20 марта 2015 00:00
Гъэрэ щIырэ щызэхэкIкIэ нэхъыжьыр зэрыхъуахъуэм щыщ
Хъуэхъужь.
ГъатхэфI,
ГъалъхуэфI къыдэт,
Къыдэптыр гъэбагъуэ,
Гъэ бэв дытегъыхьэ!
Уэ ди Тхьэуэ Тхьэшхуэ,
ЩIым еттыр къэхъуу,
Къэхъум псапэ хэтщIыкIыу,
Гуапэ иритщIэу,
Пщыжь иригушхуэу,
Уэркъыжь иригуфIэу,
Жылэр ирихъуахъуэу,
ХъуэхъуфI хуаIэту гъатхэ махуэ дытегъыхьэ!
Уэ ди Тхьэуэ Тхьэшхуэу
ЩIыми уэми и тет,
ЩIыуэ дызытетыр махуэу,
Лъагъуэу хэтшыр махуакIуэу,
Iуэхуу дызыпыхьэр къыдэхъулIэу,
ХэщI дымыщIэу,
Хэхъуэ зэпыту,
Ди унэ, ди жылэ еужьэру,
Ди жьэгужь мыужьыхыу,
Ди мафIащхьэ мысэхыжу,
Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу,
ДызыщымыщIэжынур зэгурыIуэу
Гъищэрэ гъэ минрэ къэдгъэщIэну сохъуахъуэ!
Табыщ Мурат и "Адыгэ хъуэхъужьхэр" тхылъым щыщщ
ТХЬЭМ, ХЪУЭХЪУРИ ГЪЭРИ, МАХУЭ ТХУИЩ1!!!