь, и нэм лъы къытелъэдауэ щ1ымк1э йоплъых, дэгу-дэгуу щыщурэ, и лъакъуэхэр нэхъ псынщ1эует1уанэ къатым и щхьгъубжэ зэблех, дзыгъуэшхуэхэм топк1э, лъэныкъуэ псомк1и зэбгреху. Фэеплъыр, и гъущ1 нэк1ур шынагъуэу зэк1эщ1ишу къыпыгуф1ык1ри, шым бгъэдэк1уэтащ, зыкъригъэзэк1ри щ1алэ ц1ык1ур зыкъуэс жыгымк1э и нэр тригъэхуащ. Феликс, мык1иин щхьэк1э и 1упэм ф1ыуэ едзэкъэжри, и нэр зэтрип1ащ, фэеплъым и нит1ыр щыблэу игъэлыдурэ, шыныбэпх къэлэлар щ1икъузэжащ, шэсщ, шым и жьафэр игъэузу жьэдэуэщ, елъэдэкъауэри ирихужьащ.
Шы лъэ макъыр къалэм уафэгъуагъуэу техьэлъэрт, игъшынэрт, зызэхуригъашэрт, шхы1эным и щхьэр щ1ригъэгъапщк1уэрт. Шым и налым къыщ1элъэт хъуаск1эхэр занщ1эу унк1ыф1ыжыртэкъым, пщ1ыпщ1у зыкъомрэ шум и ужь иту хьэуам хэсыхьырт.
Абдежым Феликс и 1эпкълъэпкъыр псынщ1абзэ хъури здэк1уэну хуэмеиххэ лъэныкъуэмк1э, шур здэк1уамк1э, зи1этри хьэуам хэту ежьащ. Шум гъуэгур имыц1ыхуу фэ теткъым, нэщ1 хъуа уэрамхэр зэпиупщ1ырт, дидзыхырт, къи1уант1эрт-ни1уант1эрт. Сытми, жыгхэм хэгъэпщк1уа пхъэ унэ телъыджэ гуэрым и куэбжэм ирихул1ащ. А унэр адрей къал унэхэм зык1и ещхьтэкъым. Абрагъуэу, адрейхэм къахэщу аратэкъым. Шыпсэм къыхэк1а унэ ц1ык1уу зыкърихырт, къэнжалыщхьэт. Шур куэбжэм деж щепсыхащ, шхуэмылак1эр имыут1ыпщу, куэбжэ ц1ык1ур 1уихри пщ1ант1эм дыхьащ. Бжэ1упэм пэгъунэгъуу щепха хьэ абрагъуит1ыр къилъащ, ауэ к1эщ1у епхати, я губжь псор банэ макъым халъхьауэ зачэтхъэжырт. Унэ щэхум и щхьэгъубжэр к1ыф1т, ауэ ет1уанэ къатым и щхьэгъубжэхэм ящыщ зым нэху мащ1э къыдидз хуэдэт. Фэеплъым шык1э налъэ къыхичри шхуэмылак1эр иут1ыпщащ. Шым зи1этри, зыуи къыщымыхъуу, куэбжэ лъагэм елъащ, адэк1и-мыдэк1и емыплъэк1ыу къыздик1амк1э зричыжащ. Зи 1упэр ущхъуэнт1а Феликс пщ1ант1э к1уэц1ым щыгъэк1ажыгхэм ящыщ зым къытехутащ. Фэеплъыр к1уатэри и 1э хьэлъэмк1э бжэм теу1уащ. Тэлай дэк1ри бжэр зэгуэрым къы1уихащ. Бжэ 1уагъэузэщ1ык1ам ныбжь абрагъуэ к1эридзэрт. Бжьэщхьэ1ум тетыр мыл1ышхуэ дыдэми, бжэм к1эридзэ ныбжьыр шынагъуэу инт. Абы пащ1эшхуэ тетт, 1э сэмэгу зэф1эгъэуам 1угъуэ мащ1э къэзыут1ыпщ лулэ 1эщ1элът. Дауи, Феликс ар къиц1ыхуат. Бжэщхьэ1ум тетыр зэуэ ц1ык1уфэ, тхьэмыщк1афэ къызытеуа Тембал и феплъым зыри жимы1эу къоплъри щытщ. Бжэр зэры1уахыу хьит1ым я жьэр зэтрап1эри хьэгъуэм ипщхьэжауэ я дзэр зэтеуэу ист. Феликс абы ф1эк1 хуэмышэчу жыгым зыкъригъэджэрэзэхри, жэщ к1ыф1ым хэк1иеурэ, и гъуэгу и занщ1эу щ1эпхъуащ. Ф1ыуэ иц1ыху уэрам гуэрым къытехьэжа нэужьщ зыкъыщищ1эжар. 1э лъэщ гуэр къапхъуэри Феликс и 1эблэр иубыдащ нап1эзып1эм.
- А-а-а-а! – къэк1иящ щ1алэ ц1ык1ур и къару къызэрихьк1э – Сут1ыпщ, сут1ыпщ! Ухэт уэ?
Къызэплъэк1ыу милицэ фащэр щилъагъум, и гур къэзэрыгъуэтыжащ.
- Къэхъуар сыт?
- Мес, мобык1э фэеплъыр... шууэ къежьэри... сэри, сэ-сэри жыгым срихьэжьэри...
- А-а-а, арамэ хъунщ. Рим зыгъэсахэм уахэтакъэ? Нак1уэт, машинэм нек1уал1эт. - Машинэм идз нэхум къыхиша нэужь чэфрэ мычэфрэ еплъащ. – Учэф хуэдэкъым. Щ1эп уеуауи фэ птеткъым. Уи закъуэ хэк1уэтэху къыумык1ухь, емынэм узэрихуэркъым. Уэрей, фэеплъ шу сщ1эркъым, Хъуэжэ шыдым тесу плъагъунк1и хъунмэ. Хэт мыр сэ къихак1э къезыхужьар жызмы1аи! Машинэм ит1ысхьэ. Дэнэ ущыпсэур жып1а?
Зи щхъуэцыр тэджа щ1алэ ц1ык1ум зэхэтхъуауэ жи1а уэрамыц1эр, унэ бжыгъэр зыгуэрурэ игъэтэмэмри, машинэр ирихужьащ.
Джэла щхьэк1э зыщ1ып1и ехуэхуакъым. Щ1ы щхьэфэр быэ хъуат, утет хъунут дзыхь хуэпщ1у. Махуэри к1ыхьт, зи1уант1э-зишант1эми, к1ыф1ыгъэр зыбгъэдигъэхьэртэкъым. Унэм к1уэжын хуейт. Паркыр бгынауэ унэм к1уэжын хуейт. Ежьащ. Мащ1эу ебэ-ет1эурэ ежьащ...
Машинэр 1ук1ыжат. Жыпым иуэри бжэ 1унк1ыбзэр кърихащ. Хуэсакъыу бжэр 1уех. Къэмыушахэрэт. Упщ1эк1э щ1агъэнэнщ. Къэгубжьынхэщ. И пэшым зэрыщ1ыхьэжу шынагъэр щхьэщык1уэту хуежьащ. Зимыт1эщ1у гъуэлъыжащ.

* * *
- Нак1уэ дыгъэк1уэж. Мыбы зыри къытхуащ1энукъым.
Халат хужь зыщыгъ гуэр к1элындорым къытехьэхук1э Феликс къыщылъэтыну хуожьэ.
- Щыс. Дыкъыщык1уак1э жа1эм дегъэда1уэ, - Залинэ щ1алэм и 1эр щабэу еубыдри ирегъэт1ысэхыж. – Уи нервхэр хьлэч хъуауэ аращ, си гугъэмк1э. Экзаменхэр, щ1эт1ысхьэн 1уэхур – псори зэхыхьэжри... – Феликс и нэщхъыр щилъагъум, хъыджэбз ц1ык1ум и псалъэмакъыр егъэбэяу. – Тэмакък1эщ1 ухъуащ. Сыкъэбгъэгубжьу сыщ1эбгъэк1ыжыну аращ узыхуейр. Зыри къик1ынукъым, Филя.
Ныжэбэ к1уам жеякъым. Нит1ыр щ1есык1, зыри хуейкъым, псори иужэгъуащ. Ар гъащ1э сытми – жэщ к1ыф1ым къыхэ1ук1 макъ псори къэбубыдыну п1экум уисыныр?
- К1уэ, щ1ыхь кабинетым, мес, бжэр 1уахащ. Зыри умыбзыщ1, умыук1ытэу псори хуэ1уатэ, - Залинэ щ1алэр трегъэгушхуэ зэк1элъигъэп1ащ1эурэ. – К1уэ, щ1ыхьэ. Зумылъэфыхь. Нэхъ щ1эх хуит дыхъужынущ.
«Апхуэдизрэ ц1ут1 къызжимы1эу ек1уэк1ащ, - Залинэ кабинетым щ1ыхьэ Феликс и щ1ыбым иплъэурэ гупсысэрт. – Укъысщыдыхьэшхын си гугъэщ, жи. Сабий мыгъуэщ иджыри. Ахьмэди 1уэхум щыгъуазэ зэрысщ1ар къищ1эмэ, уафэм сабэ дрипхъеинщ. И нап1э сэмэгур къемыдэ1уэжу мэк1эзыз, холъэт. Л1ыжьым хуэдэу, 1эпэлъапэсыс хъумэ сыт ит1анэ?»
- Сыт жи1ар? Ар сыту щ1эх укъыщ1эк1ыжа...
- Зыри жи1акъым. – Феликс и жыпым тхылъымп1э к1апэ кърихащ. – Мис, хущхъуэ схуитхащ. Элениум. Уигъэжеинущ, жи. Адрейхэр псори езыр-езыру к1уэдыжынущ, жи. Мы щ1ып1эр п1алъэк1э бгынэ, жи. Сэ сщ1эрэ, къуажэм к1уэ, бдзэжьей ещэ, мэзым къыщык1ухь. Сытми, зытегъэу. Аращ жи1эр. Ауэ а псор сэри сощ1э. Тутыни с1ыгъыжкъым. Нак1уэ мыбы дыщ1эгъэк1ыж.
- Феликс, пщ1эрэ, укъэмыгубжь, ауэ нышэдибэ къысхуэп1уэтам Ахьмэди щыгъуазэ сщ1ащ. Укъэмыгубжь, умып1ащ1э, зэ зумагъэгусэ. Пщ1эрэ, абы... ар къыпщыдыхьэшхакъым, зы л1ыжь гуэр и ц1ыхугъэти абы и деж уишэмэ, сэбп къыпхуэхъуну и гугъэщ.
- Л1ыжь 1эзэт иджы къысхуэтыжыр. Хьы1! Къэбгъуэтаи!
- Зэ, уемыгупсыс щ1ык1э занщ1эу «хъунукъым» жумы1э. Сынолъэ1у. А л1ыжьым хуэдэхэм зыгуэрхэри яхузэф1ок1. Сэ сощ1э, 1эджэрэ жа1эжу зэхэсхащ. Зэман куэди тек1уэдэнукъым. Къуажэм пщэдджыжьым дык1уэнщи пщыхьэщхьэм къэдгъэзэжынщ.
- Дауэ жып1а? «Дык1уэн»? Ар щхьэ «дык1уэн»? Уэри унэк1уэну ара? Сынолъэ1у, кхъы1, унэмык1уэ, - Феликс и псалъэр зэуэ зэпиудащ. А псалъэхэм къагъэлъагъуэрт л1ыжьым и деж к1уэну арэзы зэрыхъуар. Залинэ мык1уэми нэхъ къищтэрт, апхуэдэу щ1ыщытыр къыгурымы1уэ пэтми.
- Содэ апхуэдэуи. Ахьмэд жес1энщ. Пщэдджыжь сыхьэтыр бгъухэм ирихьэл1эу вокзалым нытехьэ. Ахьмэд къожьэнущ.
Нэщхъейуэ къыпгуф1ык1ри, Залинэ автобус къы1ухьам ит1ысхьащ. Нэщхъейт. И щ1ыбри нэщхъейт. И лъакъуэ зэблэхык1эри. Феликс игу къэк1ащ еджэу къригъэгъэзэну, пщэдей Залинэ и гъусэу къуажэм зэрымык1уэнур гуригъэ1уэну, ауэ, ауэ... Япэм щыгъуэ наршухэр я ц1ыхубзхэм тк1ийу яхущыту щытауэ жа1эж. Ц1ыху щытмэ, щхьэгъусэм хуэгуф1эн дэнэ къэна, и ц1э дыдэм и гугъу умыщ1ыххи, ц1э леймк1э емыджэмэ нэхъ къащтэу щытауэ. Апхуэдэ зыгуэрхэр зезыгъак1уэ лъы тк1уэпс Феликси щ1эту къыщ1эк1ынт. Абы, а лъы тк1уэпсым, зэман-зэманк1эрэ зыкъригъащтэу къыщ1эк1ынт. Сыту щымытми, хъыджэбз ц1ык1ум еджакъым. Залинэ къуажэм зэрыздимышэмк1э мыарэзыуэ къэукъубеяуэ псори зы дзэ зэтекъузэгъуэк1э я п1э иригъэт1ысхьэжащ. Зэ жи1ам тетмэ нэхъыф1щ. Пасэрей наршухэри арауэ къыщ1эк1ынщ зэрыщытар. Зэ къыжьэдэк1а хъуам, л1эху хуэпэжу. Хуэпэжу, а къыжьэдэк1ар зэрыщыуагъэр къыгуры1уэжами, абы зэран къызэрихуишэнур и акъылым нэсами. Ауэ а псом Феликс егупсысыжыртэкъым. Жэщ к1уам илъэгъуахэм щыщ зыгуэр и нэгу къы1уидзэн и гугъэу шынэу и щхьэр щ1игуауэ уэрамым ирик1уэрт. Унэм нэсыжри и пэшым щ1ыхьэжащ, ауэ зэрет1ысэхыу къыгуры1уащ мыбдежи псэхуп1э зэрыщимыгъуэтынур. И нит1ыр ф1эплъызырт, ахэр зыгуэрым тена нэужь блынхэм хъеин щ1адзэрт, унащхьэр, къытеуэн хуэдэ, щабэу уфафэрт. И нэхэр зэтрип1эрэи 1эгуит1ыр и напэм 1уилъхьэмэ, и нэвагъуэр илъагъужырт, абы и гъусэу зэм фэеплъым и шырыкъур, зэм дзыгъуэшхуэ гущык1ыгъуэр илъагъурт. Феликс и нэр къызэтрихыжырти, иджыпстурей и щытык1эм щ1энак1эурэ, и 1уэхур нхъ зэхэбз ищ1ыжыну пыхьэрт. «Зэпэщыт блынит1ым зэжра1эр сыт? Пл1анэпэм деж дыщэзэхуэзэнущ». Усымаджэу, уи ныбжьэгъуф1 ар хуэп1уэтамэ, дыхьэшхэн хуэдэу хъуну къыщ1эк1ынт. Ауэ иджыпсту...
Пщэф1ап1эм к1уэмэ, псым ефэм, ваннм щ1ыхьэрэ и щхьэр псы щ1ы1эм щ1и1уурэ нэху игъэшащ. Ари лейт, и жеин армырми къак1уэртэкъым. Сытми, пщэдджыжьым жьыуэ къалм и уэрамхэм къыдыхьэ псыутх машинэхэм я макъ щызэхихам, Феликс къэгуф1ащ – нэху щат. Пщэдджыжьышхэр къытезыгъэува анэм и къуэм и нэ плъыжьхэм, нэк1у фагъуэм гу лъитат, ауэ зыри жи1акъым. Мащ1э ц1ыху щ1алэм и жейр ф1эзыгъэк1уэдын?
Ахьмэд бгъурыт1ысхьэу автобус къэувы1эп1эм къытена Залинэ 1э къыхуищ1а нэужьщ Феликс къыщыгуры1уар Залинэ и гъусэу къуажэм мык1уэмэ нэхъ къыщ1ищтар. Ар и гъусэу гъуэгу техьамэ, епсэлъэн хуейт, тегъэун хуейт, дыхьэшхын гуэрхэр хуэ1уэтэн хуейт, езы хъыджэбзэым жи1эхэм щ1эдэ1ун хуейт, щыдыхьэшхыпхъэм дежи нэк1ур зэк1щ1эшын хуейт. А псор хулъэк1ынутэкъым мызыгъуэгук1э. Ахьмэд сыт? Абы уемыпсалъэмэ, нэхъ къищтэххэу фэ тетщ. Газет йоджэри щысщ. А зэрынэщхъейщ. Сыт щыгъуи зыгуэрхэм егупсысу фэ тетщ. Зэзэмызи щхьэгъубжэм доплъ.
«Дадэ деж занщ1эу дек1уал1эмэ мыемык1уу п1эрэ? Ди дежк1э дыдыхьэжынщ япэщ1ык1и т1эк1уи дедзэкъэнщ, зыдгъэпсэхунщи, ит1анэ... мы къызбгъэдэсыр, пц1ы хэмылъу, Залинэ ф1ыуэ елъагъу. («Ахьмэд, пэжу п1эрэ, щы1э апхуэдэ л1ыжь 1эзэ? Уэ пц1ыхурэ?» Залинэ и псалъэхэр игу къок1ыж.) Пшэфатэмэ, езым схуегъэдамэ... Ар уэ пц1ыхукъым, Ахьмд, Феликс ц1ыху хьэлэлщ. Зыми «хьэуэ» жри1эфынукъым. А «хьэуэр» и нэгум къраджык1ыфу зрагъэсэн хуейуэ аращ и ныбжьэгъухэм, и 1ыхьлыхэм. А и ныбжьэгъум, Колящ жыхус1эр, жи1ам и зэхуэдит1ым нэхърэ нэхъыбэр димы1ыгъыу, псэк1э хуимыгъэдахэу, дещ1э. Мыхьэнэншэу жыхуэп1эн мыпхуэдэ 1уэхугъуэри... Псалъэм папщ1э, дэнэ к1уэнуми, дэнэ я зэш щытрагъэунуми, унафэр зыщ1ыр Колящ. Щабэщ. Щабэщ. Сэрк1эщ зэрыл1ыф1ыр. Си деж адрейхэм къыщакъутэ унафэр къыщызэригъэпэщыж си гугъэщ. Ц1ыху псоми, мащ1эми куэдми, унафэ ящ1ыну яф1эф1щ».
Ахьмэд къыгуры1уэрт Залинэ къыхуи1уэта псори зэрыпэжыр. Къыбгъэдэсу автобусым исыр зэрысымаджэм щхьэк1э и гур щ1эузырт, езым къызэрыщыхъур л1ы хуэдэу псалъэк1э зэрипхимыгъэк1ыфым щхьэк1э хузэгуэпырт, щыпсалъэк1э зэрыщымыту пхъашэу зыкъигъэлъэгъуэну зэрыхэтым щхьэк1э и блыпкъыр иубыду ф1ыуэ иутхыпщ1у, «ей, узолъагъу, узощ1э, сэри сыапхуэдэщ, узэрыщымыт зыпщ1ыну упымылъ, ар емык1ущ» жри1эну игу къэк1ырт.
А пщыхьэщхьэм щыгъуэ а 1упхъуэ уфафэм къыкъуэща щ1алит1ыр псори къэфэну къызэрытэджу бзэхат. Залинэ и нэщхъыр зэхилъхьат, ауэ щ1егъуэжри зэхихыжащ. Ахьмд зэрыхузэф1эк1ыу къафэрт, ауэ, гъуджэм иплъэ хуэдэ, зилъагъужырт, пхъэм къыхэщ1ык1а хуэдэ, и 1э- и лъэр хьэлъэу зэрызэблихыр, и 1упэм зэредзэкъэжыр, зэрымыгуф1эр. Къэмыфэфуи аратэкъым, зип1ыт1-зихузурэ пл1анэпэхэм зыдихуэжыпат. Щыхъуахъуэм щыгъуэ зэхиха дыхьэшх макъмми ищ1энур имыщ1эу ищ1ат. Ахьмэд иджы псори къеплъ къыф1эщ1ырт, дыхьэшхэн гуэр къык1эралъыхъуэу. Ахьмэд и лъакъуэр сакъыурэ и пэ къисым и т1ысып1эмк1э щ1иукъуэдиери и набдзэм, мышхэми, ет1эхъуащ. Апхуэдэут абы ф1эмыф1 гукъэк1ыжхэр зэры1уигъэк1уэтыр. Ауэ хузэф1эк1акъым. 1уихужыну зи ужь ит гупсысэм хэт гуэр къызэрыбгъэдэсыр арауэ къыщ1эк1ынт зэран хъур.
Тутынафэ щ1эк1ахэр къыщ1ыхьэжащ. Коля къафэу щытхэм къахэгуори магнитофоным и макъыр нэхъ ину яут1ыпщыну лъэ1уащ, ит1анэ и 1ит1ыр адэ и жып лъащ1эм нэс ирихухщ, и гъуэшэнджыр къызэщ1и1этэ хуэдэу ищ1ри зиудыныщ1эу щ1идзащ. Абы и щхьэц к1ыхьыр зхэзэрыхьыжат, лъагэу къи1эт и лъакъуэр макъамэ псынщ1эм ек1уу хьэуам хиудыныщ1эрти, иужьк1э гушы1э хуэдэурэ къыбгъурытхэр 1эфрак1эк1 зэлъы1уигъэк1уэтурэ утыкум ихьэрти, и псэр хэк1 хуэдэу, и нэхэр щ1ригъэлъафэрт, къупщхьэ хэмылъыж хуэдэ, зыкъызэф1игъэщахэрт, «лъэгум йоук1урие иджы» щыжа1эм ирихьэл1эу зыкъи1этыжырти гуф1эгъуэр къызыщ1их и нит1ымк1э псоми къахэплъэрт. Дахэу къафэрт. Ахьмэд ар къыгуры1уащ. Пщ1эну щыткъым, нэгъуэщ1 гуп, нэгъуэщ1 пэш ар къыщыфэу щытамэ, апхуэдэу дахэу къыпщымыхъунк1и хъунт. Абы нэху мащ1э дыдэ ззэмызэ щызыпхыж мы пэшым, абы хуэдэу къафэ зыщ1эмытым, Коля и къэфэк1ыр, дауи, щыдахэт. Ныбжьэгъум зыкъык1эримыгъэхуну Феликс и ужь итт. Зыгуэрым зыпэщ1эжыныр ф1ыуэ къызэхъул1э щы1эхэщ. Феликс абыхэм ящыщтэкъым. Ауэ ар къыгуры1уэжу фэ теттэкъым.
Ауэрэ къафэ псынщ1э псори иригъэшащ. Хуэм гуэр къагъуэту магнитофоным 1урадзэну лъа1уэхэри, хьэщ1эхэм балконымк1э задзащ.
Иджы щ1алэхэм хъыджэбзхэр къыдашу къагъафэ хъунут. Ахьмэр, зэрыхъуами имыщ1эу, джинс гъуэншэдж ф1ыуэ къызэзэвэк1ыу зыщыгъ хъыджэбз лъахъшэ 1упэ п1ащ1эм бгъэдыхьэри къыдэфэну арэзы хъуну елъэ1уащ. Зыкъыпщ1эхидзащ, и нэк1ури Ахьмэд и нэк1ум гъунэгъуу кърихьэл1ащ. Аращ гъащ1э жыхуа1эр. Къур1эни къуажэри зэшыгъуэ1ейщ. Гъащ1эм къыуит псор къе1ыпхын хуейщ. Нэхъ т1орысэ ухъумэ, сыт щыгъуи Къур1эныр бубыдыфынущ. Ахэм егупсысырт Ахьмэд, хъыджэбз лъахъшэ ц1ык1ум и щхьэцым здыхэпамэм. Залинэ магнитофоныр зытет ст1ол ц1ык1ум бгъэдэтщ. Феликс дежк1э маплъэ, и щхьэр ирехьэхыж, къэфэну хуейщ. Къызэдэфэну зыхуейри ещ1э. Ныщхьэбэ абы и пщыхьэщхьэщ, Феликс бгъэдэмык1ыу абы бгъэдэтами зы ягъэ к1ынутэкъым. Ау ар хущ1ыхьэркъым, Коля йопсалъэри блыным к1эрытщ, зыгуэр и жыпхэм къыщелъыхъуэ, къегъуэт, и дзэм дот1ыхь. Ит1анэ, блын щ1эгъэкъуэну щытын еужэгъури, фэтэрым щ1ок1. Тутын ефэну хъунщ. Коля, и закъуэу къызэрынэу, Залинэ бгъэдохьэ, и 1эр еубыдри утыкум кърешэ. Залинэ, фэрыщ1у, ину мэдыхьэшх, Коля и 1упэр Залинэ и тхьэк1умэм гъунэгъу хуищ1ауэ егъэп1эжьажьэ, егъэп1эжьажьэ. Абы жи1эхэм хъыджэбзыр ягъэдыхьэшх, уэ езыр дыхьэшхыркъым, и 1ит1ым хъыджэбзым и бгыр зыщ1аубыдащи, хуэмурэ и щхьэмк1э къыдо1эбейри, ит1анэ йо1эбыжых. Зыкъыщагъазэк1э унэлъащ1эм Залинэ жьэхимыгъэуэныр и щхьэусыгъуэу хъыджэбзыр зрекъузыл1э. Ахьмэд ар игу ирихьыркъым, къызыдэфэри щыгъупщэжауэ, абыхэм дежк1э маплъэ, Залини, 1уэхум игъащ1эк1э зыхумея гъуэгумк1э зэрыдидзыхар къыгурыйуэжащи, ищ1энум йогупсыс. Коля ирихьэжьащи, хъыджэбзым и блэгущ1эмк1э къыщ1э1эбык1ыу и бгъэм е1усэну и ужь итщ. Ахьмэд Залинэ къыхуищ1 нащхьэм къызэтрегъэувы1э. Залинэ зэуэ абы и 1эм еуэу къафэр зэпиудмэ, Ахьмэд ищ1энур ещ1эри, къыпыгуф1ык1ыурэ, «Бэяут иджы, хъунщ узэрыджэгуар» же1эри жре1э Коля. Ар зэхэзых, абы адэк1э Залинэ къызэрыпыгуф1ык1ыр зылъагъу Коли, а псор Залинэ зэримыжагъуэр абы къигъэлъагъуэ и гугъэу, нэхъри и 1эхэр хуит ещ1. ахьмэд бакъуэрэ Коля и джанэбгъэр иубыдрэ ар иудыныщ1эмэ, Залинэ ар къызэрыщыхъунур ищ1эркъым. «Си гуф1эгъуэ пщыхьэщхьэр сф1эпкъутащ, зауэ-банэм ухыхьащ» жи1эу къыбжьэхэгъэнк1и хъунущ. Феликс гупым къахыхьэжащ. «Мис иджы Феликс нэхъ зэхихынщ» жыхуи1эу, зы дакъикъэ къыхихри, Залин Коля жри1ащ: «1эджэ щ1ауэ тангэ сыкъэфэжатэкъым». Къыпыгуф1ык1ащ. Коля и джанэ пщамп1эр 1эбэри зэригъэзэхуэжащ...
Автобусыр лъэмыжым нэсри машинэ куэд зыщыземк1уэ гъуэгу гуэрымк1э дыдзэхащ. Къуажэм гъунэгъу хуэхъуахт.
- Дауэ зэрытщ1ынур? Занщ1эу л1ыжьым деж дык1уэну?
-Ди дежк1э япэщ1ык1э дек1уал1эмэ нэхъыф1щ, - Ахьмэд и макъым зригъэлъэщ1ри Феликс 1уплъащ. – Нэхъ пщыхьэщхьэ хъумэ дык1уэмэ нэхъыф1щ абы и деж.
- апхуэдэу тщ1ын дызэгуры1уат-т1э? Пщыхьэщхьэ хъуху фи къуажэм зыщыс1эжьэмэ, къалэм сык1уэжыфыну?
- Ук1уэжыфынущ. Умык1уэжыфми, ди деж ущы1э хъунукъэ? Фи дежхэр мыгузэвэн щхьэк1э упсэлъэнщ. Ди1эщ телефон. Пщэрэ, «л1ыжьк1э» узджэр ц1ыху къызэрыгуэк1 дыдэу щыткъым. Куэдым жа1э ар уду, и акъылым имытыжу. Уэри къызэрыпщыхъунур сщ1эркъым. Сэ апхуэдэу къэслъытэркъым. Дадэ губзыгъэу аращ. Нэгъуэщ1 зыри лажьэ и1экъым.
Ауэрэ нэпс щ1эзу зи нэм щ1эт фэеплъ л1ыжьым автобусыр гъунэгъу хуэхъуащ. Феликс зэригъэщ1эгъуэнур имыщ1эу и щхьэр зэрыхузэф1эк1к1э ири1уэнт1эк1ащи йоплъ л1ыжь щхьэпц1эм. И щхьэр нэхъ псыгъуэу ящ1рэ къытридзауэ лъынтхуэ п1ащэ зыт1у к1эращ1ыхьыжамэ нэхъ ек1у хъуну къыщ1эк1ынт. Ауэ иджыпстуи ар факъырэм ещхьт. Гъуэгу кумблъэмбым игъэхьэмк1э автобусым ис Феликс къыф1эщ1ырт л1ыжьым и 1ит1 шияр к1эзызу, ешауэ к1эзызу, фалъэр 1эпыхуу автобусым и лъабжьэм щ1эджэрэзэну. Фэеплъхэм нэ лейк1э еплъу къэзыубла Феликс гу лъитат мы фэеплъыр зыми къызэрыф1эмы1уэхужым. Жэщк1э и щытып1эр къигъанэу къик1ухьыну гукъыдэж лъэпкъ и1этэкъым.
Автобусым къик1ыу дыхьэп1э гуэрымк1э ягъэза нэужь, щ1алит1ым къалъэгъуащ гъуэгубгъум щыт шыдыгур. Хэт ищ1эн, наршухэм я зэман-шыдыгур армырауэ п1эрэт? Гу шэрхъит1ым языр къыщ1эджэрэзык1ати, хамэ къэрал хьэрф куэду зытетха джанэ зыщыгъ наршу щ1алэ нэ ф1ыц1э ц1ык1ум, и нат1эпэм къек1уа пщ1энт1эпсыр ирилъэщ1эк1ыурэ, лъэгуажьэмыщхьэу т1ысауэ «иджыпстуупц1э ц1ык1у-ц1ык1уу зэпкърыщэщынущ» жозыгъэ1э шэрхъыр, мывэшхуэк1э еуэ-къеуэми, щ1игъэзэгъэжыну и ужь итт.
Шыдыр къызэрилъагъуу, гъэщ1эгъуэн гуэр къэзылъэгъуа дэтхэнэми ещхьу, зи нэгу къэщ1эрэщ1эжа Феликс, а шыдыр зыщ1эщ1а шыдыгур щилъагъум, и нэщхъыр зэхиуфэжащ. «Дахагъэ жыхуа1эм хуэхейщ къуажэдэс наршухэр», игу къэк1ащ абы. Езым, адэжынэм хуэдэу, плъыфэбэу зихуэпащ. Зрихьэл1а шыдыгури сытым ещхь! Ауэрэ гъунэгъу хъупэри, шыдри зэрымыщ1агъуэр илъэгъуащ. Кинок1э езы Феликс зэса шыд нэ губзыгъэ тхьэк1умэ жаным мыр к1эщ1ыхьэным куэд хуейт. Мыр тхьэк1умэ лалэт, нэ лъэныкъуэм щ1ы1уху телът, и лъэбжьанэри куэд щ1ауэ ягъэк1эщ1атэкъыми, 1уплъэгъуейуэи лъакъуит1ыр зэк1эщ1ишауэ щытт. Адэ нэхъ псынщ1эу блэк1ын хуейщ. Блэк1ауэ зыщыгъэгъупщэн хуейщ. Ахьмэд къэмыувы1амэ, ик1и блэк1ынут. Къэувы1ащи шыдыгу лъабжьэм щ1эс щ1алэ ц1ык1ум сэлам ирех, дэ1эпыкъуну зэрыхьэзырыр жре1э. Арат къахуэтыжыр иджы. Зыуэ ешащ, 1уэху я1эу къежьащ. Жей щ1ыхуэу телъыр къытегупл1ащи, Феликс мащэ к1ыф1 гуэрым ирадзэну и ужь итщ. Мыр къэувы1ащи... Ауэ Ахьмэд къызэрызэтеувы1ам арэзы имыщ1ар Феликс и закъуэтэкъым. Джанэ зыкъизых зыщыгъ щ1алэ ц1ык1ур зэм плъыжь, зэми хужь къэхъужурэ дэ1эпыкъуэгъу зэрыхуэмыныкъуэр жи1эрт. Наршухэм къадэ1эпыкъуну къажезы1ар къащ1энак1эу е зыгуэр щхьэк1э къащыгугъыу къащыхъурт. Ахьмэд нэхъри «къуэш, къэхъуар сыт?» жи1эурэ пхуэдэ псалъэ гуапэхэр къигъэсэбэпырти, ахэрат щ1алэм нэхъри игу иримыхьыр. Апхуэдэ ц1ыху зыхуэгъэзэк1эр наршухэм ящыгъупщэжат.
Феликсрэ Ахьмэдрэ зыдыхьа пщ1ант1э наршу пщ1ант1э къызэрыгуэк1т. Псэуалъэ куэд дэщ1ыхьат, иныгъэмрэ быдагъэмрэ хуабжьу зэрагъэнэхъапэр 1упщ1т. Щ1алит1ыр пщ1ант1эм щыдыхьэм, абыхэм къапежьащ цы зыпщ1у бжэщхьэ1ум теса фызыжьыр. Наршу нанэхэм сэлам зэрырах щ1ык1эр тмэму зымыщ1э. Феликс и щхьэр щ1и1ури и 1эр ишиящ. Нанэми ар уэимыщэ ищ1акъым (есэжауэ къыщ1эк1ынт), игъащ1э лъандэрэ унагъуэк1э зэрыц1ыхуауэ ф1эк1 умыщ1эну, а щ1алэ ц1ык1ум и адэ-анэм щ1эупщ1ащ. Имыц1ыхухэм нанэр зэрыщ1эупщ1эр Феликс игъэщ1эгъуащ.
- К1уэ, си щ1алэ, уи пэшымк1э щ1эшэ хьэщ1эр, умыгъэзэш, тегъэу, сэри иджыпсту... куэдрэ фызэзгъэжьэнкъым.
«Хьэщ1э, умыгъэзэш». Феликс а псор фэрыщ1ыгъэу къилъытэрт. Нэхъ гъэщ1эгъуэныжыр, къыщ1эк1уамк1э фызыжьыр къызэремыупщ1ар арат. «Хьэщ1э, хьэщ1э» жып1эу, умыц1ыхум къыщ1ык1элъыбджэдыхьынур сыт? Унагъуэм къихьам къыщ1эк1уамк1э еупщ1ын хуейщ япэщ1ык1э. Ит1анэ зыщ1ып1э деж щегъэт1ысэх, шей хуеймэ щ1эупщ1э. Ахьмэд и пэшым тхылъыр хуэф1у щ1элът. Хьэрпыбзэк1и, наршуубзэк1и, сытми бзэ зыт1ущк1э. Феликс тхылъ сатырым ириплъэри жинт нэхъ ц1уугъэнэ1уэ зи1эр къыхихащ. Ахьмэд вакъэ лъэмбы1уит1 къихьри Феликс и пащхьэ къригъэуващ. «Вакъэр зылъумыхамэ нэхъыф1т, - жи1ащ абы. – Ауэ апхуэдэу нэхъ къыщыпщтэк1э, мыр зылъыпы1у».
Арыххэу щ1эк1ри псы щ1ы1э, пхъэщхьэмыщхьэ, 1эф1ык1э хуэдэ гуэрхэри къыщ1ихьащ. Махуэ хуабэм и сыхьэтышхуит1 автобусым щызыхьа Феликс а псом хэ1эбащ. Зэригъэщ1эгъуэнур ищ1эртэкъым - жеин къак1уэрт. Зыбжанэ щ1ауэ ф1эк1уэда жейр къыхуэк1уэжат.
- Нак1уэ, хадэмк1э зыщытплъыхьынщ, ухуеймэ, - наршууэ къыпхуэмыщ1эну, ф1ыуэ и бзэр хуэкъутауэ псалъэрт Ахьмэд наршухэм къащта бзэ ет1уанэмк1э. Феликс ар игъэщ1эгъуащ, гуапи щыхъуащ. Къыщык1уэм имыщ1э наршуубзэм щ1агъэдэ1ун и гугъэурэ гузэват. Ещ1э Ахьмэд бзэ зыт1ущ, ирипсалъэркъым ахъумэ. Наршуубзэр нэхъ къещтэри абы иропсалъэ. Наршухэм хадэ ф1ыуэ зэрахьэ. Жыгхэр зыхуей хуэгъэзащ, дыгъэ хуиту ягъуэт, псыр – аращ. Феликс, дэ1эбейуэрэ т1ыгъуауэ фэ зриплъ мы1эрысэ, балий к1асэ хуэдэхэр ишхыурэ здык1уэц1рык1ым, гу лъитащ жыгым щ1агъэлъадэ псым и фэр зэрымытэмэм дыдэм. Псыуи пхужы1энтэкъым, шы гъутхьэпсыфэт. Ар, дауи, псы узыншэтэкъым. «Къалм жьы къабзэ щ1ы1э, къалэм пхъэщхьэсыщхьэ тэмэм къыдэхъун сытми, къуажэращ псори хъума здэхъуар», - жи1эу гупсысэурэ къэхъуа Феликс ар игъэщ1эгъуащ.
- Пхъэщхьэмыщхьэм зэран хуэхъуркъэ? – щ1эупщ1ащ.
- Тщ1эркъым, иджыри къэс гу лъыттакъым, - ет жэуап Ахьмэд.
- Мыбы зыгуэр къыхак1э.
- Ыхьы, - Ахьмэд и щхьэр ищ1ащ.
- Сыт щхьэк1э?
- Мыр мыпхуэдэу щымытын щхьэк1э.
- Зыри къик1ынукъым, Феликс.
Ахьмэд япэу апхуэдэу и ц1э къри1уэу зыкъыхуигъазэрт. Феликс игу къихьат Ахьмэд егиину, уеблаэм щ1энак1эу, «сл1о, а уи тхылъ къомым мыпхуэдэ пшэч зэрымыхъунур къыумыджык1ауэ ара иджыри къэс?» жи1эу ириут1ыпщыну. Ауэ зыри жи1акъым. Ахьмэд апхуэдэу делэ дыдэтэкъым, зыгуэрым зэтри1ыгъэу къыщ1эк1ынщ. Феликс и щхьэр хьэлъэ хъуат. Жейм къыхигъэзыхьырти, хадэм къик1ыжыну къыщежьэжым гуф1ащ.
- Нак1уэ си пшым, т1эк1у зыдгъэгъпсэху, т1ури дешащ.
«Т1ури» же1э, Феликс къэмыгубжьын щхьэк1э. «Уешащ» жи1амэ, жэщк1э зэрымыжеижыр Залинэ Ахьмэд зэрыжи1ар ири1уэк1 хуэдэу хъунут. Феликс Ахьмэд и п1эм зэригъуалъхьэу и нэр зэтрип1эри к1ыф1ыгъэм хэджэрэзащ. Цы ф1ыц1э куду зытет 1э гъур бгъузэм пхъэ гъур зэхуехьэс. Маф1эри куэд мыщ1эу къолыд. Зи щхьэцымрэ зи жьак1эмрэ зэхэк1эжа л1ыжь шынагъуэр хьэлъакъуипл1у мэт1ысри 1угъуэ зыжьэдешэ, тутын 1угъуэ пэлъытэу, ит1анэ мып1ащ1эурэ 1ыхьэ ц1ык1у-ц1ык1уу къеут1ыпщыж. И тхьэк1умэ к1уц1ым, и пэ гъуанэхэмк1э цы къолэл, къаруушхуэ ягъуэтауэ 1эпкълъэпкъым и т1асхъап1э псори къыпхраудурэ дунейм къытехьэ хуэдэщ. Л1ыжьыр зэкуэфауэу къыщолъэтри къапхъэным зи лъакъуэр диубыда дыгъужь щ1алэу мэкъугъ, игуми и псэми къыбгъэдэк1ыу мэкъугъ. И джанэбгъэр зэ1итхъри тхылъ гуэр къыдихащи, хьэрфхэм нэхъуеиншэу еплъурэ зыгуэрхэм къоджэ.
Псы ф1ыц1э гуэри блож, зылъэ1эсыр ири1эрэ и псэр хихыу. Жыгым и лъбжьэм щ1олъадэри къызэф1егъэщахэ, удзыр егъэуф1ыц1ри зыкъримыгъэщ1эжу нап1эзып1эми псэр хухех, ар и жып ирелъхьэри адэк1э мажэ. Жэщщ. Вагъуэхэм я п1эк1э хамэ къэрал хьэрфышхуэхэр уафэ джабэм кърапхъащ. Шыдыгу шэрхъри и закъуэпц1ий уэрам нэщ1ым дэлъэдауэ ищхъэрэк1э йоджэрэзэх. Псыхьэ к1уа фызищым як1эщ1олъадэ, егъащтэри зэк1эщ1еху, л1ыжьым зигъэджэлауэ мэгурым, и бгъэм йоуэж, къэк1ыгъэ уф1ыц1ахэр ф1э1эф1ыпсу игъэныщк1уурэ ешх. Феликс и 1ит1ыр п1ыщ1ащи 1эпхъуамбэхэр ейрэ имейрэ къыхуэщ1эжыркъым, маф1эм хуешийри къигъэхуабэркъым, нэхъри гъунэгъу зыхуещ1ри, ит1ани хъуркъым... иджы езы Феликс гъущ1 хъарым ис мыщэ уэдым 1эф1ык1э хуеший – къэ1эбэркъым, и щхьэр лъэныкъуэк1э иредзэк1, нэхъри гъунэгъу зыхуещ1ри хуеший – мыщэм гу лъитэххэркъым. Щымыхъужым и 1эр гъущ1 хъарым ирешие – куэд щ1ауэ зыщ1эхъуэпс 1уэхугъуэ гуэр къызэрыхъуар фэуэ тету, мыщэр къопхъуэри и дзэпкъ жанхэр 1эм хеук1э, къупщхьэр зэхегъэщ1ыщ1э... Маф1эри 1ит1ым къобзей, зыкъык1эрещ1эри 1эр зейр егъэгу1э – Феликс къоуш.
Пщыхьэщхьэхуегъэзэк1 хъуат. Гузавэу къыщхьэщыт Ахьмэд щилъагъум, зэры1уэщхъуар къыгуро1уэж.
- Сыт зэхэпхар? Жыс1а1а?
- Хьэуэ, зыри жып1акъым.
- Пц1ы умыупс.
- Супсыркъым. Сэри сыщыжейк1э сыщыпсалъэ щы1эщ. Ар зырик1щ.
- Пщ1эрэ, сэ зы пщ1ыхьэп1э шынагъуэ слъэгъуащи... Уи «л1ыжьри» хэтащ. Иджы ар, слъагъумэ, къэсц1ыхужын хуейщ.
- Зэи умылъэгъуар пщ1ыхьэп1эу плъагъунукъым, Феликс уэ плъэгъуар нэгъуэщ1 л1ыжьу къыщ1эк1ынщ.
- Ар пщ1ыхьэп1э гугъут... – жи1эжын и гугъэу къригъэжьащ, щ1егъуэжри бэяужащ. – Нак1уэ, жыхуэп1а л1ыжьым деж дык1уэнщ. К1ыф1и хъуак1эщ, ди деж сык1уэжыфыну п1эрэ? – и щхьэц къэубэлэцар трилъащ1эурэ Феликс къызэф1эт1ысхьащ.
Бекъул дадэ маф1эм пэрыст. Пщ1ант1эм къыдыхьа щ1алит1ым гу къылъитэри, къызэф1эувэ хуэдэу ищ1ащ. Сэламыр зэф1эк1ащ, л1ыжьыр щыму щысщ. Маф1эм йоплъ, пхъэ гъур пэредзэ.
- Дадэ, дэ дыкъыщ1эк1уар... – Ахьмэд къригъэжьар и к1эм нимыгъэс щ1ык1э, «увы1э» жи1эу къригъэк1ыу, и 1эр къе1эт.
- Дадэ, ди 1уэхур зы1утыр... – тэлай дэк1ауэ Ахьмэд аргуэру кърегъажьэ, арщхьэк1э аргуэру зыкъэзы1эта л1ыжьым егъэувы1эж. Маф1эм пэрысхэщ. Гъэмахуэ пщыхьщхьэ пэтми, бгымк1э къриху жьы щ1ы1эм маф1эр псэм ф1эф1 пщещ1.
- Уэ зыгуэрым уигъэшынауэ фэ птетщ, си щ1алэ, - л1ыжьым зэуэзэпсэу Феликс зыхуегъазэ. Къыщык1уэм щыгъуэ къылъыкъуэк1а псоми Ахьмэд щысу л1ыжь 1эзэр зэрыщ1игъэдэ1ун хуейм игъэнэщхъея Феликс иджы Ахьмэд лъэныкъуэк1э 1умык1мэ нэхъ къещтэ. Пэжщ, мэшынэ. Кудым щошынэ. Мы маф1эми, пщыхьэщхьэми, щыму щыс л1ыжь мыц1ыхуми... ауэ л1ыжьым иджыпсту жи1а «си щ1алэм» апхуэдиз щабагъэ щ1элът, а макъыр зейр езы щ1алэ ц1ык1ум зы бэлыхьышхуэ къыдэзышэча гуэрым и макъыу къыщыхъуати, зимыгъэхьэкъуэу псори къи1уэтэжу хуежьащ. А псор тхьэк1умэм къимыхьэмэ нэхъ тэмэму къэзылъытэ Ахьмэд тэджыжат, ауэ Феликс щылъа1уэм, ет1ысэхыжащ. Ахьмэд 1ыхьэ-1ыхьэу зэпы1уа хъыбарым щеда1уэм, аргуэру зэ егупсысащ Феликс а япэм зэригугъам хуэдэу зэрыщымытым. Иджыпсту абы зи макъ зэхихыр ц1ыху гу пц1анэт, куэдым зи гупсысэр нэст. Наршуубзэ зымыщ1э Феликс абы щхьэк1э л1ыжьым и пащхьэм т1эк1у щыук1ытами, иджы абы щхьэдэхауэ псори гъэхуауэ жи1эжырт. Щ1алэр щым зэрыхъужу, л1ыжьыр и 1эгъуапэм и1эбэри лъык1э ирикъуа псыдыуэ кърихащ, къыбгъурыт шыгъу фалъэми хидзащ.
- Абы ущымышынэ, щ1алэф1, - жи1ащ абы, Феликс и щхьэфэцыр зэрытэджам гу лъитэри. – Зи псэр шынэм ихуза ц1ыхум жи1эр ф1ыуэ зыхэпщ1эн щхьэк1э абы и хъыбарым ущыщ1эдэ1ук1э уз гуэр пшэчын хуейщ. Умыгузавэ. Уэ блэк1а зэманыр къопсалъэу аращ. Абы уэ укъыщ1ыхихар сэ сщ1эркъым, дунеягъэк1э къэхъуапсэ 1ыхьлы куэд уи1эу къыщ1эк1ынщ. – Л1ыжьыр 1эбэри щ1алэ ц1ык1ум и нат1эм и 1эр щабэу трилъхьащ. – Зи гугъу къысхуэпщ1ар псэужкъым, ауэ а здэк1уами и псэр щытыншыркъым, псэухэр игъэп1ейтейуэ аращ. Дзыгъуэшхуэхэр 1уэху ф1ейхэр аращ. Абыхэм псэр ягъэтыншыркъым ик1и ягъэтыншынукъым. Сэ сыпхуелъэ1унщ, ар зыхузэф1эк1ынум сыпхуелъэ1унщ а псор пщхьэщихыну. Ар си къалэнщ. Ят1эм хэнар къыхэзычыжарщ ар зыщ1эн хуейр. Ауэ уэри пхузэф1эк1 къыумыгъанэ, зыми игу уемыуэу псэуф. Зэи зыщумыгъэгъупщэ мы дунейм дытетыну къыдит п1алъэр зэрымащ1э дыдэр. Ц1ыхупсэр зы дунейкъым зыхэпсэухьыр. Уэ, си щ1алэ, сынолъэ1у нобэ къысхуэпша уи ныбжьэгъум Къур1эныр зэ къыхуэпщтэну.
Л1ыжьым нэмэз щыгъэр зэпиупщ1ри зы мывэ къыхихащ.
- Мыр зыпщ1эхэгъэлъ. Дэнэ укъыщыщ1имыдзами, сыт хуэдэу уи гъащ1эм зимыхъуэжами. Уэ блэк1а зэманыр къопсалъэ. Гугъу уригъэхьынщ. Уи закъуэк1э хьэлъэ1уэщ ар, къыпхуэмы1этынщ. Аращ жа1эр.
Л1ыжьым жи1эну зыхуей псор зэрихуар къыгуры1уэри, Ахьмэд къэтэджыжащ.
- Дык1уэжынщ дэ, дадэ. Зэманри хэк1уэтащ. Берычэт бесын.
Дадэр тэрмэшыншэу Феликс зэрепсэлъэфар Ахьмэд гъэщ1эгъуэн щыхъуат, наршуубзэк1э ф1эк1 псалъэу игъащ1эм зэхихатэкъым.
- Берычэт бесын, дадэ. Маф1эр зэхэзгъэк1ыжынщ, ухуеймэ, шэнтхэри унэмк1э пхуэсхьыжынщ.
- Упсэу, си щ1алэ. Сыхуе йкъым. Сэ иджыри т1эк1у сыщысынущ. Жэщыф1 тхьэм къывит т1уми.
Л1ыжьым маф1э здыщищ1а бэкхъ бжэ1упэм пэмыжыжьэу щылъ пхъэ ент1ыр зэтелъым хьэ къугъ макъ гущ1ыхьэ къыщ1э1ук1ащ. Феликс зимыщ1эжу пхъуэри Ахьмэд и 1эр иубыдащ.
- Абы фыщымышынэ, щ1алэф1хэ, - къыщы1уащ абыхэм я щ1ыбагък1э л1ыжьым и макъ. – Хьэ хьэулей гуэрым абдеж т1ысып1э щищ1ри къыщилъытак1э щрепсэу. Ауэ къугъыу иджыпсту япэу зэхэсхыу аращ.
Зэманыр ф1ыуэ хэк1уэтат, Фелинкс къалэм зэрымык1уэжыфынур гуры1уэгъуэт. Ахьмэдхэ къызэрысыжу, ар занщ1эу гъуэлъыжащ. Ар зэрылъ гъуэлъып1эм бгъурыт шэнтжьейм ит1ысхьа Ахьмэд Феликс жейм хилъэфэху щыму щысащ. Ит1анэ тэджщ, щэк1 ф1ыц1э к1апэм к1уэц1ылъ Къур1эн 1эрытхыр къищтэри къызэгуихащ. Ар къеджэрт, и 1упэр п1эжьажьэрт, ауэ зэгупсысыр, л1ыжьым сэлам ирихыжу къэтэджыжа нэужь, дадэм и щхьэ хужи1эж хуэдэу жи1а псалъэухар арат. «Пщ1ыхьэп1э псы ф1ыц1эр гурыхькъым». Арат жи1ар дадэм. Мыгурыхьми, Феликс и пщ1ыхьым ар хэтат.

V

Тэджауэ к1уэжын хуейщ. Хъуни ар. Лъагъуныгъри хъарзынэщ, ауэ нэгъуэщ1 1уэхуи щы1эщ. Апхуэдэ гупсысэхэр псалъэ зырызу и щхьэм щызэхуихьэсурэ, Коля, п1эм здыхэлъым, 1эбэри сыхьэтыр ст1олым къытрихащ. Блы хъуа щ1ык1этэкъым. «Мори» къэушащ, ауэ жей нэпц1у и нап1эр треукъуэдиери хэлъщ. Аркъэуи аркъэкъым. Аркъэ къабзэм апхуэдэу щхьэ куц1ыр щхьэм ириубыдэркъым. Птулък1эм те1уэнт1ам еплъын ук1ытащ.
«Мори» жей нэпц1 куум хыхьащ. Сыхьэт ныкъуэ дэк1мэ, зигъэук1ытэхыу къызэф1эт1ысхьэнущ, нэгъуджэр пэбгым игъэшэсынурэ, нэгъуэщ1 хъужынущ. Ф1эщ щ1ыгъуейщ ит1анэ жэщым жи1ахэр, ищ1ахэр. Коля къызэф1эт1ысхьэри и щхьэм хуэсакъыу худэ1эбеящ. Хуабжьу мауэ, ауэ ягъэ к1ынкъым. Хамэ общежитым щ1эк1ыжмэ, пивэ крушк1эжьыф1и къигъуэтынщи зигъэхъужынщ.
«Все, я погнал», - къыдришеящ абы ерагъыую зыкъигъэхъеякъым. Нэхъыф1щ. Псынщ1эу зихуапэри к1элындорым къытехьащ. Хъумак1уэ фызыжьым блэк1ыжын хуейт иджы. А нэжьгъущ1ы-дзэм и нэ укъыф1энэрэ игу уриубыдэмэ, абы ф1эк1а мыбы лъапэ щыуимыгълъэщ1ыжын лъэк1ынущ. Ауэрэ к1элындорым къыздрик1уэм плафон хужьышхуэм и нэр техуащ.
Къепэзэзэхыурэ дэк1ып1э зэвыр зыхъумэ фызыжьыр абдж зэхэщащэ макъым къыдригъэплъеящ, зэуэзэпсэу жан къэхъуа 1эпкълъэпкъыр ет1уанэ къатым дэжеящ. Абдж къутахуэм бгъэдэлъэда фызыжьым и щ1ыбагъымк1э жьы хуабэ къыкъуэуа хуэдэу къыщыхъуащ, дакъикъэ дэк1ри, бжэр зыгуэрым къридзыл1эжащ...
Къалэр къэушырт, псчэурэ тутын щ1игъанэрт, шей ефэрти лэжьап1эм п1ащ1эу к1уэрт. Нэр еса-есауэ уэрамым ирижэрт. Щ1ып1э-щ1ып1эк1эрэ укъуея удзыпц1эхэр, жьым ичэтхъа афишэхэр, зыгуэрым къы1эпыхуу къута шэ птулък1эр, абы ежэл1а хьэхэсабэ мэжэщ1ал1эр нэгум къы1уидзэрт.
Ек1уэк1ып1эмк1э къыкъуэуа жьы мык1уэмытэм, и псэ пыт къудейуэ, жыг къудамэхэр игъэхъейрт.
«Нобэрей махуэк1э еджэн 1уэху лъэпкъ щы1эн хуейкъым, - гупсысэрт Коля. – Ахъшэ щ1ын хуейщ. Вагон къытехьамэ, унэщ1ын хуейщ. Абы нэхърэ нэхъыф1т Оля и деж зрезгъэхьэк1ам».
К1эп1ейк1ит1 ерагъыу и жып къригъуатэри телефон трубкэр къищтащ.
- Алло, 1эф1ык1э фабрикэр ара? Вагон къытехьа? Ин? Ыхьы. Гуры1уэгъуэщ.
Иджы унэм псэлъэн хуейт. Зыри къызэрыщымыщ1ар, и ныбжьэгъу гуэрым деж зэрыщы1эр анэм же1амэ нэхъыф1т. Ауэ к1эп1ейк1ит1 игъуэтыркъым. Ахъшэ къэгъуэтын хуейти, Оля деж иунэт1ащ.
- А-а-а, уэра? Къыщ1ыхьэ.
Бжэр 1узыхам и щхьэцым 1уэпхъуабипщ1ри хехуэри зэщ1и1этэ хуэдэу ещ1.
- Тутын п1ыгъ?
Коля жыпым йоуэри 1ит1ри е1эт.
- Хьэуэ, с1ыгъкъым. Дыгъуэпшыхь гуп сыхэхуэри зыри къысхуагъэнакъым.
Къигъэуша ц1ыхубзым еплъыжащ. Фызыжьщ. Фызыжь шынагъуэщ. И нэк1ури зэлъащ. Зы дзи езым еуэ 1уткъым. Ауэ ахъшэ и1эщ.
- Дыгъуэпшыхь сыножьащ, щ1алэ ц1ык1у, дэнэ уздыщ1ихьар, - жи1ащ Оля, къызыхэтэджык1а п1эм гъуэлъыжурэ. – Къак1уэ мыдэ си деж, уп1ыщ1а хъунщ.
Коля ц1ыхубуэзым шхы1эн гущ1ы1ум къытрилъхьа 1эблэ гъумит1ым и нит1ыр тригъэдиери щэтащ. Щ1эк1ыжынт иджыпсту. Хуабжьу и гуапэу щ1эк1ыжынти абы ф1эк1а къытригъэзэжынтэкъым. Ауэ, ахъшэ хуейти, зит1эщ1у щ1идзащ.
- Ахъшэ си1эжкъым, - жи1ащ абы шхы1эныр тригъэк1уэту къызэф1эт1ысхьэжа нэужь. – Тхьэмадэм к1эп1ейк1э къызимытыну тхьэ и1уащ. Мами зык1и сыщыгугъыркъым. Къэбдзыну1а?
- Ара укъыщ1эк1уар, щ1алэ ц1ык1у? Занщ1эу щхьэ къызжумы1арэ? Уэзмытмэ-щэ? Станокк1э сщ1ыркъым ахъшэ, уэри къыбгуро1уэ. Сэ хэт къысхуеиж. Ауэ уэ зыгуэр пк1эщ1эздзэнщ.
Коля еп1эщ1эк1ыу унэм къыщ1эк1ыжащ. Ц1ыхубзым зыкъызэридзар игу къэк1ыжри и щ1ыфэр тхытхащ. Сыту гущык1ыгъуэ, сыту ик1агъэ! Ауэ ахъшэм уимыгъэщ1эн щы1э! Псы зыщ1эзыфа фошыгъу къэп хьэлъэхэр зеплъафэ нэхърэ нэхъыф1щ.
Иджы унэм ек1уэл1эжу т1эк1у зигъэпсэху хъунут. Пщыхьэщхьэ дахэшхуэ къыпэщылът. Абы и гур игъэхуабэрт, 1эпкълъэпкъым псэщ1э къыхилъхьэрт. Япэрауэ, душым щ1эувауэ фызыжьымэр зык1эрыгъэк1ыжын хуейт.
Тутын 1угъуэр хуэф1у зыщ1эт пэшым куэзыр щыджэгурт. Пщыхьэщхьэхуегъэзэк1 хъууэ къэушу къежьа Коля и гугъатэкъым мы общагэм къэк1уэну. Ауэ, егупсысщ-егупсысри, ярихри, утет1ысхьэну дзыхьщ1ыгъуэджэ шэнтым тет1ысхьащ, гупсэхууи зиплъыхьащ. Зыгуэр щит1ысхьэк1э тхьэусыхафищэр къизыш гъуэлъып1эжьым хъыджэбзит1 ист. Зым гитарэм макъамэ пыудахуэ гуэрхэр къыпкърихурт, и щхьэр мащ1эу щ1иупск1эурэ уэрэд жи1эрт. Мыдрейр и куэщ1 илъ армэ альбомым еплъырт. Коля игу ирихьакъым, зричыжыну мурад ищ1ащ. Ауэ пэшым щ1эс щ1алэжьит1ым, ахъшэк1э куэзыр джэгурти, яхэмыхьэу хуэшэчакъым. Зыхэзымыщ1ам къыгуры1уэнукъым ар. Куэзырыр ягуэша нэужь нэм щыхуахьк1э зырызурэ къыщыкъуагъэщк1э гум зеп1ыт1, зехуз, зигъэпщк1уну адэк1э-мыдэк1э зедз. Куэзырым йоплъ джэгуну т1ысар, и щхьэр къе1этри адрейхэм я нэгум щ1оплъэ, зыгуэр иригъэлъэгъун и хьисэпу.
Коли, арати, джэгуну иригъэжьащи, ныщхьэбэк1э насыпыф1эу зибжыж хъунущ, зэ къихьащ, иджыри къэс еджагъэшхуэхэм яджыну зыхунэмыса къару лъэщым и1ыгъщ.
Иджыри зэ, зэзакъуэ. Иджыри зэ. Аргуэру къихьащ.
Иджы Коля тэджмэ делэу зибжыжынти и щхьэм игу ебгъэжынт. Абы гу лъитат нэхъ жьант1э1умк1э къыдэс щ1алэ щхьэц бапхъм и нэр хьэ яубэрэжьам и нэм ещхь зэрыхъуам. Альбомыр зэпэзыплъыхь хъыджэбзым к1эщ1-к1эщ1урэ и щхьэр къи1этурэ щхьэц бампхъэм йоплъ.
- Къэвгуэш иджыри! – Коля тутыным хуищ1эу екъущ, зригъэщ1еик1ри, 1угъуэр мып1ащ1эурэ къиут1ыпщащ. Аргуэру къихьащ. Ст1ол лъакъуэ зэхуэмыдэр ебэет1эурэ щхьэгъумбжэмк1э к1уэтащ. Коля аргуэру къихьа ахъшэр и пащхьэ ирилъхьэжри къагуэша куэзырыр къищтащ. Жьант1эм дэсым и жыпыр нэщ1 зэрыхъуар гуры1уэгъуэрт, ауэ тэджыжыну хуейтэкъым, зыгуэрк1э иджыри гугъэрт. Ар гъуэлъып1эм исхэм яхуеплъэк1ащ, тхылъымп1э к1апэ къищтэри зигъэдыхьэшх нэпц1у зыгуэр итхри Коля хуигъэк1уэтащ.
Хъуащ иджы, мис иджы гъэщ1эгъуэн дыдэ мэхъу. Зричижынк1э 1эмал зимы1эщ иджы, п1эм ис джэжит1ым языр къихьыфынущ, и насып къик1мэ. Ещанэу джэгур и жьэр 1урыхуауэ альбомыр зы1ыгъ хъыджэбзым еплъащ. Жьант1эм дэсыр щ1егъуэжынк1э шынэрти, Коля куэзыр зыгуэшыр игъэп1ащ1эурэ иригъэгуэшащ. Куэзырджэгухэр зыпэрыс ст1олри хуэм-хуэмурэ к1уатэурэ щхьэгъубжэ 1ухам жьэхэуващ, пэрысахэми абы гу лъамытэххэу, шэнтхэр лъакъуэк1э хущ1эрыуэурэ ст1олым к1элъагъэк1уэтащ.
Коля и ахъшэм хэ1эбэри тхылъымп1э к1апэр зытелъ 1энэкумк1э игъэк1уэтащ.
Ст1олым зи1этри щхьэгъубжэмк1э дэувык1ащ. Ауэ, гъэщ1эгъуэныракъэ, ехуэхакъым, щхьэгъубжэм пэзанщ1эу хьэуам хэувэжауэ щытщ.
Куэзырджэгухэри ауи замыгъэхьэкъуэу щхьэгъубжэм дэувык1ри ст1олым пэрыт1ысхьэжауэ мэджэгу. Зы1эпишат куэзырым. Жэщри къалэри егъэлеяуэ к1ыф1т. Зэзэмызэ шынапэурэ а к1ыф1ыгъэм лъапэпц1ийуэ нэху мащ1э пхрыжырт.
Псори къызыгуры1уа хъыджэбзыр и 1упэ едзэкъэжу т1эк1урэ щысащ, ит1анэ и нэхэр игъэлыдри 1эгу еуащ. Наршу пщащэм утезыгъэу, махуэ зэщхьхэм я зэшыгъуэр къызэпызыуд 1уэхугъуэхэр ф1ыуэ илъагъурт. Пасэрей ц1ыхубзу ящащи, сыт ищ1эн – и гъусэнщ, иужьк1э псори зэгъусэу т1ысынщи, а псом иридыхьэшхыжынщ. Куэзырк1э сахьат, дауэ къыпщыхъурэ, зыжри1э и ныбжьэгъу хъыджэбз ц1ык1у зыбжани къехъуэпсэнущ. Щ1алэжьри хъун хуэдэщ, ахъши и1эщ, аращ псом нэхърэ нэхъапэри.
Гитарэ еуа и ныбжьэгъуми зыри къыф1эмы1уэхуу сэхуран и1унк1ыу щыст, ст1олым и нэр теплъызауэ.
- Пхьащ, - ерагъыу къыдришеящ щ1алэ шхьэц бапхъэм.
Наршуубзэк1э псынщ1эу псалъитху къызже1и пхузогъэгъу, - жи1ащ Коля. Хужы1акъым. Арыххэу ст1олыр къэзджызджри и лъакъуипл1ым машинапхэм хуэдэу 1угъуэ ф1ыц1э кърихуурэ ехуэхащ, пэрысахэри и гъусэу...
Ст1олым зи нэр теплъыза хъыджэбзым зыкъищ1эжри, пэшыр къызэхиплъыхьащ. Щхьэц бапхъэри адрей джэгуари щ1эсыжтэкъым, тутын ефэну щ1эк1ат. Коля зит1эщ1ырт. Къафэурэ, тепк1эурэ зит1эщ1ырт Коля. Псыунэм к1уэну п1ащ1э хуэдэ, щ1ы1ухэр ит1атэрт. Къыбгъурыс и ныбжьэгъур дыхьэшх хуэдэурэ, Коля еплъу щысти, лейуэ зибжыжри гитарэр къищтэри пэшым щ1эк1ащ.
Щ1ы щхьэфэр быдэ хъужат, утет хъунут, дзыхь хуэпщ1у. Ар щхьэегъэзып1эншэт. Зыри къыхуейтэкъым, езыри зыми хуейтэкъым. Ежьащи ебэет1эурэ мак1уэ. Лъэбакъуэ тэмэм чын хуейщ. Укъаубыду чэфэщым умышэн щхьэк1э бэкъуэк1эр гъэтэмэмын хуейщ. Улъэпэрапэ хъуххэнукъым. И нэр езым ф1эк1 нэгъуэщ1ым имылъагъу гуэрым триубыдауэ мак1уэ. Къарур къомэщ1эк1.
Къалэшхуэр хьэлъэу и хьэщ1эм тогупл1э. Мазит1ым щ1игъуат Феликс къалащхьэм зэрыщыпсэурэ. Есатэкъым иджыри, дауи. Зигъэбэлыхьу и гъусэу къэк1уа адэми зыри хузэф1эмык1ыу къижыхь-нижыхьурэ, и къуэм «т1у» къихьри ежьэжат, ешаел1а, зыгъэпсэхуп1э тэмэми зэрамы1эм тэмакък1эщ1 ищ1а адэм к1уэжын хуейуэ къыщигъэувым, къуэр абы едэ1уакъым.
- Сэ сыкъонэ, батя. Подкурсым документхэр естынщ. Сыт сык1уэжк1э?
Иужьрей мазит1-щым щ1алэм къыгуры1уат адэ-анэм уи 1эпэр яубыду бжэр пху1уахыу жьауап1э гуэр ущ1ашэну уежьэ зэрымыхъунур. Ар – зы. Еджап1эм ущ1эт1ысхьа нэужь псори пхузэф1эк1ын уи гугъэу щыт зэрымыхъунур – т1у. Хэлъэдауэ уи щхьэ зыгуэр зэрыхуэщ1эжын хуейр – щы.
Феликс и документхэр юридическэ факультетым и подкурсым иритащ. Зэрысабийрэ ф1ыуэ илъагъурт абы псэущхьэхэр, къэк1ыгъэ псори. Тхылъ куэду еджат абыхэм ятеухуауэ. Ауэ а псом и щхьэ тезыгъэуну хуей «щ1алэжь ц1ык1ум и делагъэ» ф1эк1 хэзымылъагъуа адэ-анэм ауи зэхахыну хуейтэкъым ар 1эщ1агъэ ищ1ыну.
- Сыт ар зищ1ысыр? – жи1эрт куэдрэ анэм. – Л1ы 1эщ1агъэ ар сытми? Уегъэджак1уэу сабий къомым я пащхьэм хьэндрыкъуакъуэ щызэ1ыпхыу, е, сэ сщ1эрэ, мо ди зоопаркым и псы шэдым хэс къаз ф1ейхэм ящыщ зым джэдык1э къик1эц1амэ, ар линекэк1э къыупщу ущысыну. Алыхь, дыхуэмей дэ абы, - арат зэпымычу жи1эр.
А псор игу къигъэк1ыжри, юрфакым щ1эт1ысхьэмэ нэхъ тэмэму къилътащ...
Щэхуу, ауэ хэкъузауэ к1уэжыну зэрыхуэмейр жызы1э къуэр балигъ зэрыхъуам абдежщ адэми гу щылъитар. Гу лъитащ ик1и ук1ытэжащ щ1алэм езым нэхъ ф1эф1 1эщ1агъэр зы1эригъэхьэнымк1э къуэм и лъэныкъуэу мыуву анэм жи1эр хуигъдахэу зэрек1уэк1ам щхьэк1э.
Пщэдджыжьым щежьэжьым щ1ы1э-щ1ы1эу сэлам зэрахыжащ. Псэк1э зэрызэмыпхар т1уми къагуры1уат. Псалъэхэр тэмэму хузэк1элъымыхьу «л1ы хуэдэу щытыну, тэмэму ц1ыхум яхэтыну» къум жри1ащ. Наршухэм я къуэхэм жра1э ущие псалъэхэм пщ1э лей хуащ1у къэгъуэгурык1уат. Ауэ ари яф1эк1уэдыжак1эт.
Аэропортым к1уэ автобусым ит1ысхьэжа нэуь къызэплъэк1ри и гур къыхэузык1ащ. Шынагъуэт къуэ закъуэр мы къалэ гущ1эгъуншэм къыдэбнэну. «Сабий мыгъуэщ иджыри, - жи1ащ адэм игук1э, - пщэ псыгъуэ хъужу сабийщ. Ягъэ к1ынкъым, кърыренэ. Сыт ди 1эмал?»
Феликс еджэным щ1идзащ. Библиотекэшхуэм куэдрэ к1уэрт, и ныбжьэгъущ1эхэм яхэтт. Пщыхьэщхьэк1эр и къалэ щым ц1ык1ур, Залинэ, Коля сымэ игу къигъэк1ыжырт. Залинэ письмо хуитхырт, щыхущ1ыхьэм и деж псалъэрт. Коля деж псалъэу къызэрынар щыжри1эм, ныбжьэгъур хэпщ1ык1ыу гуф1ащ: «Тэмэм, уи лъэр быдэу щыгъэув. Сэ сыныкъуэк1ынщи, т1эк1у зыщытплъыхьынщ».
Езы Коля тыншу университетым и экономическэ факультетым щ1эт1ысхьат. Гугъущи зримыгъэхьу еджэрт. Феликс къалэшхуэр хуэмурэ зригъэц1ыхурт. Махуэ псом еджап1эм к1уэми, кино еплъынц и ныбжьэгъу и гъусэу ежьэми уэрамыц1эхэм гу лъитэрт, ц1ыхухэм я нэгу иплъэрт. Зэпымычуи зэупщ1ыжырт: «Сэ сыхэт? Мы къалэшхуэм сыщыхэт? Ауэ сытк1уэпс ц1ык1ущ. Сычымпэщ». И гъусэу пэшым къыдыщ1эс молдован щ1алэ ц1ык1ум и лъэпкъэгъухэр лъагъунлъагъу къыхуэк1уэмэ шей къагъэпщтырырти я бзэк1э зэхъуцацэу щыст. Сыхьэтк1и, сыхьэтит1к1и, нэхъыбэк1и. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым Феликс игу къэк1ащ адрейхэм къагурымы1уэ бзэ гуэрк1э зыгуэрым епсэлъэфыну щытатэмэ зэрыф1ы дыдэр. Ауэ Феликс общежитым Наршу хэкум щыщ щыпсэурэ щымыпсэурэ къищ1эну и ужь ихьэртэкъым.
Къигъуэтмэ, наршуубзэк1э сэлам ирихыфынт. Ауэ адэк1э-щэ? «Сщ1эркъым наршуубзэ» жри1эну, къепсалъэу щ1идзэмэ?
Зэзэмызэ телевизорым еплъырт пщыхьэщхьэк1э. Зэ наршу къэфак1уэ гуп къигъэлъагъуэрт. Наршухэм пшынэ еуэфын зэрамы1эжым къыхэк1к1э зы къэфак1уэ гуп закъуэ къахуэнэжар магнитофоным наршу макъамэхэр к1уэдыжыпэнк1э шынэ щ1эныгъэл1 гуэрым ирыригъэтам къыдэфэрт. Псэ зи1эм пшынэр, дауи, нэхъыф1т, ауэ, уимы1эжмэ, сыт пщ1эн? Феликс и унэ щ1ы1эжамэ, къэфак1уэ гупым гу лъитэххэну къыщ1эк1ынтэкъым. Ауэ едэ1уэну ф1эф1ти ет1ысэхащ, макъри нэхъ ин ищ1ащ. Абы зэхихырт дунейм ехыжа и анэшхуэм и макъ. Джэш щ1игъэпщырт, пщ1ант1эхэр ипхъэнк1ырт, и «щ1алэ ц1ык1ум» хуэпщ1афэрт. Нанэм жи1э щыта уэрэдыжьхэри наршу пшынэ макъым къыхэ1ук1ырт. Зэуэ телевизор пащхьэм щет1ысэха Феликс гу къылъызыта молдован щ1алэ ц1ык1ум зэджэ тхылъыр лъэныкъуэк1э игъэт1ылъри телевизорым гъунэгъу зыхуищ1ащ.
- Сыт, ууейхэр къафэрэ? Дахэщ. Ек1уу къофэ. Уэри апхуэдэу укъэфэфу къыщ1эк1ынщ. «Сыкъэфэфыркъым» жи1эну Феликс ук1ытащ. Лъэпкъ къафэм, лъэпкъ макъамэм игъэп1ейтея псэм дакъикъит1-щы дэк1ри зызэхуищ1ыжащ. Ауэ Ахьмэд нэхъ гъунэгъу зэрыхуэхъурэ абы зыхищ1эрт зы бзэ гуэр къыпкърымыушэ щ1ык1э зэрыл1эжар. Ахьмэд зэи къызэщ1эплъауэ, и макъ зригъэ1этауэ псалъэу илъэгъуатэкъым. Сыт щыгъуи зэтеубыдат, и нит1ыр нэщхъейт, ц1ыху псоми къуаншагъэ гуэр ядищ1эу, ар яхуигъэгъу хуэдэу фэ тетт.
И ныбжьэгъу л1ыжь 1эзэм деж зэришэрэ гъащ1эщ1э гуэрым щ1идза хуэдэу къыщыхъурт Феликс. Дунейм и плъыфэ псори къилъагъужат, и жейр узыншэт. Тхылъхэми, и ныбжьэгъуми, Залини гукъыдэж яхуищ1ыжат.
Къалэшхуэм къэ1эпхъуэри еджэн иригъэжьати, иджы къыгуры1уат, а л1ыжьыр мыхъуамэ, мыбы къызэрымык1уэфынур. Л1ыжьым и пщ1ант1эм къыдэк1ыжу Ахьмэд и деж нэху къыщыщек1ам, абы и 1эпкълъэпкъым зы банэ п1ащэ гуэр 1э лъэщк1э сакъыу хачыжа хуэдэу къыф1эщ1ат.
Тхылъ и1ыгъыу здэщысым е автобусым здисым, наршуубзэк1э псалъэ зырызхэр жи1эну хуежьэрт Феликс, псалъэ гуэрхэр къыдрихьейрт, къыжьэдэк1ыну 1упэм къек1уал1эрти, и къарур абы и деж щык1уэщ1ырт. Тхьэм ещ1э япэ наршу псалъэр хьэуам щыхэ1уар. Ар къахутэну и ужь итаи я1эт наршухэм. Гуры1уэгъуейр бзэр щ1эл1эжым и щхьэусыгъуэр арат. Щ1эл1эжым и щхьэусыгъуэхэр наршу еджагъэшхуэхэм я 1эпэр щ1агъашэурэ къыбжа1эфынут. Ауэ ар къэхъунк1э щ1ыхуейр щхьэм ит1асэртэкъым.
Апхуэдэурэ щ1ымахуэр ик1ащ. Гъатхэр къежьэ-ик1уэтыжу зыбжанэрэ джэгуа нэужь, дыгъэ бзий щабэрэ хьэуа псы1эк1э и тепщэныгъэр зэрыувар нэрылъагъу ищ1ащ. Иджыри, бгыщхьэм хьэлъэ дэзыш шыд ц1ык1ум хуэдэу, пшэхэм хуэму, ауэ ерыщу уафэ джабэр щаубыд щы1эт.
Апхуэдэу иджыри нэщхъейуэ щыт жыгхэм псэ къахэмыхьэ щ1ык1э завод къомым яут1ыпщ 1угъуэ ф1ыц1эм игъуэ нэмысу зэригъэлъа уафм гъатхафэ къимыщтэ щ1ык1э Феликс унэм к1уэжыну хуейуэ хуэмышэчыжу къыщ1иубыдащ. Пщэдджыжьым къэушри тхьэмахуэ къэунэхуам хэту зэрык1уэжынур зэрэ-т1эурэ къытригъазэурэ жи1эурэ хьэкъыу и ф1эщ ищ1ыжащ, ит1анэ билет къищэхуну к1уащ. Билет щап1эм ек1уал1эри тэлайк1э чэзум хэта нэужь къы1эщ1эужагъуэри, зэрыхъуари къыгурымы1уэжу, билет къимыщэхуу общежитым ек1уэл1эжащ. Унэм к1уэжын хуейт ик1и хуейтэкъым. А щытык1эм йоувэ ф1ыу илъагъухм кудр япэ1эщ1эу щыта ц1ыхур. Феликс и щхьэр щ1и1ури еджап1эм к1уащ. Иджыри зэ унм к1уэжыну игу къыпылъадэмэ, занщ1эу билет къищэхуну игу ирилъэхьащ.
Къыпылъэдащ куэди мыщ1эу, жэщу. Къэушри къызэф1эт1ысхьащ. И нэр быдэу зэтрип1эри унэм к1уэжауэ и нэгу къыщ1игъэхьащ. Я унэ ек1уэл1эжауэ подъездым щ1охьэж, дэк1уеип1эм док1уеиж. Унэбжэр и 1унк1ыбзэмк1э 1уех. Хьэуэ, апхуэдэукъым. Япэщ1ык1э Залинэ и деж ек1уэл1ащ. И щхьэгъубжэр къегъуэт, дапщэщи зэрищ1 хабзэу, и нэр треубыдэри Залинэ къыбгъдыхьэху йожьэ. Къыщыбгъэдыхьи щы1эт. Къыбгъэдэмыхьэу щхьэгъубжэм еплъурэ ешу бжэм щеуэ щы1эт.
Нэху къек1ри билет къищэхуащ. Щылъэтэжыну махуэм гу щылъитэм и щхьэм щ1эт1ахъуэри пыгуф1ык1ащ. Унэм нэсыжрэ махуищ дэк1мэ, къыщалъхуа махуэт.

* * *
Я ажалк1э дунейм емыхыжахэм я псэхэр уэрамхэм къыщыдыхьэ жэщт. Хьэуар, жьы къару т1эк1у зэригъуэту, жыгхэм еныкъуэкъурт. Ныбжь быркъуэшыркъуэхэр, жьыуейм зэрихьэ ф1эк1 умыщ1эну, зеджалэу уэрамым дэтт. Жеину зызгъэхьэзыр унэхэм ящыщ зым хъыджэбз ц1ык1ум зыщигъэпсэхурт. Фэтэрыр щымт, анэр жеижат. Телевизорым еплъыну диваным игъуэлъхьа Залинэ жейм хилъэфат. Абы школыр къызэриухрэзыбжанэ дэк1ами, иджы зыщеджэ еджап1эм есэртэкъым. Щ1эр куэды1уэ хъурт: гупыщ1э, ц1эщ1эхэр, бжэщ1эхэр. Зы щ1алэ закъуэм гурыщ1э гуэрхэр хуи1эныр, е зы пщащэм ущ1эхъуэпсыныр блэк1а зэманым къыхуэнауэ зыбж иджырей зэманым Залинэ пэщ1этыфырт, абык1э мыарэзыуэ. Зыхэт гупым ар ящибзыщ1ырт. Щ1алэ дапщэм я гур къазэуами хъыджэбз ц1ык1ухэм щызэжра1эм деж езыми зыгуэрхэр къигупсысурэ яхыжи1ыхьырт.
Хъыджэбз ц1ык1ур, лъэныкъуэк1э ебгъунлъэк1а щхьэнтэр и п1э иригъэзэгъэжурэ, къызэф1эт1ысхьащ. Унэм зэрыщ1эт вакъит1ыр зылъыпи1уурэ бжэмк1э ежьащ, асыхьэтым зыгуэрым и нит1ыр къытриубыдауэ къеплъу къыф1эщ1ащ.
Пщащэр къащтэри и щхьэгъубжэм еплъащ. 1упхъуэм и къалэныр игъэзащ1эрт, к1ыф1ыгъэр пэшым къыщ1игъэхьэртэкъым. Ауэ а к1ыф1ыгъэм хэт гуэрым зыкъуигъащ1эу, псэр п1ейтейт. К1уатэри 1упхъуэр иригъэк1уэтэк1ащ. Пщ1ант1эр щымт. Къыщ1ыхьэп1эм и деж къыщыблэ уэздыгъэжь ныкъуэкъутэ закъуэм къигъэнэхур ауэ зымащ1э дыдэт. А мащ1э дыдэм Феликс хэтт. Къэк1уэжат! Хъыджэбз ц1ык1ур фэтэрым къыщ1эжри ежэхащ.
- Сытуи гъур ухъуа! Хьэуэ, ар щхьэ жыс1а. Аратэкъым сызыхуеяр. Укъэк1уэжащ. Уэ укъэк1уэжащ, - 1ущащэрт Залинэ. Феликс и 1ит1ыр жыпым илъщ, щытщ. Ук1ытащ, жи1энуи зэригъэпэщахэри щыгъупщэжащ.
Ит1анэ к1уатэри хъыдэбз ц1ык1ум 1эпл1э хуищ1ащ, и щхьэцым ба хуищ1урэ иришэжьэну ежьащ.
- Зызгъэхуапэ. Сэ псынщ1эу. Узэзгъэжьэнкъым.
1эщ1ок1ри унэм щ1олъэдэж.
«Сыт щыст1эгъэнур?» Анэм и щхьэ бапхъэр бжэм къыкъуегъэж.
- Дэнэ уздэк1уэр жэщыбгым?
- Мамэ, Феликс къэк1уащ. Къысхущ1ыхьэн идэркъым, сэ сыщ1эк1ынур къалэм т1эк1у къыщытк1ухьынущ.
Пц1ы иупсащ. Ауэ пц1ым хуитыныгъэ къритырт. Зихуапэри, аргуэру ежэхыжащ.
- Нак1уэ, уздыхуей дыдэм нак1уэ, - жи1эрт абы. Анэми гулъытэ лъэпкъ къыхуэзымыщ1 и гурылъ зыжри1эн Феликс ф1эк1 зэримы1эр куэд щ1алэ къызыгуры1уэжа Залинэ щхьэ закъуэу мы дунейм тету ф1эк1 зищ1эжыртэкъым ар щимыгъусэм деж. Наршухэм я адэ-анэхэм езыхэм я дуней я1эжт. Бынхэр абы хагъэхьэртэкъым. Зыхуеину псор быным къыхуащэхуфмэ, я адэ-анэ къалэныр ягъэзэщ1ауэ къащыхъужырт.
Бынхэри я пслъэк1эк1и, я дуней тетык1эк1и гу щ1ы1эжьу, псэ бзаджэжьу къыпщыхъурт. Апхуэдэ дыдэу щыту къыщ1эк1ынутэкъым, дунейм и щ1ы1агъым апхуэдэ щ1ы1эк1э пэщ1эту ара хъунт.
Хьэуэ, наршу адэ-анэхэр псалъэу зэхэпхмэ, абыхэм нэхърэ нэхъ ц1ыху гуапэ, ипэк1э плъэф щымы1эу къыпф1эщ1ырт. «Ди щ1эблэр, ди къэк1уэнур, дунейм дехыжмэ къэдгъэнэну лъэужьыр» - мис а псалъэхэр гъэщ1эрэщ1ауэ куэдрэ жа1эрт. Хэт ищ1эн. Ялъагъу хъунтэкъым абыхэм бынхэмрэ езыхэмрэ яку дэт блын лъагэр. Наршу лъэпкъыр шыхэшыпсыхьыжым к1уэдыжа нэхъыжьхэмрэ нэхъыщ1эхэмрэ я зэхущытык1эхэр зезыгъак1уэ хабзэхэм я п1эм зыри къиуватэкъым.
Щ1алэмрэ хъыджэбзымрэ зызэрашэк1ауэ к1уэрт. Вакъэлъэщ1, шырыкъудыж хьэщпакъ ц1ык1ухэр ягъэбыдэжак1эт, ауэ щ1алэм нэк1э къилъыхъуэ удз гъэгъа щап1эр лажьэрт.
Къищэхуащ розищ, къыхуэна и ахъшэм къыхущ1эмык1ынк1э шынэурэ и уасэм япэщ1ык1э щ1эупщ1эри. Къыхущ1эк1ыртэкъым. Арати, Залинэ и сумкэ ц1ык1ур зэтригъэпк1ри ахъшэр иригъэкъутащ, 1имыхыну зызыхъунщ1эну зызыгъэхьэзыра Феликс зыри жримыгъэ1эу 1эпэ щабэ ц1ык1умк1э и жьэр 1уип1ащ.
Къалэшхуэм ахъшэр щызыуха Феликс Залинэ и 1эр къы1уихыжри щабэу икъузащ.
- Махуищ дэк1мэ, узыхьэщ1эщ, - жи1ащ Феликс.
- Сощ1э, укъыщалъхуа махуэр дгъэлъэп1энущ. Сынэмык1уэфмэ-щэ?
- Унэмык1уи еплъыжыт. Фи деж сынэк1уэнурэ 1эпл1эк1э усхьынущ...
Псори къэжанак1эт. Къафэхэри туын ефэхэри. Птулък1э щхьэ течахэр ягъэщ1ейрт. Залинэ и гъусэу кък1уа Ахьмэди зызэрихъуэжам Феликс гу лъитат. Абы и щхьэцыр къалэдэсхэм я щ1ык1эу гъэубэлэцат, и щыгъынк1и адрейхэм яхэгъуащэрт. Зызымыхъуэжар и нит1ырат. Ахэр нэщхъей-нэщхъейуэ плъэрт.
Жэщри ф1ыуэ хэк1уэтат, нэху щыхук1э щымысыну жызы1а хъыджэбз ц1ык1ухэм к1уэжыну къыщагъэувам. Гупит1 къалэм и к1апэ зырызым к1уэжын хуейти, зыр ишэжыну Ахьмэд къэтэджащ. Ет1уанэ гупыр зышэжын ямыгъуэту зыщралъэфыхьым, Феликс къэтэджащ. Къык1эрыхуауэ къэк1уа Коля ф1ыуэ ефауэ и нхэр илэлыхьу щыст, абы ущыгугъ хъунутэкъым, зыгуэрк1э зэрымыарэзыр хэпщ1ык1ырт.
Хъуэхъу щыжи1эм ныбжьэгъугъэр зыщызыгъэгъупщэну мурад зыщ1ам зыхуигъазэу къыхигъэщат.
Феликс гулъытэ лей пщыхьэщхьэ псом Залинэ хуищ1ырт. «Нак1уэ, зырыз дгъэсынщ», - жи1эу Коля къыщыбгъэдыхьэми щ1эк1ын идакъым. Апхуэдэ зэи къэмыхъуауэ арат.
Сытми, унэм к1уэжыну гупыж зыщ1ахэр зэрытэджыжу, адрей къэнахэм паркым к1уэуэ зыщаплъыхьыну мурад ящ1ащ.
Феликс иришэжьа гупыр жыжьи нэмысауэ хъыджэбзищым я зым и дэлхъу къахуэзэри, Феликс къигъэзэжащ.
Къэнахэр Коля я пашэу паркым зэрыхьырти, Феликси, Залини къигъуэтри абыхэм защ1игъуащ. Паркым зэрихьэу гупыр зэк1эщ1эщэщыжащ. Феликсрэ Залинэрэ лъэс лъагъуэ ц1ык1у гуэр къыхахри ежьахэщ. К1ыф1т. Жьынду гуэри джэрт, ауэ Феликс абы игъэшынэртэкъыми гъатхэпэм дахэ защ1эк1э къигъэуш жыгхэм ящ1э1уа 1угъуэмэри, уафэ къабзэм ф1ыуэ щагъэц1ууа вагъуэхэри, зи 1эблэ и1ыгъ хъыджэбзым и щхьэцым къык1эрих мэ гуак1уэри – псори къыпкъырыхьэрт, ягъэп1ейтейрт.
Лъэс лъагъуэм тету къахуэк1уэ ф1ыц1агъэми щышынэртэкъым. Ар езым я гупым щыщт, е лъагъуныгъэм псэхуп1э зримыт гуэрт.
Ф1ыц1агъэр къыщызэтеувы1э щы1эт, ит1анэ къежьэжырти къахуэк1уэрт. Къэсащ. Я гупым щыщт, ауэ Феликс ар иц1ыхуххэркъым, Коля и гъусэу къыздиша гуэрт. Къэувы1ащ. Ит1анэ тутын зы1уригъэсри, «къыщ1эгъанэ» жыхуи1эу, Феликс зыхуигъэщхъащ. Щ1игъэнащ. Ф1ыуэ екъури къехъуэнащ. Убжьытхакъым, 1угъуэр гущык1ыгъуэу къызыжьэдригъэхуащ. Губжьауэ зыгуэрхэр же1э. «Куэд щ1ауэ сызэгубогъэп, ныбжьэгъу хъыджэбзк1э зыхъуэжыфыр езыр бзыщ».
Феликс къотэмакъри и пащхьэм къитым и нэжьгъым иуэну зещ1. блоук1. залинэ къыхок1иик1ри, абы хэту Феликс и пщэдыкъым зыгуэр хуищ1эу къыдоуэ. Феликс и нэр щоук1ыф1ык1ри къызэф1ощахэ, ит1анэ зыкъещ1эжри, тутын зыхупигъэнам зы1эщ1игъэхыуэ церп к1эщ1ым гу лъетэ. 1ейуэ узынущ. Напэм къытехуэмэ – игъащ1э псок1э дыркъуэщ. Аращи, и щхьэр ф1еубыдык1ри щ1опхъуэ. Щ1ып1э шынагъуэм нэхъ псынщ1эу зэрик1ын. Нэхъ псынщ1эу! Нэхъ псынщ1эу! Жьыр хурикъуркъым, Залинэ и к1ий макъ зэхех, псэущхьэ гуэрым и к1иик1щ зэщхьыр. Мэк1ий, ауэ и к1ий макъыр щызэпыу щы1эщ. Зэуэ зэпоури зэуэзэпсэу къыщеудыж. И жьэр яубыду аращ. Феликс къегъэзэж. Арщхьэк1э, мэшынэриаргуэру щ1опхъуэ. Абы и закъуэщ, ахэр куэд мэхъу. Уи закъуэ уапэщ1эувэну ар донкихотыгъэщ. Мажэ, мажэ. Тембал и фэеплъыр здэщыт к1апэмк1э паркым къыхожыж.
Тембал зимыгъэхъейуэ теувап1эм тетт...
Къефыщ1ауэ хъыджэбз ц1ык1ум 1эшт1ымк1э к1уэц1ыуэри игъэсабыращ. Еп1эщ1эк1ыу щ1ы1ухэр ет1атэ. Блыным к1эрылъ хъыджэбз сурэтыр къы1эрыхьат. Зимыгъэхъейуэ щылъщ. Мис, щ1ы1ур т1этэн иухмэ, мащ1эу дыгъэ зэуа и 1эпкълъэпкъ щ1ы1эты1эр хуэсакъыу къихьри къритат. Иджы езым зыхуеяр къигъуэтащ. Т1эк1у дэк1ри къызэф1эт1ысхьэжащ.
Залинэ хэщэ1ук1ри и щхьэр игъэхъеящ.
- Узэф1эк1амэ, 1ук1, - Коля и гъусит1ым ягъэп1ащ1э. Т1эк1у 1уок1уэтри, тутын щ1егъанэ. Залинэ и к1ий макъыр зэхих щхьэк1э, зыри къэмыхъуа хуэдэу и ф1эщ ищ1ыжыну и ужь итщ.
Махуит1 хуэдэ дэк1ауэ, къалэм и зы жэщ дискотекэ гуэрым щ1эт Коля зыгуэр щ1ыхьэп1эм деж къыщызэрежьэмк1э хъыбар кърагъэщ1ащ. Къыщ1эк1ащ. 1э лъэщит1ым яубыдащ.
- 1иман уи1экъым, - зэхихащ абы. Езыр «ефэндык1э» зэджэ Ахьмэд къигъуэтауэ арат. Зыхуэзэну зыхуэмеиххэм хуэзат Коля. И псэфылъэм 1э лъэщит1ым зыкъыщ1адзащи ягъэбауэркъым. И щахм хуищ1эу къык1уэц1оуэ. Коля зэф1эутхащ. Ахьмэд лъакъуэк1э абы к1уц1опк1э, ц1ыхум зыгуэр щелъэпауэк1э сабийр ныбэм зэрилъым хуэдэ къабзэу зызэф1егъапщхьэ. Коли арат ищ1ар, арщхьэк1э къытещащэ удын лъэщхьэр к1ащхъэ щымыхъум, къэтэджу къэзыук1ым пэщ1эувэну игу къэк1ащ.абы гу лъызыта Ахьмэд нэхъри къэгубжьауэ лъэк1 къигъанэркъым. Йош, 1уегъэзык1ри 1уок1ыж.
Ахьмэд Залинэхэ къэсыжауэ ваннэм зыщыщитхьэщ1ыжым бжэм къы1уува, нэпсым игъэжэщ1а адэ шыпхъум иджыпсту илэжьар жримы1эу хуэшэчакъым. Зэримыгугъауэ гуф1акъым, нэхъри нэщхъей хъуащ. К1уэри пщэф1ап1эм щет1ысэхащ. Пэшыбжэр зыми Залинэ яху1уихыртэкъым.
Ахьмэд напэ1элъэщ1ыр игъэт1ылъыжри пщэф1ап1эм щ1ыхьащ.
- Хуэфащэщ ар абы. Хуэфащэщ. Слъэк1амэ, сук1ыпэнт!
- Бук1ыпэнт? – къэ1ущэщащ шынагъуэу адэ шыпхъур. Бук1ыпэнт. Уи мы1уэху щ1ызепхуэр сыт? Хэт къолъэ1уар, щхьэгъавэ? Дэнэ иджы и пхъур здэзбгъэхьыжынур?
Матэм цы илъыжтэкъым. Нанэр къызэф1эт1ысхьащ. Къуэрылъхур пщ1ант1эм къыдыхьэжырт. Ауэ и къуэрылъхум ещхькъым. Щ1алэ щэху ц1ык1у. Мыхъуанэу, мыбанэу. Аракъым ар. Пщ1ант1эм къыдыхьэжри и 1упэм едзэкъэжурэ къигъэубэлэцащ, и нит1ыр бзаджэу маплъэ.
Нанэм цы пщ1ын иухат. Къэхъуар къызыгуры1уа Ахьмэд дэк1уеип1эм теук1урия нанэм щхьэщылъэдащ, гъунэгъухэр къриджащ. Ауэ гъыфыртэкъым. «Псоми къытщ1элъщ, псоми къытщ1элъщ», - къыжри1эрт зыгуэрым. Унэм щ1ыхьжри Къур1эныр къигъуэтащ. Псэ 1утт абы сытми?
Тхылъхэм яхигъэпщк1уащ, лъагэу дрихьейри. Зыми абык1э тхьэ яхуи1уэнутэкъым. Ц1ыхум и гур абы куэдрэ хуигъэзэжынутэкъым иджыри. Гъащ1эр дахэу гъэк1уэн хуейт...
Залинэ зыгуэр къеплъырт. Зыкъи1этри щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ. Уэздыгъэжь ныкъуэкъутэм къигъэнэхур ауэ зымащ1э дыдэт. А мащ1э дыдэм зыгуэр хэтт. Къыдеплъейрт. Зыгуэрк1э иджыри гугъэрт. Арщхьэк1э щхьэгъубжэ 1упхъуэм щхьэгъубжэр зэхуищ1ыжащ. Залинэ и гум мыхъур трагъэуак1эт.
К1уащ ныбжьэгъум деж. К1уащ. Еупщ1ыну. Нэсри гуапэу къыпежьащ Коля, и пэшым щ1ишащ. Телъ дыркъуэхэр къригъэлъагъуурэ, ахэр къытезыдзам дунейм тетыр хужи1ащ. «Сщ1ат укъызэрык1уэнур, - жи1ащ. – Абы хуэдэхэр дунейм тезу тетщ, къыхэх узыхуейр. Уигу иримыхьмэ, хъуэж. Абы уи хуитыныгъэр птрихыпэрт, абы ф1эк1мэ».
Феликс зыри жи1акъым. Ежьэжын хуейт. Щхьэи къэк1уэжат? Ауэ абдеж къыщыгуры1уащ дяпэк1э Коля жи1эм зэрыф1эмык1ынур.

Э П И Л О Г

Ар къэушащ. Пэшым дыгъэр къыщ1эпсэрт. Къыбгъурылъыр жейрт, гущык1ыгъуэу пырхъыу. И щхьэр узырт. Гуэл 1уфэм ф1ыуэ щефат. Къэтэджри зиупсащ. Зыщитхьэщ1ыжым лэрыпсыр зэпычри щыгъэ ц1ык1ур псым ихьащ. Хъуакъым ар. Сабийхэр иджыри жейрт. Къыщ1эк1ащ унэм, уэрамым къыдыхьащ. Лъэсу зытэлайк1э к1уа нэужь къыгуры1уащ абы ф1эк1а къызримыгъэзэжынур. Гъуэгур къыхуэгъуэтыжынутэкъым. Ар гъуэщат. Къалэм дэгъуэщыхьат. Ар аргуэру шынэрт, жьынду джэ макъ зэхихырт. Паркым иту мак1уэ. Къарур къомащ1эк1ри йот1ысэх. Шы лъэ макъ зэхех. Тембал хьэщ1ап1э к1уэну ежьащ. Жьындури маджэ. Дуней шынагъуэ гуэрым 1уплъэрт. Ауэ абы зыхищ1эрт куэд мыщ1эу зэрытыншыжынур. Мис, мис иджыпсту. А макъыр жыжьэ къыщежьауэ къок1уэ. Къос. Пхъэ зэтелъ щ1агъым к1эщ1элъхухьа хьэбзым и къугъ макъ зэхех... бжьыхьэри къэблэгъат...


1989-1991 гъгъ. 

Комментарии 1

    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.