«Адыгэ лъэпкъ гъэкlуэдыр Тыркуми Урысыми къащтэн хуейщ» же1э Кафедым и лэжьакlуэм.

Тырку къэралыр лъэпкъ ц1ык1ухэм къады1эпыкъун дэнэ къэна нэхъри асимиласион зэрищ1ынум хэтщ.

Мэмрэш Умар Юрист Каффедым и лэжьак1уэ Тыркум Анкара къалэТыркум деж Адыгэ бэдаушым зэпымыуу утыкум къыралъхьэ Адыгэ лъэпкъ гъэк1уэдыр Тыркуми къищтэн хуейуэ, абы нэмыщl иужьырей махуэхэм анэдэлъхубзэм, Адыгэ алыфбейм теухуа псалъэмакъ къаlэтауэ щытщ. 

lуэхугъуэм теухуауэ, Тыркум щыlэ Адыгэ зэгухьэныгъэхэм я нэхъыщхьэу щыт Каффед зифlэщыгъэц1э Федерасионым и лэжьак1уэ, Юрист Мамрэш Омер Хуитыныгъэ радиом и микрофоным къедгъэблэгъащ, Тырку хьукумэтым сыт хуэдэ лэжыгъэкlэ зыхуагъазэрэ, мис апхуэдэ упщlэхэмкlэ.

Мэмрэш Умар: Тырку къэралыр лъэпкъ ц1ык1ухэм къады1эпыкъун дэнэ къэна нэхъри асимиласион зэрищ1ынум хэтщ. Европа зэкъуэтым хэхьэну 1уэху зэрыхъурэ т1эк1у и политикар ихъуэжащ нэхъ къыдды1эпыкъу хуэду щытыми ищ1э щ1агъуэ щы1экъым. Ахъшэк1э дэ1эпыкъуныгъэ куэд имыщ1эу щытщ. Културэмкэ министерствар лъэпкъц1ык1ухэм абы теухуауэ къады1эпыкъунур и къэлэнщ ауэ ар игъэзащ1экъым. Адрей министерствахэри апхуэдэщ. Адыгэхэм зхьи, адрей лъэпкъ мащ1эхэми щхьи зыри ящ1экъым. Каффед Адыгэ зэгухьэныгъэр Тыркум и гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэк1э министерствэм бзэм теухуауэ долажьэр. Културэмк1э министерствам дызыхуейм хуэдэу зы жэуап къа1ытхыфакъым. Абы нэмыщ1 хьукумэтым и партыми допсалъэр, анэдэлъхубзэри адрейхэми теухуауэ зэхъуэк1ыныгъэ щ1ын зэрыхуейр, ахэр езым я къэлэну зэрыщытыри яжыдо1э.

Хуитыныгъэ радио: Умар Адыгэм и лъэпкъ гъэк1уэдыр Тыркум къищтэн щхьа Каффедым зы лэжьыгъэ евгъэк1уэк1ырэ?

Мэмрэш Умар: Адыгэм и лъэпкъгъэк1уэдыр Тыркуми нэмыщ1 адрей лъэпкъхэми къабыл ящ1ын хуейщ. Мы лъэкъгъэк1уэд 1уэхур т1эк1и сиясиуэ (Политик) щытщи хуэсакъын хуейщ. Ермэлы лъэпкъгъэк1уэд 1уэхур дыдем и пащхьэм къагъэт1ылъу ари дэ тф1эф1къым. Урысейм и Президент Путинырэ, Тыркум и Президент Эрдогъанырэ Ермэлы 1уэхум щхьа т1эк1у щызэныкъуэкъуам ди Адыгэ лъэпкъ гъэк1уэд 1уэхури т1эк1у ятхащ, утыку къихьат ауэ Ермэни лъэпкъ гъэк1уэдымрэ Адыгэ лъэпкъ гъэк1уэдымрэ зыпэдгъэувыну дэ дыхуейкъым, абы дэ ди лъэпкъэк1уэдыгъэ 1уэхум и зэран къек1ынущ. Адыгэ лъэпкъ гъэк1уэдыр Урысыми Тыркуми едгъэдэну дытолэжьыхь абы нэмыщ1 лъэпкъыбэ зэлъыкъуэувахэми едгъэдэну апхуэдэ лэжьыгъэ идогъэк1уэк1.

Тыркум деж Адыгэ зэгухьэныгъэ пщlы бжыгъэхэр щыlэщ, ахэм щыщу Адыгэ зэгухьэныгъэ 50-м щ1игъур зыхэт  Каффедыр дунейпсо Адыгэ хасэми хэтщ.

 

Хуитыныгъэ радио


Комментарии 2

  1. Бэслъыней  09 мая 2015, 22:40 0

    Умар 1оху гъугъ зыхуи1орэр, 1оху лъап1э адыгэхэмк1э, абы мэгъан и1эшъ.

  2. Цацэ  10 мая 2015, 02:49 0

    Тыркум ис адыгэхэр фыхъые, Умар хэдэ код диэн хуейшъ

    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.