Адамокъуэ Елбэрд: «Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьэк1эр зэхъуэк1ын хуейщ»

Адамокъуэ ЕлбэрдХуитыныгъэ радио: Елбэрд, дауэ къыпщыхъуа Хасащхьэм и иужьырей зэхуэсыр зэрек1уэк1ар. Сыт хуэдэ 1уэхухэр зэф1эфха?

Адамокъуэ Елбэрд: Ди 1уэхур апхуэдизу зэхэтхъуащи псори зэф1эк1къым. Лэжьыгъэр зэхэплъхьэжмэ сыхьэтищ нэхъыбэ дылэжьакъым. Къек1уэл1ахэр нэхъыбэм дыхуэмыхьэзыру дык1уащ. Нэхъ хуэхьэзыру къэк1уахэр Тыркум къик1а КАФФЕД-ым и л1ык1уэхэращ. Къэк1уэным ипэ убгъуауэ къатхат ДАХ-м и лэжьыгъэм теухуауэ  ныкъусаныгъэу я1эр далъагъуу, зэрымыаразыхэр къагъэлъагъуэу, япэк1э зэрык1уэтэн хуей я гупщысэхэр иту. Сэ къызэрыслъытэмк1э, къытхэтхэ лэжьыгъэм и ныкъусэныгъэ, 1уэху зехьэк1эм зэрыжа1эу, цы къыхахыу, 1уэху дыщ1эпсалъэхэр зэхахыну хуэмейуэ. Сэ иджык1э сыаразыкъым ди псыхъуэми и Хасэ зэхэтык1эри, Дунейпсо Хасэм и зэхэтык1эри и лэжьыгъэри зэрырагъэк1уэк1ыр.

Хуитыныгъэ радио: Нобэк1э ди адыгэ лъэпкъыр зыгъэгузавэ 1уэхухэм ящыщ зыщ Щамым щек1уэк1 зауэм адыгэхэр зэрыхэк1уадэр, я адэжь лъахэм хуиту къызэрымыкуэшыжыфхэр. Зэрысщ1эмк1э а упщ1эри ДАХ-м и Хасащхьэ зэхуэсым къыщыф1этащ.

Адамокъуэ Елбэрд: Щамым ис адыгэхэм я 1уэхур хьэлъэ дыдэ. Дэри  ди псыхъуэм сэ сыхуейт къуажэ, жылагъуэ къэск1э дызэкъуэувэу къэралым ищ1эн хуейр едгъэщ1эфу . Ауэ къэралым демыжьу дэри псапэ дыщ1эн хуейщ . Къуажэ къэс дызэхыхьэмэ сэ къысщохъу дадэ1эпыкъуфыну.

Къэбэрдей-Бэлъкъэрми, Адыгейми мы 1уэхум епхауэ гуп щы1эщ. Дэ ди республикэм деж апхуэдэ щы1экъым.

Хитыныгъэ радио: Сыт апхуэдэ гум ди хэгъэгум щ1ыдимы1эр?

Адамокъуэ Елбэрд: Щ1ыдимы1эр къэрал унафэщ1хэр хуейкъыми аращ. А 1уэхугъуэмк1э жылагъуэхэм, хасэхэм къабгъэдэк1ыу, сэ илъэс т1ощ1ым и к1уэц1к1э бжес1эфыну сыт щыгъуи  захуэдгъэзахэ тхылък1э, а упщ1эр 1эпэдэгъэлэл ящ1. Ар къызыхэк1ыр  адыгэхэм зыдагъэужьыжыну хуейхэкъыми аращ. Адыгэхэр мащ1эу, ди 1уэху мык1уатэу мис иджыпсту дызэрызэхэтым хуэдэу дызэхагъэтынущи аращ. Ар дэ къыдгуры1уэжын хуейщ.

Хуитыныгъэ радио: Елбэрд, иужьырей зэманым псалъэ куэд къек1уэк1ащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьэк1эм, абы хэтхэм лъэпкъым дзыхь хуамыщ1у, ДАХыр Урысей къэралым ихыжын зэрыхуейм тепсэлъыхьхэу. Сыт абы теухуауэ жып1эфыну?  

Адамокъуэ Елбэрд: Сэ куэд щ1ауэ сахэт ДАХым ик1и сызэрегупщысымк1э Европэм дыщы1атэмэ ф1ыт. Хабзэк1э 1уэху щыдамыгъащ1эк1э, ди 1уэху къыщыдамгъэк1к1э дэ дыпсэуну, лъэпкъыу дыщытыну дыхуейщи дэ ди1уэху зэдгъэзэхуэжын хуейщ. Ауэ ди лъэпкъыр зы хъужу Урысей Федерацым дыхэтыну дыхуеймэ, мы щ1ыналъэри дэдейщи ди 1уэху мыбдеж зэрызэдгъэхуэным я ужь дитын хуейщ. Зауэ банэ хэмыту хабзэм тету дылэжьэн хуейщ. Путин Владимир адыгэ лъэпкъым зыкъытхуигъэзатэмэ гъунапкъэхэри хъумауэ, щ1эпхъэджагъэхэри щы1энутэкъым.

Хуитыныгъэ радио: Адыгэ лъэпкъым лъапсэих, геноцид жыхуэт1эр къызэрыхуахьамк1э къэрал мыинхэм къырагъэщтэну зэрыпылъхэм даурэ уеплърэ Елбэрд?

Адамокъуэ Елбэрд:  Сэ си щхьэк1э къапщтэмэ ядызощтэ. Зыкъысхуагъэзатэмэ сэ 1эпэ яхущ1эздзынут, ДАХым и Хасащхьэм къысхуамыдэмэ сыкъыхэк1ыжынут. А 1уэхур сэ си гуапэ. Грузиер дэ ди къуэшхэ. Абы къищтащ лъапсэихыр зэращ1ар. Тхьэ гъэпсоушхуи яжызо1эр Грузием щыпсоуэ хъуам.  Аргуэру Украинэм къыхилъхьа, иджы щ1алэхэм Польшэм зыхуагъэзащ. Ар дэ къытщхьэпэну. Иныкъуэм къащохъу Мэзкуу къытхуагъэ1еину жа1эри. Мэзкуур 1ейуэ щытыну хуэмеймэ Урысей Федерацым ис лъэпкъуу хъуам я 1уэху пыухык1ауэ хырыреплъэхэ, зэрырехьэхэ.

Хуитыныгъэ радио: Елбэрд, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зэхуэсыр зэрек1уэк1амк1э зыхуэдгъэзэжынщи, зыуэ щыт адыгэ литературэбзэм и 1уэхум сыт къырик1уар? 

Адамокъуэ Елбэрд: Илъэс 14-к1э узэ1эбэк1ыжмэ  Къэбэрдей-Бэлъэкъэрым и парламентым унафэ къихьат хьэрыфхэр яхъуэжу псори зы ящ1ыну, ауэ Адыгеей парламентым ар ядищтакъым. Сытми а 1уэхур хабзэк1э зэгъэзэхуа хъуатэкъыми иджы гуп хахащ ДАХ и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий я пашэу, ауэ лэжьыгъэр мы 1уэхумк1э иригъэк1уэк1ыну езыр къэтэджри и пщэ дилъхьэжащ, жып1э хъунущ Мэшхуэф1 Нэждэт. Дыкъигъэгугъа мазищ иратмэ а хьэрыфхэр зэрагъэзэхуэну, дэнэ щы1э адыгэри тыншу еджэфу игъэпсыну.

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ радио, Черкесск.

Комментарии 2

  1. Адыг Черкесов  05 декабря 2014, 04:08 0

        Ф1ы дыдэу къызолъытэ хьэрфхэм теухуауэ мыбы къызэрагъэпэщыну загъэхьэзырыр!

        Мыдрей 1уэхухэм сытепсэлъыхьмэ, Мэзкуур къытщыхьэпэну ущ1эшынэн щы1экъым, абы ищ1энур сытым щыгъуи ищ1энущ. Ц1ут жомы1эу ущысынр напэтехщ, абы ф1ым ухуишэнукъым, къыпщыщ1ынури "псым сыхэпк1эмэ ситхьэлэнущ" жизы1эу, кхъухь щ1илъафэм къимыпк1ыфым къыщыщ1ращ.

        П1т1э Владимри дэ делъэ1ук1э зырик1 къытхуищ1энукъым, абы напэ къабзэ и1эу щытатэмэ, нэгъуэщ1 мыхъуми историер зэридзэк1ыу гъапц1агъэр дунейм щигъэбагъуэнтэкъым, ар сэ л1ыгъэрэ, пэжагърэ, нэмысрэ зыхэлъ 1уэху бгъэдыхьэк1эу къэслъытэркъым.

        Дунейпсом дэхуэдизу захуимыгъэщ1агъуэми, мы къэралым иджыпсту къыхуэна къарур къыздик1ыр, зы грузин гуэрым лъэщыгъэк1э ц1ыху ц1ык1ум зэпкъыриригъэлхьа ракетэхэращ, ар мыхъумэ абыхэм я акъылышхуэракъым.

  2. Къэрабий  05 декабря 2014, 15:37 0

    Сэхъурокъуэ Хьейутий и пщэм езым ирилъхьами Хасэм ирилъьами псори 1уэху гъэк1уэдщ! Езым и пщэ щ1ырилъхьар и 1уэху зэримыгъэк1уэтэныр ищ1эжти аращ!

    Последние публикации

    Подписывайтесь на черкесский инфоканал в Telegram

    Подписаться

    Здравствуйте!
    Новости, оперативную информацию, анонсы событий и мероприятий мы теперь публикуем в нашем телеграм-канале "Адыгэ Хэку".

    Сайт https://aheku.net/ продолжает работать в режиме библиотеки.