28 ноября 2013 20:00

"Хьэӏупэ Джэбэрӏил деж дэр-дэру" усэ пшыхь (Къызэзыгъэпэщыр Адыгэбзэ Хасэрщ)

«Адыгэбзэм и макъхэр апхуэдизкIэ телъыджэщ, зэмыфэгъущи, жьыбгъэр зэрыфийр, пщIащэр зэрыщхъыщхъыр, псы уэрым и даущыр, щIыр зэрыбауэр, псым хэлъ мывэ джейхэр зэрызэнтIэIур, гур къызэреуэр, бзур зэрыбзэрабзэр зыхыбощIэ, абы ирипсалъэу щызэхэпхкIэ. Ар щыхьэт зытехъуэр зыщ: адыгэбзэр хуэщIащ дунейм и къэхъугъэ псори кърипIуэтэным», – жиIэгъащ урыс бзэщIэныгъэлэжь цIэрыIуэ Трубецкой Николай. Мыр щIэхьэлэмэтыр псалъэхэм къикIыр къызыгурымыIуэм макъхэм я гъэIукIэмкIэ бзэм и гуащIэр зыхищIащи аращ.

Трубецкой и псалъэхэр зэрыпэжыр хьэкъ тщызыщIыр анэдэлъхубзэм и IэфIагъыр

я Iум илърэ я псэм щызыгъафIэхэрщ, и къулеягъым щыгъуазэрэ Iэзэу къэзыгъэIурыщIэфхэрщ. Апхуэдэу ди адыгэ лъэпкъым иIэщ усакIуэ, гупсысакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил. Абы зыщIишащ пасэрей джэгуакIуэхэм я гупсысэкIэ-усэкIэри нобэрей усыгъэм и хабзэхэри. ЗыпищI щымыIэ и анэм къыIурилъхьа бзэр нэгъэсауэ ещIэри, а бзэмкIэ гупсысэ куу зыщIэлъ усэхэр етх. ИгъащIэми адыгэм пщIэ хуещI цIыху жьакIуэм. Апхуэдэхэр ягъэтхьэмадэ, лъэпкъ унафэ щащIкIэ хагъэпсэлъыхь, зэпэщIэувахэр зэгъэкIужыным хагъэлIыфIыхь. Нобэрей гъащIэм и мащIэ-тIэ зэгъэпэщыжын хуеймрэ хэлIыфIыхьауэ зэтес щIыжын хуеймрэ? Мис а псоми ягъэпIейтей ХьэIупэр, аращ и усэхэр зытеухуар. Ахэр тхащ дахагъри, къэуатри, гурыщIэ къабзэри здызэщIэлъ адыгэбзэ курыхкIэ. Уегъэгупсысэ, гу зылъыуегъэтэж, укъыхегъэскIыкI, зэм гукъыдэжым узэщIрегъэIэтэ, адрейм щыгъуэ укъегъэнэщхъей, ущигъэхыщIи къыпхуохуэ  – апхуэдэщ ХьэIупэ ДжэбрэIил и IэдакъэщIэкIхэр. Дауи, захуагъэкъым а усэхэр куэдым зэрамынэIуасэр, абыхэм еджэну цIыхум Iэмал зэрамыIэр.

Аращ Адыгэбзэ Хасэм мурад щIищIар усакIуэ, гупсысакIуэ гъуэзэджэм и IэдакъэщIэкIхэм лъэпкъыр нэхъ куууэ щыгъуазэ ищIыну. ХьэIупэ ДжэбрэIил и усэм и пшыхь щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 28-м щекIуэкIынущ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым, сыхьэтыр 16-м щIидзэу. Пшыхьым къыдогъэблагъэ зи бзэр фIыуэ зылъагъуж псори, усыгъэр зыфIэIэфIхэр, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр, абыхэм я гъэсэнхэр, лъэпкъ Iуэхухэм иригумэщI дэтхэнэри.

ДжэбрэIил езыр къеджэжу и усэхэм дедаIуэкIэрэ ди нэгу щIэкIынущ адыгэбзэр зэрыусэбзэр, сыт хуэдэ гурыщIэри, гупсысэ щIэгъэщхъуари, гурыIуэныгъэ зэщымыщхэри адыгэ усэм и жыпхъэхэм зэризагъэр, бзэр зыщIэм зыхуейр шэрыуэу къызэриIуатэр. Зы шэч хэлъкъым ХьэIупэм и усэхэр адыгэ поэзием и дахапIэу зэрыувынум. АдэкIи, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, адыгэ лъэпкъым и закъуэ имейуэ, дуней псом я хъугъуэфIыгъуэ зыщIын фIагърэ гуащIэрэ зыбгъэдэлъщ ХьэIупэ ДжэбрэIил и IэдакъэщIэкIхэр. Абыхэм щыщ уситI щыгъуазэ фыдощI.

 

Темыркъан Ю. деж

Зэхигъэщкъыщкъэу лIэщIыгъуэжьхэр
Мо бгыжьхэм щоIур ежьу гуэр…
Гурымрэ гызу, мэз и щхъуэжьу,
Къантэлоужьу* хъуэпскIыу псэр.

Зэгуэр ежьум бжьамий макъамэ
КъамэхукIэ пыджэу къизэуар
Щыгузэвэгъуэм хъужти къамэ,
Макъамэу гызт езыр зэуар.

Утыку ихьамэ зэIэпахыу,
Дыжьын бгырыпхыр щылыдыкIт.
Дэнлъэч и дахэр къэзыуахэм
Я уагъэм гъыбзи къыхадыкIт…

Дыдж пэтми, гъыбзэм иIэж хабзэр
Бзэщхъуауэ зэи къэмыхъуа!
Гъуащ бжьамий Iупэ зыхурабзэр…
Ежьум сым бзыпхъэт къилъыхъуар?

Йожьэж ежьур, и ныбжьыр гызу,
Мэзыщхьэ бгыжьхэр ныщIащыкI.
КъыщыпкI я нэпсым къыхиху гъуэзым
Мазэм пшэкIухь къыхухащыкI.

Бжьамий макъамэр къру дамэм
Дауи мо къуршым щхьэпырахт?
Ежьум щIаха бжьамий макъамэм
Щаха и фащэр зэIэпах.

 

Къэбэрдокъуэ Мурат деж.

Сыт къысхуэпхыщIэр, си къыу-уэрэд?
Уоджэр жэщ ныкъуэм, махуэм уокIуэд.
Дауэ сымыщIми - сщIэр уигу нэмыс,
Псалъэ згъэпщIыпщIым угъыу ухэсщ.
Сыт узыгъагъыр, узэджэр хэт?
Хьэмэ пхуэзд фащэм зыгуэр къыхуэт?
Си лъэтэжыгъуэр къызэрысар
Къабзий къыпхэсчым нэхъ лъэIэса?
А уи къабзиймкIэ псалъэу схуэтхам
И купщIэр IэфIым – уэращ зэпхар!
Псалъэм къимыщтэр уэ къыбощтэф,
Си гур а зымкIэ куэдрэ согъэфI.
МафIэ къызэбдзу сыщупсыхьам,
Гущхьэр зищIысыр си пкъым хыхьат.
Сыт узыгъагъыр, узэджэр хэт,
Си псэм и гъуджэ, си къыу уэрэд?

Комментарии 1

  1. Фыпсэу, фытхъэж "АДЫГЭБЗЭ ХАСЭР"! Иджыщ сыщеджар, сыхэнащ УСЫГЪЭМ и пшыхьым. Хьэ1упэхэ Джэбрэ1ил и БЗЭР ТЕЛЪЫДЖЭЩ! Джэбрэ1ил, и ПШЫНАЛЪЭХЭМ, МАКЪАМЭХЭМ, УЭРЭДХЭМ, УСЫХЭМ ди ЛЪЭПКЪЫР, ХЭКУР, ТХЬЭМ хуеузэщ1!!! БЗЭР, ХАБЗЭР, АДЫГЭР, ТХЬЭР ЗЫЩ!!!

    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.