Си анэбзэ, си адыгэбзэ
Узэрымыпсалъэ бзэм уригупсысэкъым, узэрымыгупсысэ бзэр щымыIэ палъэщ – зэрызепхьэм, зэрыбгъэпсэуалъэм елъытащ лъэпкъым пщэдейм щиубыдыну увыпIэр. Жьабзэр фащэмэ, тхыбзэр Iэщэщ, айтIур зэпэIэщIэ хъумэ, зэмыгъусэу щытмэ, бзэм ихьын щыIэкъым. Ар гъащIэм къихьа зы пэжщи, жьабзэри тхыбзэри зэдгъэкIун хуейщ; щIэблэм анэдэлъхубзэр ищIэнымкIэ мыкъутэж шэсыпIэ дыщиувэфынур абдежщ. Адыгэбзэ псэлъэкIэмрэ тхыгъэмрэ щызэлъэIэскIэ, щызэкIэлъыщIыхьэкIэ, бзэм иджыри ущыгугъ мэхъу, щIэблэри абы хуэшэрыуэу къызэрытэджынумкIэ
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщ "Си анэбзэ, си адыгэбзэ" зи фIэщыгъэцIэ Тхыгъэ Зэпеуэри абы теухуащ. 9-11 классхэм хэс еджакIуэхэр мы зэхьэзэхуэм хэтыну, анэдэлъхубзэр зэращIэр, я гупсысэр тхыгъэм зэрырагъэзэгъыр, адыгэ тхыбзэ хабзэхэм зэрыщыгъуазэр къагъэлъэгъуэну ди гуапэу къыдогъэблагъэ.
Зэхьэзэхуэм кърихьэлIэну ныбжьыщIэхэм я пащхьэ итлъхьэнущ зытеухуарэ къаIуатэкIэ зэмыщхь псалъэ гуп. ЕджакIуэм и гупыжкIэ къыхиха псалъэр е зэгъусэ ищIа псалъитI-щыр зы гупсысэм иришалIэу и гурылъ-гурыщIэхэр, и Iуэху еплъыкIэхэр, и дуней лъэгъукIэр къызыхэщ тхыгъэ игъэхьэзырын хуейуэ аращ.
Дэтхэнэ зы классми 1, 2, 3-нэ увыпIэхэр щаугуэшынущ. Тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэр зи IэдакъэщIэкI еджакIуэхэм фIыщIэхуэщIэ тхылърэ ахъшэ тынкIэ яхуэупсэнущ. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIа дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми и лэжьыгъэр щытхъу тхылъкIэ къыхагъэщынущ. Абы щыфIэкIауэ Адыгэбзэ Хасэм игъэува ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер япэ увыпIэр къэзыхьыну 11-нэ классым хэс еджакIуэм хуигъэфэщэнущ. Стипендиер гъэ еджэгъуэр икIыхункIэ еджакIуэм мазэ къэс иратынущ.
Зэпеуэм хэтахэм щыщу адыгэбзэм хуеджэн гухэлъкIэ ЕджапIэ Нэхъыщхьэ щIэтIысхьэну еджакIуищми ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер хуагъэувынущ.
Адыгэбзэ Хасэм и гугъэщ зэхьэзэхуэм къыхэкIыну лэжьыгъэхэр, зытхахэм я цIэ-унэцIэр хэмыгъуащэу, зэхуихьэсыжу тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIынуи.
2014 гъэм щэкIуэгъуэм и 8-м ирихьэлIэу зэхыхьэну "Си анэбзэ, си адыгэбзэ" Тхыгъэ Зэпеуэр щекIуэкIынур Налшык къалэ дэт Мэлбахъуэ Темборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ Библиотекэрщ.
ЩыщIидзэнур сыхьэтыр 14.00
НЭМ ФЭД - ПСЭМ ФЭД