22 декабря 2012 04:00
Дыгъэгъазэ (Созрэш)
Дыгъэгъазэ Хъуэхъу
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Ди Тхьэ закъуэ!
Уафэри щlылъэри зезыгъакlуэ
Тыгъэшхуэ къызыбгъэдэкl
Щымыlэр хэзыгъахъуэу
Телъыджэр зи lэужь
Псори зыщыгугъыу
Зыми щымыгугъыж
Къэхъури зэлъэlуу
Зыми емылъэlуж
Ди Тхьэ!
Зы Тхьэ!
Тхьэшхуэ!
Щыlэ псори зытетыр Хабзэщ
Хабзэм тету дыгъэм зыкъегъазэ
Дыгъэм зыкъегъазэм
Махуэ къыдок1уэри
Махуэу къыдэкlуэм
Фlыгъуэр щlыгъуну
Дэрэжэгъуэ хуэтщlыну
Хуэтщlар бэгъуэну
Бэгъуам зыдэдужьыну
Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщlам жиlэ!
Гимн (адыги.ру): Дыгъэгъазэ Хъуэхъу
Иллюстрация (Бырсыр Абдулахь): Дыгъэгъазэ
Всех со всеми Праздниками! :-)