«Адэ-анэхэм къагурыIуащ я сабийхэм адыгэбзэр зэраджын хуейр»
Зэман гуэркIэ узэIэбэкIыжмэ адэ-анэхэм я нэхъыбэм я быным хамэ къэралыбзэхэр ирагъащIэмэ нэхъ къащтэт, гъащIэм ар нэхъ къагъэсэбэпыфыну жаIэти. Иужьырей илъэситI-щым Iуэхум зызэрихъуэкIауэ къелъытэр Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз къуажэм дэт еджапIэм адыгэбзэр щезыгъэдж Шэрджэс Расьят.
Шэрджэс Расьят илъэс тIощIым щIигъуауэ Хьэбэз и езанэ курыт еджапIэм адыгэбзэкIэ ирегъаджэр, лэжьыгъэ ин ирегъэкIуэкI сабийхэм бзэр, хабзэр ящIэу къэтэджыным папщIэ. Расьят къызэрилъытэмкIэ иужьырей зэманым цIыхум нэхъ къагурыIуэ хъуащ я лъэпкъыбзэм и мыхьэнэр. ДевгъэдэIу егъэджакIуэм жиIэм.
Шэрджэс Расьят: Иджы дыкъоушыж жыпIэ хъунущ, атIэ бзэми я гупэ хуагъэзэжащ, сыхьэт бжыгъэхэри зэрагъэзахуэ, адыгэбзэр мыкIуэдыжыным нэхъ зеттыжауэ щытщ. Адыгэбзэр нэхъ Iэпэдэгъэлэл хуэдэу щыту хъуати, иджы апхуэдэу щытыжкъым жысIэфынущ. Нэхъ мыхьэнэ адэ-анэхэм ирату хъуащ. Япэм адыгэбзэр гугъущ, едгъэджэнукъым жаIэу щытамэ, иджыпсту а упщIэр щытыжкъым. Иджы зэрыщытыр – адыгэбзэр гугъущ, ауэ сабийхэм яджын хуейщ жоуэ. Иджы унагъуэщIэхэм апхуэдэ гупщысэкIэ зэраIэр зи фIыщIэр Адыгэ Хасэрауи щырырет, щэнхабзэмкIэ Iуэху екIуэкIырауи щырырет, егъэджакIуэрауи щырырет, дызэдолажьэ. Хабзэ закъуэмкIэ ар пхуэщIэнукъым, е адыгэбзэ дерс закъуэмкIэ ар пхуэщIэнукъым. Адэ-анэм унагъуэм и деж щыхалъхьэм дэ дэIэпыкъуэгъу дызэхуэхъужурэ, адыгэ сабийр дэ дызэрыхуейм хуэдэу хабзэм щIэту дгъэпсын хуейщ.
Хуитыныгъэ Радио: Иджырей адэ-анэхэм я сабийхэр адыгэбзэ нэхъ ирагъэджэну хуейуэ жыпIащ, атIэ езы еджакIуэхэр даурэ а Iуэхум зэреплъыр?
Шэрджэс Расьят: Сабийхэр етхуанэ классым нэсыху зы егъэджакIуэм иIыгъуу и щыIэкIэри ицIыхуу къокIуэр. Етхуанэ классым къыщыкIуэм, псори егъэджакIуэ зэрызым IэщIохьэр. Абдежым сабийхэр нэхъ щтэIэщтаблэу щытщ. Ауэ атIанэ дехьэххэр, абы щхьэкIэ хуабжьу лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэр ядебгъэкIуэкIын хуейщ. Мис еджэн зэрыщIэддзэжрэ мазитI хъуакъыми, Фащэм и Махуэм жыджэру дыхэтащ. Тхьэмахуэ ипэ иту яжетIати, адэ-анэхэм уэрамым сырагъэкIуэжтэкъым Фащэр даурэ зэрыщытын хуейр? Сыт ящыгъын хуейр? – жаIэурэ. Сыту жыпIэмэ, хуейхэт я сабийхэм а фащэр ящыгъуу утыку ирашэну. Ар ехъулIэныгъэшхуэщ. Уи фащэр пщыгъуу утыку ихьэну ухуейуэ уи сабийр, абыкIэ адыгагъэр хыболхьэхэ. Ауэ псоми зэхуэдэу яфIэфIу йоджэ жыпIэмэ, ар щхьэгъэпцIэжщ. Ауэ хуейхэ сабийхэр. Зэрыгугъур яцIыху, ауэ хуейхэщ. Сэ адыгэбзэр гугъущ жоуэ жысIэнукъым, адыгэбзэр дахэщ. ТIэ тIэкIуи къогугъуэкIынущ, гъащIэри гугъущ, ауэ допсэу.
Шэрджэс Расьят сабийхэм ядыригъэкIуэкI лэжьыгъэм гулъытэ къыхуащIри нэгъабэ щагъэлъэпIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ и Адыгэбзэ Хасэм, фIыщIэгуапэ тхылъи къыхуагъэфэщащ.
Налшыч къикIыжа нэужь, Расьят гупщысэ къыхуэушащ Адыгэбзэ Хасэм и къудамэ Къэрэшей-Шэрджэсым къыщызэригъэпэщыну.
Абы хэлэжьэну гупи къыхэщащ. Расьят зэрыжиIэмкIэ, Iуэхугъуэ дахэ куэд ирагъэкIуэкIыну къапэщылъщ Хасэм, а псоми жыджэру, яфIэфIу холэжьыхь еджакIуэхэр.
Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск.
Тхьауегъэпсэу Расьят ! Опходэхэр арашъ тызыщыгугъурэр. Тхьам жи1эмэ а гугъум тыхэк1ыжьыну. Ц1ыхуми уадэлъэжьэн хуейшъ, ахэри сабыим ходэ хъуашъ. Тхьауегъэпсэу Маринэ ори а 1охур къызэрып1атагъэмк1э. Узынчъэу!