Кобанэр, ИЩИКъ-ыр (Ирак-Щам Ислам Къэралъыгъуэ), Адыгэ Гупсысэк1эхэр

Кавказым къик1ахэм хьэрып псэуалъэм деж иджыри зы роль къыхуаунэт1агъэххэщ: я тепщэхэм щхьэк1э е зегъэук1ын, е ц1ыху ук1ын. Сыт къытхуиухами! Ат1э мы псори гъэунэхунымрэ яхуэсакъынымрэ гугъущ ик1и дэ ди лъэк1ыныгъэ мащ1э1уэр мы псоми я т1асхъэр къыщ1эгъэщыным хурикъункъым. Ауэ зы пэж гуэр щы1эщ: адыгэхэм къыхуиухамрэ ик1и хьэрып хэгъэгум, ик1и дунейм и дэнэ лъэныкъуэмк1э щыпсэу адрей лъэпкъ тхьэмыщк1эхэм къыхуиухар зыщ.

Иракымрэ Сириемрэ щагъажэ лъымрэ ц1ыхугъэншэу зырахьэхэмк1э куэд щ1ауэ дунейм зи гугъу щезыгъэщ1 ИЩИКъ-ыр курд ц1ыху бжыгъэшхуэ щыпсэу Кобанэм 1эщэ хьэлъэхэмк1э теуэу къызэрыщ1идзэрэ зы мазэ ирикъу къудейщ. Кобанэр ик1и ИЩИКъ-ым ик1и Сирие Курдистаным (Рожава) щытет Курд парт PYD-м (Партия Демократический союз) хуабжу ягъэлъап1э. Аращи ИЩИКъ-ыр къалэр зы1эригъэхьэн, PYD-ри зы1эщ1имгъэк1ын щхьэк1э я къару зэрырикъук1э мэзауэ.

Кобанэр Тырку къэралъыгъуэми щ1игъэлъэп1эн щхьэусыгъуэ куэд щы1эщ. Мыбы къыщыхъухэм Тыркум и социалнэ-политик щытык1эр къызэщ1егъэтаджэ. Махуэ зыбжанэ блэк1ам къыщыхъея пэк1ухэм ц1ыху 30-м нэхъыбэ ил1ык1ащ, щ1ып1э куэдым хьэргъэшыргъэ къыщыхъуащ, къалэ-район зыбжанэм ц1ыхухэр уэрамым къыдэк1ыным хуимыт ящ1ащ, ит1ани щ1ып1э зыт1ум дзэр хъумак1уэу щагъэуващ. Щыпэк1ухэм щыгъуэ ц1ыхухэр зэзэмызэ 1эщэк1э зэуащ, ц1ыхухэм нэхъыбэр зырыл1ык1ари мы 1эщэхэм къик1а шэхэращ. Къэралыгъуэ Зэгуэтхэм (UN) я хэхэс 1уэхухэр езыгъэк1уэк1 гупым и л1ык1уэ Адриян Едуард зэрыжи1амк1э, ИЩИКъ къытемыуэ япэ ц1ыху 400.000 хуэдиз зыщыпсэуа Кобанэм къик1ыу Тыркум къэ1эпхъуахэм я бжыгъэр 172.000-м нэсащ. Мыхэм я зы 1ыхьэшхуэри зыдэщы1эр Суручрэ и гъунэгъухэмрэ щыпсэу я блъагъэхэращ. Кобанэмрэ Суручрэ зы къалэм и хьэблит1 хуэдэхэщ. Ц1ыху щыпсэухэм инэхъыбэр зэрыкурдым къинэмыщ1у, благъагъэк1и хуабжьэу зэхэщ1ыхьахэщ. Журналист Таштекин Фехьим и жы1эк1эк1э, Кобанэ зыгуэр дунейм щехыжмэ, и жэназы нэмэзыр щащ1ыр Суручращ.

Адэк1э, Тыркум щы1э курд ныкъуэкъуэгъухэр япэ иту, правительствэм еныкъуэкъу гуп куэдыр, ИЩИКъ дэщ1 политикэ зэрызэрихьэм и щхьэусыгъуэк1э AKP-ым (Тыркум и правительствэр зы1ыгъ парт) хуабжьэу пэщ1этщ. Мы къомыр къыщыхъук1э, «дэ адыгэхэр 1уэхум дауэ дызэреплъыр?» жыт1эу дызыщ1эупщ1эжын хъумэ, иджы къэс къызэрык1уа къабзэу, «хэгъэгур зэ1ызыщ1э курдхэм дапэщ1эува» хуэдэщ. Аращи, адыгэ организацэхэм 1уэхум теухуауэ зызк1уэц1агъэнауэ щытщ. Социаль медиам, «курдхэм я мурадыр пэк1укъым, утыкур зэ1ыщ1энщ» жызы1э адыгэ куэд щы1эщ. Ныт1э зэрыхъун хуейр ара? 1уэхум елъытау ди щытык1эр дау хъумэ дэрк1э нэхьыф1?

Т1эк1у дызэ1эбэк1ыжрэ, пэщ1эдзэ тщ1ымэ нэхъыф1 хъун хуэдэщ. Сирие зауэр къызэрыхъейрэ, мы къэралыгъуэм щыпсэууэ къалъытэ адыгэ 60-80.000 хуэдизым щыщу 14.000 хуэдизыр (къызэрытф1эщ1ымк1э) Тыркум (6.000), Иорданым (4.000), Урысей Федерацэм хэт Адыгэ Республикэхэм (1624), нэгъуэщ1 къэралыгъуэхэми 1эпхъуахэщ. Тыркум къызэрык1уар я ц1ыхухэм и нэхъыбэм организацэ щхьэхуэхэр дэ1эпыкъуащ, адыгэ унагъуэхэр дэ1эпыкъуащ, мыхэм я зы 1ыхьэр Тырку псэук1эм ирагъэсащ. Адыгэ хэхэсхэм языныкъуэри Низип щы1э хэхэс кампым ирагъэт1ысхьащ. Иорданым щы1эхэм я щытык1эри Тыркум щ1агъуэ щхьэщихкъым. Хэкум к1уэжахэр жып1эмэ, ахэм я 1уэхур т1эк1у нэхъ зыхэхыгъуейщ. Урысей Федерацэр, зэик1 зы1ухауэ жимы1эми, Сирием (нэхъ пежу жыт1эмэ, дэнэк1эи) къик1ыжыну адыгэхэм хуейкъым ик1и мыр къемыхъул1эн щхьэк1э хузэф1эк1 псори ещ1э. Зауэм хигъэзыхьа адыгэхэм, сыт щыгъуи хэт щхьэк1и щы1э визэ процедурэр паубыд; зыгъэзэжхэм къэралыгъуэр дэ1эпыкъуркъым; ц1ыхухэм янэхъыбэр санаторийхэм гугъуехь пылъу щопсэухэр. Унэ щ1эт1ысхьэфа «насыпыф1эхэми» адрейхэми зэрылэжьэфын 1эмал я мащ1эщ.

Зауэм и къежьап1эм 1эмалыншагъэ куэд хэта пэтрэ, икъук1э лажьэурэ Сирие къик1ыжахэм ядэ1эпыкъуа Пэрыт Хасэр хъуар зыми имыщ1эу суд ящ1ри ягъэбыдэжащ. 1уэхум теухуа куэд жып1эфыну щытми, к1эщ1у жыт1эмэ, хэкум к1уэжа Адыгэхэми я щытык1эр ф1ыкъым. Сириемк1э зыдгъэзэжынщи; иджыпсту ИЩИКъ-ым и1ыгъ щ1ып1эхэм Адыгэ т1ысып1ит1и яхэтщ: Мунбыдж’рэ Ракка’рэ. Ракка адыгэхэм нэмыщ1 шэшэн куэди щопсэу. Сирие нэхъ адыгэ куэд щыпсэу щ1ып1эхэм зыуэ щыт Хъэнасырыр ИЩИКъ-ым 1эщ1элъ щ1ып1эхэм ф1ыуэ зэрыпэгъунэгъум къыхэк1ыу сыт щыгъуи шынагъуэ хэлъщ. Мы псом нэхърэ нэхъ 1ейр иджы къэс жыт1ахэм хуэмыдэ гуэрхэр къызэрыхъуращ. Зауэр къызэрыщ1идзэрэ Кавказ хэгъэгухэм ик1ыу «джихад» ирагъэк1уэк1ыну Сирие к1уа шэшэнхэмрэ адыгэхэмрэ зэрыщы1эр дощ1эгъэххэ. Зи гугъу тщ1ахэм я зыбжанэм я видеохэр интернетым щыбгъуэтыныр гугъукъым. Ауэ псом нэхърэ нэхъ гуауэр мыхэм ящыщ гуэрхэм Тыркум дэ1эпэгъу зэрыщагъуэтым теухуа псалъэмакъхэращ. Мы махуэхэм зыгуэрурэ «къытырагъэхьэурэ» Сирием щек1уэк1 зауэм ягъак1уэ Кавказхэм теухуа псалъэхэр нэхъыбэу зыхэтхыу хуежьащ. Мы псалъэхэм я зы 1ыхьэри разведкэм пыщ1ащ.

Аращи, Кавказым къик1ахэм хьэрып псэуалъэм деж иджыри зы роль къыхуаунэт1агъэххэщ: я тепщэхэм щхьэк1э е зегъэук1ын, е ц1ыху ук1ын. Сыт къытхуиухами! Ат1э мы псори гъэунэхунымрэ яхуэсакъынымрэ гугъущ ик1и дэ ди лъэк1ыныгъэ мащ1э1уэр мы псоми я т1асхъэр къыщ1эгъэщыным хурикъункъым. Ауэ зы пэж гуэр щы1эщи ари адыгэхэм къыхуиухамрэ ик1и хьэрып хэгъэгум, ик1и дунейм и дэнэ лъэныкъуэмк1э щыпсэу адрей лъэпкъ тхьэмыщк1эхэм къыхуиухар зыщ. Адыгэхэм ящхьэ кърик1уэнур Сирием щыпсэу – хуейм иречристэн, хуейми иресуннит муслъымэн, ирехьэлэуи, ирешии, е иреезиди – ермэлыхэм, курдхэм, хьэрыпхэм, тыркумэнхэм ящхьэ кърик1уэнуращ. Абы щхьэк1э ц1ыхугъэм езауэ ИЩИКъ-ым ебгын, курд лъэпкъыр ИЩИКъ-ым нэхъри тегъэгушхуэн, зырихьэ политикэ пхэнжхэмк1э зауэр зыгъэгуащ1э AKP-м и политикэхэм пэщ1эувэныр ц1ыхугъэм къызэрек1у хуэдэ къабзэу, адыгэхэмк1и политикэ захуэ хъунущ.

 

Guşıps

 

Photo: Тырку зауэл1хэр Суруч, Тыркум и гъунапкъэхэм, зы танкрэ зы бронемашинэрэк1э Кобанэ теуэхэм къагъэтэдж гъуэзым еплъу щытхэщ. Сирие, октябрым и 9-м. 

Lefteris Pitarakis / AP


Комментарии 1

  1. местный  11 октября 2014, 21:09 0

    даёшь больше статей на черкесском!
     

    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.