04.06.2016 махуэм Тыркум, Къайсэр къалэм дэт Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкIа зэхуэсышхуэм къыщыпсэлъащ Хасэм и тхьэмадэ Мамхэгъ Мутлу
Алман (Германие) къэралыгъуэ парламентым 1915 гъэм тыркухэм ермэлыхэм лъапсэрых зэрыращIылIар 02.06.2016 махуэм къабыл ящIащ.
Абы лъандэрэ Тырку къэралыгъуэм и пресс гуэрхэм, депутат (Milletvekili) зыбжанэм куэд лъандэрэ Алман къэралыгъуэм “Yeşiller Partisi” жыхуаIэм и унафэщIхэм ящыщ Джем Оздемир и цIэр утыку кърадзащ. Нобэ къэсыхункIэ я Iуэхум къызэрекIум щхьэкIэ «тырку Джем» жаIэу, и лэжыгъэхэми жиIахэми Тыркум икIыу Алманым зэрыкIуами псомикIи тегуфIыхьу, ирипагэу щытахэм Джем Оздемир'ыр я Iуэхум къемыкIуну псалъэ къызэрыжьэдэкIыу «черкес Джем» ящIащ. Илъэс 95-рэ хуэдиз лъандэрэ «Hain (епцIыжакIуэ) Черкес Етэм» жаIэурэ адыгэр дыхаутэну яужь итахэщ. Нобэ Джем щхьэусыгъуэкIэ аргуэру адыгэ лъэпкъым мыхъун къытхужаIэну яужь ихьахэщ.
1864-рэ гъэм нэс еIэбэкIыу «Черкес Джем Урысым и хэку къырихуа иужь, къакIуэу Уэсмэнейм къитIысхьа унагъуэм и бынщ» жызыIэ пресс зыбжанэхэм папщIэ къэпсэлъащ Мaмхэгъ Мутлу.
Мыхъуар хъуа хуэдэу гъэлъэгъуэн, пэж зыхэмылъ пцIыхэр цIыхухэм я фIэщ щIын папIщэ, адыгэ лъэпкъыр хаутэн папщIэ мы лэжьыгъэр къезыгъэжьахэм нахърэ нэхъ напэншэ щыIэкъым, – жиIащ Хасэ тхьэмадэм. Адыгэ лъэпкъыр зыщыпсэу дэтхэнэ къэралыгъуэми адыгэ лъэпкъым ищIамрэ зытетымрэкIэ къацIыху. Алман парламентым Джем нэмыщI Тыркум икIауэ икIи лъэпкъкIэ тырку дыдэу дэпутати-10 хуэдиз щIэсщ, абыхэм я гугъу зыми ящIкъым. Фи Iуэху къемыкIу щыжаIэм деж адыгэ лъэпкъыр хэутэн фщIыну яужь фихьэныр икIи фи хьэкъкъым, икIи къыфтехуэкъым, икIи фхуэддэнукъым!
Дэ зи яужь дитыр гурыIуэгъуэщ – ди бзэ IэфIымрэ ди хабзэ дахэмрэ тхъумэу ди щIэблэм ядгъэцIыхужынращ.
Сыд хъунк1и фит, тызэхэмыхьажьымэ ти 1оф к1отэп.