Пасэрей адыгэ тхьэлъэIум и дауэдапщэ нэщэнэхэр
«Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъымкIэ
ТхьэлъэIур тхьэхэм, тхьэпэлъытэхэм зэрелъэIу, зэрагъэлъапIэ щIыкIэу пасэрей цIыхум къыдежьа дауэдапщэщ. Ар езы псалъэми къеIуатэ: тхьэм елъэIун. Абы пэгъунэгъущ 'тхьэджэ' псалъэри. Ар иджырей адыгэбзэм щIагъуэу щызекIуэжкъым, ауэ зи гугъу тщIыр мы псэлъафэм къеIуатэ: сомыгъэтхьэджэ (умыгъэтхьэджэ), н. МыхьэнэкIэ абы къикIыр апхуэдизу 'сомыгъэлъаIуэ' ('умыгъэлъаIуэ') жиIэу аращ. Тхьэм «еджэнымрэ» тхьэм «елъэIунымрэ» зэхуэдэу щытауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Тхьэм нэхъыбэу зэрелъэIур фIы къахуищIэу Iейм щихъумэныращ. ТхьэлъэIум и къежьапIэри мыпхуэдэ гугъэ зэрыщыIэращ: тхьэм и гуащIэр инщ, зэфIэкIышхуэ иIэщи, абы и нэфI къыпщыхуэмэ, фIыи къыпхуищIэнущ, Iейми ущихъумэнущ.
Адыгэм я тхьэлъэIухэр куэду, зэхуэмыдэу щытащ. Ахэр хуэлъаIуэт псэуныгъэм и хэкIыпIэ псори зи IэмыщIэ илъ тхьэхэм. Апхуэдэу гъавэ бэвкIэ – Тхьэгъэлэдж, уэшхкIэ – Щыблэм, щакIуэр пшэрыхькIэ – Мэзытхьэ елъэIурт; зекIуэ ежьамрэ зауэм Iутымрэ я Iуэху къадэхъункIэ ЗекIуатхьэ зыхуагъазэрт. А щIыкIэм тету адрей тхьэхэми ялъэIурт абыхэм я IэмыщIэ илъымкIэ. Тхьэр гъэзакъуэным (закъуэу къэлъытэным) хуэкIуа нэужь, IэщIагъэхэмрэ лIакъуэхэмрэ я тет тхьэхэм къадэкIуэу, Тхьэм, Тхьэшхуэм, ислъамыр къащта нэужь – Алыхьым елъэIу хъуахэщ.
ТхьэлъэIур Iуэхугъуэ, пкъыгъуэ зыбжанэу зэхэлъщ. Абыхэм ящыщщ мыхэр: тхьэм хъуахъуэурэ елъэIуныр, тхьэм тыхь хуэщIыныр, джэгу (удж, шыгъажэ сытхэр) щIыныр; ислъам диным къигъэувхэм ящыщщ нэмэз щIыныр, нэщIыныр, къ. А псори зыхуэунэтIар зыщ: щытхъукIэ, псалъэ дахэкIэ, тыхькIэ, къинэмыщIхэмкIи тхьэр къыдэхьэхауэ гущIэгъу зыхуегъэщIын, зыхэпсэукIынур (гъавэр, Iэщыр) къритын, узыншагъэр къихъумэн; иужькIэ абыхэм къадокIуэ гуэныхьыр игъэгъуу жэнэтым игъэкIуэныр.
ТхьэлъэIум щIыпIэшхуэ щеубыд мэгъум (мэдж, умэхъын, mageia). ЖыпIэ хъунущ тхьэлъэIур мэгъукIэ зэщIэбларэ ар тхьэлъэIум и лъапсэу, и тегъэщIапIэу. Ар зыхэмыт тхьэлъэIу лIэужьыгъуэрэ тхьэлъэIу пкъыгъуэрэ щыIэкъым. Мэгъур хэтщ псалъэкIэ тхьэм зэрелъэIуми, тыхь зэращIми, джэгу сытхэми. Абы къыдэкIуэу, мыхьэнэшхуэ иIэщ тхьэлъэIур щекIуэкI зэманми, здекIуэкI щIыпIэми. Япэ щIыкIэ а тIур зэIубз тщIынщ, итIанэ дрипсэлъэнщ тхьэлъэIур лIэужьыгъуэу зэрыгуэшамрэ ар пкъыгъуэу зэрызэхэлъымрэ.
Пасэрей адыгэ тхьэлъэIум пIалъэ иIэт. Ар инэхъыбэм ящI хабзэт гъатхэм – дунейм, щIым и къэушыгъуэм, гъэр щиублэм. Мэгъум зэригъэувымкIэ, Iуэхум и пэр фIыуэ епхьэжьэмэ, езы Iуэхури фIыуэ макIуэ. Абы къыхэкIыу гъатхэм кърахьэжьэ Iуэху куэдым я пэублэр тхьэлъэIу мэхъу. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, вакIуэ дэкIыныр, вабдзэ уIуныр, гъунэ илъыныр, сэныр, къ. Абы ещхьу Iуэхур щиухкIи тхьэлъэIу ящI хабзэщ, псалъэм папщIэ, бжьыхьэм, гъавэр кърахьэлIэжа нэужь.
Ауэ тхьэлъэIум хэубыдыкIауэ пIалъэ щимыIэ къохъу. Псалъэм папщIэ, уэгъу хъуамэ, – уэшх кърагъэшхыну тхьэлъэIу ящ; Щыблэм Iэщ, цIыху иукIамэ, – зэуэ зэхуосри тхьэлъэIу ящI; абы ещхьу уз къэхъеямэ, гузэвэгъуэ гуэр къатегуплIамэ, – занщIэу тхьэлъэIу ящI.
ТхьэлъэIур зэрекIуэкI махуэ бжыгъэр зэхуэдэкъым. Нэхъыбэу къокIуэ махуэ бжыгъэу 1, 3, 7. Щыблэм Iэщ иукIамэ, тхьэлъэIур махуи 3-кIэ йокIуэкI, цIыху иукIамэ, махуи 7-кIэ ящI. Мы бжыгъэхэр мифым къыхокI. 3 бжыгъэр къэзышэр дунейр къати-3 зэрыхъуращ (уафэ, щIылъэ, хьэдрыхэ). Дунейр къати-7-у къыщыкIуэ щыIэти, абы къыхокI 7 бжыгъэр. 3 бжыгъэр зэман лIэужьыгъуищым (блэкIам, узэрытым, къэкIуэнум) къыхэкIыу жызыIэ щыIэщ (Бгъэжьнокъуэ Б.).
Мыхьэнэ иIэщ тхьэлъэIур щащI махуэр зыхуэдэми – махуэхэм яхэтщ цIыхум яхуэмахуи яхуэмыгъуи, махуэу и зэман Iыхьэу щыбублэми – пщэдджьыжьым, пщыхьэщхьэм – елъытащ Iуэхум фIыгъуэу къыпэкIуэнур. ТхьэлъэIум щыщу нэхъапэр япэ ирагъэщу пщэдджыжьым ящIырт – тхьэ елъэIунымрэ тыхь щIынымрэ, шэджагъуэ нэужьым ящIырт адрейр – джэгу, шыгъажэ сытхэр. Мэгъум и хабзэмкIэ, махуэм, дыгъэм дэтэджу Iуэху бублэмэ, и фIыгъуэр нэхъыбэнущ. Пщыхьэщхьэ хуэгъазэу (махуэр щиухым, дыгъэр щыкIуэдыжым), псом хуэмыдэу пшапэ зэхэуэгъуэм (бзаджэнаджэр щыятэм) Iуэху умыублэмэ нэхъыфIщ.
Куэд елъытащ тхьэлъэIур здащI щIыпIэми. Пасэрей адыгэ тхьэлъэIупIэхэр епхауэ щытащ пщIэ зыхуащIрэ ягъэлъапIэ мэзхэм, жыг щIагъхэм, псынэхэм, псы Iуфэхэм, бгыхэм, къ. А щIыпIэхэм тхьэщIагъ мэз, тхьэщIагъ жыг, тхьэщIагъыпскIэ йоджэ. Абы къинэмыщIауэ, адыгэр тхьэ щелъэIуу щытащ нэгъуэщI щIыпIэхэми: кIыщым, пщIэ щхьэхуэ зыхуащIу щыта кхъэхэм, мывэ сынхэм, быдапIэжьхэм, къалэжь уэжахэм, бгы гъуанэ е бгъуэнщIагъхэм, къ. Апхуэдэ тхьэлъэIупIэхэр зэры-Адыгэ Хэкуу итащ. ТхьэщIагъ жыгхэр куэду щыIат Шапсыгъым, Инжыджейм (пс. п. Елбыргъэн мэзым), псынэу Нартсанэ (иджырей Кисловодск), мывэу Дыгулыбгъу (Къэбэрдейм, Зеикъуэ къуажэ), хэкужь, быдапIэжь бгынэжахэу Жулат (Тэрч Iуфэ), Iэдииху (Инжыдж ЦIыкIу Iуфэ), бгы, Iуащхьэу – Iуащхьэмахуэ, Нарт Iуащхьэ (Къэбэрдейм), къ.
Налшык къалэ иджы здэщысым ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ Тхьэшхуэудж щащIу тхьэлъэIупIэ иIащ, Аушыджэр щыгу тету. Щыблауэм къыхэкIарэ Iэзэгъуэу къалъытэрт КIахэм Джамбэчий къуажэм пэгъунэгъу гуэл цIыкIур.
ТхьэлъэIупIэм и цIэр щыблэм иукIам и цIэм къытехъукIынри хабзэт. Щыблэм иукIа цIыхур а здиукIам деж щыщIалъхьэт, жыгей гъунэгъуу итмэ, абы и лъабжьэм щыщIалъхьэти ар тхьэлъэIупIэ хъурт, иукIам и цIэмкIэ еджэу (псалъэм папщIэ, Къанокъуэ и цIэу иукIати, тхьэлъэIупIэм Къанокъуэ щIагъ фIащащ).
ТхьэлъэIупIэхэм тхьэ щелъэIуну, тыхь щащIыну щызэхуэсырт: гъатхэ вэн-сэным, япэу уафэ щыгъуагъуэм, щыблэм иукIар щыщIалъхэм, уэгъум зыщахъумэнумэ, уз ягъэхъужынумэ, нэгъуэщI тхьэмыщкIагъэ гуэрым пэIэщIэ защIынумэ, къ. ЗекIуэ кIуэнумэ, зауэ Iухьэнумэ, тхьэлъэIупIэм кIуэуэ тхьэ щелъэIут я Iуэхур къадэхъуну, узыншэу къагъэзэжыну. Къуентхъыу къахьам щыщ тхьэлъэIупIэм къахьу къагъанэ хабзэт.
ТхьэлъэIупIэхэр жылэ къэс яIэу щытащ, псыхъуэм, хэку псом щыцIэрыIуэхэри щыIащ. ТхьэлъэIупIэхэм ящыщу нэхъыбэт тхьэщIагъ жыгхэр. Миф нэщэнэхэр пылъу адыгэм жыг лIэужьыгъуэ куэд яIащ. Абыхэм ящыщщ: жыгей, дей (дэшхуей), тхуей, тхушэдеяфэ, щхъуэмч, кхъужьей, уэздыгъей, екIэпцIэ, бзииху, къ. Ауэ псом хуэмыдэу пщIэ хуащIу, тхьэлъэIупIэу хахыу щытащ жыгеймрэ дэшхуеймрэ. Жыгым и пщIэр куэдкIэ къиIэтырт ар езыр инрэ щыблэ еуамэ. Пейсонель (XVIII лI.) зэритхымкIэ, Адыгэ Хэкум и кум ита апхуэдэ жыгым адыгэхэр еджэрт «панжассан» («панагиасан», «пенекассан») жэуэ, ар алыдж псалъэ панагия – 'пщIэ зиIэ' жыхуиIэм къытекIауэ жеIэ. Мы псалъэр къехь Нэгумэ Шори: Татартуп пенжесен.
ТхьэщIагъ мэзхэри жыгхэр, псыхъуэхэр, бгыхэр ягъэлъапIэу зэрыщытам и щIэинщ. ТхьэщIагъ мэз'кIэ еджэу КIахэм, хы ФIыцIэм хэхуэж Шахэ псыщхьэм щыIэщ. Абы жылэр къегъэтIысэкIарэ жылэр тхьэ щелъэIуу, тыхь щащIу щытащ. IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, зэгуэрым ТхьэщIагъ мэзым къегъэтIысэкIа жылэр зэрапхъуат. Дзэр дэкIыжын щыхъум, гъэр ящIа нэуэжь гуэр яупцIэнри шынагъэкIэ ягъэуджащ. ЩхьэкIуэ къезыха дзэр кIуэдыну тхьэ елъэIуащ нэуэжьыр. Абы и тхьэлъэIур тхьэм къыхуищIащ: дзэр зэтебагэри лIащ, зылI нэхъ къэмынэу. А зауэлI къэнам жиIащ: «Мы дзэм сыдэмыкIуэду псэууэ сыкIуэжмэ, тыхь ящIыну зы жэм ТхьэщIагъым къайстынущ». ЛIыр къелри я деж кIуэжащ. ЗэрыжиIам хуэдэу, лIым жэмыщIэ дэгъуэ къахуиутIыпщащ, и пщэм щэкI хужь ищIауэ. Абы ещхьу илъэс къэс ТхьэщIагъым жэм къекIуалIэу щытауэ жаIэ. Хъан-Джэрий зэритхымкIэ, тыхьу яукIыну жэмыр езыр-езыру ТхьэщIагъым къекIуалIэрт, Ахын и жэмлъэрыкIуэ'кIи еджэрт. Жэмым и бжьэм кхъуей, щIакхъуэ фIащIэти, абы иужь иту цIыхухэри къызэхуэсырт. Жэмыр зы щIыпIэм щаукIырт, нэгъуэщI щIыпIэм и фэр щытрахырт, абы ещхьу лыр здагъавэри, ар здашхыжри щIыпIэ щхьэхуэт. Шхын ягъэхьэзырыхукIэ, цIыхуу къызэхуэсар жэмыр здаукIа жыг лъабжьэм щхьэмцIэу щыуджырт, тхьэ щелъэIурт.
ТхьэщIагъ мэзыр щIыпIэ хэхауэ, ар и цIэу тхьэхуэпщылIыпIэт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэгъуэщI тхьэлъэIупIэ мэзи жыги щыIэхэт, ахэм папщIэ тхьэщIагъ мэз, тхьэщIагъ жыг жаIэу. АпхуэдэцIэ зезыхьэ мэз адыгэ зэрыс щIыпIэ куэдым щыIащ.
Уэрэдыжьым хэтщ (абы къыхэкIыжу псалъэжь хъуауэ) мыр:
ТхьэщIагъкIэ зэджэ мэзыр зы мыщхьэт,
Ищхьэм щыхуарзэ бгъэшхуэр зы джэдыкIэт...
ТхьэлъэIур щекIуэкI къохъу щIы IэнэщIым, къуажэбгъум, пщIантIэм. Абдежми зэхэтыкIэр убзыхуащ. Апхуэдэу нэхъ пщIэ иIэщ ипщэм – дыгъэр здэщыIэ лъэныкъуэм, ижьырабгъум – абы нэхъ пщIэ иIэщ сэмэгурабгъум елъытауэ. Аращ Тхьэуджыр дыгъапIэм деж щIызэхашэр, сэмэгумкIэ икIыу ижьымкIэ щIеуджэкIыр. Абы ещхьу, щыблэм иукIар лъагэу пхъэшыкъум тралъхьэ (Щыблэм нэхъ "пэIэгъуэу"); тхьэ щелъэIукIэ ипщэкIэ (дыгъэмкIэ), е IуащхьэмахуэкIэ (тхьэхэм я хэщIапIэмкIэ) ягъазэ; ислъамыр къащта нэужь, нэмэз щащIкIи тыхь щаукIкIи къэблэмкэ (ЧэбэмкIэ) ягъазэ.
Уэгъум къыхуаIэт тхьэлъэIур мыпхуэдэу ящIт. Шхын, махъсымэ яIыгъыу зэрыжылэу тхьэщIагъ жыгым екIуалIэрт. Тыхь ящIыну бжэн е мэл здашэт. ТхьэлъэIур нэхъыжь унафэм щIэтт (уэшхкIэ лъэIуэнумэ, а нэхъыжьыр щыблэм иукIа гуэрым и Iыхьлыт). Нэхъыжьым мэлым (бжэным) и щхьэм махъсымэ трикIа нэужь, иукIти зэIихт. Iэщым и щхьэр къурыкъум фIаIут, адрейр ягъавэти яшхырт. Шхыну, махъсымэу къахьари яшхырт, ирафырт. АпщIондэху тхьэлъэIум хэтхэр чэзуурэ жыгым и хъуреягъыр щыблэудж къащIт, щыблэ уэрэд жаIэу (уэшх къешхыну, фызабэхэмрэ ибэхэмрэ гущIэгъу къахуищIыну жиIэт).
Уэгъум и тхьэлъэIур нэгъуэщIуи ящIт. Бзылъхугъэхэр тхьэщIагъ жыгым щызэхуэсти тхьэ елъэIут, итIанэ баш цIыкIу гуэрым гуапхэт тхьэщIагъ жыгым и пхъафэм щыщ тыкъыр; иужькIэ ар псым яхьти, башыр псы Iуфэм щыхатIэт, жыг пхъафэр псым халъхьэти, махуищкIэ хагъэлъа нэужь къыхахыжти, хъыдан цIыкIукIэ пащIэжт тхьэщIагъ жыгым и зы къуэдамэ гуэрым.
ТхьэлъэIупIэхэм узхэми щеIэзэт. Уз зэрыцIалэ къэхъеямэ, зэрыжылэу тхьэлъэIупIэм кIуэт. Ауэ нэхъыбэу уз къызэфыкI унагъуэ, цIыху щхьэхуэт кIуэр. Апхуэдэу кIуэт, псалъэм папщIэ, жьэн уз, хуабэ уз къызэфыкIхэр. Сымаджэм и Iыхьлы и гъусэу кIуэт, шхын здахьти. Жыг щIагъым тхьэ щелъэIут узыр хъужыну, шхынри яшхт. Жэщым жыг щIагъым нэху къыщекIырт, пщIыхьэпIэу я нэгу щIэкIынкIэ гугъэт узыр къызыхэкIамрэ абы и Iэзэгъуэмрэ. Узым нэгъуэщIкIи еIэзэт: сымаджэм и щыгъыным къыпачауэ хъыдан кIапэ жыгым тIэкIу пагъэлъа нэужь, унэм къахьыжырти сымаджэм и пщэм ирадзэт.
Псом хуэмыдэу узкIэ сэбэпу къалъытэт дэшхуейр. Абы фыз мылъхуэри, сабий узхэри, нэгъуэщI куэди игъэхъужу гугъэхэт. Апхуэдэу уз ирагъэхъужу ящIу щытащ дэлъапсэщIэкIыр. Илъэс къэс гъатхэм дэшхуейм и лъапсэр щIатIыкIырти, зэрыжылэу жыг лъабжьэм щIэкIырт, узыр абы къыщIанэнкIэ гугъэу.
ЗэрыжытIащи, тхьэлъэIупIэхэм хуабжьу пщIэшхуэ яIэт. Зи лIэгъуэ къэсахэм я Iэщэ, я щыгъын сытхэр тхьэщIагъ мэзым яхьти жыгхэм палъэт. Апхуэдэ мэзхэм лIахэри щыщIалъхэ къэхъут. ТхьэщIагъ жыгхэм Iэщэ, щыгъын, мэл бжьакъуэ, нэгъуэщI хьэпшыпхэр куэду пылъми, абы зыри еIусэтэкъым. ТхьэщIагъ жыг гуэрым фо ирищIати, зыгуэрым щишхым зэщIэбагэу лIауэ яIуэтэж. Езы жыгым щыщ пхъэ тыкъыр, хъыданым дэдауэ, я пщэм иралъхьэт дыуэ пэлъытэу. ТхьэщIагъ жыгым пылъ хъыдан кIапэ къурыкъум фIэпщIэрэ хадэм щыхэптIэмэ, дыгъу къримыгъэкIуалIэу ялъытэрт. Жылэм зыгуэр ядыгъуу дэкIуэдыкIамэ, тхьэщIагъ жыгым кIуэти тхьэ щелъэIурт ядыгъуар мыкIуэдыну, дыгъум ебгт зэрищта и Iэмрэ зэрихьа и лъакъуэмрэ фIэгъукIыну. 1930 гъэхэм Шапсыгъым зыгуэрым дыщэ фIадыгъуати, жылэр тхьэщIагъ жыг кIуэуэ тхьэ щелъэIуну щызэхахым, абы нэмысу дыщэр зыфIадыгъуам къыкIэщIадзэжауэ щытащ.
ТхьэлъэIупIэм ину щыпсалъэ, мыхъумыщIэ щыжаIэ хабзэтэкъым, езы жыгми зэран зыри епх хъунутэкъым. ТхьэлъэIупIэм апхуэдизкIэ пщIэ иIэти, щIэпхъаджащIэм ищIар абы и хьэтыркIэ къыщыхуэгъу щыIэт. Псалъэм папщIэ, лIыукIыр тегушхуэу тхьэщIагъ мэзым пылъ Iэщэ, щыгъын сыт къищтамэ, ар тхьэм и нэIэм щIэт хъуауэ къалъытэрти, зэхэзехуэн ящIыжыртэкъым. Ар къагъэсэбэпурэ адыгэхэм гъэр ящIа тыркухэр гъэрыпIэм щикIыж къэхъурт.
Адыгэхэм чристэн, муслъымэн динхэр къащта нэужьи, апхуэдэ тхьэлъэIупIэхэр щыIащ мыкIуэдыжу. Абдеж мажусий тхьэхэми, абыхэм япIэ къиува чристэн тхьэпэлъытэхэми, муслъымэн тхьэшхуэми тхьэлъэIу хуащIу. Апхуэдэу щыблэм иукIам и тхьэлъэIум хыболъагъуэ пасэрей Щыблэри, чристэн Еллэри, муслъымэным я тхьэшхуэ Алыхьри.
Ипэрей тхьэлъэIупIэхэм я лъэужь мыкIуэдауэ иджыри мымащIэу щыIэщ КIахэм, псом хуэмыдэу Шапсыгъым. Мис абы ящыщ зыбжанэ щIыпIэцIэу къэнахэу: Кобзэш – Агуй къуажэбгъум щыт жыгеишхуэр; ТхьэлъэIупI – Хьэтыкъуей къуажэм ипщэкIэ, Пэнэхэс къуажэм и къуэкIыпIэмкIэ, Мамхэгъ къуажэм ипщэрабгъумкIэ; ТхьэлъэIу шIыпI - Нэшъукъуай къуажэкIэм; ТхьачIэгъ чап (джабэ) – ШIоикъу (иджырей Б. Псеушхо) къуажэбгъум, ТхьэчIэгъ чIыгу – Пшадэ псыхъуэм щыIэ бгыр; ТхьэчIэгъыжъ – КодэшъэхьыпI (иджырей М. Псеушхо) къуажэ дыхьэпIэм щыт жыгеишхуэр; ТхьэчIэгъытх шхъомчыялъ (ТхьэщIагъытх щхъуэмчеялъэ) – ШIоикъу къуажэбгъум; ТхьэшхопшъаIу – ШIоикъу къуажэм и къуэкIыпIэмкIэ щыIэ ныбжьырей жыгеижь; Тхьащыгугъу шыгум тет шхъомчыялъэр, ТхьачI (Большой Тхач) бгышхуэм и цIэри зэпхар тхьэщIагъщ.
Уджым хуэдэу, джэгури, шыгъажэри, къафэри щаублэкIэ, сэмэгумкIэ йокIри ижьымкIэ мэкIуатэ; цIыхухъум къигъэудж бзылъхугъэр ижьымкIэ щытщ (бзылъхугъэм пщIэ хуещIри), цIыхухъум и ижьырабгъур бзылъхугъэм хуэгъэзауэ блокI. Джэгу здекIуэкI пщIантIэм зэрыдэтри убзыхуащ. ИпщэкIэ гъэза унэ гупэм нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ щоув пщащэхэр, абы я гупэмкIэ къоув лIыхэмрэ щIалэхэмрэ. Унагъуэ ис фызхэр пщащэм я щIыб къыдэтщ. Джэгум хэтхэм я щIыб шухэр къыдэтщ. Нэхъыжьхэр (джэгу тхьэмадэр яхэту) нэхъ утыкум итщ – пщащэхэм я сэмэгумкIэ. Утыкум, нэхъыжьхэм я гупэрэ лIыхэм нэхъ я пэгъунэгъуу итщ джэгуакIуэр, пшынауэхэр, абыхэм я нэхъыжь хьэтиякIуэр. НэхъыщIэ дыдэхэр (сабийхэр) утыкум пыIудзащ, абы къалъысыр утыкум и семиотик «бжэкъуагъыращ» – ахэр пысщ бжыхьым, жыгхэм, унащхьэм.
ТхьэлъэIум тет иIэщ нэхъыжьу, пщIэ иIэу, хабзэрэ хэтыкIэрэ ищIэу, Iуэхур игъэкIуатэу: тхьэмадэ. Тхьэмадэм и дауэдапщэ къалэнхэр (функциехэр) къагъэлъагъуэу къокIуэ нэгъуэщI псалъэхэри – нэхъыжь,пщы, тхьэпщ, хъуэхъупщ, джэгуакIуэ, пашэ, тет, Iэзэ, джэгу хьэтэ, хьэтиякIуэ, джэгу таршын,щоджэн, ефэнды, къ. ГъукIэ IэщIагъэм зиужьа нэужь, кIыщыр тхьэлъэIупIэ пэлъытэ мэхъури, езы гъукIэр тхьэгъэлъапIэ IуэхукIэ нэхъыжьу, узкIэ Iэзэу мэхъу. Мы къэтхьа псалъэхэм ящыщу щоджэныр чристан диным, ефэндыр муслъымэн диным къыдокIуэ.
ЛIакъуэ псэукIэм и лъэхъэнэм тхьэм хуэлэжьэн Iуэхур, адрей Iуэхухэм яхуэдэу, япэ щIыкIэ зи пщэ дэхуэр лIакъуэм я нэхъыжьырат, унагъуэм деж – унагъуэм я нэхъыжьырат. ИужькIэ, цIыху зэхэтыкIэм зиужьрэ IэщIагъэхэр ефIакIуэ щыхъум, чристэн, ислъам диныр адыгэм къащыхыхьэм, тхьэм хуэлэжьэныр ныбжькIэ, илъэс бжыгъэкIэ нэхъыжьым къыщымынэу а Iуэхум хуэIэкIуэлъакIуэу къэунэхухэми ябгъэдэлъ мэхъу: Iэзэхэм, гъукIэхэм, усакIуэхэм, щоджэнхэм, ефэндыхэм – жылагъуэ къалэнкIэ «нэхъыжьхэм».
ЛIакъуэм и лъэхъэнэм нэхъыбэ къэзыгъэщIам куэд игъэунэхуащи, куэд и нэгу щIэкIащи, жылагъуэ псом къаIэт тхьэлъэIухэм, тыхьхэм я пашэ мэхъу. Уеблэмэ а лъэхъэнэм япэ щIыкIэ а Iуэхур зи пщэ дэкIыр, нэхъ тэрэзу жыпIэнумэ, Iуэхум и унафэ зыщIыр нэхъыжь гупт. Апхуэдэу ящIу щытащ, псалъэм папщIэ, шапсыгъхэм. А гупым хыхьэт ныбжьышхуэ зиIэ лIыжь Iущи, диным и лэжьакIуи, Iэщым, мэкъумэшым, жыг гъэкIыным хуэIэзэ цIыху Iущхэри. Нэхъыжь гупым я пIэм хуэм-хуэмурэ зы нэхъыжь къиувэ хъуащ. Япэ щIыкIэ ар ныбжькIэ нэхъыжьрэ нэхъ Iущырат, иужькIэ абы и пIэ йоувэ IэщIагъэкIэ Iэзэхэр – пс. п. гъукIэр, щоджэныр, ефэндыр. Нэхъыжьым ипщэ къыдэхуэт тхьэлъэIури абы и зы Iыхьэу къакIуэ тыхьри. Псалъэм папщIэ, жылэ псом я тхьэлъэIу дэлъапсэщIэкIым и нэхъыжьыр пщIэ зиIэ лIыжьт. Ар тхьэм елъэIут жылэм узыншагъэ яIэну, ефIэкIуэну, хэщI ямыIэу псэуну. Хъуэхъупщыр я пашэу тхьэ елъэIухэт гъавэ бэв, Iэщ куэд къаритыну, узым щихъумэну.
ВакIуэихьэжым я нэхъыжьщ вакIуэ тхьэмадэр (вакIуэ пащтыхьыр). Апхуэдэу хахт мэкъумэшым хуэIэзэрэ хабзэ, зэхэтыкIэ фIыуэ зыщIэ лIы гуэр. Абы и пщэ дэлът вэнри, вакIуэхэм я зэш тегъэунри. ВакIуэ тхьэмадэм хихыжт джэгункIэ къуэдзэр (уэлийр), IуэхутхьэбзащIэхэр, Iэзэр, ажэгъафэр.
Люлье зэритхымкIэ (ХIХ лI.), тхьэлъэIупIэ мэзхэм, тхьэщIагъ жыгхэм щащI тхьэлъэIухэм нэхъыжьу зы лIыжь яIэт, ар псоми хахт. А нэхъыжьыр жыгейм къыхэщIыкIа жорым и пащхьэм иту, и пыIэр щхьэрыхарэ щIакIуэр тедзауэ, лъэгуажьэмыщхьэу мэуври, тхьэ йолъэIу гъавэ бэв къадэхъуну, уэшх къешхыну, узыншэу щытыну, бийм ятекIуэну. Щыблэр гъэлъэпIэным къыдэкIуэ Iуэхухэм нэхъыжьу къыщокIуэ щыблэм иукIам и Iыхьлы гуэр, и ныбжькIэ а къалэным нэхъ хуэкIуэхэм ящыщу. Апхуэдэу щыблэудж щащIкIэ, нэхъыжьыр утыкум иту абы и хъуреягъыр къауджыхьт. Мывэкхъэм и тхьэлъэIум щынэхъыжьт мывэкхъэм щIэлъым и Iыхьлы гуэр. Ар я пашэу уэшхкIэ лъаIуэт, мывэкхъэм щыщ мывэ къащтэти псым халъхьэт.
Нэхъыжьырат тыхьыр зыукIри. Мы Iуэхум пыщIа псори абы и пщэм дэкIт. Апхуэдэу, абы тыхьу яукI Iэщым и щхьэм махъсымэ трикIэт. Люлье зэритхымкIэ, нэхъыжьым жорым пыIуауэ ягъаблэ шэху уэздыгъэм ящыщ зы къещтэри, шэхур Iэщым и натIэм щехуэ, итIанэ и щхьэм махъсымэ трикIа нэужь, еукI. Абы иужькIэ нэхъыжьым и зы IэмкIэ хьэлывэ къещтэ, адреймкIэ махъсымэ зэрыт пхъэ фалъэ къещтэри, тхьэ йолъэIу.
Гъунэ иралъын ипэ вакIуэ тхьэмадэм псы е махъсымэ трекIэ выхэм я щхьэми, пхъэIэщэми, япэрей вагъэбдзумэми. Абы ещхьу гъукIэм махъсымэ трикIэт езым ищIIэщэм, мэкъумэш Iэмэпсымэхэм. ТхьэгъэлъапIэ дауэдапщэм хуэIэзэ нэхъыжьым къратт тыхьу иукIам щыщ IыхьэфI; Люлье зэритхымкIэ, абы иратт Iэщ яукIам и фэр.
Нысашэм къыщыкIуэ тхьэлъэIуми иIэщ нэхъыжь. Шапсыгъым я нысэтхьэлъэIум и пашэу къокIуэ пщIэ зиIэ нэхъыжь гуэр, е нысашэм хьэтиякIуэу хэтыр. НысащIэр унэм щIашэу ижьырабгъу плIанэпэм деж ягъэува нэужь, нэхъыжьыр (хьэтиякIуэр) утыкум къоувэ, бжэр и щIыбрэ и гупэмкIэ фызхэр къыщыту. Мыбдеж нэхъыжьым и къалэнщ нысэтхьэлъэIур жиIэу гуащэкъабзэр (гуащэхьэлывэр) игуэшыныр. НысэтхьэлъэIум хэту тхьэ елъэIухэм я пщэм дэлъщ напэIэлъэщI хужь – тхьапщыIуапкIэ – тхьэ зэрыхуелъэIум и пщIэ (ар нысэм и Iыхьлыхэм кърагъэхь). НысэтхьэлъэIум нэхъыжь къалэныр япэ щIыкIэ зыгъэзащIэу щытар унэгуащэращ, абы къыхэкIыу 'нысэтхьэлъэIу'м и пIэкIэ 'гуащэтхьэлъэIу'и жызыIэ щыIэщ. А къалэныр хьэтиякIуэм къыщытехуи куэдрэ къохъу. НысэтхьэлъэIум деж нэхъыжьым и гупэр жьэгум хуэгъэзащ.
ТхьэлъэIум и зы Iыхьэу къокIуэ шхын къэIэтыныр. ТхьэлъэIуми Iэнэми я нэхъыжьыр зыуэ къыщыкIуэ щыIэщ. Ауэ инэхъыбэм Iэнэм, псом хуэмыдэу санэхуафэм, ефэ-ешхэм я нэхъыжьыр щхьэхуэщ. Белл Дж. зэритхымкIэ, ХIХ лI. и япэ Iыхьэм щыгъуэ тхьэлъэIу Iэнэм и нэхъыжьу къакIуэт диным и лэжьакIуэ. Ар щхьэмцIэу, и плIэIум щIакIуэ идзауэ, баш иIыгъыу иувэт жорымрэ лы зытелъ Iэнэмрэ я пащхьэ, итIанэ Iэнэ къэс щхьэщыту хъуахъуэурэ тхьэ елъэIурт, абы иужькIэ Iэнэр иригъэувэт хъурейуэ зэхэс цIыхухэм я пащхьэ. Унэ кIуэцIым шхын къыщаIэткIэ жьантIэр жьэгурати, абдеж нэхъыжьхэр щагъэтIысырт.
Ешхэ-ефэм я тхьэмадэр пщIэрэ щхьэрэ зиIэ нэхъыжь гуэрщ. Нысашэхэм деж шхыным щхьэхуэу тет иIэщ, абы папщIэ кIахэм контхьэмат (гуэнтхьэмадэ) жаIэ. Абы и зэгъэзэхуэнщ дауэдапщэ шхыныр.
Джэгу, шыгъажэ сытхэми нэхъыжь яIэщ. Псом япэу хасэ хах, абы хохьэ пщIэ зиIэ лIы 20-30 хуэдиз. Абы ящыщу хах джэгу тхьэмадэ – псоми я унафэ ищIу. Джэгу тхьэмадэм и унафэкIэ джэгур яублэ, щагъэтыж. Апхуэдэщ шыгъажэ Iуэхури. Нэхъыжьу хах хабзэщ джэгур зи джэгум и Iыхьлы гуэр – и шынэхъыжь, и адэкъуэш сыт хуэдэу, ямыIыхьлыи щыхах къохъу. Нэхъыжьыр хасэм хэтхэм къыщымынэу цIыхухэми йочэнджэщ, «сыт игъуэ? сыт игъуэджэ?» жиIэу. Джэгу тхьэмадэмрэ цIыху къызэхуэсахэмрэ я кум дэтщ хьэтиякIуэр, ахэр чэнджэщкIэ, унафэкIэ, Iуэхур зэрыхъунумкIэ зэлъигъэIэсу.
Джэгу дыдэм, утыкум щыпашэр и цIэкIи и къалэнкIи зэтемыхуэу къокIуэ. Абы щхьэкIэ тIуащIэдэсхэми, инжыдждэс къэбэрдейхэми, бгырыс шапсыгъхэми джэгуакIуэ жаIэ, къэбэрдейхэм яхэтщ джэгупщ, джэгухэшэ жызыIэ, иордан къэбэрдейхэм яхэтщ пщыгъэгуфIэ жызыIэ. КIахэ адыгэхэр джэгуакIуэкIэ зэджэр гуп псо мэхъу – хьэтиякIуэр зи нэхъыжь пшынауэ, къамылапщэ, пхъэцIычауэ сытхэр. 'ДжэгуакIуэ' псалъэм къикIыр гурыIуэгъуэщ, ауэ 'хьэтиякIуэ' псалъэм къикIыр нэсу зэIубзкъым. Бгъэжьнокъуэ Б. хуегъэфащэ а псалъэм щыщу 'хьэт' жыхуиIэм иджырей адыгэбзэкIэ 'тет' къикIыу. Абы и щыхьэту щIэныгъэлIым мыр къеIуатэ: шухьэтий псалъэм 'шухэм я тет' къокI. ЩIэпщакIуэм я нэхъыжьым иреджэу инжыджей адыгэхэм джэгу хьэтым, джэгу хьэтэ жаIэ.
ХьэтиякIуэр зэхэзекIуэу утыкум иту, башымкIэ унафэр игъэлъагъуэу зэгурегъаIуэ джэгум хэт псори, кIуэрыкIуэм тету псалъэ шэрыуэхэр идзу. А къалэнхэр игъэзащIэу бжьэдыгъухэмрэ кIэмыргуейхэмрэ яIэщ кууакIо (гуоуакIуэ). Пщащэхэр джэгум къытришэ-тришыжу хьэтиякIуэм къуэдзэ иIэу къокIуэ. Абы щхьэкIэ бжьэдыгъухэмрэ тафэрыс шапсыгъхэмрэ пшъэшъэ хьэтыякIу (пщащэ хьэтиякIуэ) жаIэ, бгырыс шапсыгъхэм – пшъэшъэ тегъахь (пщащэ тегъэхьэ) жаIэ. ЩIалэхэм якIэлъыплъым щхьэкIэ бжьэдыгъухэм кIэлэ хьэтыякIу (щIалэ хьэтиякIуэ) жаIэ.
Нэхъыжь иIэщ уджми. Псалъэм папщIэ, кIахэм я удж хъурейм иIэщ апхуэдэ нэхъыжь – удж пащ (удж пашэ). Удж пашэу хах хьэщIэхэм ящыщу нэхъыжь гуэр. ХьэтиякIуэм удж пашэм и цIэр ириIуэу утыкум къриша нэужь, удж башыр ирет. Ар иIыгъыу удж пашэм уджыр ирегъэкIуэкI.
Нэхъыжь яIэщ джэгум къекIуалIэхэми. Къуажэ къэс къыхэкIыу джэгу, шыгъажэ сытхэм екIуалIэ гупхэм я нэхъыжьым шыу тхьэматэ'кIэ (шу тхьэмадэ) йоджэ. Бгырыс шапсыгъхэм нэгъуэщI къуажэ джэгум кIуэ пщащэ гупым зы нэхъыжь хуащI пшъэшъэ тхьэматэ'кIэ (пщащэ тхьэмадэ) еджэу, Тыркум ис къэбэрдейхэми хъыджэбз пщафIэ жаIэ. Абы я къалэнщ зи нэхъыжь гупыр зэгурагъэIуэну, емыкIу кърамыгъэхьу, хабзэм тету джэгум хагъэтыну.
Тхьэмадагъэр зэрызэIэпахыр ныбжькIэ нэхъыжьыгъэ («биологический возраст») къудейкъым. И ныбжьым фIэкIа акъыл, хабзэ, цIыхугъэ зыбгъэдэмылъым папщIэ «ар нэхъыжькъым, ар къуаргъыжьщ», «ар езыр-езыру лIыжь хъуащ», «и махуэр къэмысу и вагъуэр ижащ», «акъылыр жьыгъэм къыдэкIуэкъым» жаIэ. Тхьэмадагъэр адыгэм и дежкIэ зы пасэрей культур комплексу къокIуэр («социальное старшинство»). Илъэс бжыгъэу къигъэщIам пэмыщIу къыдалъытэр цIыхум (нэхъ тэрэзу жыпIэмэ, цIыхухъум) жылагъуэм пщIэ-щхьэуэ щиIэр, хабзэм хищIыкIыр, унафапэ кърихьэжьэфрэ Iуэху зэфIихыфыу зэрыщытым, хыхьэкIэ-хэкIыкIэу иIэр, жьабзэу Iулъыр.
Тхьэмадэм пщIэ хуэщIыным, ар гъэлъэпIэным епхащ «нэхъыжь кIуэжахэм» я пащхьэ напэ къабзэкIэ ихьэжын хъуэпсапIэр. Мыр адыгэр псэухукIэ зытелажьэ къалэнщ, дунейм ехыжа нэужь зыхуэзэну фIыгъуэу, е, ар къыдэмыхъу нэужь, зыщышынэн хуей укIытэгъуэу лъэпкъ дуней еплъыкIэм къыхэпх мыхъуну хэлъщ.
И кIэщIыр аращи, тхьэлъэIур сыт и лъэныкъуэкIи зэкIуу гъэпсащ. Гъэмахуэ-щIымахуэ, жэщ-махуэ, ипщэ-ищхъэрэ, гупэ-щIыбагъ, нэхъыжь-нэхъыщIэ – а псори зэгъэзэхуащи, абы тхьэлъэIур екIу ещI, цIыху зэхэтыкIэр егъэдахэ, Iуэху къиIэтар пщIэ иIэрэ дахэу зэфIегъэкI.
ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, тхьэлъэIухэр лIэужьыгъуэ куэд хъурт. Жылэ, къуажэ псор щызэхыхьэ тхьэлъэIуи щыIэт, зы лIакъуэм (лъэпкъым), зы унагъуэм и тхьэлъэIуи щыIэт. ТхьэлъэIу зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыкIуэрт нысашэхэми, псом хуэмыдэу кIахэ нысашэм – гуащэ тхьэлъэIу, нысэ къыщIэш тхьэлъэIу, нысэ тхьэлъэIу, къ.
Унагъуэ тхьэлъэIур гъатхэм ящIт гъэфI техьэн, зыхуэныкъуэншэу, узыншэу псэун папщIэ. Шапсыгъым, псалъэм папщIэ, унагъуэ тхьэлъэIур мыпхуэдэу ящIырт. Махуэ бжыгъэ ипэ къихуэу унагъуэм ис псоми шхын ящIу тхьэлъэIум зыхуагъэхьэзырт. Махъсымэ, къабз (тхьэлъэIу псыхьэлывэ мышыу), мырамысэ ящIт, бжэн (мэл) яукIт. ТхьэлъэIур пщыхьэщхьэу унэм щащIырт: жьэгу мафIэр ину зэщIагъанэт, унэ кIуэцIыр уэздыгъей пхъэдзакIэкIэ ягъэнэхут. Шхыну ящIар Iэнэм тралъхьэрт. Нэхъыжьыр а Iэнэм щхьэщыту тхьэ елъэIут, адрейхэр абы и щIыбагъым къыдэтт.Мыбы бзылъхугъэ яхэттэкъым. Нэхъыжьыр тхьэ елъэIуа нэужь, псори унэм щIыхьэжти шхэт. Лъэхъэнэ елъытауэ, зыхуэлъаIуэ елъытауэ, унагъуэр зэлъэIу тхьэхэр зэхуэмыдэу щытащ. Апхуэдэу унагъуэр елъэIуу щытагъэнщ Псатхьэм, Жьэгупатхьэм, Созырэшым, Тхьэ(шхуэ)м, ислъамыр къащта нэужь – Алыхьым.
ЛIакъуэ тхьэлъэIур езы лIакъуэм и тхьэм хуэгъэзауэ щытащ, апхуэдэу ящIт, псалъэм папщIэ, шапсыгъхэм. А тхьэлъэIур цIыхухъухэм дахырт. Ахэр япэ щIыкIэ лъэпкъым я нэхъыжьым деж щызэхуэсти, итIанэ, ар я пашэу, тхьэщIагъ жыгым кIуэхэрт. Абы шхын здахьт, бжэн (мэл) здашэти тыхьу яукIт. Iэщым и щхьэр къурыкъум фIащIэт, лыр ягъавэт. Лы гъэвари шхыну яхьари Iэнэм телъу жыг гупэм щагъэувырти, тхьэ елъэIурт. Iэнэм нэхъыжьхэр пэрытIысхьэти шхэт, нэхъыщIэхэр абы якIэлъыплъу ящхьэщытт, ядэмытIысу, абыхэм къела IэнэкIэр яшхыжырт.
Адыгэ тхьэлъэIухэр инэхъыбэу жылэпсо тхьэлъэIуу, жылэ псом я фIыгъуэрэ я узыншагъэрэ щIэлъэIуу щытащ.
ТхьэлъэIу лIэужьыгъуэ псоми къыщыкIуэрэ нэхъыщхьэу хэтхэм ящыщщ псалъэкIэ тхьэм зыхуагъазэу лъэIуэныр. Псалъэм мэгъу мыхьэнэуэ иIэр хуабжьу инщ. Апхуэдэ мэгъу псалъэу адыгэм яIэщ хъуэхъужьхэр. Хъуэхъухэр тхьэлъэIу-усыгъэу къежьащ; тхьэ къэси, тхьэлъэIу къэси хъуэхъу щхьэхуэ иIэрэ зэIэпахыу щытащ. Хъуэхъу тхьэлъэIум япэ щIыкIэ тхьэр егъафIэ, еIэт, итIанэ цIыхур зыхуеймкIэ мэлъаIуэ. Апхуэдэщ Тхьэгъэлэдж зэрызыхуагъазэ хъуэхъужьхэр. Псалъэм папщIэ, мыпхуэдэу жеIэ:
Я дэ ди тхьэ,
Тхьэгъэлэдж,
Телъыджэр зи Iэужь…
Е мыпхуэдэу:
Тхьэгъэлэдж и лъэныкъуэу
ГъатхэфI тхьэм дыригъажьэ,
Дунейр зи лэжьыгъэу,
ЩымыIэр хэзыгъахъуэу,
Къэхъури зэлъэIуу,
Зыми емылъэIуж, ди тхьэ…
Апхуэдэу тхьэр игъэфIа нэужь зыхуеймкIэ мэлъаIуэ:
Едгъэжьа Iуэхур гъэбагъуэ!
И гугъур яхуэмыIуатэу,
МатэщIэдзауэ дыпсэууэ...
Вабдзэм и махуэр щIэдгъэлъауэ,
Гъунэм и махуэр итлъауэ,
ЩIылъэм и хуабэр хыхьауэ,
Бэвым и кIыпIэм дытехьауэ,
Я дэ ди тхьэ, къыщIэукI!
Хъуэхъу тхьэлъэIур хуэм-хуэмурэ абыхэм яблоIэбыкIри мэлъаIуэ Iэщ бэгъуакIэ, унагъуэ зэпэщкIэ, нысэ махуэкIэ.
ТхьэлъэIум и зы Iыхьэ нэхъыщхьэу щытщ тыхьри. Ар тхьэм хуащI тыгъэщ, тхьэр къыдахьэхыу и нэфI къащыхуэн папщIэ. Тыхьу къокIуэ Iэщ яукIхэр, шхын зэмылIэужьыгъуэхэр, хьэпшып сытхэр. Тыхьу яукIыу къокIуэ бжэн, мэл, щынэ, жэм, вы, джэдкъаз. Адыгэм бжэным пщIэшхуэ хуащIырти, Iэмал иIэмэ бжэн яукIырт. Тавернье Ж. зэритхымкIэ, адыгэм ХVII лIэщIыгъуэм гъавэр Iуахыжа нэужь ящI тхьэлъэIум тыхьу бжэн (е мэл) яукIт. Зэпкърамыхыу, зэрыпсоуэ ягъэва Iэщыр Iэнэм къытралъхьа нэужь, я нэхъыжьу цIыхуищым лыр Iыхьэ-Iыхьэу яупщIатэти, къызэхуэсахэм нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ хуагуэшт. Лым и гъусэу махъсыми иратт абы хэфурэ хъурейуэ кърагъэкIуэкIт. А автор дыдэм зэритхымкIэ, мэкъуауэгъуэм ипэ къихуэу унагъуэ къэс бжэн яукIырт. Унагъуэ къэс зэрыпсоуэ гъэва бжэныр къуажэкум яхьри Iэнэм тралъхьэ (нэхъыжьым и пащхьэ иралъхьэ). Апхуэдэу бжэн (мэл, щынэ) 50 къыщрахьэлIэ къохъу. ИтIанэ машхэ, махъсымэ ираф, къоуджхэ.
Тыхьым щыщ Iыхьэ тхьэм хуагъэтIылъу къокIуэ. Абы пэмыщIу тыхь пэлъытэу тхьэлъэIупIэхэм щагъэтIылъу къокIуэ Iэщэ, хьэпшып зэхуэмыдэхэр, уеблэмэ зекIуэм къраха къуентхъхэр.
Тыхьым къыдэкIуэу тхьэлъэIум къыщаIэт хабзэщ шхын зэмылIэужьыгъуэхэри. Къапщтэмэ, шхынри къоув тхьэхэм хуащI тыхьрэ тхьэхэм пэблагъэ зэрыхъу Iэмалу. Апхуэдэ шхыну къокIуэ пIастэ, хьэлывэ, дэлэн (дэлэнищ, хьэлджеищ – гъащIэмрэ дунеймрэ я «къатищым» пэбжу), махъсымэ сытхэр. ТхьэлъэIу шхын ягъэхьэзырахэм щыщу нэхъ пщIэ зиIэм, нэхъыщхьэ дыдэм зэреджэр 'тхьэлъэIупэ'щ. ТхьэлъэIумрэ шхынымрэ зэщIэтщи, шхэн ипэкIэ, санэ, махъсымэ ирафын ипэкIэ, тхьэм йолъэIу фIы къахуищIэну. ТхьэлъэIу шхыныр псоми яIухуэн хуейщ, тхьэм и нэфI псоми къащыхуэн папщIэ. ТхьэлъэIум хэмытхэми Iыхьэ хуащI, уеблэмэ сабийхэми я жьэм жьэдалъхьэ, сыту жыпIэмэ, апхуэдэу щIа шхыныр тхьэм пэблагъэ зэрыхъу Iэмалщ.
ТхьэлъэIум къыщокIуэ джэгу зэмылIэужьыгъуэхэри – удж, джэгу, шыгъажэ сытхэр. Джэгур зэм тхьэлъэIум хэпщIарэ абы къыгуэпх мыхъуу къокIуэ, зэм тхьэлъэIум пэщхьэхуэ зэштегъэу хуэдэу къокIуэ. Ауэ тIум щыгъуи тхьэлъэIум и зы Iыхьэрэ абы и къалэныр игъэзащIэу щытщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Щыблэуджыр. УджкIэ тхьэр зэриIэтым къинэмыщIа, уджым хэтхэр мэлъаIуэ Щыблэр жылэм къемыуэну, я гъащIэр къихъумэну. Уджри тхьэлъэIури зэщIэту къыщокIуэ гъатхэм ящIу щыта Вабдзэпэгъум. Абы хэт щIалэгъуалэр йоуджэкI Тхьэгъэлэдж гъавэ бэвкIэ елъэIуу. Жор джэгури бэвым хущIоджэ. Гъатхэм щIалэгъуалэм хьэуазэ мафIэ ящI, жорым (зи щхьэр жор сурэту щIа башым) хьэуазэ мафIэ фIэлъу губгъуэм къыщажыхь, мафIэм йолъэ, «Жор уэрэд» жаIэ. Мыр тхьэлъэIуу къежьэу джэгум хуэкIуэжахэм ящыщщ. Ауэ тхьэлъэIу лъэужьыр наIуэ дыдэу къыхощ: хьэуазэ мафIэм щриджэгукIи уэрэд щыжаIэкIи зэрахуэр гъавэ бэвщ.
Джэгу хэтщ нэгъуэщI тхьэлъэIухэми. Псалъэм папщIэ, вакIуэихьэжым шыгъажэ хэтщ. Джэгу хэтщ цIыхур лIэуэ сэдэкъэ щыхуащIкIи. Апхуэдэу адыгэм илъэс сэдэкъэ щищIкIэ икъукIэ цIыху куэд зэхуэсырти, тхьэлъэIум къыдэкIуэу шхын къаIэтт, шыгъажэ ящIт, къэбакъым еIэфIауэт.
Зэ щхьэкIэ къыпфIэщIынкIи мэхъу нэщхъеягъуэм (хьэдэIус сэдэкъэм) деж щащI джэгур (шыгъажэ сытхэр) къемыкIуу. Ауэ цIыхубэ щIэнхабзэм мыхьэнэ имыIэрэ пщIэншэу зыри къигъэщIыркъым. Къэнар псэун хуейщи, псэуныгъэм зетыжын зэрыхуейм и нагъыщэ мэхъу нэщхъеягъуэм и кIэм щащI шыгъажэ, джэгу сытхэр. Абы къинэмыщIауэ, ахэр лIам и цIэр зэрагъэлъапIэ Iэмалу щытщ. Мыри адрей джэгу-тхьэлъэIухэри къоув зы Iуэхум и пIалъэ икIыу нэгъуэщI Iуэхум и пIалъэ къызэрысам и нагъыщэу («Зыр лIэкIэ зым зилIэжкъым» жаIэ). Абы къинэмыщIа тхьэлъэIухэм ягъэнахуэ цIыху зэхэтыкIэр, пщIэ-щхьэ зэхуэщIыныр, жылагъуэ Iуэхур зэтес щIыныр.
Жылагъуэ зэхэтыкIэм зыщиужькIэ, тхьэр гъэзакъуэным (закъуэу къэлъытэным) щыхуэкIуэкIэ, цIыхур зэрылъаIуэми зехъуэж. Япэ щIыкIэ тхьэлъэIур цIыхум и гъащIэр къегъэлыным теухуамэ, и узыншагъэм дэщIамэ, абы и ерыскъым щIэлъэIумэ, иужькIэ ахэм къыщымынэу, зыкъомкIэ дэщIа мэхъу псапэмрэ гуэныхьымрэ, емрэ фIымрэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэ тхьэлъэIум хуэм-хуэмурэ зыщIешэ лъэпкъым къигъэщI гупсысэхэу цIыхугъэ, нэмыс, фIыщIэ, лIыгъэ сытхэр – цIыху зэхэтыкIэ дахэм хуэзыущий Iуэхугъуэхэр. Абы шэсыпIэ хуохъу дунейпсо динхэм я Iуэху еплъыкIэри.
Къэгъэсэбэпахэр
Авторхэм я архив. 2009, 2011, 2014 гъэхэм Тыркум ис адыгэхэм я деж Пащты Мадинэ къыщиугъуеяхэр.
Адыги, балкарцы и карачаевцы в известиях европейских авторов XIII – XIX в.в. / Составление, редакция переводов, введение и вступительные статьи к текстам В.К. Гарданова. Нальчик, 1974.Бгажноков Б.Х. Черкесское игрище (сюжет, семантика, мантика). Нальчик, 1991.
Адыгэ IуэрыIуатэхэр (адыгский фольклор). Налшык, Т.I – 1963, т.II – 1969.
Бгажноков Б.Х. Черкесское игрище. Нальчик, 1991.
Бгажноков Б.Х. Культ предков // Бгажноков Б.Х. Основания гуманистической этнологии. М., 2003. С. 178-184.
Люлье Л.Я. Черкессия. Краснодар, 1927.
Мафедзев С.Х. Обряды и обрядовые игры адыгов в XIX - начале XX в. Нальчик, 1979.
Меретуков К.Х. Адыгейский топонимический словарь. Москва, 1990.
Мижаев М.И. Мифологическая и обрядовая поэзия адыгов. Черкесск, 1973.
Мыжей Михаил, Пащты Мадинэ. Адыгэ мифологием и энциклопедие: тхьэхэр, лIыхъужьхэр, культхэр, нэщэнэхэр. Черкесск-Налшык-Мейкъуапэ, 2012.
Религиозные пережитки у черкесов-шапсугов. Материалы Шапсугской экспедиции 1939 года. Под ред. С.А. Токарева и Е.М. Шиллинга. Сб. научных студенческих работ. Вып.17. Этнография. М.:Изд. МГУ, 1940.
Хан-Гирей С. Черкесские предания. Нальчик, 1974.
***
Мижаев М.И., Паштова М.М.
Ритуальная структура традиционного черкесского молитвенного обряда
(по книге «Энциклопедия черкесской мифологии: боги, герои, культы, представления», Майкоп, 2012)
На материале исторических источников, монографий, полевых архивных материалов, в т.ч. собранных самими авторами, излагается семантическая структура архаического черкесского молитвенного обряда (тхьэлъэIу). Выделены такие составляющие как лексика молебна, пространство и время, число в ритуале, ритуальная атрибутика (жезлы, пища и напитки, др.), топонимические комплексы на территории исторической Черкесии, типы сакральных локусов, функции жреца, особенности жертвоприношения, гендер в ритуале, обрядовый хох (гимн, поэтическая молитва), обозначаются функциональные разновидности самих молебнов.
Mikhail I. Mizhaev, Madina M. Pashtova
The ritual structure of Circassian traditional prayer ceremony
(Based on «Encyclopedia of Circassian Mythology: Gods, heroes, cults, beliefs», Maykop, 2012)
Using the materials of historical sources, monographs, gained archival materials (including those collected by the authors themselves), the authors recount the semantic structure of archaic Circassian prayer ceremony. They pointed out such components as the lexis of public prayer, its place and time, the number in rite, sacral attributes (rods, food and drinks, etc.), toponimical complexes on the historical territory of Circassia, types of sacral locuses, functions of priests, pecularities of sacrifices, the role of gender in a rite, ritual khokh (a hymn, a poetical prayer). They also mark functional variety of prayers.
Иллюстрация к книге Тебу де Мариньи "Три путешествия по Черному морю на побережье Черкесии"
Ц1ыху-ц1ык1ум, жылэу, АДЫГЭУ зилъытэжу, АДЫГЭ ХАБЗЭК1Э-АДЫГАГЪЭК1Э псэун зэрищ1идзэрэ, ТХЬЭ ЗАКЪУЭУ, ЛЪАП1ЭУ, ЛЪАГЭУ ИНЫМ и НЫ1ЭМ Щ1ЭТЩ!!! ТХЬЭР ЗАКЪУЭЩ, ГЪУСЭ И1ЭКЪЫМ!!! ПСАТХЬЭ, ТХЬЭГЪЭЛЭДЖ, МЭЗЫТХЬЭ.... ТХЬЭПЭЛЪЫТЭХЭЩ!!! Нэгъуэщ1 ХАБЗЭ-ДИН уихьамэ, къэпщтамэ, УАДЫГЭЖКЪЫМ!!! АДЫГЭМ, зейк1, чырестан, муслъымэн диныр къищтакъым ик1и къищтэнукъым! АДЫГЭМ, АДЫГАГЪЭР, ТХЬЭМ къыхилъхьауэ, ХАБЗЭР хэлъу, игъэзащ1у и бзэр ищ1эу, иригушы1эу (ирипсалъэу), АДЫГЭУ мэпсэу, иудаистхэми (журтхэми), чырестанхэми, муслимэнхэми, будистхэми, Пщ1эрэ Щ1ыхьрэ хуащ1у, МЭПСЭУ!!! Будистхэм мыхъумэ, адрейхэм БЗАДЖЭНАДЖАГЪЭК1Э, АДЫГАГЪЭМ дыкъыхашыну пылъэхэщ, ТХЬЭУЭ ЗАКЪУЭМ къахуидэкъым!!! Тхыгъэр, шыпсэу зэхэлъщ, ар зытхахэри, ди ХАБЗЭМИ, ди БЗЭМИ, я ГУРИ, я НЭРИ хущыпхащ!!! Аращи, ТХЬЭУЭ ЗАКЪУЭМ и НЫ1ЭМ дыщ1эту, АДЫГЭУ ДЫВГЪЭПСЭУ!!!
Мадина, миф по-черкесски, псысэ.
Я думаю не стоит заниматься упрощенчиством. Любое утверждение должно основываться на научных фактах, общепринятых правилах, понятиях и терминах. В данном случае, есть четкие определения таких понятий как МИФ и ПСЫСЭ.
МифБольшой энциклопедический словарьМИФ (от греч. mythos - предание - сказание), повествование о богах, духах, обожествленных героях и первопредках, возникшее в первобытном обществе. В мифах переплетены ранние элементы религии, философии, науки и искусства. Мифам разных народов присущи сходные и повторяющиеся темы и мотивы. Наиболее типичны мифы о происхождении мира, Вселенной (космогонические мифы) и человека (антропогонические мифы); о происхождении солнца (солярные мифы), луны (лунарные мифы), звезд (астральные мифы); мифы о животных; календарные мифы и др. Особое место занимают мифы о происхождении и введении культурных благ (добывание огня, изобретение ремесел, земледелия), а также об установлении определенных социальных институтов, брачных правил, обычаев и обрядов. Для мифов характерно наивное очеловечивание всей природы (всеобщая персонификация). В первобытном обществе мифы - основной способ познания мира, опирающийся на своеобразную логику (нерасчлененность, тождественность субъекта и объекта, предмета и знака. ПСЫСЭ (Словарь Кабардино-Черкесского языка. / Институт гуманитарных исследований КБНЦ РАН/. 1999 г.ПСЫСЭ 1. Притча, сказка / ЩIагъыбзэкIэ зыгуэрым ухуэзыгъэIущ хъыбар; къэгупсыса лIыхъужьхэмрэ къэхъуакъэщIахэмрэ теухуа IуэрыIуатэм и произведенэ. Псысэм едэIуэн. 2. зэхь. выдумка, небылица / ПцIы къэгупсыса, къэхъункIэ фIэщщIыгъуей Iуэху. Псысэщ а жыпIэр! Куэдрэ псысэ къысхуомыгъэкIуэкI!Никогда раньше не приходило в голову, а тут возник вопрос: как себе представляли царство мертвых адыги в доавраамические времена. Наверное, примерно как у греков все было...
Ришелье, В Нартах описано в нескольких местах. Судя по тому что помню, он не сильно отличается от мира живых, только подземный. Правда, момент, когда Сосруко видит во дворе перед поездкой на последнюю Хасу всякие ужасы, что некоторые исследователи считают его временным перемещением в мир мертвых, - сильно выбивается из прочих. Авраамическое ли тут влияние или эллинистическое - мне трудно сказать.
У меня есть издание 74 года, но там, если не ошибаюсь, ничего не было такого. Наверное идеологически вредным посчитали. ) В сети есть где про это почитать?
Ришелье, Не знаю. Но в подземный мир спускались нарты, в том числе, на орле.