Дунейм къытехьащ Къэрэшей-Черкесым щыщ адыгэ тхакIуэ Адзын Мухьэмэд и тхылъыщIэ. «Непокоренные» романым щыгъуазэ фыдощI.

«Мы тхылъым тIэунейрэ срисымэджащ…»

«… Абы и ужьщ  жыг щIагъым къыщIина шыбзым дежкIэ Муштакъ щеплъэкIар.  И щхьэр иутхыпщIу абы къыбгъэдэтт Шумахуэ и шы къызэщIэплъар, псэншэ щIыкIэу къещэтэха и шууейми  къыхэпырхъыкIыурэ хуеплъэкIт. Абы и нэхэм хэшыпсыхьыжа щIыкIэтэкъым  и щхьэрэ къытесамрэ къызыхиха зэхэуэ гуащIэм и джэрпэджэжыр, и акъылымрэ Iэплъэпкъымрэ упщIыIужатэкъым. ИджыкIэ гъунэгъу зыхуомыщIми  нэхъыфIт, ажалымэ пщтырыгъэр зи гум толъкъуну  щызеуэ адыгэшым  инату ихъумэнут уанэгум къекIурэхыу,  и лъабжьэм къыщIэхуэжа зауэлIыр. Шумахуи дэIэпыкъуныгъэр зыкIи къыщхьэмыпэжын сурэтт. МуштIакъ IупщIу илъэгъуат абы напIэзыпIэм и фэр пыкIыу, шыбгым бгъэгукIэ зэрытехуэжар. Абрэджыр хьэлъэу хэщэтыкIащ: и къуэшым пызыщIэ иужьрей уагъэр зэпычат…»

Мы псалъэуха блэрымкIэ къыщIэддзауэ, фи пащхьэ идолъхьэ зи хъэтIрэ къалэмрэкIэ лъэпкъым хуэлъащэу, зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди тхакIуэщIэу къэунэхуа, иджы нэгъэсауэ лъэ быдэкIэ литературэм хыхьа Адзын Мухьэмэд и тхылъыщIэр. «Непокоренные» - аращ и IэдакъэщIэкIым фIищар. Мухьэмэд и творчествэм щыгъуазэхэм яцIыху, ар урысыбзэкIэ зэрытхэр. Абы и щхьэусыгъуэр ипэкIэ тхакIуэм дыщытепсэлъыхьым жытIагъэхэщ. Хьэкъыр зыщ: Тхьэшхуэм Мухьэмэд и гъащIэ гъуэгуанэхэр пIалъэкIэ и лъэпкъыбзэм пэIэщIэу иухуами, и лъэпкъыгур хуэгъэутхъуакъым. И анэм къыщилъхуа махуэми хуэдэу, ар къызыхэкIа адыгэ къуэпсым хуэкъабзэу къэнащ. Адыгэбзэм урипсалъэр зыщ, тхакIуэбзэкIэ ар нэгъэсауэ бгъэшэрыуэн папщIэ, уи сабиигъуэм щыщIэдзауэ, ар зэхэпхыу, урипсалъэу, и джэрпэджэжыр уи лъым хэтIысхьауэ щытын хуейщ.

Дауэми, Мухьэмэд и творчествэри, езыр лъэпкъым зэрыхуэлIыщIэри абы зыкIи игъэмэщIакъым. И япэ тхылъым къыщыщIэдзауэ, и къупщхьэ кIапэ лъэпкъыжьым хуоусэ, хуопсэу. Уеблэмэ, ар зэрытхэ урысыбзэр апхуэдизкIэ гъэтIысащ, укъиуIэу илъыкIащи, зэзэмызэ укъеугъэIэбжьэ: мыурыс тхакIуэ апхуэдэу урысыбзэкIэ тхэфыну жыхуэпIэу. И IэдакъэщIэкIхэращи, зыр зым нэхърэ нэхъ зэкIужу ди лъэпкъым и тхыдэ мыжыжьэм къытопсэлъыхь.

Алыхьращ зыщIэр езы Мухьэмэд уимынэIуасэмэ къызэрыпщыхъунур, ар ди щIэджыкIакIуэхэм ящыщу тхакIуэр зимынэIуасэхэм къыжаIэнщ, ауэ и тхыгъэхэм ущеджэкIэ, езым убгъэдэсу, и псэлъэкIэ зэпIэзэрытымкIэ, макъ щIэтхъунщIыкIамкIэ  ухигъэдаIуэм хуэдэщ. Шэч хэмылъу, абы къигъэлъагъуэр тхакIуэм и гупсысэр нэгъэсауэ тхылъымпIэм зэрыритыжыфращ. Нэхъ хьэкъыжыр аращи- апхуэдэ IэзагъкIэ къызыщытхъужыфынур хуабжьу мащIэщ.

АтIэ, сыт тхылъыр зытепсэлъыхьыр? Сыт хуэдэ зэман дызыхишэнур, теплъэгъуэу дигъэлъагъунур?  Абы  ущегъэгъуазэ романыр къызэрыщIидзэу, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Уэз Фатимэ и псалъащхьэм: «Адыгэ лъэпкъым и Iуэхум игъэпIейтей дэтхэнэми  хуэдэу, Мухьэмэд къыгуроIуэ – ди тхыдэм хуэгъэза упщIэхэм нэгъэсауэ жэуап ептын папщIэ, адыгэ дунейм  и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэм мы Iуэхум гупсысэ хуаIам, къазэрылъэIэсам ухэIэбэн хуейщ.  Аращ тхакIуэр щIыхэплъэр Урыс-Кавказ зауэм хэта пащтыхьымрэ абы и блэгущIэтхэм къыщыщIэдзауэ, сэлэт къызэрыкIуэхэм щыщIэкIыжу гукъэкIыж ятхыжахэм.

ГукъэкIыж тхыгъэхэращ Адзыным и романым лъабжьэ хуэхъуари. ЖытIэнщи, Мухьэмэд и тхыгъэм лъабжьэ хуищIа дэфтэрхэм къыщыгъэлъэгъуэжа еплъыкIэр зыкIи  пэщIэувэкъым, атIэ поджэж а зауэм папщIэ ди лъэпкъым  еплъыкIэ иIэм. Абы мыхьэнэ хуабжь щIэлъщ, сыту жыпIэмэ, лъэныкъуитIымкIи къыщыт урыс генералхэм, офицерхэм, сэлэтхэм, адыгэ зауэлIхэмрэ цIыху къызэрыкIуэхэмрэ я гупсысэкIэмрэ еплъыкIэмрэ куэдкIэ зэтохуэ, уеблэмэ зэхеухуэнэж.

Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм пэIэщIэ уещI иужьрей зэманым Кавказым и тхыдэджхэми, лъэпкъым и къекIуэкIыкIар къэзыхутэжхэми бэракъыу яIыгъ гупсысэм:  Кавказ зауэр – урыс лъэпкъымрэ адыгэхэр зыхиубыдэ Кавказ лъэпкъхэмрэ  я дунеитIым и зэпэщIэуэныгъэу. Хьэуэ, ар зы дунейм и кIуэцIым къыщыхъу зэпэщIэтыныгъэт.» А зы дунейм и кIуэцIым щыгуэшыжат Iейри фIыри, леягъэри, мыхъумыщIагъэри, гуIэгъуэри, гуауэри. МафIэ зыщIэна жьауэ лъыхъуэкъым зэрыжаIэу, зауэм и лъэныкъуитIымкIи къыщытхэр  зауэ лыгъейм хэхуати,  къалъыса гъуэгуанэм пащэн къахудэхуэт. ПцIым сыт и фIагъ, Кавказми къилъхуащ а зэман хьэлъэм къихуэу, зи лъэпкъым епцIыжа, урысхэми, къэзакъхэми къахэкIащ гущIэгъумрэ цIыхугъэмрэ и телъхьэу уву, шынагъэкIи къащхьэщытхэм я унафэ яхуэзымыгъэзэщIахэр. Абыхэм яхэт куэдми къагурыIуэт: Кавказ лъэпкъхэм яхъумэжыр я Хэкущ, я хуитыныгъэщ, я жьэгужьщ. ЖытIэм и щыхьэтлыкъхэр нобэ куэду щыбогъуэт а зэманым теухуа тхылъхэм, урыс офицерхэм гукъэкIыж къыдагъэкIыжахэм. Мы тхылъми апхуэдэ щыхьэтхэм фыщигъэщIэнукъым.

Арами, лъэпкъым и гуауэр гуауэу къэнэжащ.  Пэжыгъэр уи лъабжьэмэ, къаруи богъуэт. Арагъэнщ адыгэ лъэпкъри лIыщIыгъуэ псокIэ пащтыхьыдзэ абрагъуэм щIыпэщIэтыфар. Я лIыгъэм, хахуагъэм, Хэкумрэ хуитыныгъэмрэ хуаIэ фIылъагъуныгъэм джэлэс хуэхъут  пэжыгъэм зэрыщIэзэур. ТхакIуэми а гупсысэр хеухуанэ и тхыгъэм, уагъэ зэпымычу пхрегъэкI.

Образ хэтхэр къатщтэмэ, Пащтыхьым къыщыщIэдзауэ, къызэрыкIуэ сабийм щыщIэкIыжу, тхакIуэм IупщIу дегъэлъагъу я дуней тетыкIэр, гупсысэкIэр, псэукIэр. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ Мухьэмэд нэгъэсауэ къеIуатэ сыт хуэдэ цIыхури, ар балигъыу е сабийуэ щырет. Абы къыщымынэу, зэманым пэжыгъэкIэ щIигъэбыдыхьыжа гупсысэхэр ди пащхьэ кърелъхьэ. Псом хуэмыдэу, тхылъым къыщыгъэлъэгъуэжауэ адыгэхэм я пашэхэм апхуэдэ еплъыкIэр къыщаIуатэкIэ, узэмыупщIыжу къанэкъым: ярэби, мы Жамболэт хуэдэ цIыху пэрытхэр лъэпкъым нэхъыбэу иIамэ, адыгэм нэхъ зихъумэжыфыну пIэрэт?

«…Пщыр къащыхэплъызэм, куэд еплъыхащ, я щхьэхэри ираIуэнтIэкIащ. Зыми псалъэ къыпидзыжатэкъыми, Жамболэт адэкIэ пищащ: «ПцIы хэлъкъым, дыщызэгурымыIуэр куэдщ. Къащыгугъ жылэхэр мафIэлыгъейм къыхахын я мураду, пщыхэм ящыщ гуэрхэми я щхьэ бийм щыхуагъэщхъи щыIэщ. Иныкъуэхэми апхуэдэ лъэбакъуэ щIачыр къакъуэувэн къару зрагъэгъуэту, я лъэ быдэу теувэн папщIэщ. Адрейхэми яку къыдэхуа жагъуагъэр щхьэусыгъуэу ясейри, зыми жиIэм емыдэIуурэ бийр я кум къыдагъыхьэ. Арами, а псоми я къуэпсыр къыздежьэр – зы Хэкущ. Сыт хуэдэ зэгурымыIуэныгъэ дяку къыдэмыхуами, диIэр зы лъэпкъ жылэщ. Дызэщагъэхьэну дяку къыдэхьэхэри, ахэр къызыхэкIам емылъытауэ, ди бийкIэуфIыцI мэхъу, сыту жыпIэмэ хамэм я нэхъ бзаджащIэм нэхърэ нэхъ лейзехьэщ ахэр. КъыдащIам и щхьэжкIэ, дызэщыхьэжауэ къацIыхумэ, ди бийхэр къызэрытхуэдзэлашхэнум фегупсыс. Ар щIыжысIэр, Лэухэ я цIыхухэр къедгъэлыну зэхэуэм дызэрыхэбжьэтхъуаращ. Сэри къыстохьэлъэ а гупсысэр: абазэ жылэхэр къедгъэлыну дыхуэпабгъэурэ ди щхьэ дызэремыгупсысыжар. АбыкIэ къуаншагъэ схьыр нэгъуэщI гуэрми дэзгуэшыну зызгъэхьэзыркъым. Пэжщ, тцIыхуакъым бийм зызытригъэпсыхьэр дэрауэ. Арами, жыфIэт, и гъунэгъур гуIэгъуэ ихуауэ, хэт и щхьэ къригъэлыжу, щIэпхъуэжыну къыфхэтыр?»

ТхакIуэм романым пхыриша хъыбарым тхыдэ лъабжьэ иIэщ. Абы къыхэщыжыр Къуэнхэ Алий и къуэхэм гъащIэ гъуэгуанэ къакIуаращ. Я къуажэр зауэ-банэм ирихужьэу, Гумкъалэ (Георгиевск) здыщыпсэуа щIыпIэм къытекIыу, мызэ-мытIэу, здетIысэхым къытрахужурэ Нартсанэ (Кисловодск) и Iэгъуэблагъэм зэрынэсам къытепщIыкIыжа хъыбарщ. Мы зэманым къуажэр здэпсэуа щIыпIэм щысщ и цIэри зезыхьэ Аликоновка жылэр. Алийм и къуитIращ хъыбарым къыхэщыжыр. Абыхэм я гъуэгуанэхэр зэпищIэн, зылъэгъуа дыдэм и нэкIэ дыхигъэплъэжын папщIэ, роман псом тхакIуэм пхреш езым къигупсыса я къуэш ещанэм и образыр. ИкIи ар Iэмал узыншэу къыщIэкIри, тхылъым пкъы хуэхъуащ.

Мыбдеж жыIэпхъэщ: Мухьэмэд и тхылъыр тхыдэ щыхьэтлыкъхэм къытрищIыкIами, и нэхъыбэм, зыкIи имыхъуэжа дэфтэрхэм лъэбакъуэ къэс хуишэжми, и IэдакъэщIэкIыр – художественнэ романщ, армыхъумэ тхыдэ лэжьыгъэкъым. Ар езы тхакIуэми егъэбелджылы, къэхъукъащIэ къигъэлъэгъуэжхэр къыщыхъуа  илъэсхэр зыгуэркIэ зэщхьэщыдзауэ хэзылъагъуэхэм фIэгъэнапIэ ямыщIын папщIэ. Тхылъым и пщэрылъ нэхъыщхьэр – къэхъукъащIэм и купщIэр сэтей къэщIынращ, цIыхухэм я пащхьэ гъуджэу къыщыгъэлъэгъуэжынращ. Нэхъ зэпкъырыхауэ наIуэ щIыныр – ар тхыдэрылажьэхэм я къалэнщ, здызэфIахыпхъэри щIэныгъэ лэжьыгъэщ.

ГъэщIэгъуэныр нэгъуэщIщ, Мухьэмэд и тхыгъэм гупсысэ мащIэкъым узыхуигъэушыр. Нэхъыщхьэжыр аращи , апхуэдэ гупсысэхэм тхыдэ лъабжьэу яIэр нэгъуэщI къуэпсуи зэхэжыжынкIэ мэхъу. Псалъэм папщIэ, Марыхъу къуэладжэм дэса абазэ Къылыш зэкъуэшхэм я къуажищымрэ лIакъуэкIэ къэбэрдей къуажэмрэ тхакIуэр къытопсэлъыхь. Пащтыхьыдзэм къащIэна донесением къызэрыхэщыжымкIэ, генерал Фроловым тригъэсыкIауэ щытащ къуажиплIри. Абы къелауэ, нэрыбгэ 300-м зэрынэмыхьэс  адыгэ- абазэ гуп  зэхэпхъар къуэладжэм къыдэпхъэрыкIри, Инжыдж ЦIыкIу лъащIэкIэ  зыкърадзыхащ.  Абыхэм зэрахьа лъэпкъыцIэхэм ящыщ куэд нобэ дэсщ Инжыдж ЦIыкIу псыхъуэм щыпсэу ПсэукIэ-Дахэ къуажэм  (жьымкIэ- Къылыш къуажэ). Авторым мы Iуэхугъуэр (къуажэр абыхэм къазэрытекIагъэнкIэ хъунур) зыкIи зэрипхкъым икIи тепсэлъыхькъым , арами мы гупсысэ гъэщIэгъуэныр къыпхуегъэуш.

Ди псалъэ кIапсэр абдеж щыпыдупщIынщи, щIэджыкIакIуэхэри я щхьэкIэ зыщыгъуэзэн къэдгъэнэнщ. ГъэщIэгъуэн зыщыхъуахэм тхылъыр щагъуэтынущ Черкесск къалэм и «Адыгэ унэ» сатущIапIэм. Езы Мухьэмэд дыщепсалъэм, зэтеубыдауэ къытхуиIуэта мащIэм къыхигъэщащ: «Мы тхылъым тIэунейрэ срисымэджащ…» Ар художественнэ фэрыщIыгъэкъым икIи егъэлеиныгъэкъым. Кавказ зауэжьым и тхыдэр къэпхутэжыныр – лъэпкъым и кхъэлъахэжьхэр къэптIэщIыжым хуэдэщ. Абы къыдэкIуэ гуауэмрэ гуIэгъуэмрэ, гукъэкIыж дыджхэмрэ жэуэ тхакIуэм гурэ псэрэкIэ, псантхуэкIэ игъэвурэ сымаджэщым тIэунейрэ щIэлъащ. Апхуэдэу хьэлъэу къыпкъырыкIа тхыгъэр зи лъэпкъым и блэкIамрэ къэкIуэнумрэ ирисымаджэ дэтхэнэми фIэгъэщIэгъуэн хъуну къыдолъытэ. Уи IэдакъэщIэкIым къыпэкIуэ фIыщIэр узыншагъэу къыуитыж, Мухьэмэд!


Комментарии 2

  1. Пщыкъап  05 февраля 2015, 14:55 0

    Щхьэмахуэ Тхьэм уищ1 Мухьэмэд.

  2. Упсэу, утхъэж, Мухьэмэд! Тхьэм жи1эмэ, зы1эрыдгъэхьэнщи деджэнщ. ХЭКУМРЭ ЛЪЭПКЪЫМРЭ, Урысей Империе БЗАДЖЭНАДЖЭМ, зэрэзэтэрикъутар, зэрэзэк1эричар, абы и ПЭЖЫП1ЭР, ди НЭХЪЫЖЬЫФ1ХЭМ къытхуагъэнащ ик1и УЭСЯТ къытхуащ1эщ, ХАБЗЭР тхэлъу, БЗЭР тщ1эуэ, АДЫГЭУ дыпсэуну. Иджы ИГЪУЭ хъуащ, ХЭКУМРЭ ЛЪЭПКЪЫМРЭ ЗЫ зэрыхъужынэм, ЩХЬЭЖ и ГЪАЩ1ЭР триухуэну!!!

    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.