ДАХ-р сыт Зезыхуэр?

Ик1и Кавказым езым ик1и Урыс Федерацие псом къыщытэдж националист къэхъу-къэщ1хэм я щхьэусыгъуэр Урыс Федерацием езым и централист, ц1ыхухэр зыкъуз, Урыс империем къыщ1эна лъэпкъхэр зык1э зымыдэ, махуэ къэск1э нэхъык1эу къыхэщ фашист пэлъытэ щытык1эхэрщ.

Дунеипсо Адыгэ Хасэр (ДАХ) апрелым и 30-м 2014 гъэм Хэкуми Тыркуми щыпсэу Адыгэхэр зыгъэп1ейтея зы 1уэхум яужь ихьащ.1 1уэхур зытетыр нэхь тэрэзу къыдгуры1уэн щхьэк1э пэщ1эдзэу 1уэхум и къежьэп1эм зэ хэплъыхьын хуейщ.

ДАХ-м 2014-м, январым и 17-м Урысей Федерацэм и Президентым и 1эпэ зыщ1элъ зы унафэм тет фондым ек1уу зы проект игъэхьэзыращ. Ахъшэ 1уэху зезмыхуэ, сивил организацэхэм папщ1э къырагъэжьа мы программэр зыхуэунэт1ар «социалнэ лъэныкъуэк1э нэхьыщхьэ проектхэр ик1и цыхубэмрэ хэкуэгъухэмрэ я хьэкъхэмрэ я хуитыныгъэмрэ хъумэным хуэунэт1а проектхэм щ1эукъуэныращ.»2

Проектым и ц1эр мырдыдэращ: “Информационное противодействие этноцентристской идеологии в сети Интернет” (укрепление толерантных отношений между народами России в Северо-Кавказском регионе путем противодействия пропагандистской деятельности националистических организаций)”. Етноцентрист идеологиемре национализмэмрэ пэщ1эувэным хуэунэт1а мыхуэдэ зы проектым дегъэщтэныр, дэ1ыгъыныр демократиер зи ф1эщ хъу, лъэпкъхэм я зэкъуэшыныгъэрэ я зэхуэдэныгъэрэ зи ф1эщ хъу ц1ыху псоми я къалэн хъун хуейуэ къысщохъур. Ауэ, ДАХ-м иджы къэсыху жи1ахэмрэ ищ1ахэмрэ деплъымэ а къалэн зи гугъу тщ1ам езыдыдэм къыхэк1ыу, ДАХ-р нэгъуэщ манипулацие 1уэху гуэр яужь ихьауэ къытщызгъэхъун щхьэусыгъуэ куэд щы1эщ.

1уэхум и ДАХ лъэныкъуэм дыхэмыхьэ япэ етноцентризмыр зи1исым зэ деплъмэ нэхъыф1щ. Етноцентризмыр к1эщ1у жыт1эмэ «адрей» етник» гупхэр езым и псэук1эм еплъытэурэ къэхутэн ик1и нэгъуэщ1хэм емыщхь къудейуэ ахэм нэхърэ нэхъ лъагэу къэлъытэныращ. Псалъэм папщ1э, блъагъэхэр зэрышэжыным лъэпкъ шхьэхуэхэ къэс зэзыхъуэк1 зы ц1ыху зыхэтык1э щхьэхуэм уемыплъу, я благъэ къэзышэж лъэпкъхэм “1ей”, адыгэхэм хуэдэу къэзмышэжхэм «ф1ы» ящ1у къэлъытэным хуэдэ къабзэу. Адэк1э, мыбы щэнхабзэм и зыукъуэдииныгъэмрэ, гупым и зыхьумэжыныгъэмрэ и 1уэху зырыхэлъми шэч хэлъкъым.

Зык1э мыщ1агъуэ етноцентризмыр нэхъри нэхъык1э зыщ1ыр ц1ыху зыхэтым зэрепхаращ. Ц1ыхухэм я зехьэзешэр къуэдыщэ щыхъуа модерн зэхэтык1эм, хамэ гъэбииным (зенофобия, ксенофобия) игъусэу етноцентризмым залымыгъэ потанциал гуауэ к1уэц1ылъщ. Дунепсом и дэтхэнэ лъэныкъуэми къыщыхъу хамэ гъэбииным къыхэк1 нэрыбгэ е ц1ыхубэ ук1хэм къыдегъэлъагъу мы ц1ыху зэхэдзыр зыдынэсыфынур.

Иджы ди 1уэху нэхъыщхьэмк1э, ДАХ-мрэ зигугъу тщ1а проектымк1э зыкъэдгъэзэжмэ… Къызэрыхэщымк1э, ДАХ-м етноцентризмэм пэщ1эувэну мурад ищ1ащ. Мы пэщ1эувэныгъэм къик1ыр интернетым иту адыгэхэм теухуа пхэндж, пц1ы гуэрхэм пэщ1эувэныращ. Мы пхэджхэмрэ пц1ыхэмрэ къызыхэк1ри адыгэхэм зэрахьэ сайтхэрауэ къэлъытэ ДАХ-м. Ауэ, пэжыр мырау п1эрэ?

Щачэ къалэм езбы и официал интернет сайтым Щачэ и тхыдэм тэухуауэ мыхэр итщ3:

Урысыдзэхэр къэмык1уэ япэ адыгэхэр щыпсэуащ. Пасэрей тхак1уэ гуэрхэм мыхэм ц1ыхухэм ялъ изыгъэж хъунщ1ак1уэхэ жа1эу я гугъу ящ1ыж ик1и Византие тхыдэтххэм щхьэк1э Щачэ и ц1ыхухэр хужа1эж. Мы ц1эм иджылызхэм я жы1эк1эк1э еджэу Саши е Сачи жып1э хъунущ. Мы щ1ып1эмрэ псышхуэмрэ, Убыххэмрэ я ц1эр мыращ къызытек1ар. Урыс империем, мы щ1ып1эм щыпсэууэ Тырку къэралъым пщыл1рэ ц1ыхурэ езыщэ шапсыгъхэр мыбы щыпсэуну хуит ищ1акъым. 1838 илъэсым щ1ыгум къытехьа хы-дзэл1хэм Щачэ и тхыдэм напэк1уэц1 щ1эрыпс щыз1уахащ. Быд1ап1эхэр къызыщ1энар «горец»хэращ (бгырысхэращ). Мыхэм яп1эи Урысхэмрэ нэгъуэщ1 щ1ып1эхэм къик1ахэмрэ къиуващ. (Сайтым къыщисхар 02.03.2013 махуэращ)

Мы тхыгъэм къегъэлъагъуэ Урыс национализмэр Урыс къэралым и органхэм зэрыхэхьам и кууагъыр. Адыгэ диаспорэм къа1эта псалъэмакъ къом щы1э пэтрэ ДАХ-р напэншагъэк1э зыпэ1а 2014 Сочи Олимпхэр щек1уэк1а, адыгэм и лъапсэ щыраха Сочи къалэм и официал сайтым адыгэхэр къызэригъэлъэгъуар «ц1ыхухэм ялъ изыгъэж хъунщ1ак1уэхэущ». Мыр «пасэрей тхак1уэ гуэрхэм» зэрыжа1ам занщ1эу гу лъызытэн гуэрхэри къыхэк1ынк1э 1эмалыншэщ. Пэжщ, ауэ нэхъ тегупщысыхьапхъэр тхак1уэхэм адыгэхэм щхьэк1э жа1ауэ мыбы нэхъ зыри зыримытыращ.

Къык1элъык1уэр нэхъык1эжщ. Адыгэхэм 19-нэ л1эщыгъуэм къыращ1а, ц1ыху зэхэдзым и нэхъ 1ейдыдэ зифэ лъапсэрыхым и щхьэусыгъуэу итыр, «мы щ1ып1эм щыпсэуа ц1ыхухэм Тырку къэралъым пщыл1рэ ц1ыхурэ зэраращаращ». Лъапсэрыхым иужьк1э Щачэ и тхыдэм щыза1уаха напэк1уэц1 къабзэми быдэу игугъу ящ1ыр.

Мы щапхъэ закъуэмрэ, ДАХ-м Щачэ Олимпхэм теухуауэ нэрылъагъуу жи1ахэмрэ Щачэ Олимпхэм хуэоппозицэхэр игъэкъуэншэн щхьэк1э ищ1ахэмрэ дигу къагъэк1 зигугъу тщ1а проектым елъыта упщ1э куэд. Мыхэр зыри умылъагъунэпц1 зыпщ1рэ, ущыпсэу щ1ыналъэм къыщыхъу етник проблэмэхэр къызыхэк1ыр уэр нэмыщ1 организацэхэу бгъэлъагъуэныр къэхъу-къащ1эр щ1элъэфэн, Урыс Федерацием и пкъым нэса етноцентрик идеологиер 1эщ1ыб щ1ыным нэмыщ1 зыми щхьэпэнкъым.

 

 1 http://grants.oprf.ru/grants2014-1/zhurnal/rec4350/

 2 http://grants.oprf.ru/grants2014-1/

 3 http://english.sochiru.ru/o-gorode/istoriya-sochi

 

Guşıps


Комментарии 2

  1. Бэслъыней  16 сентября 2014, 10:15 0

    Дэхэдэдэу псоури къэптхашъ, арашъ 1охур зытетыр, зиусхьан Эрдоган, упсэу!

  2. ДАХ-ыр БЗАДЖЭНАДЖЭМ (ШЕЙТ1АНЫМ) зэрехуэ, АДЫГЭХЭР ГЪАЩ1Э МАХУЭМ хущ1окъу! ТХЬЭМ жи1эмэ, ЛЪЭПКЪРИ, ХЭКУРИ зэрыубыдыжынущ!!! АДЫГЭХЭР, ТХЬЭ ГЪУЭГУМ техьэжащ! ТХЬЭМ бзаджнаджэхэр, АДЫГЭХЭМ пы1эщ1э ИЩ1!!!

    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.