20 марта 2014 15:00
Джэгурэш
КВН на адыгском языке
ПщIэ зыхуэтщI ди ныбжьэгъуфIхэ!
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и гуапэу фыкърегъэблагъэ гъатхэпэм и 20-м, сыхьэтыр 14-м Къэбэрдей-Балъкъэр Къэрал ут гъэлъэгъуапIэм (ГКЗ) щекIуэкIыну «Джэгурэш» зыфIэтща къэщIэрейхэмрэ гушыIэрейхэмрэ я джэгу зэпеуэм.
Зэпеуэм хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я епщIанэ-епщыкIузанэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр. Мыр япэ джэгу зэпеуэщ. А зэпеуэм къыхэжэныкIхэр гъэм и кIэм зэхуэдгъэзэжынущ, «Джэгурэш»-м и бжьэгъуэм щIэбэнын щхьэкIэ. Мы япэрей джэгу зэпеуэр зыхуэгъэпсар Адыгэ тхыбзэм и махуэрщ. Иребзэрабзэ ди адыгэбзэ дахэр. Адыгэр псэуху бзэри псэунущ!
Нэгурэши Джэгурэши
Я джэгушхуэм сыщIохъуэпс,
ХъуапсэнэIурэ Iэмалыншэу
ПIэм си закъуэ сыщозэш.
Сэ си лъакъуэр къыздэбзамэ
А ут лъапIэм сынэсынти,
Си гушыIэ яхэздзэнт,
Дзей сымыхъуми адыгэлIым
И щэн бзыгъи яхэздзэнт.
Сэ слъэкIынур нобэ арщи
Зэхыхьэшхуэм сывохъуэхъу,
СигукIэ щIалэ cыфщыжащи,
Адыгэбзэр зэIэпыфх!
Адыгэм и псэр хэкIынукъым и бзэр Iурылъыху. Лъэпкъыр уахътыншэ дыхъуну дыхуеймэ,
мычэму ди бзэм къыхэужьгъэ псалъэ ежьужь - псыхьэлъахуэхэр пхъэIэбжьанэ инкIэ хэдгъэкъэбзыкIын хуейщи, маржэ,
АпхуэдизкIэ ди бзэм лей къытохэри, поэт ныкъуэ гуэрхэм мыпхуэдэ лъагъуныгъэ сатырхэр
къытхаутIыпщхьэ:
МЫШЭЖЬ ПОШОЛ НА КЪАЗГЪЭХЪУПIЭ
ДЛЯ ОБЪЯСНЕНЭ С ПАЛЪТО ПЛЪЫЖЬ.
ОНА САКАЗАЛА: "УИ ЖЬЭР IУПIЭ -
Я НЕ ХОЧУ УЭ ПХУЭДЭ ЛIЫЖЬ!"
МЫШЭЖЬ И ЖЬЭЖЬЫР IУРЫХУАУЭ,
СИ ДЕЖ МОЛЯЩИЙ ВЗГЛЯД КЪИДЗАЩ...
Хуабжьу, фимахуащ "Джэгурэш"-м хэтхэм! Бзэр зэдгъэщ1эжу, Хабзэр зыхэтлъхьэжмэ, Адыгейр (Адыгэ Хэкур) зэф1эувэжынущ! Бзэр, Хабзэр, Хэкур, Тхьэр Зыщ!
Даурхэ я Жэхьэфэрым
Афэрымыр ену къелъыхъу,
Псэлъыхъу щауэм захибжэжауэ,
Илъэс 80-м иредзэ пщэхъу.
Зы жэщым зы тхылъ етхыфри,
Нэху щымэ, къыдегъэк1ыф,
Пк1элъеишхуи уафэм нэсыну,
Хьэпэнэсхэм хуегъэувыф!
Къантемырхэ я Тыркубии
И къалэмыр къытхуегъэдалъэ,
Хьэф1ыц1эр имыгъэбийми,
Трамыдзэ "Адыгэ псалъэм".
Ди гушы1эр жыхуэс1э тхак1уэхэм
Емык1уу къремылъытэ,
Я зэчийхэм лъатэу къещак1уэхэм
Я бзэгухэр иремыубзытэ!